﻿<?xml version="1.0" encoding="UTF-8"?>
<bible translation="Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)" link="https://www.bible.com/bible/2173/JHN.14.KBDNTGP2017" status="© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017">
	<testament name="New">
		<book number="40">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.</verse>
				<verse number="2">Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="3">Иудэ Фаресрэ Зарэрэ къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="4">Арам Аминадав къыхуалъхуащ; Аминадав Наасон къыхуалъхуащ; Наасон Салмон къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="5">Салмон Вооз къыхуалъхуащ; Вооз и анэм и цӀэр Рахавщ; Вооз Овид къыхуалъхуащ; Овид и анэм и цӀэр Рутщ; Овид Иессе къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="6">Иессе Даут пащтыхьыр къыхуалъхуащ. Даут пащтыхьым Сэлмэн къыхуалъхуащ; Сэлмэн и анэр Урие зи цӀэм и фызу щытащ.</verse>
				<verse number="7">Сэлмэн Ровоам къыхуалъхуащ; Ровоам Авие къыхуалъхуащ; Авие Асэ къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="8">Асэ Иосафат къыхуалъхуащ; Иосафат Иорам къыхуалъхуащ; Иорам Озие къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="9">Озие Иоафам къыхуалъхуащ; Иоафам Ахаз къыхуалъхуащ; Ахаз Езекие къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="10">Езекие Манассие къыхуалъхуащ; Манассие Амон къыхуалъхуащ; Амон Иосие къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="11">Иосие Иоаким къыхуалъхуащ. Израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуа лъэхьэнэм Иоаким Иехониерэ Иехоние и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ.</verse>
				<verse number="12">Израил цӀыхухэр Бабилэн ягъэӀэпхъуа нэужь, Иехоние Салафиил къыхуалъхуащ; Салафиил Зоровавел къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="13">Зоровавел Авиуд къыхуалъхуащ; Авиуд Елиаким къыхуалъхуащ; Елиаким Азор къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="14">Азор Садок къыхуалъхуащ; Садок Ахим къыхуалъхуащ; Ахим Елиуд къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="15">Елиуд Елеазар къыхуалъхуащ; Елеазар Матфан къыхуалъхуащ; Матфан Екъуб къыхуалъхуащ;</verse>
				<verse number="16">Екъуб Исуф къыхуалъхуащ. Ар МэссихькӀэ* зэджэ Хьисэ къэзылъхуа Мэрием и щхьэгъусэщ.</verse>
				<verse number="17">Аращи, Ибрэхьим бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ Даут пащтыхьым деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; Даут пащтыхьым деж къыщыщӀэдзауэ израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуам нэс щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; израил цӀыхухэр Бабилэн щагъэӀэпхъуам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ.</verse>
				<verse number="19">Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ.</verse>
				<verse number="20">Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.</verse>
				<verse number="21">Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.</verse>
				<verse number="22">А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:</verse>
				<verse number="23">«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».</verse>
				<verse number="24">Исуф къэушри, Зиусхьэным и мелыӀычым къызэрыжриӀам тету зекӀуащ икӀи Мэрием къишащ.</verse>
				<verse number="25">Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="2">– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.</verse>
				<verse number="3">Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори.</verse>
				<verse number="4">Арати, цӀыхухэм я дин пашэшхуэ псори, я торэт егъэджакӀуэ пашэ псори зэхуишэсри, Ирод еупщӀащ: – Мэссихьыр къыщалъхун хуейр дэнэ?</verse>
				<verse number="5">– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:</verse>
				<verse number="6">«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».</verse>
				<verse number="7">Тхьэгурымагъуэхэр щэхуу къриджэри, Ирод вагъуэр къыщыщӀэкӀа зэман дыдэр зригъэщӀащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="8">Ахэр Бэтлэхьэм щигъакӀуэм, яжриӀащ: – ФыкӀуи, сабийм и хъыбарыр фӀыуэ зэвгъащӀэ. Ар къэвгъуэтмэ, хъыбар къызэвгъэщӀэж, ар згъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сэри сыкӀуэнущи.</verse>
				<verse number="9">Пащтыхьым къажриӀам едаӀуэри, тхьэгурымагъуэхэр ежьащ. КъуэкӀыпӀэмкӀэ щалъэгъуа вагъуэр абыхэм я пэ иту ядэкӀуэурэ, сабийр здэщыӀэ щӀыпӀэм щынэсым, абы къыщхьэщыуващ.</verse>
				<verse number="10">Вагъуэр щалъагъум, хуабжьу гуфӀащ ахэр.</verse>
				<verse number="11">Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.</verse>
				<verse number="12">Ирод деж ямыгъэзэжыну Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къагуригъэӀуати, я къэралым нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ. – Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.</verse>
				<verse number="14">Арати, Исуф къэтэджщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Мысырым жэщу кӀуащ.</verse>
				<verse number="15">Ирод лӀэху, Исуф абы щыпсэуащ. Апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу ирилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Мысырым къикӀыжыну си Къуэр къезджэжащ».</verse>
				<verse number="16">Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.</verse>
				<verse number="17">Иеремие бегъымбарым жиӀэгъа мы псалъэхэр пэж хъуащ абы щыгъуэ:</verse>
				<verse number="18">«Рамэ жылэм гъы, гузасэ макъымрэ гъыбзэмрэ зэщӀащтащ. Рахил, зыхуэмыубыдыжыну хуэмейуэ, и сабийхэр егъей, ахэр иӀэжкъыми».</verse>
				<verse number="19">Ирод лӀа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэу Мысырым къыщыхуэкӀуэри,</verse>
				<verse number="20">Исуф къыжриӀащ: – Зыужь, сабийри абы и анэри зыщӀыгъуи, Израил къэралым кӀуэж, сабийм и псэм къещахэр псэужкъыми.</verse>
				<verse number="21">Арати, Исуф зиужьщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Израил къэралым кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="22">Ауэ Ирод и пӀэкӀэ абы и къуэ Архелай Иудей хэкум и пащтыхь хъуауэ хъыбар щызэхихым, Исуф абы ихьэжын шынащ. Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къыгуригъэӀуа нэужь, Галилей хэкум кӀуэри,</verse>
				<verse number="23">НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ,</verse>
				<verse number="2">умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.</verse>
				<verse number="3">Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар: «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».</verse>
				<verse number="4">Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпх щӀэлът, и шхыныгъуэри мацӀэрэ губгъуэ форэт.</verse>
				<verse number="5">Ерусалим дэс цӀыхухэри, Иудей хэку псом ис цӀыхухэри, Иордан псым и Ӏэхэлъахэм зэкӀэ щыпсэу цӀыхухэри Иуан деж кӀуащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="6">Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.</verse>
				<verse number="7">Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?</verse>
				<verse number="8">Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь.</verse>
				<verse number="9">«Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.</verse>
				<verse number="10">Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.</verse>
				<verse number="11">– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.</verse>
				<verse number="12">Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.</verse>
				<verse number="13">Галилей хэкум къикӀри, абы щыгъуэ Хьисэ Иордан псым и Ӏуфэм къэкӀуащ, Иуан зригъэумэхъын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Ар имыдэу, Иуан Хьисэ мыпхуэдэу жриӀащ: – Уэ сэ езыр сыбумэхъын хуейщ. Зызбгъэумэхъын щхьэкӀэ укъысхуэкӀуауэ ара уэ?</verse>
				<verse number="15">– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.</verse>
				<verse number="16">Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="17">Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="2">Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ.</verse>
				<verse number="3">ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.</verse>
				<verse number="4">– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».</verse>
				<verse number="5">ШейтӀаным Хьисэ къалэ лъапӀэм ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри,</verse>
				<verse number="6">къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм уэ птеухуауэ унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмэуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».</verse>
				<verse number="7">– Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху».</verse>
				<verse number="8">Хьисэ бгы лъагэ дыдэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори абыхэм ябгъэдэлъ щытхъури къригъэлъагъури,</verse>
				<verse number="9">къыжриӀащ итӀанэ: – ЩӀым зыхэпӀубэрэ сэ сыбгъалъапӀэмэ, а псори уэ уэстынущ.</verse>
				<verse number="10">– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».</verse>
				<verse number="11">ШейтӀаныр абы и ужь икӀыжащ итӀанэ; мелыӀычхэр къыхуехри, Хьисэ Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="12">Иуан лъэхъуэщым щӀадзауэ хъыбар щызэхихым, Хьисэ Галилей хэкум кӀуащ.</verse>
				<verse number="13">Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ апхуэдэу щӀищӀар Ешайа бегъымбарым къыжиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:</verse>
				<verse number="15">«Завулон, Неффалим хэкухэр, псы Ӏуфэм Ӏус хэкур, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкур, хамэ лъэпкъхэм я хэку Галилей!» (Абыхэм тепсэлъыхьу, бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:)</verse>
				<verse number="16">«КӀыфӀыгъэм хэт цӀыхухэм нэхугъэшхуэ ялъэгъуащ; лӀэныгъэм и шынагъуэ зыщхьэщыт хэку кӀыфӀым ис цӀыхухэм нэху къатридзащ».</verse>
				<verse number="17">А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.</verse>
				<verse number="18">Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм яужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="20">Яхъхэр а сыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.</verse>
				<verse number="21">АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.</verse>
				<verse number="22">Я къуафэжьейри я адэри къагъанэри, ахэр Хьисэ и ужь иуващ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="23">Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.</verse>
				<verse number="24">Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.</verse>
				<verse number="25">Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ:</verse>
				<verse number="3">– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.</verse>
				<verse number="4">Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиӀэхэр, абыхэм я гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыжынущи.</verse>
				<verse number="5">Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм ӀыхьэфӀу къалъысынур щӀылъэращи.</verse>
				<verse number="6">Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.</verse>
				<verse number="7">Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр, абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.</verse>
				<verse number="8">Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.</verse>
				<verse number="9">Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр, абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.</verse>
				<verse number="10">Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.</verse>
				<verse number="11">– Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Ӏей псори къыфхужаӀэмэ.</verse>
				<verse number="12">Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.</verse>
				<verse number="13">– ЩӀылъэм и шыгъур фэращ. АтӀэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур? ЗыкӀи и сэбэп хъужынукъым итӀанэ. Ар иракӀутыжынурэ, цӀыхухэм лъэгукӀэ яутэнущ.</verse>
				<verse number="14">– Дунейм и нэхур фэращ. Бгыщхьэм тет къалэр пхущӀэуфэн?</verse>
				<verse number="15">Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="17">– Мусэ и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ згъэкӀуэдыну сыкъэкӀуауэ фи мыгугъэ. Ахэр згъэкӀуэдын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ и кӀэм нэзгъэсыну аращ.</verse>
				<verse number="18">Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.</verse>
				<verse number="19">Мы унафэхэм я нэхъ цӀыкӀухэм ящыщ гуэрми емыдаӀуэ цӀыхуу адрей цӀыхухэри а унафэм емыдэӀуэну зыгъэӀущым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэкӀэ еджэнущ. Ауэ мы унафэхэр зыгъэзащӀэу, цӀыхухэр абыхэм хуезыджэхэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыху инхэм ящыщкӀэ еджэнущ.</verse>
				<verse number="20">Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.</verse>
				<verse number="21">– Пасэрей цӀыхухэм зэрыжраӀар фэ зэхэфхащ: «ЦӀыху умыукӀ. ЦӀыху зыукӀыр хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ».</verse>
				<verse number="22">Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.</verse>
				<verse number="23">– Аращи, Тхьэм хуэпщӀ тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм щыпхькӀэ, уи къуэшым гукъеуэ гуэр къыпхуиӀэу уи гум къэкӀыжмэ,</verse>
				<verse number="24">уи тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм деж къыщынэ, япэ щӀыкӀэ кӀуэи, уи къуэшым екӀуж. ИтӀанэ тегъази, уи тыхь щӀы!</verse>
				<verse number="25">– Уи дауэгъум псынщӀэу екӀуж, абы и гъусэу гъуэгум утетыхукӀэ. Армырамэ, хеящӀэм и пащхьэм уришэнущ. ХеящӀэми и ӀуэхутхьэбзащӀэм уӀэщӀилъхьэнурэ, лъэхъуэщым ущӀадзэнущ.</verse>
				<verse number="26">Пэжыр сэ ныбжызоӀэ, зы хъурыщи* къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжыфынукъым.</verse>
				<verse number="27">– ЗэрыжаӀар зэхэфхащ: «Зинэ умыщӀэ».</verse>
				<verse number="28">Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ.</verse>
				<verse number="29">Аращи, гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм хадзэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="30">Уи Ӏэ ижьым гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм кӀуэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="31">– Пасэрейм мыри жаӀащ: «Зи фыз изыгъэкӀыжым зэрыригъэкӀыж тхылъ ирырет».</verse>
				<verse number="32">Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="33">– Пасэрей цӀыхухэ мыри зэрыжраӀар зэхэфхащ: «ПцӀыкӀэ зэи тхьэ умыӀуэ, ауэ Зиусхьэным хуэпщӀа тхьэрыӀуэхэр бгъэщыпкъэжын хуейщ».</verse>
				<verse number="34">Сэ нывжызоӀэ, фэ тхьэ зэи фӀуэ хъунукъым, уафэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и тахътэщи.</verse>
				<verse number="35">ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи.</verse>
				<verse number="36">Уи щхьэмкӀи тхьэ умыӀуэ, уэ зы щхьэц налъэ фӀыцӀи хужьи пщӀын плъэкӀынукъыми.</verse>
				<verse number="37">Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.</verse>
				<verse number="38">– Мыри зэрыжаӀар зэхэфхащ: «Уи нэм къеӀэм и нэм еӀэж, уи дзэм къеуэм и дзэм еуэж»,</verse>
				<verse number="39">ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ.</verse>
				<verse number="40">Уи джанэр птрихын щхьэкӀэ, зыгуэр къодауэмэ, уи щыгъын щӀыӀутелъри къыхуэгъанэ абы.</verse>
				<verse number="41">Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.</verse>
				<verse number="42">ЗыгуэркӀэ къолъэӀум ет икӀи щӀыхуэ пӀызыхыну хуейм уи щӀыб хуумыгъазэ.</verse>
				<verse number="43">– ЗэрыжаӀар зэхэфхащ: «Уи гъунэгъур фӀыуэ лъагъу, уи бийр плъагъу мыхъуу щыт».</verse>
				<verse number="44">Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,</verse>
				<verse number="45">фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.</verse>
				<verse number="46">ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?</verse>
				<verse number="47">Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?</verse>
				<verse number="48">Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">– Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.</verse>
				<verse number="2">– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ,</verse>
				<verse number="4">уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="5">– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.</verse>
				<verse number="6">Ауэ уэ Тхьэм ущелъэӀукӀэ, уи пэшым щӀыхьэж, бжэр къэгъэбыди, цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъу уи Адэ лъапӀэм елъэӀу. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, куэдыщэ жывмыӀэ, хамэ лъэпкъхэм зэращӀым хуэдэу; куэд жаӀэмэ, зыщӀэлъэӀухэм Тхьэр едэӀуэну щогугъ ахэр.</verse>
				<verse number="8">Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.</verse>
				<verse number="9">– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.</verse>
				<verse number="10">Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.</verse>
				<verse number="11">ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт.</verse>
				<verse number="12">Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.</verse>
				<verse number="13">ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».</verse>
				<verse number="14">– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="15">– Ауэ цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапӀэми фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунукъым.</verse>
				<verse number="16">– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.</verse>
				<verse number="17">Ауэ уэ унэщӀ щыхъукӀэ, цӀыхухэм гу лъремытэ узэрынэщӀым, уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъум фӀэкӀ нэгъуэщӀым гу лъимытэн щхьэкӀэ, уи щхьэм дагъэ лъапӀэ щыхуэ, уи напэри тхьэщӀ. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="18"></verse>
				<verse number="19">– ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури.</verse>
				<verse number="20">Ауэ уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс. Хъуным абы зыри щишхыркъым, зыри щыулъийркъым, дыгъуакӀуэхэри щыӀэбэркъым икӀи щыдыгъуэркъым.</verse>
				<verse number="21">Уи мылъкушхуэр здэщыӀэм уигури щыӀэнущ.</verse>
				<verse number="22">– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ. Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀыгъэу къыщӀэкӀмэ, ар куэду кӀыфӀыгъэшхуэ мэхъу.</verse>
				<verse number="24">– ЗиусхьэнитӀым хуэлэжьэн зыми лъэкӀынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.</verse>
				<verse number="25">– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?</verse>
				<verse number="26">Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икӀи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракӀутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ?</verse>
				<verse number="27">Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="28">– Фэ щыфтӀэгъэным щхьэкӀэ щхьэ фыгузавэрэ? Губгъуэ удз гъагъэхэр къызэрыкӀым феплъыт. Ахэр лажьэркъым, цы яджыркъым,</verse>
				<verse number="29">ауэ нывжызоӀэ, егъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым.</verse>
				<verse number="30">Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?</verse>
				<verse number="31">Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ.</verse>
				<verse number="32">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?</verse>
				<verse number="33">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="34">Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">– Хьэкум зыми тевмыщӀыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщӀыхьын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.</verse>
				<verse number="3">– Уэ уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?</verse>
				<verse number="4">Уи нэм бжэгъу щӀэлъ пэтрэ, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх», жыпӀэу?</verse>
				<verse number="5">Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.</verse>
				<verse number="7">– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;</verse>
				<verse number="8">Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.</verse>
				<verse number="9">– Фэ цӀыху къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну,</verse>
				<verse number="10">е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну?</verse>
				<verse number="11">Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?</verse>
				<verse number="12">Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.</verse>
				<verse number="13">– Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу.</verse>
				<verse number="14">Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.</verse>
				<verse number="15">– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.</verse>
				<verse number="16">Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ зэрыпщӀэм хуэдэу, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхухэмкӀэ къэфщӀэнущ. Пыжьейм жызум, е кхъуэбанэм ахъуо къыпыкӀэрэ?</verse>
				<verse number="17">Дэтхэнэ зы жыгыфӀми фӀы къыпокӀэ, ауэ жыг Ӏейм Ӏейщ къыпыкӀэр.</verse>
				<verse number="18">ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэнукъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэнукъым.</verse>
				<verse number="19">ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.</verse>
				<verse number="20">Аращи, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхумкӀэ къэфщӀэнущ.</verse>
				<verse number="21">– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.</verse>
				<verse number="22">ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?»</verse>
				<verse number="23">Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».</verse>
				<verse number="24">– Аращи, си псалъэхэр зэхихэу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа цӀыху губзыгъэрщ.</verse>
				<verse number="25">Уэшх къешхащ, псыхэри къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр къызэтеуакъым, мывэм тращӀыхьати.</verse>
				<verse number="26">Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр пшахъуэм тезыщӀыхьа лӀы акъылыншэрщ.</verse>
				<verse number="27">Уэшх къешхащ, псыхэр къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ. А унэр къызэтещэхащ икӀи къисэхэжащ.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,</verse>
				<verse number="29">торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.</verse>
				<verse number="2">Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.</verse>
				<verse number="3">И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.</verse>
				<verse number="4">ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:</verse>
				<verse number="6">– Уа зи щӀыхь ин, пкъыуэ хъуауэ, гугъуехьышхуэ телъу си унэӀутыр унэм щӀэлъщ.</verse>
				<verse number="7">– Сэ сынэкӀуэнщи, згъэхъужынщ, – жриӀащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="8">– Зи щӀыхь ин, си унэм уэ уныщӀыхьэну схуэфащэкъым, – къыжриӀащ дзэ пашэм, – ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.</verse>
				<verse number="9">Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.</verse>
				<verse number="10">Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.</verse>
				<verse number="11">Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ.</verse>
				<verse number="12">Ауэ мы къэралым и цӀыхухэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ Петр и унэм щыщӀыхьэм, абы и щыкъу анэр пӀэм плъыржьэру хэлъу ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.</verse>
				<verse number="16">Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэу щӀэхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Дэ ди сымэджагъэхэр тщхьэщихри, ди узхэр езым зытрилъхьащ».</verse>
				<verse number="18">ЦӀыху куэд къеувэкӀауэ щилъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.</verse>
				<verse number="19">Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.</verse>
				<verse number="20">– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="21">И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ къыжриӀащ: – Зи щӀыхь ин, сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="22">– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьащ, и гъуэгу ирикӀуэхэри итӀысхьащ кхъуафэжьейм.</verse>
				<verse number="24">НапӀэзыпӀэм гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейри, толъкъунхэр кхъуафэжьейм къиуэу щӀидзащ. Ауэ Хьисэ жейрт.</verse>
				<verse number="25">Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жраӀащ: – Зиусхьэн, докӀуэд, дыкъегъэл.</verse>
				<verse number="26">– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.</verse>
				<verse number="27">– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.</verse>
				<verse number="28">Гуэлым и адрыщӀым ит хэкуу Гергесэ къалэр зэрытым щынэсым, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхуитӀ кхъэлэгъунэхэмкӀэ къикӀри, Хьисэ къыпежьащ. АбыкӀэ зыри бламыгъэкӀыу, цӀыху Ӏэлт ахэр.</verse>
				<verse number="29">– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.</verse>
				<verse number="30">Абыхэм япэжыжьэу, кхъуэ хъушэшхуэ щыхъуакӀуэрт.</verse>
				<verse number="31">Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.</verse>
				<verse number="32">– ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ.</verse>
				<verse number="33">Ауэ кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжщ, къалэм дэлъэдэжри, къэхъуа псори жин бзаджэм иӀыгъ лӀитӀым къащыщӀари яӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="34">Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="2">Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.</verse>
				<verse number="3">Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ: – Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, жиӀащ: – Фи гум апхуэдэ гукъэкӀ бзаджэхэр щӀилъыр сыт?</verse>
				<verse number="5">Сытыра нэхъ тыншыр «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныр ара?</verse>
				<verse number="6">Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.</verse>
				<verse number="7">А лӀыр къэтэджри, и унэм кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.</verse>
				<verse number="9">АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт.</verse>
				<verse number="11">Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?</verse>
				<verse number="12">Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэ-хэращ.</verse>
				<verse number="13">ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="14">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж къакӀуэри, къыжраӀащ: – Фарисейхэмрэ дэрэ куэдрэ донэщӀ. Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?</verse>
				<verse number="15">– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.</verse>
				<verse number="16">– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым, щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущи.</verse>
				<verse number="17">ФадэщӀэр фэнд тӀорысэм ирагъахъуэркъым. Апхуэдэу ящӀмэ, фэндхэр къызэгуэитхъынурэ фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэрщ зрагъахъуэр. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ а псалъэхэр цӀыхухэм щажриӀэм, пашэ гуэр къыбгъэдыхьэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Си пхъур малӀэри телъщ, ауэ унакӀуэрэ, уи Ӏэр теплъхьэмэ, ар лӀэнукъым.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ къэтэджщ, и гъуэгу ирикӀуэхэр зыщӀигъури, а пашэм и гъусэу кӀуащ.</verse>
				<verse number="20">ЦӀыхубз гуэр, илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, лъы куэд щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. Ар Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ;</verse>
				<verse number="21">игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ».</verse>
				<verse number="22">ЗэплъэкӀри, а цӀыхубзыр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Умыдзыхэ, си хъыджэбз. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Абдеж дыдэм къыщыщӀэдзауэ а цӀыхубзыр хъужащ.</verse>
				<verse number="23">А пашэм и унэм щӀыхьэри, бжьамияпщэхэри цӀыху гупышхуи зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу щилъагъум,</verse>
				<verse number="24">Хьисэ къыжиӀащ: – ФыщӀэкӀ, хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей. Хьисэ ар щыжиӀэм, абдеж щытхэр къыщыдыхьэшхащ.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыхухэр щӀигъэкӀа нэужь, хъыджэбз цӀыкӀум деж щӀыхьэри, Хьисэ абы и Ӏэр иубыдащ. Щиубыдым, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэуващ.</verse>
				<verse number="26">А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="27">А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!</verse>
				<verse number="28">Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ? – Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="29">Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.</verse>
				<verse number="30">Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="31">АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.</verse>
				<verse number="32">Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ жин бзаджэр а лӀым хихужри, бзагуэр къэпсэлъащ. Ар зылъэгъуа цӀыху псоми ягъэщӀагъуэурэ жаӀэрт: – Израил къэралым мыпхуэдэ Ӏуэху зэи щытлъэгъуакъым!</verse>
				<verse number="34">Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.</verse>
				<verse number="36">Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="37">И гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ.</verse>
				<verse number="38">Аращи, гъавэр Ӏуахыжьын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ абыхэм икӀи уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри ягъэхъужыну лъэкӀыныгъэ яритащ.</verse>
				<verse number="2">А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;</verse>
				<verse number="3">Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей;</verse>
				<verse number="4">Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.</verse>
				<verse number="5">А апостол пщыкӀутӀыр щригъажьэм, мыпхуэдэ унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – Хамэ лъэпкъхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум щыщ къалэ гуэри фыдэмыхьэ.</verse>
				<verse number="6">Абы и пӀэкӀэ, израил цӀыхухэу мэл щхьэрыуахэм ещхьхэм я деж фыкӀуэ.</verse>
				<verse number="7">ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.</verse>
				<verse number="8">Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых.</verse>
				<verse number="9">Фи бгырыпххэм дэлъу, дыщи, дыжьыни, гъуаплъэ ахъши здэвмыщтэ.</verse>
				<verse number="10">Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, хъуржыни, джанэ тӀорыкӀуэгъуи, вакъи, баши здэвмыщтэ. ЛэжьакӀуэм и шхыныр игъуэтыпхъэщи.</verse>
				<verse number="11">– Къалэ ирехъу, жылэ ирехъу, дэнэ фыдыхьэми, фэ фхуэфащэ гуэрым фыщӀэупщӀэ. А щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, апхуэдэ гуэрым деж фыщыӀэ.</verse>
				<verse number="12">Унэ фыщыщӀыхьэкӀэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.</verse>
				<verse number="13">Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж.</verse>
				<verse number="14">Унэ гуэрым щӀэсхэм е къалэ гуэрым дэсхэм ящыщ зыми фримыгъэблагъэмэ, е фи псалъэхэм къемыдаӀуэмэ, а унэм фыкъыщыщӀэкӀыжкӀэ, е а къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.</verse>
				<verse number="15">Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="16">– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхухэм фахуэсакъ, тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ икӀи я синэгуэгухэм щӀопщкӀэ къыщывэуэнущи.</verse>
				<verse number="18">Сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ. Абыхэми хамэ лъэпкъхэми я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъуну Ӏэмал вгъуэтынущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="19">ХеящӀэм и пащхьэм фыщрашэкӀэ, «Сыт жытӀэну?» е «Дауэ жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ; жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи.</verse>
				<verse number="20">Къэпсэлъэнур фэракъым, атӀэ фи Адэ лъапӀэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъыращ.</verse>
				<verse number="21">– ЩӀалэм и къуэшыр, адэм и быныр яригъэукӀын мурадкӀэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдынущ. Бынхэри я адэ-анэхэм япэувынущ икӀи тепщэныгъэ зиӀэхэм ирагъэукӀынущ.</verse>
				<verse number="22">Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ. Ауэ икӀэм нэсыху теубыдагъэ зиӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="23">Зы къалэм гугъуехь щывагъэшэчмэ, нэгъуэщӀ къалэ фыкӀуэ. Пэжыр нывжызоӀэ, Израил къэралым и къалэхэр къэфкӀухьын фымыухыурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуэжынущи.</verse>
				<verse number="24">– ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, унэӀутри и тепщэм нэхърэ нэхъ инкъым.</verse>
				<verse number="25">ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?</verse>
				<verse number="26">– Аращи, абыхэм фащымышынэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэн гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="27">КӀыфӀыгъэм щывжесӀэ псори махуэ нэхум щыфӀуэтэж. Фи тхьэкӀумэхэкӀэ къиӀущащэу зэхэфхар унащхьэхэм фытету цӀыхухэм яхуэфӀуатэ.</verse>
				<verse number="28">Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.</verse>
				<verse number="29">Бзу цӀыкӀуитӀыр зы хъурыщэкӀэ ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, фи Адэ лъапӀэр хуэмеймэ, абыхэм ящыщ зыри щӀым къытехъуэнукъым.</verse>
				<verse number="30">Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ.</verse>
				<verse number="31">Аращи, фымышынэ. Фэ бзу цӀыкӀу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="32">– Си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.</verse>
				<verse number="33">Си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.</verse>
				<verse number="34">– ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ, сыкъэ-кӀуауэ фи мыгугъэ. ЗэгурыӀуэныгъэр къэсхьын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ;</verse>
				<verse number="35">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъыщӀэкӀуар къуэр и адэм, пхъур и анэм, нысэр и гуащэм пэзгъэувыжын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="36">И унагъуэм исхэращ цӀыхум и бийр.</verse>
				<verse number="37">– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.</verse>
				<verse number="38">Ар хэтуи щрет, и жорыр къищтэу си ужь къимыувэр сэ къысхуэфащэкъым.</verse>
				<verse number="39">Ар хэтуи щрет, и псэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыным и ужь итым и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ хэтми, сэр папщӀэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэдым и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="40">– Фэ фезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу икӀи сэ сезыгъэблагъэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="41">Хэтми, бегъымбарыр зэрыбегъымбарым щхьэкӀэ езыгъэблагъэм бегъымбарым и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. Хэтми, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур, абы и щыпкъагъэм щхьэкӀэ езыгъэблагъэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.</verse>
				<verse number="42">Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым унафэ яхуищӀа нэужь, а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я къалэхэм цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъэщӀэну, абыхэм щригъэдэӀуэну кӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Иуан, лъэхъуэщым щӀэсу Хьисэ илэжьа Ӏуэхухэм я хъыбарыр щызэхихым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ игъакӀуэри,</verse>
				<verse number="3">Хьисэ иригъэупщӀащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?</verse>
				<verse number="4">– Вгъэзэжи, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – зэхэфхымрэ флъагъумрэ Иуан хуэфӀуэтэж:</verse>
				<verse number="5">Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.</verse>
				<verse number="6">Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.</verse>
				<verse number="7">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм абы теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?</verse>
				<verse number="8">Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэу хуэпахэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ.</verse>
				<verse number="9">АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="10">Ар Тхьэм и псалъэ тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу хэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уэ уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».</verse>
				<verse number="11">– Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ ин щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="12">УмэхъакӀуэ Иуан* и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым цӀыхухэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчащ икӀи бзаджащӀэхэм а тепщэныгъэшхуэр залымыгъэкӀэ яубыдыну и ужь итщ;</verse>
				<verse number="13">умэхъакӀуэ Иуан и зэманым къэсыху, бегъымбар псори, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри а тепщэныгъэшхуэр къызэрыунэхунум тепсэлъыхьэу щытащ.</verse>
				<verse number="14">Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр аращ.</verse>
				<verse number="15">ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="16">– Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? Уэрамым тесу, я ныбжьэгъухэм мыпхуэдэу еджэ щӀалэхэм ещхьщ:</verse>
				<verse number="17">«Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».</verse>
				<verse number="18">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан къэкӀуащ. Ар нэщӀ исщ, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», хужаӀэ абы.</verse>
				<verse number="19">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ и Ӏуэху телъыджэхэм я нэхъыбэр щилэжьа къалэхэм егиеу щӀидзащ, я гуэныхьхэм зэрахущӀемыгъуэжам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="21">– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.</verse>
				<verse number="22">Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум нэхърэ Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="23">Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.</verse>
				<verse number="24">Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм гугъуехьу уэ пшэчынум нэхърэ Содом гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="25">И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.</verse>
				<verse number="26">Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.</verse>
				<verse number="27">– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="28">– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.</verse>
				<verse number="29">Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;</verse>
				<verse number="30">си бжьыр шэчыгъуафӀэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр мэжэлӀати, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхыу щӀадзащ щэбэт махуэ гуэрым.</verse>
				<verse number="2">Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур уи гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀэ.</verse>
				<verse number="3">– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">– Ар Тхьэм и унэм щӀыхьэри, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр езыми и гъусэхэми яшхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ, ауэ Даути и гъусэхэми яшхащ.</verse>
				<verse number="5">Дин пашэхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, щэбэт махуэм лажьэурэ, а махуэр ямыгъэлъапӀэ пэтми, лажьэ ямыӀэу къызэрынэр Мусэ и Торэт хабзэм зэритми феджакъэ?</verse>
				<verse number="6">Ауэ сэ вжызоӀэ, Тхьэм и унэшхуэм нэхърэ нэхъ лъапӀэу зыгуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="7">«Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъур арщ» – Тхьэм жиӀа а псалъэхэм къригъэкӀыр къывгурыӀуэу щытатэмэ, лажьэ зимыӀэхэр вгъэкъуэншэнтэкъым;</verse>
				<verse number="8">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэм и зиусхьэнщи.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="10">Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?</verse>
				<verse number="11">– Фэ фщыщу хэт и мэл закъуэр щэбэт махуэм мащэм ихуамэ, къизымыхыжынур? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="12">– ЦӀыхур мэлым нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэкъэ? Аращи, щэбэт махуэм фӀы пщӀэну хабзэм къозэгъ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.</verse>
				<verse number="14">Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="15">Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ Хьисэ езыр хэтми цӀыхухэм кърамыгъэщӀэну абыхэм яриухылӀащ.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэу щӀэхъуар Мэссихь теухуауэ Тхьэм жиӀауэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым ит мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:</verse>
				<verse number="18">«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар. Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ. Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ, хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.</verse>
				<verse number="19">Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым. Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.</verse>
				<verse number="20">НыкъуэкъищӀыкӀ хъуа* къамыл кърищӀыкӀынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэку игъэункӀыфӀынукъым, щыпкъагъэр тригъэкӀуэху.</verse>
				<verse number="21">Лъэпкъхэр зыщыгугъыу зыпэплъэр Аращ».</verse>
				<verse number="22">Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы нэф икӀи бзагуэ гуэр Хьисэ деж къашащ цӀыхухэм. Хьисэ лӀым и бзэр къригъэутӀыпщыжьащ, и нэхэри къригъэплъэжащ.</verse>
				<verse number="23">ЦӀыху гупышхуэм, хуабжьу ягъэщӀагъуэу, жаӀащ: – Мыр Даут и Къуэу Мэссихьыр армырауэ пӀэрэ?</verse>
				<verse number="24">Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.</verse>
				<verse number="25">Ауэ Хьисэ, абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, яжриӀащ: – Дэтхэнэ къэралри, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ. Абы ещхьу, ар ирекъалэ е иреунагъуэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, щыӀэжын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="26">ШейтӀаным цӀыху гуэр зыӀыгъ шейтӀаныр абы хихумэ, езым и щхьэкӀэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуауэ арщ. Апхуэдэу хъумэ, абы и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну?</verse>
				<verse number="27">НтӀэ, сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур.</verse>
				<verse number="28">Ауэ сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэщи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.</verse>
				<verse number="29">– Абы ещхьу, лӀы къарууфӀэ гуэрым и унэ щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зылъэкӀынур хэт, лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхмэ? А лӀыр ипхэмэ, абы и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="30">– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз.</verse>
				<verse number="31">Аращи, нывжызоӀэ, цӀыхухэм сыт хуэдэ гуэныхь ящӀами, сыт хуэдизу Тхьэр ягъэпцӀами, къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ, хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.</verse>
				<verse number="32">Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм мы дунейми ахърэтым къыщыхуэгъунукъым.</verse>
				<verse number="33">– Жыгыр фӀымэ, къыпыкӀэри фӀынущ. Жыгыр Ӏеймэ, къыпыкӀэри Ӏеинущ; жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ.</verse>
				<verse number="34">Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.</verse>
				<verse number="35">ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀым фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэм игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэ къыдокӀуэ.</verse>
				<verse number="36">Сэ нывжызоӀэ, цӀыхухэм жаӀэ дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм деж Тхьэм жэуап иратыжын хуей хъунущ;</verse>
				<verse number="37">уи псалъэхэм елъытауэ, Тхьэм уиухеинущ икӀи уи псалъэхэм елъытауэ Тхьэм уигъэкъуэншэнущи.</verse>
				<verse number="38">Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ящыщ гуэрхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр дыбгъэ-лъагъуну дыхуейщ.</verse>
				<verse number="39">– Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм нэщэнэ къаритынукъым;</verse>
				<verse number="40">Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.</verse>
				<verse number="41">Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ящӀа гуэныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="42">Абы ещхьу ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ, икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ. А пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри, къэкӀуащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн пащтыхьым нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="43">– Жин бзаджэ гуэр, цӀыху гуэрым къыщыхэкӀыжкӀэ, псы здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым макӀуэри, зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ лъыхъуэурэ къекӀухь, ауэ игъуэтыркъым.</verse>
				<verse number="44">Зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ щимыгъуэткӀэ, жеӀэ: «Сызыхэса цӀыхум, си унэу щытам деж, згъэзэжынщ». Абы деж къегъэзэжри, унэр нэщӀу, пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж.</verse>
				<verse number="45">Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.</verse>
				<verse number="46">А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.</verse>
				<verse number="47">Хьисэ зыгуэрым къыжриӀащ: – Мес, уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ къэкӀуауэ, къопсэлъэну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ.</verse>
				<verse number="48">– Хэт си анэри, хэт си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ ар къыжезыӀам.</verse>
				<verse number="49">ИтӀанэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏэ яхуищӀри, жиӀащ: – Мыхэращ сэ си анэри си къуэшхэри;</verse>
				<verse number="50">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хэту щытми, си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Унэм щӀэкӀри, Хьисэ гуэл Ӏуфэм ӀутӀысхьащ а махуэ дыдэм.</verse>
				<verse number="2">Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, езыр кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыху гупышхуэр псы Ӏуфэм Ӏутт.</verse>
				<verse number="3">Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.</verse>
				<verse number="4">Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ.</verse>
				<verse number="5">ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэ къыхэжащ жылэр,</verse>
				<verse number="6">ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.</verse>
				<verse number="7">А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлащ.</verse>
				<verse number="8">А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъалъэщ, къэкӀри, щхьэмыжхэр къыпыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзищэ хъуащ, адрейр гуэдз хьэдзэ хыщӀ хъуащ, ещанэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ щӀигъужащ итӀанэ: – ТхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="10">И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ абы щыгъуэ: – ЦӀыхухэм захуэбгъазэурэ, ущие хъыбархэр сыт щӀахуэпӀуатэр?</verse>
				<verse number="11">– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="12">– Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.</verse>
				<verse number="13">Сэ цӀыхухэм захуэзгъазэурэ, ущие хъыбархэр щӀахуэсӀуатэр мыращ: «Плъэ пэтми, абыхэм ялъагъуркъым, даӀуэ пэтми, зэхахыркъым икӀи къагурыӀуэркъым».</verse>
				<verse number="14">– Тхьэм езым и псалъэу Ешайа бегъымбарым игу ирилъхьэу къыжригъэӀахэр пэж хъуащ абыхэм къехъулӀа ӀуэхумкӀэ: «Фэ зэхэфх зэпыту фыщытынущ, ауэ къывгурыӀуэнукъым; фэ флъагъу зэпыту фыщытынущ, ауэ гу лъыфтэнукъым.</verse>
				<verse number="15">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».</verse>
				<verse number="16">– Ауэ фэ фи нэхэми фи тхьэкӀумэхэми я насыпщ, абыхэм икӀи ялъагъу, икӀи зэхах.</verse>
				<verse number="17">Пэжыр нывжызоӀэ, бегъымбар куэди щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху куэди фэ флъагъур ялъагъуну хуеящ, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.</verse>
				<verse number="18">– Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀым фыкъедаӀуэ абы щыгъуэ:</verse>
				<verse number="19">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.</verse>
				<verse number="20">Адрей цӀыхури щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхихыу, щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр.</verse>
				<verse number="21">Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.</verse>
				<verse number="22">НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.</verse>
				<verse number="23">НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.</verse>
				<verse number="25">АрщхьэкӀэ, цӀыхухэр жейм хэту, а цӀыхум и жагъуэгъур къакӀуэщ, и гуэдз хьэсэм ежьужь* къыхисэри ежьэжащ.</verse>
				<verse number="26">А жылэр къэкӀыурэ, щхьэмыж ищӀу щыхуежьэм, абы щӀыгъуу удз ежьужьри къыхэкӀащ.</verse>
				<verse number="27">– Хьэсэр зейм деж и лэжьакӀуэхэр кӀуэри жраӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи хьэсэм жылэфӀ тепсатэкъэ? НтӀэ мы удз ежьужьыр дэнэ къикӀа?»</verse>
				<verse number="28">– «Жагъуэгъу гуэрщ ар къызэзыщӀар», – яжриӀащ абы. – «Дэ дыкӀуэу ахэр къыхэтчыну ухуей?» еупщӀащ лэжьакӀуэхэр хьэсэр зейм.</verse>
				<verse number="29">– Ауэ абы жиӀащ: «Хьэуэ, ар хъунукъым, ежьужьым щӀыгъуу гуэдзри къыхэфчынкӀэ мэхъури.</verse>
				<verse number="30">ТӀури зэщӀыгъуу хэгъуэм нэсыху къызэдрекӀ. Къахыжын щыхъукӀэ, гъавэр къэзыххэм сэ яжесӀэнущ: Япэ щӀыкӀэ ежьужьыр зэхуэфхьэси, пхыр фщӀы, мафӀэкӀэ вгъэсын щхьэкӀэ; итӀанэ гуэдзыр зэхуэфхьэси, си гуэнхэм ифкӀутэ».</verse>
				<verse number="31">Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.</verse>
				<verse number="32">Хьэдзэ псоми нэхърэ нэхъ цӀыкӀу пэтми, ар къэкӀа нэужь, зы илъэс зи ныбжь къэкӀыгъэхэм нэхърэ нэхъ ин мэхъу. Къуалэбзухэр къэлъатэурэ и къудамэхэм къытетӀысхьэу, ахэр жьауапӀэ яхуохъу.</verse>
				<verse number="33">НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.</verse>
				<verse number="34">А псори Хьисэ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ ягуригъэӀуащ. Ущие хъыбар хэмыту зыри яжриӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ цӀыхухэм захуигъазэурэ ущие хъыбархэр щӀахуиӀуэтар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Ущие хъыбархэр Ӏуэтэным си жьэр хузэщӀэсхынурэ, дунейр къызэриухуэрэ гъэпщкӀуауэ щыт Ӏуэхугъуэхэм я щэхухэр нахуэ къэсщӀынущ».</verse>
				<verse number="36">Хьисэ зыхэт цӀыху гупышхуэхэм къахэкӀри, зыщӀэса унэм щӀыхьэжащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Хьэсэм къыхэкӀа удз ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр къыдгурыгъаӀуэ.</verse>
				<verse number="37">– ЖылэфӀыр зысар ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэрщ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="38">– Хьэсэ хъужыр дунейр арщ. ЖылэфӀ хъужыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* щӀэт цӀыхухэр арщ. Ежьужь хъужыр шейтӀаным и цӀыхухэр арщ.</verse>
				<verse number="39">Адрейуэ, а ежьужьыр гуэдз хьэсэм щызыса жагъуэгъур шейтӀанырщ. Хэгъуэм къизгъэкӀыр мы дунейм и кӀэухырщ, гъавэр къэзыхыжхэр жыхуэсӀэр мелыӀычхэрщ.</verse>
				<verse number="40">– Удз ежьужьыр, къыхачурэ, мафӀэмкӀэ зэрагъэсым хуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж:</verse>
				<verse number="41">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр игъэкӀуэнурэ, удз ежьужьыр гъавэм къызэрыхачым хуэдэу, цӀыхухэм гуэныхь езыгъащӀэ цӀыхухэри, бзаджагъэ зыщӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэри Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀагъэкъэбзыкӀынущ.</verse>
				<verse number="42">МелыӀычхэм а цӀыхухэр зэхуашэсынурэ, мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.</verse>
				<verse number="43">Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="44">– Абы нэмыщӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм щыгъэпщкӀуауэ щыта мылъкушхуэр арщ. А мылъкушхуэр цӀыху гуэрым къыщигъуэтым, игъэпщкӀужщ, гуфӀэурэ кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, а хьэсэр къищэхуащ.</verse>
				<verse number="45">– ИтӀанэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр налкъутналмэс дэгъуэхэр къэзылъыхъуэ сатуущӀэращ.</verse>
				<verse number="46">Налкъутналмэс лъапӀэ къыщигъуэтым, кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, ар къищэхуащ.</verse>
				<verse number="47">– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ.</verse>
				<verse number="48">Бдзэжьейр из хъуа нэужь, бдзэжьеящэхэм ар хы Ӏуфэм къытралъэфэжащ. Ахэр тӀысщ, бдзэжьей нэхъыфӀхэр пэгунхэм иралъхьэри, бдзэжьей нэхъыкӀэхэр хыфӀадзэжащ.</verse>
				<verse number="49">Апхуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж. МелыӀычхэр къехынурэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм цӀыху бзаджэхэр къыхашурэ,</verse>
				<verse number="50">мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.</verse>
				<verse number="51">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ абы и ужькӀэ: – Мы Ӏуэхугъуэ псори фӀыуэ къывгурыӀуа? – ФӀыуэ къыдгурыӀуащ, Зиусхьэн, – жэуап къатыжащ абыхэм.</verse>
				<verse number="52">– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.</verse>
				<verse number="53">А ущие хъыбархэр щиухым, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ.</verse>
				<verse number="54">И анэ и къалэм къэкӀуэжри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгум щаригъащӀэу щӀидзащ. ЦӀыхухэм зэраригъащӀэ щӀыкӀэр ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым мыпхуэдиз акъылыфӀагъэ дэнэ къриха? Мыпхуэдэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэлажьэхэр дэнэ къикӀрэ?</verse>
				<verse number="55">ПхъащӀэм и къуэр аракъэ мыр? Мыбы и анэкъэ МэриемкӀэ зэджэр? Екъуб, Иосий, Симон, Иудэ сымэ мы лӀым и къуэшкъэ?</verse>
				<verse number="56">И шыпхъу псори дэ къытхэскъэ? Апхуэдэу щыщыткӀэ, мы лӀым а псори дэнэ къриха?</verse>
				<verse number="57">Апхуэдэу щӀэупщӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ я гум мыхъун кърагъэхьащ. – Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэмрэ и унагъуэм щыщхэмрэ я закъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="58">Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуэху телъыджэ куэд абдежым щилэжьакъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,</verse>
				<verse number="2">и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм яжриӀащ а махуэхэм: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ телъыджэхэр щӀилэжьыр.</verse>
				<verse number="3">Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ, Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдщ, Ӏэхъулъэхъу ярыригъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="4"></verse>
				<verse number="5">Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.</verse>
				<verse number="6">Ирод къыщалъхуа махуэр щагъэлъапӀэм, Иродиадэ и пхъур зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыфащ икӀи ар пщы Ирод игу ирихьащ.</verse>
				<verse number="7">Ирод хъыджэбзыр игу ирихьати, абы тхьэ хуиӀуащ: – Сыт ухуейми, уэстынщ.</verse>
				<verse number="8">И анэм игъэӀущати, хъыджэбзым жиӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт.</verse>
				<verse number="9">Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,</verse>
				<verse number="10">Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀыну зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="11">Иуан и щхьэр лагъэм илъу къахьри, хъыджэбзым иратащ, абы ар и анэм хуихьащ.</verse>
				<verse number="12">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр лъэхъуэщым къыщӀахыжри щӀалъхьэжащ итӀанэ. ЩӀалъхьэжа нэужь, кӀуэри къэхъуар Хьисэ хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="13">А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="15">Пщыхьэщхьэр къыщысым, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтакӀэщ. Жылэхэм кӀуэуэ гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ, цӀыхухэр утӀыпщ.</verse>
				<verse number="16">– Ахэр щӀэкӀуэн щыӀэкъым. Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="17">– Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – къыжраӀащ адрейхэм.</verse>
				<verse number="18">– Ахэр сэ къысхуэфхьыт, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.</verse>
				<verse number="20">Арати, псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярызу хъуащ.</verse>
				<verse number="21">ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху минитху хуэдиз хъурт.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ цӀыху гупышхуэхэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ итӀанэ, гуэлым зэпрыкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="23">ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.</verse>
				<verse number="24">Плъэмэ, кхъуафэжьейр гуэлым и кум нэсат, ауэ жьы къепщэрти, толъкъунхэр къыжьэхэуэурэ, кхъуафэжьейр зэхэзедзэ хъуащ.</verse>
				<verse number="25">Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы щӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ.</verse>
				<verse number="26">Псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэу щалъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ар хьэдэджадэу къафӀэщӀри, хуабжьу шынауэ зэрыгъэкӀиящ.</verse>
				<verse number="27">Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!</verse>
				<verse number="28">– Зиусхьэн, ар уэрауэ щытмэ, псы гущӀыӀум сытету, уи деж сынэкӀуэну унафэ щӀы, – жриӀащ Петр Хьисэ.</verse>
				<verse number="29">– КъакӀуэ! – жиӀащ Хьисэ. Петр кхъуафэжьейм къикӀри, псы гущӀыӀум тету, Хьисэ деж кӀуэну ежьащ.</verse>
				<verse number="30">Ауэ жьышхуэр къыщыкъуэум, гузавэри, къэшынащ. Псым щӀилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: – Зиусхьэн, сыкъегъэл.</verse>
				<verse number="31">Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?</verse>
				<verse number="32">Арати, кхъуафэжьейм исхэм тӀури яхэтӀысхьэжащ, жьапщэри увыӀэжащ.</verse>
				<verse number="33">ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.</verse>
				<verse number="34">Гуэлым зэпрыкӀри, Геннисарет нэсащ.</verse>
				<verse number="35">А щӀыпӀэм щыпсэухэм Хьисэ къыщацӀыхужым, а хэкум дэнэкӀи ис цӀыхухэм хъыбар ирагъащӀэри, сымаджэу ис псори абы къыхуашащ.</verse>
				<verse number="36">НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт сымаджэхэр, щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="2">– Уи гъуэгу ирикӀуэхэр ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм сыт щӀытекӀыр? Я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу машхэ ахэр.</verse>
				<verse number="3">– Фэри фи адэжьхэм я хабзэм фытетын щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэм сыт фыщӀытекӀыр? – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">– Тхьэм жиӀащ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ!» икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ».</verse>
				<verse number="5">Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэстын слъэкӀыну щытар иджы Тхьэм тыгъэ хуэсщӀынущ, жриӀэмэ, абы щыгъуэ абыхэм пщӀэ яхуимыщӀми хъунущ». Апхуэдэу фщӀыурэ, фи адэжьхэм къыфхуагъэна хабзэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз.</verse>
				<verse number="6"></verse>
				<verse number="7">БзитӀщхьитӀхэ! Ешайа бегъымбарым фэ къыфтеухуауэ пэжыр жиӀащ мыпхуэдэу:</verse>
				<verse number="8">«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ щхьэкӀэ, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.</verse>
				<verse number="9">Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».</verse>
				<verse number="10">Хьисэ цӀыху гупышхуэр къриджэри яжриӀащ абы и ужькӀэ: – ФыкъэдаӀуэ икӀи жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.</verse>
				<verse number="12">И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?</verse>
				<verse number="13">– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="14">– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.</verse>
				<verse number="15">Ар щызэхихым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – А ущие хъыбару къыджыпӀам къикӀыр къыдгурыгъаӀуэт.</verse>
				<verse number="16">– Зыри къывгурымыӀауэ ара иджыри? – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ?</verse>
				<verse number="18">Ауэ жьэм къипсэлъыр гум къокӀ. Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр;</verse>
				<verse number="19">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.</verse>
				<verse number="20">Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр. Ахъумэ Ӏэ мытхьэщӀкӀэ шхэным цӀыхур мыкъабзэ ищӀыркъым.</verse>
				<verse number="21">А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="22">А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.</verse>
				<verse number="23">АрщхьэкӀэ Хьисэ а цӀыхубзым зы псалъи жриӀакъым, зы жэуапи иритыжакъым. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мыр кӀийуэ ди ужь йомыгъэту, утӀыпщ.</verse>
				<verse number="24">– Израил цӀыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ сэ Тхьэм сыкъызыхуигъэкӀуар, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="25">Ауэ цӀыхубзыр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Уэ, Зиусхьэн, къыздэӀэпыкъу!</verse>
				<verse number="26">– ЩӀакхъуэр сабийхэм къаӀэщӀэпхыу хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.</verse>
				<verse number="27">– Пэжщ, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым, – ауэ хьэхэм яшх ахэр зейхэм я Ӏэнэм къехуэха щӀакхъуэ щыкъуейхэр.</verse>
				<verse number="28">– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу. ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.</verse>
				<verse number="29">Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ.</verse>
				<verse number="30">Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="31">Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.</verse>
				<verse number="32">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ: – Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.</verse>
				<verse number="33">– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="34">– ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – ЩӀакхъуиблрэ бдзэжьей тӀэкӀурэ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну.</verse>
				<verse number="36">ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.</verse>
				<verse number="37">ЦӀыху псори шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр матиблым ярызу зэхуахьэсыжащ.</verse>
				<verse number="38">ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ цӀыху гупышхуэр иутӀыпщыжа нэужь, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Магадан хэкум кӀуащ итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Пщыхьэщхьэм мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэ нэзыр пшэплъщи, пщэдей уэфӀ хъунущ».</verse>
				<verse number="3">Пщэдджыжьым мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэм пшэр тезщ икӀи пшэплъщ. Нобэ уэлбанэ хъунущ». Уафэм и теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, ауэ мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр къывгурыӀуэн флъэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="4">Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.</verse>
				<verse number="5">Гуэлым щызэпрыкӀыжым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щӀа-кхъуэ къыздащтэну ящыгъупщат.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.</verse>
				<verse number="7">– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – тепсэлъыхьырт и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.</verse>
				<verse number="8">Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?</verse>
				<verse number="9">КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?</verse>
				<verse number="10">Хьэмэрэ щӀакхъуиблыр цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?</verse>
				<verse number="11">«Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?</verse>
				<verse number="12">Хьисэ жыхуиӀар щӀакхъуэ пщагъэр артэкъым, атӀэ фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ цӀыхухэм ирагъащӀэу щыта Ӏуэхурт. Абы зыщахъумэн зэрыхуейр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="13">Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, цӀыхухэм сыхэту жаӀэрэ?</verse>
				<verse number="14">– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.</verse>
				<verse number="15">– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="16">– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.</verse>
				<verse number="17">– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.</verse>
				<verse number="18">Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.</verse>
				<verse number="19">Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и ӀункӀыбзэхэр уэстынущ; щӀылъэм сыт уэ хуит щумыщӀыр уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм сыт уэ хуит щыпщӀыр уафэми хуит щыхъунущ.</verse>
				<verse number="20">Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.</verse>
				<verse number="22">Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ: – Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.</verse>
				<verse number="25">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къелынущ.</verse>
				<verse number="26">Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт? Хьэмэрэ зы цӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт?</verse>
				<verse number="27">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="28">Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="17">
				<verse number="1">Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петри, Екъуби, абы и къуэш Иуани зыщӀигъури, абыхэм я закъуэ бгы лъагэ дишащ.</verse>
				<verse number="2">Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.</verse>
				<verse number="3">Плъэмэ, бегъымбархэу Мусэрэ Илясрэ Хьисэ къепсалъэу къахуэлъэгъуащ абы и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым.</verse>
				<verse number="4">– Зиусхьэн, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Уэ ухуеймэ, мыбдежым шэтырищ щызгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.</verse>
				<verse number="6">Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ: – Фыкъэтэдж, фымышынэ.</verse>
				<verse number="8">Къыщыдэплъейм, Хьисэ фӀэкӀа зыри ялъагъужакъым.</verse>
				<verse number="9">Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.</verse>
				<verse number="10">И гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищыр Хьисэ къеупщӀащ: – НтӀэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр къэкӀуэн хуейщ япэщӀыкӀэ» щӀыжаӀэр сыт?</verse>
				<verse number="11">– Пэжщ, Иляс къакӀуэу Ӏуэху псори захуагъэм тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="12">– Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ жыхуиӀар умэхъакӀуэ Иуаныр зэрыарар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абдежым.</verse>
				<verse number="14">Абы и ужькӀэ, Хьисэрэ и гъусищымрэ цӀыху гупышхуэм я деж къыщагъэзэжым, лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри,</verse>
				<verse number="15">жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.</verse>
				<verse number="16">Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэм къахуэсшат ар, арщхьэкӀэ ягъэхъужын яхузэфӀэкӀакъым.</verse>
				<verse number="17">– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.</verse>
				<verse number="18">Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.</verse>
				<verse number="19">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ итӀанэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?</verse>
				<verse number="20">– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.</verse>
				<verse number="21">– Апхуэдэ жин лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэ фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым, – щӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,</verse>
				<verse number="23">абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.</verse>
				<verse number="24">Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ: – Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?</verse>
				<verse number="25">– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?</verse>
				<verse number="26">– НэгъуэщӀ цӀыхухэращ, – къритыжащ жэуап Петр. – Аращи, я къуэхэм хьэкъ тралъхьэркъым, пэжкъэ? – жриӀащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="27">– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="18">
				<verse number="1">И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?</verse>
				<verse number="2">Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри,</verse>
				<verse number="3">жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.</verse>
				<verse number="4">Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.</verse>
				<verse number="5">Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="6">– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.</verse>
				<verse number="8">Уи Ӏэм е уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уи ӀитӀыр е уи лъакъуитӀыр уиӀэу, мыункӀыфӀыжын мафӀэм ухадзэ нэхърэ, уӀэшэу е улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="10">– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="12">– Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ?</verse>
				<verse number="13">Пэжыр нывжызоӀэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкӀэ, фӀэмыкӀуэда мэл бгъущӀрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфӀыкӀынущ.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.</verse>
				<verse number="15">– Уи къуэшым уэркӀэ гуэныхь къихьамэ, абы деж кӀуэи, ар зэрыгуэныхьыр фи закъуэу гурыгъаӀуэ. КъодаӀуэмэ, абы щыгъуэ уи къуэшыр къыпхуэнэжащ.</verse>
				<verse number="16">КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ.</verse>
				<verse number="17">Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.</verse>
				<verse number="18">– Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ.</verse>
				<verse number="19">– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.</verse>
				<verse number="20">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.</verse>
				<verse number="21">Петр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ: – Зиусхьэн, си къуэшым сэркӀэ гуэныхь къихьамэ, дапщэрэ хуэзгъэгъун хуей? Блэнейрэ хуэзгъэгъун хуейуэ ара?</verse>
				<verse number="22">– Сэ ныбжызоӀэ, блэней къудейкъым, атӀэ блыр блыщӀкӀэ гъэбэгъуауэщ.</verse>
				<verse number="23">– Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ.</verse>
				<verse number="24">Илъытэну щыщӀидзэм, талант минипщӀ щӀыхуэу зытелъ гуэр къыхуашащ.</verse>
				<verse number="25">ЩӀыхуэр зэрипшыныжын зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, ари, абы и фызри, и бынхэри, иӀэ псори ящэу, щӀыхуэр иригъэпшыныжыну, пащтыхьым унафэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="26">– Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, унэӀутым жиӀащ: «Сыхыумыгъэзыхь. Псори уэстыжынщ».</verse>
				<verse number="27">Пащтыхьым а унэӀутым гущӀэгъу хуищӀщ, щӀыхуэр хуигъэгъури, иутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="28">– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.</verse>
				<verse number="29">Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ».</verse>
				<verse number="30">– Ауэ мыдрейм ар имыдэу, кӀуэри, ар лъэхъуэщым щӀригъэдзащ, щӀыхуэр къритыжыху.</verse>
				<verse number="31">Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="32">– Пащтыхьым а унэӀутыр къригъашэри жриӀащ: «Уэ, унэӀут бзаджэ, укъызэлъэӀуати, си щӀыхуэу птелъ псори пхуэзгъэгъуащ.</verse>
				<verse number="33">Сэ уэ гущӀэгъу зэрыпхуэсщӀам хуэдэу, уэри адрей унэӀутым гущӀэгъу хуэпщӀын хуеякъэ?»</verse>
				<verse number="34">Пащтыхьыр икъукӀэ къэгубжьри, и щӀыхуэу телъ псори къритыжыху яӀыгъыну, а унэӀутыр лъэхъуэщ хъумакӀуэхэм яритащ.</verse>
				<verse number="35">(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="19">
				<verse number="1">А псалъэхэр жиӀа нэужь, Галилей хэкум икӀри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="2">Абы и ужь иту цӀыху куэд кӀэлъыкӀуащ икӀи абыхэм яхэт сымаджэхэр а хэкум щигъэхъужащ.</verse>
				<verse number="3">Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?</verse>
				<verse number="4">– Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="5">– «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам феджакъэ?</verse>
				<verse number="6">Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="7">– АтӀэ, «ЛӀым зэрыригъэкӀыж тхылъ фызым иритмэ, фызыр иригъэкӀыж хъунущ» жиӀэу, Мусэ бегъымбарым сыт унафэ щӀищӀар? – къыжраӀащ фарисейхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="8">– Фэ фи ерыщыгъэм къыхэкӀкӀэ, фи фызхэр ивгъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит фищӀащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ахъумэ нэхъапӀэм апхуэдэу щытакъым.</verse>
				<verse number="9">Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="10">– ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="11">– Сэ жысӀар хэти ищтэн лъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Ар зыщтэн зылъэкӀыр Тхьэм лъэкӀыныгъэ зрита къудейрщ;</verse>
				<verse number="12">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къашэни дэкӀуэни ялъэмыкӀыну я анэхэм къызэралъхум щхьэкӀэ, языныкъуэ цӀыхухэм къашэнукъым икӀи дэкӀуэнукъым. ЦӀыхухэм языныкъуэхэри яугуэщхъуащи, ар яхузэфӀэкӀынукъым. Языныкъуэхэми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтын щхьэкӀэ, къашэнуи дэкӀуэнуи ядэркъым. Ар зыщтэн зылъэкӀынум ирещтэ.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, и Ӏэхэр ятрилъхьэну икӀи Тхьэм яхуелъэӀуну. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадэртэкъым.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ и Ӏэхэр абыхэм ятрилъхьащ итӀанэ. А щӀыпӀэм икӀыжащ Хьисэ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ къыбгъэдыхьэри, щӀалэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ згъуэтын щхьэкӀэ, сыт фӀыуэ сщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="17">– ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="18">– А унафэхэр сыт хуэдэ? – къеупщӀащ щӀалэр Хьисэ. – «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ,</verse>
				<verse number="19">уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ, уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="20">– Си щӀалэгъуэм щыщӀэдзауэ а псори согъэзащӀэ, – къыжриӀащ щӀалэм Хьисэ. – Сыт иджыри си щыщӀагъэр?</verse>
				<verse number="21">– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.</verse>
				<verse number="22">Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.</verse>
				<verse number="23">– Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр бейм дежкӀэ гугъущ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="24">– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ жиӀар и гъуэгу ирикӀуэхэм щызэхахым, ар икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, къеупщӀащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?</verse>
				<verse number="26">Абыхэм еплъри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="27">– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уи ужь дыкъиуващ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Абы щхьэкӀэ дэ ӀыхьэфӀу къэдгъуэтынур сыт?</verse>
				<verse number="28">– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ахърэтым щӀыхьышхуэ щиӀэу и тахътэм щытетӀысхьэкӀэ, фэ, си ужь къиувахэр, тахътэ пщыкӀутӀым фытетӀысхьэнурэ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум* ятефщӀыхьынущ.</verse>
				<verse number="29">ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ.</verse>
				<verse number="30">Ауэ я пэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="20">
				<verse number="1">– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.</verse>
				<verse number="2">ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну.</verse>
				<verse number="3">– Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="4">ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.</verse>
				<verse number="5">– Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи, сыхьэтыр щым дежи, аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="6">ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?»</verse>
				<verse number="7">– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.</verse>
				<verse number="8">– Пщыхьэщхьэр къыщысым, жызум хадэр зейм лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым жриӀащ: «ЛэжьакӀуэхэм къеджи, я ужькӀэ къэкӀуахэм щыщӀэдзауэ япэу къэкӀуахэм нэсыху, я махуэ лэжьапщӀэр ет».</verse>
				<verse number="9">– Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ.</verse>
				<verse number="10">Ӏуэхур япэу зыублахэр къыщыкӀуэм, нэхъыбэ къратын ягугъащ, ауэ абыхэми динар зырызщ яритар.</verse>
				<verse number="11">Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="12">«Дэ махуэ псом хуабэвэхым дыхэту, гугъу дехьу дылэжьа пэтми, ди ужькӀэ къэкӀуауэ зы сыхьэт нэхъ мылэжьахэм дахуэбгъэдащ», жаӀащ.</verse>
				<verse number="13">– Жызум хадэр зейм абыхэм ящыщ зым жриӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыхъун уэсщӀэркъым. Зы динаркъэ дызэрызэгурыӀуар?</verse>
				<verse number="14">Уи лэжьапщӀэр щтэи, кӀуэж. ИужькӀэ къэкӀуами уэ уэстам хуэдиз естыну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="15">Си ахъшэм сэ сызыхуейр есщӀэну сыхуитыжкъэ? Хьэмэ уэ уфыгъуэрэ сэ сызэрыхьэлэлым щхьэкӀэ?»</verse>
				<verse number="16">(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ гъуэгу здытетым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр я закъуэу лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ:</verse>
				<verse number="18">– Мис иджы дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр* дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ерагъэубыдынущ. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ,</verse>
				<verse number="19">икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм.</verse>
				<verse number="20">Зеведей и къуэхэм я анэр, и къуэхэр и гъусэу, Хьисэ къыбгъэдыхьэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьащ, зыгуэркӀэ къелъэӀуну хуейти.</verse>
				<verse number="21">– Сыт уэ узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ цӀыхубзым. – Уи тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, мы си къуитӀым зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ тӀысыну хуит щӀы, – къыжриӀащ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="22">– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну? – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="23">– Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фыкъэтӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр си Адэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.</verse>
				<verse number="24">Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, а зэшитӀым яхуэгубжьащ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ: – Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тет тепщэхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фяку дэлъын хуейр фэ. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.</verse>
				<verse number="27">Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар пщылӀ къыфхурехъу.</verse>
				<verse number="28">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.</verse>
				<verse number="29">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм къыщыдэкӀыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ къиуващ.</verse>
				<verse number="30">ЛӀы нэфитӀ гъуэгу напщӀэм тест. Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхахым, макъышхуэкӀэ къаджэу щӀадзащ абыхэм: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!</verse>
				<verse number="31">ЦӀыху гупышхуэм ямыдэу, «Шывгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ лӀы нэфитӀыр нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!</verse>
				<verse number="32">Хьисэ къэувыӀэщ, ахэр къриджэри, яжриӀащ: – Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр?</verse>
				<verse number="33">– Зиусхьэн, ди нитӀыр къытхуэбгъэплъэжынырщ дызы-хуейр, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="34">ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="21">
				<verse number="1">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,</verse>
				<verse number="2">мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу зы шыдыбз, и шыд шыщӀэр щӀыгъуу, епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, си деж къафшэ.</verse>
				<verse number="3">Зыгуэрым зыгуэр къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр мыбыхэм хуейщ» жефӀи, шыдхэр къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:</verse>
				<verse number="5">«Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».</verse>
				<verse number="6">И гъуэгу ирикӀуэхэр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам тету ящӀащ.</verse>
				<verse number="7">Шыдыбзымрэ шыд шыщӀэмрэ къашэри, я щыгъынхэр абыхэм тралъхьащ, щыгъынхэм я щӀыӀум Хьисэ тетӀысхьащ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыху гупышхуэм я щыгъынхэр гъуэгум хутраубгъуэрт абы, нэгъуэщӀхэми жыгхэм къудамэ къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!</verse>
				<verse number="10">Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Хэт мыр?</verse>
				<verse number="11">– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, абы щӀэт сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри псори къыщӀихуу щӀидзащ абы и ужькӀэ; ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ.</verse>
				<verse number="15">Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу</verse>
				<verse number="16">Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?</verse>
				<verse number="17">Хьисэ абыхэм яхэкӀщ, къалэм дэкӀщ, Вифание жылэм кӀуэри, жэщыр абы щрихащ.</verse>
				<verse number="18">Нэху щауэ, Ерусалим къыздэкӀуэжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ.</verse>
				<verse number="19">Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ.</verse>
				<verse number="20">Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Ахъуо жыгыр дауэ апхуэдэу псынщӀэу гъужынкӀэ хъуа?</verse>
				<verse number="21">– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ.</verse>
				<verse number="22">ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?</verse>
				<verse number="24">– Сэри фэ зы Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфтыжмэ, сэри нывжесӀэнщ мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="26">– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри.</verse>
				<verse number="27">Арати: – ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ жиӀащ итӀанэ:</verse>
				<verse number="28">– Фэ дауэ феплърэ? ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт. А лӀыр и зы къуэм бгъэдыхьэри, жриӀащ: «Си щӀалэ, кӀуэи, нобэ си жызум хадэм щылажьэ».</verse>
				<verse number="29">– Абы жэуап къритащ: «СыкӀуэнукъым», арщхьэкӀэ иужьым щӀегъуэжри, кӀуащ.</verse>
				<verse number="30">– Адэр адрей и къуэми бгъэдыхьэри, ар дыдэр жриӀащ. ЩӀалэм жиӀащ: «СыкӀуэнщ, ди адэ», ауэ кӀуакъым.</verse>
				<verse number="31">– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.</verse>
				<verse number="32">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым.</verse>
				<verse number="33">– НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.</verse>
				<verse number="34">Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.</verse>
				<verse number="35">– ЖызумгъэкӀхэм унэӀутхэр яубыдри, зыр яубэрэжьащ, адрейр яукӀащ, ещанэри яукӀащ, мывэкӀэ еуэурэ.</verse>
				<verse number="36">Хадэр зейм унэӀутхэр игъэкӀуащ аргуэру, япэу игъэкӀуахэм нэхърэ нэхъыбэжу, ауэ абыхэми ар дыдэр къращӀащ.</verse>
				<verse number="37">ИкӀэм-икӀэжым «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, и къуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ хадэр зейм.</verse>
				<verse number="38">– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».</verse>
				<verse number="39">Арати, ар яубыдщ, жызум хадэм ирашыжри яукӀащ.</verse>
				<verse number="40">– АтӀэ, жызум хадэр зейр къакӀуэмэ, а жызумгъэкӀхэм сыт ярищӀэнур? – щӀэупщӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="41">– Абы а бзаджащӀэхэр кӀуэдыкӀейуэ игъэкӀуэдынурэ, жызум пычыжыгъуэр къыщыскӀэ, и жызум Ӏыхьэр къезытыжыну нэгъуэщӀ жызумгъэкӀхэм хадэр яӀэщӀилъхьэнущ, – къыжраӀащ абыхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="42">Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».</verse>
				<verse number="43">– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.</verse>
				<verse number="44">Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.</verse>
				<verse number="45">Мы ущие хъыбархэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ щызэхахым, а хъыбархэр езыхэм зэратеухуар къагурыӀуати,</verse>
				<verse number="46">Хьисэ яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхубэм ящышынащ, абыхэм ар бегъымбару ялъытэрти.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="22">
				<verse number="1">Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ:</verse>
				<verse number="2">– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.</verse>
				<verse number="3">Къеблэгъэнухэм я деж пащтыхьым и унэӀутхэр игъэкӀуащ, ауэ абыхэм къэкӀуэн ядакъым.</verse>
				<verse number="4">– Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ».</verse>
				<verse number="5">– Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ.</verse>
				<verse number="6">Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.</verse>
				<verse number="7">Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.</verse>
				<verse number="8">– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ итӀанэ: «ХьэгъуэлӀыгъуэр хьэзыр хъуакӀэщ, ауэ къезгъэблэгъахэм ар яхуэфащэтэкъым.</verse>
				<verse number="9">Аращи, гъуэгу зэхэкӀыпӀэхэм фыкӀуи, хэт вгъуэтми, хьэгъуэлӀыгъуэм къевгъэблагъэ».</verse>
				<verse number="10">УнэӀутхэр гъуэгухэм техьэри, ягъуэта псори, цӀыхуфӀхэри цӀыху бзаджэхэри, кърагъэблэгъащ; хьэгъуэлӀыгъуэм къекӀуэлӀар унэм щӀэз хъуащ.</verse>
				<verse number="11">– ХьэщӀэхэр зригъэлъагъуну къыщыщӀыхьэм, хьэгъуэ-лӀыгъуэм хуэфащэ щыгъын щымыгъыу лӀы гуэр илъэгъуащ пащтыхьым.</verse>
				<verse number="12">Щилъагъум, пащтыхьыр а лӀым еупщӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыпхуэдэу фейцейуэ ухуэпауэ, дауэ укъеблэгъа?» Ауэ адрейм зыри жиӀакъым.</verse>
				<verse number="13">– Пащтыхьым и унэӀутхэм яжриӀащ: «А лӀым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри фыпхи, кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ».</verse>
				<verse number="14">– Къеблэгъар куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="15">Фарисейхэр кӀуэри, Хьисэ псалъэ гуэрым зэрытраубыдэн щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="16">Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.</verse>
				<verse number="17">Аращи, къыджеӀэ: Дауэ уеплърэ? Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?</verse>
				<verse number="18">Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?</verse>
				<verse number="19">Хьэкътын ахъшэр* сывгъэлъагъу. Динар ахъшэ Хьисэ къыхуахьащ абыхэм.</verse>
				<verse number="20">– Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="21">– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="22">Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.</verse>
				<verse number="23">ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ зы гуп къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ а махуэ дыдэм:</verse>
				<verse number="24">– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «ЛӀы гуэр бын имыӀэу лӀэмэ, а лӀым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, и къуэшым фызабэр къишэжын хуейщ».</verse>
				<verse number="25">Дэ зэкъуэшибл къытхэтт. Нэхъыжьым къишауэ, дунейм ехыжащ. Бын иӀэтэкъыми, абы и фызыр и къуэшым къыхуэнащ.</verse>
				<verse number="26">Адрейхэми – етӀуанэми, ещанэми, ебланэм нэсыху – ар къащыщӀащ.</verse>
				<verse number="27">А псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="28">Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, мы зэшиблым ящыщу хэт ар зи фызынур? Ар зэшыблыми я щхьэгъусакъэ?</verse>
				<verse number="29">– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.</verse>
				<verse number="30">ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.</verse>
				<verse number="31">Ауэ лӀахэр къэтэджыжыныр пэж, жыфӀэу фыщӀэупщӀэмэ, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм феджакъэ:</verse>
				<verse number="32">«Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр»? Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ абы къикӀыр.</verse>
				<verse number="33">ЦӀыху гупышхуэхэм ар щызэхахым, Хьисэ яригъэщӀа Ӏуэхухэр ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="34">Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ.</verse>
				<verse number="35">Абыхэм ящыщ торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Хьисэ, игъэунэхун щхьэкӀэ, къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="36">– Дин егъэджакӀуэ, Тхьэм и унафэхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?</verse>
				<verse number="37">– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу», – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="38">– Аращ я нэхъ ин дыдэу япэрей унафэр.</verse>
				<verse number="39">ЕтӀуанэ унафэри апхуэдэщ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».</verse>
				<verse number="40">Мы унафитӀым къызэщӀаубыдэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит псори, адрей бегъымбархэми жаӀа псори.</verse>
				<verse number="41">Фарисейхэр къызэхуэса нэужь, Хьисэ абыхэм еупщӀащ:</verse>
				<verse number="42">– Мэссихь теухуауэ сыт жыфӀэн? Хэт ар зи къуэр? – Даут и къуэщ ар, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="43">– Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ:</verse>
				<verse number="44">«Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?</verse>
				<verse number="45">– Езы Даут Мэссихьым «Сэ си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур?</verse>
				<verse number="46">Хьисэ зы псалъэ къыпидзыжын зыми лъэкӀакъым. Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым а махуэм щыщӀэдзауэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="23">
				<verse number="1">Хьисэ цӀыху гупышхуэхэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ яжриӀащ абы щыгъуэ:</verse>
				<verse number="2">– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ Мусэ бегъымбарым и тахътэм тетӀысхьащ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, фщӀэн хуейуэ икӀи вгъэзэщӀэн хуейуэ абыхэм къывжаӀэ псори вгъэзащӀэ, ауэ ящӀэр фымыщӀэ, абыхэм жаӀэ фӀэкӀ, жаӀэр ягъэзащӀэркъыми.</verse>
				<verse number="4">Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъейркъым.</verse>
				<verse number="5">– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.</verse>
				<verse number="6">Гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи, синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдын яфӀэфӀщ.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.</verse>
				<verse number="8">– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.</verse>
				<verse number="9">Зыми щӀылъэм фи «адэкӀэ» фыщемыджэ, фэ адэу фиӀэ закъуэр уафэм щыӀэ фи Адэ лъапӀэрщи.</verse>
				<verse number="10">Апхуэдэ дыдэу, «ущиякӀуэкӀи» зэвмыгъаджэ, ущиякӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщи.</verse>
				<verse number="11">Фэ фщыщ нэхъ ин дыдэр ӀуэхутхьэбзащӀэ фэ къыфхурехъу.</verse>
				<verse number="12">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, ауэ зи щхьэ зыгъэлъахъщэ дэтхэнэри Тхьэм игъэинынущи.</verse>
				<verse number="13">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.</verse>
				<verse number="14">Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фызабэхэм я унэхэр къатывох икӀи цӀыхухэм зевгъэгъэщӀэгъуэн щхьэкӀэ, фи тхьэлъэӀухэр кӀыхьлӀыхь фощӀ. Тхьэм хуабжьу фигъэпшынэнущ абы щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="15">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ щӀыми хыми къыщывокӀухь, фи диным зы цӀыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкӀэ. Ар къыщывэхъулӀэкӀэ, фэр нэхърэ тӀукӀэ нэхъ Ӏейуэ жыхьэнмэ бын ар фощӀ.</verse>
				<verse number="16">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, пашэ нэфхэу мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, абы зыри къикӀыркъым, ауэ Тхьэм и унэшхуэм и дыщэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, тхьэрыӀуэ мэхъу».</verse>
				<verse number="17">Фэ, акъыл зимыӀэу цӀыху нэфхэ! Дэтхэнэра нэхъ лъапӀэр: дыщэра, хьэмэрэ Тхьэм и унэшхуэу дыщэр лъапӀэ зыщӀыра?</verse>
				<verse number="18">Мыпхуэдэуи жывоӀэ: «КъурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, абы зыри къикӀыркъым, ауэ къурмэнщӀыпӀэм телъ къурмэныпхъэм и цӀэкӀэ зыгуэрым тхьэ иӀуэмэ, тхьэрыӀуэ мэхъу».</verse>
				<verse number="19">Фэ, цӀыху нэфхэ! Дэтхэнэра нэхъ лъапӀэр, къурмэныпхъэра, хьэмэрэ къурмэныпхъэр лъапӀэ зыщӀ къурмэнщӀыпӀэра?</verse>
				<verse number="20">Аращи, къурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм къурмэнщӀыпӀэм и цӀэкӀи абы телъ псом я цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм Тхьэм и унэшхуэм и цӀэкӀи абы щӀэсым и цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу.</verse>
				<verse number="22">Уафэм и цӀэкӀэ тхьэ зыӀуэм Тхьэм и тахътэм и цӀэкӀи абы тесым и цӀэкӀи тхьэ иӀуа мэхъу.</verse>
				<verse number="23">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ нэхъ вгъэзэщӀапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищӀ захуагъэм, гущӀэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокӀ. Ахэращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзэхэр зыщывмыгъэгъупщэу.</verse>
				<verse number="24">Фэ, пашэ нэфхэ! Фызэфэм аргъуейр хэфхыурэ, махъшэу хэлъыр зыжьэдыволъафэ.</verse>
				<verse number="25">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, ауэ я кӀуэцӀым нэпсеягъэмрэ зымышыӀэныгъэмрэ изщ.</verse>
				<verse number="26">Уэ, фарисей нэф! Фалъэмрэ лагъэмрэ я кӀуэцӀыр гъэкъабзэ япэщӀыкӀэ, я щӀыфэри къабзэ хъунущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="27">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Хужьу яла кхъэ мащэхэм фахуэдэщ фэ. Ахэр дахэу къолъагъуэ, арщхьэкӀэ я кӀуэцӀыр хьэдэ къупщхьэрэ фӀей зэмылӀэужьыгъуэкӀэ кудащ.</verse>
				<verse number="28">Щыпкъагъэ зигу илъхэм фахуэдэу цӀыхухэм закъыфӀывогъэщӀ фи фэкӀэ, ауэ фигухэм бзитӀщхьитӀыгъэмрэ бзаджагъэмрэ изщ.</verse>
				<verse number="29">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Бегъымбархэм щхьэкӀэ кхъэлэгъунэхэр фогъэув, щыпкъагъэ зигу илъа цӀыхухэм я сынхэри фогъэщӀэращӀэ.</verse>
				<verse number="30">Апхуэдэу щыт пэтми, «Ди адэжьхэм я зэманым дыпсэуатэмэ, абыхэм бегъымбархэм я лъыр щагъажэм, гъусэ дахуэхъунтэкъым», жывоӀэ.</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэу жыфӀэурэ, бегъымбархэр зыукӀахэм я щӀэблэу фызэрыщытым фэр-фэру щыхьэт фытохъуэ.</verse>
				<verse number="32">ФеуэжьэрэкӀ-тӀэ, абы щыгъуэ фи адэжьхэм къаубла Ӏуэхур вгъэбатэ.</verse>
				<verse number="33">– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?</verse>
				<verse number="34">Абы къыхэкӀкӀэ, бегъымбархэри, акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэри, дин егъэджакӀуэхэри сэ ныфхузогъакӀуэ. Абыхэм ящыщ зы гупыр жорым ефӀулӀынурэ, фыукӀынущ; адрей гупми фи синэгуэгухэм щӀопщкӀэ фыщеуэнущ икӀи зы къалэм дэфхунурэ адрей къалэм фхунущ.</verse>
				<verse number="35">Аращи, дунейм щагъэжа лъы хей псори фэ къыфтехуэнущ, щыпкъагъэ зигу илъ Хэбэл бегъымбарым и лъым къыщыщӀэдзауэ Варахийм и къуэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу. Зэчрей бегъымбарыращ Тхьэм и унэшхуэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ я зэхуакум дэвукӀыхьар.</verse>
				<verse number="36">Пэжыр нывжызоӀэ, мы Ӏуэху мыхъумыщӀэ псоми я лажьэр иджырей цӀыхухэм къатехуэнущ.</verse>
				<verse number="37">– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.</verse>
				<verse number="38">АтӀэ, фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым.</verse>
				<verse number="39">Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху, сыкъэфлъагъужынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="24">
				<verse number="1">Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжри, ежьэж щыхъум, Тхьэм и унэшхуэм хэт унэхэр ирагъэлъагъуну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэхуэу къыбгъэдыхьащ.</verse>
				<verse number="2">– Мы псори флагъурэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, мывитӀ къызэтемынэжу, псори зэтекъутэнущ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм тесу, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ абы щыгъуэ: – КъыджеӀэт, а жыхуэпӀа Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур, икӀи уэ дунейм укъызэрыкӀуэжынумрэ мы дунейм и кӀэухыр къызэрыкӀуэнумрэ я нэщэнэхэр сыт?</verse>
				<verse number="4">– Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="5">– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ» жаӀэу, цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.</verse>
				<verse number="6">Гъунэгъууи жыжьэуи зауэ хъыбар щызэхэфхынущ, ауэ фыщӀэшынэн щыӀэкъым. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.</verse>
				<verse number="7">Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ. Гъабли къэхъунущ, щӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ.</verse>
				<verse number="8">А Ӏуэху псори гугъуехь куэд шэчыным я къежьапӀэ къудейщ.</verse>
				<verse number="9">– ЦӀыхухэм фэ гугъуехь фагъэшэчын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм фырагъэубыдынурэ фрагъэукӀынущ икӀи сэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀынущ абы щыгъуэ; зым адрейр тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдынущ, зым адрейр илъагъу мыхъу хъунущ.</verse>
				<verse number="11">Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.</verse>
				<verse number="12">Бзаджагъэм къызэрыхэхъуэм къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэдым я фӀылъагъуныгъэр упщӀыӀунущ.</verse>
				<verse number="13">Ауэ икӀэм нэсыху теубыдэныгъэ зиӀэр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀылъэ псом тет цӀыхухэр ирагъэдэӀуэн хуейуэ щытщ, цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ. Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="15">– Аращи, Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэур» щӀыпӀэ лъапӀэм иту щыфлъагъукӀэ (еджэм ар къыгурыреӀуэ),</verse>
				<verse number="16">Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж.</verse>
				<verse number="17">Унащхьэм тетыр къехыжмэ, зыгуэр здищтэн щхьэкӀэ, унэм щӀремыхьэж.</verse>
				<verse number="18">Губгъуэм итми, и щыгъын щӀыӀутелъыр здищтэн щхьэкӀэ, къремыгъэзэж.</verse>
				<verse number="19">ЦӀыхубз лъэщыджэхэмрэ сабий быдзафэ зиӀэхэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувэнущ а махуэхэм.</verse>
				<verse number="20">Фыщежэжьэнур щӀымахуэм е щэбэт махуэм темыхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм фелъэӀу;</verse>
				<verse number="21">а махуэхэм гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущи. Дунейр къыщыхъуам къыщыщӀэдзауэ иджыри къэсыху щыӀакъым дяпэкӀи щыӀэнукъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ.</verse>
				<verse number="22">А махуэхэр нэхъ мащӀэ мыхъуатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Тхьэм а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀынущ.</verse>
				<verse number="23">А махуэхэм «Мис, Мэссихь мыбы щыӀэщ», жиӀэу, е «Мэссихь модэ щыӀэщ», жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, фи фӀэщ фымыщӀ;</verse>
				<verse number="24">Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.</verse>
				<verse number="25">Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.</verse>
				<verse number="26">– Аращи, «Мис, Мэссихь губгъуэ нэщӀым щыӀэщ», къыщывжаӀэкӀэ, абы фымыкӀуэ «Мис, Мэссихь пэшым щӀэтщ», къыщывжаӀэкӀи фи фӀэщ фымыщӀ;</verse>
				<verse number="27">къуэкӀыпӀэмкӀэ къыщыхъуэпскӀ уафэхъуэпскӀым къухьэпӀэм нэсыху дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщыкӀуэжыну махуэри хъунущи.</verse>
				<verse number="28">ФщӀэркъэ хьеуан псэхэлӀэр здэщыӀэм бгъэжьхэри зэрыщызэхуэсынур.</verse>
				<verse number="29">– А гузэвэгъуэшхуэ махуэхэм я ужь дыгъэр напӀэзыпӀэм ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым. Вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ, уафэм щыӀэ къарухэри къызэщӀэхъеенущ.</verse>
				<verse number="30">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.</verse>
				<verse number="31">Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.</verse>
				<verse number="32">– Ахъуо жыгым къыщыщӀымкӀэ зыгурывгъаӀуэ: абы и къудамэхэм псы къыщӀыхьэу, и пщӀащэхэр къыпыкӀэ щыхъукӀэ, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.</verse>
				<verse number="33">Фэри, мы Ӏуэху псори щыфлъагъукӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гъунэгъуу, куэбжэм деж зэрыщытыр зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="34">Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, мы Ӏуэху псори къэхъунущ.</verse>
				<verse number="35">Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.</verse>
				<verse number="36">– А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэхэм щыӀэ мелыӀычхэми ящӀэркъым, Тхьэм и Къуэми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэм и закъуэщ ар зыщӀэр.</verse>
				<verse number="37">Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи Ӏуэхухэр абы тетынущ.</verse>
				<verse number="38">Псыдзэр къащӀэмыуауэ, а махуэхэм цӀыхухэр шхэрт икӀи ефэрт, къашэрт икӀи дэкӀуэрт. Абы тетащ Нухь кхъухьым щитӀысхьа махуэр нэсыху.</verse>
				<verse number="39">Къэхъунур ямыщӀэурэ, псыдзэр къащӀэуэри, ахэр псори ихьащ икӀи итхьэлащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи апхуэдэущ Ӏуэхухэр зэрыщытынур.</verse>
				<verse number="40">ЦӀыхуитӀ губгъуэм итынущ абы щыгъуэ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.</verse>
				<verse number="41">ЦӀыхубзитӀ зы щхьэлым щыхьэжэнущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.</verse>
				<verse number="42">– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр фщӀэркъыми.</verse>
				<verse number="43">Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытатэмэ, жеинтэкъым икӀи и унэм щӀигъыхьэу щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым.</verse>
				<verse number="44">Абы къыхэкӀкӀэ, фэри фыхьэзырын хуейщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр фыщымыгугъэ сыхьэт гуэрым дунейм къэкӀуэжынущи.</verse>
				<verse number="45">– Хэт атӀэ, зэхэщӀыкӀ иӀэрэ, зыщыгугъ хъун унэӀуту тепщэм езым и унэӀутхэм унафэщӀ яхуищӀар, шхын ичэзум къаритын щхьэкӀэ?</verse>
				<verse number="46">А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ.</verse>
				<verse number="47">Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ.</verse>
				<verse number="48">Ауэ а унэӀутым бзаджагъэкӀэ игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу</verse>
				<verse number="49">адрей унэӀутхэм яхэуэу икӀи ефакӀуэхэм ядефэу-ядешхэу щиублэкӀэ,</verse>
				<verse number="50">а унэӀутым тепщэр къэкӀуэжыну щимыгугъэ махуэм икӀи щыпэмыплъэ сыхьэтым ар къэсынущ.</verse>
				<verse number="51">А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи бзитӀщхьитӀхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="25">
				<verse number="1">– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.</verse>
				<verse number="2">Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт.</verse>
				<verse number="3">Ахьмакъхэм я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэр къыздащтакъым.</verse>
				<verse number="4">Ӏущхэм уэздыгъэхэри дагъэ зэрыт дагъалъэхэри къыздащтащ.</verse>
				<verse number="5">Щауэр къыщыгувэм, псори щхьэукъуэри жеящ.</verse>
				<verse number="6">– Жэщ ныкъуэм деж макъ гуэр къэӀуащ: «Мес, щауэр къокӀуэ, фыпежьэ!»</verse>
				<verse number="7">– Ар щызэхахым, хъыджэбз псори къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="8">Ахьмакъхэр Ӏущхэм елъэӀуащ: «Фи дагъэм щыщ къыдэфт, ди уэздыгъэхэр мэункӀыфӀри».</verse>
				<verse number="9">– Хъыджэбз Ӏущхэм жэуап къратащ: «Фэри дэри ар тхурикъунукъым. Дагъэ зыщэхэм я деж фыкӀуэрэ дагъэ къэфщэхумэ, нэхъыфӀщ».</verse>
				<verse number="10">– Ахэр дагъэ щэху кӀуауэ, щауэр къэсащ икӀи хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщӀигъущ, джэгу щащӀ унэм щӀыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ.</verse>
				<verse number="11">– Адрей хъыджэбзхэри абы и ужькӀэ къэкӀуэжри, мыпхуэдэу жаӀащ: «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух!».</verse>
				<verse number="12">– Ауэ абы жиӀащ: «Пэжыр нывжызоӀэ, фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».</verse>
				<verse number="13">– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, – къыщӀигъуащ Хьисэ, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри фщӀэркъыми.</verse>
				<verse number="14">– КъинэмыщӀауэ Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыкӀуэнур зыхуэдэр мыращ. ЛӀы гуэр хамэ къэрал кӀуэн щыхъум, и унэӀутхэр къриджэри, и мылъкур яӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="15">Зым талантитху, адрейм талантитӀ, ещанэми зы талант иритащ. Щхьэж лъэкӀыныгъэу иӀэм елъытауэ яритри, гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="16">Талантитху зритар занщӀэу кӀуэри, лажьэурэ нэгъуэщӀ талантитху къилэжьащ.</verse>
				<verse number="17">ТалантитӀ зритами нэгъуэщӀ талантитӀ къилэжьащ.</verse>
				<verse number="18">Ауэ тепщэм зы талант зритар кӀуэщ, щӀым щӀитӀэри, и тепщэм и ахъшэр игъэпщкӀуащ.</verse>
				<verse number="19">– Зыкъом дэкӀауэ, а унэӀутхэм я тепщэр къэкӀуэжащ икӀи и унэӀутхэм ахъшэр къызэрагъэсэбэпамкӀэ еупщӀу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="20">Талантитху зритар тепщэм бгъэдыхьэщ, адрей талантитху къилэжьар иритри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитху къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитху къэзлэжьащ».</verse>
				<verse number="21">– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».</verse>
				<verse number="22">– ТалантитӀ зритар тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитӀ къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитӀ къэзлэжьащ».</verse>
				<verse number="23">– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ. Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».</verse>
				<verse number="24">– Зы талант зритами, тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, узэрылӀы пхъашэр сщӀэрт, жылапхъэ зытумысам гъавэ къытыбохыж, зыхомыпхъами къыщызэхуохьэсыж.</verse>
				<verse number="25">Сышынэрти, сыкӀуэри, уи талантыр щӀым щӀэзгъэпщкӀуащ. Мис, ууейр узотыж».</verse>
				<verse number="26">– Тепщэм абы жриӀащ: «Уэ уунэӀут бзаджэщ икӀи уунэӀут щхьэхынэщ. Уэ пщӀэрт сэ жылапхъэр зытезмысам гъавэ къызэрытесхыжыр икӀи зытезмыпхъам къызэрыщызэхуэсхьэсыжыр.</verse>
				<verse number="27">Апхуэдэу щыщыткӀэ, хагъэхъуэн щхьэкӀэ си ахъшэр сатуущӀэхэм ептын хуеякъэ? СыкъэкӀуэжа нэужь, хэхъуауэ си ахъщэр къысӀэрыхьэжынут абы щыгъуэ».</verse>
				<verse number="28">– «Мы лӀым талантыр къеӀыфхи, талантипщӀ зиӀэм ефт.</verse>
				<verse number="29">Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм икӀи къелыжу хуигъэбэгъуэнущ. Ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.</verse>
				<verse number="30">Мы унэӀут сэбэпыншэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ». Ар жиӀа нэужь, Хьисэ макъышхуэкӀэ къыщӀигъуащ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="31">– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.</verse>
				<verse number="32">Лъэпкъ псори абы и пащхьэм къыщызэхуэсынущ икӀи мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм цӀыхухэр зэхидзынущ.</verse>
				<verse number="33">Мэлхэр ижьырабгъумкӀэ, бжэнхэр сэмэгурабгъумкӀэ игъэувынущ.</verse>
				<verse number="34">– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.</verse>
				<verse number="35">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыщымэжалӀэм сывгъэшхащ, псы сыщыхуэлӀэм псы севгъэфащ; хамэу сыщыщытым севгъэблэгъащ;</verse>
				<verse number="36">щыстӀэгъэн щызимыӀэм сыфхуэпащ; сыщысымаджэм фыкъыскӀэлъыплъащ; лъэхъуэщым сыщыщӀэсым си деж фыкъэкӀуащ».</verse>
				<verse number="37">– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм къыжраӀэнущ абы: «Зиусхьэн, сытым щыгъуэ дэ уэ умэжалӀэу утлъагъуу ущыдгъэшхар, е псы пхуэлӀэу псы ущедгъэфар?</verse>
				<verse number="38">Сытым щыгъуэ уэ хамэу утлъагъуу укъыщедгъэблэгъар, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу ущытхуэпар?</verse>
				<verse number="39">Уэ усымаджэу е лъэхъуэщым ущӀэсу сытым щыгъуэ утлъагъуу уи деж дыщынэкӀуар?»</verse>
				<verse number="40">– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».</verse>
				<verse number="41">– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.</verse>
				<verse number="42">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыщымэжалӀэм сывгъэшхакъым; псы сыщыхуэлӀэм севгъэфакъым;</verse>
				<verse number="43">хамэу сыщыщытым севгъэблэгъакъым, зыщыстӀэгъэн щызимыӀэми сыфхуэпакъым; сыщысымаджэми лъэхъуэщым сыщыщӀэсми фыкъыскӀэлъыплъакъым».</verse>
				<verse number="44">– Абыхэм пащтыхьым къыжраӀэнущ: «Зиусхьэн, уэ умэжа-лӀэу, е псы пхуэлӀэу, е ухамэу, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу, е усымаджэу, е лъэхъуэщым ущӀэсу утлъагъуу, ди фӀагъ уэдмыгъэкӀыу сыт щыгъуэ укъыщыдгъэнар?»</verse>
				<verse number="45">– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».</verse>
				<verse number="46">– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="26">
				<verse number="1">А псалъэ псори къиӀуэта нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:</verse>
				<verse number="2">– ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.</verse>
				<verse number="3">Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яубыдыну икӀи яукӀыну мурад ящӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="5">– Ауэ, цӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ Вифание жылэм дыхьауэ, уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэст.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ абы здыщӀэсым, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ зы барщыбэ иӀыгът абы. А барщыбэм мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэ итт. Хьисэ, Ӏэнэм здыпэрысым, цӀыхубзыр къыбгъэдыхьэри, абы и щхьэм дагъэр трикӀащ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, ар ягу иримыхьу, жаӀащ: – Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт?</verse>
				<verse number="9">Ар лъапӀэу ящатэмэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм хуагуэш хъунут.</verse>
				<verse number="10">Абы гу лъитэри, Хьисэ яжриӀащ: – ЦӀыхубзыр сыт щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.</verse>
				<verse number="11">ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.</verse>
				<verse number="12">А цӀыхубзым мы дагъэ лъапӀэр си пкъым къызэрытрикӀамкӀэ сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзырауэ арщ.</verse>
				<verse number="13">Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр дэнэ щыщызэлъагъэщӀыскӀи, мы цӀыхубзым ищӀар яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм ягу фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,</verse>
				<verse number="15">жиӀащ: – Хьисэ фэзгъэубыдмэ, сыт къызэфтын? Абыхэм дыжьын ахъшэ щэщӀ къратыну къагъэгугъащ.</verse>
				<verse number="16">Абы щегъэжьауэ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.</verse>
				<verse number="17">ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм* я япэ махуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, абы къеупщӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей?</verse>
				<verse number="18">– Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».</verse>
				<verse number="19">Хьисэ зэражриӀам хуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="20">Пщыхьэщхьэр къыщысым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.</verse>
				<verse number="21">Ахэр здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ фэ фщыщ гуэрым.</verse>
				<verse number="22">Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ: – Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?</verse>
				<verse number="23">– Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="24">– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="26">Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.</verse>
				<verse number="27">Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, щаритым, яжриӀащ итӀанэ: – Фэ псори мыбы итым щыщ фефэ.</verse>
				<verse number="28">Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="29">Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.</verse>
				<verse number="30">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы щыгъуэ: – Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сукӀынущ, мэл хъушэри зэбгрыкӀыжынущ».</verse>
				<verse number="32">Ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжа нэужь, фэ фяпэ къихуэу Галилей хэкум сыкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="33">– Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикӀ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.</verse>
				<verse number="34">– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.</verse>
				<verse number="35">– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.</verse>
				<verse number="36">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Гефсимание зи цӀэ жыг хадэм кӀуащ абы и ужькӀэ. – Мыбдеж фыщыс, сэ модэ сыкӀуэу, Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="37">Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="38">Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.</verse>
				<verse number="40">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ. – Зы сыхьэт закъуэкӀэ фызигъусэу, фымыжейуэ, фысакъын фхузэфӀэкӀакъым, аракъэ? – жриӀащ Хьисэ Петр.</verse>
				<verse number="41">– Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="42">Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.</verse>
				<verse number="43">Хьисэ къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ.</verse>
				<verse number="44">Ахэр аргуэру къигъанэри, ӀукӀыжащ, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм ещанэу елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="45">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж къигъэзэжри, яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Мис, пӀалъэр къэблэгъащ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.</verse>
				<verse number="46">Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="47">Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.</verse>
				<verse number="48">– Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар къэвубыд, – жиӀэри Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.</verse>
				<verse number="49">Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.</verse>
				<verse number="50">– Ныбжьэгъу, укъыщӀэкӀуар сыт? – жриӀащ абы Хьисэ. Адрейхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ яубыдащ.</verse>
				<verse number="51">Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэхуащ.</verse>
				<verse number="52">Хьисэ абы жриӀащ: – Уэ уи джатэр дохъутэм илъхьэж, джатэ къэзыщтэ псори джатэм ихьыжынущ.</verse>
				<verse number="53">Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.</verse>
				<verse number="54">Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?</verse>
				<verse number="55">Хьисэ а цӀыху гупышхуэм яжриӀащ асыхьэтым: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? Тхьэм и унэшхуэм махуэ къэс сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэрт, арщхьэкӀэ сывубыдакъым.</verse>
				<verse number="56">Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.</verse>
				<verse number="57">Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж.</verse>
				<verse number="58">Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс, кӀэлъыкӀуащ. ПщӀантӀэм дыхьэри, хъумакӀуэхэм яхэтӀысхьащ ар итӀанэ, Хьисэ и Ӏуэху зэрыхъунум еплъыну.</verse>
				<verse number="59">Дин пашэшхуэми, нэхъыжьхэми, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей пашэ псоми Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт нэпцӀ ягъэувыну къалъыхъуэрт.</verse>
				<verse number="60">Щыхьэт нэпцӀ куэд къэтэджри, Хьисэ Ӏэджэ тралъхьа пэтми, зыхуейр ягъуэтакъым. ИкӀэм-икӀэжым щыхьэт нэпцӀитӀ къэтэджри,</verse>
				<verse number="61">мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэгъащ: «Тхьэм мы и унэшхуэр зэхэскъутэнурэ, махуищкӀэ ар зэтезгъэувэжын слъэкӀынущ».</verse>
				<verse number="62">Дин пашэшхуэр къэтэджащ итӀанэ. – Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? Сыт зыри щӀыжумыӀэр? – къыжриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="63">Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.</verse>
				<verse number="64">– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.</verse>
				<verse number="65">Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ абдежым. – Тхьэр игъэпцӀащ, – жиӀащ абы. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? Мис, Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ.</verse>
				<verse number="66">Дауэ феплърэ? – УкӀ хуэфащэщ! – жэуап къатыжащ адрейхэм.</verse>
				<verse number="67">Хьисэ и напэм щӀэубжьытхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ ахэр. НэгъуэщӀхэри енэпэфауэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:</verse>
				<verse number="68">– Мэссихь, убегъымбармэ, уэ къоуар хэтми къыджеӀэт.</verse>
				<verse number="69">Петр пщӀантӀэм дэст абы щыгъуэ. Зы унэӀут хъыджэбз, абы къыбгъэдыхьэри, къыжриӀащ: – Галилей щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.</verse>
				<verse number="70">– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сщӀэркъым, – щыжиӀащ Петр псоми я пащхьэ.</verse>
				<verse number="71">Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.</verse>
				<verse number="72">Аргуэру, «Ар сцӀыхуркъым» жиӀэри, Петр тхьэ иӀуащ.</verse>
				<verse number="73">ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэр къыбгъэдыхьэри, Петр къыжраӀащ: – Пэж дыдэу, уэри абыхэм уащыщщ, уи псэлъэкӀэм ар нахуэ къещӀри.</verse>
				<verse number="74">– Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а лӀыр сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр. Абы ирихьэлӀэу адакъэ Ӏуащ.</verse>
				<verse number="75">Хьисэ къыжриӀэгъауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ Петр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="27">
				<verse number="1">Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ япхри, Понтий Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀалъхьащ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ абыхэм езыгъэубыда Иудэ, Хьисэ укӀ тралъхьэу щилъагъум, щӀегъуэжщ, ирата дыжьын ахъшэ щэщӀыр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ яхуихьыжри,</verse>
				<verse number="4">яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="5">Ар щызэхихым, Иудэ, дыжьын ахъшэхэр Тхьэм и унэшхуэм щыхыфӀипхъэри, къыщӀэкӀыжащ. ИтӀанэ кӀуэри зитхьэлэжащ.</verse>
				<verse number="6">Дыжьын ахъшэхэр къащыпыжри, дин пашэшхуэхэм жаӀащ: – Мыхэр Тхьэм щхьэкӀэ ахъшэр зыдэлъ пхъуантэм дэплъхьэ хъунукъым, мыхэр лъы уасэщи.</verse>
				<verse number="7">Зэчэнджэщыжа нэужь, хамэхэр щыщӀалъхьэжын папщӀэ, кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр а ахъшэмкӀэ къащэхуну зэгурыӀуащ.</verse>
				<verse number="8">Абы къыхэкӀкӀэ а хьэсэм «Лъы уасэ ХьэсэкӀэ» йоджэ нобэр къыздэсым.</verse>
				<verse number="9">Иеремие бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Щхьэ уасэу Израил цӀыхухэм абы щхьэкӀэ ягъэува дыжьын ахъшэ щэщӀыр къащтэри,</verse>
				<verse number="10">абыхэмкӀэ кхъуэщыныщӀэм и хьэсэр къащэхуащ, Зиусхьэным унафэ къызэрысхуищӀам тету».</verse>
				<verse number="11">Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ. – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="12">Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым.</verse>
				<verse number="13">Пилат Хьисэ къеупщӀащ: – Къыптралъхьэр зыхуэдизыр зэхэпхыркъэ?</verse>
				<verse number="14">Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="15">Лъэхъущым щӀэс гуэр утӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат Ӏэтащхьэм и хабзэт.</verse>
				<verse number="16">Вараввэ и цӀэу зы цӀэрыӀуэ гуэр лъэхъуэщым щӀэст а махуэхэм.</verse>
				<verse number="17">Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ: – Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?</verse>
				<verse number="18">Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.</verse>
				<verse number="19">Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.</verse>
				<verse number="20">Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжыну икӀи Хьисэ ирагъэгъэкӀуэдыну дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ цӀыху гупышхуэм жраӀащ.</verse>
				<verse number="21">– Мы тӀум хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? – Пилат Ӏэтащхьэр аргуэру цӀыхухэм еупщӀащ. – Вараввэщ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="22">– МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат. – Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми.</verse>
				<verse number="23">– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – щӀэупщӀащ Пилат. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ!</verse>
				<verse number="24">Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.</verse>
				<verse number="25">– Абы и лъыр дэри ди бынхэми къыттрырехуэ! – жаӀащ цӀыху псоми.</verse>
				<verse number="26">Пилат Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ, зауэлӀхэр щӀопщкӀэ иригъауэри, Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="27">Арати, Пилат Ӏэтащхьэм и зауэлӀхэм Хьисэ преторие зи цӀэ унэшхуэм щӀашащ, адрей къэна зауэлӀ гупышхуэри Хьисэ ихъуреягъкӀэ щызэхуашэсащ.</verse>
				<verse number="28">ЗауэлӀхэм Хьисэ и щыгъынхэр къыщахри, плъыжь-фӀыцӀафэу абэ кӀыхь щатӀэгъащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="29">Пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀщ, абы щхьэратӀагъэри, и Ӏэ ижьми баш цӀыкӀу ӀэщӀалъхьащ. Абы и ужькӀэ, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щетӀысэхри, щыдыхьэшхыурэ, «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!» жаӀэурэ щӀэнэкӀащ.</verse>
				<verse number="30">Еубжьытххэрт, баш къащтэурэ и щхьэм еуэрт.</verse>
				<verse number="31">Ахэр Хьисэ щыдыхьэшха нэужь, абэ кӀыхьыр къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀыну преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="32">Къалэм къыщыдэкӀым, Симон и цӀэу Кириние къалэм щыщ лӀы гуэрым хуэзащ. Щыхуэзэм, Хьисэ и жорыр ихьыну Симон хагъэзыхьащ.</verse>
				<verse number="33">Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм нэсащ (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ къупщхьэ щӀыпӀэ» жиӀэу аращ).</verse>
				<verse number="34">Абы щынэсым, серчэрэ зэзыпс дыджрэ зэхэщӀауэ къратащ ирагъэфэну. Хьисэ хэӀуба фӀэкӀ, ар ирифын идакъым.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ заулӀхэм.</verse>
				<verse number="36">ИкӀи къетӀысэкӀащ, Хьисэ яхъумэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="37">Жорым щӀраӀулӀар Хьисэ и щхьэкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ гуэрым тетхауэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхь Хьисэ арщ».</verse>
				<verse number="38">ХъунщӀакӀуитӀ, зыр и ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.</verse>
				<verse number="39">ЦӀыху блэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ,</verse>
				<verse number="40">мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.</verse>
				<verse number="41">Дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми, нэхъыжьхэми Хьисэ щыдыхьэшхыурэ, жаӀащ:</verse>
				<verse number="42">– НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыфыркъым. Ар Израил и пащтыхьыр, пэжмэ, жорым къыфӀрекӀыжи, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="43">Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.</verse>
				<verse number="44">Хьисэ и гъусэу жорхэм ираӀулӀа хъунщӀакӀуэхэри къебгырт абы.</verse>
				<verse number="45">Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.</verse>
				<verse number="46">Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)</verse>
				<verse number="47">Ар щызэхахым абдеж щытхэм, жаӀащ: – Иляс бегъымбарым йоджэ ар.</verse>
				<verse number="48">Абыхэм ящыщ гуэр бгъэдэлъадэри, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданыр къищтащ асыхьэтым. Хъыданым серчэр фӀыуэ зыщӀригъэфри, башым фӀэлъу Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну.</verse>
				<verse number="49">– Зэ, Иляс бегъымбарыр къакӀуэу, мыкӀуэду къригъэлынумэ, девгъэплъ, – жаӀащ адрейхэм.</verse>
				<verse number="50">Макъ хэӀэтыкӀакӀэ аргуэру джэри, Хьисэ и псэр итащ.</verse>
				<verse number="51">Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу. ЩӀыри къэхъеящ. Мывэхэри зэгуэудащ.</verse>
				<verse number="52">Кхъэлэгъунэхэр къызэӀуха хъури, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу лӀауэ щытахэм ящыщ куэд къэтэджыжащ.</verse>
				<verse number="53">Ахэр кхъэлэгъунэхэм къыщӀэкӀыжащ икӀи Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, къалэ лъапӀэу Ерусалим дыхьэри, цӀыху куэдым зыкърагъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="54">Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.</verse>
				<verse number="55">Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубз куэд щытт. Ахэр Хьисэ дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуурэ, и гъусэу Галилейм къикӀыгъащ.</verse>
				<verse number="56">Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.</verse>
				<verse number="57">Пщыхьэщхьэр къыщысым, Исуф и цӀэу Аримафей жылэм щыщ зы лӀы бей къэкӀуащ. Ари Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу щытащ.</verse>
				<verse number="58">Ар Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. Хьэдэр Исуф иратыжыну Пилат унафэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="59">Исуф хьэдэр къищтэщ, чэсей хужь джэбын къабзэ иришэкӀри,</verse>
				<verse number="60">къыр мывэм езым щхьэкӀэ къыхригъэщӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьэжащ. Исуф кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэкӀуриери ӀукӀыжащ.</verse>
				<verse number="61">Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм хуэзанщӀэу щыст.</verse>
				<verse number="62">Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ Пилат Ӏэтащхьэм деж щызэхуэсащ етӀуанэ махуэу мэрем махуэм къыкӀэлъыкӀуэм.</verse>
				<verse number="63">– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="64">– Аращи, ещанэ махуэм нэсыху кхъэлэгъунэр хуэсакъыурэ яхъумэну унафэ щӀы. Армыхъумэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр къэкӀуэнурэ, и хьэдэр ядыгъужынущ икӀи цӀыхухэм жраӀэнущ: «Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ». А иужьрей пцӀыр япэрей пцӀыхэм нэхърэ нэхъ Ӏей хъунущ.</verse>
				<verse number="65">– ХъумакӀуэхэр фызот. ФыкӀуи, кхъэлэгъунэр зэрыфлъэкӀым хуэдэу фхъумэ, – яжриӀащ Пилат.</verse>
				<verse number="66">Ахэр кӀуэри, кхъэлэгъунэм хъумакӀуэхэр бгъэдагъэуващ, мывэми мыхъур традзащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="28">
				<verse number="1">Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.</verse>
				<verse number="2">НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати.</verse>
				<verse number="3">Абы и теплъэр уафэхъуэпскӀым хуэдэт, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэт.</verse>
				<verse number="4">ХъумакӀуэхэр апхуэдизкӀэ абы щышынати, кӀэзызу щытащ, я фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ.</verse>
				<verse number="5">– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ.</verse>
				<verse number="6">Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ.</verse>
				<verse number="7">ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ.</verse>
				<verse number="8">Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.</verse>
				<verse number="9">И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:</verse>
				<verse number="10">– Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхубзхэр щыкӀуэм, хъумакӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ерусалим къалэм дыхьэщ, дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="12">Дин пашэшхуэхэр, нэхъыжьхэр я гъусэу, зэхуэсри зэчэнджэщыжащ. ХъумакӀуэхэм ахъшэ куэд иратри,</verse>
				<verse number="13">абыхэм жраӀащ: – «Жэщым дэ дыщыжейм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэри, и хьэдэр ядыгъужащ», жыфӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="14">А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ.</verse>
				<verse number="15">ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр абы и ужькӀэ Галилейм кӀуэри, езым жыхуиӀэгъа Ӏуащхьэм дэкӀащ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.</verse>
				<verse number="19">Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,</verse>
				<verse number="20">унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="41">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Тхьэм и Къуэ Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым мыпхуэдэу къыщӀедзэ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр бегъымбархэм я тхылъхэм итщ: «Мис, сэ си мелыӀыч уяпэ къихуэу нызогъакӀуэ; абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ.</verse>
				<verse number="3">Абы и джэ макъыращ мыпхуэдэу жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым къыщыӀур: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».</verse>
				<verse number="4">Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Иудей хэку псом ис цӀыхухэри Ерусалим дэс цӀыху псори Иуан деж кӀуащ. Гуэныхьу ящӀамкӀэ заумысыжурэ, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.</verse>
				<verse number="6">Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпхи щӀэлът, мацӀэрэ губгъуэ форэ ишхырт.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.</verse>
				<verse number="8">Сэ псымкӀэ фызумэхъащ, ауэ абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.</verse>
				<verse number="9">Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ.</verse>
				<verse number="10">Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – ФӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр уэращ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ гуэныхь иригъэлэжьыну шейтаныр и ужь къитурэ, Хьисэ махуэ плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикъухьащ. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм яхэтт, мелыӀычхэми Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь, Галилей хэкум кӀуэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ:</verse>
				<verse number="15">– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.</verse>
				<verse number="16">Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, Хьисэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэ хъыр псым хадзэу илъэгъуащ, ахэр бдзэжьеящэти.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я ужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="18">Яхъхэр асыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ ахэри къриджащ асыхьэтым. Я адэ Зеведеймрэ абы и лэжьакӀуэхэмрэ кхъуафэжьейм къранэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ Ӏуэхугъуэхэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу, цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.</verse>
				<verse number="23">Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр синэгуэгум напӀэзыпӀэм къыщыхутэри къэкӀиящ:</verse>
				<verse number="24">– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.</verse>
				<verse number="25">– Щыгъэт, мы лӀым къыхэкӀыж, – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри.</verse>
				<verse number="26">Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.</verse>
				<verse number="28">Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="29">Синэгуэгум къызэрыщӀэкӀыжу, Екъубрэ Иуанрэ я гъусэу, ахэр Симонрэ Индрисрэ я унэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="30">Симон и щыкъу анэр плъыржьэру пӀэм хэлът. Ар зэрысымаджэр Хьисэ асыхьэтым къыжраӀащ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ абы деж кӀуэщ, и Ӏэр иубыдри къигъэтӀысащ. Плъыржьэрыр щхьэщыкӀщ, къызэфӀэувэжри, абы хьэщӀагъэ къарихащ.</verse>
				<verse number="32">Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьа нэужь, сымаджэхэмрэ жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху псомрэ Хьисэ къыхуашащ.</verse>
				<verse number="33">Къалэм дэс псори бжэӀупэм къыщызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="34">Хьисэ узыфэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд зэфыкӀ сымаджэ Ӏэджи игъэхъужащ абы щыгъуэ, жин бзаджэ куэди цӀыхухэм яхихуащ, ауэ жин бзаджэхэр къэпсэлъэну хуит ищӀакъым, ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти.</verse>
				<verse number="35">Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджщ, къалэм дэкӀщ, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуэри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="36">Симонрэ абы и гъусэхэмрэ Хьисэ лъыхъуэну дэкӀащ.</verse>
				<verse number="37">Къыщагъуэтыжым, жраӀащ: – Уэ цӀыху псоми укъалъыхъуэ.</verse>
				<verse number="38">– Гъунэгъу жылэхэми къалэхэми дывгъакӀуэ, абыхэми цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щезгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – аращ сэ сыкъыщӀэкӀуар.</verse>
				<verse number="39">Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.</verse>
				<verse number="40">Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, лъэгуажьэмыщхьэу къэтӀысри къелъэӀуащ: – Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.</verse>
				<verse number="41">Абы гущӀэгъу хуищӀу и Ӏэр ишийщ, теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж!</verse>
				<verse number="42">Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ.</verse>
				<verse number="43">Хьисэ ар щиутӀыпщыжым быдэу жриӀащ:</verse>
				<verse number="44">– Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. Ар узэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ.</verse>
				<verse number="45">Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.</verse>
				<verse number="2">Щызэхахым, апхуэдизкӀэ цӀыху куэд къызэхуэсати, бжэӀупэм увыпӀэ имыӀэж хъуащ икӀи Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу щӀидзащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="3">Абы ирихьэлӀэу, цӀыху зыбжанэ къэкӀуащ; абыхэм ящыщ цӀыхуиплӀым пкъыуэ хъуа лӀы гуэр къахьырт.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыхухэр апхуэдизкӀэ Ӏувти, сымаджэр Хьисэ бгъэдахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм драхьейщ, Хьисэ здэщыӀэм деж унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр алэрыбгъум телъу ирагъэлэлэхащ.</verse>
				<verse number="5">Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.</verse>
				<verse number="6">Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуп абдежым щысти, ягукӀэ жаӀащ:</verse>
				<verse number="7">Мы лӀым апхуэдэу щӀыжиӀэр сыт? Абы Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, гуэныхьхэр хэт игъэгъун зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="8">Абыхэм я гум илъыр асыхьэтым игукӀэ ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт апхуэдэ фигукӀэ щӀыжыфӀэр фэ?</verse>
				<verse number="9">Сытыра нэхъ тыншыр: пкъыуэ хъуа лӀым, «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жепӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, ежьэж» жепӀэныра?</verse>
				<verse number="10">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри, жриӀащ:</verse>
				<verse number="11">– Сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.</verse>
				<verse number="12">ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!</verse>
				<verse number="13">Хьисэ Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏухьэжащ аргуэру. ЦӀыху гупышхуэ къэкӀуащ, Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="14">ИтӀанэ адэкӀэ кӀуэурэ, Алфей и къуэ Левий хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу илъагъури жриӀащ: – Си ужь къиувэ. Левий къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="15">ИтӀанэ Хьисэ Левий и унэм здыщӀэсым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ и ужь иту къэкӀуахэр цӀыху куэд хъурти, аращ.</verse>
				<verse number="16">Фарисейхэм ящыщ торэт егъэджэкӀуэ пащэхэм Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ ядэшхэу щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьщӀэхэмрэ сыт ар щӀадешхэр?</verse>
				<verse number="17">Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ. Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="18">УмэхъакӀуэ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ нэщӀ ист. ЦӀыху зыкъом къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэмрэ нэщӀ исщ, уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?</verse>
				<verse number="19">– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм нэщӀын ялъэкӀыну? Хьэуэ, щауэр я гъусэху, абыхэм нэщӀын ялъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="20">– Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ. Мис, а махуэм нэщӀ исынущ ахэр.</verse>
				<verse number="21">– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, щэкӀыщӀэм щыщ щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущ.</verse>
				<verse number="22">ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэхэм иригъахъуркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фэндхэр зэгуитхъынурэ, фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдыжынущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъахъуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр хьасэм здитым, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="24">Фарисейхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур мыбыхэм щхьэ ящӀэрэ?</verse>
				<verse number="25">– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжэлӀауэ гугъу ехь щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="26">– Авиафар зи цӀэ дин пашэшхуэм и зэманым Даут Тхьэм и унэм щӀыхьэри, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр ишхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ, ауэ Даут ишхащ, и гъусэхэми яригъэшхащ.</verse>
				<verse number="27">Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.</verse>
				<verse number="28">Аращи, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэм и зиусхьэнщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Хьисэ синэгуэгум аргуэру щӀыхьащ. Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.</verse>
				<verse number="4">Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.</verse>
				<verse number="5">Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.</verse>
				<verse number="6">Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="8">Абы илэжьа Ӏуэху псори зэхахати, Иудей хэкуми, Ерусалими, Идумей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкуми, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я лъэныкъуэкӀи цӀыху куэд къикӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="9">Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ щалъагъукӀэ, абы и пащхьэм зыщрадзыхырти, жин бзаджэхэри зэрыгъэкӀийрт: «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="12">Езыр хэтми цӀыхухэм ирамыгъэщӀэн щхьэкӀэ, жин бзаджэхэм унафэ быдэ яхуищӀат Хьисэ.</verse>
				<verse number="13">Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ езыр зыхуейхэр къыщриджэм, ахэр къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыху пщыкӀутӀ игъэуващ. Ахэр къыщӀигъэувар игъусэн икӀи цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм ирагъэдэӀуэну игъэкӀуэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="15">Абы нэмыщӀуи, сымаджэхэр ягъэхъужын икӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахун щхьэкӀэ тепщэныгъэ яритащ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ игъэува цӀыху пщыкӀутӀыр мыхэращ: Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар;</verse>
				<verse number="17">Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ).</verse>
				<verse number="18">Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,</verse>
				<verse number="19">Иудэ Искариот. А Иудэращ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.</verse>
				<verse number="22">Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.</verse>
				<verse number="23">Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ: – ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур?</verse>
				<verse number="24">Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="25">Абы ещхьу, зы унэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="26">ШейтӀанри къэтэджу, езым и щхьэ пэувыжрэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, абы кӀэ иӀэщ, и кӀуэдыжыгъуэри къэсащ.</verse>
				<verse number="27">ЛӀы къарууфӀэ гуэрым и унэм щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зыми лъэкӀынукъым, а лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхэмэ. А лӀыр ипхмэ, и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="28">Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхухэм я гуэныхь псори къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, Тхьэр сыт хуэдизкӀэ ягъэпцӀми.</verse>
				<verse number="29">Ауэ, ар хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым игъащӀэкӀэ къыхуэгъунукъым, ар мыгъужын гуэныхькӀэ къуаншэ мэхъу.</verse>
				<verse number="30">Хьисэ «Жин бзаджэм ар иӀыгъщ» жаӀэу абыхэм езым теухуауэ къызэрыжаӀарщ абы а псалъэр щӀыжиӀар.</verse>
				<verse number="31">Абы ирихьэлӀэу, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къэкӀуащ. ПщӀантӀэм ахэр здыдэтым, Хьисэ ирагъэджащ.</verse>
				<verse number="32">Хьисэ къыбгъэдэс цӀыхубэм къыжраӀащ: – Мес, уи анэри, уи къуэшхэри, уи шыпхъухэри къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтщи, къыпщӀоупщӀэ.</verse>
				<verse number="33">– Хэт си анэри си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="34">ИтӀанэ къыбгъэдэсхэм яхэплъэри жиӀащ итӀанэ: – Мыхэращ сэ си анэри си къуэшхэри.</verse>
				<verse number="35">Хэтми, Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм псы Ӏуфэм щаригъащӀэу щӀидзащ аргуэру. Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, псым тет кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыхухэр, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, псы Ӏуфэм Ӏутт.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд ущие хъыбырхэмкӀэ яригъащӀэрт Хьисэ. Ахэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ цӀыхухэм:</verse>
				<verse number="3">ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.</verse>
				<verse number="4">Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ.</verse>
				<verse number="5">ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэу къыхэжащ жылэр,</verse>
				<verse number="6">ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, къыхэпсар исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.</verse>
				<verse number="7">А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьщ, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлэри, зыри къыпагъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="8">А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀым, хэхъуэурэ, щхьэмыжхэр къапыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ, адрей гуэдз хьэдзэр хьэдзэ хыщӀ, адрейри хьэдзищэ хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ жиӀам мыри щӀигъужащ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.</verse>
				<verse number="11">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.</verse>
				<verse number="12">Аращи, «абыхэм я нэхэмкӀэ еплъ пэтми, зыри ялъагъунукъым, я тхьэкӀумэхэмкӀэ даӀуэ пэтми, зыри къагурыӀуэнукъым. Апхуэдэу щымытамэ, Тхьэм деж къагъэзэжынт, Тхьэм абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъунт».</verse>
				<verse number="13">Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Мы ущие хъыбарыр къывгурымыӀуэу, адрей ущие хъыбар псори дауэ къызэрывгурыӀуэнур?</verse>
				<verse number="14">Жылэ зысэм Тхьэм и псалъэхэр есэ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыхухэм ящыщу зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, шейтӀаныр къокӀуэри, я гум илъ хъуа псалъэр ирехыж.</verse>
				<verse number="16">– Адрей цӀыху гупыр щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, щыгуфӀыкӀыурэ ящтэ абыхэм.</verse>
				<verse number="17">Ауэ абыхэм ягукӀэ лъабжьэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ е гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ахэр.</verse>
				<verse number="18">НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах,</verse>
				<verse number="19">ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.</verse>
				<verse number="20">НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, ящтэ икӀи фӀыгъуэ къадокӀуэ, – е хуэдэ щэщӀ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдищэ.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Уэздыгъэр къыщӀахьыр пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀагъэувэн щхьэкӀэкъым, атӀэ уэздыгъэ тегъэувапӀэ лъагэм трагъэувэн щхьэкӀэкъэ?</verse>
				<verse number="22">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыт бгъэпщкӀуми къыщӀэщыжынущ, сыт щӀэпхъумэми, нахуэ хъужынущ.</verse>
				<verse number="23">ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Зэхэфхыр фи гум ивубыдэ. Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ, нэхъыби къыфхухигъэхъуэнущ.</verse>
				<verse number="25">Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ абы.</verse>
				<verse number="26">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – ЛӀы гуэрым жылэ есэ.</verse>
				<verse number="27">Жэщым мэжей, махуэм къоуш, жылэр къокӀ, хохъуэ, ауэ ар зэрыхъур а лӀым ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="28">ЩӀым япэщӀыкӀэ пкъыр езыр-езыру къыхокӀ, итӀанэ щхьэмыж къещӀ, абы и ужькӀэ щхьэмыжым хьэдзэ ирещӀэ.</verse>
				<verse number="29">Щхьэмыжхэр зэрыхъун хъуа нэужь, хьэцэпэцэр къахыж.</verse>
				<verse number="30">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым едгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Хьэмэрэ сыт хуэдэ ущие хъыбаркӀэ къэдгъэнэхуэн ар зыхуэдэр?</verse>
				<verse number="31">Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Хаса нэуж, ар хьэдзэ псоми я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.</verse>
				<verse number="32">Ауэ щӀым хаса нэужь, къокӀри, зы илъэс зи ныбжь къэкӀыгъэ псоми нэхърэ нэхъ ин мэхъу. И жьауэм къуалэбзухэм зыщахъумэн ялъэкӀыну, къудамэ инхэри къыпокӀэ абы.</verse>
				<verse number="33">Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яжриӀащ Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар куэдкӀэ, зэхащӀыкӀын зэралъэкӀынум хуэдэу.</verse>
				<verse number="34">Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.</verse>
				<verse number="35">А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэр къыщысым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.</verse>
				<verse number="36">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр цӀыхухэм къахэкӀщ, ар зэрыс кхъуафэжьейм итӀысхьэри дежьащ. НэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэри ящӀыгъут.</verse>
				<verse number="37">Борэнышхуэ къэхъури, толъкъунхэр къеуэурэ, кхъуафэжьейм псыр из хъууэ щӀидзащ.</verse>
				<verse number="38">Ауэ Хьисэ, щхьэнтэ зыщӀидзауэ, къуафэжьейм и гупкӀэм щыжейрт. Ар къагъэушри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дызэрыкӀуэдыр къыпфӀэӀуэхуркъэ?</verse>
				<verse number="39">Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ.</verse>
				<verse number="40">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?</verse>
				<verse number="41">– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Галилей гуэлым и адрыщӀым щыӀэ хэкуу Гадарэ къалэм зэрытым нэсащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр кхъэлэгъунэхэм я лъэныкъуэкӀэ къикӀри, къыпежьащ.</verse>
				<verse number="3">А лӀыр кхъэлэгъунэхэм хэст. Ар гъущӀ ӀэхъулъэхъукӀэ зыми ипхын лъэкӀыртэкъым.</verse>
				<verse number="4">Абы Ӏэхъурэ лъэхъурэ куэдрэ иралъхьат, ауэ Ӏэхъур зэпичырт, лъэхъури зэпиудырт. Арати, а лӀыр игъэувыӀэн зыми хузэфӀэкӀыртэкъым.</verse>
				<verse number="5">Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ жыжьэу щилъагъум, жэри абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ а лӀыр.</verse>
				<verse number="7">МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!</verse>
				<verse number="8">А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ.</verse>
				<verse number="9">Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.</verse>
				<verse number="10">А хэкум иримыхуну, жин бзаджэхэр хуабжьу къелъэӀуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт.</verse>
				<verse number="12">Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.</verse>
				<verse number="14">Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэми щаӀуэтэжащ, къэхъуар зрагъэлъагъуну цӀыхухэр къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="15">Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ.</verse>
				<verse number="16">Арати, къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэм яӀыгъа лӀымрэ кхъуэхэмрэ къехъулӀар адрей цӀыхухэм хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхухэм ар щызэхахым, я хэкур ибгынэну Хьисэ къелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ кхъуафэжьейм щитӀысхьэжым, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр абы къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ.</verse>
				<verse number="19">– Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу.</verse>
				<verse number="20">Арати, лӀыр ежьэри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэр КъалипщӀ хэкум щиӀуэтэжу щӀидзащ икӀи зэхахар псоми ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ Галилей гуэлым кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀыжа нэужь, цӀыху гупышхуэ абы деж къыщызэхуэсащ. Хьисэ псы Ӏуфэм здыӀутым,</verse>
				<verse number="22">Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къэкӀуащ. Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри,</verse>
				<verse number="23">быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!</verse>
				<verse number="24">Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт.</verse>
				<verse number="25">Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт.</verse>
				<verse number="26">Ӏэзэ куэди еплъащ, гугъуи куэдрэ ирагъэхьащ. ЦӀыхубзым иӀэ псори Ӏэзэхэм ятригъэкӀуэдащ, ауэ нэхъыкӀэ хъуа мыхъумэ, нэхъыфӀ хъуакъым.</verse>
				<verse number="27">Абы Хьисэ и хъыбар зэхихати, цӀыхухэм яхэту, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыбгъэдыхьэри, и щыгъыным къеӀусащ;</verse>
				<verse number="28">игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ!»</verse>
				<verse number="29">Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.</verse>
				<verse number="30">Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ: – Хэт си щыгъыным къеӀусар?</verse>
				<verse number="31">– ЦӀыхухэр къызэрыптезэрыгуар плъагъу пэтрэ, «Хэт къызэӀусар?» жыпӀэу сыт ущӀыщӀэупщӀэр? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="32">Хьисэ къеусар зрилъагъун щхьэкӀэ, зиплъыхьырт.</verse>
				<verse number="33">ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="34">– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!</verse>
				<verse number="35">Хьисэ здэпсалъэм, лӀы гуп синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀауэ къакӀуэрти, Иаир къыжраӀащ: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр сыт щхьэкӀэ гугъу ебгъэхьыжрэ?</verse>
				<verse number="36">Абыхэм жаӀар зэрызэхихыу, Хьисэ синэгуэгу пашэм жриӀащ: – Умышынэ, фӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей.</verse>
				<verse number="37">Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="38">Синэгуэгу пашэм и унэм щынэсым, цӀыхухэр зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу, пыхьэу илъэгъуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="39">Унэм щыщӀыхьэм, яжриӀащ: – ФыщӀызэрызехьэр, хьэдагъэ щӀэфщӀыр сыт? Хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей.</verse>
				<verse number="40">Ар щыжиӀэм, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ. Ауэ унэм псори къыщӀигъэкӀщ, хъыджэбз цӀыкӀум и адэ-анэри езым и гъусищри зыщӀигъури, хъыджэбзыр зыщӀэлъ пэшым щӀыхьащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="41">Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)</verse>
				<verse number="42">Ар зэрыжиӀэу, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэувэри, къикӀухьу щӀидзащ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэс пщыкӀутӀым итт. Ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="43">Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">А щӀыпӀэм икӀыжри, и анэм и къалэм кӀуэжащ Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу.</verse>
				<verse number="2">Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!</verse>
				<verse number="3">Мэрием и къуэ пхъащӀэр аракъэ мыр – Екъуб, Иосий, Иудэ, Симон сымэ я къуэшыр? Абы и шыпхъухэри къытхэскъэ? Ар жаӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ мыхъун я гум кърагъэхьащ.</verse>
				<verse number="4">– Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэм, и благъэхэм, и унагъуэм щыщхэм язакъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ и Ӏэхэр сымаджэ гуэрхэм ятрилъхьэурэ зэригъэхъужам фӀэкӀа, а щӀыпӀэм Ӏуэху телъыджэ лъэпкъ щилэжьакъым.</verse>
				<verse number="6">Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, тӀурытӀурэ иригъажьэу щӀидзащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ.</verse>
				<verse number="8">Унафи яхуищӀащ: – Гъуэгум фыщытехьэкӀэ, зы баш фӀэкӀ зыри здэвмыщтэ. ЩӀакхъуи, хъуржыни, фи бгырыпхым щӀэлъу ахъши здэвмыщтэ.</verse>
				<verse number="9">Вакъэ къызэрыгуэкӀхэр зылъыфтӀагъэ, ауэ джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ.</verse>
				<verse number="10">– Унэ гуэрым хьащӀэу феблагъэмэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис, – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">– ЩӀыпӀэ гуэрым фыщрамыгъэблагъэмэ е къыщывэмыдаӀуэмэ, а щӀыпӀэм фыкъыщикӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэ зэращӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун папщӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэлъэщэщыж. Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ яшэчыну гугъуехьыр нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="12">Арати, а цӀыху пщыкӀутӀыр гъуэгу техьэри, «Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж», жраӀэурэ, цӀыхухэм яхэпсэлъыхьу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="13">Жин бзаджэ куэд цӀыхухэм хахурт икӀи сымаджэ куэд дагъэ щахуэурэ ягъэхъужырт абыхэм.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.</verse>
				<verse number="15">– Ар Иляс бегъымбарырщ, – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми. – Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.</verse>
				<verse number="16">Ар щызэхихым, Ирод жиӀащ: – Зи щхьэр пезгъэупщӀа Иуаныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="17">Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ езым и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат.</verse>
				<verse number="18">Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым».</verse>
				<verse number="19">Абы щхьэкӀэ Иродиадэ Иуан гужьгъэжь къыхуиӀэ хъуащ. Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ. Иродиадэ Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ хузэфӀэкӀыртэкъым.</verse>
				<verse number="20">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.</verse>
				<verse number="21">Иродиадэ зыщӀэхъуэпсар махуэ гуэрым къехъулӀащ. Къыщалъхъуа махуэр игъэлъэпӀэну, Ирод и къулыкъущӀэхэр, и дзэпщхэр, Галилей хэкум и пашэхэр, ефэ-ешхэшхуэ яхуищӀри, къригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="22">Иродиадэ и пхъур унэм къыщӀыхьэри, абыхэм я пащхьэ къыщыфащ. Иродрэ и хьэщӀэхэмрэ хъыджэбзыр ягу ирихьащ. – УзыхуеймкӀэ къызэлъэӀуи, узыщӀэлъэӀур пхуэсщӀэнщ, – жриӀащ пащтыхьым хъыджэбзым.</verse>
				<verse number="23">ИкӀи тхьэ хуиӀуащ: – Сыт ухуейми уэстынщ, си къэралым и ныкъуэм нэсыху.</verse>
				<verse number="24">Хъыджэбзыр унэм щӀэкӀри, и анэм еупщӀащ: – СыткӀэ селъэӀун? – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр къыуитыну елъэӀу.</verse>
				<verse number="25">Арати, хъыджэбзыр унэм къыщӀэлъэдэжри, пащтыхьым жриӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт иджыпсту.</verse>
				<verse number="26">Ар щызэхихым, пащтыхьыр хуабжьу къэнэщхъеящ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, и псалъэм текӀ хъужынутэкъым.</verse>
				<verse number="27">Арати, Иуан и щхьэр къихьыну унафэ хуищӀри, зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ асыхьэт дыдэм.</verse>
				<verse number="28">Ар кӀуэщ, Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀщ, щхьэр лагъэм илъу къихьри, хъыджэбзым къритащ, хъыджэбзым ар и анэм хуихьащ.</verse>
				<verse number="29">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="30">Апостолхэр Хьисэ деж къыщызэхуэсыжащ икӀи ялэжьа псори цӀыхухэм ирагъэщӀа псори хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="31">ЦӀыху къакӀуэ-накӀуэр апхуэдизкӀэ куэд хъуати, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуи ихуэжыртэкъым. Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ЩӀыпӀэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакӀуэ.</verse>
				<verse number="32">Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.</verse>
				<verse number="33">Ахэр кхъуафэжьейм ису зэрыӀукӀыр ялъагъуащ цӀыхухэм, куэдми къацӀыхужащ. Къалэ псоми дэс цӀыхухэр лъэсу къыдэжщ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ кхъуафэжьейкӀэ здэкӀуэ щӀыпӀэм нэмыс щӀыкӀэ, езыхэр нэсри щызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="34">Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="35">Махуэр щыхэкӀуатэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтащ.</verse>
				<verse number="36">Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ цӀыхухэр утӀыпщ, яшхын яӀэкъыми.</verse>
				<verse number="37">– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ДыкӀуэу, динар щитӀым и уасэ щӀакхъуэ къэтщэхун, мы цӀыхухэм едгъэшхын щхьэкӀэ? – къеупщӀащ адрейхэр.</verse>
				<verse number="38">– ЩӀакхъуэ дапщэ фэ фиӀэр? ФыкӀуи, феплъыт, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. ЯӀэм еплъри, жаӀащ: – ЩӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ диӀэщ.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ яхуищӀащ цӀыху псори удзыпцӀэм хагъэтӀысхьэну.</verse>
				<verse number="40">Арати, цӀыхухэр гуп-гупу тӀысащ, зы гупыр щэ, зы гупыр щэ ныкъуэ хъууэ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, цӀыхухэм хуагуэшын щхьэкӀэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. БдзэжьеитӀри цӀыху псоми яхуигуэшащ.</verse>
				<verse number="42">ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ.</verse>
				<verse number="43">Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэри бдзэжьей ныкъуэшххэри зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.</verse>
				<verse number="44">Шхахэр лӀы минитху хъурт.</verse>
				<verse number="45">Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="46">Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Ӏуащхьэм дэкӀуеящ, Тхьэм елъэӀуну.</verse>
				<verse number="47">Пщыхьэщхьэ щыхъуам, кхъуафэжьейр гуэлым и кум нэсат, Хьисэ и закъуэу щӀым къытенат.</verse>
				<verse number="48">Кхъуафэжьейм исхэм жьыр къажэхэуэрти, псыр хьэнцэхэмкӀэ гугъу ехьу зэрыщӀатхъур илъэгъуащ Хьисэ. Джэд Ӏуэгъуэм деж Хьисэ, псы гущӀыӀум тету, кхъуафэжьейм исхэм я лъэныкъуэкӀэ кӀуащ. Абыхэм яблэкӀ хэтащ.</verse>
				<verse number="49">Псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэу щалъагъум, хьэдэджадэу къафӀэщӀри, зэрыгъэкӀиящ,</verse>
				<verse number="50">ар зылъэгъуа псори хуабжьу шынати. Хьисэ къэпсалъэри, абыхэм къажриӀащ асыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!</verse>
				<verse number="51">Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,</verse>
				<verse number="52">сыту жыпӀэмэ ерыщ екӀуати, Хьисэ Ӏуэху телъыджэу щӀакхъуэхэмкӀэ илэжьар къагурыӀуэн ялъэкӀатэкъыми.</verse>
				<verse number="53">Ахэр гуэлым зэпрыкӀа нэужь, Геннисарет хэкум нэсри, хъурзэр ирадзыхащ.</verse>
				<verse number="54">Ахэр кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, Хьисэ цӀыхухэм къацӀыхужащ.</verse>
				<verse number="55">ЦӀыхухэм а Ӏэхэлъахэр къызэхакӀухьу, Хьисэ здэщыӀэу жыхуаӀа щӀыпӀэм сымаджэхэр алэрыбгъухэм телъу къахьу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="56">Къуажи, къали, жыли, зэрыжаӀэу, Хьисэ дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм я сымаджэхэр зэхуэсыпӀэхэм щагъэгъуэлъырти, нэгъуэщӀ мыхъуми Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт икӀи щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ӏэ фӀейкӀэ, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу, шхэуэ ялъэгъуащ абыхэм.</verse>
				<verse number="3">Ар ягъэщӀэгъуащ, фарисейхэри адрей журт псори, я адэжьхэм къащӀэна хабзэмкӀэ, я Ӏэхэр ямытхьэщӀауэ шхэркъыми.</verse>
				<verse number="4">Бэзэрым къикӀыжмэ, замыгъэкъэбзауэ шхэркъым. А хабзэм нэмыщӀ, я адэжьхэм къащӀэна хабзэ куэд зэрахьэ абыхэм, псалъэм папщӀэ, фалъэхэр, къубгъанхэр, лэгъупхэр ятхьэщӀыныр.</verse>
				<verse number="5">Арати, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр, адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм темыту, Ӏэ фӀейкӀэ сыт щӀэшхэр?</verse>
				<verse number="6">Ешайа бегъымбарым фэ бзитӀщхьитӀхэм къыфтеухуауэ пэжыр жиӀэгъащ, – къаритащ жэуап Хьисэ. – Мыпхуэдэу итщ абы и тхылъым: «Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ пэтми, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.</verse>
				<verse number="7">Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и унафэр къэвгъэнауэ, цӀыхухэм къащӀэна хабзэхэм фытетщ.</verse>
				<verse number="9">Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="10">– Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ», икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ».</verse>
				<verse number="11">Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэ фэстын слъэкӀыну щытар иджы къурмэн сщӀынущ, жиӀэмэ, (абы къикӀыр: Тхьэм щхьэкӀэ тыгъэ сщӀынущ),</verse>
				<verse number="12">абы щыгъуэ а цӀыхум и адэм е и анэм зыри хуимыщӀэну хуитщ».</verse>
				<verse number="13">Абы фытетурэ, фи адэжьхэм я хабзэу фи къуэхэм къахуэвгъанэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. Апхуэдэ Ӏэджи фощӀэ фэ.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыху гупышхуэр аргуэру къриджэри, Хьисэ яжриӀащ: – Фэ псори фыкъызэдаӀуэ икӀи мы жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыхур мыкъабзэ ищӀын зылъэкӀыр абы ишх ерыскъыракъым, атӀэ цӀыхум и гум къикӀырщ.</verse>
				<verse number="16">ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.</verse>
				<verse number="18">– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?</verse>
				<verse number="19">ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)</verse>
				<verse number="20">– ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="21">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,</verse>
				<verse number="22">нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.</verse>
				<verse number="23">Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.</verse>
				<verse number="24">А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.</verse>
				<verse number="25">Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ.</verse>
				<verse number="26">А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.</verse>
				<verse number="27">– Сабийхэм зегъэгъэнщӀ япэщӀыкӀэ, – жриӀащ Хьисэ а цӀыхубзым. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сабийхэм щӀакхъуэр къаӀэщӀэпхыу, хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.</verse>
				<verse number="28">– Пэжщ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – ауэ Ӏэнэ щӀагъым щӀэс хьэхэми яшх сабийхэм къаӀэщӀэхуа щӀакхъуэ щыкъуейхэр.</verse>
				<verse number="29">– А псалъэр зэрыжыпӀам щхьэкӀэ жин бзаджэр уи пхъум хэкӀыжащ, – жиӀащ Хьисэ. – Уи унэ кӀуэж!</verse>
				<verse number="30">ЦӀыхубзыр унэм кӀуэжри, жин бзаджэр хэкӀыжауэ, и пхъур пӀэм хэлъу ирихьэлӀэжащ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="32">ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашэри, и Ӏэр абы трилъхьэну, Хьисэ къелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ.</verse>
				<verse number="34">Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)</verse>
				<verse number="35">ЛӀым и тхьэкӀумэхэм зэхах хъужащ а дакъикъэ дыдэм, и бзэри къиутӀыпщыжри, къабзэу псалъэу щӀидзэжащ.</verse>
				<verse number="36">Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.</verse>
				<verse number="37">Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">ЦӀыху куэд аргуэру къызэхуэсащ а махуэхэм. Абыхэм яшхын яӀэтэкъыми, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ:</verse>
				<verse number="2">Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, дзэкъэгъуэ яӀухуакъым.</verse>
				<verse number="3">МэжалӀэу сутӀыпщыжмэ, гъуэгум текӀуэдэнущ, жыжьэ къикӀахэри яхэтщи.</verse>
				<verse number="4">Абыхэм яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="5">ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – ЩӀакхъуибл диӀэщ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="6">Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. ЩӀакхъуиблыр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Апхуэдэуи ящӀащ.</verse>
				<verse number="7">Бдзэжьей тӀэкӀуи яӀэт. Абыхэм щхьэкӀи Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухэр шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матиблым ярызу хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт. Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Далмануфэ жылэм и Ӏэхэлъахэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ деж къакӀуэри, къедауэу щӀадзащ фарисейхэм. Ягъэунэхун мурадкӀэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ ахэр.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.</verse>
				<verse number="13">Ахэр къигъанэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэжри, Хьисэ гуэлым зэпрыкӀыжащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яхурикъун щӀакхъуэ къыздащтатэкъым, ящыгъупщэри. Кхъуафэжьейм илъыр зы щӀакхъуэт, афӀэкӀа къыздащтатэкъым.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.</verse>
				<verse number="16">– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – жаӀэурэ, тепсэлъыхьырт Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.</verse>
				<verse number="17">Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – ЩӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? Зыри зэхэвмыщӀыкӀыу икӀи къывгурымыӀуэу ара иджыри? Апхуэдизу щхьэ фыерыщ?</verse>
				<verse number="18">Нэ фиӀэрэ пэт, фымылъагъуу ара? ТхьэкӀумэ фиӀэрэ пэт, зэхэвмыхыу ара?</verse>
				<verse number="19">ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжари? – Матэ пщыкӀутӀ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="20">– ЩӀакхъуиблри цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар? – Матибл, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="21">– Зыри къывгурымыӀуэу ара иджыри? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="22">Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ: – Зыгуэр плъагъурэ?</verse>
				<verse number="24">Нэфым и щхьэр къиӀэтри, жиӀащ: – ЦӀыхухэр зекӀуэу солъагъу. Ахэр жыгхэм ещхьщ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ и Ӏэхэр нэфым и нэхэм трилъхьащ аргуэру. Арати, лӀым и нэр къэплъэжащ, Ар хъужри, псори ӀупщӀу илъагъу хъужащ.</verse>
				<verse number="26">Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Жылэм удэмыхьэж икӀи зыми зыри хуумыӀуэтэж. ИтӀанэ и унэм кӀуэжыну иутӀыпщыжащ ар Хьисэ.</verse>
				<verse number="27">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щыӀэ жылэхэмкӀэ яунэтӀащ. ЗдэкӀуэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – ЦӀыхухэм сэ сыхэту жаӀэрэ?</verse>
				<verse number="28">– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – къыжраӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. Бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.</verse>
				<verse number="29">– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.</verse>
				<verse number="30">Ар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.</verse>
				<verse number="32">ЩӀэхъумэ лъэпкъ хэмылъу ар яхуиӀуэтащ Хьисэ. Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, абы жиӀар хуимыдэу щӀидзащ Петр.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ зыкъригъэзэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэурэ, Петр егиящ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщ.</verse>
				<verse number="34">Хьисэ цӀыху гупышхуэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жор кърещти, си ужь къреувэ;</verse>
				<verse number="35">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ сэр щхьэкӀи хъыбарыфӀым щхьэкӀи зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="36">Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхуэхэкӀынур сыт?</verse>
				<verse number="37">ЦӀыхум и псэм щхьэкӀэ уасэу итыфынур сыт?</verse>
				<verse number="38">Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къэкӀуауэ ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.</verse>
				<verse number="2">Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петр, Екъуб, Иуан сымэ зыщӀигъури, бгы лъагэм щхьэхуэу дишащ. Абыхэм я пащхьэм Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абдежым.</verse>
				<verse number="3">Дунейм тет жьыщӀакӀуэм щыгъынхэр ижьыщӀурэ хужь зэрыхъум нэхърэ нэхъ хужь хъуащ Хьисэ и щыгъынхэр.</verse>
				<verse number="4">Бегъымбархэу Илясрэ Мусэрэ абыхэм къахуэлъэгъуэри, Хьисэ къепсэлъащ.</verse>
				<verse number="5">Равви, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Шэтырищ дгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Петр жиӀэнур ищӀэртэкъым, ахэр шынагъуэм зэщӀиубыдати.</verse>
				<verse number="7">Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.</verse>
				<verse number="8">Щыщаплъыхьым, напӀэзыпӀэм Хьисэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри ялъагъуакъым абыхэм.</verse>
				<verse number="9">Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="10">А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.</verse>
				<verse number="11">– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэн хуейщ», щӀыжаӀэр сыт? – къеупщӀащ ахэр Хьисэ.</verse>
				<verse number="12">– Пэжщ, Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэнурэ, Ӏуэху псори захуагъам тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын икӀи ар цӀыхухэм зыхахун хуейщ.</verse>
				<verse number="13">Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.</verse>
				<verse number="14">Хьисэрэ абы и гъусищымрэ и гъуэгу ирикӀуэ адрейхэм я деж къыщагъэзэжым, цӀыху гупышхуэм къаувыхьауэ, торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэрхэр абыхэм къедауэу ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ къызэралъагъуу, цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ икӀи къыбгъэдэлъадэри, фӀэхъус кърахащ.</verse>
				<verse number="16">– Абыхэм фащӀедауэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыху гупышхуэм хэт гуэр къахэпсэлъыкӀри, къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, сэ си щӀалэр бзагуэ зыщӀа жин бзаджэм иӀыгъти, къыпхуэсшащ.</verse>
				<verse number="18">Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.</verse>
				<verse number="19">– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.</verse>
				<verse number="20">ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.</verse>
				<verse number="21">– Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм. – ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм.</verse>
				<verse number="22">– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.</verse>
				<verse number="23">– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="24">ЩӀалэм и адэм макъышхуэкӀэ жиӀащ асыхьэтым: – Си фӀэщ мэхъу. Си фӀэщмыхъуныгъэм сытекӀуэну къыздэӀэпыкъу.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыху гупышхуэ къызэхуэсу щилъагъум, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жриӀащ: – Уэ, цӀыхухэр бзагуэ икӀи дэгу зыщӀ жин бзаджэ, унафэ ныпхузощӀ, мы щӀалэм хэкӀыжи, зэи ухэмыхьэж.</verse>
				<verse number="26">Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт.</verse>
				<verse number="27">Ауэ Хьисэ щӀалэм и Ӏэр иубыдащ, и лъэр къыщӀэувэжри, щӀалэр къэтэджыжащ.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ унэ гуэрым щыщӀыхьэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къэнати, къеущӀащ абы и ужькӀэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?</verse>
				<verse number="29">– Мыпхуэдэ лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэкӀэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым.</verse>
				<verse number="30">Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей хэкум кӀуэцӀрыкӀащ. Ахэр здэщыӀэр зыми къищӀэну Хьисэ хуейтэкъым,</verse>
				<verse number="31">и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="32">Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ Капернаум къалэм къэкӀуэжащ. Унэм щӀыхьэжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Гъуэгум фыщытетым, сыт фэ фызытепсэлъыхьар?</verse>
				<verse number="34">Абыхэм зыри жаӀакъым, гъуэгу щытетым, «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ ахэр зэдэуати.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ: – Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="36">ЩӀалэ цӀыкӀу гуэрым и Ӏэр иубыдщ, яку дигъэувэри, ӀэплӀэ иришэкӀыурэ яжриӀащ итӀанэ:</verse>
				<verse number="37">– Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу; сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми иригъэблагъэр си закъуэкъым, сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="38">– Дин егъэджакӀуэ, лӀы гуэрым уэ уи цӀэкӀэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – къыжриӀащ Иуан Хьисэ. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ дгъэувыӀэну дыхэтащ.</verse>
				<verse number="39">– ФымыгъэувыӀэ ар, – жиӀащ Хьисэ, – сэ си цӀэкӀэ Ӏуэху телъыджэ зыщӀэр и ужькӀэ ӀейкӀэ къысхуэпсэлъэн лъэкӀынукъыми.</verse>
				<verse number="40">Фэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ.</verse>
				<verse number="41">Пэжыр нывжызоӀэ, Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, хэту щытми, псы фалъэ фезыгъафэм и ӀыхьэфӀ фӀэкӀуэдынукъым.</verse>
				<verse number="42">– Мы цӀыкӀухэм ящыщу сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым хадзатэмэ, абы дежкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="43">Уи Ӏэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи ӀитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм укӀуэ нэхърэ, уӀэшэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="44"></verse>
				<verse number="45">Апхуэдэ дыдэу, уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи лъакъуитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыӀункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="46"></verse>
				<verse number="47">Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="48"></verse>
				<verse number="49">Дэтхэнэ цӀыхури мафӀэкӀэ шыуа хъунущ, икӀи дэтхэнэ къурмэныпхъэри шыгъукӀэ яшыунущ.</verse>
				<verse number="50">– Шыгъур фӀыщ, атӀэ шыгъум и гуащӀэр хэкӀмэ, абы ар дауэ зэрыхэфлъхьэжынур? Шыгъум и гуащӀэр зивгъыӀэ, фызэгурыӀуэу фызэдэпсэу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="2">Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр хабзэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?</verse>
				<verse number="3">Мусэ бегъымбарым сыт унафэу къыфхуищӀар? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="4">ЛӀы гуэрым и фызыр зэрыригъэкӀыж тхылъ итхмэ, фызыр иригъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит ищӀащ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="5">Мусэ бегъымбарым а унафэр къыфхуитхащ фызэрыерыщым щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="6">– ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ».</verse>
				<verse number="7">«Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу</verse>
				<verse number="8">тӀури зыпкъ хъунущ». Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="10">Унэм здыщӀэсым, и гъуэгу ирикӀуэхэр а ӀуэхумкӀэ аргуэру къеупщӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ яжриӀащ: – Зи фыз изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми япэрей фызымкӀэ зинэ ищӀауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="12">Фызри и лӀым бгъэдэкӀыжу нэгъуэщӀ лӀым дэкӀуэжмэ, абыи зинэ ищӀауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт трагъэӀэбэну, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадакъым.</verse>
				<verse number="14">Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.</verse>
				<verse number="15">Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.</verse>
				<verse number="16">Сабийхэм ӀэплӀэ ярищэкӀым, и Ӏэхэр ятрилъхьэурэ, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну елъэӀурт Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="18">– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, зыри фӀы щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «ЦӀыху умыукӀ, зинэ умыщӀэ, умыдыгъуэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, цӀыхухэм яӀэр гъэпцӀагъэкӀэ къатумых, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».</verse>
				<verse number="20">– Дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ а лӀым Хьисэ, – а псори си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="21">Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ ар щыжиӀэм, лӀым и нэгур къызэхэуэри, игу хэщӀауэ ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!</verse>
				<verse number="24">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. Ауэ Хьисэ аргуэру яжриӀащ: – Си ныбжьэгъухэ, мылъкум щыгугъхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр куэду гугъущ!</verse>
				<verse number="25">Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.</verse>
				<verse number="26">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ари икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэупщӀыжащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?</verse>
				<verse number="27">Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм езыхэм мыкӀуэду зыкърагъэлын яхузэфӀэкӀыркъым, ар зыхузэфӀэкӀыр Тхьэращ; Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъыми.</verse>
				<verse number="28">– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жриӀащ Петр Хьисэ.</verse>
				<verse number="29">– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – сэр щхьэкӀи хъыбырыфӀым щхьэкӀи е и унэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэр, е и анэр, е и фызыр, е и бынхэр, е и щӀапӀэри къэзыбгына дэтхэнэми иджы мы дунейм унэхэри, къуэшхэри, шыпхъухэри, анэхэри, бынхэри, щӀыгухэри хуэдищэу щигъуэтыжынущ икӀи а цӀыхум гугъуехь куэд ирагъэшэчынущ. Ахърэтми мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="30"></verse>
				<verse number="31">Ауэ япэ итхэм ящыщ куэд я ужь къинэнущ, я ужь итхэри япэ ищынущ.</verse>
				<verse number="32">ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ, гъуэгу щытетым, и гъуэгу ирикӀуэхэм я пэ иту кӀуэрт Хьисэ. ЯгъэщӀагъуэу, ягури къигузэвэкӀыу ахэр абы и ужь итт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ аргуэру Ӏуишри, езым къыщыщӀынур яжриӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="33">– Мис, дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей иджы, – жиӀащ абы. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ щаӀэщӀыхьэнущ абы. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ икӀи хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ ар.</verse>
				<verse number="34">Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="35">Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ дызэрынолъэӀунур къытхуэпщӀэну дыхуейщ.</verse>
				<verse number="36">– Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр? – щӀэупщӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="37">– Уи щӀыхьышхуэр къыщыскӀэ, зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ дытӀысыну хуит дыщӀ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="38">– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, хьэмэ цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну?</verse>
				<verse number="39">– ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ.</verse>
				<verse number="40">Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фытӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр Тхьэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.</verse>
				<verse number="41">Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, Екъубрэ Иуанрэ хуэгубжьащ.</verse>
				<verse number="42">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ итӀанэ. – Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тепщэкӀэ щызэджэжхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ.</verse>
				<verse number="43">Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.</verse>
				<verse number="44">Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар псоми пщылӀ яхурехъу.</verse>
				<verse number="45">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.</verse>
				<verse number="46">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ абыхэм я гъусэу къалэм щыдэкӀыжым Тимей и къуэ Вартимей зи цӀэ нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест.</verse>
				<verse number="47">Назарет щыщ Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхихым, ар макъышхуэкӀэ къэджащ: – Даут и Къуэ Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!</verse>
				<verse number="48">ЦӀыху куэдым ямыдэу, «Щыгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ ар нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!</verse>
				<verse number="49">Хьисэ къэувыӀэри, жиӀащ: – Моуэ къысхуевджэт ар. – Умыдзыхэ, къэтэдж, езыр къоджэ, – жаӀэри нэфыр къраджащ.</verse>
				<verse number="50">Нэфым и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщидзщ, къыщылъэтри, Хьисэ къыбгъэдыхьащ.</verse>
				<verse number="51">– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Равви, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – къыжриӀащ нэфым.</verse>
				<verse number="52">– КӀуэж, – жриӀащ Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Нэфым и нэхэр асыхьэтым къэплъэжри, Хьисэ и ужь иту гъуэгум техьащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылэхэу Виффагиерэ Вифаниерэ щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,</verse>
				<verse number="2">мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ.</verse>
				<verse number="3">«Сыт фщӀэр?» жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр абы хуейщ», жефӀи, ар къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэту.</verse>
				<verse number="4">Ахэр кӀуэри, куэбжэм епхауэ, шыд шыщӀэ уэрамым щрихьэлӀэри, къыкӀэратӀэтыкӀащ.</verse>
				<verse number="5">Абдежым щытхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Сыт шыд шыщӀэр къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?</verse>
				<verse number="6">Хьисэ зэрыжиӀам тету жэуап щратыжым, шыд шыщӀэр къашэну хуит ящӀащ.</verse>
				<verse number="7">Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэри, я щыгъынхэр тралъхьащ. Хьисэ шыд шыщӀэм шэсащ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыху куэдым я щыгъынхэр Хьисэ гъуэгум хутраубгъуэрт, хадэхэм ит жыгхэм къудамэхэр къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт нэгъуэщӀхэми.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми, и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ!</verse>
				<verse number="10">Ди адэшхуэу Даут и тепщэныгъэу къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэу Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!</verse>
				<verse number="11">Хьисэ Ерусалим дыхьэри, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ итӀанэ. Псори къызэпиплъыхьа нэужь, махуэр хэкӀуэтати, къалэм дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу, Вифание жылэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="12">ЕтӀуанэ махуэм ахэр Вифанием щыдэкӀыжым, Хьисэ къэмэжэлӀащ.</verse>
				<verse number="13">ПщӀащэ зыпыт зы ахъуо жыг жыжьэу щилъагъум, пшхы хъун къыпыкӀамэ еплъыну кӀуащ. Жыгым щынэсым, тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым, ахъуом и хъугъуэтэкъыми.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жыгым жриӀащ: – Нобэ щыщӀэдзауэ уэ къыппыкӀауэ зыри зыми игъащӀэкӀэ иремышх. И гъуэгу ирикӀуэхэм ар зэхахащ.</verse>
				<verse number="15">Ерусалим нэсащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри къыщӀихуу щӀидзащ. Ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и унэшхуэм хьэпшып гуэри зыми щызэрихьэну идакъым Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.</verse>
				<verse number="18">Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.</verse>
				<verse number="19">Пщыхьэщхьэр щыхъум, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къалэм дэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="20">Пщэдджыжьым ахъуо жыгым къыщыблэкӀыжым, и лъабжьэм нэсу ар зэрыгъуар ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ и псалъэр игу къэкӀыжри, Петр абы къыжриӀащ: – Равви, еплъ, узэбга ахъуо жыгыр гъуащ.</verse>
				<verse number="22">– ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фи гум ивгъэлъ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="23">Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ.</verse>
				<verse number="24">Абы къыхэкӀкӀэ вжызоӀэ, Тхьэм сыт ищӀыскӀи фыщелъэӀукӀэ, Тхьэм ар къызэрыфхуищӀэнумкӀэ фи гум фӀэщхъуныгъэ ивгъэлъи, къыфхуищӀэнущ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ фэ абы хуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунукъым.</verse>
				<verse number="27">Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим къэкӀуэжащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм здыщӀэтым, дин пашэшхуэхэр, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, нэхъыжьхэр абы къыбгъэдыхьэри,</verse>
				<verse number="28">къеупщӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар, хьэмэрэ ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?</verse>
				<verse number="29">– Сэри фэ Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфтыжмэ, сэри нывжесӀэнщ мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар.</verse>
				<verse number="30">Иуан цӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? КъызжефӀэт.</verse>
				<verse number="31">– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ, жаӀэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="32">– Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти.</verse>
				<verse number="33">Арати: – ТщӀэркъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхухэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.</verse>
				<verse number="2">Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къаӀихыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ абы.</verse>
				<verse number="3">Ауэ абыхэм унэӀутыр яубыдщ, яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм нэгъуэщӀ унэӀут гуэр абыхэм я деж игъэкӀуащ. Абы и щхьэр мывэкӀэ къызэгуаудщ, лей кърахри кърахужьэжащ.</verse>
				<verse number="5">НэгъуэщӀ унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру; ар къаукӀащ; нэгъуэщӀ унэӀут куэди игъэкӀуащ; языныыкъуэхэр яубэрэжьащ, языныкъуэхэр яукӀыпащ.</verse>
				<verse number="6">ФӀыуэ илъагъу и къуэ закъуэрт къэнэжар. «Си къуэм пщӀэ къыхуащӀынщ», жиӀэри, ари абыхэм я деж игъэкӀуащ иужь дыдэу.</verse>
				<verse number="7">Ауэ жызумгъэкӀхэм жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».</verse>
				<verse number="8">Арати, ар къаубыдщ, яукӀри, жызум хадэм кърадзыжащ.</verse>
				<verse number="9">Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.</verse>
				<verse number="11">Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ»?</verse>
				<verse number="12">Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.</verse>
				<verse number="13">Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="14">Ахэр Хьисэ деж нэсри, жраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, цӀыхухэм жаӀэм зыкӀи узэримыгъэгузавэми дыщыгъуазэщ, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи, икӀи щыпкъагъэм тету, Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ. Кесарым хьэкътын ахъшэ етт хъуну, хьэмэ мыхъуну? Еттыну хьэмэрэ едмытыну?</verse>
				<verse number="15">Ауэ Хьисэ ахэр зэрыфитӀнэр ищӀэрти, яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр? Зы динар къысхуэфхьи, сывгъэлъагъу!</verse>
				<verse number="16">Динар къыхуахьащ абыхэм. – Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="17">– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.</verse>
				<verse number="18">ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ гуп Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="19">– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ: «ЛӀы гуэрым и къуэш лӀэрэ, бын имыӀэу фыз къыщӀэнмэ, и къуэшым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, а лӀым фызабэр къишэжын хуейщ».</verse>
				<verse number="20">Зэшибл псэуащ. Абыхэм янэхъыжьым фыз къишащ, ауэ бын къыщӀэмыну дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="21">Абы къыкӀэлъыкӀуэм а фызыр къишэжащ. Бын къыщӀэмыну, ари дунейм ехыжащ, ещанэри апхуэдэщ.</verse>
				<verse number="22">Блыми а фызыр я щхьэгъусащ, ауэ бын къащӀэнакъым. Псом я ужькӀэ фызри дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="23">ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, хэт ар иджы зи фызынур? Блыми я щхьэгъусакъэ ар?</verse>
				<verse number="24">– Тхьэм и псалъэ тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэракъэ фыщӀыщыуэр? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="25">– ЛӀахэр къыщытэджыжкӀэ, фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым, атӀэ уафэм щыӀэ мелыӀычхэм ещхьу щытынущ.</verse>
				<verse number="26">ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».</verse>
				<verse number="27">Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэуэ зэрыщытырщ. Аращи, фэ икъукӀэ фыщоуэ.</verse>
				<verse number="28">Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэрэ саддукейхэмрэ зэрызэдауэр зэхихащ икӀи Хьисэ жэуап тэмэм къазэрыритар илъэгъуати, къыбгъэдыхьэри, къеупщӀащ: – Тхьэм и унафэ псоми ящыщу дэтхэнэра нэхъ ин дыдэр?</verse>
				<verse number="29">– Абыхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр мыращ: «ФыкъэдаӀуэ, израил цӀыхухэр, Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр;</verse>
				<verse number="30">уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу».</verse>
				<verse number="31">ЕтӀуанэ унафэр мыращ: «Уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». Мы унафитӀым нэхърэ нэхъ унафэ ин щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="32">– Дэгъуэщ, дин егъэджакӀуэ, – къыжриӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм Хьисэ, – Тхьэр зэрызакъуэр, абы фӀэкӀа Тхьэ зэрыщымыӀэр пэжу жыпӀащ.</verse>
				<verse number="33">Ар уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи фӀыуэ плъагъуныр, икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ плъагъуныр Тхьэм папщӀэ ягъэс къурмэныпхъэ псомри тыгъэ псомри нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="34">Торэт егъэджакӀуэ пашэм губзыгъэу жэуап къызэритар щилъагъум, Хьисэ абы жриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэным упэжыжьэкъым уэ. Абы щыщӀэдзауэ, Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым.</verse>
				<verse number="35">Тхьэм и унэшхуэм здыщӀэтым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ: – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа?</verse>
				<verse number="36">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езы Даут и гум кърилъхьэри, мыпхуэдэу къыжригъэӀакъэ: «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?</verse>
				<verse number="37">– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур? ЦӀыху куэд я гуапэу едаӀуэрт Хьисэ.</verse>
				<verse number="38">ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ: – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри,</verse>
				<verse number="39">синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи, гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдынри яфӀэфӀщ.</verse>
				<verse number="40">Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.</verse>
				<verse number="41">ЦӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм хуэзанщӀэу тӀысауэ, цӀыхухэм ахъшэхэр пхъуантэхэм зэрыдалъхьэм еплъырт Хьисэ. ЦӀыху къулейхэм ахъшэ куэд далъхьэрт пхъуантэм.</verse>
				<verse number="42">Фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэр къакӀуэри, гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ дилъхьащ пхъуантэм. Ар зы хъурыщэ хуэдизт зэрыхъур.</verse>
				<verse number="43">И гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ Хьисэ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мы фызабэ тхьэмыщкӀэм и закъуэ адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;</verse>
				<verse number="44">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжрэ пэт, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым къыжриӀащ: – Еплъыт, дин егъэджакӀуэ! Мыхэр сыту мывэ ин! Мыхэр сыту унэ гъэщӀэгъуэн!</verse>
				<verse number="2">Мы унэшхуэхэр плъагъурэ? – жриӀащ Хьисэ абы. – МывитӀ къызэтемынэжу, псори зэтекъутэнущ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм хуэзанщӀэу, Елеон Ӏуащхьэм тесу, Петр, Екъуб, Иуан, Индрис сымэ фӀэкӀа щӀымыгъуу къыщынэм, ахэр къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="4">КъыджеӀэт, а жыхуэпӀа Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур? А псори къызэрыхъунум я нэщэнэхэр сыт?</verse>
				<verse number="5">Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="6">– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.</verse>
				<verse number="7">Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.</verse>
				<verse number="8">Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ. ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэми хуабжьу щыхъеинущ, гъабли щыхъунущ. А Ӏуэхухэр гугъуехь куэдым я къежьапӀэщ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.</verse>
				<verse number="10">ХъыбарыфӀыр лъэпкъ псоми хуаӀуэтэн хуейщ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="11">ХеящӀэм и пащхьэм фрашэну фыщаубыдкӀэ, «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу нэхъапэ щӀыкӀэ фымыгузавэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум асыхьэтым кърилъхьэ псалъэхэр жыфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэракъым псэлъэнур, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ.</verse>
				<verse number="12">– ЩӀалэм и къуэшыр, адэм и быныр тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэукӀын мурадкӀэ яригъэубыдынущ. Бынхэри я адэ-анэхэм япэувынущ икӀи тепщэныгъэ зиӀэхэм ирагъэукӀынущ.</verse>
				<verse number="13">Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ фэри, ауэ икӀэм нэсыху теубыдагъэ зиӀэр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="14">– Ауэ Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэр» здэщыт мыхъун щӀыпӀэм щыту щыфлъагъукӀэ, (еджэм ар къыгурыреӀуэ), Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж.</verse>
				<verse number="15">Унащхьэм тетыр къехыжмэ, зыгуэр здищтэн щхьэкӀэ унэм щӀремыхьэж.</verse>
				<verse number="16">Губгъуэм итми и щыгъын щӀыӀутелъ здихьын щхьэкӀэ къремыгъэзэж.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхубз лъэщыджэхэмрэ сабий быдзафэ зиӀэхэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувэнущ а махуэхэм.</verse>
				<verse number="18">ФыщыщӀэпхъуэжынур щӀымахуэм темыхуэн щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу;</verse>
				<verse number="19">а махуэхэм дунейм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъунущи. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым щыӀакъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ, дяпэкӀи щыӀэнукъым.</verse>
				<verse number="20">Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ имыщӀатэмэ, зы цӀыхуи мыкӀуэду къелынутэкъым. Езым къыхиха цӀыхухэм я хьэтыркӀэ Зиусхьэным а махуэхэр нэхъ мащӀэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="21">А махуэхэм, «Мис, Мэссихь мыбы щыӀэщ», жиӀэу, е «Мэссихь модэ щыӀэщ», жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, фи фӀэщ фымыщӀ.</verse>
				<verse number="22">Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.</verse>
				<verse number="24">– А махуэхэм, гузэвэгъуэшхуэм и ужькӀэ, дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым.</verse>
				<verse number="25">Вагъуэхэр уафэм къехуэ-хынущ, уафэм щыӀэ къарухэри къызэщӀэхъеенущ.</verse>
				<verse number="26">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэхэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дунейм и лъэныкъуиплӀыкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.</verse>
				<verse number="28">– Ахъуо жыгым къыщыщӀымкӀэ зыгурывгъаӀуэ: абы и къудамэхэм псы къыщӀыхьэу, пщӀащэр къыпыкӀэ щыхъукӀэ, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.</verse>
				<verse number="29">Фэри, мы Ӏуэхухэр къэхъуауэ щыфлъагъукӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гъунэгъуу, куэбжэм деж зэрыщытыр зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="30">Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, мы Ӏуэху псори къэхъунущ.</verse>
				<verse number="31">Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.</verse>
				<verse number="32">– А махуэр е а сыхьэтыр къыщысынур зыми ищӀэркъым. Уафэм щыӀэ мелыӀычхэми ящӀэркъым, Тхьэм и Къуэми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэм и закъуэщ ар зыщӀэр.</verse>
				<verse number="33">Фызыхуэсакъыж! Фымыжейуэ фысакъ, Тхьэми фелъэӀу; а сыхьэтыр къыщысынур фщӀэркъыми.</verse>
				<verse number="34">Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.</verse>
				<verse number="35">Аращи, фэри фымыжейуэ фысакъ; пщыхьэщхьэрами, жэщ ныкъуэрами, джэд Ӏуэгъуэрами, нэху щыгъуэрами, унэр зейр къыщыкӀуэжынур фщӀэркъыми.</verse>
				<verse number="36">Уащхъуэдэмыщхъуэу абы къыщигъэзэжым деж фыжейуэ, фыпэмыплъэу къревмыгъэхьэлӀэж.</verse>
				<verse number="37">Фэ нывжесӀэр псоми яжызоӀэ: фымыжейуэ фысакъ!</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт.</verse>
				<verse number="2">Абыхэм жаӀащ: – ЦӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ.</verse>
				<verse number="3">Уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэсу, и Ӏэнэм пэрысу, Хьисэ Вифание жылэм щышхэрт. Здэшхэм, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, абы зы барщыбэ иӀыгът. НардкӀэ зэджэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу мэ ӀэфӀ къызыпихыр итт а барщыбэм. ЦӀыхубзым барщыбэр икъутэри, Хьисэ и щхьэм дагъэ трикӀащ.</verse>
				<verse number="4">Ар щалъагъум, зыкъомым губжьауэ жаӀащ: – Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт?</verse>
				<verse number="5">А дагъэр ящатэмэ, динар щищ нэхърэ нэхъыбэ къыщӀэкӀынут, тхьэмыщкӀэхэми хуагуэш хъунут. Апхуэдэу жаӀэурэ, а цӀыхубзым щыхьащ.</verse>
				<verse number="6">И ужь фикӀ! – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ар щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.</verse>
				<verse number="7">ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, фыщыхуейм деж фӀы яхуэфщӀэфынущ, ауэ сэ игъащэкӀэ сыфхэтынукъым.</verse>
				<verse number="8">Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="9">Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр щыщызэлъагъэщӀыскӀэ, мы цӀыхубзым ищӀари яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм я гум фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ Искариот зи цӀэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуащ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Ар щызэхахым, ахэр къэгуфӀащ икӀи Иудэ ахъшэ къратыну къагъэгугъащ. Хьисэ абыхэм яригъэубыдын щхьэкӀэ игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.</verse>
				<verse number="12">ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу япэрей махуэм, ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжу щытам, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къыжраӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыпхуэдгъэхьэзырыну ухуей?</verse>
				<verse number="13">Ар щыжаӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къалэм игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – Къалэм фыдыхьи, лӀы гуэрым псы кхъуэщын иӀыгъыу къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту фыкӀуэ.</verse>
				<verse number="14">А лӀыр зыщӀыхьэ унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?»</verse>
				<verse number="15">АбыкӀэ феупщӀа нэужь, гъэщӀэрэщӀауэ, а Ӏуэхум тегъэпсыхьауэ, пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ. Псори абы щытхуэвгъэхьэзыр.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри къалэм дыхьащ. Хьисэ зэражриӀам тету псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="17">Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу кӀуащ.</verse>
				<verse number="18">Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.</verse>
				<verse number="19">Ахэр къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэу къеупщӀу щӀадзащ: – Сэмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?</verse>
				<verse number="20">– Фэ цӀыху пщыкӀутӀым щыщу си гъусэу лагъэм щӀакхъуэ хэзыгъапщӀэращ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="21">– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ! А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="22">Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀрэ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.</verse>
				<verse number="23">Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри яритащ итӀанэ. Абы итым щыщ ефащ псори.</verse>
				<verse number="24">– Мы санэр сэ си лъыуэ Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр арщ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэн щхьэкӀэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.</verse>
				<verse number="25">Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сефэнущ.</verse>
				<verse number="26">Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="27">– Утыкум си закъуэу сыкъивнэнущ фэ псоми, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэ тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сыукӀынущ, мэлхэри зэбгрыкӀыжынущ».</verse>
				<verse number="28">Ауэ лӀахэм сакъыщыхэтэджыкӀыжкӀэ, фяпэ къихуэу, Галилей хэкум сыкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="29">– Утыкум псоми укъранэми, сэ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.</verse>
				<verse number="30">– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.</verse>
				<verse number="31">– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – нэхъ трикъузэу жиӀащ Петр. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.</verse>
				<verse number="32">Гефсимание зи цӀэ щӀыпӀэм нэсащ ахэр абы и ужькӀэ. – Мыбдеж фыщыс, сэ Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="33">Петр, Екъуб, Иуан сымэ здишэу кӀуа нэужь, Хьисэ нэщхъей хъури, гузавэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="34">– СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Фымыжейуэ, фысакъыу мыбдежым фыщыӀэ.</verse>
				<verse number="35">ИтӀанэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым зридзыхри, хъуну щытмэ, гугъуехьым и пӀалъэр блигъэкӀыну Тхьэм елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="36">– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.</verse>
				<verse number="37">Абы и ужькӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ. – Симон, ужейрэ? – еупщӀащ Хьисэ Петр. – Зы сыхьэт закъуэкӀэ умыжейуэ усакъын пхузэфӀэкӀакъым, аракъэ?</verse>
				<verse number="38">Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ ӀукӀыжри, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="40">Аргуэру къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ. Абыхэм Хьисэ къыжраӀэнур ящӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="41">Ещанэу къыщигъэзэжым, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Ирикъунщ фызэрыжеяр. ПӀалъэр къэсащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ.</verse>
				<verse number="42">Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="43">А дакъикъэ дыдэм, Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр, къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэрт, торэт егъэджакӀуэ пашэхэрт, нэхъыжьхэрт ахэр къэзыгъэкӀуар.</verse>
				<verse number="44">– Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар фубыди, фыхуэсакъыурэ Ӏуфш, – жиӀэри, Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.</verse>
				<verse number="45">Иудэ къыщысым, Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, «Равви», жиӀэри ба къыхуищӀащ.</verse>
				<verse number="46">Хьисэ яубыдащ.</verse>
				<verse number="47">Абдежым щытхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, абы и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэлъэтащ.</verse>
				<verse number="48">– ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэ, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="49">– Тхьэм и унэшхуэм сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэурэ, сыфхэтащ махуэ къэс, ауэ сывубыдакъым. Мы псори къыщӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэр пэж хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="50">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абдежым.</verse>
				<verse number="51">ЩӀалэ гуэр, чэсей хужь ешэкӀауэ, Хьисэ и гъусэхэм яхэтт. А щӀалэр яубыдыну пыхьащ,</verse>
				<verse number="52">ауэ щӀалэм чэсей хужьыр зауэлӀхэм къаӀэщӀинэщ, яӀэщӀэкӀри, пцӀанэу щӀэпхъуэжащ.</verse>
				<verse number="53">Хьисэ дин пашэшхуэм деж яшащ икӀи адрей дин пашэшхуэ псори, нэхъыжь псори, торэт егъэджакӀуэ пашэ псори абдежым къыщызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="54">Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс кӀэлъыкӀуащ. МафӀэм зригъэууэ, Петр хъумакӀуэхэм яхэст.</verse>
				<verse number="55">Дин пашэшхуэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэ псомрэ Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт къалъыхъуэрт, ауэ ягъуэтыртэкъым.</verse>
				<verse number="56">Щыхьэт нэпцӀ куэдым Хьисэ пцӀы Ӏэджи тралъхьэрт, ауэ жаӀахэр зэтехуэртэкъым.</verse>
				<verse number="57">Апхуэдэу щыхъум, щыхьэт нэпцӀ гуэрхэр къэтэджри, Хьисэ мыр хужаӀащ:</verse>
				<verse number="58">– Мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхащ: «Тхьэм мы и унэшхуэу цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀар сэ зэхэскъутэнурэ, цӀыхухэм я ӀэкӀэ ямыщӀауэ нэгъуэщӀ унэшхуэ махуищкӀэ зэтезгъэувэнущ».</verse>
				<verse number="59">Ауэ а щыхьэтхэми Хьисэ хужаӀэр зэтехуэртэкъым.</verse>
				<verse number="60">Дин пашэшхуэр къэтэджри, утыкум къиуващ. – Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? – еупщӀащ ар Хьисэ. – Сыт зыри щӀыжумыӀэр?</verse>
				<verse number="61">Хьисэ, зиущэхуауэ, зыри жиӀэртэкъым. – Уэра Мэссихьу щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и Къуэр? – аргуэру еупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.</verse>
				<verse number="62">– Сэращ, – жиӀащ Хьисэ, – лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ пшэхэм хэту къакӀуэу флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.</verse>
				<verse number="63">Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ абдежым. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? – жиӀащ абы.</verse>
				<verse number="64">– Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ. Дауэ феплърэ? Хьисэ укӀ хуэфащэу жаӀащ абыхэм псоми.</verse>
				<verse number="65">Языныкъуэхэм Хьисэ еубжьытхыу щӀадзащ. И нэр щапхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ. – Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэт! – жраӀащ. ХъумакӀуэхэри Хьисэ енэпэфауэрт.</verse>
				<verse number="66">Петр ищхъэрэ пщӀантӀэм дэту, дин пашэшхуэм и унэӀут хъыджэбзхэм ящыщ къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="67">Петр мафӀэм зригъэууэ щилъагъум, еплъри къыжриӀащ: – Назарет щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.</verse>
				<verse number="68">– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым икӀи къызгурыӀуэркъым, – жиӀащ Петр. Ар пщӀантӀэм дэкӀри, куэбжэпэм къыщувыӀащ итӀанэ. Адакъэ Ӏуащ.</verse>
				<verse number="69">Петр абдежым щыту щилъагъум, абдеж щызэхэтхэм аргуэру яжриӀащ унэӀут хъыджэбзым: – Мыр абыхэм ящыщщ.</verse>
				<verse number="70">– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр аргуэру. ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэм Петр къыжраӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ абыхэм уащыщщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Галилей хэкум ущыщкъэ? Абыхэм я псэлъэкӀэу уопсалъэ.</verse>
				<verse number="71">– Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а фэ жыхуэфӀэ лӀыр сэ сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр.</verse>
				<verse number="72">Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат ӀэщӀалъхьащ.</verse>
				<verse number="2">– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="3">Дин пашэшхуэхэм Хьисэ ӀэджэкӀэ ягъэкъуаншэрт.</verse>
				<verse number="4">Пилат аргуэру еупщӀащ Хьисэ: – Сыт зыри щӀыжумыӀэр? Къыптралъхьэр зыхуэдизыр плъагъуркъэ?</verse>
				<verse number="5">Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат игъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="6">Лъэхъуэщым щӀэс гуэр ӀутӀыж махуэшхуэ къэс цӀыхухэм я лъэӀукӀэ щхьэхуиту яхуиутӀыпщыжыныр Пилат и хабзэт.</verse>
				<verse number="7">А махуэхэм лъэхъуэщым щӀэст Вараввэ зи цӀэ лӀы гуэр, абы щӀыгъут зэрыхьзэриишхуэм цӀыху щызыукӀа и дэрэгъухэр.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхубэр кӀийуэ, Пилат елъэӀуу щӀадзащ зэрихабзэм хуэдэу къахуищӀэну.</verse>
				<verse number="9">Журтхэм я пащтыхьыр щхьэхуиту къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей? – еупщӀащ абыхэм Пилат.</verse>
				<verse number="10">Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар дин пашэшхуэхэм Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.</verse>
				<verse number="11">Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, дин пашэшхуэхэм цӀыхухэр къызэщӀагъэплъащ.</verse>
				<verse number="12">– АтӀэ, журтхэм я пащтыхь жыхуэфӀэм сыт есщӀэнур? – аргуэру еупщӀащ Пилат цӀыхухэм.</verse>
				<verse number="13">– Жорым еӀулӀ! – къэгуоуащ ахэр.</verse>
				<verse number="14">– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – еупщӀащ Пилат абыхэм. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэгуоуащ: – Жорым еӀулӀ!</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэм я гуапэ ищӀыну хуейти, Вараввэ къахуиутӀыпщыжащ Пилат, зауэлӀхэр Хьисэ щӀопщкӀэ иригъауэри, жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="16">ЗауэлӀхэм Хьисэ преториекӀэ зэджэ унэшхуэм щӀашащ, адрей зауэлӀ гупышхуэри абы щызэхуашэсащ.</verse>
				<verse number="17">Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ.</verse>
				<verse number="18">Щхьэщэ хуащӀу щӀадзэри, жаӀащ: «Упсэу, журтхэм я пащтыхь!»</verse>
				<verse number="19">И щхьэм башкӀэ еуэу, еубжьытхыу, ягъэлъапӀэ хуэдэу защӀурэ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="20">ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="21">Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.</verse>
				<verse number="22">Голгофэ жыхуаӀэ щӀыпӀэм яшащ Хьисэ. (Голгофэм къикӀыр «Щхьэ Къупщхьэ ЩӀыпӀэ» жиӀэу аращ.)</verse>
				<verse number="23">Абы щынэсым, муркӀэ зэджэ мыстхъу зыхэлъ санэ Хьисэ хуашиящ, ауэ яӀихакъым.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ жорым ираӀулӀащ итӀанэ. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зэхуагуэшыжащ зауэлӀхэм, щхьэж къылъысыр и Ӏыхьэу.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ жорым щраӀулӀар пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дежт.</verse>
				<verse number="26">Хьисэ жорым щӀраӀулӀар пхъэбгъу кӀапэ гуэрым мыпхуэдэу тратхащ: «Журтхэм я пащтыхь».</verse>
				<verse number="27">ХъунщӀакӀуитӀ, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм щраӀулӀащ абдеж.</verse>
				<verse number="28">Арати, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Хабзэм текӀахэм халъытащ».</verse>
				<verse number="29">БлэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ жаӀэрт: – Уэра Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынур!</verse>
				<verse number="30">УмыкӀуэду зыкъегъэлыжи, жорым къыфӀэкӀыж уэ!</verse>
				<verse number="31">Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дыхьэшхыурэ жаӀащ: – НэгъуэщӀхэр мыкӀуэду къригъэлащ, ауэ езым зыкъригъэлыжыфыркъым.</verse>
				<verse number="32">Мэссихьу Израилым и пащтыхьыр жорым къыфӀрекӀыж. Ар тлъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъунущ. И гъусэу жорхэм ираӀулӀахэри къебгырт Хьисэ.</verse>
				<verse number="33">Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху, а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.</verse>
				<verse number="34">Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Элой, элой, лама савахфани? (Абы къикӀыр, «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)</verse>
				<verse number="35">Ар щызэхахым, абдеж щытхэм жаӀащ: – ФедаӀуэт, Иляс бегъымбарым йоджэ ар.</verse>
				<verse number="36">Зыгуэр Ӏулъадэщ, щӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэ быдэу зыщӀригъэфщ, баш гуэрым пилъхьэри, Хьисэ хуишиящ щӀигъэфыну. ИтӀанэ жиӀащ: – Иляс бегъымбарыр къакӀуэу къыфӀихыжмэ, девгъэплъ.</verse>
				<verse number="37">Макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэри, Хьисэ и псэр итащ.</verse>
				<verse number="38">Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр и щхьэм къы-щыщӀэдзауэ и лъабжьэм нэс тӀууэ къызэгуэтхъащ абы ирихьэлӀэу.</verse>
				<verse number="39">ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.</verse>
				<verse number="40">Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ Галилей хэкум щыщыӀэм, ахэр и гъусат, дэӀэпыкъуэгъуи къыхуэхъуат. Абыхэм нэмыщӀуи, Хьисэ и гъусэу Ерусалим къэкӀуауэ, цӀыхубз Ӏэджи щызэхэтт.</verse>
				<verse number="42">Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати,</verse>
				<verse number="43">Аримафей жылэм щыщ Исуф къэкӀуащ. А Исуфыр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщу, щӀыхь зыхуэфащэ тхьэмадэу щытащ. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэрт ар. Тегушхуэщ, Пилат деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ абы.</verse>
				<verse number="44">Хьисэ зэрылӀар Пилат игъэщӀэгъуащ. ЗауэлӀхэм я пашэр къриджэри, «Хьисэ зэрылӀэрэ куэд щӀа?» жиӀэри еупщӀащ.</verse>
				<verse number="45">ЗауэлӀхэм я пашэм Хьисэ зэрылӀар Пилат щыжриӀэм, Хьисэ и хьэдэр ихьыжыну Исуф хуит ищӀащ Пилат.</verse>
				<verse number="46">Исуф чэсей хужь джэбын къищэхущ, хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей джэбыныр иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэм щӀилъхьащ. Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм мывэшхуэ ӀуигъэукӀуриежащ.</verse>
				<verse number="47">Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм жьы дыдэу, дыгъэр къыщӀэкӀа къудейуэ, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.</verse>
				<verse number="3">Абыхэм жаӀащ: – Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм Ӏулъ мывэшхуэр хэт къытхуӀуигъэукӀуриикӀын?</verse>
				<verse number="4">Плъэмэ, мывэшхуэр – ар мывэ ин дыдэт – ӀугъэукӀуриикӀауэ ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="5">Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.</verse>
				<verse number="6">– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.</verse>
				<verse number="7">Ауэ фэ фыкӀуи, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэмрэ яжефӀэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. КъызэрывжиӀам тетуи, ар абы щыфлъагъунущ».</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.</verse>
				<verse number="9">Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ и гъусэу щытауэ, иджы щыгъуэрэ гъыуэ къызэхэнахэм я деж кӀуэри, къэхъуар Мэрием яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ зэрыпсэур икӀи Мэрием ар зэрилъэгъуар щызэхахым, я фӀэщ хъуакъым.</verse>
				<verse number="12">И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ губгъуэмкӀэ кӀуэ пэтрэ, нэгъуэщӀ теплъэ иӀэу, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="13">Абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэм хъыбарыр хуаӀуэтэжащ, ауэ абыхэм я фӀэщ хъуакъым.</verse>
				<verse number="14">Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.</verse>
				<verse number="15">– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.</verse>
				<verse number="16">Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ.</verse>
				<verse number="17">Мы нэщэнэхэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ядэфлъагъунущ: Сэ си цӀэкӀэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр къыхахунущ; ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэнущ;</verse>
				<verse number="18">я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.</verse>
				<verse number="19">Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьауэ, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр дэнэкӀи щрагъэдаӀуэрт. Абыхэм къадэӀэпыкъуурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэну езым и псалъэхэм дыщӀигъуу щытахэмкӀэ Зиусхьэным а псалъэхэр игъэщыпкъащ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="42">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Ди пащхьэм щекӀуэкӀа Ӏуэхухэм я хъыбар ятхыжыным цӀыху куэд хэтащ.</verse>
				<verse number="2">Абыхэм ятхар а Ӏуэхухэм щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ зи нэкӀэ зылъэгъуахэмрэ Тхьэм и псалъэхэм хуэлажьэхэмрэ къызэрытхуаӀуэтэжам тетщ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, сэри мы къэхъукъащӀэ Ӏуэху псори я щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ сыхуэсакъыурэ згъэунэхуа нэужь, уэ, щӀыхь зыхуэфащэ Феофил, зэкӀэлъыкӀуэу пхуэстхын мурад сщӀащ,</verse>
				<verse number="4">уэ узыхурагъэджа Ӏуэхухэм япэжыгъэр пщӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Иудей хэкум и пащтыхь Ирод и тетыгъуэм Зэчрей зи цӀэ дин пашэ гуэр щыӀащ. Ар АвиекӀэ зэджэ дин пашэ гупым яхэтт. И щхьэгъусэ Елизавет Хьэрун къытехъукӀахэм ящыщащ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.</verse>
				<verse number="7">Бын яӀакъым, Елизавет фыз мылъхуэт, тӀури ныбжькӀэ хэкӀуэтати.</verse>
				<verse number="8">Зэчрей зыхэт дин пашэ гупыр Тхьэм и унэшхуэм щылэжьэну пӀалъэр къыщысым, Зэчрей Тхьэм и пащхьэм дин пашэу Ӏуэху щищӀэрт.</verse>
				<verse number="9">Дин пашэхэм я хабзэм тету пхъэидзэ щащӀым, Зиусхьэным и унэшхуэм щӀыхьэу, мэ ӀэфӀ къызыпих удзыр Тхьэм щхьэкӀэ игъэсыну Зэчрейм къылъысащ.</verse>
				<verse number="10">Удзыр щагъэсын хуей сыхьэтыр къыщысым, Зэчрейм удзыр игъэсыху, Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм Тхьэ щелъэӀуащ цӀыху псори.</verse>
				<verse number="11">Удз гъэсыпӀэм ижьырабгъумкӀэ Зиусхьэным и мелыӀыч гуэр Зэчрейм къыщыхуэхутащ.</verse>
				<verse number="12">Ар щилъагъум, Зэчрей къащтэри, шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ.</verse>
				<verse number="13">МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.</verse>
				<verse number="14">Абы гуфӀэгъуэшхуэрэ насыпышхуэрэ къыпхудэкӀуэнущ, ар къызэралъхуам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.</verse>
				<verse number="16">Израил цӀыху куэд Зиусхьэну я Тхьэм и гъуэгу къытригъэхьэжынущ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.</verse>
				<verse number="18">– Ар зэрыпэжыр дауэ къызэрысщӀэнур? – еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэм и ныбжьри хэкӀуэтащ.</verse>
				<verse number="19">– Тхьэм и пащхьэм ит ДжэбрэӀил мелыӀычыр сэращ, – къыжриӀащ мелыӀычым. – Мы хъыбарыфӀыр ныбжесӀэн щхьэкӀэ, сынопсэлъэну Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="20">Аращи, си псалъэхэр уи фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀэ, а бжесӀа Ӏуэхухэр къэхъуху, умыпсэлъэфу, бзагуэу ущытынущ. ПӀалъэр къыщыскӀэ, ахэр къэхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="21">Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀэмыкӀыжыр ягъэщӀагъуэу, цӀыхухэр абы пэплъащ апщӀондэху.</verse>
				<verse number="22">Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀэкӀыжым, цӀыхухэм епсэлъэн хузэфӀэкӀакъым. Тхьэм и унэшхуэм зыгуэр абы къызэрыщыхуэлъэгъуар къагурыӀуащ цӀыхухэм. Зыхуейр ӀэпэтэрмэшкӀэ къагуригъаӀуэу, Зэчрей бзагуэ хъуащ.</verse>
				<verse number="23">Тхьэм и унэшхуэм Ӏуэху щищӀэн щыхуей махуэхэр блэкӀа нэужь, Зэчрей и унэм игъэзэжащ.</verse>
				<verse number="24">И щхьэгъусэ Елизавет лъэщыджэ хъуащ куэд мыщӀэу, цӀыхухэм мазитхукӀи къахыхьакъым.</verse>
				<verse number="25">«Зиусхьэным мыр сэ къысхуищӀащ», жиӀащ абы. «Мы махуэхэм абы и нэфӀ къысщыхуэри, си мыгъуагъэр цӀыхухэм я пащхьэм щыстрихащ».</verse>
				<verse number="26">Елизавет мазихкӀэ лъэщыджауэ, Тхьэм и мелыӀыч ДжэбрэӀил Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="27">Ар къызыхуигъэкӀуар Мэрием зи цӀэ хъыджэбз гуэрщ. Исуф зи цӀэу Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ лӀым а Мэрием къишэну къыхихауэ щытащ.</verse>
				<verse number="28">Мэрием здэщыӀэм къакӀуэри, мелыӀычым жиӀащ: – ГуфӀэ уэ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ.</verse>
				<verse number="29">МелыӀычым жиӀам Мэрием хуабжьу къигъэгузэващ икӀи а фӀэхъус псалъэу къыжриӀам къикӀым егупсысащ.</verse>
				<verse number="30">– Умышынэ, Мэрием, – къыжриӀащ мелыӀычым абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ.</verse>
				<verse number="31">Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ къэплъхунущ. Абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ.</verse>
				<verse number="32">Ар цӀыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ.</verse>
				<verse number="33">МыкӀуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиӀэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кӀэ иӀэнукъым.</verse>
				<verse number="34">– Ар дауэ зэрыхъунур? – еупщӀащ Мэрием мэлэӀычым. – Сэ сыхъыджэбздэсщ.</verse>
				<verse number="35">– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.</verse>
				<verse number="36">Мис, уи благъэ Елизавету фызмылъхуэщ жыхуаӀэу щытар и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуащ икӀи мазэ еханэм итщ;</verse>
				<verse number="37">Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="38">– Мис, сэ Зиусхьэным сриӀуэхутхьэбзащӀэщ, – жиӀащ Мэрием. – Уэ зэрыжыпӀам тету къыздрехъу. Мэрием къигъанэри, мелыӀычыр ежьэжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="39">А махуэхэм Мэрием зигъэхьэзырри, Ӏуащхьэлъэ хэкум щыщу ИудэкӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъыр зыдэс жылэ гуэрым пӀащӀэу кӀуащ.</verse>
				<verse number="40">А жылэм щынэсым, Зэчрей и унэм щӀыхьэри, Мэрием Елизавет фӀэхъус ирихащ.</verse>
				<verse number="41">Елизавет Мэрием и фӀэхъус псалъэр щызэхихым, и ныбэм илъ сабийр хъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Елизавет игу куууэ хыхьэри,</verse>
				<verse number="42">Елизавет макъ лъагэкӀэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми нэхърэ Тхьэм и нэфӀ уэ нэхъ къыпщыхуащ, уи пкъым къыхэкӀыну сабийми Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ.</verse>
				<verse number="43">Сэ сыхэт, си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну?</verse>
				<verse number="44">Уи фӀэхъус псалъэр щызэхэсхым, си ныбэм илъ сабийм гуфӀэгъуэшхуэкӀэ зыкъигъэхъеящ.</verse>
				<verse number="45">Зиусхьэным къыжриӀар къехъулӀэнкӀэ зи фӀэщ хъуар гъуэгу махуэ теуващ!</verse>
				<verse number="46">Мэрием жиӀащ итӀанэ: «Зиусхьэным и инагъым гурэ псэкӀэ фӀыщӀэшхуэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="47">СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,</verse>
				<verse number="48">и пщылӀ тхьэмыщкӀэм Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ. Мис, нобэ щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми я цӀыхухэм сэ гъуэгу махуэ сытеувауэ жаӀэнущ,</verse>
				<verse number="49">сыту жыпӀэмэ ЛъэкӀыныгъэшхуэ ЗиӀэм Ӏуэху телъыджэхэр къысхуищӀащ. Абы и цӀэращ лъапӀэр.</verse>
				<verse number="50">Тхьэм езым и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм гущӀэгъу яхуещӀ, адэм къыщыщӀэдзауэ и къуэм нэсу.</verse>
				<verse number="51">Ӏуэху телъыджэхэр и ӀэкӀэ зэфӀигъэкӀащ. Зи гум пагагъэ илъхэр зэбгрихуащ.</verse>
				<verse number="52">Тепщэныгъэ зиӀэхэр я тахътэхэм къридзыхащ, зи гум пагагъэ имылъхэр къиӀэтащ.</verse>
				<verse number="53">ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.</verse>
				<verse number="54">Езым и пщылӀ Израил лъэпкъым кӀэлъоплъ. Ди адэшхуэхэр зэригъэгугъам тету, Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ гущӀэгъу яхуищӀыну игу илъ зэпытщ».</verse>
				<verse number="55"></verse>
				<verse number="56">Елизавет деж мазищкӀэ щыӀа нэужь, Мэрием и унэм игъэзэжащ.</verse>
				<verse number="57">И лъхуэгъуэ махуэр къэсри, Елизавет къуэ къыхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="58">Елизавет Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, абы и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ дэгуфӀащ.</verse>
				<verse number="59">Сабийр сунэт* ящӀыну цӀыхухэр еянэ махуэм щызэхуэсым, абы и адэ Зэчрей и цӀэр фӀащыжын я гугъащ.</verse>
				<verse number="60">Ауэ сабийм и анэм яхуидакъым. – Хьэуэ, Иуанщ абы фӀэтщынур, – жиӀащ.</verse>
				<verse number="61">– Апхуэдэ цӀэ зиӀэ уэ уи благъэхэм зыри яхэткъым, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="62">Сабийм и адэм ӀэпэтэрмэшкӀэ еупщӀащ абы цӀэуэ фӀищыну зыхуеймкӀэ.</verse>
				<verse number="63">Зытетхыхьын гуэр къахьыну ягуригъэӀуащ адэм. Ар къахьа нэужь, тритхащ: «Абы цӀэуэ иӀэнур Иуанщ». Ар псоми ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="64">Арыххэу, Зэчрей и бзэгур хъейщ, и бзэр къиутӀыпщыжри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ псалъэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="65">Ӏэгъуэблагъэм щыпсэу псори шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи Иудей Ӏуащхьэлъэ хэкум дэнэкӀи мы Ӏуэху псори щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="66">А Ӏуэхухэр зэхэзыха псоми я гум ахэр ираубыдауэ жаӀэрт: «Мы сабийр сыт зэрыхъунур?» Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и нэфӀ абы къыщыхуат.</verse>
				<verse number="67">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а сабийм и адэ Зэчрей игу кууэу хыхьэри, мы псалъэхэр къыжригъэӀащ:</verse>
				<verse number="68">«Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.</verse>
				<verse number="69">Тхьэм и ӀуэхутхьэбзащӀэ Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлынур къытхуигъэкӀуащ,</verse>
				<verse number="70">пасэрей зэманым къыщыщӀэдзауэ абы и бегъымбар лъапӀэхэм ягу кърилъхьэу, зэрыжригъэӀауэ щытам тету.</verse>
				<verse number="71">Абы ди бийхэм дащихъумэурэ, дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ, ди жагъуэгъухэми дакъыӀэщӀихыжынущ.</verse>
				<verse number="72">Апхуэдэу Тхьэм ди адэшхуэхэм гущӀэгъушхуэ къахуещӀ, зэгурыӀуэныгъэ лъапӀэу езымрэ ди адэшхуэу Ибрэхьимрэ я зэхуакум псалъэ быдэкӀэ къыдилъхьари егъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="73">А псалъэ быдэр мыращ:</verse>
				<verse number="74">Дэ ди бийхэм дакъыӀэщӀихыжынущ икӀи шынагъуэ дигу имылъу езым дыхуэлэжьэн тлъигъэкӀынущ,</verse>
				<verse number="75">езым и пащхьэм гукъабзагъэрэ щыпкъагъэрэ игъащӀэкӀэ щыдиӀэу».</verse>
				<verse number="76">ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.</verse>
				<verse number="77">Уэ Зиусхьэным и лъэпкъым ебгъэщӀэнущ я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъумкӀэ ахэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыр.</verse>
				<verse number="78">Ди Тхьэм и гущӀэгъур инщ. Дыгъэ къыкъуэкӀым хуэдэу, ар уафэм къикӀынурэ къытхуэкӀуэнущ,</verse>
				<verse number="79">лӀэныгъэм и шынагъуэм хэтхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэтхэмрэ ятепсэн икӀи мамырыгъэ гъуэгум дытригъэхьэн щхьэкӀэ».</verse>
				<verse number="80">Сабийр къэхъури, игукӀи и псэкӀи зиужьащ. Израил цӀыхухэм я пащхьэм къыщихьэну махуэм нэсыху, губгъуэ нэщӀым исащ ар.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="2">Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ.</verse>
				<verse number="3">Арати, и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэ, щхьэж и адэ-анэр зыщыщ къалэм кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="5">Исуф абы щӀэкӀуар лъыхъуа Мэрием и гъусэу и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэщ. Мэрием лъэщыджэт,</verse>
				<verse number="6">икӀи абы здэщыӀэм и лъхуэгъуэ махуэр къэсащ.</verse>
				<verse number="7">Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.</verse>
				<verse number="8">Мэлхэр жэщым яхъумэу, а Ӏэхэлъахэм мэлыхъуэ гуп итт.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и мелыӀыч къахуэкӀуащ абыхэм напӀэзыпӀэм. Зиусхьэным и нэху гъэщӀэгъуэныщэм къыщиухъуреихьым, мэлыхъуэхэр хуабжьу къэщтащ.</verse>
				<verse number="10">Ауэ мелыӀычым къажриӀащ: – Фымышынэ, ауэ фыкъэдаӀуэ! Фи лъэпкъ псом щхьэкӀэ хъыбар гуфӀэгъуэшхуэ къыфхуэсӀуэтэнущ:</verse>
				<verse number="11">ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.</verse>
				<verse number="12">Ар зэрыщыпкъэр фэзыгъэщӀэнур мыращ: Сабий гуэр хъыданым кӀуэцӀышыхьауэ, шхалъэм дэлъу къэвгъуэтынущ.</verse>
				<verse number="13">Уафэм щыщ мелыӀыч гупышхуэ къыщыхутащ а мелыӀычым деж напӀэзыпӀэм. Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀащ абыхэм:</verse>
				<verse number="14">«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».</verse>
				<verse number="15">МелыӀычхэр ӀукӀыжу, уафэм дэкӀуеижа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ: «Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа къэхъуакъэщӀар тлъагъуну Бэтлэхьэм дывгъакӀуэ».</verse>
				<verse number="16">Арати, Бэтлэхьэм пӀащэу кӀуэри, Мэриемри, Исуфри, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ.</verse>
				<verse number="17">Ахэр щалъагъум, мелыӀычым сабийм теухуауэ къажриӀар абыхэм яӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="18">Мэлыхъуэхэм яӀуэтэжар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="19">Ауэ Мэрием мы Ӏуэхугъуэ псори игу ириубыдэри егупсысащ.</verse>
				<verse number="20">Мэлыхъуэхэм зэхаха икӀи ялъэгъуа псом щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэшхуи хуащӀу ягъэзэжащ. А Ӏуэхухэр зэрекӀуэкӀар мелыӀычым абыхэм къазэрыжриӀэгъам тетущ.</verse>
				<verse number="21">Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы.</verse>
				<verse number="22">Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм и унафэм тету, Исуфрэ Мэриемрэ я зыгъэкъэбзэжыгъуэ махуэхэр блэкӀа нэужь, сабийр Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн щхьэкӀэ, Ерусалим здахьащ,</verse>
				<verse number="23">мы унафэу Зиусхьэным и хабзэм щыщым тету: «Дэтхэнэ зы хъулъхугъэ щыпэлъхури Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ».</verse>
				<verse number="24">Адрейуэ ахэр Ерусалим щӀэкӀуар Зиусхьэным игъэува хабзэм зэрыжиӀэм тету, езыхэм загъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, «губгъуэ тхьэрыкъуэ цӀыкӀуитӀ е тхьэрыкъуэ шыр цӀыкӀуитӀ» къурмэныпхъэу яхьын хуейти, арщ.</verse>
				<verse number="25">СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.</verse>
				<verse number="26">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон зэхригъэщӀыкӀащ Зиусхьэным деж къикӀыну Мэссихьыр имылъэгъуауэ зэрымылӀэнур.</verse>
				<verse number="27">Арати, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьащ. Торэт хабзэм и унафэм тету, сабийр Тхьэм и пащхьэ ирахьэн щхьэкӀэ, и анэмрэ и адэмрэ ар, Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀахьэм,</verse>
				<verse number="28">Симеон, сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэри, мы псалъэхэр жиӀэурэ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ:</verse>
				<verse number="29">«Зиусхьэн, сызэрыбгъэгугъам тету сэ, уи ӀуэхутхьэбзащӀэр, сигу зэгъауэ, дунейм срехыж иджы;</verse>
				<verse number="30">цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм уэ щыбгъэхьэзырауэ, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур си нэхэмкӀэ слъэгъуащи.</verse>
				<verse number="31"></verse>
				<verse number="32">Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».</verse>
				<verse number="33">Симеон сабийм теухуауэ жиӀа псалъэхэр Исуфрэ сабийм и анэмрэ ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="34">И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="35">ЦӀыху куэдым ягу илъхэр нахуэ къэхъунущ апхуэдэу. ИкӀи уэ уигури, джатэм хуэдэу, гукъеуэшхуэм къиуӀэнущ.</verse>
				<verse number="36">АсиркӀэ зэджэ унагъуэ лъэпкъым щыщрэ Фануил ипхъуу Аннэ зи цӀэ бегъымбар цӀыхубз гуэр щыӀэт. Абы и ныбжьыр хуабжьу хэкӀуэтауэ щытащ. ДэкӀуэри, и лӀым илъэсиблкӀэ дэпсэугъащ.</verse>
				<verse number="37">И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.</verse>
				<verse number="38">Мис а фызабэр асыхьэт дыдэм Мэриемрэ Исуфрэ къабгъэдыхьэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Тхьэм Ерусалим щхьэхуитыныгъэ къызэрыритынум пэплъэу щыта цӀыху псоми сабийм и хъыбар зэпымыууэ яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="39">Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ.</verse>
				<verse number="40">Сабийр хэхъуащ, гукӀи псэкӀи зиужьащ, зэхэщӀыкӀышхуи иӀэ хъури, Тхьэм и нэфӀи къыщыхуащ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ и адэ-анэр Ерусалим гъэ къэс кӀуэрт, ӀутӀыж махуэшхуэр ягъэлъэпӀэну.</verse>
				<verse number="42">ЩӀалэм и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щыхъум, хабзэм тету, ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ Ерусалим кӀуащ.</verse>
				<verse number="43">Махуэшхуэхэр блэкӀа нэужь, и адэ-анэм я къалэм къагъэзэжын щыхъум, Хьисэ щӀалэр Ерусалим къыдэнащ абыхэм ямыщӀэу.</verse>
				<verse number="44">Я гъусэхэм хэт я гугъэу, и анэмрэ и адэмрэ гъуэгу зы махуэкӀэ тетащ. Я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ я деж щӀалэр къыщалъыхъуэу щӀадзащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="45">Щамыгъуэтыжым, щӀалэм лъыхъуэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="46">Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр.</verse>
				<verse number="47">ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.</verse>
				<verse number="48">ЩӀалэр щалъагъум, анэмрэ адэмрэ ягъэщӀэгъуащ. – Си щӀалэ! Сыт уэ къыдэпщӀар? – къыжриӀащ и анэм. – Мис, уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэм дыхэту дыплъохъу.</verse>
				<verse number="49">– Сыт сыкъыщӀэфлъыхъур? – яжриӀащ абы. – Си Адэм и унэшхуэм сыщӀэсын зэрыхуейр фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="50">Ауэ абыхэм щӀалэм яжриӀа псалъэр къагурыӀуакъым.</verse>
				<verse number="51">И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.</verse>
				<verse number="52">Хьисэ хэхъуэм, и зэхэщӀыкӀми зиужьурэ, Тхьэми цӀыхухэми ягу ирихьащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.</verse>
				<verse number="2">Аннэрэ Кайафэрэ дин пашэшхуэт. А махуэхэращ Зэчрей и къуэ Иуану губгъуэ нэщӀым щыпсэууэ щытам Тхьэм и псалъэхэр къыщыхуехар.</verse>
				<verse number="3">Иуан, Иорданыпсым и Ӏэхэлъахэ псори къызэхикӀухьым, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="4">Мы Ӏуэху псори къэхъуащ Ешайа бегъымбарым и псалъэхэр зэрыт тхылъым зэритым хуэдэу, «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ.</verse>
				<verse number="5">Дэтхэнэ къуэладжэри исеинущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр захуэ хъунущ, гъуэгу къургъакъхэр джафэ хъунущ.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».</verse>
				<verse number="7">Иуан зезыгъэумэхъыну къежьа цӀыху куэдым яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?</verse>
				<verse number="8">Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.</verse>
				<verse number="9">Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи, фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыхубэр Иуан къеупщӀащ: – Сыт атӀэ дэ тщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="11">– ДжанитӀ зиӀэм я зыр зимыӀэм ирырет! – яжриӀащ абыхэм. – Шхын зиӀэми шхын зимыӀэм ирырет!</verse>
				<verse number="12">Хьэкътын ахъшэр хэзых цӀыхухэр, зрагъэумэхъын щхьэкӀэ, Иуан деж къакӀуэри къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="13">– ЦӀыхухэм къеӀыфхын хуейм нэхъыбэ къеӀывмых, – яжриӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="14">– Дэри сыт тщӀэн хуейр? – къеупщӀащ зауэлӀхэри Иуан. – Зыми и ахъшэ лъэщыгъэкӀэ къытевмых, зыми пцӀы тевмылъхьэ, лэжьапщӀэу къыват ахъшэмкӀэ арэзы фыхъу, – яжриӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="15">– Мы Иуаныр Мэссихьу жыхуаӀэр армырауэ пӀэрэ? – жаӀэурэ гугъэ ящӀу, цӀыху псори ягукӀэ зэупщӀыжырт.</verse>
				<verse number="16">– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.</verse>
				<verse number="17">Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ абы, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу, Иуан цӀыхухэм нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди яригъащӀэурэ, хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт.</verse>
				<verse number="19">Езым и къуэшыр псэу пэтми, абы и фыз Иродиадэ къызэришэжам щхьэкӀи нэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэу илэжьа псом щхьэкӀи Иуан пщы Ирод егиящ.</verse>
				<verse number="20">Ирод а мыхъумыщӀагъэу илэжьа псоми хигъахъуэурэ, и зауэлӀхэм Иуан лъэхъуэщым щӀрыригъэдзащ.</verse>
				<verse number="21">Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,</verse>
				<verse number="22">тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.</verse>
				<verse number="23">И лэжьыгъэм щыщӀидзам, Хьисэ илъэс щэщӀым итт. ЦӀыхухэм зэрагугъамкӀэ, ар Исуф и къуэщ. Исуф Илий и къуэщ.</verse>
				<verse number="24">Илий Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ. Левий Мелхий и къуэщ. Мелхий Ианнай и къуэщ. Ианнай Исуф и къуэщ.</verse>
				<verse number="25">Исуф Маттафий и къуэщ. Маттафий Амос и къуэщ. Амос Наум и къуэщ. Наум Еслим и къуэщ. Еслим Наггей и къуэщ.</verse>
				<verse number="26">Наггей Мааф и къуэщ. Мааф Маттафий и къуэщ. Маттафий Семей и къуэщ. Семей Исуф и къуэщ. Исуф Иудэ и къуэщ.</verse>
				<verse number="27">Иудэ Иоаннан и къуэщ. Иоаннан Решай и къуэщ. Решай Зоровавел и къуэщ. Зоровавел Салафиил и къуэщ. Салафиил Нирий и къуэщ.</verse>
				<verse number="28">Нирий Мелхий и къуэщ. Мелхий Аддий и къуэщ. Аддий Косам и къуэщ. Косам Елмодам и къуэщ. Елмодам Ир и къуэщ.</verse>
				<verse number="29">Ир Иосие и къуэщ. Иосие Елиезер и къуэщ. Елиезер Иорим и къуэщ. Иорим Матфат и къуэщ. Матфат Левий и къуэщ.</verse>
				<verse number="30">Левий Симеон и къуэщ. Симеон Иудэ и къуэщ. Иудэ Исуф и къуэщ. Исуф Ионан и къуэщ. Ионан Елиаким и къуэщ.</verse>
				<verse number="31">Елиаким Мелеай и къуэщ. Мелеай Майнан и къуэщ. Майнан Маттафай и къуэщ. Маттафай Нафан и къуэщ. Нафан Даут и къуэщ.</verse>
				<verse number="32">Даут Иессе и къуэщ. Иессе Овид и къуэщ. Овид БоӀаз и къуэщ. БоӀаз Салмон и къуэщ. Салмон Наасон и къуэщ.</verse>
				<verse number="33">Наасон Аминадав и къуэщ. Аминадав Арам и къуэщ. Арам Есром и къуэщ. Есром Фарес и къуэщ. Фарес Иудэ и къуэщ.</verse>
				<verse number="34">Иудэ Екъуб и къуэщ. Екъуб Исхьэкъ и къуэщ. Исхьэкъ Ибрэхьим и къуэщ. Ибрахьим Тэрахъ и къуэщ. Тэрахъ Нахъор и къуэщ.</verse>
				<verse number="35">Нахъор Серух и къуэщ. Серух Рагав и къуэщ. Рагав Фалек и къуэщ. Фалек Евер и къуэщ. Евер Салэ и къуэщ.</verse>
				<verse number="36">Салэ Кайнан и къуэщ. Кайнан Арфаксад и къуэщ. Арфаксад Щэм и къуэщ. Щэм Нухь и къуэщ. Нухь Ламех и къуэщ.</verse>
				<verse number="37">Ламех Мафусал и къуэщ. Мафусал Енох и къуэщ. Енох Иаред и къуэщ. Иаред Малелеил и къуэщ. Малалеил Кайнан и къуэщ.</verse>
				<verse number="38">Кайнан Енощ и къуэщ. Енощ Щэт и къуэщ. Щэт Адэм и къуэщ. Адэм Тхьэм ейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ.</verse>
				<verse number="2">Гуэныхь иригъэлэжьын щхьэкӀэ шейтӀаныр а щӀыпӀэм Хьисэ и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ. А махуэхэм Хьисэ зыри ишхакъым, махуэ плӀыщӀ нэужьым ар къэмэжэлӀащ.</verse>
				<verse number="3">ШейтӀаным Хьисэ къыжриӀащ итӀанэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэм унафэ хуэщӀ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀащ Хьисэ шейтӀаным, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».</verse>
				<verse number="5">Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори зы нэпӀэзыпӀэм къригъэлъагъури,</verse>
				<verse number="6">шейтаным къыжриӀащ итӀанэ: – Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щӀыхьышхуэу яӀэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи.</verse>
				<verse number="7">Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».</verse>
				<verse number="9">Абы и ужькӀэ шейтӀаным Хьисэ Ерусалим ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри, къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых;</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».</verse>
				<verse number="11"></verse>
				<verse number="12">– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ абы, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху!»</verse>
				<verse number="13">Хьисэ гуэныхь зэрыригъэлэжьын Ӏэмал псори щиухым, и пӀалъэр къэсмэ, къигъэзэжыну ӀукӀыжащ шейтӀаныр.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.</verse>
				<verse number="17">Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр къигъуэтащ:</verse>
				<verse number="18">«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="19">Зиусхьэным и нэфӀ цӀыхухэм къащыщыхуэну илъэсыр къызэрысам и хъыбар езгъэщӀэнуи сыкъигъэкӀуащ».</verse>
				<verse number="20">Хьисэ, тхылъыр зэтрипӀэжщ, синэгуэгу ӀуэхутхьэбзащӀэм иритри, тӀысащ. Синэгуэгум щӀэс цӀыху псоми я нэхэр абы траубыдащ.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ абыхэм яжриӀэу щӀидзащ: – ФедаӀуэурэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр нобэ пэж хъуащ.</verse>
				<verse number="22">ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.</verse>
				<verse number="23">– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="24">Ар жиӀэри, Хьисэ къыщӀигъужащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, зы бегъымбари езыр щалъхуа къалэм щадэркъым.</verse>
				<verse number="25">Ауэ пэжыр нывжызоӀэ, Иляс бегъымбарым и зэманым уафэм илъэсищрэ мазихкӀэ зызэхуищӀу, уэшх къемышхыу щыхъум, зэрыкъэралу гъаблэшхуэм щыхэхуам, Израил къэралым фызабэ куэд ису щытащ.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэу щыта пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым деж Тхьэм Иляс игъэкӀуакъым, ауэ Сидон къалэм и Ӏэхэлъахэм ит Сарептэ жылэм дэс фызабэ гуэрым деж игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="27">Елисей бегъымбарым и зэманми уэшын узыфэ зэфыкӀ цӀыху куэд Израил ису щытащ, ауэ Елисей абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирие хэкум щыщ Нееман зи цӀэ закъуэм фӀэкӀ.</verse>
				<verse number="28">Ар щызэхахым, синэгуэгум щӀэс цӀыху псори хуабжьу къэгубжьащ.</verse>
				<verse number="29">Ахэр къэтэджри, Хьисэ къалэм къыдахуащ икӀи къалэр зытет бгым щадзыну драшеящ.</verse>
				<verse number="30">Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуаку дэкӀри ежьэжащ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ Галилей хэкум щыщ Капернаум къалэм къехри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щэбэт махуэм щӀидзащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="32">Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти.</verse>
				<verse number="33">Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр щӀэтт синэгуэгум. Ар макъышхуэкӀэ къахэкӀиящ:</verse>
				<verse number="34">– Къэгъанэ! Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхъуну укъэкӀуа? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ: Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.</verse>
				<verse number="35">– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="36">ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.</verse>
				<verse number="37">Аращи, Хьисэ теухуа хъыбарыр хэкум дэнэкӀи щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="38">Синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Хьисэ Симон и унэм щӀыхьащ. Симон и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хуабжьу хигъэзыхьауэ пӀэм хэлът. Ар игъэхъужыну Хьисэ елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="40">Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт.</verse>
				<verse number="41">Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.</verse>
				<verse number="42">Нэху зэрыщу, къалэм дэкӀри, Хьисэ щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ лъыхъуэрт абы икӀи къыщагъуэтым, я деж къагъэнэну хэтащ.</verse>
				<verse number="43">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм нэгъуэщӀ къалэхэми щахуэсӀуэтэн хуейщ. Аращ Тхьэм сыкъыщӀигъэкӀуар, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="44">Галилей хэкум ит синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдэӀуащ апхуэдэу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.</verse>
				<verse number="2">Псы Ӏуфэм кхъуафэжьеитӀ Ӏуту Хьисэ илъэгъуащ абдежым. Абыхэм къикӀауэ, бдзэжьеящэхэм яхъхэр ягъэкъэбзэжырт.</verse>
				<verse number="3">А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъэщӀа нэужь, Хьисэ Симон жриӀащ: – КууупӀэм хыхьи, бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, фихъхэр хэвдзэ.</verse>
				<verse number="5">Гъуазэ, дэ жэщ псом гугъу дехьу дылэжьащ, зыри къэдубыдыфакъым, – жиӀащ Симон, – ауэ уэ зэрыжыпӀэм тету хъыхэр хэздзэнщ.</verse>
				<verse number="6">Хъыхэр щыхадзэм, апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдати, яхъхэм зэфӀэтхъыу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="7">Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжэгъухэм Ӏэ хуащӀащ къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къакӀуэри, кхъуафэжьеитӀыр щӀилъэфэным нэсыху, бдзэжьейр из ящӀащ.</verse>
				<verse number="8">Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ.</verse>
				<verse number="10">Ещхьыркъабзэу, Зеведей и къуитӀри, Екъубрэ Иуанрэ, Симон дэлажьэу щытахэр, къэуӀэбжьащ. – Умышынэ! – жриӀащ Хьисэ Симон. – Бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, абы и ужь узэритам ещхьу, нобэ щыщӀэдзауэ цӀыхухэр сэ си гъуэгу къытебгъэхьэнущ.</verse>
				<verse number="11">Я кхъуафэжьейхэр псы уфэм къралъэфэлӀэжа нэужь, псори къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ къалэ гуэрым щыӀэу, уэшын уз зыпкърыт зылӀ къыхуэкӀуащ. Хьисэ зэрилъагъуу, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, ар къелъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.</verse>
				<verse number="13">И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж! Уэшын узыр а лӀым щхьэщыкӀащ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ абы ириухылӀащ: – Мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт.</verse>
				<verse number="16">Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.</verse>
				<verse number="18">Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, лӀы зыбжанэм къахьырт, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэну.</verse>
				<verse number="19">Ауэ цӀыхур апхуэдизкӀэ увти, сымаджэр унэм щӀахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм дэкӀуейщ, унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр, алэрыбгъум зэрытелъу, цӀыху псоми ялъагъуу, Хьисэ и пащхьэм деж щрагъэлэлэхащ.</verse>
				<verse number="20">Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.</verse>
				<verse number="21">Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ: – Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="22">Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр?</verse>
				<verse number="23">Сытыра нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныра?</verse>
				<verse number="24">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.</verse>
				<verse number="25">Асыхьэтым абыхэм я пащхьэм лӀыр къыщытэджщ, алэрыбгъу зытелъар къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, и унэм кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="26">ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!</verse>
				<verse number="27">Абы и ужькӀэ ежьауэ, хьэкътын ахъшэ щыхах унэм деж щысу, хьэкътын ахъшэр хэзых лӀы гуэр, Левий зи цӀэр, илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ! – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="28">Левий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="29">Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст.</verse>
				<verse number="30">Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?</verse>
				<verse number="31">– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="32">– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="33">Фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр нэщӀ исырейщ икӀи Тхьэм йолъэӀу, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэри аращ, ауэ уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр машхэ икӀи йофэ.</verse>
				<verse number="34">– Щауэр я гъусэхукӀэ щауэм и гъусэхэр нэщӀ ивгъэсыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">– Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ. Мис а махуэхэм нэщӀ исынущ ахэр.</verse>
				<verse number="36">Зы ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ: – ЩыгъыныщӀэм щыдэжын къыпитхъыурэ щыгъыныжьым щидэжыркъым зыми. Апхуэдэу ищӀмэ, щыгъыныщӀэр зэфӀэтхъынущ икӀи щыгъыныщӀэм щыщ щыдэжыныр щыгъыныжьым екӀунукъым.</verse>
				<verse number="37">ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэм иригъахъуэркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фадэщӀэм фэндхэр зэгуитхъынурэ, къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ.</verse>
				<verse number="38">ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъэхъуэн хуейщ. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="39">ЩытынкӀэ ирикъуа фадэм ефам фадэщӀэр игу ирихьынукъым; щытынкӀэ ирикъуа фадэр нэхъыфӀщи.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпачым, я ӀэхэмкӀэ яӀуэтурэ яшхырт.</verse>
				<verse number="2">Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур сыт щӀэфщӀэр?</verse>
				<verse number="3">Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="4">– Тхьэм и унэм щӀыхьэщ, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр къищтэри ишхащ абы, и гъусэхэми яригъэшхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэми и зиусхьэнщ.</verse>
				<verse number="6">НэгъуэщӀ щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ, синэгуэгум щӀыхьауэ, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт. Зи Ӏэ ижьыр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.</verse>
				<verse number="7">Щэбэт махуэм Хьисэ а лӀыр игъэхъужынрэ имыгъэхъужынрэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ. Къэтэджыри, лӀыр утыкум къиуващ.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Сэ сынывоупщӀ, щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр?</verse>
				<verse number="10">Псоми яхэплъэри, а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.</verse>
				<verse number="11">Ауэ ахэр хуабжьу губжьауэ, Хьисэ мыхъумыщӀагъэу иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="13">Нэху зэрыщу, и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэщ, абыхэм ящыщ цӀыху пщыкӀутӀ къыхихри, апостол яфӀищащ. А апостолхэр мыхэращ:</verse>
				<verse number="14">Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар; абы и къуэш Индрис; итӀанэ Екъуб, Иуан, Филипп, Варфоломей,</verse>
				<verse number="15">Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, «зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэкӀэ» зэджэ Симон,</verse>
				<verse number="16">Екъуб и къуэ Иудэ, Иудэ Искариот. А Иудэ Искариотырщ иужькӀэ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.</verse>
				<verse number="17">Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну икӀи я узыфэхэр ирагъэгъэхъужыну къэкӀуат а псори. Жин бзаджэхэм гугъу ирагъэхьу щытахэри игъэхъужырт Хьисэ.</verse>
				<verse number="19">Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.</verse>
				<verse number="20">И гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ: Фэ, тхьэмыщкӀэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀэтщи.</verse>
				<verse number="21">Фэ, иджы мэжэщӀалахэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, зывгъэнщӀыжынущи. Фэ иджы пыхьэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, фыгуфӀэжынущи.</verse>
				<verse number="22">Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ, икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.</verse>
				<verse number="23">– А махуэм фыгуфӀэ, фыгуфӀэурэ фыдэпкӀей, Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр инщи. А цӀыхухэм я адэжьхэр бегъымбархэм апхуэдэу дызекӀуэу щытащ,</verse>
				<verse number="24">– фэ, бейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,</verse>
				<verse number="25">фэ иджы зызыгъэнщӀахэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фымэжэлӀэжынущи. Фэ, иджы гуфӀэхэр, гъуэгу мыгъуэ теуващ, фыгъыжынущ икӀи фыпыхьэжынущи.</verse>
				<verse number="26">Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цӀыху псори къыфщытхъумэ, а цӀыхухэм я адэжьхэм бегъымбар нэпцӀхэм апхуэдэу иращӀауэ щытащи.</verse>
				<verse number="27">– Ауэ фэ, сэ къызэдэӀуэхэм, нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэми фӀы яхуэфщӀэ.</verse>
				<verse number="28">Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, лей къыфкӀэлъызезыхьэхэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу.</verse>
				<verse number="29">Уи зы нэкӀум къеуэм адрей уи нэкӀури хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым джанэри къыхуэгъанэ.</verse>
				<verse number="30">Хэтми, зыгуэркӀэ къолъэӀум ет! Уи хьэпшыпхэр птезыхми «Къызэтыж» жумыӀэ.</verse>
				<verse number="31">ЦӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт.</verse>
				<verse number="32">– ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа зыри фӀыуэ фымылъагъужмэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр ялъагъужыркъэ?</verse>
				<verse number="33">ФӀы къыфхуэзыщӀэхэм фӀы яхуэфщӀэжкӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми аракъэ ящӀэр?</verse>
				<verse number="34">КъыватыжынкӀэ фызыщыгугъхэм щӀыхуэ ефткӀэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми адрей гуэныхьщӀакӀуэхэм щӀыхуэ ират, езыхэм абыхэм иратам хуэдиз къыӀахыжынкӀэ щыгугъыу.</verse>
				<verse number="35">Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.</verse>
				<verse number="36">Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ.</verse>
				<verse number="37">– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.</verse>
				<verse number="38">ЦӀыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ. Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэӀум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищӀэжынщ; фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ псалъэжь гуэр яжриӀащ итӀанэ: – Зы нэфым адрей нэфыр ишэн лъэкӀыну? Мащэм ихуэнукъэ тӀури?</verse>
				<verse number="40">ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ псори зригъэщӀа нэужь, езыгъаджэм хуэдэ мэхъу хэти.</verse>
				<verse number="41">– Уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?</verse>
				<verse number="42">Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.</verse>
				<verse number="43">– ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэркъым.</verse>
				<verse number="44">Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ. Пыжьей жыгым ахъуо, кхъуэбанэми жызум къыпачыркъым.</verse>
				<verse number="45">ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀыгъуэм фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэми игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэр къыдокӀуэ; жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщи.</verse>
				<verse number="46">– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ?</verse>
				<verse number="47">Си деж къакӀуэу, си псалъэхэр зэхихыу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр нывжесӀэнщ.</verse>
				<verse number="48">Ар зыхуэдэр щӀыр куууэ къэзытӀу, унэ лъабжьэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа ухуакӀуэрщ. Псышхуэр къыщиум, толъкъунхэр а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр быдэу ящӀати, ягъэхъеин ялъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="49">Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэр зыхуэдэр зи унэр, лъабжьэ быдэ имыӀэу, щӀы щхьэфэм тезыщӀыхьарщ. Толъкъунхэр къызэрыжьэхэуэу а унэр къызэтещэхащ. Къызэтещахэри, къиуэжащ а унэр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">А псалъэ псоми цӀыхухэр иригъэдэӀуа нэужь, Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ.</verse>
				<verse number="2">Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт.</verse>
				<verse number="3">Дзэ пашэм, Хьисэ и хъыбарыр щызэхихым, ар къакӀуэу и унэӀутыр игъэхъужыну журтхэм я нэхъыжьхэм ящыщ гуэрхэр лъэӀуакӀуэ игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр: – Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ,</verse>
				<verse number="5">абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, ди синэгуэгури тхуиухуащи.</verse>
				<verse number="6">Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ. Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ: – Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым.</verse>
				<verse number="7">Ар зэрысхуэмыфащэм щхьэкӀэ, уи деж си щхьэкӀэ сынэкӀуэнуи сытегушхуакъым. Ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.</verse>
				<verse number="8">Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» жесӀэмэ, си унэӀутми ищӀэнущ.</verse>
				<verse number="9">Ар щызэхихым, а лӀыр игъэщӀэгъуащ Хьисэ икӀи и ужь ит цӀыху гупышхуэм захуригъэзэкӀри яжриӀащ: – Сэ нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэри Израил къэралым изгъуэтакъым.</verse>
				<verse number="10">Унэм ягъэзэжри, унэӀутыр хъужауэ ирихьэлӀэжащ лӀыкӀуэхэр.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ Наин къалэм кӀуэну ежьащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэри цӀыху гупышхуи и гъусэт абы.</verse>
				<verse number="12">Куэбжэм щынэсым, хьэдэ къыдахыу ӀущӀащ. Ар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэрт. А къалэм щыщ цӀыху куэд и гъусэт фызабэм.</verse>
				<verse number="13">Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!</verse>
				<verse number="14">Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ: – Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ.</verse>
				<verse number="15">ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ.</verse>
				<verse number="16">ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.</verse>
				<verse number="17">Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.</verse>
				<verse number="18">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм а псори хуаӀуэтэжащ абы.</verse>
				<verse number="19">Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ деж щынэсым, а тӀум жаӀащ: – ДыноупщӀыну умэхъакӀуэ Иуан уи деж дыкъигъэкӀуащ: «Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?» жиӀэри.</verse>
				<verse number="21">А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.</verse>
				<verse number="22">– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.</verse>
				<verse number="23">Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.</verse>
				<verse number="24">Иуан и лӀыкӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм Иуан теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?</verse>
				<verse number="25">Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэ дыдэу хуэпауэ, къулейуэ псэухэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ.</verse>
				<verse number="26">АтӀэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Сэ нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="27">Ар Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу яхэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, сэ си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».</verse>
				<verse number="28">– Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="29">Хьисэ и псалъэм къедаӀуэу щыт цӀыху псоми, хьэкътын ахъшэр хэзыххэри абыхэм яхэту, Тхьэм и псалъэхэр захуэу ялъытащ. Ахэращ Иуан зезыгъэумэхъар.</verse>
				<verse number="30">Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.</verse>
				<verse number="31">– Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ахэр зыхуэдэр?</verse>
				<verse number="32">Уэрамым тесу, зыр адрейм еджэурэ, мыпхуэдэу жызыӀэ щӀалэхэм ещхьщ: «Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ уэрэд фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».</verse>
				<verse number="33">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ.</verse>
				<verse number="34">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.</verse>
				<verse number="35">Тхьэм и акъылыфӀагъэр зыщта цӀыху псоми а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.</verse>
				<verse number="36">Фарисейхэм ящыщ гуэрым Хьисэ игъэшхэну иригъэблэгъащ. Фарисейм и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.</verse>
				<verse number="37">Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар.</verse>
				<verse number="38">Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.</verse>
				<verse number="40">– Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.</verse>
				<verse number="41">– ЩӀыхуэ зыт лӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът, зым динар щитху, адрейм тхущӀ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="42">– Ауэ щӀыхуэр япшыныжын щалъэмыкӀым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэ, а тӀум ящыщу дэтхэнэра щӀыхуэ зыт лӀыр нэхъыфӀу зылъагъунур?</verse>
				<verse number="43">– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="44">ЦӀыхубзым дежкӀэ зигъазэри, Хьисэ Симон жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Уи унэм сыкъыщыщӀыхьэм, си лъакъуэхэр иристхьэщӀыну уэ псы къызэптакъым, ауэ мы цӀыхубзым и нэпсхэмкӀэ си лъакъуэхэр псыф ищӀри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ.</verse>
				<verse number="45">Уэ ба къысхуэпщӀакъым, сэ унэм сыкъызэрыщӀыхьэрэ мы цӀыхубзым си лъакъуэхэм зэпымыууэ ба къыхуещӀ.</verse>
				<verse number="46">Си щхьэм дагъэ къыщыпхуакъым, мыбы си лъакъуэхэм дагъэ лъапӀэр къащихуащ.</verse>
				<verse number="47">Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр.</verse>
				<verse number="48">Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ итӀанэ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.</verse>
				<verse number="49">Адрей хьэщӀэхэм ягукӀэ жаӀащ итӀанэ: – Хэт гуэныхьхэр зыгъэгъу мы лӀыр?</verse>
				<verse number="50">Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ: – Уи фӀэщхъуныгъэм умыкӀуэду укъригъэлащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.</verse>
				<verse number="2">Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар,</verse>
				<verse number="3">пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.</verse>
				<verse number="4">Дэтхэнэ жылэми къикӀыурэ цӀыху гупышхуэ къызэхуэсауэ, цӀыхухэр Хьисэ деж къыщекӀуалӀэм, мы ущие хъыбарыр абыхэм яхуиӀуэтащ:</verse>
				<verse number="5">– Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар лъэгукӀэ хаутэри, къуалэбзухэм ящыпащ.</verse>
				<verse number="6">ЩӀы мывалъэми хэлъэлъащ жылэм щыщ. Ахэр къыщыхэкӀри, псы зэрамыгъуэтым щхьэкӀэ, гъужащ.</verse>
				<verse number="7">А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм абыхэм щӀыгъуу зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар банэхэм ятхьэлащ.</verse>
				<verse number="8">А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀри, щхьэмыжхэр къапыкӀащ, зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ хъуащ. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="9">И гъуэгу ирикӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ: – Мы ущие хъыбарым сыт къикӀыр?</verse>
				<verse number="10">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».</verse>
				<verse number="11">– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="13">Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.</verse>
				<verse number="14">НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.</verse>
				<verse number="15">НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
				<verse number="16">– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыну гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну икӀи нахуэ мыхъужыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="18">Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ езым деж къэкӀуащ, ауэ цӀыхур Ӏувти, къыбгъэдыхьэфакъым.</verse>
				<verse number="20">Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ хъыбар кърагъэщӀащ: – Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ, – жаӀэри.</verse>
				<verse number="21">– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="22">Махуэ гуэрым, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэри, яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ. Арати, ежьащ.</verse>
				<verse number="23">Кхъуафэжьейм ису здэкӀуэм, Хьисэ Ӏурихащ. Гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейщ, кхъуафэжьейм псы из хъууэ хуежьэри, шынагъуэшхуэм хэхуащ.</verse>
				<verse number="24">Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.</verse>
				<verse number="25">Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.</verse>
				<verse number="26">Галилей хэкум къыпэщылъ хэкуу Гадарэ зи цӀэ къалэр зэрытым кхъуафэжьеймкӀэ нэсащ ахэр.</verse>
				<verse number="27">Кхъуафэжьейм къикӀыу, Хьисэ псы Ӏуфэм щытехьэм, къалэм щыщу, жин бзаджэхэм яӀыгъ лӀы гуэр къыпежьащ. А лӀым куэд щӀауэ щыгъын щыгъыжтэкъым, унэм щыпсэужтэкъым, атӀэ кхъэлэгъунэхэм хэст.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!</verse>
				<verse number="29">Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.</verse>
				<verse number="30">– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.</verse>
				<verse number="31">Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.</verse>
				<verse number="32">А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт. Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ а кхъуэхэм я пкъхэм хыхьэну хуит ищӀыну. Хьисэ ахэр хуит ищӀащ.</verse>
				<verse number="33">Асыхьэтым жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым псори итхьэлащ.</verse>
				<verse number="34">Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="35">Къэхъуар зрагъэлъагъуну, цӀыхухэр дэкӀащ. Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ, Хьисэ и лъапэм деж щысу ирихьэлӀащ. Ар щалъагъум, хуабжьу къэшынащ.</verse>
				<verse number="36">Къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэр зыхэса лӀыр Хьисэ зэригъэхъужар яӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="37">Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.</verse>
				<verse number="38">Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.</verse>
				<verse number="39">– Уи унэм кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. ИтӀанэ иутӀыпщыжащ. ЛӀыр кӀуэжри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэшхуэр къалэм щиӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="40">Хьисэ къыщигъэзэжым, цӀыху гупышхуэ къыпежьащ, цӀыху псори абы пэплъэрти.</verse>
				<verse number="41">Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къакӀуэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри къелъэӀуащ: «Си унэм накӀуэ», жиӀэри.</verse>
				<verse number="42">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът. Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ.</verse>
				<verse number="43">А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.</verse>
				<verse number="44">А цӀыхубзыр, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ. Абы зэреӀусэу, лъы щӀэкӀыныр увыӀащ.</verse>
				<verse number="45">– Хэт къызэӀусар? – жиӀащ Хьисэ. Зыми зыщамыумысым, Петр жиӀащ: – Гъуазэ, цӀыхухэм укъаувыхьауэ къызэрыптезэрыгуэр плъагъуркъэ?</verse>
				<verse number="46">– Сэ зыгуэр къызэӀусащ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къару зэрысхэкӀар зыхэсщӀащи.</verse>
				<verse number="47">ЦӀыхубзыр зибзыщӀыну Ӏэмал зэримыӀэжыр къыщыгурыӀуэм, кӀэзызу къыӀухьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, къыщӀеӀусари асыхьэтым зэрыхъужари цӀыху псоми я пащхьэм щыжиӀащ.</verse>
				<verse number="48">– Сипхъу, уэ уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.</verse>
				<verse number="49">Хьисэ здэпсалъэм, синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀа гуэр къыбгъэдыхьэри къыжриӀащ абы: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр гугъу йомыгъэхь.</verse>
				<verse number="50">Ар щызэхихым, Хьисэ Иаир жриӀащ: – Умышынэ уэ. ФӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей. Уи пхъур къэхъужынущ.</verse>
				<verse number="51">Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым.</verse>
				<verse number="52">ЦӀыху псоми хьэдагъэ ящӀурэ, я бгъэгухэм еуэжырт. Хьисэ жиӀащ: – Хьэдагъэ фымыщӀ. Ар лӀакъым, мэжей.</verse>
				<verse number="53">Ауэ абыхэм ар зэрылӀар ящӀэрти, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ.</verse>
				<verse number="54">Хьисэ хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жиӀащ: – КъызэфӀэувэ, си хъыджэбз.</verse>
				<verse number="55">И псэр къыхыхьэжри, хъыджэбз цӀыкӀур асыхьэтым къызэфӀэуващ. Ар ягъэшхэну яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="56">Хъыджэбзым и адэ-анэм хуабжьу ягъэщӀэгъуащ, ауэ Хьисэ унафэ яхуищӀащ къэхъуар зыми хуамыӀуэтэжыну.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр зэхуишэсри, цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахужыну, я узыфэхэри ягъэхъужыну къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ.</verse>
				<verse number="3">Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, зыри здэвмыщтэ, баши, хъуржыни, щӀакхъуи, ахъши здэвмыщтэ. Джанэ тӀурытӀ зыщывмытӀагъэ.</verse>
				<verse number="4">Унэ гуэрым хьэщӀэу феблэгъамэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.</verse>
				<verse number="6">Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри, жылагъуэхэр къызэхакӀухьурэ, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэу, сымаджэхэр дэнэкӀи щагъэхъужу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="7">Пщы Ирод, Хьисэ илэжьа псом я хъыбар щызэхихым, гузэващ, ар зыхуихьынур имыщӀэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрхэм жаӀэрт: – Иуан бегъымбарыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="8">НэгъуэщӀ гуэрхэми мыпхуэдэу жаӀэрт: – Иляс бегъымбарыр къэхутащ. – Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжащ, – жаӀэрт адрейхэми.</verse>
				<verse number="9">Ауэ Ирод жиӀащ: – Иуан и щхьэр пезгъэупщӀащ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыпхуэдэ Ӏуэхухэр зыхужаӀэ лӀыр хэт? Ар жиӀэри, Хьисэ зригъэлъагъуным хущӀэкъу хъуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.</verse>
				<verse number="11">АрщхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэм ар къыщащӀэм, Хьисэ кӀэлъыкӀуащ. Хьисэ абыхэм дахэкӀэ къапежьащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуауэ епсэлъащ, игъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="12">Махуэр хэкӀуатэу щӀидзащ. И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, жэщыр щрахынрэ гъуэмылэрэ къагъуэтыну цӀыхухэр утӀыпщыж; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы щӀыпӀэр пхыдзащ.</verse>
				<verse number="13">– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – жаӀащ абыхэм, – дыщимыӀэкӀэ мы цӀыху псоми шхын къахуэтщэхун щхьэкӀэ, дежьэн?</verse>
				<verse number="14">Ахэр лӀы минитху хуэдиз хъурт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыхухэр щэ ныкъуэ-щэ ныкъуэурэ гупу вгъэтӀыс.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм апхуэдэу ящӀри, цӀыху псори ирагъэтӀысэхащ.</verse>
				<verse number="16">ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.</verse>
				<verse number="18">Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?</verse>
				<verse number="19">– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.</verse>
				<verse number="20">– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр.</verse>
				<verse number="21">Езыр зэры-Мэссихьыр зыми хуамыӀуэтэну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.</verse>
				<verse number="22">– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.</verse>
				<verse number="23">– Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр махуэ къэс кърещти, си ужь къреувэ, – яжриӀащ Хьисэ а псоми.</verse>
				<verse number="24">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну хуей дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэ-дынущ, ауэ сэр щхьэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="25">Дуней псор зы цӀыхум ей хъууэ, езыр кӀуэдмэ, е и псэм зэран хуэхъужмэ, а цӀыхум фӀыуэ къыхухэкӀынур сыт?</verse>
				<verse number="26">Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы.</verse>
				<verse number="27">Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.</verse>
				<verse number="28">А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.</verse>
				<verse number="30">Плъэмэ, цӀыхуитӀ щытт Хьисэ къепсалъэу. Ахэр Мусэ бегъымбарымрэ Иляс бегъымбарымрэт.</verse>
				<verse number="31">Ахэр, нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм къыхэлыдыкӀыу къэунэхуауэ, Хьисэ Ерусалим дунейм зэрыщехыжын хуейм тепсэлъыхьырт.</verse>
				<verse number="32">Петррэ адрей и гъусэхэмрэ жеят, ауэ къэушыжа нэужь, Хьисэ нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм хэту, адрей цӀыхуитӀыр къыбгъэдэту ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="33">А цӀыхуитӀыр Хьисэ щыбгъэдэкӀыжым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – Гъуазэ, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ. Шэтырищ щыдгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ. Петр жиӀэр имыщӀэжу апхуэдэу къипсэлъащ.</verse>
				<verse number="34">Петр ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ. Пшэр къащыщхьэщыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр шынащ.</verse>
				<verse number="35">А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.</verse>
				<verse number="36">А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ.</verse>
				<verse number="37">ЕтӀуанэ махуэм, ахэр Ӏуащхьэм къыщехыжым, цӀыху гупышхуэ Хьисэ къыпежьащ.</verse>
				<verse number="38">А цӀыху гупышхуэм лӀы гуэр къахэгуоукӀащ асыхьэтым: – Дин егъэджакӀуэ, си къуэм укъысхуеплъыну сынолъэӀу, а къуэ закъуэрщ сиӀэр.</verse>
				<verse number="39">ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.</verse>
				<verse number="40">Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуат ар хахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.</verse>
				<verse number="41">– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.</verse>
				<verse number="42">ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.</verse>
				<verse number="43">ЦӀыху псоми Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыху псоми Хьисэ илэжь псори ягъэщӀагъуэ щыхъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:</verse>
				<verse number="44">– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.</verse>
				<verse number="45">Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.</verse>
				<verse number="46">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зэныкъуэкъу щӀадзащ: «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="47">Хьисэ абыхэм я гурылъыр къищӀэщ, сабий гуэр къищтэщ, ибгъукӀэ игъэуври яжриӀащ:</verse>
				<verse number="48">– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.</verse>
				<verse number="49">– Гъуазэ, лӀы гуэрым жин бзаджэхэр уэ уи цӀэкӀэ цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – жиӀащ Иуан. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ, дгъэувыӀэну дыхэтащ.</verse>
				<verse number="50">– ФымыгъэувыӀэ ар, – къыжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ.</verse>
				<verse number="51">Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижыну махуэр къыщыблагъэм, Хьисэ Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ.</verse>
				<verse number="52">ЛӀыкӀуэхэр игъэкӀуащ япэ щӀыкӀэ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум щыщу жылэ гуэрым дыхьащ, Хьисэ хэщӀапӀэ щыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="53">Ауэ Хьисэ Ерусалим зэрыкӀуэм щхьэкӀэ, а жылэм дэс цӀыхухэм ар ирагъэблэгъэн ядакъым.</verse>
				<verse number="54">Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Екъубрэ Иуанрэ жаӀащ: – Зиусхьэн, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн?</verse>
				<verse number="55">Абыхэм захуигъазэри, ар яхуимыдэу, Хьисэ яжриӀащ: – Хьэуэ, ар хъунукъым;</verse>
				<verse number="56">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ. НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="57">Ахэр гъуэгум здытетым, Хьисэ зэгуэрым къыжриӀащ: – Уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.</verse>
				<verse number="58">– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="59">– Си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ нэгъуэщӀ гуэрым. – Зиусхьэн, – жиӀащ адрейм, – сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="60">– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.</verse>
				<verse number="61">– Сэ уи ужь сиувэнущ, Зиусхьэн, – жиӀащ нэгъуэщӀ гуэрми, – ауэ си бынхэм я Ӏэр субыдыжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="62">– ПхъэӀэщэкӀыр зубыдауэ щӀыбагъымкӀэ зэплъэкӀыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм хуэлэжьэну хуэфащэкъым, – жриӀащ Хьисэ абы.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ Зиусхьэным цӀыху блыщӀ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щӀыпӀэу езыр здэкӀуэн хуейм мыкӀуэ щӀыкӀэ тӀурытӀу игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. Аращи, гъавэр Ӏуахыжын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="3">ФыкӀуэ! Дыгъужьхэм щынэ хуэдэ фахызогъыхьэ.</verse>
				<verse number="4">Бохъши, хъуржыни, вакъи здэвмыщтэ. Гъуэгум зыми фӀэхъус щевмых.</verse>
				<verse number="5">– Унэ гуэрым хьэщӀэу фыщыщӀыхьэкӀэ, япэрауэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.</verse>
				<verse number="6">Гузэгъэгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм ису къыщӀэкӀмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэр къритынущ. Имысмэ, гузэгъэгъуэм фи деж къигъэзэжынущ</verse>
				<verse number="7">А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.</verse>
				<verse number="8">– Къалэ гуэрым фыдыхьауэ фыщрагъэблагъэкӀэ, къыватыр фшхы.</verse>
				<verse number="9">Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ».</verse>
				<verse number="10">Ауэ къалэ гуэрым фыдыхьэрэ фыщрамыгъэблагъэмэ, абы и уэрамхэм фыдыхьи, мыпхуэдэу жыфӀэ:</verse>
				<verse number="11">«Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар».</verse>
				<verse number="12">Сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, Содом къалэм гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="13">– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щыслэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щыслэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ, я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.</verse>
				<verse number="14">Ауэ къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум елъытауэ, Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="15">Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.</verse>
				<verse number="16">– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым гуфӀэгъуэр яӀэу къагъэзэжри, жаӀащ: – Зиусхьэн, уэ уи цӀэр щыжытӀэкӀэ, жин бзаджэхэри ди ӀэмыщӀэ илъ мэхъу.</verse>
				<verse number="18">– Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="19">– Мис, блэхэми акърэбхэми фатеувэнуи, бийм и къару псоми фытекӀуэнуи тепщэныгъэ фэстащ; зым и зэрани къывэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="20">Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.</verse>
				<verse number="21">Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="23">Езымрэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ: – Фэ фи нэхэм ялъагъур зылъагъу нэхэм я насыпщ!</verse>
				<verse number="24">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, бегъымбар куэди пащтыхь куэди фэ флъагъур ялъагъуну хуеящ, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.</verse>
				<verse number="25">Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="26">– Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?</verse>
				<verse number="27">– «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи къару псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жэуап къитыжащ адрейм.</verse>
				<verse number="28">– Пэжыр жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – А жыпӀар гъэзащӀи, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтынущ.</verse>
				<verse number="29">Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ: – АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?</verse>
				<verse number="30">– ЛӀы гуэр Ерусалим дэкӀауэ, Ерихон къалэм здэкӀуэм, хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуащ, – жиӀащ Хьисэ. – ХъунщӀакӀуэхэм ар яхъунщӀащ, и щыгъыныр щахщ, хуабжьу яубэрэжьауэ, ныкъуэлӀэу къагъанэри, щӀэпхъуэжащ.</verse>
				<verse number="31">Абы ирихьэлӀэу, дин пашэ гуэр а гъуэгум кърикӀуэрт. ЛӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри, ар блэкӀащ.</verse>
				<verse number="32">Апхуэдэ дыдэу, Левий зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым щыщу дин пашэ гуэри а щӀыпӀэм нэсри, а лӀыр щилъагъум, адрей гъуэгубгъум зритри блэкӀащ.</verse>
				<verse number="33">Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури,</verse>
				<verse number="34">бгъэдыхьащ абы, дагъэрэ санэкӀэ еӀэзэри, и уӀэгъэр ипхащ. ИтӀанэ лӀыр къиӀэтщ, езыр зытеса шыдым трилъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым щӀихьэри кӀэлъыплъащ.</verse>
				<verse number="35">И жыпым динаритӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, абы етӀуанэ махуэм жиӀащ: «Уэ мы лӀым кӀэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкӀуадэми, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».</verse>
				<verse number="36">– Иджы уэ дауэ узэрегупсысыр: а цӀыхуищым ящыщу хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуа лӀым и гъунэгъум хуэдэу хэт хущытар? – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="37">– ГущӀэгъу хуэзыщӀарщ, – жиӀащ торэт егъэджакӀуэ пашэм. – Уэри кӀуэи, апхуэдэу щӀы, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="38">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ адэкӀэ здэкӀуэм, жылагъуэ гуэрым дыхьащ. Марфэ зи цӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ иригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="39">Мэрием и цӀэу шыпхъу иӀэт а цыхубзым. Ар Зиусхьэным и псалъэхэм едаӀуэу, абы и лъапэм тест.</verse>
				<verse number="40">Марфэ ахэр гъэхьэщӀэным хуабжьу егугъуащ. Арати, Хьисэ бгъэдыхьэри жриӀащ: – Зиусхьэн, Ӏуэху псори сэ си закъуэу сщӀэну си шыпхъум сыкъызэригъэнар пфӀэемыкӀукъэ? КъыздэӀэпыкъуну жеӀэ абы.</verse>
				<verse number="41">– Ей Марфэу, си Марфэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Куэд щхьэкӀэ зыбгъэгузавэурэ, гугъу зыбогъэхь.</verse>
				<verse number="42">Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Тхьэм щӀыпӀэ гуэрым щелъэӀурт Хьисэ. Тхьэм елъэӀуа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым абы жриӀащ: – Зиусхьэн, цӀыхухэр зыумэхъ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм Тхьэм узэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр зэраригъэщӀам хуэдэу, уэри дэ дыгъащӀэ.</verse>
				<verse number="2">– Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ. – «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ. Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.</verse>
				<verse number="3">ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр махуэ къэс къыдэт.</verse>
				<verse number="4">Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».</verse>
				<verse number="5">– Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иӀэу жытӀэнщ, – яжриӀащ Хьисэ. – А ныбжьэгъум и унэм жэщыбгым макӀуэри, абы жреӀэ: «Ныбжьэгъу, щӀакхъуищ щӀыхуэу къызэт,</verse>
				<verse number="6">си ныбжьэгъу гуэр гъуэгурыкӀуэу къысхуэкӀуащи. Езгъэшхын зыри сиӀэкъым».</verse>
				<verse number="7">– Унэм щӀэс ныбжьэгъум къыжреӀэ: «Гугъу сумыгъэхь, куэбжэр гъэбыдащ, си сабийхэри си гъусэу пӀэм дыхэлъщ. Зыри уэстыфынукъым, сыкъэтэджу».</verse>
				<verse number="8">– Сэ нывжызоӀэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ, – зэриныбжьэгъум щхьэкӀэ, хуэтэджу щӀакхъуэр иримытами, и ужь зэримыкӀыжым щхьэкӀэ, зыхуей псори хуищӀэнущ абы.</verse>
				<verse number="9">– Аращи, сэ нывжызоӀэ, фелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;</verse>
				<verse number="10">Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми, Тхьэм къыхуӀуихынущ.</verse>
				<verse number="11">– Адэ къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну, е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну,</verse>
				<verse number="12">е джэдыкӀэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, акърэб иритыну?</verse>
				<verse number="13">Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?</verse>
				<verse number="14">Бзагуэ гуэрым и бзэр зубыда жин бзаджэр хихужат Хьисэ. Жин бзаджэр хэкӀыжа нэужь, бзагуэу щыта цӀыхур къэпсэлъэжащ. ЦӀыхухэм ягъэщӀэгъуащ ар.</verse>
				<verse number="15">Ауэ абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ Хьисэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.</verse>
				<verse number="16">НэгъуэщӀхэри, Хьисэ ягъэунэхун щхьэкӀэ, зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ.</verse>
				<verse number="17">Абыхэм ягу илъыр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Дэтхэнэ къэралри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ, унагъуэ гуэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, къызэтещэхэнущ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэщи, шейтӀаныр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну? Ар щӀыжысӀэр сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм Велзевулым и къарукӀэ хэсхуу зэрыжыфӀэращ.</verse>
				<verse number="19">НтӀэ, сэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур.</verse>
				<verse number="20">Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхужыр Тхьэм и Ӏэпхъуамбэращи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.</verse>
				<verse number="21">– ЛӀы лъэщ гуэрым, ӀэщэкӀэ фӀыуэ зэгъэпэщауэ, и унэр щихъумэжкӀэ, и мылъкумкӀэ шынагъуэ щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="22">Ауэ абы нэхърэ нэхъ цӀыху лъэщыж къытебанэрэ къытекӀуэмэ, ар зыщыгугъ Ӏэщэхэр трихынурэ, ахэр псори хигуэшыжынущ.</verse>
				<verse number="23">– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз.</verse>
				<verse number="24">– Жин бзаджэ гуэр, цӀыху гуэрым къыщыхэкӀыжкӀэ, псы здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым макӀуэри, зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ лъыхъуэурэ къекӀухь. Зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ щимыгъуэткӀэ, жеӀэ: «Сызыхэса цӀыхум, си унэу щытам деж, згъэзэжынщ».</verse>
				<verse number="25">Абы деж къегъэзэжри, унэр пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэ, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.</verse>
				<verse number="27">Хьисэ а псалъэхэр щиӀуатэм, цӀыхубэм ящыщ цӀыхубз гуэрым макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Уэ узэрылъа ныбэри, узэфа быдзышэри махуэщ.</verse>
				<verse number="28">– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.</verse>
				<verse number="29">ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ абы яжриӀащ: – Иджырей цӀыхухэр бзаджэщ. Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа, Тхьэм абыхэм нэгъуэщӀ нэщэнэ къаритынукъым.</verse>
				<verse number="30">Инус бегъымбарыр Ниневие къалэм дэса цӀыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъуам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр иджырей цӀыхухэм нэщэнэ яхуэхъунущи.</verse>
				<verse number="31">Ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ, а пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри къэкӀуащи; ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="32">Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ахэр ящӀа гуныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="33">– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.</verse>
				<verse number="34">Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ. Уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ.</verse>
				<verse number="35">Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ.</verse>
				<verse number="36">КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.</verse>
				<verse number="37">А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ фарисей гуэрым игъэшхэну и унэ иригъэблэгъащ. Абы и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.</verse>
				<verse number="38">Шхэн и пэкӀэ, Хьисэ и Ӏэхэр зэримытхьэщӀар щилъагъум, фарисейм игъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="39">– Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым.</verse>
				<verse number="40">Акъылыншэхэ! ЩӀыфэр къэзыгъэщӀа Тхьэм кӀуэцӀри къигъэщӀакъэ?</verse>
				<verse number="41">Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.</verse>
				<verse number="42">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ захуагъэмрэ Тхьэр фӀыуэ флъагъунымрэ фыбгъэдокӀ. Аращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзхэр зыщывмыгъэгупщэу.</verse>
				<verse number="43">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр. Синэгуэгухэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щывубыдыну, цӀыху зэхыхьэпӀэхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхуевгъэщӀыну фи щӀасэщ.</verse>
				<verse number="44">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, фарисейхэри, фэ, бзитӀщхьитӀхэ, фэ кхъащхьэ хэкӀудэжахэм фахуэдэщи. ЦӀыхухэм гу лъамытэурэ, абыхэм я гущӀыӀум фрокӀуэ.</verse>
				<verse number="45">Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэ къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, ар щыжыпӀэкӀэ дэри ди жагъуэ уощӀ.</verse>
				<verse number="46">– Фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиӀащ Хьисэ, – цӀыхухэм хьэлъэ шэчыгъуейхэр ятыволъхьэ, ауэ абыхэм фадэӀэпыкъун щхьэкӀэ зы Ӏэпхъуамби вгъэхъейркъыми.</verse>
				<verse number="47">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи адэжьхэм яукӀауэ щыта бегъымбархэм щхьэкӀэ сынхэр фогъэув.</verse>
				<verse number="48">Апхуэдэу щыщыткӀэ, фи адэжьхэм ящӀа бзэджагъэхэр фэри зэрадэфщтэм щыхьэт фыхуохъу; ахэр фи адэжьхэм яукӀыгъащ, фэ абыхэм сынхэр яхувогъэув.</verse>
				<verse number="49">Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ».</verse>
				<verse number="50">Абы щхьэкӀэ нывжызоӀэ, Хэбэл бегъымбарым и лъым щыщӀэдзауэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу, бегъымбар псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ. Зэчрейращ къурмэнщӀыпӀэмрэ Тхьэм и унэшхуэмрэ я зэхуакум щагъэкӀуэдыгъар. Пэжыр нывжызоӀэ, дунейр къызэригъэщӀрэ а псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ.</verse>
				<verse number="51"></verse>
				<verse number="52">– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, щӀэныгъэм и ӀункӀыбзэр фэ фщтащи. Ауэ щӀэныгъэм и унэм фыщӀыхьакъым, щӀыхьэну хуеяхэри щӀыхьэну хуит фщӀакъым.</verse>
				<verse number="53">Хьисэ абдежым щыӀукӀыжым, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ар щагъэуэну хуейуэ, Ӏуэху гуэрым траубыдэным ещэу, Ӏуэху куэдкӀэ еупщӀурэ, хагъэзыхьу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="54"></verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="2">КъыщӀэмыщыжыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну гъэпщкӀуауи зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу щыхъукӀэ, жэщ кӀыфӀым щыжыфӀар цӀыхухэм махуэ нэхум зэхахыжынущ икӀи бжэкъуагъым фыӀущащэу щыжыфӀар унащхьэхэм тету щаӀуэтэжынущ.</verse>
				<verse number="4">– Сэ нывжызоӀэ, си ныбжьэгъухэм, Ӏэпкълъэпкъыр ягъэкӀуэдын фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри зыхузэфӀэмыкӀыжынухэм фащымышынэ.</verse>
				<verse number="5">Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр.</verse>
				<verse number="6">Бзу цӀыкӀуитхур хъурыщитӀкӀэ* ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, абыхэм ящыщу зыри щымыгъупщауэ Тхьэм игу илъщ.</verse>
				<verse number="7">Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ. Аращи, фымышынэ. Бзу Ӏэджэм нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ фэ.</verse>
				<verse number="8">– ВжызоӀэ, сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щыжысӀэнущ.</verse>
				<verse number="10">Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.</verse>
				<verse number="11">– Синэгуэгухэм фыщраткӀи, хэку пашэхэми тепщэныгъэ зиӀэхэми я пащхьэм фыщрашэкӀи, «Дауэ зыдгъэхейну?» икӀи «Сыт жытӀэну?» жыфӀэу фымыгузавэ;</verse>
				<verse number="12">жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхубэм яхэту, лӀы гуэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Дин егъэджакӀуэ, ди адэм къыщӀэна мылъкур си къуэшым къыздегъэгуэш.</verse>
				<verse number="14">– Фызэрызэдэгуэшэну щӀыкӀэр нывжесӀэну хэт сызыгъэувар? – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="15">ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ: – ЛӀы бей гуэрым и щӀым гъавэ бэв къытекӀат.</verse>
				<verse number="17">Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым».</verse>
				<verse number="18">– ИтӀанэ жиӀащ: «Мыращ сщӀэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэнщ, нэхъ гуэн ин езгъэщӀынщи, си гъавэ псори си мылъкури ярыслъхьэнщ.</verse>
				<verse number="19">СигукӀэ жысӀэнщ итӀанэ: Илъэс куэдкӀэ схурикъун фӀыгъуэ Ӏэджи сиӀэщ. Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж».</verse>
				<verse number="20">– Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэ уцӀыху акъылыншэщ! Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ. Мы бгъэтӀылъахэр хэт къызыхуэнэжынур?»</verse>
				<verse number="21">– Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.</verse>
				<verse number="22">– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.</verse>
				<verse number="23">Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэщ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="24">Къуаргъхэм феплъыт. Абыхэм жылэ ясэркъым, гъави къахыжыркъым, гуэни гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, ауэ Тхьэм ахэр егъашхэ. Фэ бзухэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ!</verse>
				<verse number="25">ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр?</verse>
				<verse number="27">– Удз гъагъэхэм къызэрыкӀым феплъыт: Ахэр лажьэркъым, цыи яджыркъым, ауэ сэ нывжызоӀэ, ягъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым.</verse>
				<verse number="28">Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр?</verse>
				<verse number="29">Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.</verse>
				<verse number="30">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ?</verse>
				<verse number="31">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхугъуэхэм я ужь фит япэщӀыкӀэ, адрейуэ къэна Ӏуэхугъуэхэр псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="32">– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.</verse>
				<verse number="33">Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.</verse>
				<verse number="34">Фи мылъкушхуэр здэщыӀэм фигухэри щыӀэнущ.</verse>
				<verse number="35">– Фи цеикӀэхэр дэупщӀауэ, фи уэздыгъэхэр щӀэгъэнауэ, хьэзыру фыщыт.</verse>
				<verse number="36">Зи тепщэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ бжэм къызэрытеуӀуэу хуӀузыхыну хьэзыру щытхэм хуэдэу фыщыт.</verse>
				<verse number="37">Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.</verse>
				<verse number="38">Жэщ ныкъуэм е джэд Ӏуэгъуэм деж тепщэр къэкӀуэжауэ, мыжейуэ икӀи сакъыу а унэӀутхэм кърихьэлӀэжмэ, ахэр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="39">Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытамэ, жеинтэкъым, езым и унэми щӀигъыхьэу, щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым.</verse>
				<verse number="40">Фэри фыхьэзырын хуейщ, фыщимыгугъэ сыхьэт гуэрым ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къэкӀуэжынущи.</verse>
				<verse number="41">– Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – мы ущие хъыбарыр дэр щхьэкӀэ жыпӀэрэ хьэмэрэ псом щхьэкӀи жыпӀэрэ?</verse>
				<verse number="42">– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="43">– А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ.</verse>
				<verse number="44">Пэжыр нывжызоӀэ, тепщэм и мылъку псори а унэӀутым и ӀэмыщӀэ ирилъхьэнущ.</verse>
				<verse number="45">Ауэ а унэӀутым игукӀэ «Си тепщэр къэгувэнущ» жиӀэу адрей унэӀут цӀыхубзхэми цӀыхухъухэми яхэуэу икӀи ефэ-ешхэурэ удафэу щиублэкӀэ,</verse>
				<verse number="46">а унэӀутым тепщэр къэкӀуэжыну щимыгугъэ махуэм икӀи щыпэмыплъэ сыхьэтым ар къэсынущ. А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="47">– И тепщэр зыхуейр ищӀэу щыта пэтми, зызымыгъэхьэзыра е тепщэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа унэӀутым удын куэд къытехуэнущ.</verse>
				<verse number="48">И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ.</verse>
				<verse number="49">– ЩӀым мафӀэ ездзын щхьэкӀэ, сыкъэкӀуащ икӀи ар щӀэнамэ, сыту си гуапэ хъунут!</verse>
				<verse number="50">ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ.</verse>
				<verse number="51">ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ сыкъэкӀуауэ фи гугъэ? Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, аракъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ зэгурымыӀуэныгъэ фхэслъхьэн щхьэкӀэщ,</verse>
				<verse number="52">сыту жыпӀэмэ иджы щыщӀэдзауэ зы унэм зэдыщӀэс цӀыхуитхур лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунущ: щыр тӀум пэувынущ, тӀури щым пэувынущ;</verse>
				<verse number="53">лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъунурэ, адэр къуэм, къуэр адэм пэувынущ; анэр пхъум, пхъур анэм пэувынущ; гуащэр нысэм, нысэр гуащэм пэувынущ.</verse>
				<verse number="54">– КъухьэпӀэмкӀэ пшэ къытрихьэу флъагъумэ, «Уэшх къешхынущ» асыхьэтым жывоӀэ, апхуэдэуи мэхъу, – яжриӀащ Хьисэ цӀыхубэм.</verse>
				<verse number="55">– Адрейуэ, ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀ жьыр къыщепщэкӀэ, «Хуабэ дыдэ хъунущ» жывоӀэ, апхудэуи мэхъу.</verse>
				<verse number="56">Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?</verse>
				<verse number="57">– Фэ фщӀэн хуейр фэр-фэру сыт къыщӀывгурымыӀуэр?</verse>
				<verse number="58">Псалъэм щхьэкӀэ, уи дауэгъум уригъусэу хеящӀэм деж ущыкӀуэкӀэ, гъуэгум фытетыху, узэрекӀужыным и ужь ит. Армырамэ, уи дауэгъум хеящӀэм* и пащхьэм уришэнущ, абы лъэхъуэщ хъумакӀуэм уӀэщӀилъхьэнущ, лъэхъуэщ хъумакӀуэм лъэхъуэщым ущӀидзэнущ.</verse>
				<verse number="59">Сэ бжызоӀэ, зы хъурыщи къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, уэ лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">ЦӀыху гуэрхэр Хьисэ деж къакӀуэри, Пилат Ӏэтащхьэм Галилейм щригъэукӀахэм я хъыбар къыхуахьащ а зэманым. А цӀыхухэм я лъымрэ я къурмэныпхъэм и лъымрэ зэхэлъадэу, Пилат и цӀыхухэм яригъэукӀыгъащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ деж къэкӀуахэм яжриӀащ: – Ахэр апхуэдэу зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ, Галилей щыщ адрей цӀыху псоми нэхърэ ахэр нэхъ гуэныхьыщӀэу фи гугъэ?</verse>
				<verse number="3">Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ.</verse>
				<verse number="4">Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ?</verse>
				<verse number="5">Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ мы ущие хъыбарыр яжриӀащ итӀанэ: – Зыгуэрым и хадэм ахъуо жыг итт. Абы къыпыкӀаӀамэ, еплъыну къыщыкӀуэм, къыпыкӀаӀауэ зыри игъуэтакъым.</verse>
				<verse number="7">Арати, хэдэзехьэм жриӀащ: «Мис, илъэсищ хъуауэ, мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэмэ, сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ къыпыкӀаӀауэ згъуэтыркъым. Ауэ щыхъукӀэ, къиупщӀыкӀыж, сыт щӀыр щӀигъэхьэулеин хуейр мыбы?»</verse>
				<verse number="8">– Хэдэзехьэм къыжриӀащ: «Зи щӀыхь ин, зы илъэс игъэт иджыри. Жыгыр ихъуреягъкӀэ къэстӀыхьынурэ, вэнывей тӀэкӀу щӀэскӀутэнущ.</verse>
				<verse number="9">Гъэ къакӀуэ къыпыкӀэнкӀэ хъунщ. КъыпымыкӀэмэ, къибупщӀыкӀыжынщ».</verse>
				<verse number="10">Хьисэ синэгуэгу гуэрым цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт щэбэт махуэм.</verse>
				<verse number="11">Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ: – ЦӀыхубз, уи узыр иджы щыщӀэдзауэ пщхьэщыкӀащ.</verse>
				<verse number="13">И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.</verse>
				<verse number="15">– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт?</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?</verse>
				<verse number="17">Хьисэ ар щыжиӀэм, къыпэувауэ щыт цӀыху псори укӀытэжащ, ауэ адрейхэр Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэ псоми щыгуфӀыкӀащ.</verse>
				<verse number="18">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын?</verse>
				<verse number="19">Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хадэм хисащ. Хьардэлыр къэкӀри, и къудамэхэм къуалэбзухэр къытетӀысхьэу, жьауапӀэ яхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="20">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым хуэзгъэдэн? – аргуэру жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="21">– Ар зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщри, псори игъэтэджащ.</verse>
				<verse number="22">Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ ЕрусалимкӀэ кӀуэну иунэтӀащ.</verse>
				<verse number="23">Зыгуэр къеупщӀащ абы: – Зи щӀыхь ин, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэр мащӀэ дыдэ?</verse>
				<verse number="24">– Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="25">Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».</verse>
				<verse number="26">– Абы щыгъуэ жефӀэу щӀэвдзэнущ: «Уи гъусэу дешхат икӀи дефат; ди къалэм и уэрамхэм Тхьэм и псалъэхэр щыдбгъэщӀауэ щытат».</verse>
				<verse number="27">– Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым. ФызбгъэдэкӀ, фэ бзаджащӀэ псори!»</verse>
				<verse number="28">– Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби, адрей бегъымбар псори Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьауэ, ауэ фэ а Тепщэныгъэшхуэм фыкъыщӀахуауэ щыфлъагъукӀэ, гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ абы.</verse>
				<verse number="29">КъуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи къикӀынурэ, я тӀысыпӀэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щаубыдынущ цӀыхухэм.</verse>
				<verse number="30">Я ужь итхэм ящыщхэр япэ ищынущ, япэ итхэм ящыщхэри я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="31">Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.</verse>
				<verse number="32">– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».</verse>
				<verse number="33">Апхуэдэу щыт пэтми, ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи си гъуэгу срикӀуэн хуейщ, бегъымбарыр Ерусалим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щылӀэ хъунукъыми.</verse>
				<verse number="34">– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.</verse>
				<verse number="35">АтӀэ фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым. Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху сыкъэфлъагъужынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.</verse>
				<verse number="2">ЛӀы гуэр зэщӀэбэгауэ Хьисэ и пащхьэм къиуващ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яжриӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ хьэмэрэ къемызэгърэ?</verse>
				<verse number="4">Абыхэм зыри жаӀакъым. Хьисэ сымаджэм теӀэбэщ, игъэхъужри иутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ абыхэм еупщӀащ итӀанэ: – Фэ фщыщ гуэрым и шыдыр е и выр щэбэт махуэм псыкъуий мащэм ихуэмэ, занщӀэу кърихыжынукъэ?</verse>
				<verse number="6">Абыхэм жэуап къратыфакъым.</verse>
				<verse number="7">ХьэщӀэхэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыду гу щылъитэм, мы ущие хъыбарыр Хьисэ яжриӀащ:</verse>
				<verse number="8">– Зыгуэрым гухэхъуэ Ӏэнэм уригъэблагъэмэ, тхьэмадэ тӀысыпӀэм умытӀыс, абы къригъэблэгъахэм уэр нэхърэ нэхъыжь гуэр яхэтынкӀэ хъунущи.</verse>
				<verse number="9">Уэри ари фезыгъэблэгъа бысымым уэ къыббгъэдыхьэнурэ, абы щыгъуэ къыбжиӀэнущ: «Мы цӀыхум уи тӀысыпӀэр ет!» Апхуэдэу хъумэ, уукӀытэжауэ, нэхъ тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм утӀысын хуей хъунущ уэ.</verse>
				<verse number="10">УщрагъэблагъэкӀэ, тӀысыпӀэ икӀэ дыдэм тӀыс. Бысымым, уэ къыббгъэдыхьэнурэ, къыбжиӀэнущ абы щыгъуэ: «Си ныбжьэгъу, тӀэкӀу къыдэкӀуэтей!» Абы адрей хьэщӀэ псоми я пащхьэм ущигъэлъэпӀэнущ;</verse>
				<verse number="11">зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ и бысымым жриӀащ итӀанэ: – Уэ шэджагъуашхэ е пщыхьэщхьэшхэ щыпщӀкӀэ, уи ныбжьэгъухэри, уи къуэшхэри, уи благъэхэри, уи гъунэгъу бейхэри къыумыгъэблагъэ. Ахэр къебгъэблагъэмэ, яхуэпщӀар къыпхуащӀэжын папщӀэ урагъэблэгъэжынкӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="13">Ауэ гухэхъуэ Ӏэнэ щытебгъэувэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ.</verse>
				<verse number="14">ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ щӀыгъуу Ӏэнэм бгъэдэса гуэрым ар щызэхихым, жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, адрей хьэщӀэхэм я гъусэу Ӏэнэм бгъэдэсынур гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="16">– ЛӀы гуэрым гухэхъуэ Ӏэнэ тригъэуващ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым, – цӀыху куэди къригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="17">Гухэхъуэ Ӏэнэр щытраувэну сыхьэтыр къыщысым, къеблэгъэнухэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэну: «Иджы фыкъеблагъэ, псори хьэзырщ».</verse>
				<verse number="18">– Ауэ псоми, зэрыгъэӀуща нэхъей, щхьэусыгъуэхэр ящӀу щӀадзащ. Япэрейм унэӀутым къыжриӀащ: «Сэ щӀы къэсщэхуащи, сыкӀуэу абы семыплъмэ, хъунукъым. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».</verse>
				<verse number="19">– НэгъуэщӀ зыгуэрми жиӀащ: «ВипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэ. ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ».</verse>
				<verse number="20">– Ещанэми жиӀащ: «Сэ фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым».</verse>
				<verse number="21">– УнэӀутым къигъэзэжри, Ӏуэхур зэрыхъуар и тепщэм къыжриӀэжащ. Апхуэдэу щыхъум, бысымыр къэгубжьри, унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми и уэрам цӀыкӀухэми псынщӀэу дыхьи, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, лъашэхэр мыбы къашэ».</verse>
				<verse number="22">– УнэӀутым къыщигъэзэжым, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ тӀысыпӀэ нэщӀхэр щыӀэщ иджыри».</verse>
				<verse number="23">– Тепщэм унэӀутым жриӀащ итӀанэ: «Гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ техьи, си унэм щӀэз хъун щхьэкӀэ, къэкӀуэну цӀыхухэм яжеӀэ.</verse>
				<verse number="24">Сэ нывжызоӀэ, къезгъэблэгъахэм ящыщ зыри си ерыскъым къыхэӀэбэнукъым». – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ щӀыгъуу цӀыху гупышхуэ гъуэгу тетт. Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ:</verse>
				<verse number="26">– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.</verse>
				<verse number="27">Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="28">– Фщыщ гуэрым бэтэгъей ищӀын хуей хъумэ, япэщӀыкӀэ тӀысрэ, зыхуеину псор къилъытэу, бэтэгъейр зэрыригъэухуэн ахъшэ иӀэрэ имыӀэрэ зригъэщӀэн хуейкъэ?</verse>
				<verse number="29">Армыхъумэ, лъабжьэр игъэувауэ, унэр нигъэсын щылъэмыкӀкӀэ, ар къэзылъагъу цӀыху псори къыщыдыхьэшхыурэ,</verse>
				<verse number="30">мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Мы лӀым унэ ищӀыну къригъэжьат, арщхьэкӀэ икӀэм хунигъэсакъым».</verse>
				<verse number="31">– Апхуэдэуи, зы пащтыхь гуэрым нэгъуэщӀ пащтыхьым зауэ ирищӀылӀэну игу илъмэ, япэщӀыкӀэ тӀысу, цӀыху мин тӀощӀ зиӀэ бий къыхуэкӀуэмэ, езым и цӀыху минипщӀымкӀэ пэувын лъэкӀынрэ лъэмыкӀынрэ егупсысын хуейкъэ?</verse>
				<verse number="32">Пэмыувыфынумэ, бийр къэмыс щӀыкӀэ лӀыкӀуэхэр хуигъэкӀуэнурэ, зэкӀужыну иригъэлъэӀунущ.</verse>
				<verse number="33">Абы ещхьу, фэ фщыщу, хэтуи щрети, иӀэ псори ӀэщӀыб зымыщӀым си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="34">– Шыгъур фӀыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур?</verse>
				<verse number="35">ЩӀымкӀи вэнывеймкӀи ар сэбэп хъужынукъым. Апхуэдэр хыфӀадзэж. – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри гуэныхь зытелъхэри, къанэ щымыӀэу, Хьисэ едэӀуэну къекӀуэлӀащ.</verse>
				<verse number="2">Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:</verse>
				<verse number="4">– Фэ фщыщ гуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зы фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур губгъуэм къринэу, фӀэкӀуэдар къигъуэтыжыхукӀэ лъыхъуэнукъэ?</verse>
				<verse number="5">Ар къыщигъуэтыжкӀэ, гуфӀэу къеӀэтри, и дамэм трелъхьэ.</verse>
				<verse number="6">Унэм къыщыкӀуэжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, сфӀэкӀуэда мэлыр къэзгъуэтыжащ».</verse>
				<verse number="7">Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.</verse>
				<verse number="8">– Абы ещхьу, цӀыхубз гуэрым дыжьын ахъшипщӀ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, уэздыгъэ щӀигъанэу ахъшэр къигъуэтыжыхукӀэ, хуэсакъыпэу лъыхъуэурэ, унэ псор щӀищыкӀыркъэ?</verse>
				<verse number="9">Ар къыщигъуэтыжкӀэ, и ныбжьэгъухэмрэ и гъунэгъухэмрэ къреджэри, яжреӀэ: «ФыкъыздэгуфӀэ, ахъшэ сфӀэкӀуэдар къэзгъуэтыжащ».</verse>
				<verse number="10">Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.</verse>
				<verse number="11">– ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="12">– Къуэ нэхъыщӀэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, мылъкум щыщу къыслъысыну Ӏыхьэр къызэт». Арати, адэм мылъкур яхуигуэшащ.</verse>
				<verse number="13">– Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ.</verse>
				<verse number="14">Псори фӀэкӀуэдауэ, а къэралым гъаблэшхуэ къыщыхъури, щӀалэр тхьэмыщкӀэ дыдэ хъуащ.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэу щыхъум, а къэралым щыпсэу лӀы гуэрым деж кӀуэри, хуэлӀыщӀэну гурыӀуащ. А лӀым ар игъэкӀуащ и кхъуэхэр губгъуэм щригъэгъэхъуну.</verse>
				<verse number="16">Кхъуэхэм я Ӏусым щыщ и ныбэ из ищӀыну ехъуапсэрт лӀыщӀэм, ауэ а Ӏусым щыщ зыми къритакъым.</verse>
				<verse number="17">– ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ.</verse>
				<verse number="18">Си адэм деж сыкӀуэжынщи, жесӀэнщ: Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ.</verse>
				<verse number="19">Уэ узикъуэщ къызжепӀэну сэ схуэфащэкъым. Уи лӀыщӀэхэм ящыщ зы хуэдэу сэри сыщтэ».</verse>
				<verse number="20">ИтӀанэ зиӀэтыжри, и адэм деж кӀуэжыну ежьэжащ итӀанэ. – Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щӀэгъущ, жэри, Ӏэплъэ иришэкӀыу, ба хуищӀу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="21">– ЩӀалэм и адэм къыжриӀащ: «Си адэ, уафэмкӀи уэркӀи гуэныхь злэжьащ. Уэ узикъуэщ къызжепӀэну схуэфащэкъым».</verse>
				<verse number="22">– Адэм и унэӀутхэм яжриӀащ: «Щыгъынхэм я нэхъыфӀыр къыхуэфхьи, фхуапэ, зы Ӏэлъыни Ӏэрыфлъхьэ, вакъи лъыфтӀагъэ.</verse>
				<verse number="23">Танэ гъэшхар къафши, фӀэвгъэж. Дывгъашхэ-девгъафэ икӀи дывгъэгуфӀэ.</verse>
				<verse number="24">Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.</verse>
				<verse number="25">– Адэм и къуэ нэхъыжьыр губгъуэм итти, къэкӀуэжурэ унэм и гъунэгъу къыщыхъужым, уэрэд макърэ Ӏэгуауэ макърэ зэхихащ.</verse>
				<verse number="26">УнэӀутхэм ящыщ гуэр къриджащ, «Сыт къэхъуар?» жиӀэри щӀэупщӀащ.</verse>
				<verse number="27">УнэӀутым къыжриӀащ: «Уи къуэш нэхъыщӀэр къэкӀуэжащ. Уи адэм, ар узыншэу къызэригъуэтыжам щхьэкӀэ, танэ гъэшхар фӀригъэгъэжащ».</verse>
				<verse number="28">– Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="29">Ауэ абы и адэм жриӀащ: «Мис, сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэрэ, уи унафэхэми зэи сытекӀакъым. Си ныбжьэгъухэм гухэхъуэ Ӏэнэ яхутезгъэувэн щхьэкӀэ, зэи зы чыцӀи къызэптакъым.</verse>
				<verse number="30">Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».</verse>
				<verse number="31">– Апхуэдэу щыхъум, адэм къыжриӀащ: «Си къуэ! Уэ сытым щыгъуи узигъусэщ, сиӀэ псори ууейщ.</verse>
				<verse number="32">Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">– ЛӀы бей гуэрым унэзехьэ гуэр иӀащ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. – «Мы лӀым уи мылъкур пфӀегъэкӀуэд», жраӀащ цӀыхухэм лӀы бейм.</verse>
				<verse number="2">Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».</verse>
				<verse number="3">– «Сыт сщӀэнур?» – жиӀащ игукӀэ унэзехьэм. «Си тепщэм си ӀэнатӀэр сӀехыж. ЩӀы къэстӀыну къару схурикъун сиӀэкъым, сылъэӀуэнуи соукӀытэ.</verse>
				<verse number="4">Си ӀэнатӀэр сӀихыжмэ, сщӀэнур иджы къэсщӀащ, цӀыхухэм я унэхэм срагъэблэгъэн щхьэкӀэ».</verse>
				<verse number="5">– Арати, тепщэм и щӀыхуэ зытелъу хъуар унэзехьэм зырызурэ къриджэри, абыхэм ящыщ зым еупщӀащ: «Си тепщэм и щӀыхуэу сыт хуэдиз птелъыр?»</verse>
				<verse number="6">– «Дагъэ фэндырищэ стелъщ», жиӀащ щӀыхуэ зытелъ лӀым. – «Мис, уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэж, тӀыси, псынщӀэу щэ ныкъуэ итхэ», жриӀэжащ абы.</verse>
				<verse number="7">Унэзехьэм нэгъуэщӀ гуэрми жриӀащ: «Уэ сыт хуэдиз щӀыхуэу птелъыр?» – «Гуэдз къэпищэ стелъщ», жиӀащ абы. – «Уи щӀыхуэ тхылъыр къэщтэжи, пщӀей итхэ», жриӀащ абы.</verse>
				<verse number="8">– Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ.</verse>
				<verse number="9">ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="10">– Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунущ, Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ мыхъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунукъым.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу щыщыткӀэ, дуней мылъкур зефхьэну узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, мылъку пэжыр фэ фи ӀэмыщӀэ хэтыт къизылъхьэнур?</verse>
				<verse number="12">НэгъуэщӀхэм я мылъкур зрахьэнкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, фэ фи мылъкур зефхьэну хэтыт къывэзытынур?</verse>
				<verse number="13">– Зы унэӀутым зиусхьэнитӀым хуэлэжьэн лъэкӀынукъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.</verse>
				<verse number="14">Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.</verse>
				<verse number="16">– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.</verse>
				<verse number="17">Ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀур хэкӀуэдыкӀыным нэхърэ уафэмрэ щӀылъэмрэ нэхъ кӀуэдыжыгъуафӀэщ.</verse>
				<verse number="18">– И фызыр изыгъэкӀыжу, нэгъуэщӀ цӀыхубз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Апхуэдэу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фызыр къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="19">– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.</verse>
				<verse number="20">ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът.</verse>
				<verse number="21">А тхьэмыщкӀэр и мэжалӀэ иригъэкӀыну хэтт лӀы бейм и Ӏэнэм къехуэхымкӀэ. Хьэхэри къекӀуалӀэурэ, абы и бэгухэм къебзейрт.</verse>
				<verse number="22">– ЛӀы тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ, мелыӀычхэм ар Ибрэхьим бегъымбарым деж яхьащ. ЛӀы бейри дунейм ехыжри щӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="23">А лӀы бейм, лӀахэм я лъахэм хьэзэб щытелъу и нэхэр къиӀэтри, Ибрэхьим жыжьэу къилъэгъуащ, Лазари бгъэдэсу.</verse>
				<verse number="24">Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».</verse>
				<verse number="25">– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.</verse>
				<verse number="26">Абы нэмыщӀ, фэрэ дэрэ ди зэхуакум къуэ куу дэтщ, мыбы никӀыу фи деж нэкӀуэну хуейхэр нэмыкӀуэфын щхьэкӀэ. Апхуэдэу, фи деж къикӀыу ди деж къэкӀуэни ялъэкӀынукъым».</verse>
				<verse number="27">– «АтӀэ, ди адэ», жиӀащ лӀы бейм, «сынолъэӀу, си адэм и унэм Лазар гъакӀуэ,</verse>
				<verse number="28">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэшитху сиӀэщ. Мы гугъуехь шэчыпӀэм ахэри къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, зыхуэсакъыжыну ягурырегъаӀуэ».</verse>
				<verse number="29">– «Абыхэм Мусэ бегъымбарым итхахэмрэ адрей бегъымбархэм ятхахэмрэ яӀэщ, а тыгъэхэм ирырегъуазэ», къыжриӀащ Ибрэхьим лӀы бейм.</verse>
				<verse number="30">– «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим», жиӀащ лӀым, «лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжрэ игъэзэжмэ, ахэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынущ».</verse>
				<verse number="31">– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="17">
				<verse number="1">– ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="2">– Абы мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дригъэхьэх нэхърэ, щхьэл мывэ и пщэм кӀэращӀэу хым хадзатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="3">Аращи, фызыхуэсакъыж! – Уи къуэшым гуэныхь ищӀэмэ, ар зэрыгуэныхьыр жеӀэ икӀи ар щӀегъуэжмэ, хуэгъэгъу.</verse>
				<verse number="4">Зы махуэм и кӀуэцӀкӀэ уэркӀэ блэнейра гуэныхь ищӀэмэ, къигъэзэжу, «СыщӀегъуэжащ», жиӀэмэ, хуэгъэгъу.</verse>
				<verse number="5">– ФӀэщхъуныгъэу диӀэм къытхухэгъахъуэ, – къыжраӀащ апостолхэм Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="6">– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="7">– Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы?</verse>
				<verse number="8">Хьэуэ, жриӀэнукъым. ЖриӀэнур мыращ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр, уи цеикӀэр дэупщӀи, сэ сышхэху икӀи сефэху къысщхьэщыт. Абы и ужькӀэ ушхэну икӀи уефэну ухуитщ».</verse>
				<verse number="9">А унэӀутым хуэпщӀа унафэр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэпщӀыну? Си гугъэкъым.</verse>
				<verse number="10">Апхуэдэу, фэри, Тхьэм къыфхуищӀа унафэр вгъэзэщӀа нэужь, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Дэ пщӀэ зимыӀэ дыунэӀутщ. Дэ тщӀар тщӀэн хуеиуэ щытар тщӀауэ».</verse>
				<verse number="11">Хьисэ Ерусалим кӀуэуэ, Самарие, Галилей хэкухэм кӀуэцӀрыкӀырт.</verse>
				<verse number="12">Жылэ гуэрым дыхьэ пэтрэ, уэшын уз зыпкърыт лӀипщӀ къыӀущӀащ. Жыжьэу къэуври,</verse>
				<verse number="13">макъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: – Хьисэ, гъуазэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!</verse>
				<verse number="14">Ахэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – ФыкӀуи, дин пашэхэм закъевгъэлъагъу. Ахэр гъуэгум здрикӀуэм, къабзэ хъуурэ, я узыр якӀэрыхужащ.</verse>
				<verse number="15">Абыхэм ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ фӀыщӀэ хуищӀурэ къигъэзэжащ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ и лъабжьэм бгъэгукӀэ зыщӀидзэри, фӀыщӀэ хуищӀащ. А лӀыр Самарие хэкум щыщт.</verse>
				<verse number="17">– ЛӀипщӀыр къабзэ хъужакъэ? – жиӀащ Хьисэ. – Адрей лӀибгъур дэнэ щыӀэ?</verse>
				<verse number="18">Мы лӀы хамэ закъуэм фӀэкӀа, къигъэзэжу Тхьэм фӀыщӀэ хуэзыщӀын зыри къахэмыкӀауэ аракъэ?</verse>
				<verse number="19">Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Къэтэджи, кӀуэж. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.</verse>
				<verse number="20">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сыт щыгъуэ къэкӀуэну? – жаӀэу фарисейхэр Хьисэ щеупщӀым, абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр нэрылъагъуу къэкӀуэнукъым,</verse>
				<verse number="21">икӀи цӀыхухэм, «Мис, ар мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», жаӀэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр фэ къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и махуэхэм щыщу зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми флъагъуну фыщыхуей зэман къэунэхунущ, ауэ фэ флъагъунукъым.</verse>
				<verse number="23">«Мис, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», къывжаӀэнущ, ауэ абы фымыкӀуэ икӀи а цӀыхухэм факӀэлъымыжэ;</verse>
				<verse number="24">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы уафэ гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, къыщыкӀуэжыну махуэм деж ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэлъэгъуэжынущ.</verse>
				<verse number="25">Ауэ абы гугъуехь куэд ишэчын икӀи иджырей цӀыхухэм ар зыхагъэкӀын хуейщ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="26">– Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыхухэр шхэрт, икӀи ефэрт, къашэрт икӀи дэкӀуэрт абы щыгъуэ, Нухь кхъухьым щитӀысхьэну махуэм нэсыху. ИтӀанэ псыдзэр къащӀэуэри, абы псори хэкӀуэдащ.</verse>
				<verse number="28">– ЛутӀ бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр апхуэдэу щытащ: ЦӀыхухэр шхэрт икӀи ефэрт, зыгуэрхэр къащэхурт икӀи ящэрт, жылэ ясэрт, унэхэри ящӀырт.</verse>
				<verse number="29">Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.</verse>
				<verse number="30">– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.</verse>
				<verse number="31">А махуэм унащхьэм тетыр унэм щӀэлъ и хьэпшыпхэр здищтэну щӀремыхьэж. Губгъуэм итми унэм къремыгъэзэж.</verse>
				<verse number="32">ЛутӀ и фызым къыщыщӀар фигу къэвгъэкӀыж.</verse>
				<verse number="33">Зи псэр мыкӀуэду къезыгъэлыну и ужь ит дэтхэнэми и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр зыфӀэкӀуэд дэтхэнэми и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="34">Сэ нывжызоӀэ, зы пӀэм цӀыхуитӀ хэлъынущ а жэщым, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.</verse>
				<verse number="35">ЦӀыхубзитӀым гуэдз зэдахьэжынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.</verse>
				<verse number="36">Губгъуэм цӀыхуитӀ итынущ, зыр мелыӀычхэм уафэм яхьынущ, адрейр къагъэнэнущ.</verse>
				<verse number="37">– Дэнэ ар къыщыхъунур, Зиусхьэн? – еупщӀащ ахэр Хьисэ. – Псэущхьэ лӀа здэщыӀэм бгъэжьхэр щызэхуэсынущ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="18">
				<verse number="1">Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="2">Мыращ яхуиӀуэтар: – Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу, къалэ гуэрым зы хеящӀэ гуэрым дэст.</verse>
				<verse number="3">А къалэ дыдэм зы фызаби щыпсэурт. «Си дауэгъум схуэфащэр къызегъэт», жриӀэурэ, хеящӀэм деж къакӀуэ зэпытт ар.</verse>
				<verse number="4">– Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми,</verse>
				<verse number="5">мы фызабэм си щхьэр игъэуз зэпыту щымытын щхьэкӀэ, хуэфащэр езгъэгъуэтынщ. Апхуэдэу сымыщӀмэ, къысхуэжэ зэпытурэ сигъэтыншынукъым».</verse>
				<verse number="6">Зиусхьэным жиӀащ итӀанэ: – Щыпкъагъэ зигу имылъ хеящӀэм жиӀэм федаӀуэт.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?</verse>
				<verse number="8">Сэ нывжызоӀэ, яхуэфащэр псынщӀэу ялъигъэсынущ. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ щигъуэтыну?</verse>
				<verse number="9">Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ:</verse>
				<verse number="10">– Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэм цӀыхуитӀ кӀуащ, зыр фарисейт, адрейр хьэкътын ахъшэр хэзыххэм* ящыщт.</verse>
				<verse number="11">Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.</verse>
				<verse number="12">Сэ тхьэмахуэ къэс махуитӀ сонэщӀ, къысхэхъуэм и пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ сот».</verse>
				<verse number="13">– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».</verse>
				<verse number="14">– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыхухэм сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, трагъэӀэбэну. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щалъагъум, цӀыхухэм ядакъым.</verse>
				<verse number="16">Ауэ Хьисэ сабийхэр къриджэри, жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, апхуэдэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.</verse>
				<verse number="17">Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="19">– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, фӀы зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм и унафэхэр уощӀэ: «Зинэ умыщӀэ, цӀыху умыукӀ, умыдыгъуэ, цӀыхухэм пцӀы ятумылъхьэ, уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ».</verse>
				<verse number="21">– Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ а псори, – жиӀащ адрейм.</verse>
				<verse number="22">Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.</verse>
				<verse number="23">Ар щызэхихым, адрейм игу щӀыхьащ, мылъкушхуэ иӀэти.</verse>
				<verse number="24">Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.</verse>
				<verse number="25">Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ, махъшэкӀэ мастэнэм икӀыныр нэхъ тыншщ.</verse>
				<verse number="26">Ар зэхэзыха цӀыхухэм жаӀащ: – Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыкӀуэду зыкъригъэлын зыхузэфӀэкӀынур хэт?</verse>
				<verse number="27">– ЦӀыхухэм яхузэфӀэмыкӀыр Тхьэм хузэфӀокӀ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="28">– Мис, дэ диӀа псори къэдгъанэри, уэ уи ужь дыкъиуващ, – жиӀащ Петр.</verse>
				<verse number="29">– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хэту щытми, е и унэ, е и адэ-анэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и фызыр, е и бынхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къибгынамэ,</verse>
				<verse number="30">иӀам нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ мы дунейм щызымыгъуэтыжын цӀыху зыри щыӀэкъым, икӀи апхуэдэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ щиӀэ хъунущ ахърэтым.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: – Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ.</verse>
				<verse number="32">Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ,</verse>
				<verse number="33">ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ар.</verse>
				<verse number="34">АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ Ерихон къалэм здэкӀуэм, къалэм и гъунэгъу хъуауэ, лӀы нэф гуэр факъырэӀус щӀэлъэӀуу гъуэгу напцӀэм тест.</verse>
				<verse number="36">ЦӀыху гупышхуэ блэкӀыу щызэхихым, нэфыр щӀэупщӀащ: – Сыт мыр?</verse>
				<verse number="37">– Назарет щыщ Хьисэ мыбыкӀэ блокӀ, – къыжраӀащ цӀыхухэм.</verse>
				<verse number="38">Ар къыщыжраӀэм, нэфыр макъышхуэкӀэ къэджащ: – Даут и Къуэ Хьисэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!</verse>
				<verse number="39">Япэ ит цӀыхухэм ямыдэу, «Щыгъэт», къыжраӀащ, арщхьэкӀэ нэфыр нэхъ макъ лъагэжкӀэ къэджащ аргуэру: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!</verse>
				<verse number="40">Хьисэ къэувыӀэри, нэфыр къыбгъэдашэну яжриӀащ. Нэфыр къыщыбгъэдыхьэм, еупщӀащ:</verse>
				<verse number="41">– Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – Зиусхьэн, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – жиӀащ нэфым.</verse>
				<verse number="42">– Уи нэхэр къэплъэжынущ, – жриӀащ Хьисэ абы. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ.</verse>
				<verse number="43">Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="19">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ Хьисэ Ерихон къалэм дыхьэри, зэхикӀухьащ.</verse>
				<verse number="2">Закхей зи цӀэ гуэр дэст абы. Ар хьэкътын ахъшэ хэзыххэм я пашэхэм щыщт, бейт.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ и щыфэлӀыфэ зригъэлъагъуну хуеят ар, арщхьэкӀэ езыр лӀы лъахъшэ цӀыкӀути, цӀыху гупышхуэм яхэту зыри илъагъун лъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="4">Арати, цӀыхухэм япэ ищри, ахъуо жыгым дэпщеящ, Хьисэ зригъэлъагъун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ а гъуэгумкӀэ блэкӀын хуейт.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ а щӀыпӀэм щынэсым, дэплъейри, Закхейм жриӀащ: – Закхей, псынщӀэу къех, уи унэм сынеблэгъэн хуейщ нобэ.</verse>
				<verse number="6">Закхей псынщӀэу къехыжри, и гуапэ хъуауэ, и унэм Хьисэ иригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="7">Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ.</verse>
				<verse number="8">Закхей къэтэджри, Зиусхьэн Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн! Мис, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынущ. ЦӀыху гуэр къэзгъэпцӀаӀамэ, хуэдиплӀ естыжынущ.</verse>
				<verse number="9">КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ жиӀэхэм цӀыхухэр едаӀуэ щыхъум, мы ущие хъыбарри къыпищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Ерусалим и гъунэгъуу щытт икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр асыхьэтым къэлъэгъуэну цӀыхухэр гугъэрти.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жиӀащ: – Къэрал жыжьэ гуэрым кӀуэну мурад ищӀащ пщы гуэрым, езым и къэралым щхьэкӀэ а пащтыхьыгъуэр къиубыду къигъэзэжын гугъэр иӀэу.</verse>
				<verse number="13">Ежьэн и пэкӀэ, и унэӀутхэм ящыщ цӀыхуипщӀ къриджэщ, минэ зырыз яритри, яжриӀащ: «Къэзгъэзэжыху, мы ахъшэр вгъэбагъуэ».</verse>
				<verse number="14">Ауэ мы пщыр и къэралым ис цӀыхухэм фӀыуэ къалъагъуртэкъыми, «Мы лӀыр пащтыхь къытхуэхъуну дыхуейкъым», жрагъэӀэну, лӀыкӀуэхэр пщым и ужь иту а къэралым ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="15">АрщхьэкӀэ а пщыр пащтыхьу ягъэуващ. Пщым къыщигъэзэжым, ахъшэхэр зрита унэӀутхэр къриджащ. Абыхэм ящыщу дэтхэнэми щэн-къэщэхун ӀуэхукӀэ къилэжьар зригъэщӀэну хуейт ар.</verse>
				<verse number="16">Япэрей унэӀутыр къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдипщӀ къэзлэжьащ».</verse>
				<verse number="17">Пщым абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ, си унэӀутыфӀ. Ӏуэху мащӀэмкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, къалипщӀ уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».</verse>
				<verse number="18">ЕтӀуанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдитху къэзлэжьащ».</verse>
				<verse number="19">Пщым абы жриӀащ: «Къалитху уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».</verse>
				<verse number="20">Ещанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, мис уи минэр. Ар хъыданым кӀуэцӀыслъхьэри щызгъэлъащ.</verse>
				<verse number="21">УзэрылӀы пхъашэм щхьэкӀэ сыпщышынащ. Уэ умыгъэтӀылъар къыбощтэж, тумысари къытыбохыж».</verse>
				<verse number="22">Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри.</verse>
				<verse number="23">АтӀэ сыт си ахъшэм хагъэхъуэн щхьэкӀэ, сатуущӀэхэм щӀумытар? Апхуэдэу пщӀамэ, сэ сыкъэкӀуэжа нэужь, си ахъшэм хэхъуауэ къызэптыжынт».</verse>
				<verse number="24">Пщым къыбгъэдэтхэм яжриӀащ итӀанэ: «Мы лӀым минэр къеӀыфхи, минэу пщӀы зиӀэм ефт».</verse>
				<verse number="25">«Зи щӀыхь ин, абы минэу пщӀы иӀэкъэ?» къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="26">«Сэ нывжызоӀэ, ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм», жиӀащ пщым.</verse>
				<verse number="27">«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».</verse>
				<verse number="28">А псалъэхэр жиӀа нэужь, Ерусалим кӀуэну, Хьисэ и гъуэгу техьэжащ.</verse>
				<verse number="29">Елеон зи цӀэ Ӏуащхьэм и лъапэм тес жылитӀым Виффагиерэ Вифаниерэ щынэблагъэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщащ,</verse>
				<verse number="30">мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ.</verse>
				<verse number="31">«Сыт къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?» жиӀэу зыгуэр къывэупщӀмэ, мыпхуэдэу жефӀэ: «Зиусхьэныр хуейщ абы».</verse>
				<verse number="32">А лӀыкӀуитӀыр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам хуэдэу, шыдыр епхауэ къагъуэтащ.</verse>
				<verse number="33">Шыд шыщӀэр къыщыкӀэратӀэтыкӀым, ар зейхэм къыжраӀащ: – Сыт шыд шыщӀэр къыщӀыкӀэрыфтӀэтыкӀыр?</verse>
				<verse number="34">– Зиусхьэныр хуейщ абы, – жаӀащ лӀыкӀуэхэм.</verse>
				<verse number="35">Шыд шыщӀэр Хьисэ деж къашэщ, я щыгъынхэр тралъхьэри, Хьисэ ягъэшэсащ.</verse>
				<verse number="36">Хьисэ шыд шыщӀэм тесу здэкӀуэм, цӀыхухэм я щыгъынхэр зыщахыурэ гъуэгум хутраубгъуэрт.</verse>
				<verse number="37">Ерусалим и гъунэгъуу, гъуэгур Елеон Ӏуащхьэм къыщех щӀыпӀэм Хьисэ щынэсым, ялъэгъуа Ӏуэху телъыджэ псом щхьэкӀэ гуфӀэрэ макъышхуэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ гуп псоми мыпхуэдэу жаӀэу щӀадзащ:</verse>
				<verse number="38">«Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ! Уафэм мамырыгъэ щыӀэщ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ».</verse>
				<verse number="39">ЦӀыху гупышхуэм яхэт фарисейхэм ящыщ гуэрхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уи гъуэгу ирикӀуэхэм щагъэтыну яжеӀэ.</verse>
				<verse number="40">– Сэ нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм щагъэтмэ, мывэхэр къэгуоунущ.</verse>
				<verse number="41">Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:</verse>
				<verse number="42">– Мамырыгъэ къыпхуэзыхьыну Ӏуэхугъуэхэр нобэ уэри пщӀэуэ щытыгъатэмэ, сыгуфӀэнт, ауэ уи нэхэм ахэр ящыбзыщӀауэ щытщ зэкӀэ;</verse>
				<verse number="43">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уи бийхэм быдапӀэхэмкӀэ укъыщыщаувыхьын махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Абыхэм укъаухъуреихьынущ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщыптеуэнущ.</verse>
				<verse number="44">Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="45">Абы и ужькӀэ Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэр къыщӀихуу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="46">Абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ». АрщхьэкӀэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.</verse>
				<verse number="47">Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ,</verse>
				<verse number="48">ауэ цӀыху псори я гуапэу Хьисэ едаӀуэу щытти, иращӀэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ ягъуэтакъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="20">
				<verse number="1">Махуэ гуэрым, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт цӀыхухэм. Апхуэдэу щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, нэхъыжьхэр я гъусэу, къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="2">– КъыджеӀэт, мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхари, ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытари?</verse>
				<verse number="3">– Сэри фэ Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ сынывэупщӀынущ, – яжриӀащ Хьисэ. – Жэуап къызэфт:</verse>
				<verse number="4">ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра?</verse>
				<verse number="5">– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="6">– Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.</verse>
				<verse number="7">Арати, – Иуан къэзыгъэкӀуар тщӀэркъым, – жэуап ятыжащ абыхэм.</verse>
				<verse number="8">– Апхуэдэу щыщыткӀэ, сэри нывжесӀэнукъым мы Ӏуэхугъуэхэр злэжьыну хуитыныгъэ къыздисхар, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="9">Мы ущие хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀ* гуэрхэм яӀэщӀилъхьащ. Абы и ужькӀэ а лӀыр хамэ къэрал гуэрым куэдрэ къэтыну кӀуащ.</verse>
				<verse number="10">Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къаӀихыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀут гуэр игъэкӀуащ абы. Ауэ жызумгъэкӀхэм унэӀутыр яубэрэжьри, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="11">Хадэр зейм унэӀут гуэр игъэкӀуащ аргуэру, ауэ ари яубэрэжьри, лей кърахауэ, ӀэнэщӀу къаутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="12">Ещанэуи унэӀут гуэр игъэкӀуащ. Ари къауӀэри кърахужьэжащ.</verse>
				<verse number="13">– Апхуэдэу щыхъум, жызум хадэр зейм жиӀащ: «Сыт сщӀэн? Сэ фӀыуэ слъагъу си къуэ щӀасэр згъэкӀуэнщ. Абы щӀыхь къыхуащӀынкӀи мэхъу».</verse>
				<verse number="14">– Ауэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщыжри жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».</verse>
				<verse number="15">Арати, жызум хадэм ирахужри, яукӀащ ар. – Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="16">– Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.</verse>
				<verse number="17">Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм мы и псалъэу тхахэм сыт къикӀыр атӀэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»?</verse>
				<verse number="18">– А мывэм къытехуэр къызэпкъриудынущ, езыр зытехуэри щӀипӀытӀынущ.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.</verse>
				<verse number="20">Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.</verse>
				<verse number="21">Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.</verse>
				<verse number="22">Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?</verse>
				<verse number="23">Абыхэм я хьилагъэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр?</verse>
				<verse number="24">Зы динар сывгъэлъагъу. Хэт и сурэт мыбы тетыр, хэт и цӀэ мыбы тетхари? – Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="25">– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="26">Арати, цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ гуэркӀэ къыщаубыдэфакъым, Хьисэ ярита жэуапри ягъэщӀагъуэурэ заущэхужащ.</verse>
				<verse number="27">ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ гуп Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:</verse>
				<verse number="28">– Дин егъэджакӀуэ, Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу къытхуитхащ: «ЛӀы гуэрым и къуэш лӀэрэ, бын имыӀэу фыз къыщӀэнмэ, и къуэшым унагъуэ хуищӀын щхьэкӀэ, а лӀым фызабэр къишэжын хуейщ».</verse>
				<verse number="29">Зэшибл псэуащ. Абыхэм я нэхъыжьым фыз къишащ, ауэ бын къыщӀэмыну дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="30">КъыкӀэлъыкӀуэм а фызыр къишэжри, бын къыщӀэмыну, ари дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="31">Ещанэми а фызыр къишэжащ. Апхуэдэурэ ебланэм нэсыху, бын къащӀэмыну псори дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="32">Фызри дунейм ехыжащ псом я ужь дыдэ.</verse>
				<verse number="33">Аращи, лӀахэр къыщытэджыжкӀэ, хэт ар иджы зи фызынур? Блыми я щхьэгъусакъэ ар?</verse>
				<verse number="34">– Иджырей цӀыхухэм фыз къашэ, лӀыи докӀуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">– Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, ахърэтым щыпсэуну зыхуэфащэхэм фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым.</verse>
				<verse number="36">Ахэр мелыӀычхэм ещхьщ, я псэ пытынущ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащи, Тхьэм и быну щытщ.</verse>
				<verse number="37">ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарми нахуэу къигъэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пыжь банэм и хъыбарыр Торэт хабзэм здитым деж итщ Мусэ бегъымбарыр Тхьэуэ Зиусхьэным «Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я ТхьэкӀэ» зэреджэр.</verse>
				<verse number="38">Абы къикӀыр Тхьэр псэухэмрэ лӀауэ жыхуаӀэхэмрэ я Тхьэу зэрыщытырщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы дежкӀэ псори псэууэ щытщи.</verse>
				<verse number="39">Хьисэ ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, хъарзынэу жыпӀащ.</verse>
				<verse number="40">Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым итӀанэ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ абыхэм яжриӀащ абдежым: – Мэссихь Даут и къуэу дауэ жаӀэнкӀэ хъуа?</verse>
				<verse number="42">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Даут мыпхуэдэу зэрыжиӀар Сабурым иткъэ: «Сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ Тхьэуэ Зиусхьаным: Уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?</verse>
				<verse number="43"></verse>
				<verse number="44">– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?</verse>
				<verse number="45">ЦӀыху псори едаӀуэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:</verse>
				<verse number="46">– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀын яфӀэфӀщ. Синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щаубыдыныр я щӀасэщ.</verse>
				<verse number="47">Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="21">
				<verse number="1">Тхьэм и унэшхуэм щӀэту щыплъэм, Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр цӀыху бейхэм пхъуантэхэм далъхьэу илъэгъуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="2">ЯкӀэлъыплъурэ фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэрми гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ пхъуантэм дилъхьэу илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="3">– Пэжыр нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – мы фызабэ тхьэмыщкӀэм адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;</verse>
				<verse number="4">мобыхэм къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, а фызабэм зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту дилъхьащ пхъуантэм.</verse>
				<verse number="5">Мывэ дахэхэмкӀэ икӀи тыгъэу цӀыхухэм Тхьэм хуащӀамкӀэ Тхьэм и унэшхуэр екӀуу гъэщӀэрэщӀауэ зэрыщытым цӀыху гуэрхэр щытепсэлъыхьым, Хьисэ жиӀащ:</verse>
				<verse number="6">– Мыбдежым щыфлъагъуращ: мывитӀ къызэтемынэжу, псори къыщызэтекъутэну махуэхэр къэсынущ.</verse>
				<verse number="7">– Дин егъэджакӀуэ, уэ а жыхуэпӀэ Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур икӀи ахэр къызэрыхъунум и нэщэнэхэр сыт? – къеупщӀащ ахэр.</verse>
				<verse number="8">– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.</verse>
				<verse number="9">Зауэхэм я хъыбархэмрэ цӀыхухэм къэралхэм я гъэпсыкӀэр якъутэжыну къызэрызэщӀэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.</verse>
				<verse number="10">– Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">– ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ икӀи уз зэрыцӀалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ. УафэмкӀи шынагъуэшхуэ нэщэнэхэр къикӀынущ.</verse>
				<verse number="12">– Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ.</verse>
				<verse number="13">Апхуэдэу щыхъукӀэ, абыхэм я пащхьэм хъыбарыфӀым щыхьэт фыщытехъунущ.</verse>
				<verse number="14">Ауэ мыр фигу ифлъхьэ: Зывгъэхеин щхьэкӀэ, нэхъапэ щӀыкӀэкӀэ вгъэхьэзырыным фыпымылъ;</verse>
				<verse number="15">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.</verse>
				<verse number="16">Фэ фи адэ-анэхэми, фи къуэшхэми, фи благъэхэми, фи ныбжьэгъухэми тепщэныгъэ зиӀэхэм фрагъэубыдынущ, фщыщ гуэрхэри яукӀынущ.</verse>
				<verse number="17">Фэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.</verse>
				<verse number="18">Ауэ зы щхьэц налъи фи щхьэцым хэкӀуэдыкӀынукъым.</verse>
				<verse number="19">Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.</verse>
				<verse number="20">– Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукӀэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщӀэнущ.</verse>
				<verse number="21">Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж абы щыгъуэ, къалэм дэсхэри абы дрекӀыж, губгъуэм итхэри къалэм дремыхьэж.</verse>
				<verse number="22">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори, пэж хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀахэр Тхьэм щаригъэпшыныжын махуэщ ахэр.</verse>
				<verse number="23">ЦӀыхубз лъэщыджэхэмрэ сабий быдзафэ зиӀэхэмрэ гъуэгу мыгъуэ теувэнущ а махуэхэм. Мы къэралым и цӀыхухэр гугъуехьышхуэ хэхуэнущ, Тхьэри мы лъэпкъым ину къыхуэгубжьынущ.</verse>
				<verse number="24">Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.</verse>
				<verse number="25">– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ. ЩӀым тет лъэпкъхэм ящӀэнур ямыщӀэурэ ягухэр кӀуэдынущ. Хыри ину къэукъубеинурэ, и макъ шынагъуэр къэӀунущ.</verse>
				<verse number="26">Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр пшэм хэтрэ, лъэкӀыныгъэшхуэ, щӀыхьышхуэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="28">А Ӏуэхухэм къэхъуу щыщӀадзэкӀэ, фытэджи, фи щхьэр къэфӀэт, Тхьэм гугъуехьыр щыфщхьэщихыжыну махуэр къэблэгъащи.</verse>
				<verse number="29">Хьисэ ущие хъыбар гуэр яжриӀащ итӀанэ: – Ахъуо жыгымрэ адрей жыг псомрэ феплъ.</verse>
				<verse number="30">Жыгхэм къэтӀэпӀу щыщӀадзэкӀэ, зыми къывжимыӀэми, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэу, мы Ӏуэхухэр къэхъуу щыфлъагъукӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуар зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="32">– Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, а Ӏуэху псори къэхъунущ.</verse>
				<verse number="33">Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.</verse>
				<verse number="34">– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.</verse>
				<verse number="35">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэр щӀы гущӀыӀум щыпсэу цӀыху псоми хъым хуэдэу къащхьэрипхъуэнущ.</verse>
				<verse number="36">Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.</verse>
				<verse number="37">Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ, ауэ жэщ къэскӀэ къалэм дэкӀырти, Елеон Ӏуащхьэм жэщыр щигъакӀуэрт.</verse>
				<verse number="38">Жьыуэ, пщэдджыжь къэс, Хьисэ едэӀуэну цӀыху псори, Тхьэм и унэшхуэм кӀуэрт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="22">
				<verse number="1">ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх ӀутӀыжкӀэ зэджэ махуэшхуэхэр къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="2">Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ.</verse>
				<verse number="4">Иудэ дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэмрэ я деж кӀуэри, Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэмкӀэ епсэлъащ.</verse>
				<verse number="5">Ахэр гуфӀащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ.</verse>
				<verse number="6">Арати, Иудэ абыхэм я мурадыр ядищтэри, цӀыху гупышхуэм ямыщӀэу Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ, игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="7">ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжын хуей махуэр къэсащ.</verse>
				<verse number="8">Арати, Хьисэ Петррэ Иуанрэ я пщэ ирилъхьащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – ФыкӀуи, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр тшхын щхьэкӀэ, вгъэхьэзыр.</verse>
				<verse number="9">Дэнэ щыдгъэхьэзырыну ухуей? – къеупщӀащ ахэр.</verse>
				<verse number="10">– ФыкъэдаӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Къалэм фызэрыдыхьэу, лӀы гуэр, псы кхъуэщын ихьу, къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту, ар зыщӀыхьэ унэм фэри фыщӀыхьэ.</verse>
				<verse number="11">Унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм къыбжеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?»</verse>
				<verse number="12">ГъэщӀэрэщӀауэ пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ абы щыгъуэ. Абдежым псори щывгъэхьэзыр.</verse>
				<verse number="13">Ахэр кӀуэщ, Хьисэ зэражриӀам хуэдэу псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="14">ПӀалъэр къыщысым, апостол пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.</verse>
				<verse number="15">– Гугъуехь сшэчынум и пэ къихуэу мы ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр фи гъусэу сшхыну гукъыдэжышхуэ сиӀащ, – яжриӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="16">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсу, ӀутӀыж махуэшхуэм къикӀыр зэщӀэхукӀэ, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ сэ сшхыжынукъым.</verse>
				<verse number="17">Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, Хьисэ жиӀащ: – Мыр къафщти, мыбы итым щыщ фыкъыздефэ;</verse>
				<verse number="18">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыхукӀэ, санэ сефэжынукъым.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.</verse>
				<verse number="20">Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, фалъэр къищтэри, Хьисэ жиӀащ: – Мы фалъэм санэу итым къикӀыр зэгурыӀуэныгъэщӀэу Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэр аращ. ФӀы къыфхуэдэкӀуэн щхьэкӀэ а зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ.</verse>
				<verse number="21">Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ.</verse>
				<verse number="22">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, Тхьэм зэриухам тету, дунейм ехыжынущ. Ар тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ ар щыжиӀэм, и гъуэгу ирикӀуэхэм зэупщӀыжу щӀадзащ: – Дэ тщыщу хэт ар зыщӀэну зи гум илъыр?</verse>
				<verse number="24">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуеймкӀэ зэдауэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="25">– Дунейм тет пащтыхьхэр цӀыхухэм я пщэм дэсщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Тепщэныгъэ зиӀэхэм цӀыхухэр фӀы зыщӀэкӀэ зрагъаджэ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу.</verse>
				<verse number="27">Хэт нэхъ иныр: Ӏэнэм бгъэдэсыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм бгъэдэсыракъэ? Ауэ сэ щхьэгъэрытым хуэдэу сыфхэтщ.</verse>
				<verse number="28">Гугъуехь сшэчу щыщытам си гъусар фэращ.</verse>
				<verse number="29">Сэ тепщэныгъэ сиӀэну си Адэм къызэрызитам хуэдэу, фэри тепщэныгъэ фиӀэну фызот.</verse>
				<verse number="30">Си Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, си Ӏэнэм фыбгъэдэсу фышхэнущ икӀи фефэнущ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум ятефщӀыхьынуи тахътэхэм фытетӀысхьэнущ.</verse>
				<verse number="31">– Симон, Симон, къэдаӀуэ. МэкъумэшыщӀэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкӀым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкӀэ, шейтӀаным Тхьэм хуитыныгъэ къыӀихащ.</verse>
				<verse number="32">Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.</verse>
				<verse number="33">– Зиусхьэн, сэ уи гъусэу лъэхъуэщым сыкӀуэнуи лӀэныгъэм сыӀущӀэнуи сыхуэхьэзырщ, – къыжриӀащ Симон Хьисэ.</verse>
				<verse number="34">– Петр, сэ ныбжызоӀэ, нобэ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="35">– Бохъши хъуржыни фымыӀыгъыу, вакъи флъымыгъыу фыщыдэзгъэкӀым, зыгуэрым фыхуэныкъуа? – яжриӀащ Хьисэ. – Хьэуэ, зыми дыхуэныкъуакъым, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="36">– Ауэ иджы бохъши хъуржыни зиӀэм здрещтэ, – яжриӀащ Хьисэ. – Джатэ зимыӀэм и щыгъын щӀыӀутелъыр ирещи, джатэ кърещэху.</verse>
				<verse number="37">Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.</verse>
				<verse number="38">– Зиусхьэн, мис, джатитӀ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм. – Ар ирикъунущ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="39">Ерусалим дэкӀри, зэрихабзэу, Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм дэкӀуащ. И гъуэгу ирикӀуэхэри щӀыгъут.</verse>
				<verse number="40">ЗдэкӀуэну щӀыпӀэм нэса нэужь, яжриӀащ: – Гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="41">Мывэ дзыгъуэ хуэдизкӀэ абыхэм ябгъэдэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ:</verse>
				<verse number="42">– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.</verse>
				<verse number="43">Абы ирихьэлӀэу зы мелыӀыч уафэм къехри, къару къритыну и пащхьэм къихутащ.</verse>
				<verse number="44">Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.</verse>
				<verse number="45">Тхьэм елъэӀуа нэужь, къэтэджыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щыкӀуэм, ахэр гузэвэгъуэшхуэм хэтурэ Ӏурихауэ ярихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="46">– Сыт фыщӀэжейр? – яжриӀащ абыхэм. – Фыкъэтэджи, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="47">Хьисэ и псалъэр имыухауэ, абы и гъуэгу ирикӀуэ пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ зи цӀэр япэ иту цӀыху гуп къэкӀуащ. Ба хуищӀыну Иудэ Хьисэ къыбгъэдыхьащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иудэ Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат: «Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр».</verse>
				<verse number="48">– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ба зэрыхуэпщӀым къикӀыр ар тепщэныгъэ зиӀэхэм ебгъэубыдэу ара? – еупщӀащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="49">Къэхъунум гу щылъатэм, Хьисэ и гъусэхэм жаӀащ: – Зиусхьэн, джатэхэмкӀэ дахэуэн?</verse>
				<verse number="50">Хьисэ и гъусэхэм ящыщ зыр дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэхуащ.</verse>
				<verse number="51">– Щывгъэт! И ужь икӀ! – жиӀащ Хьисэ. А унэӀутым и тхьэкӀумэм теӀэбэри игъэхъужащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="52">Зубыдыну къэкӀуа дин пашэшхуэхэм, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэм, нэхъыжьхэм Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи?</verse>
				<verse number="53">Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.</verse>
				<verse number="54">Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ.</verse>
				<verse number="55">ПщӀантӀэ кӀуэцӀым мафӀэ щащӀу щызэхэтӀысхьэжым, Петри абыхэм яхэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="56">УнэӀут хъыджэбз гуэрым Петр мафӀэм бгъэдэсу къилъагъури, набдзэгубдзаплъэу къеплъыри, жиӀащ: – Мыри Хьисэ и гъусэу щытащ.</verse>
				<verse number="57">– Хьэуэ, хъыджэбз, – жиӀащ Петр, – ар сэ сцӀыхуркъым.</verse>
				<verse number="58">ТӀэкӀу дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрым Петр къилъагъури жиӀащ: – Уэри абыхэм уащыщщ. – Хьэуэ, щӀалэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жриӀащ Петр а лӀым.</verse>
				<verse number="59">Зы сыхьэт хуэдиз дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрми жиӀэрт щӀимычэу: – Шэч хэмылъу, мы лӀыри абы и гъусэу щытащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Галилейм щыщщ.</verse>
				<verse number="60">– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым, – жриӀащ Петр а лӀым. Асыхьэтым, Петр и псалъэр имыух щӀыкӀэ, адакъэ Ӏуащ.</verse>
				<verse number="61">Зиусхьэным зыкъригъэзэкӀри, Петр къеплъащ. Зиусхьэным къыжриӀэгъа псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ: «Нобэ, адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ».</verse>
				<verse number="62">Ар игу къыщыкӀыжым, Петр пщӀантӀэм дэкӀри, игу хэщӀу гъащ.</verse>
				<verse number="63">Хьисэ зыхъумэхэр къыщыдыхьэшхырт икӀи къаубэрэжьырт.</verse>
				<verse number="64">И нэхэр щапхэри, енэпэфауэурэ къеупщӀащ: – Убегъымбармэ, уэ къоуар хэтми къыджеӀэт.</verse>
				<verse number="65">КъыхущӀэджэурэ, нэгъуэщӀ Ӏэджи къыжраӀащ.</verse>
				<verse number="66">Нэху щыщым, цӀыхухэм я нэхъыжьхэри, дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри къызэхуэсри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ ирашащ.</verse>
				<verse number="67">– Мэссихьыр уэрамэ, къыджеӀэ, – къыжраӀащ. – Сэ вжесӀэми, ар фэ фи фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="68">– Сэри сынывэупщӀмэ, жэуап къызэфтынукъым икӀи сывутӀыпщыжынукъым.</verse>
				<verse number="69">Ауэ иджы къыщыщӀэдзауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысынущ.</verse>
				<verse number="70">– АтӀэ, Тхьэм ури-Къуэщ, ара? – къеупщӀащ псори. – Фэ зэрыжыфӀэм сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="71">– Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дэ дыщӀыхуеижыр? – жаӀащ абыхэм. – Езым и жьэкӀэ жиӀэу зэхэтхакъэ?</verse>
			</chapter>
			<chapter number="23">
				<verse number="1">Хасэм хэта псори къэтэджыжри, Пилат Ӏэтащхьэм деж Хьисэ яшащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.</verse>
				<verse number="3">– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">Пилат дин пашэшхуэхэмрэ цӀыху гупышхуэмрэ яжриӀащ итӀанэ: – Мы лӀым зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.</verse>
				<verse number="5">Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс, Иудей хэку псор, дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм яригъащӀэ ӀуэхухэмкӀэ зэӀещӀэ, – трагъэчыныхьырт мыдрейхэм.</verse>
				<verse number="6">Галилей псалъэр щызэхихым, Пилат щӀэупщӀащ: – Мы лӀыр Галилей щыщ?</verse>
				<verse number="7">Ирод зипщ хэкум Хьисэ зэрыщыщыр къыщищӀэм, Пилат Ирод деж Хьисэ иригъэшащ, а махуэ дыдэхэм Ирод пщыр Ерусалим къэкӀуауэ щыӀэти.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ щилъагъум, Ирод икъукӀэ гуфӀащ, Хьисэ и хъыбар зэхихати, зригъэлъагъумэ, куэд щӀауэ фӀэфӀти. Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр къригъэлъагъункӀэ гугъэрт ар.</verse>
				<verse number="9">Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым.</verse>
				<verse number="10">Абдежым щыт дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт.</verse>
				<verse number="11">Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.</verse>
				<verse number="12">Пилатрэ Иродрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ а махуэ дыдэм. Абы и пэкӀэ зэбийуэ щытащ.</verse>
				<verse number="13">Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри,</verse>
				<verse number="14">яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым.</verse>
				<verse number="15">Ирод пщыми къуаншэу илъытакъым ар, аращ къыщӀытхуригъэшэжар. Фэ зэрыфлъагъущи, укӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.</verse>
				<verse number="16">Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнурэ, сутӀыпщыжынущ.</verse>
				<verse number="17">Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ ӀутӀыж махуэшхуэм и хьэтыркӀэ Пилат цӀыхухэм къахуиутӀыпщыжын хуейуэ хабзэу щытащ.</verse>
				<verse number="18">ЦӀыхухэм зэрыгъэгуоууэ щӀадзащ: – Ар укӀыпхъэщ! Вараввэ къытхуэутӀыпщыж.</verse>
				<verse number="19">А Вараввэ зи цӀэр, къалэм дэсхэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щытащ.</verse>
				<verse number="20">Пилат Ӏэтащхьэм Хьисэ къиутӀыпщыжыну хуейти, аргуэру цӀыхухэм захуигъэзэри къепсэлъащ.</verse>
				<verse number="21">Ауэ ахэр зэрыгъэгуоурт: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="22">– Мы лӀым сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? УкӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ ищӀауэ езгъуэтылӀакъым. Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнщи, сутӀыпщыжынщ, – ещанэу яжриӀащ Пилат Ӏэтащхьэм абыхэм.</verse>
				<verse number="23">– Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ цӀыхухэр, зыпамыгъэууэ, макъ лъагэкӀэ кӀийрт, я кӀий макъымкӀи зыхуейр зрагъэхъулӀащ.</verse>
				<verse number="24">Арати, цӀыхухэр зыхуейр Пилат яхуищӀэну триубыдащ.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="26">Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. Я бгъэгум еуэжурэ, Хьисэ зыгъей цӀыхубзхэри яхэтт.</verse>
				<verse number="28">Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ: – Ерусалим цӀыхубзхэ! Сэр щхьэкӀэ фымыгъ, ауэ фи щхьэмрэ фи бынхэмрэ щхьэкӀэ фыгъ;</verse>
				<verse number="29">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЦӀыхубзу бын къызыщӀэмыхъуахэри, иджыри мылъхуахэри, быдз езымыгъэфахэри гъуэгу махуэ теуващ» щыжаӀэну махуэхэр къэсынущ.</verse>
				<verse number="30">Абы щыгъуэ бгыхэм: «ЗыкъыттефӀубэ!» Ӏуащхьэхэми: «Дыкъэфхъумэ!» жраӀэнущ.</verse>
				<verse number="31">Жыгыр щхъуантӀэу щытыху, цӀыхухэм мыпхуэдэ Ӏуэхухэр щащӀэфкӀэ, жыгыр гъужа нэужь, нэхъыкӀэжыр яхуэщӀэнукъэ?</verse>
				<verse number="32">Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀыну бзэджащӀитӀ дашащ.</verse>
				<verse number="33">«Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм щынэсым, Хьисэ жорым щраӀулӀащ абдеж. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀащ.</verse>
				<verse number="34">– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.</verse>
				<verse number="35">Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж.</verse>
				<verse number="36">ЗауэлӀхэми, Хьисэ щыдыхьэшхыурэ къыбгъэдыхьэри, серчэ къыхуашийурэ,</verse>
				<verse number="37">къыжраӀащ: – Уэ журтхэм урапэщтыхьыр пэжмэ, умыкӀуэду зыкъегъэлыж.</verse>
				<verse number="38">АлыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи, журтыбзэкӀи тетхауэ Хьисэ и щхьэмкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» псалъэхэр тету.</verse>
				<verse number="39">Абдежым щраӀулӀа бзэджащӀитӀым я зым, Хьисэ къыщӀэнакӀэри, жиӀащ: – Уэракъэ Мэссихьыр? Уэри дэри дымыкӀуэду дыкъегъэл!</verse>
				<verse number="40">Адрей лӀыр абы егиящ: – Уэ Тхьэм ущышынэркъэ? Мы лӀым тращӀыхьа хьэкумыр уэри къыптращӀыхьакъэ?</verse>
				<verse number="41">Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым.</verse>
				<verse number="42">ИтӀанэ жиӀащ: – Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж.</verse>
				<verse number="43">– Пэжыр ныбжызоӀэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым.</verse>
				<verse number="44">Шэджагъуэ хъуащ икӀи сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ,</verse>
				<verse number="45">дыгъэр ункӀыфӀати. Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр тӀууэ къызэгуэтхъащ.</verse>
				<verse number="46">– Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, – макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ.</verse>
				<verse number="47">ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.</verse>
				<verse number="48">А псом еплъыну къызэхуэса цӀыху гупышхуэр, къэхъуар ялъэгъуа нэужь, я бгъэм еуэжурэ, я унэхэм кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="49">Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт.</verse>
				<verse number="50">Исуф зи цӀэ лӀы гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм яхэтт. Ар щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуфӀт.</verse>
				<verse number="51">Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм я унафэр абы ядищтэгъакъым. А Исуфыр Иудей хэкум хыхьэ Аримафей жылэм щыщт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэу щытащ.</verse>
				<verse number="52">Ар Пилат Ӏэтащхьэм деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="53">ИтӀанэ хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей хужь джэбын иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэу зэи зыри зыщӀамылъхьам щӀилъхьэжащ.</verse>
				<verse number="54">А махуэр мэрем махуэт, щэбэт махуэри къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="55">Хьисэ и гъусэу Галилейм къикӀыгъа цӀыхубзхэм, Исуф щӀыгуу кӀуэри, кхъэлэгъунэри хьэдэр абы зэрыщӀилъхьэжари ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="56">ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="24">
				<verse number="1">Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу.</verse>
				<verse number="2">Кхъэлэгъунэм и щӀыхьэпӀэм Ӏулъа мывэшхуэр ӀугъэкӀуриикӀауэ ӀущӀащ абы кӀуахэр.</verse>
				<verse number="3">Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, Зиусхьэну Хьисэ и хьэдэр щагъуэтакъым.</verse>
				<verse number="4">Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхубзхэм, къэщтауэ, я щхьэхэр щыщӀагуэм, а лӀитӀым къыжраӀащ: – Псэур лӀахэм я деж сыт къыщӀыщыфлъыхъуэр?</verse>
				<verse number="6">Ар мыбдежым щыӀэжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Галилей хэкум щыщыӀам, абы мыпхуэдэу къызэрывжиӀэгъар фигу къэвгъэкӀыж:</verse>
				<verse number="7">«ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэн хуейщ, жорми ираӀулӀынущ, ауэ ар ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ».</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу щыжаӀэм, Хьисэ и псалъэхэр ягу къэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузымрэ адрей я гъуса псомрэ а Ӏуэхугъуэ псори хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="10">Апостолхэм ар яжезыӀэжар мы цӀыхубзхэрщ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Иуаннэ, Екъуб и анэ Мэрием, абыхэм я гъуса адрей цӀыхубзхэр.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхубзхэм жаӀам къимыкӀауэ апостолхэм ялъытащ, я фӀэщи хъуакъым.</verse>
				<verse number="12">Петр тэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу, кхъэлэгъунэм щыщӀэплъэм, чэсей хужь джэбынхэм фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. А къэхъуар игъэщӀагъуэу, и унэм игъэзэжащ.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ километр пщыкӀузкӀэ Ерусалим пэжыжьэ Эммаус жылэм кӀуэрт а махуэ дыдэм.</verse>
				<verse number="14">ЗдэкӀуэм, къэхъуа псоми тепсэлъыхьырт.</verse>
				<verse number="15">Ахэр зэпсалъэу, зэчэнджэщу гъуэгу здытетым, Хьисэ къабгъурыувэри, я гъусэу ядэкӀуащ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ абыхэм я нэхэр къыщипхъуати, ар зэры-Хьисэр яцӀыхужакъым.</verse>
				<verse number="17">– Гъуэгум фытету сыт фызытепсэлъыхьыр? ФыщӀэнэщхъейри сыт? – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="18">Ерусалим дэсхэм ящыщу абы мы махуэхэм къыщыхъуар зымыщӀэр уэ зы закъуэрауэ къыщӀэкӀынущ, – жиӀэри абыхэм ящыщ зым, Клеопэ зи цӀэм, Хьисэ къыжриӀащ.</verse>
				<verse number="19">– Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар. – Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ.</verse>
				<verse number="20">Дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэмрэ укӀ трырагъэлъхьэн щхьэкӀэ, ар Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀагъыхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ.</verse>
				<verse number="21">Израил лъэпкъым щхьэхуитыныгъэ къритынкӀэ дыщыгугъырт абы.</verse>
				<verse number="22">А псори къызэрыхъурэ нобэ махуэ ещанэщ, ди цӀыхубзхэм ящыщ гуэрхэми хъыбар гъэщӀэгъуэн къытхуаӀуэтащ. Ахэр пщэдджыжьым жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат,</verse>
				<verse number="23">ауэ Хьисэ и хьэдэр ягъуэтыжакъым. Къыщагъэзэжым, мелыӀычитӀ къахуэкӀуэри, абыхэм Хьисэ псэууэ къыжраӀауэ къыджаӀэжащ.</verse>
				<verse number="24">Дэ тщыщ гуэрхэр кхъэлэгъунэм кӀуати, цӀыхубзхэм зэрыжаӀам хуэдэу ирахьэлӀащ, ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым.</verse>
				<verse number="25">– Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="26">– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?</verse>
				<verse number="27">Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="28">ЗдэкӀуэ жылэм гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу абы блэкӀыну фэ тетт.</verse>
				<verse number="29">Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ: – Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ. Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.</verse>
				<verse number="30">Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.</verse>
				<verse number="31">Абы ирихьэлӀэу я нэхэр къэплъэжри, зэры-Хьисэр къацӀыхужащ. КъацӀыхужа нэужь, Хьисэ бзэхыжри, ялъагъужакъым.</verse>
				<verse number="32">– Гъуэгум дыщытетым, Хьисэ къыдэпсалъэурэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къыдгуригъаӀуэ щыхъум, и псалъэхэмкӀэ дигъэгуфӀэрэ дигухэр мафӀэм хуэдэу къызэщӀигъэнауэ щытакъэ? – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="33">Асыхьэтым ахэр къэтэджыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ. Апостол пщыкӀузымрэ я гъусэхэмрэ зэхуэсыжауэ ӀущӀэжащ.</verse>
				<verse number="34">– Зиусхьэныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, ар щыпкъэщ, Симони зыкъригъэлъэгъуащ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">Езыхэм гъуэгум къащыщыщӀари, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀым, Хьисэ къызэрацӀыхужари къаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="36">Ахэр мы Ӏуэхухэм щытепсэлъыхьым, езы Хьисэ яхэувэри, яжриӀащ: – Фигу ирезагъэ.</verse>
				<verse number="37">АпхуэдизкӀэ шынэрти, ягухэр щӀэхуащ, хьэдрыхэпсэ ялъагъуу къафӀэщӀащ.</verse>
				<verse number="38">– Сыт фыщӀэгузавэр? – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт фи гум шэч къыщӀихьэр?</verse>
				<verse number="39">Си Ӏэхэми си лъакъуэхэми фыкъеплъ. Сэр дыдэращ мыр. ФыкъыстеӀэби, феплъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэдрыхэпсэм фэи, лыи, къупщхьи иӀэкъым, сэ сиӀэу зэрыфлъагъум хуэдэу.</verse>
				<verse number="40">Ар жиӀэри, и Ӏэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ яригъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="41">ГуфӀэгъуэшхуэм къыхэкӀыу я фӀэщ мыхъуу ягъэщӀагъуэ щыхъум, яжриӀащ: – Мыбдежым шхын гуэр щывиӀэу пӀэрэ?</verse>
				<verse number="42">Ар щыжиӀэм, бдзэжьей гъэжьа ныкъуэ къратащ.</verse>
				<verse number="43">Ар къаӀихри, я пащхьэм щишхащ.</verse>
				<verse number="44">– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="45">ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,</verse>
				<verse number="46">къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.</verse>
				<verse number="47">Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.</verse>
				<verse number="48">Фэ а Ӏуэху псоми фрищыхьэтщ.</verse>
				<verse number="49">ФыкъэдаӀуэ, си Адэм фыкъызэригъэгугъар къыфхуезгъэхынущ. Ауэ уафэм къикӀыу къару къыфхуехыху, Ерусалим къалэм фыкъыдэнэ.</verse>
				<verse number="50">Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="51">Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.</verse>
				<verse number="52">Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ щӀыхь хуащӀу, ахэр лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, Ерусалим ягъэзэжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="53">Тхьэм щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт зэпытащ иужькӀэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="43">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">ЩӀэдзапӀэм деж Псалъэр щыӀащ. Ар Тхьэм деж щыӀащ, а Псалъэр Тхьэуэ аращ.</verse>
				<verse number="2">ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ, а Псалъэр Тхьэм деж щыӀащ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="4">МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="5">Нэхур кӀыфӀыгъэм къыщонэху, кӀыфӀыгъэр нэхум пэлъэщакъым.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм къигъэкӀуауэ, лӀы гуэр дунейм къытехьащ. Иуант абы и цӀэр.</verse>
				<verse number="7">Иуан нэхум щыхьэт техъуэну къэкӀуащ, цӀыху псоми а нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Езыр нэхутэкъым, ауэ нэхум щыхьэт техъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм къигъэкӀуащ ар.</verse>
				<verse number="9">Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.</verse>
				<verse number="10">А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым.</verse>
				<verse number="11">Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.</verse>
				<verse number="12">Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.</verse>
				<verse number="13">Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.</verse>
				<verse number="14">А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.</verse>
				<verse number="15">Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ: – Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».</verse>
				<verse number="16">Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ.</verse>
				<verse number="17">Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="19">Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,</verse>
				<verse number="20">Иуан, пэжыр имыбзыщӀу, нахуэу жиӀащ: – Сэракъым Мэссихьыр.</verse>
				<verse number="21">– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.</verse>
				<verse number="22">– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ Иуан. – ДыкъэзыгъэкӀуахэм еттыжыну жэуапыр къыджеӀэ. Сыт уэ уи щхьэм щхьэкӀэ къыджепӀэнур?</verse>
				<verse number="23">– Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.</verse>
				<verse number="24">А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.</verse>
				<verse number="25">Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?</verse>
				<verse number="26">– Сэ цӀыхухэр соумэхъ, – яжриӀащ Иуан. – Ауэ фымыцӀыху гуэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="27">Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.</verse>
				<verse number="28">А псори къыщыхъуар Вифание жылэращ, Иорданыпсым и адрыщӀу Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щытарщ.</verse>
				<verse number="29">Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.</verse>
				<verse number="30">Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».</verse>
				<verse number="31">Ар сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ сэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъыщӀэкӀуар израил цӀыхухэм ар хэтми езгъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ щыхьэт техъуэурэ, Иуан жиӀащ итӀанэ:</verse>
				<verse number="32">– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр тхьэрыкъуэм хуэдэу уафэм Хьисэ къыхуехауэ къызэрыщхьэщытыр слъэгъуащ.</verse>
				<verse number="33">Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».</verse>
				<verse number="34">Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.</verse>
				<verse number="35">Иуан езым и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀ и гъусэу, а щӀыпӀэм деж щытащ етӀуанэ махуэми.</verse>
				<verse number="36">Хьисэ къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр.</verse>
				<verse number="37">Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="38">Хьисэ къызэплъэкӀри, ахэр езым и ужь иувауэ щилъагъум, яжриӀащ: – Сыт фэ фызыхуейр? – Равви, дэнэ ущыпсэур? – къеупщӀащ ахэр. (Раввим къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэщ».)</verse>
				<verse number="39">– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.</verse>
				<verse number="40">Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.</verse>
				<verse number="41">Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)</verse>
				<verse number="42">Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)</verse>
				<verse number="43">Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.</verse>
				<verse number="44">А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.</verse>
				<verse number="45">Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.</verse>
				<verse number="46">– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.</verse>
				<verse number="47">Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.</verse>
				<verse number="48">– Дэнэ сыкъыщыпцӀыхурэ? – къеупщӀащ Нафанаил Хьисэ. – Филипп къоджэн и пэкӀэ, ахъуо жыгым и щӀагъым ущыщӀэтым, услъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="49">– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.</verse>
				<verse number="50">– Ахъуо жыгым и щӀагъым ущӀэту услъэгъуащ зэрыбжесӀам щхьэкӀэ, уи фӀэщ хъуащ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныщи плъагъунущ.</verse>
				<verse number="51">Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ: – Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу флъагъунущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм хьэгъуэлӀыгъуэ щыӀащ ещанэ махуэм. Хьисэ и анэри абы ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="2">Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.</verse>
				<verse number="3">Фадэр щаухым, анэм Хьисэ жриӀащ: – Санэ яӀэжкъым.</verse>
				<verse number="4">– А цӀыхубз, сыт сэ си Ӏуэхуу абы хэлъыр? Си пӀалъэр иджыри къэсакъым, – жриӀащ Хьисэ и анэм.</verse>
				<verse number="5">– Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.</verse>
				<verse number="6">Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.</verse>
				<verse number="7">– Псылъэхэм псы изу ивгъахъуэ, – яжриӀащ Хьисэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм. Арати, изыбзэу ирагъэхъуащ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Псылъэхэм хуэм-хуэмурэ къифхи, хьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм зэфэн хуэфхь. Апхуэдэуи ящӀащ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэмадэр фадэ хъуа псым еӀубащ. Санэр къыздикӀар ищӀэртэкъым, а псыр псылъэхэм къизыха ӀуэхутхьэбзащӀэхэрт зыщӀэр. ХьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм щауэр къриджэри,</verse>
				<verse number="10">жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.</verse>
				<verse number="12">И анэри, и къуэшхэри, и гъуэгу ирикӀуэхэри и гъусэу, Хьисэ Капернаум къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ. Махуэ зыщыплӀкӀэ щыӀащ а къалэм.</verse>
				<verse number="13">Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, выхэр, мэлхэр, тхьэрыкъуэхэр зыщэхэри, ахъшэ зыхъуэжхэри Ӏэнэхэм пэрысу абы щӀилъэгъуащ.</verse>
				<verse number="15">КӀапсэм щӀопщ къыхищӀыкӀри, еуэурэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт псори, выхэри мэлхэри я гъусэу, къыщӀихуащ. Ахъшэ зыхъуэжхэми я Ӏэнэхэр щхьэпридзащ, я ахъшэхэри ирикъухьащ.</verse>
				<verse number="16">– Мыхэр Ӏуфх. Си Адэм и унэр сатущӀыпӀэ фымыщӀ, – яжриӀащ Хьисэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм.</verse>
				<verse number="17">«Уэ уи унэм сызэрыфӀэлӀыкӀым щхьэкӀэ согузавэ» псалъэхэр Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягу къэкӀыжащ абдежым.</verse>
				<verse number="18">Журтхэм Хьисэ къыжраӀащ абы щыгъуэ: – Мыр пщӀэну хуитыныгъэ зэрыуиӀэм и щыхьэту сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ дыбгъэлъагъун?</verse>
				<verse number="19">– Мы тхьэ унэр зэхэфкъути, сэ махуищкӀэ зэтезгъэувэжынщ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="20">– Мы тхьэ унэр илъэс плӀыщӀрэ хыкӀэ ящӀащ, – жаӀащ журтхэм, – уэ ар махуищкӀэ зэтебгъэувэжыфынуи?</verse>
				<verse number="21">Хьисэ тхьэ унэ жыхуиӀар езым и пкъырат.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="23">ӀутӀыж махуэшхуэм Ерусалим щыщыӀэм, Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къигъэлъэгъуахэр я нэгу щӀэкӀати, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="24">Ауэ Хьисэ цӀыхухэм дзыхь яхуищӀыртэкъым, ахэр псори фӀыуэ ицӀыхурти.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="3">– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">– ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?</verse>
				<verse number="5">– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.</verse>
				<verse number="7">«ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ.</verse>
				<verse number="8">Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.</verse>
				<verse number="9">– Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.</verse>
				<verse number="10">– Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.</verse>
				<verse number="12">Мы дунейм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀащ, фэ фи фӀэщ хъуркъым. Уафэм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀэмэ, дауэ фи фӀэщ зэрыхъунур?</verse>
				<verse number="13">Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ.</verse>
				<verse number="14">Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,</verse>
				<verse number="15">езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэ зыми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="16">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм езым и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъэкъуэншэнукъым, ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ дэтхэнэри Тхьэм игъэкъуэншакӀэщ и Къуэ закъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрымыхъуам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.</verse>
				<verse number="20">Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым.</verse>
				<verse number="21">Ауэ щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри нэхум йокӀуалӀэ, Тхьэм и псэм зэрыщыщым папщӀэ а Ӏуэхухэр зэрилэжар нахуэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.</verse>
				<verse number="23">Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.</verse>
				<verse number="24">А зэманым Иуан лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым.</verse>
				<verse number="25">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="26">И гъуэгу ирикӀуэхэр и деж къакӀуэри, Иуан къыжраӀащ: – Равви, еплъ, Иорданыпсым и адрыщӀым уэ узигъуса икӀи щыхьэт узытехъуа лӀым цӀыхухэр щеумэхъ икӀи цӀыху псори абы и деж къокӀуэ.</verse>
				<verse number="27">– Тхьэм лъимыгъэкӀмэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым, – жиӀащ Иуан.</verse>
				<verse number="28">– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.</verse>
				<verse number="29">НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ.</verse>
				<verse number="30">Ар нэхъ ин хъун хуейщ, сэ нэхъ цӀыкӀу сыхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="31">– ИщхьэкӀэ къехыр псоми ящхьэжщ. Ауэ щӀылъэм щыщыр щӀылъэм ейщ, щӀылъэм тетхэр зэрыпсалъэм хуэдэу ари мэпсалъэ. Уафэм къехыр псоми ящхьэщ.</verse>
				<verse number="32">Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым.</verse>
				<verse number="33">Абы и щыхьэтыгъэр зыдам Тхьэр зэрыщыпкъэр идауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="34">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.</verse>
				<verse number="35">Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ.</verse>
				<verse number="36">Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм нэхърэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр нэхъыбэ хъуурэ, Хьисэ ахэр зэриумэхъым и хъыбарыр фарисейхэм зэралъэӀэсар Хьисэ къищӀащ.</verse>
				<verse number="2">(Ахэр зыумэхъыу щытар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр арщ, езы Хьисэкъым.)</verse>
				<verse number="3">А хъыбарыр щызэхихым, Иудей хэкум икӀри, Галилей хэкум кӀуэжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">Самарие хэкум кӀуэцӀрыкӀыну къыпэщытт Хьисэ.</verse>
				<verse number="5">КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут.</verse>
				<verse number="6">А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ. Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="9">Уэ ужуртщ, сэ Самарие сыщыщ цӀыхубзщ, – къыжриӀащ самарие цӀыхубзым Хьисэ. – Псы уезгъэфэну дауэ укъызэлъэӀуфрэ? – (Апхуэдэу щӀыжиӀар журтхэмрэ самарие цӀыхухэмрэ зэхыхьэу щыттэкъыми, аращ.)</verse>
				<verse number="10">– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="11">– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур?</verse>
				<verse number="12">Ди адэшхуэ Екъубщ мы псыкъуийр къытхуэзыгъэнар. Езыри и къуэхэри мы псым щыщ ефэу, и былымхэри иригъафэу щытащ. Абы нэхърэ унэхъыщхьэ уэ?</verse>
				<verse number="13">– Мы псым щыщ хэт ефэми, псы хуэлӀэжынущ, – жэуап иритыжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="14">– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.</verse>
				<verse number="15">– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псы сыхуэмылӀэжыну, псыхьи сыкъэмыкӀуэжыну а псым щыщ къызэт.</verse>
				<verse number="16">– КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">– Щхьэгъусэ сиӀэкъым, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Щхьэгъусэ узэримыӀэр пэжу жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="18">– Уэ щхьэгъуситху уиӀащ, иджы уиӀэр уи щхьэгъусэкъым. А къыжыпӀар пэжщ.</verse>
				<verse number="19">– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="20">– Ди адэжьхэр мы Ӏуащхьэм Тхьэм щелъэӀуу щытащ, ауэ фэ, журтхэм, жывоӀэ Тхьэм ущелъэӀун хуейр Ерусалим дежу.</verse>
				<verse number="21">– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ.</verse>
				<verse number="22">Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.</verse>
				<verse number="23">Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.</verse>
				<verse number="24">Тхьэр псэщ, абы елъэӀухэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи щыпкъагъэкӀи елъэӀун хуейщ.</verse>
				<verse number="25">– ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="26">– А жыхуэпӀэр сэращ, иджыпсту къопсалъэрщ, – жриӀащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="27">Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.</verse>
				<verse number="28">А цӀыхубзым и кхъуэщыныр къигъанэщ, къалэм дыхьэжри, цӀыхухэм яжриӀащ:</verse>
				<verse number="29">– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?</verse>
				<verse number="30">Къалэм къыдэкӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ цӀыхухэр.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.</verse>
				<verse number="32">Хьисэ яжриӀащ: – Фэ фи мынэӀуасэ шхыныгъуэ сиӀэщ.</verse>
				<verse number="33">Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ.</verse>
				<verse number="34">– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">– МазиплӀ дэкӀмэ, гъавэ Ӏухыжыгъуэр къэсынущ, аракъэ фэ жыфӀэр? АтӀэ сэ нывжызоӀэ, фи напӀэр къэфӀэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Ӏухыжыгъуэр къэсащ.</verse>
				<verse number="36">Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ.</verse>
				<verse number="37">«Зым жылэ есэ, адрейм гъавэр Ӏуехыж» жыхуаӀэ псалъэжьыр пэж хъуащ.</verse>
				<verse number="38">Фэ гугъу фызыдемыхьа гъавэр Ӏуфхыжыну фызгъэкӀуащ. А гъавэм нэгъуэщӀхэр гугъу дехьащ, ауэ фэри абыхэм я Ӏуэхум фыхыхьащ.</verse>
				<verse number="39">А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="40">Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ и псалъэхэр щызэхахым, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъыбэж хъуащ.</verse>
				<verse number="42">– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.</verse>
				<verse number="43">А махуитӀыр дэкӀа нэужь, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, Галилей хэкум кӀуащ;</verse>
				<verse number="44">бегъымбарым езыр щапӀа къалэм щӀыхь къызэрыщыхуамыщӀыр Хьисэ и нэгу щӀэкӀати.</verse>
				<verse number="45">Хьисэ Галилей хэкум къыщыкӀуэм, абы ис цӀыхухэм ирагъэблэгъащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр махуэшхуэм Ерусалим щыӀати, а махуэхэм Хьисэ абы щилэжьа псори щалъэгъуат.</verse>
				<verse number="46">Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът.</verse>
				<verse number="47">Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="48">– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фэ фымылъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъунукъым, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="49">– Зи щӀыхь ин, си къуэр мылӀэ щӀыкӀэ къакӀуэ, – къыжриӀащ Хьисэ пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм.</verse>
				<verse number="50">– КӀуэж, уи къуэр псэунущ, – жиӀащ Хьисэ. Хьисэ жриӀа псалъэхэр и фӀэщ хъури, а лӀыр кӀуэжащ.</verse>
				<verse number="51">Ӏэтащхьэр кӀуэжу гъуэгу здытетым, абы и унэӀутхэр къыпежьэри къыжраӀащ: – Уи къуэр псэунущ.</verse>
				<verse number="52">– Сыхьэтыр дапщэм деж нэхъыфӀ хъууэ щыщӀидзар? – еупщӀащ абыхэм Ӏэтащхьэр. – Дыгъуасэ шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр зым деж плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ, – къыжраӀащ унэӀутхэм.</verse>
				<verse number="53">Ар къыщыжраӀэм, Ӏэтащхьэм игу къэкӀыжащ и къуэм плъыржьэрыр щыщхьэщыкӀар «Уи къуэр псэунущ» жиӀэу Хьисэ къыщыжриӀэгъа сыхьэт дыдэм зэрытехуэр. Езыми езым и унагъуэми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="54">Иудейм къикӀыжу Галилейм къыщыкӀуам, етӀуанэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу Хьисэ къигъэлъэгъуар аращ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Журт махуэшхуэ къэсащ абы и ужькӀэ икӀи Хьисэ Ерусалим къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Мэл Куэбжэ зи цӀэм деж псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэ, журтыбзэкӀэ ВифездэкӀэ еджэу, Ерусалим щыӀэщ. Щхьэ зытелъ сэхитху а зыгъэпскӀыпӀэм иӀэщ.</verse>
				<verse number="3">Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт,</verse>
				<verse number="4">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт.</verse>
				<verse number="5">Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът.</verse>
				<verse number="6">Ар щилъагъум, куэд щӀауэ зэрысымаджэр ищӀэрти, Хьисэ абы еупщӀащ: – Ухъужыну ухуей? – жери.</verse>
				<verse number="7">– Зи щӀыхь ин, – жиӀащ сымаджэм, – псыр щыщэнауэкӀэ, зыгъэпскӀыпӀэм сыхэзышэн гъусэ сиӀэкъым. Сэ сынэмысурэ, нэгъуэщӀ гуэр сяпэ йощри, псым хохьэ.</verse>
				<verse number="8">КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="9">А лӀыр напӀэзыпӀэм хъужащ, и алэрыбгъур къищтэри къикӀухьащ. Ар къыщыхъуар щэбэт махуэт.</verse>
				<verse number="10">Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">– Сэ сызыгъэхъужам «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къызжиӀащ, – къажриӀэжащ а лӀым абыхэм.</verse>
				<verse number="12">– «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къыбжезыӀар хэт хъуну? – жаӀэри еупщӀащ.</verse>
				<verse number="13">ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.</verse>
				<verse number="14">А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.</verse>
				<verse number="15">А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.</verse>
				<verse number="17">– Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="18">Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.</verse>
				<verse number="19">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.</verse>
				<verse number="20">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъу. Абы илэжь псори езым и Къуэм кърегъэлъагъу, мы Ӏуэхухэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэхэри къригъэлъагъунущ и Къуэм, флъэгъумэ фымыгъэщӀэгъуэн флъэмыкӀыну.</verse>
				<verse number="21">Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.</verse>
				<verse number="22">Адэ лъапӀэм зыми хьэкум трищӀыхьыркъым, хьэкум Ӏуэху псори абы и Къуэм иритащ,</verse>
				<verse number="23">цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.</verse>
				<verse number="24">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.</verse>
				<verse number="25">Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.</verse>
				<verse number="26">Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.</verse>
				<verse number="27">Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.</verse>
				<verse number="28">– Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ.</verse>
				<verse number="29">ФӀы зыщӀахэр псэуну къэтэджыжынущ, Ӏей зыщӀахэри я къуаншагъэм хуэфащэр ягъуэтыжыну къэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="30">Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.</verse>
				<verse number="31">– Сэр-сэру щыхьэт сызытехъуэжмэ, си щыхьэтыгъэр ирикъунукъым,</verse>
				<verse number="32">щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.</verse>
				<verse number="33">– Фэ Иуан лӀыкӀуэхэр хуэвгъэкӀуащ, езыри щыпкъагъэм щыхьэт техъуащ.</verse>
				<verse number="34">Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ.</verse>
				<verse number="35">Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.</verse>
				<verse number="36">– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.</verse>
				<verse number="37">Адэ лъапӀэу сэ сыкъэзыгъэкӀуар езым и щхьэкӀэ щыхьэт къыстехъуащ. Абы и макъыр фэ зэи зэхэфхакъым, езыми фытеплъакъым.</verse>
				<verse number="38">Абы сыкъызэригъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывимыӀэм щхьэкӀэ, абы и псалъэхэр фигу илъ зэпыткъым.</verse>
				<verse number="39">Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.</verse>
				<verse number="40">Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.</verse>
				<verse number="41">– ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.</verse>
				<verse number="42">Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.</verse>
				<verse number="43">Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.</verse>
				<verse number="44">Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?</verse>
				<verse number="45">– Адэ лъапӀэм и пащхьэм сэ фыщызгъэкъуэншэну фи мыгугъэ. Фэ фызыщыгугъ Мусэ бегъымбарырщ фызыгъэкъуэншэнур.</verse>
				<verse number="46">МусэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀатэмэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ фиӀэнт, Мусэ зи гугъу ищӀар сэращи.</verse>
				<verse number="47">Абы итхар фи фӀэщ щымыхъукӀэ, дауэ сэ жысӀэр фи фӀэщ зэрыхъунур?</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="2">Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀащ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу абдежым щетӀысэхащ.</verse>
				<verse number="4">Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ, къаплъэри, цӀыху куэд къыкӀэлъыкӀуэу щилъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Филипп зи цӀэм жриӀащ: – Мы цӀыхухэм едгъэшхын щӀакхъуэ дэнэ къыщытщэхунур?</verse>
				<verse number="6">Хьисэ ар щӀыжиӀар Филипп игъэунэхуну арат, езым ищӀэн хуейр ищӀэжырт.</verse>
				<verse number="7">– Дэтхэнэми щӀакхъуэ бзыгъэ лъысу къэпщэхун щхьэкӀэ, динар щитӀри мащӀэщ, – жэуап иритыжащ абы Филипп.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Симон Петр и къуэш Индрис жиӀащ:</verse>
				<verse number="9">– Хьэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ зиӀэ щӀалэ цӀыкӀу гуэр къытхэтщ, ауэ мыпхуэдиз цӀыхум ар яхурикъун?</verse>
				<verse number="10">– ЦӀыхухэр евгъэтӀысэх, – жиӀащ Хьисэ. А щӀыпӀэр удзыпцӀэт. Минитху хуэдиз хъу лӀыхэр етӀысэхащ.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхухэм зыщагъэнщӀым, Хьисэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Зыри хэмыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуэфхьэсыж.</verse>
				<verse number="13">Арати, хьэ щӀакхъуитхум щыщу шхахэм къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.</verse>
				<verse number="15">Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="16">Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр псы Ӏуфэм Ӏухьащ.</verse>
				<verse number="17">Абдежым кхъуафэжьейм щитӀысхьэри, гуэлым зэпрыкӀыу КапернаумкӀэ кӀуэну ежьащ. КӀыфӀ хъуат, ауэ Хьисэ абыхэм къахыхьэжакӀэтэкъым.</verse>
				<verse number="18">Гуэлыр къигъэукъубейуэ, жьышхуэ къепщэрт.</verse>
				<verse number="19">Стадие тӀощӀрэ тхурэ-щэщӀ хуэдизкӀэ кхъуафэжьейр яхуа нэужь, псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэурэ, кхъуафэжьейм пэгъунэгъу къэхъуауэ ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, псори шынащ.</verse>
				<verse number="20">Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Сэращ ар, фымышынэ!</verse>
				<verse number="21">Хьисэ кхъуафэжьейм кърагъэтӀысхьэну хуеящ ахэр, ауэ асыхьэтым кхъуафэжьейр псы Ӏуфэм есылӀащ.</verse>
				<verse number="22">Гуэлым и адрыщӀкӀэ щыт цӀыху гупышхуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр зэрытӀысхьэгъа кхъуафэжьейм фӀэкӀ нэгъуэщӀ кхъуэфэжьей абы зэрыӀумытам гу лъатащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ игъуэгу ирикӀуэхэм а кхъуафэжьейм яди-мытӀысхьауэ, я закъуэу ахэр зэрыӀукӀами гу лъатащ.</verse>
				<verse number="23">Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.</verse>
				<verse number="24">А цӀыху гупышхуэм Хьисэи абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а щӀыпӀэм щымыӀэжу щалъагъум, кхъуафэжьейхэм итӀысхьэжри, Хьисэ лъыхъуэу Капернаум къалэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ гуэлым и адрыщӀым къыщагъуэтым, жраӀащ: – Равви, сыт щыгъуэ уэ мыбы укъыщыкӀуар?</verse>
				<verse number="26">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэрыфлъэгъуам щхьэкӀэкъым фыкъыщӀыслъыхъуэр, атӀэ щӀакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщӀащи аращ.</verse>
				<verse number="27">Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.</verse>
				<verse number="28">Арати, Хьисэ къеупщӀащ: – НтӀэ, Тхьэр зыхуей Ӏуэхухэр длэжын щхьэкӀэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="29">– Тхьэм къигъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуныращ Тхьэр зыхуей Ӏуэхур, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="30">– Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ ди нэгу щӀэбгъэкӀын, ар ди нэкӀэ тлъагъуу, уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъун щхьэкӀэ? Сыт пщӀэнур? – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="31">– «Уафэм къех щӀакхъуэр яшхыну Тхьэм къаритащ» жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ди адэжьхэм губгъуэ нэщӀым мэнн зи цӀэ шхыныр щашхыу щытащ.</verse>
				<verse number="32">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр;</verse>
				<verse number="33">уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.</verse>
				<verse number="34">– Зи щӀыхь ин, а щӀакхъуэр даӀимауэ къыдэт зэпыт, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.</verse>
				<verse number="36">Ауэ зэрывжесӀам хуэдэу, сэ сыфлъэгъуа пэтми, итӀани фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуркъым.</verse>
				<verse number="37">Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.</verse>
				<verse number="38">Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="39">Сэ сыкъэзыгъэкӀуа си Адэр зыхуейр абы къызита цӀыхухэм ящыщ зыри мыкӀуэдыну, къемэтмахуэми а цӀыхур сэ къэзгъэтэджыжыну арщ.</verse>
				<verse number="40">ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ «Уафэм къеха щӀакхъуэр сэращ» зэрыжиӀар ягу темыхуэу,</verse>
				<verse number="42">журтхэм къыпадзыжащ: – Исуф и къуэ Хьисэкъэ мыр, зи адэмрэ зи анэмрэ тцӀыхуракъэ? «Сэ уафэм сыкъехащ» щхьэ жиӀэрэ?</verse>
				<verse number="43">– ЖысӀэр фигу щӀримыхьыр сыт? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="44">– Сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэм къысхуимышэмэ, си деж къэкӀуэн зыми лъэкӀынукъым. Си деж къакӀуэр къемэтмахуэм сэ къэзгъэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="45">Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ: «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="46">Тхьэм щыщым фӀэкӀа Адэ лъапӀэр зыми илъэгъуакъым. Аращ Адэ лъапӀэр зылъэгъуар.</verse>
				<verse number="47">Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="48">ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ.</verse>
				<verse number="49">Фи адэжхэм губгъуэ нэщӀым мэнн шхыныр щашхыу щытащ, итӀани лӀащ.</verse>
				<verse number="50">Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. Ар зышхыр лӀэнукъым.</verse>
				<verse number="51">ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.</verse>
				<verse number="52">– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="53">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащӀэ фиӀэнукъым</verse>
				<verse number="54">Си пкъыр зышхыу силъми ефэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, къемэтмахуэм ар сэ къэзгъэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="55">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си пкъыр шхыныгъуэ щыпкъэщ, силъри узэфэ хъун щыпкъэщ.</verse>
				<verse number="56">Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи.</verse>
				<verse number="57">ГъащӀэ щыпкъэ къызыбгъэдэкӀ Адэ лъапӀэм сыкъыфхуигъэкӀуащи, си гъащӀэр абы къызэрыбгъэдэкӀым хуэдэу, си пкъыр зышхым и гъащӀэри сэ къызбгъэдэкӀынущ.</verse>
				<verse number="58">Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.</verse>
				<verse number="59">Капернаум къалэм дэт синэгуэгум Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэ щыхъум, Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀащ.</verse>
				<verse number="60">Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?</verse>
				<verse number="61">И псалъэхэр абыхэм ягу зэрыримыхьыр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – ЖысӀар фигу ирихьыркъым, аракъэ?</verse>
				<verse number="62">ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр япэм здэщыӀам дэкӀуеижу флъагъумэ, сыт жыфӀэн итӀанэ?</verse>
				<verse number="63">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.</verse>
				<verse number="64">ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыфхэтщ итӀани. Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынури ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ ищӀэрти, аращ.</verse>
				<verse number="65">Хьисэ жиӀащ: – Мис аращ «Адэ лъапӀэм лъимыгъэкӀмэ, си деж зыри къэкӀуэфынукъым», щӀывжесӀауэ щытар.</verse>
				<verse number="66">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэд и гъуэгу текӀыжри, и гъусэн ядэжакъым абы къыщыщӀэдзауэ.</verse>
				<verse number="67">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым яжриӀащ: – Фэри фызбгъэдэкӀыжыну фыхуей?</verse>
				<verse number="68">– Зиусхьэн, хэт деж дыкӀуэн? – къыжриӀащ Симон Петр Хьисэ. – МыкӀуэдыжын гъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр уи куэдщ.</verse>
				<verse number="69">ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.</verse>
				<verse number="70">– Фэ цӀыху пщыкӀутӀыр си гъуэгу фрикӀуэну сэ фыкъыхэсхакъэ? Апхуэдэу щыт пэтми, фэ фщыщу зыр жин бзаджэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="71">Хьисэ жыхуиӀар Симон Искариот и къуэ Иудэр арщ. А Симон Искариотыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщ пэтми, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну хэтт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.</verse>
				<verse number="2">Шэтырхэр щагъэув журт махуэшхуэхэр къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="3">Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыхухэм закъезыгъэщӀэну хуейм Ӏуэху щэху илэжьыркъым. Мы телъыджэхэр пхузэфӀэкӀыр пэжмэ, дунейм и цӀыхухэм закъегъэлъагъу.</verse>
				<verse number="5">Ар къыщӀыжраӀар езым и къуэш дыдэхэми ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэтэкъыми, арщ.</verse>
				<verse number="6">Абы и жэуапу Хьисэ яжриӀащ: – Сэ си пӀалъэр иджыри къэсакъым, ауэ фэркӀэ сыт щыгъуи пӀалъэщ.</verse>
				<verse number="7">Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.</verse>
				<verse number="8">Фэ а махуэшхуэхэм папщӀэ Ерусалим фыкӀуэ. Сэ а махуэшхуэхэм сыхэтыну зэкӀэ сыкӀуэнукъым, си пӀалъэр иджыри къэсакъыми.</verse>
				<verse number="9">Ар яжриӀэри, Хьисэ Галилей хэкум къинащ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ и къуэшхэр а махуэшхуэхэм хэтыну кӀуа нэужь, Хьисэи якӀэлъыкӀуащ, ауэ цӀыхухэм ямыщӀэу, къамылъагъуущ зэрыкӀуар.</verse>
				<verse number="11">А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="12">Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.</verse>
				<verse number="13">Ауэ журтхэм щышынэрти, Хьисэ теухуауэ цӀыхухэм я пащхьэм зыми зыри щыжиӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="14">А махуэшхуэхэр и бгым нэсауэ, Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="15">– Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.</verse>
				<verse number="16">– Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ псалъэхэр къызыбгъэдэкӀыр сэракъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуаращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="17">– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.</verse>
				<verse number="18">Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.</verse>
				<verse number="19">Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэр къыфхуигъэнакъэ? Апхуэдэу щытми, Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху къыфхэткъым. СывукӀыну си ужь фыщӀитыр сыт?</verse>
				<verse number="20">– Жин бзаджэм уиӀыгъщ уэ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – Хэт узукӀыну уи ужь итыр?</verse>
				<verse number="21">– Зы Ӏуэху телъыджэ закъуэ щэбэт махуэм зэрысщӀар фэ псоми фогъэщӀагъуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="22">– Мусэ бегъымбарым сунэт щӀыныр хабзэу къыфхуигъэнащи (ипэжыпӀэкӀэ сунэт щӀыныр къызыбгъэдэкӀар Мусэкъым, ди адэшхуэхэр арщ), цӀыхур щэбэт махуэм сунэт фщӀыркъэ?</verse>
				<verse number="23">Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?</verse>
				<verse number="24">Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщӀ, щыпкъагъэм тету фщӀы хьэкум.</verse>
				<verse number="25">Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?</verse>
				<verse number="26">ЦӀыху псоми я пащхьэм къызэрыщыпсалъэм феплъ, апхуэдэу щыт пэтми, зыри жраӀэркъым. Ар зэры-Мэссихьыр ди тхьэмадэхэм фӀэщ ящыхъуауэ пӀэрэ?</verse>
				<verse number="27">Мыр зыщыщыр дощӀэ дэ. Ауэ Мэссихь къыщыкӀуэкӀэ, зыщыщыр зыми ищӀэнукъым.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,</verse>
				<verse number="29">сэ соцӀыху ар, сэ абы сыщыщщ, аращ сыкъэзыгъэкӀуари.</verse>
				<verse number="30">Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.</verse>
				<verse number="31">Ауэ цӀыху гупышхуэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъуащ абдежым. – Мэссихь къакӀумэ, мы лӀым нэхърэ нэхъыбэу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэфыну пӀэрэ? – жаӀэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="32">ЦӀыхухэм Хьисэ теухуауэ Ӏущащэу ягъэхъыбархэр фарисейхэм щызэхахым, абыхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ яубыдыну ӀуэхутхьэбзащӀэхэр ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="33">Ауэ Хьисэ жиӀащ: – Сэ мащӀэщ сызэрыфхэтынур, сыкъэзыгъэкӀуам и деж сыкӀуэжынущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="34">Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фэ фыкӀуэфынукъым.</verse>
				<verse number="35">– Дэ ар къэдгъуэтын тлъэмыкӀыну дэнэ кӀуэн и гугъэ? – жаӀащ журтхэм. – Алыджхэм яхэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъуэхэм я деж кӀуэуэ, абыхэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну пӀэрэ?</verse>
				<verse number="36">«Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фыкӀуэфынукъым» жыхуиӀам сыту пӀэрэ абы къригъэкӀыр?</verse>
				<verse number="37">Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.</verse>
				<verse number="38">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и гум гъащӀэ щыпкъэр къызыхэкӀ псыхэр къижынущ».</verse>
				<verse number="39">Хьисэ жыхуиӀар абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу Тхьэм кърилъхьэну Псэ ЛъапӀэр арщ. Абы нэсыху, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ягу зэкӀэ кърилъхьатэкъым, Хьисэ и щӀыхьышхуэр иджыри иӀэ хъуа щӀыкӀэтэкъыми.</verse>
				<verse number="40">А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.</verse>
				<verse number="41">– Мыращ Мэссихьыр, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми. Ауэ нэгъуэщӀ гуэрхэми жаӀэрт: – Мэссихь Галилей хэкум щыщынукъым, аракъэ?</verse>
				<verse number="42">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм зэрыщыщынури?</verse>
				<verse number="43">Апхуэдэу, цӀыхухэр Хьисэ щхьэкӀэ гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.</verse>
				<verse number="44">Абыхэм ящыщ зы гупыр Хьисэ яубыдыну хуеящ, ауэ абы зыри тегушхуакъым.</verse>
				<verse number="45">А ӀуэхутхьэбзащӀэхэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ я деж къэкӀуэжащ итӀанэ. КъыщыкӀуэжым, адрейхэр еупщӀащ: – Сыт Хьисэ къыщӀэвмышар?</verse>
				<verse number="46">– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.</verse>
				<verse number="47">– Фэри фыдихьэха абы? – жаӀащ фарисейхэм.</verse>
				<verse number="48">– Ди тхьэмадэхэм ящыщ гуэрми фарисейхэм ящыщ гуэрми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуа?</verse>
				<verse number="49">Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэр зымыщӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ней къащыхуащ.</verse>
				<verse number="50">Фарисейхэм ящыщу Никодим зи цӀэм (аращ Хьисэ деж жэщу къэкӀуэгъар) адрейхэм яжриӀащ:</verse>
				<verse number="51">– ЯпэщӀыкӀэ емыупщӀу, емыдаӀуэу, ищӀар тэмэму зэхамыгъэкӀыу, ди хабзэмкӀэ цӀыху гуэрым хьэкум тращӀыхьрэ?</verse>
				<verse number="52">– Уэри Галилей хэкум ущымыщу пӀэрэ? – къеупщӀащ Никодим. – Тхьэм и псалъэ тхахэм хэплъи, бегъымбар гуэри Галилейм щыщу къызэрымытэджынур къэпщӀэнущ.</verse>
				<verse number="53">Ахэр зэбгрыкӀыжри, щхьэж и унэ кӀуэжащ итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Нэху щыщым, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ аргуэру икӀи цӀыху псори абы деж къэкӀуащ. Хьисэ тӀысри, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="3">Абы ирихьэлӀэу, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ цӀыхубз гуэр, зинэ ищӀэу къаубыдар, Хьисэ къыхуашэщ, утыкум кърагъэувэри,</verse>
				<verse number="4">къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мы цӀыхубзым зинэ ищӀэу яубыдащ.</verse>
				<verse number="5">Мыпхуэдэхэм мывэкӀэ деуэурэ дыукӀыну, Торэт хабзэм ипкъ иткӀэ, Мусэ бегъымбарым унафэ къытхуигъэнащ. Уэ дауэ уеплърэ?</verse>
				<verse number="6">Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="7">Зэпымыууэ къеупщӀ щыхъум, Хьисэ зыкъиӀэтыжри, яжриӀащ: – Фэ фщыщу гуэныхь зимыӀэр япэ иреуэ цӀыхубзым мывэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Аргуэру зригъэзыхри, щӀым тетхыхьу щӀидзэжащ.</verse>
				<verse number="9">Ар щызэхахым, ягукӀэ загъэкъуаншэурэ, я нэхъыжьхэр япэ иту, зыр зым и ужь иту, псори ӀукӀыжащ. Хьисэ и закъуэу къэнащ, цӀыхубзри утыкум къинащ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ зыкъиӀэтыжри, цӀыхубзым фӀэкӀ зыри щымыту щилъагъум, абы жриӀащ: – ЦӀыхубз, дэнэ щыӀэ узыгъэкъуэншахэр? Зыми уигъэкъуэншэжыркъэ иджы?</verse>
				<verse number="11">– Зыми, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым. – Сэри узгъэкъуаншэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – КӀуэж, нобэ щыщӀэдзауэ гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ.</verse>
				<verse number="12">Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.</verse>
				<verse number="13">– Уэр-уэру щыхьэт узытохъуэж, – къыжраӀащ фарисейхэм. – Уи щыхьэтыгъэр ирикъунукъым.</verse>
				<verse number="14">– Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым.</verse>
				<verse number="15">Мы дунейм и цӀыхухэм Ӏуэхухэм хьэкум зэрытращӀыхьым хуэдэу, фэ хьэкум фощӀ. Сэ зыми хьэкум тесщӀыхьыркъым.</verse>
				<verse number="16">Зыгуэрым хьэкум тесщӀыхь хъумэ, тесщӀыхь хьэкумыр щыпкъэщ, сэ си закъуэкъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри си гъусэщи.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.</verse>
				<verse number="18">Сэр-сэру щыхьэт сызытохъуэж, сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэри щыхьэт къыстохъуэ.</verse>
				<verse number="19">ИтӀанэ къеупщӀащ: – Дэнэ щыӀэ уи Адэр? – Сэри си Адэри фэ дыкъэфцӀыхуркъым, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Сэ сыкъэфцӀыхуу щытатэмэ, си Адэри фцӀыхунт.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэр зыдалъхьэ пхъуантэхэм бгъэдэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэм, а псалъэхэр жиӀащ Хьисэ. Ар зыми иубыдакъым, щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.</verse>
				<verse number="22">– ЗиукӀыжыну арауэ пӀэрэ «Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» щӀыжиӀэр? – жаӀащ журтхэм.</verse>
				<verse number="23">– Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым.</verse>
				<verse number="24">«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.</verse>
				<verse number="25">– Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр. – Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="26">– Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.</verse>
				<verse number="27">Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым.</verse>
				<verse number="28">Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.</verse>
				<verse number="29">СыкъэзыгъэкӀуар си гъусэщ сэ, си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащӀэри.</verse>
				<verse number="30">Хьисэ а псалъэхэр щыжиӀэм, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="31">ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа журтхэм Хьисэ яжриӀащ: – Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикӀуэхэм фащыщщ.</verse>
				<verse number="32">Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщӀэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищӀыжынущ.</verse>
				<verse number="33">– Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?</verse>
				<verse number="34">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри гуэныхь щӀэным и пщылӀщ.</verse>
				<verse number="35">ПщылӀыр унэм игъащӀэкӀэ исынукъым. Адэм и къуэр арщ унэм игъащӀэкӀэ исынур.</verse>
				<verse number="36">Аращи, Къуэ лъапӀэм щхьэхуит фищӀыжмэ, щхьэхуит щыпкъэ фыхъунущ.</verse>
				<verse number="37">Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.</verse>
				<verse number="38">Си Адэм деж щыслъэгъуа Ӏуэхухэращ сэ жысӀэр, ауэ фэ фи адэм деж щыфлъэгъуа Ӏуэхухэращ влэжьыр.</verse>
				<verse number="39">– Дэ ди адэр Ибрэхьимщ, – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ. – Ибрэхьим фрибыну щытатэмэ, Ибрэхьим и Ӏуэхухэр вгъэзэщӀэнт, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="40">– Ауэ сывукӀыну си ужь фитщ иджы. Тхьэм жиӀэу зэхэсха щыпкъагъэр нывжесӀа пэтрэ, сывукӀыну си ужь фитщ. Ибрэхьим апхуэдэ ищӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="41">Фэ фи адэм игъэзащӀэ Ӏуэхухэр фэри фогъэзащӀэ. – Дэ зинэкӀэ дыкъалъхуакъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Адэ закъуэу диӀэр Тхьэр аращ.</verse>
				<verse number="42">– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="43">ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.</verse>
				<verse number="44">Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.</verse>
				<verse number="45">Ауэ сэ щыпкъагъэр зэрыжысӀэм щхьэкӀэ, жысӀэр фи фӀэщ хъуркъым.</verse>
				<verse number="46">Сэ гуэныхь сщӀауэ фэ фщыщ гуэрым сигъэкъуэншэн лъэкӀыну? ЩӀыпкъагъэр жысӀэ пэтми, жысӀэр фи фӀэщ щӀэмыхъур сыт?</verse>
				<verse number="47">Тхьэм и бынхэр абы и псалъэхэм йодаӀуэ, фэ Тхьэм и псалъэхэм фыщӀемыдаӀуэр Тхьэм фрибынкъыми, арщ.</verse>
				<verse number="48">– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.</verse>
				<verse number="49">– Сэ жин бзаджэм сиӀыгъкъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм щӀыхь хузощӀ сэ, итӀанэ фэ фыкъысхущӀоджэ.</verse>
				<verse number="50">ЩӀыхь згъуэтыным и ужь ситкъым сэ, ауэ щӀыхь къыслъигъэсыну и ужь иту, цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхь щыӀэщ.</verse>
				<verse number="51">Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэр зыгъэзащӀэм лӀэныгъэр игъащӀэкӀэ илъагъунукъым.</verse>
				<verse number="52">Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.</verse>
				<verse number="53">Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?</verse>
				<verse number="54">– Сэ сызыщытхъужмэ, ар пщӀэншэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ. – Ауэ сэ си щӀыхьыр зыӀэтыр си Адэу фэ фи Тхьэуэ жыхуэфӀэр арщ.</verse>
				<verse number="55">Ар фэ фщӀэркъым, сэ сощӀэ ар. Ар сымыщӀэу жысӀатэмэ, фэ фхуэдэу сэри пцӀыупс сыхъунт. Ауэ сэ ар сощӀэ, абы и псалъэхэри согъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="56">Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икӀи гуфӀэрт. Ар илъэгъуащ икӀи щыгуфӀыкӀащ.</verse>
				<verse number="57">– Илъэс щэ ныкъуэ уи мыныбжьу, Ибрэхьим плъэгъуауэ жыбоӀэ, – къыжраӀащ журтхэм.</verse>
				<verse number="58">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="59">Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="2">И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?</verse>
				<verse number="3">– Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="4">– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="5">Сэ дунейм сытетыхукӀэ, дунейм и нэхур сэращ.</verse>
				<verse number="6">Ар жиӀэри, Хьисэ щӀым теубжьытхащ, ӀупсымкӀэ ятӀэ зэхищӀэри, а зэхищӀар нэфым и нэхэм щихуащ.</verse>
				<verse number="7">Нэфым жриӀащ итӀанэ: – Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ.</verse>
				<verse number="8">Гъунэгъухэми ар нэфу зэрыщытар зылъагъуахэми жаӀащ: – ФакъырэӀус щӀэлъэӀуу щысар мыракъэ?</verse>
				<verse number="9">Аращ, – жаӀащ языныкъуэхэм. – Хьэуэ, абы ещхь къудейщ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми. – Сэращ, – жиӀащ езы лӀым.</verse>
				<verse number="10">– Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр.</verse>
				<verse number="11">– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.</verse>
				<verse number="12">– Дэнэ щыӀэ а лӀыр? – къеупщӀащ ахэр. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы.</verse>
				<verse number="13">Нэфу щытар фарисейхэм я деж яшащ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ ятӀэ зэхищӀэу, нэфым и нэхэр къыщигъэплъэжа махуэр щэбэт махуэт.</verse>
				<verse number="15">Арати, фарисейхэр а лӀым еупщӀащ: – Уи нэхэр дауэ къызэрыплъэжар? – Си нэхэм ятӀэ щихуэри, зыщыстхьэщӀыжым, слъагъу хъуащ, – жиӀащ а лӀым.</verse>
				<verse number="16">– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.</verse>
				<verse number="17">– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу щыт пэтми, зи нэхэр къэплъэжа лӀым и адэ-анэр кърагъашэу, абыхэм еупщӀыху, а лӀыр нэфу зэрыщытари и нэхэр къызэрыплъэжари журтхэм я фӀэщ хъуакъым.</verse>
				<verse number="19">– Нэфу къалъхуауэ жыхуэфӀэ фи къуэр мыра? – еупщӀащ абыхэм. – Абы илъагъуу зэрыхъужар дауэ?</verse>
				<verse number="20">– Мыр зэрыдикъуэри нэфу къызэралъхуари дощӀэ, – жаӀащ лӀым и адэ-анэм.</verse>
				<verse number="21">– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.</verse>
				<verse number="22">ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.</verse>
				<verse number="23">Аращ лӀым и адэ-анэм щӀыжаӀар: «И ныбжьыр ирикъуащ, езым феупщӀ».</verse>
				<verse number="24">Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.</verse>
				<verse number="25">– Ар гуэныхьыщӀэми, сэ сщӀэркъым, – жиӀащ нэфу щытам, – ауэ мы зыр сощӀэ: сэ нэфу сыщытащ, иджы слъагъу хъуащ.</verse>
				<verse number="26">– Сыт уэ къыуищӀар? – еупщӀащ ахэр. – Уи нэхэр дауэ къызэригъэплъэжар?</verse>
				<verse number="27">– Зэ нывжесӀакӀэщ, ауэ фыкъедэӀуакъым, сыт иджыри ар зэхэфхыну фыщӀыхуейр? – къажриӀащ нэфу щытам. – Абы и гъуэгу фрикӀуэну фыхуей фэри?</verse>
				<verse number="28">Ар щажриӀэм, къешхыдащ: – Уэ мы лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщщ, дэ Мусэ бегъымбарым и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщщ.</verse>
				<verse number="29">Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.</verse>
				<verse number="30">– Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым.</verse>
				<verse number="31">– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр.</verse>
				<verse number="32">Нэфу къалъхуа цӀыхур зыгуэрым къигъэплъэжауэ цӀыхухэм зэикӀ зэхахакъым.</verse>
				<verse number="33">Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀауэ щымытатэмэ, зыри хузэфӀэкӀынутэкъым.</verse>
				<verse number="34">– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.</verse>
				<verse number="35">А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ: – Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ?</verse>
				<verse number="36">– Зи щӀыхь ин, – жэуап къритыжащ лӀым, – фӀэщхъуныгъэ сиӀэн щхьэкӀэ, а жыхуэпӀэр хэт, къызжеӀэ!</verse>
				<verse number="37">– Ар уэ плъэгъуащ, иджыпсту къопсалъэр аращ, – жриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="38">– ФӀэщхъуныгъэ сиӀэ хъуащ, Зиусхьэн, – жиӀэри, а лӀыр Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иуващ.</verse>
				<verse number="39">– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="40">Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ: – Дэри дынэфу ара-тэ?</verse>
				<verse number="41">– Фэ нэфу фыщытатэмэ, гуэныхь фтелъынтэкъым, ауэ «Долъагъу» жывоӀэри, фи гуэныхьыр къыфтонэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэмкӀэ щӀэмыхьэу, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ дэпщейр дыгъуакӀуэщ икӀи хъунщӀакӀуэщ.</verse>
				<verse number="2">ЧэтыбжэмкӀэ щӀыхьэр мэлхэр зыгъэхъур арщ.</verse>
				<verse number="3">ХъумакӀуэм мэлыхъуэм бжэр къыхуӀуех, мэлхэри мэлыхъуэм и макъым йодаӀуэ. Мэлыхъуэр и мэлхэм я цӀэкӀэ йоджэри, къыщӀеш.</verse>
				<verse number="4">Мэлыхъуэм и мэл псори къыщӀиша нэужь, езыр япэ иту йожьэ. Мэлхэм мэлыхъуэм и макъыр яцӀыхури, абы и ужь иту макӀуэ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ хамэ гуэрым и ужь иувэркъым, зэбгрож, хамэм и макъыр яцӀыхуркъыми.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар къажриӀащ, ауэ абы къикӀыр къагурыӀуакъым.</verse>
				<verse number="7">Арати, Хьисэ аргуэру жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, чэтым и бжэр сэращ.</verse>
				<verse number="8">Сяпэ къэкӀуауэ щыта псори дыгъуакӀуэт икӀи хъунщӀакӀуэти, мэлхэр абыхэм едэӀуакъым.</verse>
				<verse number="9">Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.</verse>
				<verse number="10">ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.</verse>
				<verse number="11">– МэлыхъуэфӀыр сэращ. МэлыхъуэфӀым и псэр мэлхэм папщӀэ ет.</verse>
				<verse number="12">Мэлхэр имейуэ пщӀэкӀэ лажьэр мэлыхъуэ хъуркъым. Дыгъужьыр къакӀуэу илъагъумэ, мэлхэр къегъанэри, ар щӀопхъуэж. Дыгъужьыр къахолъадэри, мэлхэр зэбгреху.</verse>
				<verse number="13">А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.</verse>
				<verse number="14">– МэлыхъуэфӀыр сэращ. Адэ лъапӀэм сыкъицӀыхуу, сэри Адэ лъапӀэр зэрысцӀыхум хуэдэу, си мэлхэр соцӀыху, мэлхэми сыкъацӀыху. Сэ си псэр мэлхэм папщӀэ сот.</verse>
				<verse number="15"></verse>
				<verse number="16">Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.</verse>
				<verse number="17">Си псэр зыхэзгъэхьэжыну зэрыстыр арщ Адэ лъапӀэм фӀыуэ сыкъыщӀилъагъур.</verse>
				<verse number="18">Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.</verse>
				<verse number="19">А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.</verse>
				<verse number="20">– Ар жин бзаджэм иӀыгъщ, жиӀэр ищӀэжыркъым. Сыт абы фыщӀедаӀуэр? – жаӀэрт абыхэм ящыщ куэдым.</verse>
				<verse number="21">НэгъуэщӀхэми жаӀэрт: – А псалъэхэр жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхум ейкъым. Жин бзаджэм нэфым и нэхэр къигъэплъэжын лъэкӀыну?</verse>
				<verse number="22">И унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъам щхьэкӀэ Ерусалим щагъэлъапӀэ мэхуэшхуэхэр къэсащ. ЩӀымахуэт.</verse>
				<verse number="23">Хьисэи Тхьэм и унэшхуэм кӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм къыщикӀухьырт.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ къаувыхьри, журтхэр къеупщӀащ: – ӀупщӀу къыджумыӀэу, зыкъыдумыгъащӀэу куэдрэ дыпэбгъэплъэну? Мэссихьыр уэрамэ, занщӀэу къыджеӀэ.</verse>
				<verse number="25">– Сэ вжесӀат, ауэ фи фӀэщ хъуакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Си Адэм и цӀэкӀэ сэ злэжь Ӏуэхухэр щыхьэт къыстохъуэж.</verse>
				<verse number="26">Ауэ фэ фи фӀэщ хъуркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си мэлхэм фащыщкъым, зэрывжесӀам хуэдэу.</verse>
				<verse number="27">Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.</verse>
				<verse number="28">Абыхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ язот, игъащӀэкӀэ кӀуэдыжынукъым. Ахэр зыми сӀэщӀихын хузэфӀэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="29">Ахэр къызэзыта си Адэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ. Ахэр си Адэм къыӀэщӀихыну зыми хузэфӀэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="30">Адэ лъапӀэмрэ сэрэ дызщ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ ар щажриӀэм, журтхэм ар яукӀын щхьэкӀэ, мывэхэр къащтащ.</verse>
				<verse number="32">Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?</verse>
				<verse number="33">– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.</verse>
				<verse number="34">– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.</verse>
				<verse number="35">Апхуэдэу езым и псалъэхэр къызыхуэкӀуа цӀыхухэм «Фэ тхьэуэ фыщытщ», жиӀэри Тхьэм яжриӀащ.</verse>
				<verse number="36">Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ?</verse>
				<verse number="37">Си Адэм и Ӏуэхухэр сымылэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зивмыгъэӀэ.</verse>
				<verse number="38">Ауэ си Адэм и Ӏуэхухэр злэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ фимыӀэми, а ӀуэхухэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэри Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри къэфщӀэнущ итӀанэ икӀи къывгурыӀуэнущ.</verse>
				<verse number="39">Ар щажриӀэм, Хьисэ аргуэру яубыдыну хуеящ, ауэ яӀэщӀэкӀащ.</verse>
				<verse number="40">Абы и ужькӀэ Хьисэ Иорданыпсым аргуэру зэпрыкӀыжщ, Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щыта щӀыпӀэм кӀуэри, абы къыщынащ.</verse>
				<verse number="41">ЦӀыху куэд къэкӀуащ абы деж. – Иуан зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщи къигъэлъэгъуакъым, ауэ мы лӀым теухуауэ жиӀа псори пэжщ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="42">ЦӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абдежым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Лазар зи цӀэ лӀы гуэр сымаджэт. Ар Вифание жылэм щыщт. Мэрием и шыпхъу Марфи а жылэм щыщу щытащ.</verse>
				<verse number="2">А Мэриемыр арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр.</verse>
				<verse number="3">Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.</verse>
				<verse number="4">Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ Марфи, Марфэ и шыпхъури, Лазари фӀыуэ илъагъурт.</verse>
				<verse number="6">Лазар зэрысымаджэр щызэхихым, Хьисэ здэщыӀэ щӀыпӀэм махуитӀкӀэ зыщиӀэжьащ.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы и ужькӀэ: – Иудей хэкум дывгъэкӀуэж.</verse>
				<verse number="8">Равви, журтхэр мывэкӀэ къоуэурэ уаукӀыну уи ужь зэритрэ куэд щӀакъым. Уэ абы аргуэру укӀуэну ара? – къеупщӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэр.</verse>
				<verse number="9">– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.</verse>
				<verse number="10">Ауэ жэщу зекӀуэр мэлъэпэрапэ, нэхум хэткъыми.</verse>
				<verse number="11">А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.</verse>
				<verse number="12">– Зиусхьэн, ар щыжеякӀэ хъужынущ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ жыхуиӀар Лазар зэрылӀарт, ауэ и гъусэхэм къазэрыгурыӀуар Хьисэ жейм тепсэлъыхьущ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ щхьэихауэ яжриӀащ итӀанэ: – Лазар лӀащ.</verse>
				<verse number="15">Ар щылӀэм сызэрыримыхьэлӀар си гуапэщ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ. ФынакӀуэ, абы деж дывгъакӀуэ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ: – ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.</verse>
				<verse number="17">ЗдэкӀуэм щынэсым, Лазар кхъэлэгъунэм махуиплӀ хъуауэ зэрыщӀалъхьэжар къищӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="18">Вифание жылэр стадие пщыкӀутхукӀэ Ерусалим пэжыжьэт.</verse>
				<verse number="19">Лазар зэрылӀам щхьэкӀэ къахуэгузэвэну, журтхэм ящыщ куэд Марфэрэ Мэриемрэ я деж къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ къызэрыкӀуэр щызэхихым, Марфэ абы къыпежьащ, Мэрием унэм къыщӀэнащ.</verse>
				<verse number="21">– Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ Хьисэ, – уэ мыбдеж ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм сыт ищӀыскӀэ уелъэӀуми, абы къызэрыпхуищӀэнур сощӀэ.</verse>
				<verse number="23">– Уи дэлъхур къэтэджыжынущ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="24">– ЛӀахэр къыщытэджыжыну иужьрей махуэм ари къызэрытэджыжынур сощӀэ, – къыжриӀащ Марфэ.</verse>
				<verse number="25">– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;</verse>
				<verse number="26">апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="27">– Мэхъу, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ. – Тхьэм и Къуэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеяр уэрауэ зэрыщытыр си фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="28">Ар жиӀа нэужь, Марфэ игъэзэжщ, и шыпхъу Мэрием къриджэри, щэхуу жриӀащ: – Дин егъэджакӀуэр къэкӀуауэ къоджэ.</verse>
				<verse number="29">Ар щызэхихым, епӀэщӀэкӀыу къэтэджри, Мэрием Хьисэ деж къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="30">Хьисэ жылэм иджыри дыхьатэкъым, Марфэ къыщыӀущӀа щӀыпӀэм деж щытт.</verse>
				<verse number="31">Абыхэм къахуэгузэвэну къэкӀуа журту Мэрием и гъусэу унэм щӀэсахэм Мэрием епӀэщӀэкӀыу къэтэджу, унэм щӀэкӀыу щалъагъум, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, и дэлъхур абы щигъеин я гугъэри, и ужь иуващ.</verse>
				<verse number="32">Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.</verse>
				<verse number="33">Мэрием гъыуэ, абы и гъусэу къэкӀуа журтхэри гъыуэ щилъагъум, игу щӀыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ.</verse>
				<verse number="34">– Дэнэ хьэдэр щыщӀэфлъхьэжар? – щӀэупщӀащ Хьисэ. – Зиусхьэн, кӀуэи, еплъ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="35">Хьисэ къэгъащ абдежым.</verse>
				<verse number="36">Ар щалъагъум, журтхэм жаӀащ: – Феплъыт абы ар фӀыуэ илъагъуу зэрыщытам.</verse>
				<verse number="37">– А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.</verse>
				<verse number="38">Хьисэ, игу хэщӀу, кхъэлэгъунэмкӀэ кӀуащ. Ар бгъуэнщӀагът, абы мыви Ӏуалъхьэжат.</verse>
				<verse number="39">– Мывэр Ӏуфх, – жиӀащ Хьисэ. ЛӀам и шыпхъу Марфэ Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн, ар зэрылӀэрэ махуиплӀ мэхъу, мэ щоу.</verse>
				<verse number="40">– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="41">Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.</verse>
				<verse number="42">Си лъэӀухэм дапщэщи укъызэредаӀуэр сощӀэ, ауэ мыбдеж щыт цӀыхухэм сыкъэзэрыбгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэщ, мы псалъэхэр щӀыжысӀар.</verse>
				<verse number="43">Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!</verse>
				<verse number="44">ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="45">Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэр щалъагъум, Мэрием деж къэкӀуа журтхэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="46">Ауэ а журтхэм ящыщ гуэрхэр фарисейхэм я деж кӀуэри, Хьисэ ищӀар хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="47">Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.</verse>
				<verse number="48">Абы зыри едмыщӀэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цӀыху псоми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыӀэщӀэлъхэр къэкӀуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкӀуэдынущ.</verse>
				<verse number="49">Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу щыт Кайафэ зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ: – Фэ зыри фщӀэркъым.</verse>
				<verse number="50">Ди лъэпкъ псор кӀуэд нэхърэ, лъэпкъым щхьэкӀэ зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, дэркӀэ зэрынэхъыфӀыр къывгурыӀуэркъэ?</verse>
				<verse number="51">Ар езыр-езыру къыжиӀакъым, атӀэ а гъэм дин пашэшхуэу щытти, Хьисэ и псэр журт лъэпкъым щхьэкӀэ зэритынур Тхьэм абы игу кърилъхьэри къыжригъэӀащ.</verse>
				<verse number="52">Хьисэ и псэр итыну щӀыщытар журт лъэпкъым щхьэкӀэ къудейтэкъым, атӀэ Тхьэм и быну хэгуэшахэр зы хъужыну икӀи зэхуишэсыжыну арат.</verse>
				<verse number="53">Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.</verse>
				<verse number="54">Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.</verse>
				<verse number="55">Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.</verse>
				<verse number="56">Хьисэ къалъыхъуэрт абы щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту цӀыхухэр зэупщӀыжырт: – Дауэ феплърэ? Махуэшхуэм щхьэкӀэ ар къэкӀуэну пӀэрэ?</verse>
				<verse number="57">Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.</verse>
				<verse number="3">Нард зи цӀэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу, мэ гуакӀуэ къызыпихым щыщ зы барщыбэ къищтэщ, Хьисэ и лъакъуэхэм щихуэри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ Марфэ. Дагъэм и мэ гуакӀуэр унэм щӀэз хъуащ.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Иудэ Симон Искариот, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынум, жиӀащ:</verse>
				<verse number="5">Мы дагъэ лъапӀэр динар щищкӀэ тщэуэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм щӀедмытар сыт?</verse>
				<verse number="6">Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.</verse>
				<verse number="7">А цӀыхубзым и ужь икӀ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сыщыщӀалъхьэжыну махуэм щхьэкӀэ мы дагъэр схуихъумащ абы.</verse>
				<verse number="8">ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт.</verse>
				<verse number="10">Арати, дин пашэшхуэхэм Лазари яукӀыну мурад ящӀащ,</verse>
				<verse number="11">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пашэхэм журт Ӏэджэ ябгъэдэкӀри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат Лазар и фӀыгъэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Махуэшхуэм щхьэкӀэ къекӀуэлӀа цӀыху куэдым Хьисэ Ерусалим къызэрыкӀуэр зэхахащ етӀуанэ махуэм.</verse>
				<verse number="13">Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»</verse>
				<verse number="14">Хьисэ зы шыд шыщӀэ къигъуэтри, шэсащ итӀанэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:</verse>
				<verse number="15">«Умышынэ, Сион къалэ. Мис, уи пащтыхьыр шыд шыщӀэм тесу къокӀуэ».</verse>
				<verse number="16">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ и гъуса цӀыху куэдым адрейхэм зэпымыууэ хуаӀуэтэу щытащ Хьисэ Лазар еджэу, кхъэлэгъунэм къыщӀигъэкӀыжу, лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар.</verse>
				<verse number="18">А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр къызэригъэлъэгъуар цӀыху куэдым зэхахати, Хьисэ пежьэну дэкӀащ.</verse>
				<verse number="19">Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ: – Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.</verse>
				<verse number="20">Махуэшхуэм щыгъуэ Тхьэм елъэӀуну къэкӀуахэм алыдж гуэрхэр яхэтт.</verse>
				<verse number="21">Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.</verse>
				<verse number="22">Филипп кӀуэри, Индрисым жриӀащ. ИтӀанэ Филиппрэ Индрисрэ кӀуэри, Хьисэ жраӀащ.</verse>
				<verse number="23">– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="24">– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ.</verse>
				<verse number="25">Зи псэр фӀыуэ зылъагъум и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр мы дунейм щызылъагъу мыхъум ар игъащӀэкӀэ щыӀэну къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="26">Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.</verse>
				<verse number="27">– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.</verse>
				<verse number="28">Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="29">Ар щызэхахым, абдеж цӀыху куэдым жаӀащ: – Уафэр къэгъуэгъуащ. – МелыӀыч гуэр абы къепсэлъащ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми.</verse>
				<verse number="30">– А макъыр сэракъым, фэращ къыщӀэхуэӀуар, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="31">– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.</verse>
				<verse number="32">Ауэ цӀыхухэм сэ сыкъыщаӀэткӀэ, цӀыху псори си деж къесшэлӀэнущ.</verse>
				<verse number="33">Езыр зэрылӀэну щӀыкӀэр абыхэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэщ Хьисэ а псалъэхэр щӀыжиӀар.</verse>
				<verse number="34">– Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?</verse>
				<verse number="35">– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="36">Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.</verse>
				<verse number="37">Абыхэм я пащхьэм апхуэдиз нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр Хьисэ къыщигъэлъэгъуа пэтми, итӀани абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуакъым.</verse>
				<verse number="38">ЩӀэмыхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Зиусхьэн, цӀыхухэм хъыбару едгъэщӀар хэт зи фӀэщ хъуар? Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хэт нахуэ зыхуэхъуар?»</verse>
				<verse number="39">– А псалъэхэр пэжщ. А цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун ялъэкӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым иту нэгъуэщӀ щӀыпӀэм деж къызэрыщыжиӀам хуэдэу:</verse>
				<verse number="40">«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».</verse>
				<verse number="41">Хьисэ иӀэ хъуну щӀыхьышхуэр зэрилъэгъуам щхьэкӀэ, Ешайа бегъымбарым а псалъэхэр жиӀащ. Зи гугъу ищӀар Хьисэщ.</verse>
				<verse number="42">Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.</verse>
				<verse number="43">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.</verse>
				<verse number="44">Хьисэ макъ лъагэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъум фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀэр си закъуэкъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэ мэхъу.</verse>
				<verse number="45">Сэ сызылъагъум сэ сыкъэзыгъэкӀуари елъагъу.</verse>
				<verse number="46">СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="47">– Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.</verse>
				<verse number="48">Сэ нэмыплъ къызэзыту, си псалъэхэри зымыдэм езыр зыгъэкъуэншэн гуэр бгъэдэлъщ. Псалъэу къыжысӀаращ къемэтмахуэм а цӀыхур зыгъэкъуэншэнур.</verse>
				<verse number="49">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэр-сэру си псалъэхэр къыжысӀакъым, атӀэ Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам жысӀэнумкӀэ унафэ къысхуищӀащ.</verse>
				<verse number="50">Абы и унафэм цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэригъэхъур сощӀэ. Аращи, сэ къыжысӀэ псори Адэ лъапӀэм къызэрыжиӀам тету къыжызоӀэж.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="2">Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.</verse>
				<verse number="3">И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,</verse>
				<verse number="4">Хьисэ Ӏэнэм пэрыкӀщ, и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихщ, напэӀэлъэщӀ къищтэри, и бгым иришэкӀащ.</verse>
				<verse number="5">Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀри, и бгым иришэкӀа напэӀэлъэщӀымкӀэ яхуилъэщӀыжу щӀидзащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ Симон Петр щыбгъэдыхьэм, абы къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ си лъакъуэхэр птхьэщӀ хъуну?</verse>
				<verse number="7">Сэ сщӀэр иджыпсту уэ къыбгурыӀуэркъым, ауэ итӀанэ къыбгурыӀуэнущ, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="8">Сэ си лъакъуэхэр зэи уэзгъэтхьэщӀынукъым, – къыжриӀащ Петр. – ПхуэзмытхьэщӀмэ, си гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="9">Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.</verse>
				<verse number="10">– ЗызыгъэпскӀам и лъакъуэхэм фӀэкӀа итхьэщӀын хуейкъым, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэрыщыту къабзэщ. Фэри фыкъабзэщ, ауэ псори фыапхуэдэкъым.</verse>
				<verse number="11">Хьисэ «псори фыапхуэдэкъым» щӀыжиӀар езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынур абыхэм зэрахэтыр ищӀэрти, аращ.</verse>
				<verse number="12">Абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀщ, и щыгъыныр зыщитӀэгъэжри, щытӀысыжым, Хьисэ щӀэупщӀащ: – ФхуэсщӀар къывгурыӀуэрэ?</verse>
				<verse number="13">Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.</verse>
				<verse number="14">Сэ фи Зиусхьэну икӀи фи дин егъэджакӀуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщӀащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="15">ФщӀэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщӀам хуэдэ фэри фщӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="16">Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.</verse>
				<verse number="17">Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.</verse>
				<verse number="18">– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».</verse>
				<verse number="19">– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="21">Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ: – Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.</verse>
				<verse number="22">Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ.</verse>
				<verse number="23">И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст.</verse>
				<verse number="24">Симон Петр Хьисэ къыбгъэдэсым Ӏэ хуищӀащ, Хьисэ жыхуиӀамкӀэ иригъэупщӀыну.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ дежкӀэ зигъазэри, а лӀыр абы еупщӀащ: – Хэт ар жыхуэпӀэр, Зиусхьэн?</verse>
				<verse number="26">– Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ.</verse>
				<verse number="27">Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ ар абы щӀыжриӀар Ӏэнэм пэрысхэм ящыщ зыми къыгурыӀуакъым.</verse>
				<verse number="29">Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.</verse>
				<verse number="30">ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.</verse>
				<verse number="31">Иудэ унэм щыщӀэкӀым, Хьисэ жиӀащ: – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр ялъагъунущ иджы, абыи Тхьэм и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="32">Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.</verse>
				<verse number="33">– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.</verse>
				<verse number="34">– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.</verse>
				<verse number="35">ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.</verse>
				<verse number="36">Симон Петр Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дэнэ уздэкӀуэр? – Сэ сыздэкӀуэм уэ иджы укъыскӀэлъыкӀуэфынукъым, ауэ итӀанэ укъыскӀэлъыкӀуэнущ, – жриӀэжащ Хьисэ абы.</verse>
				<verse number="37">– Зиусхьэн, иджы сыкъыпкӀэлъыкӀуэн сыт щӀыслъэмыкӀынур? Сэ си псэр уэр щхьэкӀэ стынущ, – жиӀащ Петр.</verse>
				<verse number="38">– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.</verse>
				<verse number="2">Си Адэм и унэшхуэм унэ куэд хэтщ; апхуэдэу щымытамэ, нывжесӀэнт: «ПсэупӀэ къыфхуэзгъэхьэзырыну сыкӀуэнущ».</verse>
				<verse number="3">СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ.</verse>
				<verse number="4">СыздэкӀуэм и гъуэгур фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="5">Зиусхьэн, – жриӀащ Фомэ Хьисэ, – уздэкӀуэр тщӀэркъым. УздэкӀуэм и гъуэгур дауэ къэтщӀэн зэрытлъэкӀынур?</verse>
				<verse number="6">Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="7">Сэ сыфцӀыхумэ, си Адэри фоцӀыху. Си Адэр джы щыщӀэдзауэ фоцӀыху икӀи флъэгъуащ.</verse>
				<verse number="8">Зиусхьэн, – жриӀащ Филипп Хьисэ. – Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъуи, ар тхурикъунущ.</verse>
				<verse number="9">– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?</verse>
				<verse number="10">Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь.</verse>
				<verse number="11">Адэ лъапӀэр сэ си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри щыжысӀэкӀэ, фи фӀэщ фщӀы. Ар мыхъуми, сэ злэжь Ӏуэхухэм щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.</verse>
				<verse number="12">Пэж дыдэр вжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм сэ злэжь Ӏуэхухэр илэжьынущ, абыхэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэжхэри илэжьынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущи.</verse>
				<verse number="13">Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Сэ си цӀэкӀэ сыткӀэ фыкъызэлъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ.</verse>
				<verse number="15">– Фэ сэ фӀыуэ сыфлъагъумэ, си унафэхэр вгъэзэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="16">Сэ Адэ лъапӀэм селъэӀунурэ, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжын НэгъуэщӀ Гуэр къыфхуригъэхынущ абы. Ар игъащӀэкӀэ фи гъусэнущ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи.</verse>
				<verse number="18">Пэжщ, ибэу фыкъэзгъэнэнукъым; фи деж сыкъэкӀуэжынущ.</verse>
				<verse number="19">ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.</verse>
				<verse number="20">Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ.</verse>
				<verse number="21">Си унафэхэм едаӀуэу, ахэр зыгъэзащӀэхэращ сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур. Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур си Адэми фӀыуэ къилъагъунущ. Сэри ар фӀыуэ слъагъунущ икӀи сызыхуэдэр езгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="22">Иудэ (Иудэ Искариот зи цӀэр аркъым) Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дунейм и цӀыхухэм уэ зыумыгъэлъагъуу, дэ зыкъэдбгъэлъагъуну жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур?</verse>
				<verse number="23">– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.</verse>
				<verse number="24">ФӀыуэ сыкъэзымылъагъум си псалъэхэр игъэзащӀэркъым. Сэ жысӀэу зэхэфх псалъэхэр си псалъэкъым. Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам и псалъэщ.</verse>
				<verse number="25">– Сэ сывигъусэху, мы псалъэхэр нывжесӀэ зэпытащ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="27">Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.</verse>
				<verse number="28">– «СыфхэкӀыжми, фи деж сыкъэкӀуэжынущ» жысӀэу зэрывжесӀар зэхэфхащ. Сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъуу щытатэмэ, «Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ фыгуфӀэнт, Адэ лъапӀэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщи.</verse>
				<verse number="29">Мы Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ вжесӀащ, къыщыхъукӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="30">Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.</verse>
				<verse number="31">Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.</verse>
				<verse number="2">Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="3">Фэ фигухэр сэ вжесӀа псалъэхэмкӀэ къабзэ хъуакӀэщ.</verse>
				<verse number="4">Сэ фи псэм сыт щыгъуи сыхэвгъэлъ, фэри си псэм сыт щыгъуи фыщыщынущ. Къудамэр жызумыпкъым пымытмэ, зыри къызэрыпымыкӀэнум хуэдэу, фэри фи псэм сыт щыгъуи сыхэвмыгъэлъмэ, фӀыгъуэ къыфпыкӀынукъым.</verse>
				<verse number="5">– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.</verse>
				<verse number="7">Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.</verse>
				<verse number="9">– Адэ лъапӀэм сэ фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу, сэри фэ фӀыуэ фыслъэгъуащ. Си фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.</verse>
				<verse number="10">Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.</verse>
				<verse number="11">Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="12">Мыращ си унафэр: Сэ фэ фӀыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъун хуейщ.</verse>
				<verse number="13">Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="14">Си унафэхэр вгъэзащӀэмэ, фэри фызиныбжьэгъущ.</verse>
				<verse number="15">Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи.</verse>
				<verse number="16">Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.</verse>
				<verse number="17">ФӀыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщӀыр.</verse>
				<verse number="18">– Дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фэ фыкъалъагъу мыхъу хъун и пэкӀэ сэри сыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытар зыщывмыгъэгъупщэ.</verse>
				<verse number="19">Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.</verse>
				<verse number="20">Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="21">Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.</verse>
				<verse number="22">Сэ сыкъакӀуэу, си псалъэхэр яжезмыӀауэ щытатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ зыри яӀэкъым.</verse>
				<verse number="23">Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым.</verse>
				<verse number="24">НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.</verse>
				<verse number="25">Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».</verse>
				<verse number="26">– Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуезгъэхынущ. Ар Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, абы и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэращ. Ар къыщыкӀуэкӀэ, сэ щыхьэт къыстехъуэнущ.</verse>
				<verse number="27">Фэри щыхьэт фыкъыстехъуэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀэдзапӀэм къыщыщӀэдзауэ фэ фызигъусэу щытащи.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">– Мы Ӏуэху псори щӀывжесӀар си гъуэгу фытемыкӀын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="2">Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.</verse>
				<verse number="3">Адэ лъапӀэри сэри дызэрамыцӀыхум щхьэкӀэ а Ӏуэхухэр ялэжынущ.</verse>
				<verse number="4">А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.</verse>
				<verse number="5">– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам деж сыкӀуэжынущ иджы. Ауэ фэ фщыщ зыри сэ къызэупщӀыркъым: «Дэнэ уздэкӀуэр?» жиӀэу.</verse>
				<verse number="6">Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="7">Пэжыр вжызоӀэ, сэ сызэрыфхэкӀыжыр фэркӀэ нэхъыфӀщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыфхэмыкӀыжмэ, фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуэкӀуэнукъым. Сэ сыщыкӀуэжкӀэ, ар къыфхуезгъэхынущ.</verse>
				<verse number="8">Фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыщыкӀуэкӀэ, гуэныхь щӀэныр зыхуэдэри, щыпкъагъэр зыхуэдэри, Тхьэм мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьынури захригъэщӀыкӀынущ:</verse>
				<verse number="9">сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрымыхъуар зэрыгуэныхьыр абыхэм захригъэщӀыкӀынущ;</verse>
				<verse number="10">сигу щыпкъагъэ зэрилъри захригъэщӀыкӀынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынурэ, сыфлъагъужынукъыми;</verse>
				<verse number="11">Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.</verse>
				<verse number="12">– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.</verse>
				<verse number="14">Абы си щӀыхьыр иӀэтынущ, фигъэщӀэну Ӏуэхухэр сэ къызбгъэдэкӀхэращи.</verse>
				<verse number="15">Адэ лъапӀэм иӀэ псор сысейщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэм сэ жысӀэ Ӏуэхухэр зэрывигъэщӀэнур щӀывжесӀар аращ.</verse>
				<verse number="16">– Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущи.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ ар щыжиӀэм, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – «Куэд мыщӀэу сэ сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» икӀи «Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ» жыхуиӀэм сыту пӀэрэ къригъэкӀыр?</verse>
				<verse number="18">Абыхэм жаӀэрт: – «Куэд мыщӀэу» жыхуиӀэм къригъэкӀыр тщӀэркъым.</verse>
				<verse number="19">Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?</verse>
				<verse number="20">Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ.</verse>
				<verse number="21">ЦӀыхубзым бын щигъуэткӀэ, гугъуехь ешэч, гугъу щехьын сыхьэтыр къэсащи. Ауэ сабийр дунейм къытехьа нэужь, мэгуфӀэ, гугъуехьу ишэчар щогъупщэж, дунейм цӀыхущӀэ къытехъуащи.</verse>
				<verse number="22">Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.</verse>
				<verse number="23">А махуэм фэ зыкӀи фыкъызэупщӀынукъым. Пэж дыдэр вжызоӀэ, Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.</verse>
				<verse number="24">Нобэр къэсыху, Адэм си цӀэкӀэ зыкӀи фелъэӀуакъым. ФелъэӀуи, фызэрелъэӀур къыфхуищӀэнущ, фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="25">– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.</verse>
				<verse number="26">А махуэм Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ фелъэӀунущ. Фэ фтеухуауэ Адэ лъапӀэм селъэӀуну вжесӀэркъым;</verse>
				<verse number="27">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ сэ фӀыуэ сызэрыфлъэгъуам, Тхьэм сызэрыщыщымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, езы Адэ лъапӀэми фӀыуэ фыкъелъагъу.</verse>
				<verse number="28">Адэ лъапӀэм сыщыщу дунейм сыкъытехьащ. Дунейм аргуэру сытекӀыжынурэ, Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынущ.</verse>
				<verse number="29">– Ущие хъыбар хэмыту, нахуэу уопсалъэ иджы, – жаӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.</verse>
				<verse number="30">– Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="31">– ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуа иджы? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.</verse>
				<verse number="32">– Мис, фэ фызэбгрыкӀыжу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и унэм щигъэзэжыну сыхьэтыр къос икӀи къэсакӀэщ. Сэ си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, Адэ лъапӀэр си гъусэщ.</verse>
				<verse number="33">– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="17">
				<verse number="1">А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="3">ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.</verse>
				<verse number="4">Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="5">Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.</verse>
				<verse number="6">Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ.</verse>
				<verse number="7">Сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псори уэ къызэрыббгъэдэкӀар абыхэм иджы ящӀэ;</verse>
				<verse number="8">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Сэ абыхэм щхьэкӀэ сынолъэӀу. Дунейм и цӀыхухэракъым сызыхуэлъаӀуэр, атӀэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэращ, ахэр ууейщи.</verse>
				<verse number="10">Сэ си ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэр псори ууейщ, уэ уи цӀыху псори сысейщ. Абыхэми си щӀыхьышхуэр къагъэнахуэ.</verse>
				<verse number="11">Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Сэ абыхэм сыщрагъусам, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр схъумащ икӀи сахуэсакъащ. КӀуэдын хуей цӀыхум фӀэкӀа абыхэм ящыщ зыри кӀуэдакъым, Тхьэм и псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="13">– Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.</verse>
				<verse number="15">Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым.</verse>
				<verse number="16">Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым.</verse>
				<verse number="17">Абыхэм пэжыгъэкӀэ зыкъыуатын щӀы. Уэ уи псалъэхэращ щыпхъэр.</verse>
				<verse number="18">Уэ дунейм сыкъызэрыбгъэкӀуам хуэдэу, сэри ахэр дунейм згъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="19">Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ уэ зыныузот, абыхэми пэжу зыкъыуата хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">– Сэ сызыхуэлъаӀуэр абыхэм я закъуэкъым, абыхэм я псалъэхэмкӀэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну цӀыхухэми сахуолъаӀуэ.</verse>
				<verse number="21">А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="22">Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ:</verse>
				<verse number="23">Сэ абыхэм я псэм сыщыщу, уэри си псэм ущыщу, ахэр пэжу зы ирехъу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуари, сэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуам хуэдэу, ахэри фӀыуэ зэрыплъэгъуари дунейм и цӀыхухэм ящӀэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="24">– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.</verse>
				<verse number="25">– Си Адэ захуэ, дунейм и цӀыхухэм уэ уащӀэркъым, ауэ сэ узощӀэ. Си цӀыхухэм уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар ящӀэ.</verse>
				<verse number="26">Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="18">
				<verse number="1">Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, дэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Кедрон псым зэпрыкӀащ. Абдежым жыг хадэ итт. Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а хадэм ихьащ.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.</verse>
				<verse number="3">Арати, Иудэ зауэлӀ гупрэ дин пашэшхуэхэми фарисейхэми ягъэкӀуа хъумакӀуэ гупрэ здишащ. Ахэр къэкӀуащ Ӏэдакъэ мафӀэ нэхухэри, уэздыгъэхэри, Ӏэщэхэри яӀыгъыу.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ къыщыщӀыну псори езым ищӀэжырти, япежьэри еупщӀащ: – Хэт фызылъыхъуэр?</verse>
				<verse number="5">– Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэращ ар, – яжриӀащ Хьисэ. Хьисэ абыхэм езыгъэубыдыну Иудэр абыхэм яхэтт.</verse>
				<verse number="6">«Сэращ ар» жиӀэу Хьисэ щажриӀэм, ахэр икӀуэтыжри, щӀым зрадзыхащ.</verse>
				<verse number="7">Хэт фызылъыхъуэр? – аргуэру еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="8">– Сэращ ар, нывжесӀакъэ? – яжриӀащ Хьисэ. – Фызылъыхъуэр сэрамэ, зыри евмыщӀэу, си гъусэхэр футӀыпщыж.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар езым Адэ лъапӀэм жриӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Уэ сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм ящыщ зыри сфӀэкӀуэдакъым».</verse>
				<verse number="10">Симон Петр джатэ иӀыгъти, ар кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, и тхьэкӀумэ ижьыр къыпигъэлъэтащ. А унэӀутым и цӀэр Малхт.</verse>
				<verse number="11">– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?</verse>
				<verse number="12">Дзэ пашэр я гъусэу, зауэлӀ гупымрэ журт хъумакӀуэхэмрэ Хьисэ яубыдри, Ӏэхъулъэхъу иралъхьащ.</verse>
				<verse number="13">Аннэ зи цӀэм деж яшащ япэщӀыкӀэ. Аннэ а илъэсым и дин пашэшхуэу Кайафэ зи цӀэм и щыкъу адэт.</verse>
				<verse number="14">А Кайафэращ адрей журтхэм мыпхуэдэ чэнджэщ езытауэ щытар: «Дэ ди лъэпкъ псори кӀуэд нэхърэ, зы цӀыху закъуэ лӀэмэ, нэхъыфӀщ».</verse>
				<verse number="15">Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрымрэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. А лӀыуэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэр дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытти, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм дыхьащ Хьисэ щӀыгъуу.</verse>
				<verse number="16">Петр пщӀантӀэм дэмыхьэу куэбжэпэм къыӀунащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ лӀыуэ дин пашэшхуэм и хэгъэрейуэ щытыр къыдэкӀыжщ, куэбжэӀут хъыджэбзым жриӀэри, Петри пщӀантӀэм дишащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="17">– Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ куэбжэӀут хъыджэбзыр Петр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр.</verse>
				<verse number="18">Абдежым щӀыӀэти, унэӀутхэмрэ адрей лӀыхэмрэ фӀамыщӀ мафӀэ ящӀауэ загъэхуабэрт. Петри зигъэхуабэу абыхэм яхэтт.</verse>
				<verse number="19">Дин пашэшхуэр Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр хэт хъуну? ЦӀыхухэм уэ ебгъащӀэ Ӏуэхухэр сыт зищӀысыр?</verse>
				<verse number="20">– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.</verse>
				<verse number="21">Сыт укъыщӀызэупщӀыр? Псалъэу яжесӀар зэхэзыхахэм еупщӀ. Абыхэм сэ жысӀар ящӀэркъэ?</verse>
				<verse number="22">Хьисэ ар щыжиӀэм, хъумакӀуэхэм ящыщу нэхъ пэгъунэгъур Хьисэ енэпэфауэри, жиӀащ: – Дин пашэшхуэм щхьэ упэпсэлъэжрэ?</verse>
				<verse number="23">– Мыхъун жысӀамэ, сызэрыщыуар къызжеӀэ – жриӀащ абы Хьисэ. – Пэжыр жысӀамэ, сыт укъыщӀызэуэр?</verse>
				<verse number="24">Дин пашэшхуэ Кайафэ деж Аннэ Хьисэ иригъэшащ, Ӏэхъулъэхъу илъу.</verse>
				<verse number="25">Симон Петр зигъэхуабэу мафӀэм бгъэдэтащ апщӀондэху. – Уэри а лӀым и гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъэ? – къеупщӀащ адрейхэр. – Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр, зибзыщӀыри.</verse>
				<verse number="26">Дин пашэшхуэм и унэӀутхэм ящыщу зи тхьэкӀумэ Петр къыпигъэлъэтам и благъэ гуэрым жиӀащ: – А лӀым уригъусэу жыг хадэм ущыслъэгъуакъэ?</verse>
				<verse number="27">– Хьэуэ, ар пэжкъым, – жиӀэри Петр аргуэру идакъым. Ар зэрыжиӀэу, адакъэ Ӏуащ.</verse>
				<verse number="28">Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.</verse>
				<verse number="29">Арати, Пилат Ӏэтащхьэр преторием щӀэкӀри, яжриӀащ: – Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?</verse>
				<verse number="30">– Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="31">– Фшэжи, фи хабзэм тету, ищӀам хуэфащэу хьэкум тефщӀыхь, – яжриӀащ Пилат. – Дэ зыгуэрым укӀ тетлъхьэну дыхуиткъым, – къыжраӀащ журтхэм Пилат.</verse>
				<verse number="32">Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="33">Пилат преторием щӀыхьэжщ, Хьисэ къригъашэри еупщӀащ: – Журтхэм урапащтыхь?</verse>
				<verse number="34">– Ар уэр-уэру жыпӀэрэ, хьэмэрэ сэ къыстеухуауэ нэгъуэщӀхэр къопсэлъа? – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="35">– Сэ сыжурт-тӀэ? – жэуап къитыжащ Пилат. – Уи лъэпкъымрэ дин пашэшхуэхэмрэ укъысхуашащ. Сыт уэ пщӀар?</verse>
				<verse number="36">– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.</verse>
				<verse number="37">– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="38">– Щыпкъагъэу жыхуэпӀэр сыт? – щӀэупщӀащ Пилат. Пилат ар жиӀэщ, журтхэм я деж щӀэкӀыжри, яжриӀащ: – Мы лӀыр зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.</verse>
				<verse number="39">Ауэ лъэхъуэщым щӀэс гуэр Ӏутыж мэхуэшхуэ къэс къыфхуэзутӀыпщыжу фи хабзэщ. Аращи, «Журтхэм я пащтыхьу» жыхуаӀэр къыфхуэзутӀыпщыжыну фыхуей?</verse>
				<verse number="40">– Мы лӀыракъым дызыхуейр, Вараввэ къытхуэутӀыпщыж, – жаӀэри зэрыгъэкӀиящ ахэр. Вараввэ зи цӀэр хъунщӀакӀуэт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="19">
				<verse number="1">Пилат зауэлӀхэм Хьисэ яригъэубыдри, щӀопщкӀэ иригъэуащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="2">ЗауэлӀхэм банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж яблэри, Хьисэ и щхьэм фӀалъхьащ. Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀэгъащ.</verse>
				<verse number="3">Къыбгъэдыхьэри къыщӀэнакӀэрт зауэлӀхэр: – Упсэу, журтхэм я пащтыхь! – жаӀэурэ. Ар жаӀэурэ, абы енэпэфауэрт.</verse>
				<verse number="4">Преторием къыщӀэкӀыжри, Пилат журтхэм яжриӀащ: – Зэрызгъэкъуэншэн зыри зэрезмыгъуэтылӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, езыр къыфхущӀызош.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ банэ тажыр щхьэрыгъыу, абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхьыр щыгъыу къыщӀэкӀащ. Пилат цӀыхухэм яжриӀащ: – Мис езыр!</verse>
				<verse number="6">Хьисэ щалъагъум, дин пэшэшхуэмрэ хъумакӀуэхэмрэ зэрыгъэкӀиящ: – Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – Ар фэ фшэи, жорым ефӀулӀ, – яжриӀащ Пилат, – сэ зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀакъым.</verse>
				<verse number="7">Дэ хабзэ диӀэщ, – къыжраӀащ журтхэм. – А ди хабзэм тету лӀэн хуейщ ар, Тхьэм и Къуэу зэрызигъэӀуам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">А псалъэхэр щызэхихым, Пилат хуабжьу къэшынащ.</verse>
				<verse number="9">Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.</verse>
				<verse number="10">– Уэ укъызэпсэлъэну ухуэмейуэ, ара? – жриӀащ Пилат Хьисэ. – УзутӀыпщыжынуи жорым урезгъэӀулӀынуи лъэкӀыныгъэ зэрызиӀэр пщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="11">– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.</verse>
				<verse number="12">Абы къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ зэриутӀыпщыжыным и ужь итащ Пилат. Ауэ журтхэр зэрыгъэкӀийрт: – Ар бутӀыпщыжмэ, кесарым уриныбжьэгъукъым. Пащтыхь зыфӀэзыщ дэтхэнэри кесарым и бийщ.</verse>
				<verse number="13">А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ къыщӀишри, Пилат хеящӀэ тӀысыпӀэм тетӀысхьащ. А тӀысыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм и цӀэр Лифостротонщ, журтыбзэкӀэ Гаввафэщ.</verse>
				<verse number="14">А махуэр ӀутӀыж махуэшхуэм и пэ къихуэ мэрем махуэт. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар. – Мис фи пащтыхьыр! – яжриӀащ Пилат журтхэм.</verse>
				<verse number="15">– Ӏуш, Ӏуш, жорым еӀулӀ ар, – зэрыгъэкӀиящ ахэр. – Фи пащтыхьыр жорым есӀулӀынуи? – яжриӀащ Пилат. – Кесарым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ пащтыхь диӀэкъым, – жаӀащ дин пашэшхуэхэм.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу щыхъум, Пилат Хьисэ жорым ираӀулӀыну яӀэщӀилъхьащ. Хьисэ здашэри ӀукӀыжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.</verse>
				<verse number="18">А щӀыпӀэм Хьисэ жорым щраӀулӀащ. ЦӀыхуитӀ ибгъу зырызым къыщыту, Хьисэ я зэхуакум дэту, жорхэм ираӀулӀащ.</verse>
				<verse number="19">Пхъуэбгъу кӀапэм «Назарет щыщ Хьисэу журтхэм я Пащтыхьыр» жиӀэу, Пилат и зауэлӀхэм трыригъатхэри, жорым трыригъэӀулӀащ. Ар журтыбзэкӀи, алыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи тратхат.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэр къалэм и гъунэгъути, журтхэм ящыщу а тхыгъэм еджар куэд хъурт.</verse>
				<verse number="21">Журтхэм я дин пашэшхуэхэм Пилат жраӀащ: – «Журтхэм я пащтыхьыр» жыпӀэу томытхэ, атӀэ Хьисэ «Сэ журтхэм срапащтыхьщ» жиӀэу зэрыщытар тетхэ.</verse>
				<verse number="22">– Сэ стхар тхауэ щрет, – жиӀащ Пилат.</verse>
				<verse number="23">ЗауэлӀхэм Хьисэ жорым щраӀулӀым, и щыгъынхэр ящтэри, дэтхэнэ зауэлӀми зы Ӏыхьэ иратурэ, ӀыхьиплӀу ягуэшащ. Джанэри ящтащ, арщхьэкӀэ джанэр мыдауэ, пщэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс зы щэкӀышхуэу зэӀущауэ щытт.</verse>
				<verse number="24">– Мыр зэпыдмыгъэжу, пхъэидзэ дывгъэщӀи, зытехуэм еттынщ, – жаӀащ абыхэм. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Си щыгъынхэр зэхуагуэшащ, си джанэм щхьэкӀэ пхъэидзэ ящӀащ». А псалъэхэм тетущ зауэлӀхэм Хьисэ и щыгъыныр зэрагуэшар.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ и анэри, и анэм и шыпхъури, Клеопэ зи цӀэм и щхьэгъусэ Мэриемри, Магдалэ жылэм щыщ Мэриеми Хьисэ и жорым бгъэдэтт.</verse>
				<verse number="26">Хьисэ и анэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъыфӀу илъагъумрэ абдежым щыту къыщилъагъум, и анэм жриӀащ: – Уэ, цӀыхубз, мыращ иджы уи къуэр!</verse>
				<verse number="27">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэм жриӀащ итӀанэ: – Мыращ иджы уи анэр! Асыхьэтым къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу зым езым и унэм Хьисэ и анэр ишащ, ар псэупӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="28">И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.</verse>
				<verse number="29">Серчэ изу фалъэ щытт абдежым. ЩӀыфэр зэраӀуэт хъыданым серчэр быдэу зыщӀрагъэфщ, хьиссопкӀэ зэджэ къамыл башым ар фӀаӀури, Хьисэ и жьэм ирахьэлӀащ.</verse>
				<verse number="30">Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ: – Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ. И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="31">Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ: – Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ, хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.</verse>
				<verse number="32">Арати, зауэлӀхэр къакӀуэри, япэрейм и лъэдийр зэпаудащ. Хьисэ и гъусэу адрей жорым еӀулӀам и лъэдийри зэпаудащ.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ къыбгъэдыхьэхэри, зэрылӀар щалъагъум, абы и лъэдийр зэпамыуду къагъэнащ.</verse>
				<verse number="34">ЗауэлӀхэм ящыщ гуэр Хьисэ и джабэм бжыкӀэ епыджащ. Зэрепыджу лъырэ псырэ къыщӀэкӀащ абы.</verse>
				<verse number="35">Къэхъуар зылъэгъуар а Ӏуэхум щыхьэт техъуащ, и щыхьэтыгъэри пэжщ. Ар зэрыпэжыр езыми ещӀэ. Фэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ ар щыхьэт щӀэхъур.</verse>
				<verse number="36">Мы Ӏуэху псори апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Абы и къупщхьэхэм ящыщ зыри зэпыудынукъым».</verse>
				<verse number="37">Абы нэмыщӀу, Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Зэпыджам худэплъеинущ».</verse>
				<verse number="38">Аримафей жылэм щыщу, Исуф зи цӀэ лӀы гуэр щыӀащ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щэхуу ящыщт. А Ӏуэхугъуэр щӀибзыщӀыр журтхэм ящышынэти, аращ. Ар Пилат деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀэсхыжыну хуит сыщӀ, – жиӀэри. Пилат хуит щищӀым, кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀихыжащ Исуф.</verse>
				<verse number="39">Исуф и гъусэу Никодими къэкӀуащ. Никодимщ Хьисэ деж жэщым къакӀуэуэ щытар. Мэ ӀэфӀ къызыпих удзу смирнэрэ алоерэ литрищэу хуэдиз зэхищӀари къыздихьащ абы.</verse>
				<verse number="40">А тӀум Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, журтхэм хьэдэр зэрыщӀалъхьэж хабзэм тету, мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэр и гъусэу, джэбынхэр хьэдэм ирашэкӀащ.</verse>
				<verse number="41">Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэм жыг хадэ щыӀэт. А хадэм хьэдэ зэи зыщӀамылъхьа кхъэлэгъуныщӀэ итт.</verse>
				<verse number="42">Журтхэм щэбэт махуэм зыщыхуагъэхьэзыр махуэт, а кхъэлэгъунэри гъунэгъути, Хьисэ и хьэдэр абы щӀалъхьащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="20">
				<verse number="1">Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="2">Мэрием, ар щилъагъум, Симон Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу нэхъ и щӀасэмрэ я деж жэри, яжриӀащ: – Зиусхьэныр кхъэлэгъунэм къыщӀахащ, здахьари тщӀэркъым.</verse>
				<verse number="3">Петррэ Хьисэ и гъуэгум ирикӀуэ адрей лӀымрэ унэм щӀэкӀри, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.</verse>
				<verse number="4">А тӀур зэгъусэу щӀэпхъуат, ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр Петр нэхърэ нэхъ псынщӀэу жэрти, ар кхъэлэгъунэм япэ нэсащ.</verse>
				<verse number="5">Зригъэзыхщ, щӀэплъэри, джэбынхэр щылъу илъэгъуащ, ауэ кхъэлэгъунэм щӀыхьакъым.</verse>
				<verse number="6">Абы и ужь иту, Симон Петр нэсри, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, джэбынхэр абдежым щылъу илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ и щхьэм ешэкӀауэ щыта джэбыныр адрей джэбынхэм ябгъэдэмылъу, щхьэхуэу, зэкӀуэцӀышыхьауэ нэгъуэщӀ щӀыпӀэ деж щылът.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ;</verse>
				<verse number="9">сыту жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, Хьисэ лӀахэм къахэтыджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытыр абыхэм иджыри къагурыӀуатэкъым.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж ягъэзэжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="11">Мэрием кхъэлэгъунэм деж щыту гъырт. Гъыурэ, кхъэлэгъунэм щӀэплъэну зыщригъэзыхым,</verse>
				<verse number="12">мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="13">Щилъагъум, абыхэм Мэрием къыжраӀащ: – ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – Си Зиусхьэным и хьэдэр щӀахащ, здахьари сщӀэркъым, – жиӀащ Мэрием.</verse>
				<verse number="14">Ар зэрыжиӀэу къызэплъэкӀри, Хьисэ абдежым щыту илъэгъуащ, ауэ ар зэры-Хьисэр къицӀыхужакъым.</verse>
				<verse number="15">– ЦӀыхубз, сыт уэ ущӀэгъыр? – къыжриӀащ Хьисэ. – Хэт узылъыхъуэр? Мэрием, ар жыг хадэр зыгъэкӀ лӀырауэ къыфӀэщӀри, абы жриӀащ: – Зи щӀыхь ин, ар щӀэзыхар уэрамэ, здэпхьар къызжеӀи, сэ ар къэсхьыжынущ.</verse>
				<verse number="16">– Мэрием, – жиӀащ Хьисэ. Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ: – Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)</verse>
				<verse number="17">– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».</verse>
				<verse number="18">Ар къыщыжриӀэм, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж кӀуэри, Зиусхьэныр зэрилъэгъуари а псалъэхэр къызэрыжриӀари яхуиӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="19">А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!</verse>
				<verse number="20">Ар жиӀэри, и Ӏэхэри и джабэри къаригъэлъэгъуащ. Зиусхьэныр щалъагъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр гуфӀащ.</verse>
				<verse number="21">– Фигу ирезагъэ! – къажриӀащ Хьисэ аргуэру. – Адэ лъапӀэм сэ сыкъызэригъэкӀуам хуэдэу, сэри фэ фызогъакӀуэ.</verse>
				<verse number="22">Ар жиӀа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм епщэри яжриӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фигу илъ ирехъу.</verse>
				<verse number="23">Гуэныхьхэр зыхуэвгъэгъум хуэгъунущ, зыхуэвмыгъэгъум хуэгъунукъым.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым языр, Фомэ, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэр, Хьисэ къыщыкӀуам, адрейхэм я гъусатэкъым.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ: – Зиусхьэныр тлъэгъуащ. – ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.</verse>
				<verse number="26">Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!</verse>
				<verse number="27">Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.</verse>
				<verse number="28">– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.</verse>
				<verse number="29">– Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.</verse>
				<verse number="30">Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм нэмыщӀ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я пащхьэм мы тхылъым имыт нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къыщигъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="31">Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="21">
				<verse number="1">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ:</verse>
				<verse number="2">Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.</verse>
				<verse number="3">– Бдзэжьеящэ сыкӀуэнущ, – яжриӀащ Симон Петр адрейхэм. – Дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ, – къыжраӀащ адрейхэм. ИтӀанэ ежьэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэри кӀуащ, ауэ а жэщым зыри къаубыдакъым.</verse>
				<verse number="4">Нэху щыщам, Хьисэ псы Ӏуфэм Ӏуутт, ауэ ар зэры-Хьисэр и гъуэгу ирикӀуэхэм къацӀыхужакъым.</verse>
				<verse number="5">– Ныбжьэгъухэ, бдзэжьей къэвубыда? – къеупщӀащ Хьисэ. – Хьэуэ, зыри къэдубыдакъым, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="6">– Кхъуафэжьейм и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ хъыр хэвдзи, къэвубыдынущ, – яжриӀащ Хьисэ. Ар щажриӀэм, хъыр хадзэри, хъым апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къихьати, къыхахыжын яхузэфӀэкӀакъым.</verse>
				<verse number="7">И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэм Петр жриӀащ: – Мыр Зиусхьэныращ. Ар зэры-Зиусхьэныр щызэхихым, Симон Петр и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихати, ар зришэкӀыжри, псым зыхидзащ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм бдзэжьей зэрылъ хъыр къыздалъэфурэ, кхъуэфэжьейкӀэ къэсащ. Ахэр псы Ӏуфэм пэжыжьэтэкъым, ӀэфракӀэ щитӀым хуэдиз къудейт зэрыӀукӀар.</verse>
				<verse number="9">Псы Ӏуфэм къыщысым, фӀамыщӀ мафӀэр зэщӀэгъэнауэ, абы бдзэжьей пэрылъу, щӀакхъуи бгъэдэлъу ялъэгъуащ.</verse>
				<verse number="10">– Къэвубыда бдзэжьейхэм ящыщ къэфхь иджы! – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="11">Симон Петр кхъуафэжьеймкӀэ кӀуэри, бдзэжьей инхэр зэрыз хъыр псы Ӏуфэм кърилъэфэлӀащ. Хъым илъа бдзэжьейхэр щэрэ тхущӀрэ щырэ хъурт. Апхуэдиз илъа пэтми, хъыр итӀани зэфӀэтхъакъым.</verse>
				<verse number="12">– ФыкъакӀуи, пщэдджыжьышхэр фышхэ, – яжриӀащ Хьисэ. «Уэ хэт ущыщ?» жиӀэу, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ зыри абы еупщӀыну тегушхуакъым. Ар зэры-Зиусхьэныр къащӀат.</verse>
				<verse number="13">Хьисэ къакӀуэщ, щӀакхъуэр къищтэри, яритащ. Бдзэжьейри яритащ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм абдеж ещанэрейуэ закъригъэлъэгъуауэ арат.</verse>
				<verse number="15">Шха нэужь, Хьисэ Симон Петр еупщӀащ: – Уэ, Симон, Иуан и къуэ, мыбыхэм фӀыуэ сызэралъагъум нэхърэ нэхъыфӀыжу сыплъагъурэ? – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – Сэ уэ фӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си щынэхэр гъэхъу! – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="16">– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – етӀуанэу еупщӀащ Хьисэ абы. – АтӀэ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Петр. – ФӀыуэ узэрыслъагъур уощӀэ. – Си мэлхэм мэлыхъуэ яхуэхъу, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="17">– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="18">– Пэж дыдэр бжызоӀэ, уэ уи щӀалэгъуэм щыгъуэ уи бгым бгырыпх уэр-уэру щӀэпкъузэрти, уздыхуейм укӀуэрт. Ауэ жьы ухъумэ, уи Ӏэхэр пшиинурэ, нэгъуэщӀ гуэрым бгырыпхыр уи бгым къыпхущӀикъузэнурэ, уздэкӀуэну узыхуэмейм уишэнущ.</verse>
				<verse number="19">Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур, Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь: – Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ.</verse>
				<verse number="20">Петр къыщызэплъэкӀым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр я ужь зэритым гу лъитащ. А лӀыращ пщыхьэщхьэшхэм щыгъуэ Хьисэ бгъэдэсу Ӏэнэм здыпэрысыр къеупщӀыгъар: «Зиусхьэн, тепщэныгъэ зиӀэхэм хэт уезыгъэубыдынур?» – жиӀэу.</verse>
				<verse number="21">Петр а лӀыр щилъагъум, Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы лӀыр дауэ хъуну?</verse>
				<verse number="22">– Сэ дунейм сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр? – жиӀащ Хьисэ. – Уэ си ужь къиувэ!</verse>
				<verse number="23">Арати, «Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыр лӀэнукъым», жаӀэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшхэм хъыбар ирахьэжьащ. Ауэ «Ар лӀэнукъым», жиӀэу Хьисэ Петр жриӀатэкъым. Хьисэ къыжриӀар мыращ: «Сэ сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр?»</verse>
				<verse number="24">Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ а лӀыращ мы Ӏуэхухэм щыхьэт ятехъуэри ахэр зытхари. Абы и щыхьэтыгъэр зэрыпэжыр дэ дощӀэ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ нэгъуэщӀ Ӏуэху куэди ищӀащ. Сэ зэрыслъытэмкӀэ, а Ӏуэху псори зырызурэ тхылъ пщӀатэмэ, а тхылъхэр мы дунейм техуэжынтэкъым. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="44">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Феофил лъапӀэ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижа махуэм нэсыху, Хьисэ илэжьа Ӏуэху псори икӀи цӀыхухэм яригъэщӀа Ӏуэху псори си япэ тхылъым итщ. Тхьэм уафэм дришеижын и пэкӀэ Хьисэ къыхиха апостолхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ унафэхэр яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="2"></verse>
				<verse number="3">Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.</verse>
				<verse number="4">Ахэр зэхуишэсри, Хьисэ унафэ яхуищӀащ: – Ерусалим къалэм фыдэмыкӀ, ауэ зи гугъу фхуэсщӀауэ, Адэ лъапӀэм фызэригъэгугъам фыпэплъэ, – жиӀэурэ.</verse>
				<verse number="5">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.</verse>
				<verse number="6">Щызэхуэсым, апостолхэр Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфӀэбгъэувэжынур?</verse>
				<verse number="7">– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.</verse>
				<verse number="8">– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.</verse>
				<verse number="9">А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ абыхэм ялъагъуу, Тхьэм уафэм дришеижащ. Пшэ къытехьэри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.</verse>
				<verse number="11">– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.</verse>
				<verse number="12">Апостолхэм, Елеон Ӏуащхьэм къехыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ абы и ужькӀэ. Елеон Ӏуащхьэр Ерусалим пэгъунэгъут, щэбэт махуэ гъуэгу хуэдизкӀэ нэхъ пэмыжыжьэу.</verse>
				<verse number="13">Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.</verse>
				<verse number="14">А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу.</verse>
				<verse number="15">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:</verse>
				<verse number="16">– Си къуэшхэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псалъэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут пащтыхьым и гум кърилъхьэу, Иудэ зи цӀэм теухуауэ жригъэӀахэр пэж хъун хуеящ. А Иудэращ Хьисэ зыубыдахэм гъуэгур езыгъэлъэгъуар.</verse>
				<verse number="17">Ари дэ тщыщу щытащ, мы Ӏуэхуми ди гъусэу ирилэжьащ.</verse>
				<verse number="18">ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ.</verse>
				<verse number="19">Ерусалим дэс цӀыху псоми Иудэ къыщыщӀар зэхахащ, а щӀыгум Акелдамэ фӀащащ я бзэкӀэ. Абы къикӀыр «Лъы уасэ щӀыгущ».</verse>
				<verse number="20">Петр къыщӀигъужащ итӀанэ: – Уэрэд лъапӀэхэм мыпхуэдэу итщ: «И унэр нэщӀ ирехъу. Зыри щӀремыс». Мыпхуэдэуи итщ: «Абы и Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым ирещти, абы и пӀэм ирыреувэ».</verse>
				<verse number="21">– Аращи, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ дэ ди гъусэ нэгъуэщӀ гуэр щыхьэт хъун хуейщ Иудэ и пӀэкӀэ. А щыхьэтыр Хьисэ къытхыхьэ-тхэкӀыжу щыщыта зэман псоми, Иуан Хьисэ щиумэхъа махуэм къыщыщӀэдзауэ ар Тхьэм уафэм щыдришеижам нэсыху, ди гъусэу щытахэм ящыщын хуейщ.</verse>
				<verse number="22"></verse>
				<verse number="23">Апхуэдэу лӀитӀ ягъэуващ: ВарсавэкӀэ зэджэ икӀи Иуст зыхужаӀэ Исуфрэ Матфийрэ.</verse>
				<verse number="24">Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="25"></verse>
				<verse number="26">Пхъэидзэ ящӀри, Матфий и пхъэр къикӀащ. Апостол пщыкӀузым я гъусэу, Матфий апостол хъуащ апхуэдэу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Пэнтэкост махуэшхуэр къыщысым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зы щӀыпӀэм щызэхуэсат.</verse>
				<verse number="2">НапӀэзыпӀэм жьапщэшхуэ макъым хуэдэу зы макъ уафэм къехри, ахэр зыщӀэс унэм макъышхуэр щӀэз хъуащ.</verse>
				<verse number="3">МафӀэм хуэдэу бзэгухэр къахуэлъэгъуащ. А бзэгухэм загуэшри, абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы бзэгу къытенащ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.</verse>
				<verse number="5">Дунейм тет дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ журтхэр Ерусалим дэст.</verse>
				<verse number="6">А макъышхуэр къыщыӀум, зыхуахьынур ямыщӀэу, цӀыху куэд зэхуэжэсащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэж и бзэкӀэ ахэр псалъэу дэтхэнэми зэхихырт.</verse>
				<verse number="7">Хуабжьу ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы къэпсалъэ цӀыху псори Галилей хэкум щыщкъэ?</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу щыщыткӀэ, дэ тщыщу дэтхэнэми и бзэкӀэ ахэр къэпсалъэу зэхихын зэрыхъуар дауэ?</verse>
				<verse number="9">Парфие, Мидие, Елам къэралхэм щыщхэми, Месопо-тамием исхэми, хэкухэу Иудейрэ Каппадокиерэ, Понтрэ Асиерэ,</verse>
				<verse number="10">Фригиерэ Памфилиерэ исхэми, Мысырым исхэми, Ливие къэралым щыщ Кириние къалэм пэгъунэгъу лъэныкъуэм исхэми, Рим къалэшхуэм къикӀахэми,</verse>
				<verse number="11">журтхэми, прозелитхэми, Крит хытӀыгум щыщхэми, хьэрыпхэми, Тхьэм илэжьа Ӏуэхушхуэхэм я хъыбарыр ди бзэхэмкӀэ къаӀуатэу дэ псоми зэхыдох.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыху псоми ягъэщӀагъуэу, зыхуахьынур ямыщӀэу, жаӀащ: – Сыт мы къэхъуар зищӀысыр?</verse>
				<verse number="13">– Ахэр фадэ ӀэфӀ ефэкъуащ! – абыхэм ящӀэнакӀэу жаӀащ языныкъуэхэм.</verse>
				<verse number="14">Адрей апостол пщыкӀузым я гъусэу къэтэджщ, и макъым зригъэӀэтри, Петр псалъэу щӀидзащ: – Фэ, си къуэш журтхэмрэ Ерусалим дэсхэмрэ, мыр зэвгъащӀэ, мы къыжысӀэм федаӀуэ.</verse>
				<verse number="15">Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу хъуа къудейщ.</verse>
				<verse number="16">Мыбы къыщыхъуар Иоил бегъымбарыр мыпхуэдэу зытепсэлъыхьа Ӏуэхурщ.</verse>
				<verse number="17">«Тхьэм мыпхуэдэу жеӀэ: Дунейм и иужьрей махуэхэм сэ си Псэ ЛъапӀэр цӀыху псоми къахуезгъэхынущ. Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ. Фи щӀалэхэми Ӏуэхухэр къахуэзгъэлъэгъуэнущ, фи нэхъыжьхэми пщӀыхьэпӀэхэр езгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="18">А махуэхэм си ӀурыщӀэ цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми си Псэ ЛъапӀэр къахуезгъэхынущ, си псалъэхэри я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ.</verse>
				<verse number="19">Уафэм Ӏуэху телъыджэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ, щӀылъэми нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ: лъы, мафӀэ, Ӏугъуэшхуэ флъагъунущ.</verse>
				<verse number="20">Зиусхьэным и махуэ лъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр къэсын и пэкӀэ дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри лъым хуэдэ хъунущ.</verse>
				<verse number="21">Абы щыгъуэ къыдэӀэпыкъункӀэ Зиусхьэным елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ».</verse>
				<verse number="22">Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.</verse>
				<verse number="23">Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.</verse>
				<verse number="24">Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ теухуауэ Даут бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэныр си пащхьэм иту слъагъу зэпыту щытащ. ЗыкӀи симыгъэгузэвэн щхьэкӀэ, ар си ижьырабгъумкӀэ къыщытщ.</verse>
				<verse number="26">Аращи, си гур мэгуфӀэ, си бзэри мэубзэрабзэ. Сипкъми гугъапӀэфӀ иӀэу зигъэпсэхужынущ.</verse>
				<verse number="27">Сыту жыпӀэмэ си псэр хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым. Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым.</verse>
				<verse number="28">ГъащӀэм хуэкӀуэ гъуэгухэр сыбгъэщӀащ. Сэ уи дэжи сыщыбгъэгуфӀэнущ».</verse>
				<verse number="29">– Си къуэшхэ, ди адэшхуэ Даут теухуауэ сигу зэӀухауэ сыпсэлъэну хуит сыфщӀ. Ар дунейм ехыжащ икӀи щӀалъхьэжащ, абы и кхъэлэгъунэр ди деж щыӀэщ ноби.</verse>
				<verse number="30">Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.</verse>
				<verse number="31">Аращи, Даут къэхъунур ищӀэрти, Мэссихь къытепсэлъыхьу, «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ къыщинэнукъым» икӀи «абы и хьэдэр игъэфынукъым» щыжиӀэм, зи гугъу ищӀар Мэссихь лӀахэм къахэтэджыкӀыжыну зэрыщытарщ.</verse>
				<verse number="32">А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.</verse>
				<verse number="33">Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижу, и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьа нэужь, Адэ лъапӀэм къызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр абы къритащ, фэ зэрыфлъагъущ, икӀи зэрызэхэфхщи, Хьисэ а Псэ ЛъапӀэр дэ къытхуригъэхащ.</verse>
				<verse number="34">Даут уафэм дэкӀуеижакъым, ауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэуэ Зиусхьэным си Зиусхьэным къыжриӀащ:</verse>
				<verse number="35">Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ».</verse>
				<verse number="36">– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.</verse>
				<verse number="37">Ар щызэхахым, цӀыхухэр къэгузэващ. Петррэ адрей апостолхэмрэ жраӀащ абыхэм: – Ди къуэшхэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="38">– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="39">Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр къызыхуригъэхыну игъэгугъар фэращ, фи бынхэращ, дэни щыпсэу цӀыхухэрщ – езым и бын хъуну Зиусхьэну ди Тхьэм къыхуриджа цӀыхухэрщ.</verse>
				<verse number="40">НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ: – Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.</verse>
				<verse number="41">Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.</verse>
				<verse number="42">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.</verse>
				<verse number="43">Апостолхэм Ӏуэху телъыджэ куэд ящӀэрт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къагъэлъагъуэрти, цӀыху псоми я гум шынагъэ илъ хъуащ.</verse>
				<verse number="44">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгъусэт, яӀэу хъуари я зэхуэдэт.</verse>
				<verse number="45">Я мылъкухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ ящэри, къыщӀэкӀар щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ ягуэшащ.</verse>
				<verse number="46">Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.</verse>
				<verse number="47">Тхьэм щӀыхь хуащӀырт икӀи цӀыху псоми я гум дыхьэрт. Зиусхьэным мыкӀуэду къригъэлхэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэс хигъахъуэрт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.</verse>
				<verse number="3">Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэу щилъагъум, а лӀыр лъэӀуащ: – Псапэ тыхь къызэфт, – жиӀэри.</verse>
				<verse number="4">Петррэ Иуанрэ я нэхэр а лӀым траубыдэри, Петр жиӀащ: – Моуэ зэ къыдэплъ!</verse>
				<verse number="5">Зыгуэр къратынкӀэ ящыгугъыу, лӀыр абыхэм яхудэплъеящ.</verse>
				<verse number="6">– Сэ дыжьыни дыщи сиӀэкъым, – жиӀащ Петр, – ауэ сиӀэр узот: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ пхузощӀ, къэтэджи, зекӀуэ!</verse>
				<verse number="7">Петр а лӀым и Ӏэ ижьыр иубыдри къызэфӀигъэуващ. ЛӀым и лъакъуэхэми къупщхьэ зэрытыпӀэхэми къару къахыхьэжащ а напӀэзыпӀэм.</verse>
				<verse number="8">Къыщылъэтщ, ежьэри, къызекӀуэу щӀидзащ абы. Петррэ Иуанрэ я гъусэу Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, къызекӀуэурэ, дэпкӀейурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм щӀыхь хуищӀурэ абы зэрызекӀуэр цӀыху псоми щалъагъум,</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и унэшхуэм и «Куэбжэ ДахэкӀэ» зэджэм деж факъырэ Ӏус къыхихыу щысар зэрыарар къацӀыхужащ икӀи а лӀыр зэрыхъужар ягъэщӀэгъуащ яфӀэтелъыджащэу.</verse>
				<verse number="11">Зи лъэ къыщӀэувэжа лӀыр Петррэ Иуанрэ я ужь имыкӀыу здэкӀуэм, цӀыху псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм деж жэхэри, абыхэм я деж цӀыхухэр щызэхуэсащ.</verse>
				<verse number="12">Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ?</verse>
				<verse number="13">Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="15">ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.</verse>
				<verse number="16">Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар.</verse>
				<verse number="17">– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ.</verse>
				<verse number="19">Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.</verse>
				<verse number="20">Фигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр Зиусхьэным деж къикӀынущ итӀанэ икӀи Тхьэм Мэссихьу къыфхуигъэува Хьисэр къигъэкӀуэжынущ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм псори тэмэму зэтригъэувэху, Мэссихь уафэм щыӀэн хуейщ, Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм я гум кърилъхьэу къазэрыжригъэӀам тету.</verse>
				<verse number="22">Псалъэм щхьэкӀэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Зиусхьэну фи Тхьэм фи къуэшхэм ящыщу сэ схуэдэ бегъымбар гуэр къигъэкӀуэнущ. Абы къывжиӀэ псоми федэӀуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="23">А бегъымбарым жиӀэм емыдаӀуэр лъэпкъым хэкӀуэдыкӀынущ».</verse>
				<verse number="24">– Адрей бегъымбар псоми, Самуел бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ, абы къыкӀэлъыкӀуахэри яхэту, Тхьэм и псалъэхэр зи гум кърилъхьэу зыжригъэӀа бегъымбар псоми мы махуэхэм я гугъу ящӀат.</verse>
				<verse number="25">Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ».</verse>
				<verse number="26">Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм здепсалъэм, дин пашэхэри, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэри, саддукейхэри хуабжьу губжьауэ а тӀум къабгъэдыхьащ,</verse>
				<verse number="2">Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти.</verse>
				<verse number="3">Абыхэм Петррэ Иуанрэ яубыдри, пщыхьэщхьэ хъуати, етӀуанэ махуэм нэсыху лъэхъуэщым щӀадзащ.</verse>
				<verse number="4">Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.</verse>
				<verse number="5">Журт пашэхэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри етӀуанэ махуэт Ерусалим щызэӀущӀащ.</verse>
				<verse number="6">Дин пашэшхуэ Аннэ* зи цӀэр абы щыӀэт, абы нэмыщӀкӀэ Кайафэ, Иуан, Александр, дин пашэшхуэм и унагъуэм щыщу нэгъуэщӀ лӀыхэри абы щӀэст.</verse>
				<verse number="7">Абыхэм Петррэ Иуанрэ утыкум кърашэри, ахэр къеупщӀащ: – Сыт хуэдэ къарукӀэ, е хэт и цӀэкӀэ а лӀыр зэрывгъэхъужар?</verse>
				<verse number="8">Ар щыжаӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Петр и гум хуабжьу хыхьэри, яжриӀащ: – Ди лъэпкъ пашэхэ, ди нэхъыжьхэ!</verse>
				<verse number="9">Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀым фӀыуэ хуэтщӀам фыхэплъэурэ, «Ар дауэ хъужынкӀэ хъуа?» жыфӀэу нобэ фыкъыщыдэупщӀкӀэ,</verse>
				<verse number="10">фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="11">Аращ «ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».</verse>
				<verse number="12">– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="13">Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.</verse>
				<verse number="14">ЛӀы ягъэхъужар абыхэм я гъусэу абдеж щыту ялъэгъуа щхьэкӀэ, жраӀэну зыри къахуэгъуэтакъым.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэу щыхъум, СинедрионкӀэ зэджэ хасэ пэшым щӀагъэкӀри, езыхэм зэчэнджэщыжу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="16">Зэчэнджэщыжурэ, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀитӀым сыт етщӀэнур? Ерусалим дэс цӀыху псоми ящӀэ абыхэм Ӏуэху телъыджэхэр зэралэжьар. Дэ ар тхущӀэхъумэнукъым.</verse>
				<verse number="17">Ауэ къэхъуам и хъыбарыр нэхъ куэдым яхэмыӀуэн щхьэкӀэ, «Хьисэ и цӀэкӀэ зыгуэрым фепсалъэмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жытӀэу, мы лӀыхэр дгъэшынэн хуейщ.</verse>
				<verse number="18">Петррэ Иуанрэ хасэ унэм къыщӀашэжри, Хьисэ и цӀэкӀэ зыри жамыӀэжыну икӀи цӀыхухэм ирамыгъэщӀэну быдэу жраӀащ.</verse>
				<verse number="19">АрщхьэкӀэ Петррэ Иуанрэ абыхэм жраӀащ: – Тхьэм демыдаӀуэу, фэ дывэдэӀуэныр Тхьэм дежкӀэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс.</verse>
				<verse number="20">Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.</verse>
				<verse number="21">Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.</verse>
				<verse number="22">Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.</verse>
				<verse number="23">Петррэ Иуанрэ къыщаутӀыпщыжым, я гъусэхэм деж ягъэзэжри, дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ къыжраӀар яӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="24">Ар щызэхахым, ахэр макъышхуэкӀэ зэдежьууэ Тхьэм елъэӀуащ: – Зиусхьэн, уафэри, щӀылъэри, хыри, абыхэм щыӀэ псори къэзыгъэщӀар уэращ.</verse>
				<verse number="25">Ди адэшхуэу Даут и жьэкӀэ уэ укъыдэпсэлъат. Ар уэ уи ӀурыщӀэ щытащ, уи Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи мы псалъэхэр абы жебгъэӀащ: «Хамэ лъэпкъхэр сыт щӀэгубжьыр? ЦӀыхухэми пщӀэ зимыӀэ мурадхэр сыт щӀаӀэр?</verse>
				<verse number="26">Дунейм и пащтыхьхэм зыкъаӀэтащ, пашэхэри зэхуэсри, Зиусхьэну Тхьэмрэ езым и Мэссихьу дагъэ зыщыхуамрэ япэувынхэу зэгурыӀуащ».</verse>
				<verse number="27">– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.</verse>
				<verse number="28">Уэ уи лъэкӀыныгъэшхуэкӀи уи гухэлъкӀи къэхъун хуея, уэ ипэкӀэ бгъэува Ӏуэхухэр абыхэм ягъэзэщӀащ.</verse>
				<verse number="29">Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт.</verse>
				<verse number="30">Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!</verse>
				<verse number="31">Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="32">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.</verse>
				<verse number="33">Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къарушхуэкӀэ щыхьэт техъуэрт апостолхэр икӀи Тхьэм и нэфӀыр а псоми ину къащыхуэрт.</verse>
				<verse number="34">Абыхэм зыгуэр хуэныкъуэ цӀыху зыри яхэттэкъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыгу е унэ зиӀэ псоми ахэр ящэжурэ, ахъшэу къыщӀэкӀар къахьурэ,</verse>
				<verse number="35">апостолхэм я пащхьэм къралъхьэрт. Ахъшэм щыщ апостолхэм щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ цӀыхухэм хуагуэшырт.</verse>
				<verse number="36">Кипр хытӀыгум щыпсэу Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ лӀы гуэр щыӀащ. А лӀым и цӀэр Иосийт. Апостолхэр абы ВарнавэкӀэ еджэрт (Варнавэм къикӀыр «ЦӀыхухэр Зыгъэгушхуэ» жиӀэу аращ.)</verse>
				<verse number="37">Абы иӀа щӀыгур ищэщ, ахъшэр къихьри, апостолхэм я пащхьэм кърилъхьащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Ананий и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Абырэ и щхьэгъусэ Сапфирэрэ я мылъкум щыщ ящащ.</verse>
				<verse number="2">Фызым къыдищӀэу, Ананий мылъкум къыщӀаха уасэм и щхьэм папщӀэ зы тӀэкӀу къыхихщ, къэнар ихьри, апостолхэм я пащхьэм ирилъхьащ.</verse>
				<verse number="3">Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?</verse>
				<verse number="4">ЩӀыр пщэн и пэкӀэ ууейуэ щытакъэ? Пща нэужь, ахъшэм узыхуейр епщӀэну ухуиттэкъэ? Мыпхуэдэу пщӀэну уи гум къихьэнкӀэ щхьэ хъуа? ПцӀы зыхуэбупсар цӀыхухэракъым, Тхьэращ.</verse>
				<verse number="5">А псалъэхэр щызэхихым, къытехуэри, Ананий и псэр хэкӀащ. Къэхъуар зэхэзыха псори шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ.</verse>
				<verse number="6">ЩӀалэ ныбжьыщӀэ гуп къакӀуэщ, хьэдэм джэбын ирашэкӀщ, унэм щӀахри щӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="7">Сыхьэтищ хуэдиз дэкӀа нэужь, къэхъуар имыщӀэу, Ананий и щхьэгъусэр унэм щӀыхьэжащ.</verse>
				<verse number="8">– КъызжеӀэ, – жриӀащ Петр абы, – щӀыр мыпхуэдиз ахъшэкӀэ фща? – Пэжщ, апхуэдиз ахъшэщ зэрытщар, – жиӀащ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="9">– Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ.</verse>
				<verse number="10">Петр и лъабжьэм къыщӀэхуэри, цӀыхубзым и псэр хэкӀащ асыхьэтым. ЩӀалэ ныбжыщӀэхэр унэм къыщыщӀыхьэм, абы и хьэдэм кърихьэлӀащ. Хьэдэр унэм щӀахщ, дахри, и щхьэгъусэм бгъуралъхьэжащ.</verse>
				<verse number="11">Члисэ зэхуэсым щыщ псори, къэхъуар зэхэзыха псори шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхухэм я пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд щагъэлъагъуэрт икӀи Ӏуэху телъыджэ куэд щалэжьырт апостолхэм. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгурыӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм щызэӀущӀэрт.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну тегушхуэртэкъым, ауэ абыхэм пщӀэ хуащӀырт.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыху нэхъыбэ, цӀыхухъууи цӀыхубзуи, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, абыхэм ягухьэ зэпытт.</verse>
				<verse number="15">Арати, Петр щыблэкӀкӀэ, нэгъуэщӀ мыхъуми, и ныбжьыр сымаджэхэм къатридзэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я сымаджэхэр пӀэхэм зэрилъу, е алэрыбгъухэм телъу къахьырти, уэрамхэм къыдалъхьэрт.</verse>
				<verse number="16">Ерусалим и гъунэгъу къалэхэми цӀыху куэд къикӀырти, я сымаджэхэмрэ жин бзаджэхэм зэщӀаубыдахэмрэ къахьырт, апостолхэм а псори ягъэхъужырт.</verse>
				<verse number="17">Дин пашэшхуэми дин пашэшхуэм и гъусэ псоми я гум фыгъуэр къихьащ итӀанэ. Дин пашэшхуэм и гъусэхэр динырылажьэ саддукей гупкӀэ зэджэм ящыщт.</verse>
				<verse number="18">Апостолхэр яубыдри, къалэ лъэхъуэщым щӀадзащ.</verse>
				<verse number="19">Ауэ жэщым Зиусхьэным и мелыӀычым лъэхъуэщым и бжэхэр Ӏуихщ, ахэр къыщӀишыжри, жиӀащ:</verse>
				<verse number="20">– ФыкӀуэжи, Тхьэм и унэшхуэм фыщӀыхьэ, мы гъащӀэщӀэ лъапӀэм и хъыбар псори цӀыхухэм яхуэфӀуэтэж.</verse>
				<verse number="21">Апостолхэр абы едаӀуэщ, нэху щыщым Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, а хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ. Дин пашэшхуэмрэ абы и гъусэхэмрэ къыщыкӀуэм, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр (израилхэм я нэхъыжьхэращ) къызэхуашэсри, апостолхэр кърагъэшэну хъумакӀуэхэр лъэхъуэщым ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="22">ХъумакӀуэхэр лъэхъуэщым щынэсым, апостолхэр абы щӀагъуэтакъым. Арати, къагъэзэжри жаӀащ:</verse>
				<verse number="23">– Лъэхъуэщыр быдэу гъэбыдауэ, хъумакӀуэхэри бжэхэм Ӏуту дрихьэлӀащ, ауэ бжэхэр Ӏутхыу дыщыщӀыхьэм, зыри щӀэдгъуэтакъым.</verse>
				<verse number="24">Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ ар щызэхахым, зыхуахьынур ящӀакъым.</verse>
				<verse number="25">Абы ирихьэлӀэу зыгуэр къакӀуэри, хъыбар къахуихьащ: – Фэ лъэхъуэщым щӀэвдза цӀыхухэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэтщ, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр хуаӀуатэри.</verse>
				<verse number="26">Ар щызэхахым, хъумакӀуэхэм я пашэр, цӀыхухъухэр и гъусэу, кӀуэри, апостолхэр залымыгъэ кӀэлъызэрамыхьэу къашащ, цӀыхухэр мывэкӀэ къеуэурэ яукӀынкӀэ шынэрти.</verse>
				<verse number="27">Апостолхэр къашэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирагъэуващ. Дин пашэшхуэр еупщӀу щӀидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ:</verse>
				<verse number="28">– «Мы лӀым и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри евмыгъащӀэ!» жытӀэри, унафэ быдэ фхуэтщӀатэкъэ? Ауэ фэ цӀыхухэм евгъэщӀа Ӏуэхухэр Ерусалим дэз хъуащ. Мы лӀым и лъыр къыттевгъэхуэну фигу илъщ иджы.</verse>
				<verse number="29">– ЦӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэӀуэн хуейщ, – жэуап къатыжащ Петррэ адрей апостолхэмрэ.</verse>
				<verse number="30">– Ди адэжьхэм я Тхьэм Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Ар фэ пкъом ефӀулӀри вгъэлӀащ.</verse>
				<verse number="31">Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="32">Дэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри а Ӏуэху псоми дращыхьэтщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абы едаӀуэ цӀыхухэм я гум кърелъхьэ.</verse>
				<verse number="33">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ.</verse>
				<verse number="34">Ауэ Гамалиил и цӀэу, цӀыху псоми щӀыхь зыхуащӀ фарисей икӀи торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэсти, къэтэджри, апостолхэр пэшым щӀашыну унафэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="35">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм яжриӀащ итӀанэ: – Израил цӀыхухэ, мы лӀыхэм ефщӀэнум фӀыуэ фегупсыс,</verse>
				<verse number="36">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Февдэ и цӀэу лӀы гуэр зэрыпсэурэ куэд щӀакъым. Абы цӀыху ин гуэру закъыфӀигъэщӀурэ, лӀы щиплӀ хуэдизи гъусэ къыхуэхъуащ, арщхьэкӀэ ар яукӀащ, и гъусэхэри зэбгрыкӀыжри кӀуэдыжащ.</verse>
				<verse number="37">Абы и ужькӀэ, цӀыхухэр щабж гъэм, Галилей хэкум щыщу Иудэ зи цӀэ лӀыр къежьэри, цӀыху куэд гъусэ къыхуэхъуащ. ЦӀыхухэм ари яукӀри, и гъуса псори зэбгрыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="38">Мыр нывжызоӀэ иджы: Мы лӀыхэм я ужь фикӀи, щхьэхуиту футӀыпщыж. Абыхэм я мурадри я Ӏуэхури къызыбгъэдэкӀыр цӀыхухэрауэ щытмэ, кӀуэдыжынущ.</verse>
				<verse number="39">Ауэ я Ӏуэхур къызыбгъэдэкӀыр Тхьэрауэ щытмэ, ахэр къэвгъэувыӀэн флъэкӀынукъым. Фызыхуэсакъыж, Тхьэм фызэрыпэувыр къыщӀэщыжынкӀи мэхъу.</verse>
				<verse number="40">Арати, мис а Гамалиил жиӀам едэӀуащ. Апостолхэр къраджэжри, щӀопщкӀэ еуащ итӀанэ. Хьисэ и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри жрамыӀэну унафэ хуащӀри, яутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="41">Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="42">Тхьэм и унэшхуэми я унэхэми цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щрагъащӀэ, хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр цӀыхухэм хуаӀуатэ зэпытт махуэ къэси.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъ куэд щыхъум, алыджыбзэкӀэ псалъэ журтхэм, зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэм яхуэтхьэусыхэу, жаӀащ а махуэхэм: – Махуэ къэс шхын щывгуэшкӀэ, ди фызабэхэм нэмыплъ ивот.</verse>
				<verse number="2">Арати, апостол пщыкӀутӀым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори къраджэри, жаӀащ: – Шхын гуэшыным щхьэкӀэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэныр зэпыдгъэу хъунукъым.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ.</verse>
				<verse number="5">Абдеж кърихьэлӀа псоми ягу ирихьащ а псалъэхэр. Арати, фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ хуабжьу зи гум илъ Стефан къыхахащ. Абы нэмыщӀ, Филипп, Прохор, Никан, Тимон, Пармен, къинэмыщӀауэ Антиохие къалэм щыщу журт хъуа Николай сымэ къыхахащ.</verse>
				<verse number="6">Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.</verse>
				<verse number="7">Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="8">Стефан Тхьэм и нэфӀыр ину зыщыхуауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу щытащ. Абы Ӏуэху телъыджэхэр илэжьырт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри цӀыхухэм я пащхьэм щигъэлъагъуэрт.</verse>
				<verse number="9">Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="10">Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу щыхъум, абыхэм зыгуэрхэм мыпхуэдэу жрагъэӀащ: – Мы лӀыр Мусэ бегъымбарымрэ Тхьэмрэ хущӀэджэу зэхэтхащ.</verse>
				<verse number="12">Ар щызэхахым, цӀыхухэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри а псалъэхэм къызэщӀагъэплъащ. Абыхэм яубыдри, Стефан Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашащ.</verse>
				<verse number="13">Щыхьэт нэпцӀхэри къашащ. А щыхьэт нэпцӀхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀыр мы щӀыпӀэ лъапӀэмрэ Торэт хабзэмрэ хущӀэджэ зэпытщ.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Назарет щыщ Хьисэ мы щӀыпӀэр зэхикъутэнущ, Мусэ бегъымбарым къытхуигъэна хабзэхэри зэрихъуэкӀынущ – аращ мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхар.</verse>
				<verse number="15">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псоми я нэхэр Стефан траубыдащ. Абы и нэкӀур мелыӀыч нэкӀум хуэдэ къащыхъуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Дин пашэшхуэр Стефан еупщӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхухэм уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж?</verse>
				<verse number="2">Ди къуэшхэри ди адэхэри фыкъэдаӀуэ! – жиӀащ Стефан. – Ди адэшхуэ Ибрэхьим Харан къалэм дэтӀысхьэн и пэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэр абы Месопотамием къыщыхуэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ: «Уэ уи къэралми уи благъэхэми яхэкӀи, сэ пхуэзгъэлъэгъуэну къэралым кӀуэ!»</verse>
				<verse number="4">Арати, Ибрэхьим Халдей хэкум икӀщ, Харан къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ. И адэр лӀа нэужь, фэ фызэрыс мы къэралым Тхьэм къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм Ибрэхьим мылъку зыри къыщритакъым мыбы, щӀым щыщи лъакъуапӀэ хуэдиз къритакъым. Ауэ Ибрэхьим а зэманым бын имыӀа пэтми, мы къэралыр езымрэ езым къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къэрал яхуэхъуну Тхьэм къигъэгугъащ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр хамэ къэралым илъэс щиплӀкӀэ щыпсэунущ, цӀыхухэм ахэр ягъэпщылӀурэ, хьэкӀэкхъуэкӀагъэ кърахынущ.</verse>
				<verse number="7">Ауэ ахэр зыгъэпщылӀ лъэпкъым сэ езгъэпшыныжынущ. Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр а къэралым къикӀыжынурэ, мы щӀыпӀэм сыщагъэлъэпӀэнущ абы и ужькӀэ».</verse>
				<verse number="8">Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ зэрыдилъхьам и дамыгъэу Ибрэхьим сунэт щӀыныр къыхуигъэнащ. Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуэхъури, ар еянэ махуэм сунэт ищӀащ. И ныбжь щынэсым Исхьэкъ къишэри, Екъуб къыхуэхъуащ. Екъуб ди адэшхуэ пщыкӀутӀым адэ яхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="9">– Ауэ ди адэшхуэхэр я къуэш Исуф ефыгъуэрти, Мысырым пщылӀу яшэну лӀы гупым иращащ. Тхьэр Исуф и гъусэти,</verse>
				<verse number="10">ар гугъуехь псоми къыхишыжащ. Тхьэм Исуф акъылыфӀагъэ къритри, Мысырым и пащтыхь Фирхьэун зи цӀэм и нэфӀ къыщригъэхуащ. Фирхьэуным Мысырри езым и сэрейри зэрихьэну Исуф ӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="11">– Гъаблэшхуэрэ гузэвэгъуэшхуэрэ Мысыр къэрал псоми Ханаан къэралми къыщыхъуащ абы и ужькӀэ. Ди адэшхуэхэм шхын ягъуэтыртэкъым.</verse>
				<verse number="12">Мысырым гъавэ щыӀэу щызэхихым, Екъуб ди адэжьхэр абы игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="13">И къуэшхэр Мысырым етӀуанэу къыщыкӀуэм, Исуф закъригъэцӀыхужащ. Фирхьэунми Исуф и унагъуэр зригъэцӀыхуащ.</verse>
				<verse number="14">Исуф и къуэшхэр игъакӀуэри, и адэ Екъубым хъыбар хуригъэхьащ езы Екъуби и унэкъуэщхэри, цӀыху блыщӀрэ тхурэ хъууэ, Мысырым къэкӀуэну.</verse>
				<verse number="15">Екъуб Мысырым кӀуащ. Абы езыри ди адэжьхэри щылӀащ.</verse>
				<verse number="16">Абыхэм я хьэдэхэр Сихэм къалэм яхьыжри, Ибрэхьим дыжьын ахъшэкӀэ Хъамор и къуэхэм я деж къыщищэхуа кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="17">– Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъар щигъэщыпкъэжын зэманыр нэхъ къэблэгъэху, ди лъэпкъыр Мысырым зэпымыууэ нэхъыбэ щыхъурт;</verse>
				<verse number="18">абы тетащ Исуф зымыцӀыху нэгъуэщӀ лӀы гуэр пащтыхь хъуху.</verse>
				<verse number="19">А пащтыхьым ди цӀыхухэм хьэгъэщагъэ къакӀэлъызэрихьэрт, ди цӀыхухэм я сабийхэр имыгъэпсэун щхьэкӀэ, ахэр хыфӀригъэдзэжурэ ди адэжьхэм хьэкӀэкхъуэ-кӀагъэ къакӀэлъызэрихьэрт.</verse>
				<verse number="20">– Мусэ бегъымбарыр къалъхуащ а зэманым. Ар Тхьэм дежкӀэ сабий дахэт. Адэм и унэм мазищкӀэ щапӀа нэужь, губгъуэм яхьри къранащ.</verse>
				<verse number="21">Губгъуэм къыщранэм, фирхьэуным и пхъум ихьри, ар и къуэ хуэдэ ипӀащ.</verse>
				<verse number="22">Мысыр цӀыхухэм акъылыфӀагъэу яӀэу щыта псори Мусэ ирагъэщӀащ, Мусэ и псалъэкӀи илэжьа ӀуэхукӀи лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыху хъуащ.</verse>
				<verse number="23">– Мусэ и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щынэсым, и къуэш израил цӀыхухэр зригъэлъагъуну мурад ищӀащ.</verse>
				<verse number="24">Мысырым щыщ лӀы гуэр израил лӀыхэм ящыщ гуэрым екъуэншэкӀыу щилъагъум, дэӀэпыкъуэгъу хуэхъущ, къуаншагъэ зыщӀар ищӀам пэкӀуэу иубэрэжьри иукӀащ.</verse>
				<verse number="25">Мусэ и къуэшхэм зэхащӀыкӀыну и гугъат Тхьэм езым ахэр гугъуехьым къызэрыхригъэшыжынур, ауэ зэхащӀыкӀакъым.</verse>
				<verse number="26">И къуэшхэм ящыщу цӀыхуитӀ зэзауэу Мусэ етӀуанэ махуэм щилъагъум, ахэр зэригъэкӀужын щхьэкӀэ, яжриӀащ: «Фэ лӀитӀыр фызэкъуэшщ, сыт зыр адрейм фыщӀекъуэншэкӀыр?»</verse>
				<verse number="27">– Ауэ и къуэшым екъуэншэкӀым Мусэ къыӀуидзури, къыжриӀащ: «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар?</verse>
				<verse number="28">Дыгъуасэ мысыр лӀыр зэрыбукӀам хуэдэу, сыбукӀыну ухуейуэ ара?»</verse>
				<verse number="29">А псалъэхэр щызэхихым, щӀэпхъуэжщ, Мадиам къэралым кӀуэри, Мусэ абы щыпсэуащ. Абы къуитӀ къыщыхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="30">– Илъэс плӀыщӀ дэкӀа нэужь, Синай бгым деж губгъуэ нэщӀым итрэ мафӀэ зыщӀэна пыжь банэм хэту, мелыӀыч гуэр Мусэ и пащхьэм къихутащ.</verse>
				<verse number="31">Ар щилъагъум, Мусэ игъэщӀэгъуащ. Нэхъ ӀупщӀу еплъыну щекӀуалӀэм, Зиусхьэным и макъыр къэӀуащ:</verse>
				<verse number="32">«Уэ уи адэжьхэм я Тхьэуэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр сэращ». Шынэри, Мусэ абы еплъын тегу-шхуакъым.</verse>
				<verse number="33">– Зиусхьэным къыжриӀащ: «Уи вакъэхэр зыщых, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ узытет щӀыгур щӀыгу лъапӀэщ.</verse>
				<verse number="34">Сэ си лъэпкъыр Мысырым гузэвэгъуэ зэрыщыхэтыр слъэгъуащ, я гузасэ макъхэри зэхэсхащ. Ахэр гугъуехьым къыхэсшыжыну сыкъехащ сэ. Уэ Мысырым узгъэкӀуэжынущ».</verse>
				<verse number="35">(Стефан щӀигъужащ:) – Абыхэм «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар?» зыжраӀэу ямыдэгъа Мусэ хъужыращ ар. А Мусэ дыдэращ абыхэм пашэ яхуэхъунуи щхьэхуит ищӀынуи Тхьэм къигъэкӀуар, пыжь банэм хэту Мусэ къыхуэлъэгъуа мелыӀычым и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.</verse>
				<verse number="36">Мусэщ израил цӀыхухэр Мысырым къизышыжар, Мысырми, Хы Плъыжьми, губгъуэ нэщӀми илъэс плӀыщӀкӀэ Ӏуэху телъыджэхэри щызылэжьар, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къыщызыгъэлъэгъуар.</verse>
				<verse number="37">А Мусэращ израил цӀыхухэм яжезыӀар: «Фэ фи къуэшхэм ящыщу, сэ схуэдэу, бегъымбар гуэр Зиусхьэну Тхьэм къыфхуигъэкӀуэнущ».</verse>
				<verse number="38">А Мусэрщ губгъуэ нэщӀым щызэӀущӀа ди адэжьхэм яхэтар. Мусэ Синай бгыщхьэм къыщепсэлъа мелыӀычым и гъусащ; мыкӀуэдыжын псалъэхэри, ди деж къихьэсын папщӀэ, къыӀэщӀыхьащ Мусэ.</verse>
				<verse number="39">– Ауэ ди адэжьхэм Мусэ едэӀуэн ядакъым. Мусэ зрамыпэсу, я гур МысырымкӀэ плъэ хъуащ.</verse>
				<verse number="40">Абыхэм Хьэрун жраӀащ: «Дяпэ иту яхьыну тхьэ сурэтхэр тхуэщӀ! Мысырым дыкъизышыжа Мусэ къыщыщӀар тщӀэркъым».</verse>
				<verse number="41">ШкӀэ теплъэ зиӀэ тхьэ нэпцӀ а махуэхэм ящӀри, абы къурмэн хуаукӀащ. Тхьэ нэпцӀ ӀэрыщӀхэм щыгуфӀыкӀыу, абыхэм ефэ-ешхэшхуэ ящӀащ.</verse>
				<verse number="42">Ауэ Тхьэм и щӀыб абыхэм къахуигъазэри, ахэр езым и пӀэкӀэ уафэм и вагъуэхэм хуэлэжьэну къигъэнащ, бегъымбархэм я тхылъым зэритым хуэдэу: «Фэ, израил цӀыхухэр, илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым фыщитым, къурмэныпхъэу фӀэвгъэжар сэра зыхуэвукӀар?</verse>
				<verse number="43">Хьэуэ, сэракъым къурмэн зыхуэфщӀу щытар, атӀэ фэ къыздефхьэкӀыу щытар фи тхьэ нэпцӀу Молох зи цӀэм и тхьэлъэӀупӀэ шэтырыращ, фи тхьэ нэпцӀу Ремфан и вагъуэм и сурэтырщ. Ахэращ фызэлъэӀуну фщӀа тхьэ нэпцӀхэр. Аращи, Бабилэн къалэшхуэм нэхърэ нэхъ жыжьэ фи бийхэм фезгъэшэнущ».</verse>
				<verse number="44">– Ди адэжьхэм щыхьэтыгъэм и тхьэлъэӀупӀэ шэтырыр губгъуэ нэщӀым щаӀэт. А шэтырыр Тхьэм Мусэ унафэ къызэрыхуищӀам тету ящӀыгъащ, Мусэм илъэгъуа шэтырым ещхьу.</verse>
				<verse number="45">Ди адэжьхэм къащӀэна шэтырыр къыздахьащ абы и ужькӀэ. Тхьэм абыхэм я пащхьэм хамэ лъэпкъхэр ирихуурэ, Нун и къуэ Ехьошуа ди адэжьхэм я пашэу, а лъэпкъхэм я къэралыр къыщытрахым, а шэтырыр къыздахьащ. Даут пащтыхьым и махуэхэм нэсыху, шэтырыр а къэралым къинащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="46">Тхьэм и нэфӀыр Даут къыщыхуащ. Ар Тхьэм елъэӀуащ: «Уэ Екъуб ури-Тхьэщ, унэшхуэ пхуэсщӀыну хуит сыщӀ», жиӀэурэ.</verse>
				<verse number="47">Ауэ Сэлмэн пащтыхьырщ Тхьэм унэшхуэ хуэзыщӀар.</verse>
				<verse number="48">– Ауэ цӀыхухэм я унэ ӀэрыщӀым щӀэскъым Тхьэуэ Лъагэр. Зиусхьэным къызэрыжиӀэр бегъымбарым и тхылъым зэритым хуэдэущ:</verse>
				<verse number="49">«Уафэращ сэ си пащтыхь тахътэр, щӀылъэращ си лъэгущӀэтыныр. Сыт хуэдэ унэ схуэфщӀынур? Дэнэ щыӀэ зыщызгъэпсэхужын щӀыпӀэр?</verse>
				<verse number="50">Мы псори къэзыгъэщӀар сэракъэ?»</verse>
				<verse number="51">– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.</verse>
				<verse number="52">Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ.</verse>
				<verse number="53">МелыӀычхэм Торэт хабзэр къызыӀэщӀалъхьар фэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, Торэт хабзэм итыр фэ вгъэзащӀэркъым.</verse>
				<verse number="54">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм Стефан жиӀэм здедаӀуэм, къызэрыгъэплъурэ, я дзэхэр зэрагъэшхырт.</verse>
				<verse number="55">Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Стефан и гум хуабжьу хыхьэщ, ар уафэм дэплъейри, Тхьэм и щӀыхьышхуэри Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ Хьисэ зэрыщытри къилъэгъуащ.</verse>
				<verse number="56">– Феплъ, – жиӀащ Стефан, – уафэхэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэту солъагъу.</verse>
				<verse number="57">Ар щызэхахым, абыхэм я тхьэкӀумэхэр ӀуапӀэри, зэрыгъэкӀийурэ къебгъэрыкӀуащ.</verse>
				<verse number="58">Стефан къалэм далъэфри, мывэкӀэ еуэурэ яукӀыу щӀадзащ. Щыхьэтхэм я щыгъынхэр Щаул зи цӀэ щӀалэ гуэрым и лъакъуэхэм деж щагъэтӀылъащ.</verse>
				<verse number="59">ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!</verse>
				<verse number="60">Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ.</verse>
				<verse number="3">Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.</verse>
				<verse number="4">ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт.</verse>
				<verse number="5">Филипп Самарие хэкум щыщ къалэ гуэрым кӀуэри, абы дэс цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхубэр Филипп и псалъэхэм едаӀуэурэ, абы илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъукӀэ, и псалъэхэр я гум хыхьэрт;</verse>
				<verse number="7">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.</verse>
				<verse number="8">А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.</verse>
				<verse number="9">А къалэм Симон зи цӀэ гуэр дэст. Зэман зыкъомкӀэ удыгъэм хэтауэ, цӀыхушхуэу закъыфӀигъэщӀурэ, Самарие дэсхэр ихьэхуат абы.</verse>
				<verse number="10">«Мы лӀыр Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу „ЛъэкӀыныгъэ Ин“ жыхуаӀэращ», жаӀэрэ, цӀыху псоми, инми цӀыкӀуми, я гум хыхьауэ, Симон жиӀэхэм едаӀуэрт.</verse>
				<verse number="11">УдыгъэкӀэ зэрыдихьэхрэ куэд щӀати, абы ахэр ягуапэу едаӀуэрт.</verse>
				<verse number="12">Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ.</verse>
				<verse number="13">Езы Симони ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъущ, зригъэумэхъри, Филипп и ужь ит хъуащ. Филипп къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри илэжьа Ӏуэху телъыджэхэри щилъагъукӀэ, Симон игъэщӀагъуэрт.</verse>
				<verse number="14">Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="15">Абы щынэсым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум хыхьэну Петррэ Иуанрэ Тхьэм яхуелъэӀуащ;</verse>
				<verse number="16">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм ящыщ зыми иджыри къахуехатэкъым, Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ Филипп ахэр иумэхъа къудейт.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.</verse>
				<verse number="18">Апостолхэм я Ӏэхэр тралъхьэу, а цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъ зэрыхъуар Симон щилъагъум, апостолхэм ахъшэ къахуихьри, мыпхуэдэу жиӀащ:</verse>
				<verse number="19">– Си Ӏэхэр цӀыху гуэрым щытеслъхьэкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум хыхьэн щхьэкӀэ, сэри мы лъэкӀыныгъэр къызэфт.</verse>
				<verse number="20">– Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр.</verse>
				<verse number="21">– Уэ уи гур Тхьэм дежкӀэ щыпкъэу зэрыщымытым къыхэкӀкӀэ, мы Ӏуэхум ущыщкъым, уи Ӏыхьи хэлъкъым.</verse>
				<verse number="22">Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ;</verse>
				<verse number="23">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэныр уэ уи гум хэпщӀауэ, бзаджагъэм узэщӀиубыдауэ зэрыщытыр солъагъу.</verse>
				<verse number="24">– Фэ жыфӀам щыщ зыри къысщымыщӀыну Тхьэм фысхуелъэӀу, – жиӀащ Симон.</verse>
				<verse number="25">Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="26">– Тэдж, Ерусалим дэкӀи, Газэ къалэм кӀуэ гъуэгум шэджагъуэм деж техьэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым Филипп. Ар губгъуэ нэщӀым ухуэзышэ гъуэгущ.</verse>
				<verse number="27">Арати, Филипп тэджри, гъуэгу техьащ. КӀуэурэ, Ефиопие къэралым щыщ лӀы гуэр къыӀущӀащ. А лӀыр Ефиопием и пащтыхь Кандакие зи цӀэ цӀыхубзым хуэлажьэ Ӏэтащхьэхэм ящыщт. Пащтыхьым и мылъку псори абы и ӀэмыщӀэ илът. А Ӏэтащхьэр, Тхьэм елъэӀун папщӀэ, Ерусалим къэкӀуат.</verse>
				<verse number="28">Ар и къэралым гум ису здэкӀуэжым, Ешайа бегъымбарым и тхылъым еджэрт.</verse>
				<verse number="29">– А гум бгъурыхьи, бгъэдэтурэ кӀуэ, – къыжриӀащ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп.</verse>
				<verse number="30">Гум бгъурыхьэри, а лӀыр Ешайа бегъымбарым и тхылъым зэреджэр щилъагъум, Филипп жиӀащ: – Узэджэм къикӀыр къыбгурыӀуэрэ?</verse>
				<verse number="31">– Зыгуэрым зэхызимыгъэщӀыкӀмэ, дауэ къызэрызгурыӀуэнур? – жиӀащ Ӏэтащхьэм. Ар Филипп елъэӀуащ: – КъыдэкӀуеи, къызбгъэдэтӀысхьэ.</verse>
				<verse number="32">Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.</verse>
				<verse number="33">Езыр ягъэпудащ икӀи хабзэм къемызэгъыу хьэкум тращӀыхьащ. А зэманым псэуа цӀыхухэм я бзаджагъэр здынэсыр къипщын зылъэкӀынур хэт? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и псэр мы дунейм щыхахащ».</verse>
				<verse number="34">– КъызжепӀэну сынолъэӀу: Бегъымбарыр зытепсэлъыхьыр хэт? Езыра хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэр? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Филипп.</verse>
				<verse number="35">Апхуэдэу къыщеупщӀым, Филипп Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт а псалъэ дыдэхэмкӀэ къыщӀидзэри, Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр Ӏэтащхьэм хуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="36">Гъуэгум ирикӀуэурэ, псы гуэр деж нэсауэ, Ӏэтащхьэм жиӀащ: – Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?</verse>
				<verse number="37">– Уигу псомкӀи фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, узумэхъ хъунущ, – жриӀащ Филипп. – Хьисэ Мэссихь Тхьэм зэри-КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, – жиӀащ Ӏэтащхьэм.</verse>
				<verse number="38">Ӏэтащхьэм гущхьэӀыгъым къригъэгъэувыӀэщ, Ӏэтащхьэмрэ Филиппрэ псым хыхьэри, Филипп Ӏэтащхьэр иумэхъащ.</verse>
				<verse number="39">Псым къызэрыхэкӀыжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым напӀэзыпӀэм ихьащ, Ӏэтащхьэми Филипп илъагъужакъым. ГуфӀэгъуэм хэту, Ӏэтащхьэр и гъуэгу техьэжащ.</verse>
				<verse number="40">Филипп Азот къалэм къыщыхутащ. Кесарие къалэм нэсыху, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щахуиӀуатэурэ, къалэ псори къызэхикӀухьащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр хуабжьу игъэбийуэ, «Хьисэ и гъуэгум фытемыкӀмэ, фыдукӀынущ» яжриӀэ зэпытт. Дин пашэшхуэм деж кӀуэри елъэӀуащ:</verse>
				<verse number="2">– Дамаск къалэм щыӀэ синэгуэгухэм тхылъ яхуэтхи, къызэт. Щаул апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ и гъуэгу тетхэр Дамаск къыщигъуэтмэ, цӀыхухъуми цӀыхубзми, Ӏэпхлъэпх иригъэщӀурэ Ерусалим къригъэшэну арат.</verse>
				<verse number="3">Гъуэгум тетурэ, Дамаск гъунэгъу щыхуэхъум, уафэм нэхугъэ гуэр напӀэзыпӀэм къехри, Щаул къиухъуреихьащ.</verse>
				<verse number="4">ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул: – Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?</verse>
				<verse number="5">– Уэ ухэт, Зиусхьэн? – жиӀащ Щаул. – Хьисэ гугъу ебгъэхьыр сэращ, – жиӀаш абы, – выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи щхьэм лей ибохыж.</verse>
				<verse number="6">Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.</verse>
				<verse number="7">Щаул и гъусэхэр зы псалъэ яхужымыӀэрэ я пӀэм ижыхьауэ къэнащ. Макъыр зэхахат, ауэ цӀыху зыри ялъэгъуакъым.</verse>
				<verse number="8">Щаул къэтэджри, и нэхэр къызэтрихыжащ, ауэ абыхэм зыри ялъагъужыртэкъым. Арати, Щаул и Ӏэр яӀыгъыу Дамаск дашащ.</verse>
				<verse number="9">Щаул махуищкӀэ зыри имылъагъужу щытащ, а зэманым къриубыдэу зыри ишхакъым, ирифакъым.</verse>
				<verse number="10">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящыщу Ананий зи цӀэ гуэр Дамаск дэст. Зиусхьэныр абы къыхуэхутэри къеджащ: – Ананий! – Сэращ, Зиусхьэн, – иритыжащ жэуап Ананий.</verse>
				<verse number="11">– Тэджи, «Уэрам ЗанщӀэ» жыхуаӀэ уэрамым тет Иудэ и унэм кӀуэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным Ананий. – Абы Щаул и цӀэу Тарс къалэм щыщым щыщӀэупщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Тхьэм йолъэӀу.</verse>
				<verse number="12">Абы и нэхэр къигъэплъэжын щхьэкӀэ, Ананий и цӀэу лӀы гуэр къыхуэкӀуауэ, и Ӏэхэр къытрилъхьэу илъэгъуащ.</verse>
				<verse number="13">– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.</verse>
				<verse number="14">Иджы дин пашэшхуэхэм хуит закъригъэщӀри, мыбы къэкӀуауэ уэ къолъэӀу цӀыху псоми Ӏэхъулъэхъу ярыригъэлъхьэну хэтщ.</verse>
				<verse number="15">Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.</verse>
				<verse number="16">Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.</verse>
				<verse number="17">Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ: – Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="18">Ар щыжиӀэм, бдзэжьеифэхэм хуэдэу Щаул и нэхэм зыгуэрхэр къыщӀэлъэлъащ, ялъагъууи хъужащ. Щаул къэтэджри, Ананий ар иумэхъащ.</verse>
				<verse number="19">Абы и ужькӀэ Щаул шхащ, къаруи игъуэтыжащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Дамаск дэсхэм я деж Щаул махуэ зыбжанэкӀэ щыӀащ.</verse>
				<verse number="20">ЗанщӀэуи щӀидзащ Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр синэгуэгухэм цӀыхухэм щахуиӀуатэу.</verse>
				<verse number="21">Ар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀагъуэу жаӀэрт: – Мы лӀыракъэ Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ерусалим гугъуехь щезыгъэшэчу щытар? Мыбы ар къыщӀэкӀуар Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ӏэхъулъэхъу иригъащӀурэ дин пашэшхуэхэм яхуишэну аракъэ?</verse>
				<verse number="22">Ауэ Щаул нэхъ лъэкӀыныгъэ иӀэ хъуащ. Хьисэ зэры-Мэссихьыр игъэщыпкъэжурэ, Дамаск дэс журтхэм езым къыжраӀэнур ямыщӀэу къигъэнащ.</verse>
				<verse number="23">Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Щаул яукӀыну мурад ящӀащ журтхэм.</verse>
				<verse number="24">Абыхэм я мурадыр Щаул къищӀащ. Ар яукӀын щхьэкӀэ, жэщи махуи куэбжэхэм Ӏуту пэплъэрт журтхэр.</verse>
				<verse number="25">Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Щаул жэщу къыдашри, къалэ блыным иӀэ гъуанэмкӀэ чы матэшхуэм ису блыным кърагъэхащ.</verse>
				<verse number="26">Ерусалим щынэсым, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну хэтащ Щаул, ауэ абы ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуар абыхэм я фӀэщ яхуэмыщӀурэ щышынэрт.</verse>
				<verse number="27">Варнавэ здишэри, Щаул апостолхэм я деж кӀуащ. Щаул Зиусхьэныр гъуэгум зэрыщилъэгъуари, Зиусхьэныр Щаул къызэрепсэлъари, Дамаск дэс цӀыхухэм Хьисэ и цӀэкӀэ Щаул хъыбарыфӀыр тегушхуауэ щахуиӀуатэу зэрыщытари Варнавэ абыхэм яхуиӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="28">Апхуэдэу щыхъум, Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхэкӀ-яхыхьэу Ерусалим дэсащ, тегушхуауэ цӀыхухэм хъыбарыфӀыр Зиусхьэным и цӀэкӀэ яхуиӀуатэу.</verse>
				<verse number="29">Алыджыбзэм техьа журтхэми епсалъэрт икӀи едауэрт, ауэ абыхэм ар къаукӀыну хэтащ.</verse>
				<verse number="30">Къуэшхэм ар къыщащӀэм, Щаул Кесарие къалэм ирашэхри, Тарс къалэм ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.</verse>
				<verse number="32">Петр хэкур къыщызэхикӀухьым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Лиддэ къалэм дэсхэм я деж кӀуащ.</verse>
				<verse number="33">Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.</verse>
				<verse number="34">– Еней, – жриӀащ Петр, – Хьисэ Мэссихь уегъэхъуж. Къэтэджи, уи пӀэр Ӏухыж. Ар зэрыжиӀэу, Еней къэтэджащ.</verse>
				<verse number="35">Лиддэ къалэм* дэс псори, Сарон губгъуэ тафэм тес псори, Еней щалъагъум, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="36">Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.</verse>
				<verse number="37">А махуэхэм сымаджэ къэхъури, ар дунейм ехыжащ. И хьэдэр ягъэпскӀри, унэм и етӀуанэ къатым драхьеящ.</verse>
				<verse number="38">Лиддэ къалэр Иоппие къалэм пэгъунэгъути, Петр абы зэрыщыӀэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щызэхахым, «ЗумыӀэжьэу, ди деж къакӀуэ!» жраӀэну, лӀыкӀуитӀ Петр деж ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="39">Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="40">Петр цӀыхухэр унэм щӀигъэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ. Хьэдэм зыхуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Тавифэ, къэтэдж! Тавифэ и нэхэр къызэтрихри, Петр щилъагъум, къэтӀысащ.</verse>
				<verse number="41">Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="42">А хъыбарыр Иоппие къалэм дэс псоми зэлъащӀысащ, цӀыху куэдми ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="43">Симон зи цӀэ фащӀэ гуэрым деж Петр махуэ куэдкӀэ Иоппие къалэм хьэщӀэу къыдэнащ абы и ужькӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.</verse>
				<verse number="2">Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.</verse>
				<verse number="3">Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ.</verse>
				<verse number="4">Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.</verse>
				<verse number="5">– ПетркӀэ зэджэ Симон къашэн щхьэкӀэ, Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ.</verse>
				<verse number="6">Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ.</verse>
				<verse number="7">Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ,</verse>
				<verse number="8">къэхъуа псори яхуиӀуэтэжри, Иоппие къалэм игъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="9">ЕтӀуанэ махуэм ахэр гъуэгум тетурэ, къалэм пэгъунэгъу щыхъум, сыхьэтыр пщыкӀутӀым нэблэгъауэ, Петр Тхьэм елъэӀуну унащхьэм дэкӀуеящ.</verse>
				<verse number="10">Абы тетурэ къэмэжалӀэри, шхэн хуей хъуащ. Шхыныр ягъэхьэзыр щыхъум, Петр зыгуэр къыхуэхутащ.</verse>
				<verse number="11">Уафэр зэӀукӀри, щэкӀ хужь иным ещхь гуэр къехыу илъэгъуащ. А щэкӀыр къуапиплӀкӀи кӀэрыщӀауэ, щӀым кърагъэлэлэхам хуэдэт.</verse>
				<verse number="12">Дэтхэнэ лъэпкъыгъуэми щыщу лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэ псэущхьэхэр, ныбэгукӀэ къэзыпщыхь псэущхьэхэр, къуалэбзухэр а щэкӀ хужьым кӀуэцӀылът.</verse>
				<verse number="13">Петр макъ гуэр зэхихащ: – Петр, къэтэдж. ФӀэгъэжи, шхы!</verse>
				<verse number="14">– Хьэуэ, Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – ар хъуххэнукъым. Мышхыпхъи хьэрэми зэи сшхакъым.</verse>
				<verse number="15">А макъым Петр къыжриӀащ етӀуанэу: – Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. ЩэкӀ хужьыр уафэм дэкӀуеижащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="17">Къыхуэхутар зищӀысым егупсысу Петр здэщысым, Корнелий къигъэкӀуа лӀыхэр, щӀэупщӀэурэ, Симон и унэр къагъуэтауэ куэбжэм Ӏутт.</verse>
				<verse number="18">– ПетркӀэ зэджэ Симон мы унэм щӀэс? – жаӀэри, щӀэупщӀэурэ къэджащ.</verse>
				<verse number="19">Петр къыхуэхутам здегупсысым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыжриӀащ: – Мис, лӀищ къыплъохъу.</verse>
				<verse number="20">Къэтэджи, щӀэкӀ, умычэнджащэу абыхэм ядэкӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр къэзыгъэкӀуар сэращ.</verse>
				<verse number="21">Петр абыхэм ябгъэдыхьэри, яжриӀащ: – Фэ фызылъыхъуэр сэращ. Ӏуэху гуэр фиӀэу фыкъэкӀуа?</verse>
				<verse number="22">– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.</verse>
				<verse number="23">Апхуэдэу щыхъум, Петр ахэр къригъэблагъэри игъэхьэщӀащ. А лӀыхэм я гъусэу, Петр етӀуанэ махуэм гъуэгу техьащ. Иоппие къалэм щыщ къуэшхэри и гъусэу ежьащ.</verse>
				<verse number="24">КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм ар Кесарие къалэм нэсащ. Корнелий и унэкъуэщхэри и благъэхэри къызэхуишэсауэ абыхэм къапэплъэрт.</verse>
				<verse number="25">Петр унэм щыщӀыхьэм, Корнелий абы къыпежьэщ, и лъабжьэм зыкъыщӀидзэри, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ.</verse>
				<verse number="26">Корнелий къигъэтэджри, Петр жиӀащ: – Къэтэдж, сэри сыцӀыху къудейщ.</verse>
				<verse number="27">Корнелий епсалъэурэ, унэм щыщӀыхьэм, цӀыху куэд къызэхуэсауэ илъэгъуащ Петр.</verse>
				<verse number="28">– Журт гуэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм яхыхьэну е я унэм щӀыхьэну ди хабзэм къызэремызэгъыр фэри фощӀэ, – яжриӀащ Петр абыхэм. – Ауэ Тхьэм зэхызигъэщӀыкӀащ цӀыху гуэр е мыкъабзэу е фӀейуэ сымылъытэну.</verse>
				<verse number="29">Аращи, мы лӀыкӀуэхэм сыкъыщевгъашэм, сымычэнджащэу сыкъэкӀуащ. Иджы сынывоупщӀ: сыт хуэдэ Ӏуэху сыкъыщӀевгъэшар?</verse>
				<verse number="30">– МахуиплӀ и пэкӀэ, мы сыхьэтым, шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым, си унэм Тхьэм сыщелъэӀуащ, – жиӀащ Корнелий. – НапӀэзыпӀэм, щыгъын хужь лыдхэр щыгъыу, лӀы гуэр си пащхьэм къихутэри,</verse>
				<verse number="31">жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ.</verse>
				<verse number="32">ПетркӀэ зэджэ Симоныр къашэну Иоппие къалэм лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ. Ар зи унэр хы Ӏуфэм Ӏут Симон фащӀэм и хьэщӀэщ. Ар къэкӀуэнурэ къопсэлъэнущ».</verse>
				<verse number="33">Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы.</verse>
				<verse number="34">Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ: – Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ.</verse>
				<verse number="35">Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ.</verse>
				<verse number="36">Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.</verse>
				<verse number="37">Иуан зрагъэумэхъыну цӀыхухэм хъыбар яхуиӀуэта нэужь, Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ Иудей хэку псом къыщыхъуар фощӀэ.</verse>
				<verse number="38">Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.</verse>
				<verse number="39">– А Хьисэ журтхэм я къэралми Ерусалими щилэжьа Ӏуэху псоми дэ дращыхьэтщ. Ар пкъом ираӀулӀри яукӀащ.</verse>
				<verse number="40">Тхьэм ар ещанэ махуэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжри, цӀыхухэм яригъэлъагъужащ.</verse>
				<verse number="41">Тхьэм ар цӀыху псоми яригъэлъэгъуакъым, Тхьэм ар зригъэлъэгъуар нэхъапэм къыхиха щыхьэтхэращ. Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, езым дефэу, дешхэу щытар дэрщ Тхьэм ар зригъэлъэгъуар.</verse>
				<verse number="42">Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.</verse>
				<verse number="43">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми и гуэныхьхэр Хьисэ и цӀэкӀэ къызэрыхуэгъунумкӀэ бегъымбар псори Хьисэ щыхьэт тохъуэ.</verse>
				<verse number="44">Петр мы псалъэхэр здыжиӀэм, ахэр зэхэзыха псоми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехащ.</verse>
				<verse number="45">Петр и гъусэу къэкӀуэгъауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхуу сунэт ящӀахэм Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм къазэрыхуригъэхар ягъэщӀэгъуащ;</verse>
				<verse number="46">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а хамэхэр езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псалъэурэ, Тхьэм щӀыхь хуащӀу зэхахати, аращ. Арати, Петр жиӀащ:</verse>
				<verse number="47">– Дэ тхуэдэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ хъуа цӀыхухэр дыумэхъмэ, зымыдэн щыӀэ?</verse>
				<verse number="48">Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ахэр яумэхъыну унафэ ищӀащ абы и ужькӀэ. Ахэр Петр елъэӀуащ махуэ зыбжанэкӀэ я деж къэнэну.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Хамэ лъэпкъхэм щыщхэми Тхьэм и псалъэхэр зэращтар апостолхэмрэ Иудей хэкум ис къуэшхэмрэ зэхахащ.</verse>
				<verse number="2">Апхуэдэу щыхъум, Петр Ерусалим щыкӀуам, сунэт ящӀахэм Петр илэжьар ямыдэу,</verse>
				<verse number="3">жраӀащ: – Уэ сунэт ямыщӀахэм я деж ущӀыхьэри уадэшхащ.</verse>
				<verse number="4">Петр Ӏуэхур зэрекӀуэкӀар чэзу-чэзууэ къагуригъаӀуэу щӀидзащ итӀанэ:</verse>
				<verse number="5">– Иоппие къалэм Тхьэм сыщелъэӀурт. Тхьэм си акъылыр сщхьэщихури, щэкӀ хужь иным хуэдэу, зыгуэр уафэм къехыу къэслъэгъуащ абы щыгъуэ. Ар къуапиплӀкӀэ кӀэрыщӀауэ, уафэм кърагъэлэлэха хуэдэ, си пащхьэм ихьащ.</verse>
				<verse number="6">ЩэкӀ хужьым сыщеплъым, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэ Ӏэщхэр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэр, ныбэгукӀэ къэзыпщыхь псэущхьэхэр, къуалэбзухэр слъэгъуащ.</verse>
				<verse number="7">Макъ гуэрым «Петр, къэтэдж. ФӀэгъэжи, шхы!» къызжиӀэу зэхэсхащ.</verse>
				<verse number="8">«Хьэуэ, Зиусхьэн, ар хъуххэнукъым, мышхыпхъи хьэрэми зэи зыӀуслъхьакъым», жысӀэри жэуап стыжащ.</verse>
				<verse number="9">– А макъыр уафэм етӀуанэу къиӀукӀащ: «Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ», жиӀэу.</verse>
				<verse number="10">Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. Уафэм псори дэкӀуеижащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="11">– А дакъикъэ дыдэм Кесарие къалэм кърагъэкӀыу си деж къагъэкӀуа лӀищ сэ сызыщӀэс унэм и бжэӀупэм къыӀухьащ.</verse>
				<verse number="12">Сымычэнджащэу, абыхэм ящӀыгъуу, сыкӀуэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызжиӀащ. Мы къуэшихри си гъусэу дыкӀуэри, а лӀым и унэм дыщӀыхьащ.</verse>
				<verse number="13">А лӀым къыджиӀащ и унэм мелыӀыч гуэр къыщыхутэу, мыпхуэдэу жиӀэу зэрилъэгъуар: «ПетркӀэ зэджэ Симон къашэну лӀыкӀуэхэр гъакӀуэ.</verse>
				<verse number="14">Уэрэ уи унагъуэм исхэмрэ фымыкӀуэду фыкъезыгъэлыну псалъэхэр абы къыбжиӀэнущ».</verse>
				<verse number="15">– Сыпсэлъэну щыщӀэздзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм къахуехащ, дэри япэм къызэрытхуехыгъам хуэдэу.</verse>
				<verse number="16">Абы щыгъуэ сигу къэкӀыжащ Зиусхьэным жиӀэгъа псалъэхэр: «Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъу щытащ, ауэ Тхьэм фэ езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ».</verse>
				<verse number="17">Зиусхьэну Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхыгъам хуэдэу, абыхэми къахуригъэхамэ, сэ сыхэт Тхьэм сыпэувыну?</verse>
				<verse number="18">А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="19">Стефан мывэкӀэ еуэурэ яукӀа нэужь, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гугъуехь куэд зэрырагъэшэчам къыхэкӀкӀэ, ахэр зэбгрыкӀащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр журтхэм фӀэкӀа зыми хуамыӀуатэурэ, Финикие хэкуми, Кипр хытӀыгуми, Антиохие къалэми нэс кӀуащ ахэр.</verse>
				<verse number="20">Кипр хытӀыгум щыщ лӀы гупми, Кириние къалэм щыщ нэгъуэщӀ лӀыхэми, Антиохие къалэм* кӀуа нэужь, Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр алыджхэми хуаӀуэтащ.</verse>
				<verse number="21">Зиусхьэныр я гъусэт абыхэм икӀи цӀыху куэд, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="22">Мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр Ерусалим щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ялъэӀэсащ. ЩалъэӀэсым, Варнавэ Антиохием ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="23">Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.</verse>
				<verse number="24">Варнавэ цӀыхуфӀу щытащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри фӀэщхъуныгъэри и гум ину илъащ. Апхуэдэурэ, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм куэд къыхэхъуащ.</verse>
				<verse number="25">Щаул лъыхъуэну Варнавэ Тарс къалэм кӀуащ итӀанэ. Абы ар къыщигъуэтри, Антиохием здишащ.</verse>
				<verse number="26">Члисэ зэхуэсым щыщхэм я гъусэу зэхуэсурэ, цӀыху куэдым Тхьэм и псалъэхэр илъэс псокӀэ яригъэщӀащ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм «чыристанкӀэ» еджэ япэ дыдэ щыхъуар Антиохиерщ.</verse>
				<verse number="27">А махуэхэм бегъымбар гуп Ерусалим къикӀри Антиохием къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="28">Абыхэм ящыщу Агав зи цӀэр къэтэджри, дуней псом гъаблэшхуэ къызэрыщыхъунур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и гум кърилъхьэри къыжригъэӀащ. Клавдий кесарым и тепщэгъуэращ ар къыщыхъуар.</verse>
				<verse number="29">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="30">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм апхуэдэу ящӀщ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэр Варнавэрэ Щаулрэ ӀэщӀалъхьэри, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хуахьыну ягъэкӀуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Ирод пащтыхьым члисэ зэхуэсым щыщ цӀыху гуэрхэр яригъэубыдри, и заулӀхэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярыригъащӀэу щӀидзащ а махуэхэм.</verse>
				<verse number="2">Иуан и къуэш Екъубыр джатэкӀэ иригъэукӀащ.</verse>
				<verse number="3">Ар журтхэм яфӀэфӀ зэрыхъуар щилъагъум, Ирод и зауэлӀхэм Петри яригъэубыдащ. Ар къыщыхъуар ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэращ.</verse>
				<verse number="4">Петр яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ Ирод, зауэлӀ плӀырыплӀ хъу гупиплӀым яхъумэну яӀэщӀилъхьащ ар. Ирод и мурадт ар ӀутӀыж махуэшхуэм и ужькӀэ хеящӀэм и пащхьэм иришэну.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу Петр лъэхъуэщым щӀагъэсащ, члисэ зэхуэсым щыщхэр еш ямыщӀэу Тхьэм хуелъэӀуащ абы апщӀондэху.</verse>
				<verse number="6">Ирод пащтыхьым Петр хеящӀэ пащхьэм щришэну махуэм и пэ къихуэ жэщым ар, Ӏэхъулъэхъу тӀуащӀэ иралъхьауэ, зауэлӀитӀым яку дэлъу жейрт. ХъумакӀуэхэм, бжэм Ӏуту, лъэхъуэщыр яхъумэрт.</verse>
				<verse number="7">Зиусхьэным и мелыӀычыр а унэм къыщӀэхутэри, унэр нэху къэхъуащ напӀэзыпӀэм. МелыӀычыр Петр и джабэм еуӀури, къигъэушащ: – ПсынщӀэу тэдж! – жиӀащ абы. Петр и Ӏэхэм Ӏэхъулъэхъур къыфӀэхуащ.</verse>
				<verse number="8">– Зыхуапэ, уи вакъэхэри зылъытӀагъэ! – жриӀащ мелыӀычым Петр. Петр апхуэдэу ищӀащ. МелыӀычым жиӀащ итӀанэ: – Уи щыгъын щӀыӀутелъыр щытӀагъи, си ужь иту къакӀуэ!</verse>
				<verse number="9">Петр, мелыӀычым и ужь иту, лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжащ. Ауэ мелыӀычым илэжьар пэжрэ мыпэжрэ Петр ищӀакъым, атӀэ зыгуэр къыхуэхутауэ и гугъащ.</verse>
				<verse number="10">Япэрей хъумакӀуэ гупми етӀуанэрей хъумакӀуэ гупми къаблэкӀри, къалэ дыхьэпӀэм хэлъ гъущӀ куэбжэм нэсащ ахэр. Куэбжэм езыр-езыру абыхэм закъызэхуӀуихащ. Куэбжэм дэкӀри, зы уэрам ирикӀуа нэужь, Петр къигъанэри, мелыӀычыр ӀукӀыжащ напӀэзыпӀэм.</verse>
				<verse number="11">ЗыкъыщищӀэжым, Петр жиӀащ: – Зиусхьэным и мелыӀычыр къигъакӀуэу, Ирод сыкъызэрыӀэщӀихари, журт цӀыхухэм къысщыщӀыну жыхуаӀэ Ӏей псори симыгъэлъагъуу, сыкъызэрыригъэлари си нэгу щӀэкӀащ иджы.</verse>
				<verse number="12">Петр къехъулӀар къыщыгурыӀуэжым, МарккӀэ зэджэ Иуан и анэ Мэрием деж кӀуащ ар. Абы деж цӀыху куэд щызэхуэсауэ Тхьэм елъэӀурт.</verse>
				<verse number="13">Петр куэбжэм щытеуӀуэм, Родэ и цӀэу унэӀут хъыджэбз гуэр къэкӀуащ куэбжэр Ӏуихыну.</verse>
				<verse number="14">Петр и макъыр къыщицӀыхужым, гуфӀэгъуэм зэщӀищтауэ, куэбжэр Ӏуимыхыу, унэм щӀэлъэдэжри, Петр куэбжэм зэрыӀутыр унэм щӀэсхэм яжриӀащ абы.</verse>
				<verse number="15">– Уэ жыпӀэр пщӀэжыркъым, – къыжраӀащ абыхэм. Ауэ хъыджэбзыр жиӀам текӀакъым. ИтӀанэ жаӀащ: – Ар Петр и мелыӀычырагъэнущ.</verse>
				<verse number="16">Петр куэбжэм теуӀуэ зэпытт. Куэбжэр Ӏуахыу, Петр щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="17">Заущэхуну Петр Ӏэ яхуищӀри, Зиусхьэным лъэхъуэщым къызэрыщӀишыжар абыхэм яхуиӀуэтащ. ИтӀанэ жиӀащ: – Екъуби адрей къуэшхэми къэхъуар евгъащӀэ. Ар жиӀэщ, а унэм къыщӀэкӀыжри, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым кӀуащ.</verse>
				<verse number="18">Нэху щыщым, зауэлӀхэр гузэвэгъуэшхуэм хэхуауэ зыр зым еупщӀыжырт: – Дэнэ Петр щыбзэхар?</verse>
				<verse number="19">ЗауэлӀхэм Петр къаригъэлъыхъуэри щамыгъуэтым, Ирод пащтыхьым хъумакӀуэхэм хьэкум ятрищӀыхьри яригъэукӀащ. Ирод пащтыхьыр Иудей хэкум икӀщ, Кесарие къалэм ехри, абы къыдэнащ.</verse>
				<verse number="20">Ирод пащтыхьым Тир, Сидон къалэхэм дэсхэм хуабжьу гужьгъэжь яхуиӀэ хъуат. А къалэхэм дэсхэр зэгурыӀуэри, Ирод деж кӀуащ. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэу Власт зи цӀэм гурыӀуэри, пащтыхьыр къаригъэкӀужыну елъэӀуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пащтыхьым и къэралым къраш гъавэрат ахэр зэрыпсэур.</verse>
				<verse number="21">Игъэува пӀалъэм Ирод, и пащтыхь щыгъынхэр щыгъыу, пащтыхь тахътэм тетӀысхьэри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ.</verse>
				<verse number="22">– Мыр цӀыху макъкъым, Тхьэм и макъщ, – жаӀэурэ цӀыхухэр зэрыгъэкӀийрт.</verse>
				<verse number="23">Ирод пащтыхьым Тхьэм щӀыхьышхуэ зэрыхуимыщӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и мелыӀыч гуэр а дакъикъэ дыдэм къригъэуащ. ХьэпӀацӀэхэм яшхыурэ, абы и псэр хэкӀащ.</verse>
				<verse number="24">Тхьэм и псалъэхэм, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсурэ, заубгъурт.</verse>
				<verse number="25">Варнавэрэ Щаулрэ я Ӏуэхур щаухым, Ерусалим къыдэкӀыжщ, МарккӀэ зэджэ Иуан здашэри, Антиохие къалэм ягъэзэжащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀ ису щыщӀадзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм къажриӀащ: – Варнавэрэ Щаулрэ сэ зыхуезджа Ӏуэхум щхьэкӀэ къысхуэвгъанэ.</verse>
				<verse number="3">Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри, Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="4">Варнавэрэ Щаулрэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъакӀуэри, Селевкие къалэм нэсащ. Абдежым кхъухькӀэ щежьэхэри, Кипр хытӀыгум кӀуащ.</verse>
				<verse number="5">Саламин къалэм нэсри, журтхэм я синэгуэгухэм* цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуащ. Иуан абыхэм дэӀэпыкъуэгъуу я гъусэт.</verse>
				<verse number="6">ХытӀыгум и кӀыхьагъкӀэ ирикӀуэри, Паф къалэм щынэсым, удыгъэ Ӏуэхум хэт журт бегъымбар нэпцӀ гуэрым ӀущӀащ. Абы и цӀэр Варисуст.</verse>
				<verse number="7">Ар хытӀыгум и Ӏэтащхьэ Сергей Паул зи цӀэм и гъусэт. Сергей Паул цӀыху губзыгъэу щытащ. Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэну фӀэфӀти, абы Варнавэрэ Щаулрэ иригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ удыгъэ Ӏуэхум хэт Елимэ зи цӀэр (Елимэм къикӀыр «Удыгъэ Ӏуэхум хэтырщ»), Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу тримыгъэхьэным и ужь иту, Варнавэрэ Щаулрэ япэувырт.</verse>
				<verse number="9">Ауэ Щаулу ПаулкӀи зэджэм и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр хуабжьу хыхьэри, и нэхэр Елимэ триубыдауэ жиӀащ:</verse>
				<verse number="10">– Уэ шейтӀаным урикъуэщ, уэ пэжыгъэ псом урабийщ. ГъэпцӀагъэ псори бзаджагъэ псори уи гум хуэфӀу илъщ. Тхьэм и гъуэгу занщӀэхэр къуаншэ пщӀыну ухэтыныр щыбгъэтынукъэ?</verse>
				<verse number="11">Зиусхьэным и Ӏэр къыптелъщ иджы. Дыгъэм и нэхур умылъагъуу, пӀалъэ гуэркӀэ нэф ухъунущ. Асыхьэт дыдэм пшагъуэри кӀыфӀыгъэри Елимэ къыхуехащ. Ежьэри, къезышэкӀын гуэрым лъыхъуэу щӀидзащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="12">Абы къыщыщӀар щилъагъум, Ӏэтащхьэм фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Варнавэрэ Паулрэ Зиусхьэным теухуа хъыбару кърагъэщӀар Ӏэтащхьэм игъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="13">Паулрэ и гъусэхэмрэ Паф къалэм кхъухькӀэ щежьэри, Памфилие хэкум щыщ Пергие къалэм кӀуащ. Иуан ахэр абы къыщинэри, Ерусалим игъэзэжащ.</verse>
				<verse number="14">Адрей лӀитӀыр Пергие къалэм блэкӀри Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм нэсащ. Щэбэт махуэм* синэгуэгум щӀыхьэри тӀысащ.</verse>
				<verse number="15">Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ ящыщ гуэрхэм еджа нэужь, синэгуэгу пашэхэм зыгуэр ягъакӀуэри жрагъэӀащ: – Ди къуэшхэ, мы цӀыхухэр зэрывгъэгушхуэн псалъэхэр фщӀэмэ, жыфӀэ!</verse>
				<verse number="16">Паул къэтэджщ, Ӏэ яхуищӀри, жиӀащ: – Фэ, израил цӀыхухэри, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэри, фыкъэдаӀуэ.</verse>
				<verse number="17">Израил лъэпкъым и Тхьэм ди адэжьхэр къыхихащ. Ди лъэпкъыр Мысырым щисым, лъэпкъышхуэ ищӀри, абы къаруушхуэкӀэ къришыжащ.</verse>
				<verse number="18">Губгъуэ нэщӀым илъэс плӀыщӀкӀэ щигъэшхащ.</verse>
				<verse number="19">Ханаан къэралым щыпсэу лъэпкъиблыр игъэкӀуэдри, абыхэм я къэралыр израил лъэпкъым и Ӏыхьэ хъуну къыхуигъэнэжащ.</verse>
				<verse number="20">А псори илъэс щиплӀрэ щэ ныкъуэм къриубыдэу къэхъуащ. – Абы и ужькӀэ Тхьэм хеящӀэхэр абыхэм яритащ, Самуел бегъымбарым и махуэхэм нэсыху.</verse>
				<verse number="21">Пащтыхь яхухихыну цӀыхухэр Самуел елъэӀуащ итӀанэ. Биниамин и унагъуэ лъэпкъым щыщу, Къыш и къуэ Щаул пащтыхь яхуэхъуну Тхьэм яритащ. Абы и ужькӀэ илъэс плӀыщкӀэ ар пащтыхьу щытащ.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм ар тригъэкӀыжри, Даут пащтыхьу игъэуващ. Тхьэм Даут мыпхуэдэу щыхьэт хуэхъуащ: «Иессе и къуэу Даутыр си гум ирихь цӀыхуу къэзгъуэтащ. Сэ сызыхуей псори абы игъэзэщӀэнущ».</verse>
				<verse number="23">А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету.</verse>
				<verse number="24">Хьисэ къэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Иуан «Фэ фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ», жиӀэурэ израил цӀыху псоми хъыбар яхуиӀуатэрт.</verse>
				<verse number="25">Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».</verse>
				<verse number="26">(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.</verse>
				<verse number="27">Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.</verse>
				<verse number="28">Хьисэ укӀ щӀытралъхьэн щхьэусыгъуэ ямыгъуэта пэтми, Пилат Ӏэтащхьэм елъэӀуащ ар иукӀыну.</verse>
				<verse number="29">Хьисэ теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори абыхэм ягъэзэщӀа нэужь, Хьисэ и гъусэхэм абы и хьэдэр жорым къыфӀахыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="30">Ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="31">Хьисэ и гъусэу Галилей хэкум къикӀыу Ерусалим къэкӀуэгъахэм махуэ куэдкӀэ закъригъэлъагъуурэ екӀуэкӀащ итӀанэ. Ахэращ дэ ди лъэпкъым и пащхьэм Хьисэ щыхьэт щыхуэхъур иджы.</verse>
				<verse number="32">– Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ.</verse>
				<verse number="33">Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдым Тхьэм Хьисэ къызэрыщыжриӀэм хуэдэу: «Уэращ си Къуэр, нобэ адэ сыпхуэхъуащ».</verse>
				<verse number="34">Хьисэ зэи мылӀэжыну лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар Тхьэм мы псалъэхэмкӀэ жиӀащ: «Си нэфӀ щыхуэныгъэ лъапӀэр Ӏэмал имыӀэу ныфлъызгъэсынущ, Даут зэрызгъэгугъэгъам тету».</verse>
				<verse number="35">Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ: «Уэ уи ӀурыщӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым».</verse>
				<verse number="36">– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и зэриухам тету, Даут и махуэхэм Тхьэм хуэлажьэри, дунейм ехыжащ. И адэжьхэр зыщӀэлъ кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжри, и хьэдэр фыжащ.</verse>
				<verse number="37">Ауэ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар иужькӀэ лӀэжакъым, и хьэдэри фыжакъым.</verse>
				<verse number="38">Аращи, си къуэшхэ, мыр зэвгъащӀэ, фэ гуэныхьу фщӀар Хьисэ къызэрыфхуигъэгъужынум и хъыбар фхудоӀуатэ.</verse>
				<verse number="39">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="40">Фызыхуэсакъыж, бегъымбархэм жаӀа мы псалъэхэр фэ къыфлъремыс:</verse>
				<verse number="41">«ФыкъэдаӀуэ, фэ, Тхьэм и псалъэхэр зэзымыпэсхэ, вгъэщӀагъуэ икӀи фыкӀуэд; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фи махуэхэм Ӏуэхушхуэ гуэр згъэзэщӀэнущ. А Ӏуэхушхуэм и хъыбарыр зыгуэрым къывжиӀакӀи фи фӀэщ хъунутэкъым».</verse>
				<verse number="42">Паулрэ Варнавэрэ синэгуэгум къыщыщӀэкӀыжам къыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм а Ӏуэхухэм тепсэлъыхьыну цӀыхухэр къелъэӀуащ.</verse>
				<verse number="43">ЗэӀущӀэр щызэбгрыкӀыжым, журтхэм ящыщ куэди, журт хъуа хамэхэм ящыщ куэди Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъут. Епсалъэурэ, а тӀум абыхэм быдэу гурагъэӀуащ Тхьэм и нэфӀыр къазэрыщыхуэнум и ужь ит зэпыту щытын зэрыхуейр.</verse>
				<verse number="44">КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэт махуэм Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, къалэм дэс цӀыху псори, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, зэхуэсащ.</verse>
				<verse number="45">Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.</verse>
				<verse number="46">Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;</verse>
				<verse number="47">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу унафэ къытхуищӀащ: «Хамэ лъэпкъхэм нэхугъэ уахуэхъуну узгъэуващ, щӀым и гъунэхэм нэсыху, цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлын щхьэкӀэ».</verse>
				<verse number="48">Хамэ лъэпкъ щыщхэм ар щызэхахым, гуфӀэри, Зиусхьэным и псалъэхэм щӀыхь хуащӀащ. ИкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ зритыну Тхьэм игъэува цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="49">Зиусхьэным и псалъэхэр а хэкум дэнэкӀи ис цӀыхухэм щалъэӀэс хъуащ.</verse>
				<verse number="50">Ауэ пщӀэ зиӀэ цӀыхубзу Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ къалэм и пашэхэмрэ къызэщӀагъэплъащ журтхэм. Арати, цӀыхухэр Паулрэ Варнавэрэ ятезэрыгуэну зэщӀаӀэтащ, я хэкуми кърахуащ а тӀур.</verse>
				<verse number="51">Паулрэ Варнавэрэ я лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр цӀыхухэм ялъагъуу кӀэрагъэщэщыжри, Иконие къалэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="52">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гуфӀэгъуэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ я гум куэду илъ хъуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">Иконие къалэм щынэсым, я хабзэм тету, Паулрэ Варнавэрэ журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ. Журтхэмрэ алыджхэмрэ ящыщ куэдым фӀэщхъуныгъэр яӀэ ягъэхъуурэ, епсэлъащ.</verse>
				<verse number="2">Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.</verse>
				<verse number="3">Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ.</verse>
				<verse number="4">А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.</verse>
				<verse number="5">Хамэ лъэпкъ щыщхэри, журтхэри, абыхэм я пашэхэри я гъусэу, зэгурыӀуэри, мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэну, мывэкӀэ къеуэури къаукӀыну.</verse>
				<verse number="6">Паулрэ Варнавэрэ абыхэм я мурадыр къы-щащӀэм, Ликаоние хэкум щыщ къалэхэу Листрэрэ Дервиерэ, абыхэм я Ӏэхэлъахэм кӀуащ.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухэр хъыбарыфӀым щрагъэдэӀуащ а щӀыпӀэхэми.</verse>
				<verse number="8">Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст.</verse>
				<verse number="9">Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,</verse>
				<verse number="10">Паул макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ныбжызоӀэ: къызэфӀэувэ. ЛӀым, къыщылъэтри, къикӀухьу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="11">Паул ищӀар цӀыхухэм щалъагъум, Ликаоние хэкум и бзэкӀэ ину жаӀащ: – Тхьэхэр, цӀыху теплъэ яӀэу, къытхуехащ.</verse>
				<verse number="12">Варнавэ Зевс фӀащащ, къэпсэлъар Паулти, абы ЕрмийкӀэ еджэ хъуащ.</verse>
				<verse number="13">Зевс и унэшхуэ къалэм тӀэкӀу пыӀудзауэ щытым и дин пашэм цӀыхухэм выхэр куэбжэм деж къаригъэхуащ, тажхэри къригъэхьащ, езыри цӀыху гупышхуэри Паулрэ Варнавэрэ къурмэн хуащӀыну хуейти.</verse>
				<verse number="14">Ауэ апостолхэу Варнавэрэ Паулрэ ар щызэхахым, хуамыдэу я щыгъынхэр зэфӀатхъыжурэ, цӀыху гупышхуэм яхэлъадэри, макъышхуэкӀэ псалъэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="15">– Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар.</verse>
				<verse number="16">БлэкӀа лъэхъэнэхэм лъэпкъ псори зэрыхуейуэ я гъуэгу ирикӀуэжыну хуит ищӀащ.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм щыхьэтыншэ зищӀакъым: Уафэм къикӀыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкӀыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфӀэу, фӀыгъуэшхуэхэр къытхуищӀэ зэпытщ.</verse>
				<verse number="18">Паулрэ Варнавэрэ къурмэн зыхурамыгъэщӀу, цӀыхухэр ерагъкӀэ ягъэувыӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.</verse>
				<verse number="19">Къалэхэу Антиохиерэ Икониерэ къикӀри, журт гуп къэкӀуащ абы и ужькӀэ. Тегушхуауэ апостолхэм Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэм, журтхэм «Мы лӀыхэм жаӀэр пэжкъым, пцӀы яупс», жаӀэурэ цӀыхухэр апостолхэм къыбгъэдашащ. А журтхэм цӀыхубэр зэщӀагъаплъэри, Паул мывэкӀэ къеуэурэ къаукӀыну хэтащ икӀи, лӀауэ ялъытэри, къалэм далъэфащ.</verse>
				<verse number="20">АрщхьэкӀэ и гъусэхэм къыщаувыхьым, къэтэджри, Паул къалэм къыдыхьэжащ. Варнавэ и гъусэу, Паул Дервие къалэм кӀуащ етӀуанэ махуэм.</verse>
				<verse number="21">Паулрэ Варнавэрэ Дервие къалэми цӀыхухэм хъыбарыфӀыр щыхуаӀуатэурэ, цӀыхубэр Хьисэ и гъуэгу трагъэхьа нэужь, Листрэ, Иконие, Антиохие къалэхэм ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="22">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="23">Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.</verse>
				<verse number="24">Писидие хэкум кӀуэцӀрыкӀри, Памфилие хэкум нэсащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="25">Пергие къалэм цӀыхухэр Зиусхьэным и псалъэхэм щрагъэдэӀуа нэужь, Атталие къалэм ехащ.</verse>
				<verse number="26">А къалэм къыдэкӀри, кхъухькӀэ Антиохие къалэм кӀуащ. Антиохиеращ члисэ зэхуэсым щыщхэм Паулрэ Варнавэрэ ялэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну зыщыхуагъэзар.</verse>
				<verse number="27">Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.</verse>
				<verse number="28">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я деж куэдрэ щыӀэну къэнащ ахэр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">ЛӀы гуэрхэр Иудей хэкум къикӀщ, Антиохие къакӀуэри, къуэшхэм мыпхуэдэ жраӀэу щӀадзащ: – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм сунэт фащӀын хуейуэ къегъэув, сунэт фамыщӀмэ, Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынукъым.</verse>
				<verse number="2">Паулрэ Варнавэрэ абыхэм жаӀэр ямыдэу хуабжьу едэуащ. Арати, къуэшхэм мурад ящӀащ Паулрэ Варнавэрэ, цӀыху гуп я гъусэу, Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж мы Ӏуэхум щхьэкӀэ ягъэкӀуэну.</verse>
				<verse number="3">Члисэ зэхуэсым щыщхэр Паулрэ Варнавэрэ ядэкӀуатэри, гъуэгу трагъэхьащ. Паулрэ Варнавэрэ Финикиемрэ Самариемрэ кӀуэцӀрыкӀащ. ЩыкӀуэцӀрыкӀым, хамэ лъэпкъ щыщхэр Тхьэм и гъуэгу зэрытехьам и хъыбарыр къуэш псоми хуаӀуэтэжри, ахэр хуабжьу ягъэгуфӀащ.</verse>
				<verse number="4">Ерусалим щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэми, апостолхэми, нэхъыжьхэми ахэр ирагъэблэгъащ. Тхьэм абыхэм ящӀэну ялъигъэкӀа псори хуаӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу щыхъум, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фарисей гупкӀэ зэджэ динырылажьэхэм щыщхэр къэтэджри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъ щыщхэри сунэт фщӀын, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри евгъэгъэзэщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="6">А Ӏуэхум тепсэлъыхьын щхьэкӀэ, апостолхэри нэхъыжьхэри зэхуэсащ.</verse>
				<verse number="7">Куэдрэ зэдэуа нэужь, Петр къэтэджри, абыхэм яжриӀащ: – Си къуэшхэ, фэ фщӀэркъэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну Тхьэм сэ псом япэ сыкъызэрыфхихар.</verse>
				<verse number="8">Езы Тхьэуэ цӀыхухэм я гум илъыр зыщӀэм и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхам хуэдэу, хамэ лъэпкъ щыщхэми къахуригъэхыурэ, ахэри зэрищтэр къигъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="9">Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи.</verse>
				<verse number="10">Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?</verse>
				<verse number="11">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэм и фыгъэкӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыр ди фӀэщ мэхъу, абы и нэфӀ щыхуэныгъэм и гъуэгукӀэ хамэ лъэпкъ щыщхэри мыкӀуэду къызэрыригъэлым хуэдэу.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыху зэхуэса псори щым хъуауэ, хамэ лъэпкъхэм я деж Тхьэм Варнавэрэ Паулрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу щаригъэгъэлъэгъуахэри Ӏуэху телъыджэу щаригъэлэжьахэри къыщаӀуэтэжым, едаӀуэрт.</verse>
				<verse number="13">И ужькӀэ, псэлъэн щаухым, Екъуб жиӀащ: – Си къуэшхэ, мы жысӀэм фыкъедаӀуэ!</verse>
				<verse number="14">Тхьэр езым и цӀэкӀэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм япэщӀыкӀэ зэреплъар Симон зэхыдигъэщӀыкӀащ.</verse>
				<verse number="15">Бегъымбархэм я псалъэхэр Петр жиӀам тохуэ. Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,</verse>
				<verse number="16">«ИтӀанэ къэзгъэзэжынурэ, Даут пащтыхьым и унэ къызэтеуар зэтезгъэувэжынущ, жеӀэ Зиусхьэным. Зэхэкъутахэри сщӀыжынурэ, а унэр зэтезгъэувэжынущ,</verse>
				<verse number="17">дунейм и цӀыхуу къэнахэмрэ сэ си цӀыху хъуну къыхуезджа хамэ лъэпкъ псомрэ Зиусхьэным лъыхъуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="18">Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».</verse>
				<verse number="19">Екъуб мыри къыщӀигъужащ: – Аращи, сэ сызэригугъэмкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщу Тхьэм и гъуэгу техьэхэм гугъуехь ятелъхьэн хуейкъым.</verse>
				<verse number="20">Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, лъым пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ;</verse>
				<verse number="21">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пасэрей зэманхэм къащыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэм къалэ псоми щезыгъэдаӀуэхэри, щэбэт махуэ къэси абы итхэм щеджэ синэгуэгухэри щыӀэщ.</verse>
				<verse number="22">Арати, члисэ зэхуэсым хэт псори я гъусэу, апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ мурад ящӀащ езыхэм я цӀыхухэм щыщу лӀы гуэрхэр къыхахыну, Паулрэ Варнавэрэ ящӀыгъуу Антиохие ягъэкӀуэн щхьэкӀэ. Къуэшхэм я унафэщӀхэм ящыщу ВарсавэкӀэ зэджэ Иудэрэ Силэрэ хахащ.</verse>
				<verse number="23">Мыпхуэдэ тхылъ ятхри, абыхэм иратащ: «Фи къуэшхэу апостолхэми нэхъыжьхэми, фэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ къуэшхэу Антиохие къалэм дэсхэми, Сирие, Киликие хэкухэм исхэми фӀэхъус фыдох.</verse>
				<verse number="24">ЦӀыху гуэрхэр дэ къытхэкӀри, „Сунэт фащӀын хуейщ икӀи Мусэ и Торэт хабзэм итхэм федэӀуэн хуейщ“, жаӀэурэ, я псалъэхэмкӀэ фызэӀащӀауэ икӀи фагъэгузэвауэ дэ зэхэтхащ, ауэ ахэр дэ нэдгъэкӀуакъым.</verse>
				<verse number="25">Аращи, дэ дызэхуэсри, цӀыху гуэрхэр хэтхыу, дэ фӀыуэ тлъагъу Варнавэрэ Паулрэ я гъусэу ныфхуэдгъэкӀуэну дызэгурыӀуащ.</verse>
				<verse number="26">А тӀур Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэм хуолажьэ, я псэми еблэжыркъым.</verse>
				<verse number="27">Апхуэдэу Иудэрэ Силэрэ ныфхудогъакӀуэ. Дэ ттхар абыхэм я жьэкӀэ къывгурагъэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="28">ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ.</verse>
				<verse number="29">ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»</verse>
				<verse number="30">А лӀыхэр гъуэгум трагъэхьащ. Ахэр Антиохие щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, тхылъыр иратащ.</verse>
				<verse number="31">Тхылъым щеджэм, ахэр абы ит хъыбарым игъэгушхуащ икӀи игъэгуфӀащ.</verse>
				<verse number="32">Иудэрэ Силэрэ, бегъымбарти, къуэшхэм ягухэр псалъэ куэдкӀэ ягъэбыдэурэ ягъэгушхуащ.</verse>
				<verse number="33">Ахэр абы тӀэкӀурэ щыпсэуа нэужь, къэзыгъэкӀуахэм я деж ягъэзэжыну гъуэгу махуэкӀэ ехъуэхъури, къуэшхэм ирагъэжьэжащ.</verse>
				<verse number="34">Ауэ Силэ Антиохие къыдэнэну триубыдащ. Иудэ Ерусалим игъэзэжащ.</verse>
				<verse number="35">Паулрэ Варнавэрэ Антиохие къыдэнащ. НэгъуэщӀ куэдым я гъусэу, цӀыхухэм Зиусхьэным и псалъэхэр ирагъащӀэрэ, хъыбарыфӀым щӀагъэдэӀуу, ахэр Антиохие дэсащ.</verse>
				<verse number="36">Зыкъом дэкӀа нэужь, Паул Варнавэ жриӀащ: – Тхьэм и псалъэхэм щедгъэдаӀуэу щыта къалэ псоми дэс къуэшхэм я деж дыгъэгъэзэжи, зэрыпсэур зэдгъэгъэлъагъу.</verse>
				<verse number="37">Варнавэ МарккӀэ зэджэ Иуан здишэну хуейт.</verse>
				<verse number="38">Ауэ Паул ар я гъусэу здашэныр игъуэу къилъытакъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ МарккӀэ зэджэ Иуан Памфилие хэкум щабгъэдэкӀри, абыхэм Ӏуэху ядищӀэну ядэкӀуэтэкъым.</verse>
				<verse number="39">Паулрэ Варнавэрэ апхуэдизкӀэ зэныкъуэкъуати, зэбгъэдэмыкӀыу хъуакъым. Варнавэ Марк здишэри, Кипр хытӀыгум кхъухькӀэ кӀуащ.</verse>
				<verse number="40">Паул гъусэу Силэ къыхихащ. Къуэшхэм Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къащыхуэну елъэӀуа нэужь, ахэр гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="41">Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Паул Дервие къалэм, итӀанэ Листрэ къалэм нэсащ иужькӀэ. Тимофей и цӀэу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ лӀы гуэр абы дэсащ. Абы и анэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ журтт, и адэр алыджт.</verse>
				<verse number="2">Листрэрэ Икониерэ дэс къуэшхэм а лӀым пщӀэ хуащӀырт.</verse>
				<verse number="3">Паул Тимофей здишэну хуейт. А лъэныкъуэм ис журтхэм щхьэкӀэ Паул зыгуэрым Тимофей сунэт иригъэщӀащ; Тимофей и адэр зэрыалыджыр цӀыху псоми ящӀэрти.</verse>
				<verse number="4">Къалэхэр къызэхакӀухьурэ, Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ягъэува унафэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм а унафэхэр жраӀэрт.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу, члисэ зэхуэсхэм щыщхэм фӀэщхъуныгъэшхуэ яӀэ нэхъ хъуурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт.</verse>
				<verse number="6">Паулрэ и гъусэхэмрэ, Асие хэкум цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуэн мурадкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хуит имыщӀауэ, Фригиемрэ Галатиемрэ я хэкум зэпрыкӀащ.</verse>
				<verse number="7">Мисие хэкум щынэсым, Вифиние хэкум ихьэну хэтащ, ауэ Хьисэ и Псэ ЛъапӀэм ахэр хуит ищӀакъым.</verse>
				<verse number="8">Мисие хэкум кӀуэцӀрыкӀри, Троадэ къалэм ехащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм Паул зыгуэр къыхуигъэхутащ жэщым: Македоние хэкум щыщ лӀы гуэр къэхутэри къелъэӀуащ: – Македонием къакӀуи, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъу, – жиӀэри.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм Паул ар къызэрыхуигъэхутэу, хъыбарыфӀыр а цӀыхухэм хуэтӀуэтэну Тхьэм дыкъызэрыхуриджам дыщыгугъыу, Македоние хэкум дыкӀуэну зыдгъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу Троадэ къалэм кхъухькӀэ дыщежьэщ, Самофракие хытӀыгум занщӀэу дыкӀуэри, етӀуанэ махуэм Неапол къалэм дынэсащ.</verse>
				<verse number="12">Абы дыдэкӀри, Филиппи къалэм дыкӀуащ итӀанэ. Ар Македоние хэкум хыхьэу а лъэныкъуэм щыӀэ къалэхэм я нэхъ инт. А къалэр зыухуар Рим къэралыгъуэшхуэм и цӀыхухэращ. А къалэм махуэ бжыгъэкӀэ дыщыӀащ.</verse>
				<verse number="13">Къалэм щэбэт махуэм дыдэкӀри, псым дыкӀуащ. Абдежым цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу щӀыпӀэ къыщыдгъуэтынщ жытӀэщ, дытӀысри, къызэхуэса цӀыхубзхэм депсэлъащ.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыхубз гуэр, Лидие и цӀэу, яхэт абыхэм, къэдаӀуэу. Ар Фиатирэ къалэм дэс щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэ лъапӀэ зыщэхэм ящыщт. Тхьэр игъэлъапӀэрт абы. Паул жиӀахэм и фӀэщу едэӀуэну, Тхьэм абы и гур хузэӀуихащ.</verse>
				<verse number="15">Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм щелъэӀу щӀыпӀэм махуэ гуэрым дыздэкӀуэм, жин бзаджэм иӀыгъыу, тхьэгурымагъуэ унэӀут хъыджэбз гуэр къытӀущӀащ. КъэхъункъэщӀэн Ӏуэхухэр цӀыхухэм яжриӀэурэ, и тепщэхэм ахъшэ куэд къахуилэжьырт абы.</verse>
				<verse number="17">А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.</verse>
				<verse number="18">Махуэ зыбжанэкӀэ апхуэдэу ищӀа нэужь, Паул губжьщ, зыкъригъэзэкӀри, хъыджэбзыр зыӀыгъ жин бзаджэм жриӀащ: – Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ мы хъыджэбзым ухэкӀыну унафэ пхузощӀ. Ар зэрыжиӀэу, жин бзаджэр хъыджэбзым хэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="19">Зыщыгугъ ахъшэ къэкӀуапӀэр зэрамыӀэжыр хъыджэбзым и тепщэхэм щалъагъум, Паулрэ Силэрэ яубыдри, тепщэныгъэ зиӀэхэм я пащхьэм къалэ утым щралъэфащ.</verse>
				<verse number="20">Ӏэтащхьэхэм я пащхьэм щрашэм, абыхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀыхэр журтщ. Ди къалэм дэсхэр хуабжьу зэӀащӀэ.</verse>
				<verse number="21">Дэ, Рим къэралышхуэм и цӀыхухэм, дымыщӀапхъэ-зедмыхьэпхъэ хабзэхэр цӀыхухэм ирагъащӀэ.</verse>
				<verse number="22">ЦӀыхубэр, адрейхэм я гъусэу, Паулрэ Силэрэ тезэрыгуащ. Ӏэтащхьэхэм Паулрэ Силэрэ я щыгъынхэр зэфӀатхъри, щӀопщкӀэ абыхэм еуэну зауэлӀхэм унафэ хуащӀащ.</verse>
				<verse number="23">Удын куэд ираха нэужь, ахэр лъэхъуэщым щӀадзащ. Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр сакъыу ихъумэну унафэ хуащӀащ.</verse>
				<verse number="24">Апхуэдэ унафэ щыхуащӀым, Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым хэт хьэпсэм иридзэри, я лъакъуэхэр пкъом ирипхащ хъумакӀуэм.</verse>
				<verse number="25">Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.</verse>
				<verse number="26">ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.</verse>
				<verse number="27">Лъэхъуэщым и хъумакӀуэр къэушри, лъэхъуэщым и бжэхэр зэӀухауэ щилъагъум, абы щӀэсахэр щӀэпхъуэжауэ къыфӀэщӀщ, и джатэр кърихри, зиукӀыжыну хуежьащ.</verse>
				<verse number="28">Ауэ Паул макъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Лей зумыхыж! Дэ псори мыбы дыщӀэсщ!</verse>
				<verse number="29">Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм зыгуэрым уэздыгъэ нэху къригъэхьащ, лъэхъуэщым щӀэлъадэри, Паулрэ Силэрэ я лъабжьэм кӀэзызу зыщӀидзащ.</verse>
				<verse number="30">ИтӀанэ ахэр лъэхъуэщым къыщӀишыжри, жиӀащ: – Зи щӀыхь инхэ, Тхьэм сымыкӀуэду сыкъригъэлын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?</verse>
				<verse number="31">– Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зигъэӀи, уэри уи унагъуэри Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынущ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="32">Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым и хъумакӀуэми абы и унэм щӀэс псоми Зиусхьэным и псалъэхэр хуаӀуэтащ.</verse>
				<verse number="33">А жэщым, а сыхьэт дыдэм, лъэхъуэщым и хъумакӀуэм Паулрэ Силэрэ унэ гуэрым щӀишэри, я уӀэгъэхэр яхуитхьэщӀыжащ. Абы и ужькӀэ езыми и бын псоми, пӀалъэ къыхамыгъэкӀыу, зрагъэумэхъащ.</verse>
				<verse number="34">Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр езым и унэм щӀишэри, игъэшхэну Ӏэнэ къахуищтащ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ езыри и унагъуэри гуфӀащ.</verse>
				<verse number="35">Нэху щыщым, Ӏэтащхьэхэм я ӀуэхутхьэбзащӀэхэр, «Мы лӀыхэр щхьэхуит фщӀыж!» жраӀэну, лъэхъуэщым и хъумакӀуэм деж ягъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="36">Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм а хъыбарыр Паул жриӀэжащ: – Ӏэтащхьэхэм фаутӀыпщыжыну я ӀуэхутхьэбзащӀэхэр къагъэкӀуащ. Аращи, иджы фыщӀэкӀыж. Гъуэгу махуэ!</verse>
				<verse number="37">– Рим цӀыхухэм дащыщ пэтми, хьэкум къыттрамыщӀыхьу цӀыхухэм ялъагъуу щӀопщкӀэ къыдэуэри, лъэхъуэщым дыщӀадзащ, – яжриӀащ Паул. – Щэхуу даутӀыпщыжыну ара иджы? Хьэуэ, ар хъунукъым, езыхэр кърекӀуи, дыщӀрешыж!</verse>
				<verse number="38">ӀуэхутхьэбзащӀэхэм а псалъэхэр Ӏэтащхьэхэм хуаӀуэтэжащ. Паулрэ Силэрэ рим цӀыхухэм зэращыщыр щызэхахым, шынащ.</verse>
				<verse number="39">Ахэр къакӀуэри, къелъэӀуащ, «Губгъэн къэтхуэвмыщӀ», жаӀэри. Лъэхъуэщым къыщӀашыжри, къалэм дэкӀыжыну елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="40">Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжри, Лидие и унэм кӀуащ. Абдежым къуэшхэм щахуэзэри, ахэр ягъэгушхуащ. Къалэм дэкӀыжащ итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="17">
				<verse number="1">Паулрэ и гъусэхэмрэ Амфипол, Аполлоние къалэхэм къаблэкӀри Фессалоникэ къалэм къэкӀуащ. Журтхэм абы синэгуэгу щаӀащ.</verse>
				<verse number="2">Паул, зэрихабзэу, абыхэм я синэгуэгум щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ, щэбэт махуищкӀэ абыхэм щедэуащ.</verse>
				<verse number="3">Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.</verse>
				<verse number="4">Журтхэм ящыщ зыкъомым фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, Паулрэ Силэрэ гъусэ зыхуащӀащ. Абыхэм нэмыщӀ, Тхьэр зыгъэлъапӀэ алыджхэм ящыщ куэдми, цӀыхубз цӀэрыӀуэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мыхъуа журтхэр фыгъуэрти, цӀыху зэхуэсыпӀэм лӀы напэншэхэр къыщагъуэтщ, цӀыху гупышхуэ зэхуашэсри, абыхэм къалэм дэсхэр къызэщӀагъэстащ. Иасон и унэм ежалӀэри, Паулрэ Силэрэ къыщӀашу, цӀыхухэм я пащхьэм кърашэну мурад ящӀащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">Ахэр щамыгъуэтым, Иасонрэ къуэшхэм ящыщ гуэрхэмрэ къалэ къулыкъущӀэхэм я пащхьэм иралъафэри, кӀийурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – Дуней псори зэӀызыщӀэ мы цӀыхухэр мыбы къэкӀуащ иджы.</verse>
				<verse number="7">Иасон и унэм иригъэблэгъащ ахэр. «НэгъуэщӀ пащтыхь, Хьисэ зи цӀэр, щыӀэщ», жаӀэурэ кесарым и унафэхэм поув.</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу щыжаӀэм, цӀыхубэри къалэ къулыкъущӀэхэри къагъэпӀейтеящ.</verse>
				<verse number="9">Къалэм къулыкъущӀэхэм Иасонрэ и гъусэхэмрэ тхьэ ирагъаӀуэри, къаутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="10">Жэщ зэрыхъуу, къуэшхэм Паулрэ Силэрэ Верие къалэм ягъэкӀуащ. Зэрынэсу, ахэр журтхэм я синэгуэгум щӀыхьащ.</verse>
				<verse number="11">Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.</verse>
				<verse number="12">Журтхэм ящыщ куэдми, алыдж цӀыхубз цӀэрыӀуэхэмрэ цӀыхухъухэмрэ ящыщ зыкъомми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="13">Паул Верие къалэм дэс цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар Фессалоникэ щыщ журтхэм къыщащӀэм, Верие къакӀуэри, цӀыхубэр зэщӀагъэплъащ икӀи къагъэпӀейтеящ.</verse>
				<verse number="14">Къуэшхэм Паул хы Ӏуфэм ягъэкӀуащ занщӀэу, Силэрэ Тимофейрэ Верие къалэм къыдэнащ.</verse>
				<verse number="15">Паул зышэхэм ар Афинэ къалэм нагъэсащ. Силэрэ Тимофейрэ езым деж псынщӀэу къэкӀуэну Паул зышахэм унафэ яхуищӀа нэужь, абыхэм ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="16">Афинэ къалэм Силэрэ Тимофейрэ щапэплъэу, тхьэ нэпцӀ сурэтхэр къалэм дэзу щилъагъум, ар Паул игу къеуащ.</verse>
				<verse number="17">Паул журтхэмрэ Тхьэр зыгъэлъапӀэхэмрэ синэгуэгум щепсалъэрт, зэхуэсыпӀэм щызэӀущӀэхэми махуэ къэси щедауэрт.</verse>
				<verse number="18">Епикурейхэмрэ стоикхэмрэ ящыщ философ гуп Паул къедауэу щӀадзащ. – Мы щхьэгъавэм сыт жиӀэну зыхуейр? – жаӀащ зыкъомым. – Мы лӀым тхьэ хамэхэм я хъыбар къиӀуатэ хуэдэщ, – жаӀащ адрейхэм. Апхуэдэу щӀыжаӀар Паул Хьисэрэ лӀахэр къызэрытэджыжынумрэ теухуа хъыбархэр цӀыхухэм яхуиӀуатэу зэрыщытарщ.</verse>
				<verse number="19">А философхэм ареопаг Ӏуащхьэм деж щызэӀущӀэ хасэм Паул здашэри къыжраӀащ итӀанэ: – Уэ цӀыхухэм ебгъащӀэ ӀуэхущӀэхэр къыдгурыбгъэӀуэн?</verse>
				<verse number="20">Псалъэ гъэщӀэгъуэнхэр къыджыбоӀэ. Абыхэм къикӀыр тщӀэн ди гуапэщ.</verse>
				<verse number="21">Афинэ къалэм щыщ псоми, абы дэс хамэхэми хъыбарыщӀэхэр яӀуэтэнымрэ едэӀуэнымрэ зыпащӀ щыӀэтэкъым, а Ӏуэхуми зэман куэд яфӀэфӀыпсу трагъэкӀуадэрт.</verse>
				<verse number="22">Ареопаг Ӏуащхьэм щызэӀущӀэ хасэм и пащхьэм къиувэри, Паул жиӀащ: – Афинэ дэс лӀыхэ! Фэ тхьэ куэдыр сыт и лъэныкъуэкӀи ину вгъэлъапӀэу солъагъу;</verse>
				<verse number="23">сэ къэскӀухьурэ, фи тхьэлъэӀупӀэхэм сыщеплъым, мыпхуэдэу зытетха къурмэнщӀыпӀэ гуэр срихьэлӀащ: «ДымыщӀэ Тхьэм щхьэкӀэ». Аращи, фэ фымыщӀэ Тхьэм и хъыбарыращ сэ фхуэсӀуатэр.</verse>
				<verse number="24">– Тхьэуэ дунейри дунейм тетхэри къэзыгъэщӀар уафэми щӀылъэми я Зиусхьэнырщ. Ар цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэхэм щӀэскъым.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ езым зыгуэр къыхуащӀын хуейкъым. Аращ псэ зыӀут псори щызыгъэӀэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри.</verse>
				<verse number="26">Тхьэм зы цӀыху закъуэм цӀыху лъэпкъ псори къыхигъэхъукӀащ, ахэр дунейм дэнэкӀи щыпсэун щхьэкӀэ. Я тетыгъуэхэмрэ я псэупӀэхэмрэ гъунапкъэ яхуэхъунур игъэуващ.</verse>
				<verse number="27">Тхьэм цӀыхухэр къыщӀигъэщӀар ахэр езым лъыхъуэурэ икӀи Ӏэбэрабэурэ, Ӏэмал гуэркӀэ къагъуэтын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым,</verse>
				<verse number="28">«Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакӀуэри, дыщызыгъэӀэри», зыгуэрым зэрыжиӀам хуэдэу. «Дэри дрибынщ», фэ фи тхакӀуэхэм ящыщ зыкъомым зэрыжаӀам хуэдэу.</verse>
				<verse number="29">– Аращи, Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ, цӀыхухэм я ӀэпэӀэсагъэрэ акъылыфӀагъэкӀэ дыщэм, дыжьыным, мывэм къыхащӀыкӀа сурэтхэм Тхьэр яхуэдгъадэ хъунукъым.</verse>
				<verse number="30">БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;</verse>
				<verse number="31">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.</verse>
				<verse number="32">ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и хъыбарыр Паул жиӀэу щызэхахым, языныкъуэхэр Паул щыдыхьэшхащ, языныкъуэхэм жаӀащ: – Уэ мы жыпӀа хъыбарым дедэӀуэну дыхуейщ дяпэкӀи.</verse>
				<verse number="33">Апхуэдэу, Паул абыхэм яхэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="34">Зыкъомым Паул гъусэ зыхуащ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Ареопаг Ӏуащхьэм щызэӀущӀэ хасэм щыщ Дионисий, Дамар и цӀэу цӀыхубз гуэр, нэгъуэщӀ зыкъоми а фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм яхэтт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="18">
				<verse number="1">Паул Афинэ къалэм дэкӀыжри, Коринф къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="2">Абы Паул зы журт гуэр, Акилэ и цӀэу, Понт хэкум къыщалъхуар, къыщигъуэтри ӀущӀащ. Акилэрэ абы и щхьэгъусэ Прискиллэрэ Италие къэралым къикӀагъащӀэт; Клаудий кесарым журт псоми Рим къалэшхуэр ябгынэну унафэ яхуищӀыгъати. Паул Акилэрэ Прискиллэрэ я деж кӀуащ.</verse>
				<verse number="3">Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт.</verse>
				<verse number="4">Паул и псалъэхэр журтхэмрэ алыджхэмрэ фӀэщ зэращищӀыным хэту, абыхэм синэгуэгум щедауэрт щэбэт махуэ къэс.</verse>
				<verse number="5">Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт.</verse>
				<verse number="6">Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.</verse>
				<verse number="7">Арати, Паул синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Тхьэр зыгъэлъапӀэу Иуст зи цӀэ лӀы гуэрым и унэм кӀуащ. Абы и унэр синэгуэгум гуэтт.</verse>
				<verse number="8">Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.</verse>
				<verse number="9">Жэщ гуэрым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри къыжриӀащ: – Умышынэ, ауэ зумыущэху, псалъэ зэпыт,</verse>
				<verse number="10">сэ сыуигъусэнущ. Уэ къокъуэншэкӀыну зым и Ӏи къикӀынукъым. Си цӀыхухэм ящыщ куэд мы къалэм дэсщ.</verse>
				<verse number="11">Паул, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, зы илъэсрэ ныкъуэкӀэ а къалэм дэсащ.</verse>
				<verse number="12">Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.</verse>
				<verse number="13">– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="14">Паул къэпсэлъэну щыхуежьэм, Галлион журтхэм яжриӀащ: – Журтхэ, мы лӀым мыхъун гуэр е бзаджагъэ гуэр ищӀатэмэ, си гуапэу сынывэдэӀуэнт.</verse>
				<verse number="15">Ауэ псалъэхэмкӀи, цӀэхэмкӀи, фи Торэт хабзэмкӀи иджы фыщызэныкъуэкъукӀэ, фэр-фэру мы Ӏуэхур зэхэвгъэкӀ. Мы Ӏуэхум хьэкум тесщӀыхьыну сыхуейкъым сэ.</verse>
				<verse number="16">Ар къажриӀэри, Галлион ахэр хеящӀэ унэм къыщӀигъэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="17">А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.</verse>
				<verse number="18">Паул Коринф къалэм махуэ куэдкӀэ щыӀа нэужь, къуэшхэм я Ӏэр иубыдыжри, Прискиллэрэ Акилэрэ щӀыгъуу, Сирие хэкум кӀуэну кхъухьым итӀысхьащ. Паул и щхьэр Кенхрей къалэм джафэу щригъэупсащ. ЩӀригъэупсар тхьэ иӀуати, арщ.</verse>
				<verse number="19">Ефес къалэм къыщысым, Паул Прискиллэрэ Акилэрэ къигъанэщ, синэгуэгум щӀыхьэри, журтхэм щеныкъуэкъуащ.</verse>
				<verse number="20">Абыхэм я деж нэхъыбэрэ щыӀэну къыщелъэӀум, Паул идакъым.</verse>
				<verse number="21">Ауэ ежьэжыну я Ӏэхэр щиубыдыжым, жиӀащ: – КъэкӀуэну махуэшхуэм Ерусалим сыщыӀэн хуейщ, ауэ Тхьэм жиӀэмэ, фи деж къэзгъэзэжынущ. Ефес къалэм кхъухькӀэ щежьэжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="22">Кесарие къалэм щыӀа нэужь, Ерусалим кӀуащ. Члисэ зэхуэсым щыщхэм фӀэхъус ярихри, Антиохие кӀуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="23">Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.</verse>
				<verse number="24">Александрие къалэм щыщу Аполлос зи цӀэ журт гуэр Ефес къэкӀуащ а махуэхэм. Ар жьакӀуэт, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи щӀэныгъэшхуэ иӀэт.</verse>
				<verse number="25">Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарым фӀыуэ щыгъуазэт. Гурэ псэкӀэ къэпсалъэурэ, пэжыгъэм тету, Хьисэ и хъыбарыр цӀыхухэм яригъащӀэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, умэхъын хабзэу Иуан зытепсэлъыхьу щытам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ зэрыщыӀэр ищӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="26">Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.</verse>
				<verse number="27">Аполлос Ахаие хэкум кӀуэну мурад щищӀым, къуэшхэм а къалэм дэс цӀыхуу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм тхылъ хуатхащ, «Аполлос ныщыкӀуэкӀэ, евгъэблагъэ», жиӀэу иту. Аполлос абы нэсри, Тхьэм и нэфӀыр зэращыхуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм куэдрэ ядэӀэпыкъуащ.</verse>
				<verse number="28">Тхьэм и псалъэу тхахэмкӀэ Хьисэ зэры-Мэссихьыр яхуигъэнахуэурэ, цӀыхухэм я пащхьэм щиӀуэта псалъэ лъэщхэмкӀэ журтхэм ятекӀуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="19">
				<verse number="1">Аполлос Коринф къалэм щыщыӀэм, Паул ипщэ хэкухэм якӀуэцӀрыкӀри, Ефес къалэм нэсащ. Абы ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэрхэр къыщигъуэтри, еупщӀащ:</verse>
				<verse number="2">ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъ хъуа? – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр щыӀэуи зэхэтхакъым, – къыжраӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="3">Умэхъын хабзэу зефхьэм къикӀыр сыт? – еупщӀащ Паул абыхэм. – Иуан зытепсэлъыхьа умэхъын хабзэрщ, – къыжаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="4">Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.</verse>
				<verse number="5">Ар щызэхахым, Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ зрагъэумэхъащ.</verse>
				<verse number="6">Паул и Ӏэхэр щатрилъхьэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехри, ямыщӀэ бзэхэмкӀэ къепсэлъащ. Тхьэм и псалъэхэр ягухэм кърилъхьэурэ, ахэр къажригъэӀащ.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыху пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт ахэр.</verse>
				<verse number="8">Паул синэгуэгум щӀыхьэри, тегушхуауэ цӀыхухэм едауэурэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр я фӀэщ ищӀу мазищкӀэ яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ абыхэм цӀыху ерыщ гуэрхэр яхэтащ, цӀыхухэм я пащхьэм Зиусхьэным и гъуэгум ӀейкӀэ щытепсэлъыхьрэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуну ямыдэу. Ар щилъагъум, Паул абыхэм къахэкӀыжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къахишащ, Тыранн зи цӀэм и еджапӀэм Тхьэм и псалъэхэм махуэ къэс щригъэдаӀуэуи щӀидзащ.</verse>
				<verse number="10">Паул Асие хэкум ис алыдж псоми журт псоми Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр илъэситӀ енкӀэ яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм Паул Ӏуэху телъыджэ дыдэхэр иригъащӀэрт.</verse>
				<verse number="12">Паул и щӀыфэм еӀуса напэӀэлъэщӀхэри щыгъын щӀыӀутелъхэри сымаджэхэм тралъхьэрт. ЩытралъхьэкӀэ, ахэр хъужырт, ахэр зыӀыгъ жин бзаджэхэри яхэкӀыжырт.</verse>
				<verse number="13">Ауэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахуурэ къэзыкӀухьу щыта журт гупым Хьисэ и цӀэр жаӀэурэ, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну щӀэкъурт. – Хьисэу зи хъыбар Паул жиӀэм и цӀэкӀэ мы цӀыхум фыхэкӀыну унафэ фхузощӀ, – жаӀэрт абыхэм.</verse>
				<verse number="14">Журт дин пашэшхуэу Скевэ зи цӀэм и къуиблми апхуэдэу ящӀырт.</verse>
				<verse number="15">– Хьисэ соцӀыху, Паул и хъыбари зэхэсхащ, ауэ фэ хэт фыщыщ? – жэуап яритыжащ жин бзаджэм.</verse>
				<verse number="16">Жин бзаджэм иӀыгъ лӀыр къажьэхэлъэри, а псоми къатекӀуащ. АпхуэдизкӀэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярищӀати, пцӀанэрэ зэхэуӀауэ унэм къыщӀэжыжащ.</verse>
				<verse number="17">Мы хъыбарыр Ефес къалэм дэс алыджхэми журтхэми щызэхахым, псори шынагъуэшхуэм хэхуащ. Апхуэдэу щыхъум, Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="18">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ящыщ куэд къакӀуэри, ялэжьа бзаджагъэмкӀэ, цӀыхухэм зэхахыу, заумысыжащ.</verse>
				<verse number="19">Удыгъэ Ӏуэхум хэт цӀыху куэдым я тхылъхэр зэхуахьэсри, цӀыху псоми ялъагъуу ягъэсащ. А тхылъхэм я уасэхэр къыщалъытэм, дыжьын ахъшэ мин щэ ныкъуэ хъуащ.</verse>
				<verse number="20">Апхуэдэу, Зиусхьэным и псалъэхэм ину заубгъуурэ, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсащ.</verse>
				<verse number="21">Мы Ӏуэху псори къэхъуа нэужь, Паул, Македоние, Ахаие хэкухэм кӀуэцӀрыкӀыу, Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ. – Ерусалим сынэса нэужь, Рим къалэшхуэми сыкӀуэн хуейщ, – жиӀащ.</verse>
				<verse number="22">Паул и дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщу Тимофейрэ Ерастрэ Македоние хэкум нэхъапэ игъэкӀуащ. Езым Асие хэкум тӀэкӀурэ зыщиӀэжьащ.</verse>
				<verse number="23">Зиусхьэным и гъуэгум щхьэкӀэ зэрыхьзэрий ин къэхъуащ а махуэхэм;</verse>
				<verse number="24">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димитрий и цӀэу, дыщэкӀ гуэр а къалэм дэсащ. Артемидэ жыхуаӀэ тхьэ гуащэ нэпцӀым и тхьэлъэӀупэ унэ цӀыкӀунитӀэр дыжьыным къыхищӀыкӀыурэ, дыщэкӀхэм а Димитрийм ахъшэ куэд къаригъэлэжьырт.</verse>
				<verse number="25">Димитрий а дыщэкӀхэри апхуэдэ ӀэщӀагъэ зиӀэ нэгъуэщӀхэри зэхуишэсри яжриӀащ: – Си гъусэхэ, мы Ӏуэхум ди къулеигъэр къызэрыхэкӀыр фощӀэ.</verse>
				<verse number="26">Мы Паул зи цӀэм Ефес къалэм и мызакъуэу, Асие хэкум, зэрыщыту, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, «ЦӀыхухэм ящӀа тхьэ сурэтхэр тхьэ пэжу щыткъым», жиӀэм, цӀыху куэдым ар я фӀэщ ищӀурэ зэрыщигъэуар фэ фолъагъу икӀи зэхывох.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыхухэм ди ӀэщӀагъэр зэрамыдэжыну къудейр аракъым шынагъуэр, атӀэ Артемидэ тхьэ гуащэшхуэм и тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэм нэмыплъ зэрыратынурщ, Асие хэку псоми дуней псоми щыдгъэлъапӀэ Артемидэ и щӀыхьышхуэр зэрыкӀуэдыжынуращ шынагъуэр.</verse>
				<verse number="28">А псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу губжьри, лӀы гупышхуэр зэрыгъэкӀиящ: – Ефес къалэм и Артемидэ лъапӀэ дыдэщ!</verse>
				<verse number="29">Къалэм зэрыхьзэриишхуэ къыщыхъуащ. Македонием щыщу Паул и гъусэ Гаийрэ Аристархрэ яубыдщ, здахури, цӀыху псори щызэхэт зэхуэсыпӀэм и утыкум ирашащ.</verse>
				<verse number="30">Паул цӀыхухэм яхыхьэну хуеящ, ауэ ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм хуадакъым.</verse>
				<verse number="31">Асие хэкум и къулыкъущӀэхэм ящыщу Паул и благъэхэм хъыбар кърагъащӀэри къелъэӀуащ: «ЗэхуэсыпӀэм умыкӀуэ!» – жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="32">Зым зы, адрейхэми нэгъуэщӀ гуэр жаӀэурэ, цӀыхухэр зэрыгъэкӀийрт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдеж кърихьэлӀа цӀыхухэр зэрыгъэплъати. Нэхъыбэм щӀызэӀущӀар ящӀэртэкъым.</verse>
				<verse number="33">Журтхэм Александр зи цӀэр цӀыху гупышхуэм къыхрагъэшри, цӀыхухэм я пащхьэм ирагъэуващ. Александр и Ӏэр къиӀэтри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъэну хуеящ.</verse>
				<verse number="34">Ауэ ар зэрыжуртыр къыщащӀэм, сыхьэтитӀкӀэ цӀыху псори зы макъкӀэ зэрыгъэкӀиящ: – Ефес къалэм и Артемидэ лъапӀэ дыдэщ! – жаӀэурэ.</verse>
				<verse number="35">ИкӀэм-икӀэжым къалэм и тхакӀуэм цӀыхухэр игъэсабырыжри жиӀащ: – Ефес дэс лӀыхэ! Тхьэ гуащэшхуэ Артемидэрэ абы и сурэту уафэм къехамрэ я хъумакӀуэу Ефес къалэр зэрыщытыр зымыщӀэ цӀыху щыӀэ?</verse>
				<verse number="36">Ефес къалэр абыхэм я хъумакӀуэу зэрыщытым шэч хэлъкъыми, фысабыри, Ӏуэхум щхьэпсынщӀагъэ хэвмылъхьэ.</verse>
				<verse number="37">Мы лӀыхэр тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэхэм емыдыгъуарэ, ди тхьэ гуащэм хуэмышхыдауэ, мыбдежым къэфшащ.</verse>
				<verse number="38">Димитрийрэ абы щӀыгъу сурэтыщӀхэмрэ цӀыху гуэрым дауэгъу хуэхъуну хуеймэ, цӀыхухэм я дэуэн Ӏуэхухэм Ӏэтащхьэхэр щыхэплъэ махуэхэр щыӀэщ. Я зэхуакум дэуэн Ӏуэху дэлъмэ, зэрыредауэ.</verse>
				<verse number="39">Абы нэмыщӀ фызыхуейӀамэ, къалэм дэсхэм я хасэу хабзэм тетым а Ӏуэхур зэхигъэкӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="40">Нобэ къэхъуа Ӏуэхухэм щхьэкӀэ, «ЗыкъывоӀэт» жаӀэу рим тепщэныгъэ зиӀэхэм дагъэкъуэншэнкӀэ шынагъуэ щыӀэщ. Мы зэрыхьзэрийр къызэрытӀэтар къытхуагъэгъуну щхьэусыгъуэ зыри диӀэкъым. Абы а псалъэр иуха нэужь, цӀыхухэр зэбгригъэкӀыжащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="20">
				<verse number="1">Зэрыхьзэриишхуэр щыувыӀэжым, Паул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къригъашэри игъэгушхуащ. Я Ӏэр иубыдыжри, Македоние хэкум кӀуэну гъуэгу техьащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="2">А лъэныкъуэхэри къызэхикӀухьым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр псалъэ куэдкӀэ игъэгушхуэурэ, Грецием нэсащ.</verse>
				<verse number="3">Абы мазищкӀэ щыӀащ. Сирием кхъухькӀэ кӀуэн хуей щыхъум, журтхэм щэхуу езыр яукӀыну зэрамурадыр къищӀэри, Македонием и лъэныкъуэкӀэ игъэзэжыну триубыдащ.</verse>
				<verse number="4">Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ.</verse>
				<verse number="5">Ахэр дэ дяпэ кӀуэри, Троадэ къалэм къыщытпэплъащ.</verse>
				<verse number="6">ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэр блэкӀа нэужь, Филиппи къалэм кхъухькӀэ дыщежьащ. Троадэ къалэм щыӀэ ди гъусэхэм я деж дежьэри, махуитхукӀэ дынэсащ, абы махуиблкӀэ дыщыӀащ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ.</verse>
				<verse number="8">Дэ дыщызэхуэс унэм и ещанэ къатым уэздыгъэ Ӏэджэ къыщыблэрт.</verse>
				<verse number="9">Евтих и цӀэу щӀалэ гуэр щхьэгъубжэм Ӏусти, Паул псэлъэн имыух щӀыкӀэ, жей куум хилъэфащ. ӀэфӀу здэжейм, щхьэгъубжэм къыдэхущ, унэм и ещанэ къатым къехуэхри, лӀауэ къащтэжащ.</verse>
				<verse number="10">Паул унэм щӀэкӀщ, ехщ, щӀалэм зытриубгъуэри, ӀэплӀэ иришэкӀыурэ жиӀащ: – Фымыгузавэ! И псэр хэтщ!</verse>
				<verse number="11">Паул къыщӀыхьэжщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, адрейхэм я гъусэу ишхащ. Нэху щыху абыхэм епсалъэри, гъуэгу техьэжащ.</verse>
				<verse number="12">Ягухэр гуфӀэгъуэм къызэщӀиӀэтауэ, щӀалэр я деж псэууэ къашэжащ.</verse>
				<verse number="13">АдэкӀэ дыкӀуэурэ, кхъухьым декӀуэлӀащ, абы дитӀысхьэри, Паул къыщидгъэтӀысхьэн хуей Асс къалэм дыкӀуэну дежьащ. Паул а къалэм нэс лъэсу кӀуэну игу илъти, дэ апхуэдэ унафэ къытхуищӀат.</verse>
				<verse number="14">Паул Асс къалэм деж къыщытӀущӀэщ, кхъухьым къидгъэтӀысхьэри, Митилинэ къалэм дыкӀуащ.</verse>
				<verse number="15">А къалэм дыщежьэри, Хиос хытӀыгум хуэзанщӀэу етӀуанэ махуэм дыкъыщыувыӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Самос хытӀыгум дыкӀуащ. Трогилие къалэм дыкъыщыувыӀэри, етӀуанэ махуэм Милит къалэм дынэсащ.</verse>
				<verse number="16">Асие хэкум зэманыр щимыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ, Паул Ефес къалэм къыщымыувыӀэу блэкӀыну мурад ищӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Ӏэмал иӀэмэ, Пэнтэкост махуэшхуэр къэмыс щӀыкӀэ, Ерусалим дыхьэну пӀащӀэрт.</verse>
				<verse number="17">Милит къалэм дыщыдэсым Паул Ефес щыӀэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къригъэшащ.</verse>
				<verse number="18">Ахэр къыщыкӀуэм, Паул яжриӀащ: – Япэ махуэм къыщыщӀэдзауэ Асие хэкум сыкъызэрихьэрэ, фи деж щызгъэкӀуа зэман псоми си псэукӀэр зыхуэдэу щытар фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="19">Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.</verse>
				<verse number="20">Зи сэбэп къывэкӀыну хъыбархэр вжесӀэным зэи пэӀэщӀэ зысмыщӀу, цӀыхухэм я пащхьэми фи унэхэми щыфхуэсӀуэтащ икӀи щывэзгъэщӀащ.</verse>
				<verse number="21">Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.</verse>
				<verse number="22">– КъысщӀэлъыр сымыщӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм седаӀуэурэ, Ерусалим сокӀуэ иджы.</verse>
				<verse number="23">Ауэ Ӏэхъулъэхъухэри гузэвэгъуэхэри къызэрыспэщылъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызигъащӀэурэ, къалэ псоми щыхьэт къыщысхутохъуэ.</verse>
				<verse number="24">Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.</verse>
				<verse number="25">– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарым фезгъэдаӀуэурэ, фэ псоми фи деж сыщызэхэзекӀуащ. Фэ фщыщу зэи зыми си напэр зэримылъагъужынур сощӀэ.</verse>
				<verse number="26">Аращи, зы цӀыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоӀэ;</verse>
				<verse number="27">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ.</verse>
				<verse number="28">Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.</verse>
				<verse number="29">Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ.</verse>
				<verse number="30">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр.</verse>
				<verse number="31">Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.</verse>
				<verse number="32">– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ.</verse>
				<verse number="33">Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ.</verse>
				<verse number="34">Си гъусэхэмрэ сэрэ ди дызыхуэныкъуэр си ӀэхэмкӀэ къызэрызлэжьар фощӀэ.</verse>
				<verse number="35">Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».</verse>
				<verse number="36">А псалъэхэр жиӀа нэужь, Паул лъэгуажьэмыщхьэу уври, псоми я гъусэу Тхьэм елъэӀуащ.</verse>
				<verse number="37">Псори ину къэгъуэгщ, Паул ӀэплӀэ ирашэкӀри, ба хуащӀащ.</verse>
				<verse number="38">Я гур нэхъыбэу махэ зыщӀар Паул и напэр игъащӀэкӀэ ямылъагъужыну зэрыжиӀарт. Кхъухьым нэс Паул дэкӀуэтащ итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="21">
				<verse number="1">Абыхэм дакъыхэкӀыжа нэужь, кхъухьымкӀэ дежьэри, Кос къалэм дыкӀуащ занщӀэу. ЕтӀуанэ махуэм Родос къалэм дыкӀуащ, абы дыщежьэри, Патарэ къалэм дынэсащ.</verse>
				<verse number="2">Финикие хэкум кӀуэ кхъухь къэдгъуэтщ, дитӀысхьэри дежьащ.</verse>
				<verse number="3">Кипр хытӀыгур къыщылъагъуэм, кхъухьым и сэмэгурабгъуэкӀэ ар къыщыднэри, Сирие хэкум дыкӀуэри, Тир къалэм дыкъыщувыӀащ, кхъухьыр абы щаунэщӀын хуейти.</verse>
				<verse number="4">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр а къалэм къыщыдгъуэтри, махуиблкӀэ абыхэм я деж дыщыӀащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм захригъэщӀыкӀыурэ, Ерусалим мыкӀуэну Паул къыжраӀащ.</verse>
				<verse number="5">А къалэм дызэрыщыӀэну пӀалъэр щыдухым, абы дыдэкӀри, ди гъуэгу дытехьэжащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори, цӀыхубзхэри сабийхэри я гъусэу, къалэм къыддыдэкӀащ. Хы Ӏуфэм лъэгуажьэмыщхьэу дыӀутӀысхьэри, Тхьэм делъэӀуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">ФӀэхъус зэтхыжри, кхъухьым дитӀысхьэжащ, абыхэми щхьэж и унэ ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="7">Тир къалэм дыщежьэри, кхъухьымкӀэ дыкӀуэурэ, Птолемаидэ къалэм дынэсащ. Абдежым къуэшхэм фӀэхъус щетхри, зы махуэкӀэ абыхэм я деж дыщыӀащ.</verse>
				<verse number="8">ЕтӀуанэ махуэм абы дыдэкӀыжри, Кесарие къалэм дыкӀуащ. Филипп и цӀэу Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр езыгъэдаӀуэ лӀым и унэм дыщӀыхьэри, абы деж дыкъэнащ. Ар лӀиблым ящыщт.</verse>
				<verse number="9">А Филиппым дэмыкӀуауэ пхъуибл иӀэт. Тхьэм и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэурэ, мыдрейхэм къажригъэӀэрт.</verse>
				<verse number="10">Махуэ зыбжанэкӀэ абы дыщыӀа нэужь, Агав и цӀэу зы бегъымбар гуэр Иудей хэкум къикӀри къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="11">Ди деж къакӀуэщ, Паул и бгырыпхыр къищтэщ, езым и Ӏэхэри и лъакъуэхэри ипхэри, жиӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу жеӀэ: «Мы бгырыпхыр зейр журтхэм Ерусалим щапхынурэ, хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ».</verse>
				<verse number="12">А псалъэхэр щызэхэтхым, дэри а щӀыпӀэм щыпсэу къуэшхэри Ерусалим мыкӀуэну Паул делъэӀуащ.</verse>
				<verse number="13">Ар щызэхихым, Паул жэуап къитыжащ: – Сыт фщӀэр? Фыгъыу, сигу щхьэ хэвгъэщӀрэ? Сэ си Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щхьэкӀэ Ерусалим сыщапхын дэнэ къэна, сыщылӀэнуи сыхьэзырщ.</verse>
				<verse number="14">Паул къэдгъэнэн щытлъэмыкӀым, «Тхьэм зэрыжиӀауэ ирехъу», жытӀэри зыдущэхужащ.</verse>
				<verse number="15">А махуэхэм я ужькӀэ зыдгъэхьэзырри, Ерусалим дыкӀуащ.</verse>
				<verse number="16">Кесарие щыщу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэрхэр ди гъусэт. Абыхэм дашащ Мнасон и цӀэу зи унэ дыщыпсэунум деж. Мнасон Кипр хытӀыгум щыщт, езыри ХьисэкӀэ япэ дыдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ящыщт.</verse>
				<verse number="17">Ерусалим дыщынэсым, къуэшхэм я гуапэу драгъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="18">ЕтӀуанэ махуэм Паул дригъусэу Екъуб деж дыкӀуащ. Нэхъыжь псори абы щыӀэт.</verse>
				<verse number="19">Паул абыхэм фӀэхъус ярихри, лажьэурэ Тхьэм хамэ лъэпкъхэм я деж щищӀахэр зырызу яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="20">Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.</verse>
				<verse number="21">Я сабийхэр сунэт ямыщӀынуи я хабзэхэм темытынуи жыпӀэу, хамэ лъэпкъхэм яхэс журт псори Мусэ и гъуэгум текӀыну бущийуэ жаӀэурэ, цӀыхухэм зэрахьэ хъьыбар пхэнжыр зэхахащ.</verse>
				<verse number="22">Сыт тщӀэнур? ЦӀыхухэр къызэхуэсынущ; укъызэрыкӀуар зэхахынущи.</verse>
				<verse number="23">Аращи, дэ нызэрыбжетӀэм хуэдэу щӀы. ТхьэрыӀуапӀэ ихьа лӀиплӀ диӀэщ.</verse>
				<verse number="24">Ахэр здэши, Торэт хабзэм тету я гъусэу зыгъэкъэбзэжи, я щхьэхэр яупсын щхьэкӀэ, ахъшэ ет. Ар ялъагъумэ, уэ къыптеухуауэ зэхаха хъыбархэр зэрымыпэжри, уэр-уэру Торэт хабзэм утету, абы итхэр зэрыбгъэзащӀэри цӀыху псоми ящӀэнущ.</verse>
				<verse number="25">Ауэ хамэ лъэпкъхэм ящыщу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ятеухуауэ ущӀэупщӀэмэ, абыхэм дэ зэдэтщта Ӏуэхур тхылъкӀэ зэредгъэщӀэгъам хуэдэу, цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ защӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="26">КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Паул а лӀыхэр здишэри, абыхэм ящӀыгъуу зигъэкъэбзэжащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, езымрэ а лӀыхэмрэ загъэкъэбзэжыныр щаухыну махуэри я къурмэн зырыз дин пашэм щрагъэщӀыну махуэри дин пашэхэм яжриӀащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="27">А махуиблыр и кӀэм нэблэгъауэ, Асие хэкум щыщ журт гуэрхэм Тхьэм и унэшхуэм Паул щалъэгъуащ. ЦӀыху псори къызэщӀагъаплъэри, Паул яубыдащ.</verse>
				<verse number="28">Мыпхуэдэу жаӀэурэ, зэрыгъэкӀийрт: – Израил щыщ лӀыхэ, фыкъыддэӀэпыкъу! Ди лъэпкъми, ди Торэт хабзэми, мы щӀыпӀэ лъапӀэми къыпэувыну цӀыху псори дэнэкӀи щызыгъэӀущар мы лӀыращ. Абы нэмыщӀу, алыджхэри Тхьэм и унэшхуэм щӀигъыхьэри, мы щӀыпӀэ лъапӀэр иригъэуфӀеящ.</verse>
				<verse number="29">Апхуэдэу щӀыжаӀар нэхъапэм Ефес къалэм щыщ Трофим Паул и гъусэу къалэм щалъэгъуати, аращ. Паул ар щӀэмыхьэпхъэу Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьауэ я гугъащ.</verse>
				<verse number="30">Къалэм дэс псори къызэщӀэтаджэри, зэхэлъэдэжащ. Паул яубыдри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀашыжащ. КъызэрыщӀашыжу, бжэхэр ягъэбыдащ.</verse>
				<verse number="31">Паул яукӀыну щыхуежьэм, Ерусалим зэрыщыту зыкъызэраӀэтам и хъыбарыр рим дзэпщым деж нэсащ.</verse>
				<verse number="32">Дзэпщым Ӏуэхур имыгъэгувэу зауэлӀхэри дзэ пашэхэри здишэри, цӀыхухэм яхэлъэдащ. ЦӀыхухэм дзэпщри зауэлӀхэри щалъагъум, Паул еуэн щагъэтащ.</verse>
				<verse number="33">Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?</verse>
				<verse number="34">ЦӀыху гупышхуэм ящыщ зым зы жиӀэу, адрейм нэгъуэщӀ гуэр жиӀэу, зэрыгъэкӀийрт. Мо зэрыхьзэрийм къыхэкӀкӀэ, дзэпщым пэжыр зригъэщӀэн лъэкӀыртэкъыми, зауэлӀхэм унафэ яхуищӀри, Паул быдапӀэм иригъэшащ.</verse>
				<verse number="35">ДэкӀуеипӀэм щынэсым, Паул цӀыхухэр къытезэрыгуати, зауэлӀхэм ар ӀэкӀэ яхьын хуей хъуащ.</verse>
				<verse number="36">ЦӀыхубэм ящыщу Паул къыкӀэлъыкӀуэхэр зэры-гъэкӀийрт: – УкӀ ар!</verse>
				<verse number="37">ЗауэлӀхэм Паул быдапӀэм яшэн хуей щыхъум, Паул дзэпщым жриӀащ: – Зыгуэр ныбжесӀэну хуит сыкъэпщӀын? – Алыджыбзэ пщӀэрэ? – къеупщӀащ ар.</verse>
				<verse number="38">– Зэман тӀэкӀукӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, Мысырым щыщ цӀыхухэр къызэщӀэзыӀэтэу хъунщӀакӀуэ миниплӀ губгъуэ нэщӀым изышар уэракъэ?</verse>
				<verse number="39">– Сэ сыжуртщ, – жиӀащ Паул, – Киликие хэкум щыщу щӀыхь зиӀэ Тарс къалэм и цӀыхухэм сащыщщ. ЦӀыхухэм я пащхьэм сыкъыщыпсэлъэну хуит сыщӀ.</verse>
				<verse number="40">Дзэпщым хуит къыщищӀым, Паул дэкӀуеипӀэм теувэри, и Ӏэр цӀыхухэм яхуищӀащ. Псори сабыр щыхъум, Паул журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:</verse>
			</chapter>
			<chapter number="22">
				<verse number="1">– Ди къуэшхэри ди адэхэри зызгъэхеижын щхьэкӀэ нывжесӀэнум фыкъедаӀуэ.</verse>
				<verse number="2">Паул журтыбзэкӀэ псалъэу щызэхахым, ахэр нэхъ сабыр хъуащ. Паул жиӀащ:</verse>
				<verse number="3">Сэ сыжуртщ, Киликие хэкум щыщ Тарс къалэм сыкъыщалъхуащ. Мы Ерусалим къалэм сыщапӀащ. Гамалиил и лъакъуэхэм деж сыщысу, ди адэжьхэм я Торэт хабзэр сыхуэсакъыпэурэ зэзгъэщӀащ. Тхьэм фэ псори нобэ фызэрыхуэлажьэм хуэдабзэу, сэри гурэ псэкӀэ Тхьэм сыхуолажьэ.</verse>
				<verse number="4">Зиусхьэным и гъуэгу ирикӀуэхэр лӀэхукӀэ исхуэкӀащ. ЦӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Ӏэхъулъэхъу ирезгъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀезгъэдзащ.</verse>
				<verse number="5">Ар зэрыпэжымкӀэ дин пашэшхуэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори щыхьэт къысхуэхъуфынущ. Абыхэм Дамаск дэс журт къуэшхэм тхылъхэр хуатхри къызатащ. ИтӀанэ Дамаск сыкӀуэну гъуэгу сытетт, а гъуэгум ирикӀуэхэм Ӏэхъулъэхъу ярылъу Ерусалим къезгъашэу ди пашэхэм абыхэм тезыр ятрезгъэлъхьэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Дамаск сыкӀуэу къалэм гъунэгъу сыщыхуэхъум, шэджагъуэм деж зы нэхугъэ уафэм напӀэзыпӀэм къехри сыкъиухъуреихьащ.</verse>
				<verse number="7">ЩӀым сытеджалэри, макъ гуэрым къызжиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул. Сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?»</verse>
				<verse number="8">– «Уэ ухэт, Зиусхьэн?» жысӀэри, сеупщӀащ. – «Назарет щыщ Хьисэ уэ гугъу ебгъэхьыр сэращ», къызжиӀащ абы.</verse>
				<verse number="9">Нэхугъэр си гъусэхэм ялъэгъуащ, ауэ сэ къызэпсэлъам и макъыр зэхахакъым.</verse>
				<verse number="10">– «Сыт сщӀэнур, Зиусхьэн?» жысӀащ. – «Къэтэджи, Дамаск кӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Уэ пщӀэн хуейуэ Тхьэм къыпхуигъэува псори зыгуэрым абдежым къыщыбжиӀэнущ».</verse>
				<verse number="11">А нэхугъэшхуэм къыхэкӀкӀэ си нэхэм зыри ямылъагъуж зэрыхъуам щхьэкӀэ, си гъусэхэм си Ӏэр яӀыгъыу Дамаск сашащ.</verse>
				<verse number="12">– Ананий и цӀэу Торэт хабзэм темыкӀыу тетрэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр и гум илъу лӀы гуэр Дамаск дэсащ. Абы журт псоми пщӀэ хуащӀырт.</verse>
				<verse number="13">Ар си деж къакӀуэщ, къызбгъэдыхьэри, къызжиӀащ: – «Си къуэш Щаул, уи нэхэр къэплъэжынущ». Ар зэрыжиӀэу, си нэхэр къэплъэжри, а лӀыр слъэгъуащ.</verse>
				<verse number="14">– «Тхьэр зыхуейр зэбгъэщӀэн, Щыпкъагъэр Зейр плъагъун, абы и макъыр зэхэпхын хуейуэ ди адэжьхэм я Тхьэм укъыхихащ», жиӀащ Ананий.</verse>
				<verse number="15">«Аращи, уэ плъэгъуамрэ зэхэпхамрэ цӀыху псоми я пащхьэм щыпӀуэтэжурэ, Щыпкъагъэр Зейм щыхьэт ухуэхъунущ.</verse>
				<verse number="16">Иджы сыт зыщӀэбгъэгувэр? Къэтэдж, зызгъэумэхъ, Зиусхьэным елъэӀуи, гуэныхьу пщӀахэр абы уи гум ирырегъэкъэбзыкӀыж».</verse>
				<verse number="17">– Ерусалим къэзгъэзэжри, Тхьэм и унэшхуэм сыщӀыхьащ. Тхьэм селъэӀуу абы сыздыщӀэсым, зыгуэр къысхуэхутащ.</verse>
				<verse number="18">Хьисэ къэслъэгъуащ сэ икӀи абы къызжиӀащ: – «ЕпэщӀэкӀ, Ерусалим щӀэхыу дэкӀ, сэ щыхьэт укъызэрысхуэхъур ядэнукъыми».</verse>
				<verse number="19">– «Зиусхьэн», естыжащ жэуап, «уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр си цӀыхухэм лъэхъуэщым щӀезгъадзэу икӀи синэгуэгухэм щезгъэубэрэжьу зэрыщытар мы лӀыхэм ящӀэ.</verse>
				<verse number="20">Уэ уи щыхьэту къэува Стефан и лъыр щагъажэм, сэ абдежым сыщытащ. Ар абыхэм зэраукӀыр яхуэздащ икӀи зыукӀахэм я щыгъынхэр яхуэсхъумащ».</verse>
				<verse number="21">– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».</verse>
				<verse number="22">Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!</verse>
				<verse number="23">Ахэр зэрыгъэкӀийрэ, я щыгъынхэр драдзейрт, сабэр драпхъейрт.</verse>
				<verse number="24">Апхуэдэу щыхъум, дзэпщым зауэлӀхэм унафэ яхуищӀри, Паул быдапӀэм иригъэшащ. ЦӀыхухэр Паул пэуву, апхуэдэу щӀызэрыгъэкӀияр зригъэщӀэн щхьэкӀэ, щӀопщкӀэ еуэурэ абы еупщӀыну дзэпщым зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="25">ЩӀопщкӀэ еуэну фэ кӀапсэкӀэ щрапхым, Паул абдеж щыт дзэ пашэм жриӀащ: – Хьэкум тевмыщӀыхь щӀыкӀэ, рим цӀыхухэм ящыщ гуэрым феуэну хабзэкӀэ фыхуит?</verse>
				<verse number="26">Дзэ пашэм ар щызэхихым, дзэпщым деж кӀуэри, хъыбар иригъэщӀащ. – Сыт пщӀэнур? Мы лӀыр рим цӀыхухэм ящыщщ, – жриӀащ.</verse>
				<verse number="27">Паул къыбгъэдыхьэри, дзэпщыр къеупщӀащ: – КъызжеӀэ! Уэ рим цӀыхухэм уащыщ? – Сащыщщ, – жиӀащ Паул.</verse>
				<verse number="28">– Рим цӀыхухэм ящыщ сыхъун щхьэкӀэ, сэ ахъшэ куэд згъэкӀуэдащ, – жиӀащ дзэпщым. – Сэ рим цӀыхуу сыкъалъхуащ, – жиӀащ Паул.</verse>
				<verse number="29">Паул еупщӀын хуеяхэр занщӀэу къикӀуэтыжащ. Дзэпщыр, Паул рим цӀыхухэм зэращыщыр къыщищӀэм, зауэлӀхэм Паул Ӏэхъулъэхъу зэраригъэлъхьам щхьэкӀэ шынащ.</verse>
				<verse number="30">Журтхэм Паул зэрагъэкъуэншар дзэпщым нэхъыфӀу зригъэщӀэну хуейти, зауэлӀхэм Паул къаригъэтӀэтэжри, дин пашэшхуэхэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори зэхуэсыну етӀуанэ махуэм унафэ ищӀащ. Паул къишэри, я пащхьэм иригъэуващ итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="23">
				<verse number="1">Паул и нэхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ятриубыдэри, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, нобэр къыздэсым Тхьэм и пащхьэм гукъабзагъэкӀэ ситщ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу.</verse>
				<verse number="2">Дин пашэшхуэу Ананий Паул бгъэдэтхэм яжриӀащ абы и жьэм еуэну.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу щыхъум, Паул абы жриӀащ: – Тхьэр къоуэнщ. Хужьу яла блыным ухуэдэщ. Хабзэм тету хьэкум къыстепщӀыхьын щхьэкӀэщ мыбдежым ущӀыщысыр, итӀани хабзэм уэр-уэру утокӀри къызыбогъауэ.</verse>
				<verse number="4">Абдежым щытхэм Паул къыжраӀащ: – Тхьэм и дин пашэшхуэм ущӀыпэпсэлъэжыр сыт?</verse>
				<verse number="5">Си къуэшхэ, ар зэры дин пашэшхуэр сэ сщӀакъым, – жиӀащ Паул. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Уи лъэпкъым и тхьэмадэм ӀейкӀэ утепсэлъыхь хъунукъым».</verse>
				<verse number="6">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ зы гупыр саддукейхэу, нэгъуэщӀ гупри фарисейхэу зэрыщытыр ищӀэрти, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Паул щыжиӀащ: – Си къуэшхэ, сэ сыфарисейщ, си адэри фарисейуэ щытащ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынум сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ, хеящӀэм и пащхьэм срашащ.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу щыжиӀэм, фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъури, зэщыхьэу щӀадзащ;</verse>
				<verse number="8">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ саддукейхэм, «ЛӀахэр къэтэджыжынукъым, мелыӀычи щыӀэкъым, псэи щыӀэкъым», жаӀэ, ауэ, саддукейхэм яхуэмыдэу, а псори зэрыщыӀэр фарисейхэм я фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="9">Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ: – Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.</verse>
				<verse number="10">Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="11">ЕтӀуанэ жэщым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри, къыжриӀащ: – Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="12">ЕтӀуанэ махуэм и пщэдджыжьым журт гуп зэгурыӀуэри, тхьэ яӀуащ: – Паул дымыукӀауэ, дышхэнукъым икӀи дефэнукъым, – жаӀэри.</verse>
				<verse number="13">Тхьэ зыӀуахэр лӀы плӀыщӀым щӀигъурт.</verse>
				<verse number="14">Ахэр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж кӀуэри, жраӀащ: – Паул дымыукӀауэ дымышхэну тхьэ тӀуащ.</verse>
				<verse number="15">Аращи, «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, ди деж къегъашэ», жыфӀи, фэрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэмрэ дзэпщым хъыбар евгъащӀэ. Паул мыбы къэмыс щӀыкӀэ, ар дыукӀыну дыхьэзырщ дэ.</verse>
				<verse number="16">Паул и шыпхъум и къуэм абыхэм ягу илъыр къищӀэщ, быдапӀэм кӀуэри, Паул хъыбар иригъэщӀащ.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ: – Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.</verse>
				<verse number="18">Дзэ пашэм щӀалэр зыщӀигъущ, дзэпщым деж кӀуэри, жриӀащ: – Ди лъэхъуэщым щӀэс Паул зи цӀэр къызэджэри, мы щӀалэм зыгуэр къыбжиӀэн щхьэкӀэ, уи деж къэсшэну къызэлъэӀуащ.</verse>
				<verse number="19">Дзэпщым щӀалэм и Ӏэр иубыдщ, лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, еупщӀащ: – Сыт къызжепӀэну узыхуейр?</verse>
				<verse number="20">– «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, пщэдей Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм къишэ», жаӀэу, журтхэр къолъэӀуну зэгурыӀуащ, – жиӀащ щӀалэм.</verse>
				<verse number="21">– Ауэ уэ абыхэм уемыдаӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщу лӀы плӀыщӀым щӀигъу Паул яукӀын мурад щэху яӀэу поплъэ. Абыхэм ар ямыукӀауэ мышхэну икӀи емыфэну тхьэ яӀуащ. Загъэхьэзырауэ, уи унафэм поплъэри щысщ.</verse>
				<verse number="22">ЩӀалэр щиутӀыпщыжым дзэпщым къыжриӀащ: – Мыр къызэрызэбгъэщӀар зыми жумыӀэ.</verse>
				<verse number="23">Дзэпщым дзэ пашэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – ЗауэлӀу щитӀ, шууэ блыщӀ, бжыхэр зыӀыгъ зауэлӀу щитӀ ныжэбэ сыхьэтыр бгъум Кесарие къалэм кӀуэну вгъэхьэзыр.</verse>
				<verse number="24">Паули шы хуэвгъэхьэзыр, зыш вгъэшэси, ар Феликс Ӏэтащхьэм деж фшэ.</verse>
				<verse number="25">Дзэпщым мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыт тхылъи итхащ:</verse>
				<verse number="26">«Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох.</verse>
				<verse number="27">Мы лӀыр журтхэм яубыдри, яукӀыну хуежьащ, ауэ си зауэлӀхэр си гъусэу сыкӀуэри, къаӀэщӀэсхыжащ, рим цӀыхухэм зэращыщыр къэсщӀати.</verse>
				<verse number="28">Зэрагъэкъуаншэр зэзгъэщӀэну сыхуейуэ, ар я Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм зауэлӀхэм ирезгъэшащ.</verse>
				<verse number="29">Абыхэм зэрагъэкъуаншэр езыхэм я хабзэм епхауэ, щӀэбукӀын е лъэхъуэщым щӀибгъэсын Ӏуэху лъэпкъ а лӀым имыщӀауэ зэрыщытыр къэсхутащ.</verse>
				<verse number="30">Ауэ журтхэм мы лӀыр щэхуу яукӀыну я гум зэрилъыр зыгуэрым сигъэщӀати, уи деж зауэлӀхэм занщӀэу незгъэшащ. Къедауэхэми зэрагъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уи пащхьэм щыжаӀэну хъыбар езгъэщӀащ. Узыншэу ущыт!»</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэу, унафэм тету, зауэлӀхэм Паул ирашажэри, жэщым Антипатридэ къалэм нагъэсащ.</verse>
				<verse number="32">ЗауэлӀхэм етӀуанэ махуэм Паул Кесарие яшэну шухэм къыхуагъанэри, езыхэм быдапӀэм ягъэзэжащ.</verse>
				<verse number="33">Шухэр Кесарие къалэм щынэсым, Ӏэтащхьэм тхылъыр иратащ, Паули абы ӀэщӀагъэхьащ.</verse>
				<verse number="34">Ӏэтащхьэр тхылъым еджэри, Паул зыщыщ хэкумкӀэ къеупщӀащ. Киликие хэкум зэрыщыщыр щызэхихым, абы жиӀащ:</verse>
				<verse number="35">– Уэ къодауэхэр къэсмэ, сыпкърыупщӀыхьынущ. Ӏэтащхьэм унафэ ищӀащ Ирод пащтыхьым преториекӀэ еджэу иухуэгъа унэшхуэм зауэлӀхэм Паул щахъумэну.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="24">
				<verse number="1">Махуитху дэкӀа нэужь, дин пашэшхуэ Ананий, нэхъыжьхэм ящыщ гупрэ уэчыл Тертуллрэ и гъусэу, Кесарие къалэм кӀуащ. Паул зэрагъэкъуаншэхэр Ӏэтащхьэм и пащхьэм къыщаӀуэтащ.</verse>
				<verse number="2">Паул утыкум къыщрашэм, ар игъэкъуаншэу, Тертулл мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ: – Уэ, щӀыхьышхуэ зыхуащӀ Феликс, уи фӀыгъэкӀэ мамырыгъэшхуэ диӀэу допсэу; уи нэӀэр тебгъэтурэ, мы къэралыр нэхъ зэкӀэлъыкӀуэ хъуащ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, сыт щыгъуи, дэнэ дыщыӀэми, фӀыщӀэ пхудощӀ.</verse>
				<verse number="4">Уезгъэзэшыщэну сигу илъкъыми, уи гуапэу укъыдэдэӀуэну сынолъэӀу, узэрихабзэу, укъытхуэмыткӀийуэ.</verse>
				<verse number="5">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ къызэрытщӀамкӀэ, мы лӀыр емынэ гуэрщ, дунейм журту тету хъуар къызэщӀеӀэтэ, диным ирилажьэ Назарет гупкӀэ зэджэми и унафӀэщӀщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и унэшхуэри игъэуфӀеину хэтащ. Ар дубыдри, ди хабзэм тету хьэкум тетщӀыхьыну дыхуеящ.</verse>
				<verse number="7">Ауэ Лисий дзэпщыр къакӀуэщ, лъэщыгъэкӀэ ар тӀэщӀихыжри, уи деж зауэлӀхэм къригъэшащ.</verse>
				<verse number="8">Лисий унафэ ищӀащ а лӀым дридауэгъуу уи деж дыкъэкӀуэну. Абы ущеупщӀкӀэ, ар зэрыдгъэкъуаншэхэм я пэжыр уэри зэбгъэщӀэн плъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="9">Уэчыл Тертулл жиӀа а псалъэхэм журтхэр щыхьэт техъуэурэ, абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуащ.</verse>
				<verse number="10">Ӏэтащхьэм Ӏэ къыщыхуищӀым, Паул жиӀащ: – Илъэс куэд щӀауэ, мы лъэпкъым хеящӀэу узэраӀэр сщӀэуэ, зызухейурэ си Ӏуэхур сыпхуэгушхуэу уи пащхьэм нызолъхьэ.</verse>
				<verse number="11">Махуэ пщыкӀутӀ и пэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀуну Ерусалим сыкъызэрыкӀуар зэрыпэжыр зэбгъэщӀэн плъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и унэшхуэм сэ зыми сыщеныкъуэкъуакъым, синэгуэгуми къалэми цӀыхухэр къыщызэщӀэсӀэтакъым.</verse>
				<verse number="13">Си дауэгъухэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псоми ящыщ гуэр зыри пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="14">Ауэ ди адэжьхэм я Тхьэм сыхуэлажьэурэ, мы цӀыхухэм пхэнжу жыхуаӀэ гъуэгум сызэрырикӀуэр пэжщ. Торэт хабзэм ит псомкӀи бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярыт псомкӀи фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ.</verse>
				<verse number="15">Щыпкъагъэ зиӀи зимыӀи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум мыбдеж щыт лӀыхэр Тхьэм зэрыщыгугъым хуэдэу, сэри Тхьэм сыщогугъ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.</verse>
				<verse number="17">– Илъэс куэдкӀэ Ерусалим сыщымыӀауэ, си лъэпкъым псапэ тыхь хуэсхьыну икӀи къурмэн сщӀыну аргуэру сыкъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу сщӀыурэ, Торэт хабзэм и унафэм тету зызгъэкъэбзэжауэ, Тхьэм и унэшхуэм сыщӀэту мы цӀыхухэр къысӀущӀащ. ЦӀыхубэм сыхэтакъым, цӀыхухэри сэ къэзгъэукхъуакъым.</verse>
				<verse number="19">Асие хэкум щыщ журт гуп абы щыӀащ. Абыхэм сызэрагъэкъуэншэн щыӀэмэ, мис иджы уи пащхьэм нахуэу ар щыжаӀэн хуеящ.</verse>
				<verse number="20">Е мыбдеж щытхэм жрыраӀэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм сыщрашэм щӀэпхъаджагъэу сщӀауэ къыздалъэгъуар.</verse>
				<verse number="21">«ЛӀахэр къызэрытэджыжынумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэ нобэ хеящӀэм и пащхьэм сифшащ», жысӀэу, мы цӀыхухэм сахэту макъышхуэкӀэ къызэрыжысӀарауэ къыщӀэкӀынщ сызэрагъэкъуаншэр.</verse>
				<verse number="22">Апхуэдэу щыхъум, Зиусхьэным и гъуэгур фӀыуэ зыщӀэ Феликс а Ӏуэхум щыхэплъэну пӀалъэр игъэкӀуатэурэ жиӀащ: – Лисий дзэпщыр къызэрыкӀуэу, фи Ӏуэхум хьэкум тесщӀыхьынщ.</verse>
				<verse number="23">Феликс дзэ пашэм унафэ хуищӀащ Паул яхъумэну, ауэ гугъу ирамыгъэхьыну, и гъусэхэр къыкӀэлъигъэплъын щхьэкӀэ, ахэр абы деж къэкӀуэну хуит ищӀыну.</verse>
				<verse number="24">Махуэ зыбжанэ дэкӀауэ, Феликс и щхьэгъусэ Друзиллэ и гъусэу къэкӀуащ. Друзиллэ журтт. Феликс и цӀыхухэм Паул къаригъашэри, ар едэӀуащ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ зэрыхъуну щӀыкӀэм зэрытепсэлъыхьым.</verse>
				<verse number="25">Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.</verse>
				<verse number="26">ЗригъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, ар Паул Ӏулъхьэ къритыным щыгугъырт. Арати, куэдрэ къригъашэурэ, епсалъэрт.</verse>
				<verse number="27">ИлъэситӀ дэкӀауэ, Феликс и пӀэм Порций Фест зи цӀэр иуващ. Феликс журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Паул лъэхъуэщым къыщӀинащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="25">
				<verse number="1">Фест Ӏэтащхьэр хэкум къихьэу махуищ дэкӀа нэужь, Кесарие къалэм дэкӀри, Ерусалим кӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я пашэхэмрэ Паул щхьэкӀэ Фест деж тхьэусыхакӀуэ кӀуащ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="3">Къытрагъэзэжурэ, Фест елъэӀуащ ахэр я хьэтыр къилъагъуу зауэлӀхэм Паул Ерусалим къригъэшэну, гъуэгу здытетым ар щэхуу яукӀыну я мурадти.</verse>
				<verse number="4">Ауэ Фест яжриӀащ: – Паул Кесарие дэт лъэхъуэщым исщ. Куэд мыщӀэу сэри абы сыкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="5">А лӀым бзаджагъэ гуэр ищӀамэ, фи пашэхэм ящыщ зы гуп си гъусэу ирекӀуи, иретхьэусыхэ.</verse>
				<verse number="6">Махуэ зыбгъупщӀ нэхъыбэ абыхэм я деж щымыӀэу, Фест Кесарием кӀуащ. ЕтӀуанэ махуэм хьэкумыщӀ тӀысыпӀэм тетӀысхьэри, зауэлӀхэм Паул къригъэшащ.</verse>
				<verse number="7">Паул къыщашэм, Ерусалим къикӀа журтхэм къаувыхьри, кӀэрымылъ фӀеягъэ куэд кӀэралъхьэу щӀадзащ, ауэ жаӀэр пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀыртэкъым.</verse>
				<verse number="8">Паул зиухейурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Журтхэм я Торэт хабзэми, Тхьэм и унэшхуэми, кесарми яхуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ сщӀакъым.</verse>
				<verse number="9">Журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Фест Паул къеупщӀащ: – Мы ӀуэхумкӀэ хьэкум птесщӀыхьын щхьэкӀэ, Ерусалим укӀуэну ухуей?</verse>
				<verse number="10">– Кесарым и хьэкумыр си Ӏуэхум тезыщӀыхьын хуей хеящӀэм и пащхьэм ситщ сэ, – жиӀащ Паул. – Уэ фӀыуэ зэрыпщӀэщи, журтхэм мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ есщӀакъым сэ.</verse>
				<verse number="11">УкӀ къыщӀэсхьын мыхъумыщӀагъэ гуэр сщӀауэ щытмэ, ажалым зыщысхъумэну сыхуейкъым. Ауэ журтхэр къызэрызэдауэм пэж лъэпкъ хэмылъмэ, абыхэм саӀэщӀилъхьэн зыми лъэкӀынукъым. Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ!</verse>
				<verse number="12">И дэӀэпыкъуэгъухэм епсэлъа нэужь, Фест жиӀащ: – «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жыпӀэу къызэрыжыпӀам щхьэкӀэ Кесарым деж уезгъэшэнущ.</verse>
				<verse number="13">Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Агриппэ пащтыхьымрэ абы и шыпхъу Вереникэрэ Фест ялъагъуну Кесарием къэкӀуащ.</verse>
				<verse number="14">Ахэр махуэ зыкъомкӀэ абы щыӀа нэужь, Паул и Ӏуэхур пащтыхьым и пащхьэм ирилъхьэри, Фест жиӀащ: – ЛӀы гуэр лъэхъуэщым щӀэсу, Феликс къысхуигъэнащ.</verse>
				<verse number="15">Сэ Ерусалим сыщыщыӀэм, дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я нэхъыжьхэмрэ си деж къакӀуэри, а лӀым едауэурэ, къуаншэу къэслъытэну къызэлъэӀуащ.</verse>
				<verse number="16">– Ауэ сэ абыхэм мыпхуэдэ жэуап естащ: «Ягъэкъуаншэр къедауэхэм я пащхьэм къихьэу, зэрагъэкъуаншэмкӀэ жэуап яритурэ зиухеину хуит ямыщӀмэ, апхуэдэм укӀ тралъхьэну Рим хабзэм къезэгъыркъым».</verse>
				<verse number="17">Ахэр си деж къыщыкӀуэм, Ӏуэхур сымыгъэгувэу етӀуанэ махуэм хьэкум тесщӀыхьыну си хьэкум тӀысыпӀэм сытетӀысхьэри, а лӀыр зауэлӀхэм къезгъэшащ.</verse>
				<verse number="18">Къедауэхэм къаувыхьащ, ауэ зэрагъэкъуэншэну си гугъа мыхъумыщӀагъэхэм ящыщкӀэ ягъэкъуэншакъым.</verse>
				<verse number="19">Я диным теухуа Ӏуэху зыкъомкӀэ зэдэуащ. Дунейм ехыжа лӀыуэ ХьисэкӀэ зэджэр Паул псэууэ зэрыжиӀэмкӀэ зэгурыӀуэртэкъым.</verse>
				<verse number="20">Мыпхуэдэ Ӏуэхухэм хьэкум зэрытесщӀыхьын хуейр сщӀэртэкъыми, а лӀым сеупщӀащ: «Ерусалим укӀуэу, абы хьэкум къыщыптращӀыхьыну ухуей?»</verse>
				<verse number="21">И Ӏуэхум кесарыр хэплъэху лъэхъуэщым щӀагъэсыну Паул къыщылъаӀуэм, кесарым деж езгъэшэху, ар лъэхъуэщым щӀагъэсыну унафэ сщӀащ.</verse>
				<verse number="22">– Си щхьэкӀэ, сэ а лӀым жиӀэм седэӀуэну сыхуейщ, – къыжриӀащ Агриппэ Фест. – Пщэдей уезгъэдэӀуэнщ, – жиӀащ Фест.</verse>
				<verse number="23">ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ къыхуащӀурэ, Агриппэрэ Вереникэрэ хеящӀэ унэшхуэм къыщӀыхьащ етӀуанэ махуэм. Абыхэм я гъусэу дзэпщхэри къалэм дэс цӀыху цӀэрыӀуэхэри къыщӀыхьащ. Фест унафэ ищӀри, Паул къашащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="24">– Уэри, Агриппэ пащтыхь, фэри, ди гъусэу мыбы щӀэс цӀыху псори, мы лӀым феплъ, – жиӀащ Фест. – Ерусалим сыщыщыӀэми мыбдежми журтхэр си деж къакӀуэурэ, «А лӀыр афӀэкӀа псэу хъунукъым», жаӀэу ягъэкъуаншэурэ зэрыгъэкӀийуэ щӀыщытар мы лӀыращ.</verse>
				<verse number="25">УкӀ щӀытеслъхьэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ имыщӀауэ къэсхутащ, ауэ езым, «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жиӀэри лъэӀуати, кесарым деж езгъэшэнэу тезубыдащ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ абы теухуауэ кесарым хуэстхын хъыбар згъэува сиӀэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, фэ псоми, псом хуэмыдэжу, уэ, Агриппэ пащтыхь, фи пащхьэм кърезгъэшащ, деупщӀа нэужь, стхынур сщӀэн щхьэкӀэ;</verse>
				<verse number="27">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэрыдгъэкъуаншэр къыгурыдмыгъаӀуэу лъэхъуэщым щӀэс гуэр яхуедгъэшэныр емыкӀуу къы-золъытэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="26">
				<verse number="1">Агриппэ Паул жриӀащ абы и ужькӀэ: – Зыбухейуэ упсэлъэну ухуитщ. Паул и Ӏэр къиӀэтри, зиухейуэ жиӀащ:</verse>
				<verse number="2">Агриппэ пащтыхь, журтхэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псомкӀи уи пащхьэм зызэрыщызухейр си дежкӀэ насыпу солъытэ.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу щӀэслъытэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр журтхэм я хабзэхэри щӀызэныкъуэкъу Ӏуэху псори фӀыуэ зэрыпщӀэрщ. Аращи, жысӀэнум гупсэфэу укъедэӀуэну сынолъэӀу.</verse>
				<verse number="4">Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ си лъэпкъым сыхэту Ерусалим сызэрыщыпсэур журт псоми фӀыуэ ящӀэ.</verse>
				<verse number="5">Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="6">Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхум сэ сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ хеящӀэм и пащхьэм сыкърашащ иджы.</verse>
				<verse number="7">Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм лӀахэр къызэригъэтэджыжынур къэмыхъун Ӏуэхуу щӀэфлъытэр сыт?</verse>
				<verse number="9">Назарет щыщу Хьисэ зи цӀэм зэрыслъэкӀкӀэ сыпэувыжын хуейуэ къысщыхъуу щытащ сэ.</verse>
				<verse number="10">Ерусалим щысщӀэри арат. Дин пашэшхуэхэм хуитыныгъэ къеӀысхри, си цӀыхухэм Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ куэд лъэхъуэщым щӀезгъадзэу щытащ. Тепщэныгъэ зиӀэхэм укӀ хьэкум абыхэм щытралъхьэм, ар сэри игъуэу слъытащ.</verse>
				<verse number="11">Синэгуэгу псоми абыхэм куэдрэ гугъуехь щезгъэшэчащ икӀи Хьисэ Ӏей зэрыхужезгъэӀэным сыхэтащ. АпхуэдизкӀэ гужьгъэжь яхузиӀэти, гугъуехь езгъэшэчын щхьэкӀэ, хамэ къалэхэм нэс сакӀэлъыкӀуэрт.</verse>
				<verse number="12">– Дин пашэшхуэхэм хуит зезгъэщӀри, а Ӏуэхур си пщэм къыдалъхьауэ, Дамаск сыкӀуэу гъуэгу сытетт.</verse>
				<verse number="13">Гъуэгум сыздрикӀуэм, щэджагъуэ хъуауэ, дыгъэм нэхърэ нэхъ лыду нэхугъэ гуэр уафэм къехауэ, си гъусэхэмрэ сэрэ дыкъиухъуреихьу слъэгъуащ, ди пащтыхь.</verse>
				<verse number="14">Псори щӀым дытеджалэри, макъ гуэрым журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр? Выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи зэран зыбогъэкӀыж».</verse>
				<verse number="15">– «Уэ ухэт, Зиусхьэн?» – жысӀэри сеупщӀащ. – «Гугъу ебгъэхь Хьисэ сэращ», жиӀащ Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="16">«Ауэ иджы къэтэджи, къызэфӀэувэж. Си ӀуэхутхьэбзащӀэ ухъуну, плъэгъуамрэ уэзгъэлъагъунумрэ щыхьэт уатехъуэну узгъэуващ икӀи зыкъозгъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="17">Уэ уи лъэпкъымрэ узыхуэзгъэкӀуэну хамэхэмрэ уакъыӀэщӀэсхыжынущ.</verse>
				<verse number="18">Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».</verse>
				<verse number="19">– Аращи, Агриппэ пащтыхь, уафэм къехыу зыкъызэзыгъэлъэгъуам сыпэувыжакъым.</verse>
				<verse number="20">Дамаск къалэм дэсхэм, итӀанэ Ерусалим дэсхэм, Иудей хэку псом ис цӀыхухэм, хамэ лъэпкъхэм щыщхэм гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу, Тхьэм и гъуэгум техьэн зэрыхуейри, гуэныхьу ящӀам зэрыхущӀегъуэжам хуэфащэ Ӏуэхухэр ящӀэн зэрыхуейри яжесӀэу екӀуэкӀащ япэщӀыкӀэ.</verse>
				<verse number="21">Иджы, мис, аращ Тхьэм и унэшхуэм сыщаубыду саукӀыну журтхэр щӀыхэтар.</verse>
				<verse number="22">ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:</verse>
				<verse number="23">Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.</verse>
				<verse number="24">Паул апхуэдэу зиухей щыхъум, Фест макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Паул, уэ уделэщ. Уэ уи щӀэныгъэшхуэм уи щхьэр зэригъэкӀуэкӀащ.</verse>
				<verse number="25">– Сэ си щхьэр зэкӀуэкӀакъым, щӀыхь зыхуэфащэ Фест, – жиӀащ Паул, – сэ жысӀэр псалъэ пэжщ, псалъэ захуэщ.</verse>
				<verse number="26">Пащтыхьыр мы Ӏуэхухэм щыгъуазэщ, сытегушхуауэ абы и пащхьэми сыкъыщопсалъэ. Абы гу зылъимыта а Ӏуэхухэм зэрыхэмылъымкӀэ дзыхь хузощӀ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэху псори къуэгъэнапӀэ гуэрым къыщыхъуакъым.</verse>
				<verse number="27">Агриппэ пащтыхь, бегъымбархэм ятхахэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ? ФӀэщхъуныгъэ узэриӀэр сощӀэ.</verse>
				<verse number="28">– Мэссихь и гъуэгу апхуэдэу псынщӀэу сытебгъэхьэфыну къыпфӀэщӀрэ? – къыжриӀащ Агриппэ Паул.</verse>
				<verse number="29">– ПсынщӀэми мыпсынщӀэми, уэ уи мызакъуэу, нобэ сызэхэзыха псори сэ схуэдэ хъуну, ауэ Ӏэхъулъэхъу ярымылъыну Тхьэм солъэӀу, – жиӀащ Паул.</verse>
				<verse number="30">Абы и ужькӀэ пащтыхьи, Ӏэтащхьэри, Вереники, абыхэм я гъусэхэри къэтэджыжри, пэшым щӀэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="31">Пэшым щыщӀэкӀыжым, абыхэм жаӀащ: – УкӀ е лъэхъуэщ къыщӀихьын Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.</verse>
				<verse number="32">Агриппэ Фест жриӀащ итӀанэ: И хьэкумыр кесарым къытрищӀыхьыну мылъэӀуатэмэ, мы лӀыр щхьэхуиту дутӀыпщыжын тлъэкӀынт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="27">
				<verse number="1">Дэ Италием кхъухькӀэ дригъэшэну Фест Ӏэтащхьэм щытриубыдэм, Паулрэ лъэхъуэщым щӀэс нэгъуэщӀ гупрэ кесарым и цӀэкӀэ зэджэ лӀы щих хъу дзэ гупым я пашэхэм щыщу ИулийкӀэ зэджэм ӀэщӀилъхьащ.</verse>
				<verse number="2">Адрамит къалэм щыщу Асие хэкум и хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэм кӀуэн хуей кхъухьым дитӀысхьэри, абдежым дыщежьащ. Македоние хэкум ит Фессалоникэ къалэм щыщу Аристарх зи цӀэр ди гъусэт.</verse>
				<verse number="3">ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ.</verse>
				<verse number="4">Абдежым дэ дыкъыщежьэри, жьыр къызэрытпеуэм щхьэкӀэ, Кипр хытӀыгум дыкӀуащ.</verse>
				<verse number="5">Киликие, Памфилие хэкухэм хуэзанщӀэ хым дызэпрыкӀри, Ликие хэкум щыщ Мирэ къалэм дынэсащ.</verse>
				<verse number="6">Александрие къалэм щыщу Италием кӀуэну кхъухь гуэр дзэ пашэм абдежым къыщигъуэтри, абы дригъэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="7">Махуэ зыкъомкӀэ хуэмурэ дыкӀуэурэ, гугъу дехьу, Книд къалэм хуэзанщӀэ дыхъуащ. Жьым занщӀэу дигъэкӀуэртэкъыми, хым къыхэщ щӀы къуапэу Салмон зи цӀэм дыблэкӀыурэ, Крит хытӀыгум и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурытурэ дыкӀуащ.</verse>
				<verse number="8">ХытӀыгум дыбгъурыту гугъу дехьу дыкӀуэурэ, Ласей къалэм и гъунэгъуу «Кхъухь тедзапӀэфӀхэр» жыхуаӀэ щӀыпӀэм дынэсащ.</verse>
				<verse number="9">Зэман куэд тфӀэкӀуэдат, кхъухькӀэ узекӀуэнри шынагъуэ хъуат, нэщӀ махуэр блэкӀагъащӀэти. Арати, лӀыхэм ягуригъаӀуэурэ,</verse>
				<verse number="10">Паул мыпхуэдэу яжриӀащ: – ЦӀыхухъу гуп, сэ къызэрысфӀэщӀымкӀэ, мы ди гъуэгуанэм узыщышынэн хэлъщ. Хьэлъэхэмрэ кхъухьымрэ я мызакъуэу, ди псэхэри тфӀэкӀуэдынкӀэ шынагъуэщ.</verse>
				<verse number="11">Дзэ пашэр Паул жиӀам нэхърэ кхъухь пашэми кхъухьыр зейми жаӀахэм нэхъ едаӀуэрт.</verse>
				<verse number="12">ЩӀымахуэр щитхын кхъухь тедзапӀэфӀ абы зэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ, а щӀыпӀэм дыщежьэу, Ӏэмал иӀэмэ, Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэм дынэсу, щӀымахуэр абы щыдгъэкӀуэну нэхъыбэр зэгурыӀуащ. Финик зи цӀэ кхъухь тедзапӀэр Крит хытӀыгум и кхъухь тедзапӀэхэм ящыщт икӀи ипщэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи ищхъэрабгъу-кхъухьэпӀэмкӀи хуэгъэзауэ щытт.</verse>
				<verse number="13">Ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀыу жьы тӀэкӀу къепщэ щыхъум, я мурадыр къехъулӀауэ къафӀэщӀри ежьащ. Крит хытӀыгум бгъурыту кӀуэрт ахэр.</verse>
				<verse number="14">Ауэ куэд дэмыкӀауэ, «Ищхъэрабгъу-къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ борэнышхуэр» хытӀыгумкӀэ къикӀри къажьэхэуащ.</verse>
				<verse number="15">Борэнышхуэм апхуэдизкӀэ хиубыдат, кхъухьыр абы пэлъэщыртэкъыми дэ толъкъукнхэм дызэрахьэрт, я ӀэмыщӀэ зитлъхьауэ.</verse>
				<verse number="16">Клавдэ зи цӀэ хытӀыгу цӀыкӀу гуэрым и лъэныкъуэу жьы къыщыздемыпщэм дыбгъурыту дыкӀуэурэ, гугъу дыдехьу, кхъухьым ит къуафэжьейр щӀимылъафэу къедгъэлащ.</verse>
				<verse number="17">Къуафэжьейр къухьым къраха нэужь, кӀапсэшхуэхэр кхъухьым и щӀагъкӀэ щӀалъэфри, борэнышхуэм зэпкъримыудын щхьэкӀэ, кхъухьым кърашэкӀащ. Кхъухьыр Сыртис зи цӀэ чэнжыпӀэм къытенэнкӀэ шынэрти, жьыху чэтэнхэр ирахьэхри, борэнышхуэм зрагъэхуу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="18">Борэнышхуэр етӀуанэ махуэм нэхъ иныжь хъуати, хьэлъэхэр хым хадзэу хуежьащ.</verse>
				<verse number="19">Хьэпшыпхэр хым ди ӀэкӀэ хэддзащ ещанэ махуэм.</verse>
				<verse number="20">Махуэ зыкъомкӀэ дыгъи вагъуи дымылъагъурэ, борэнышхуэри мыувыӀэу екӀуэкӀати, дыкъелынкӀэ гугъапӀэ диӀэжтэкъым.</verse>
				<verse number="21">ЛӀыхэр куэд щӀауэ шхатэкъыми, Паул абыхэм я пащхьэм къиувэри, жиӀащ: – Фэ лӀы гупыр, сэ фыкъызэдаӀуэу, Крит хытӀыгум фыкъыщемыжьатэмэ, мыр къыфщыщӀынтэкъым, икӀи зыри ффӀэкӀуэдынтэкъым.</verse>
				<verse number="22">Ауэ фымыгужьей вжызоӀэ иджы, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщ зыри кӀуэдынукъыми. Кхъухьым и закъуэщ кӀуэдынур.</verse>
				<verse number="23">Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри,</verse>
				<verse number="24">къызжиӀащ: «Умышынэ, Паул! Кесарым и пащхьэм уиувэн хуейщ. Кхъухьым къыбдис псори, Тхьэм и нэфӀ уи хьэтыркӀэ къащыхуэнурэ, мыкӀуэду къелынущ».</verse>
				<verse number="25">Аращи, фымыгужьей, лӀы гуп. Тхьэм къызэрызжиӀам хуэдэу зэрыхъунумкӀэ абы сыщогугъ.</verse>
				<verse number="26">Борэнышхуэм хытӀыгу гуэрым дрихулӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="27">ЕпщыкӀуплӀанэ жэщым Адриэ хым дыхэту, борэнышхуэм кхъухьыр ихуурэ, жэщ ныкъуэм деж щӀым гъунэгъу дызэрыхуэхъум лӀыхэм гу лъатащ.</verse>
				<verse number="28">Хым и куууагъыр къапщри, ӀэплӀакӀуэ тӀощӀ хъуащ. ТӀэкӀу дэкӀауэ хым и куууагъыр аргуэру къыщапщым, ӀэплӀакӀуэ пщыкӀутху хъуащ.</verse>
				<verse number="29">Борэнышхуэм кхъухьыр мывэшхуэхэм яфӀигъэнэнкӀэ шынэрти, кхъухьыпхэмкӀэ хъурзиплӀ щрадзыхри, нэху щыщыным гузэвэгъуэр яӀэу пэплъэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="30">ЩӀэпхъуэжын мурад ящӀати, кхъухьыпэмкӀэ хъурзэ зыкъом щрадзых хуэдэу защӀри, кхъуафэжьейр хым ирагъэлэлэхащ кхъухьзехуэхэм.</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэмрэ зауэлӀхэмрэ яжриӀащ: – А лӀыхэр кхъухьым къимынэмэ, фи псэхэр къевгъэлын флъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="32">Паул апхуэдэу щажриӀэм, зауэлӀхэм и кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, кхъуафэжьейр ирагъэхуэхащ.</verse>
				<verse number="33">Нэху ща нэужь, Паул, псоми шхэну елъэӀуурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Нобэ махуэ пщыкӀуплӀ мэхъу фыгузавэурэ фэ зыри зэрывмышхрэ.</verse>
				<verse number="34">Аращи, фышхэну быдэу сыныволъэӀу, фыкъелыну фыхуеймэ, ар Ӏэмал зимыӀэщ. Фэ фщыщу зыми и щхьэц налъэ хэхунукъым.</verse>
				<verse number="35">Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.</verse>
				<verse number="36">Псоми я гур къызэрыгъуэтыжри, шхащ.</verse>
				<verse number="37">Кхъухьым исыр цӀыху 276-рэ дыхъурт.</verse>
				<verse number="38">Абыхэм зыщагъэнщӀым, гуэдз зэрылъ къэпхэр хым хадзэурэ, кхъухьыр нэхъ псынщӀэ ящӀащ.</verse>
				<verse number="39">Нэху щыщым, хы Ӏуфэр къацӀыхужакъым, ауэ псы дэлъэдапӀэ пшахъуавэ къалъэгъуащ. Ӏэмал иӀэмэ, кхъухьыр абы ирахулӀэну траубыдащ.</verse>
				<verse number="40">Хъурзэхэм я кӀапсэшхуэхэр зэпаупщӀри, хым къыханащ. Псыр зэрыщӀатхъу хьэнцэхэм я кӀапсэшхуэхэри ятӀэтащ а дакъикъэ дыдэм. Жьыху чэтэн цӀыкӀур борэнышхуэм хуагъазэри, хы Ӏуфэм хуаунэтӀащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="41">Ауэ кхъухьыр пшахъуавэм хыхьэри, абы къытенащ. Кхъухьым и пэр мыхъеижу чэнжыпӀэм тенащ, толъкъун лъэщхэм кхъухьым и гупхэр зэпкърауду щӀадзащ.</verse>
				<verse number="42">Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ гуэр есурэ щӀэмыпхъуэжын щхьэкӀэ, зауэлӀхэм я мурадт ахэр яукӀыну.</verse>
				<verse number="43">Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="44">Къэнахэми, пхъэбгъухэмрэ кхъухьым щыщ къутахуэхэмрэ ятелъу, я псэр хы Ӏуфэм нахьэсыну яжриӀащ. А щӀыкӀэм тету псори хы Ӏуфэм нэсри, псэууэ къелащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="28">
				<verse number="1">Псэууэ къыщынэм, а хытӀыгум МелиткӀэ зэреджэр Паул и гъусэхэм къащӀащ.</verse>
				<verse number="2">ХытӀыгум щыпсэухэр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ къытпежьащ. Уэлбанэшхуэу икӀи щӀыӀэу зэрыщытым щхьэкӀэ, мафӀэ ящӀри, псори драгъэблэгъащ.</verse>
				<verse number="3">Паул чы гъур куэд зэхуихьэсу мафӀэм щытрилъхьэм, хуабэм зы блэ чыхэм къыхихущ, Паул и Ӏэм къеуэри, кӀэрылэлу къыкӀэрынащ.</verse>
				<verse number="4">Блэр Паул и Ӏэм кӀэрылэлу щалъагъум, хытӀыгум щыпсэухэм жаӀащ: – Мыр лӀыукӀ гуэру къыщӀэкӀынущ; сыту жыпӀэмэ хым псэууэ къыхэкӀыжами, Тхьэм и щыпкъагъэм ар псэуну хуит ищӀыркъым.</verse>
				<verse number="5">Паул и Ӏэр игъэсысри, блэр мафӀэм хидзащ. Абы и зэран Паул къригъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="6">«А лӀыр бэгынущ е напӀэзыпӀэм къытехуэнурэ лӀэнущ», жаӀащ, ауэ куэдрэ пэплъэу, Паул зыри къыщымыщӀауэ щалъагъум, «Мыр зы тхьэ гуэрщ», – жаӀащ, зызэблахъужри.</verse>
				<verse number="7">А щӀыпӀэм пэмыжыжьэу, хытӀыгум и тепщэ Публий зи цӀэм щӀышхуэ щиӀэт. Абы дригъэблагъэри, махуищкӀэ хьэщӀагъэшхуэ къыдихащ.</verse>
				<verse number="8">Публий и адэр плъыржьэрымрэ ныбэузымрэ зэщӀаубыдауэ пӀэм хэлът. Паул сымаджэм деж щӀыхьэщ, Тхьэм хуелъэӀущ, и Ӏэхэр трилъхьэри игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу щыхъум, хытӀыгум щыпсэу нэгъуэщӀ сымаджэхэри Паул деж къакӀуэурэ, ахэри игъэхъужащ.</verse>
				<verse number="10">Абыхэм пщӀэшхуэ къытхуащӀащ, дызыхуэныкъуэхэри къытхуахьащ дыкъыщежьэжым.</verse>
				<verse number="11">Мазищ щыдэкӀым, Александрие къалэм къикӀауэ «Тхьэ зэтӀолъхуэныкъуэхэр» жыхуаӀэ кхъухьым, щӀымахуэм псом а хытӀыгум щыӀам, дитӀысхьэри дежьащ.</verse>
				<verse number="12">Сиракуз къалэм десылӀэри, абы махуищкӀэ дыщыӀащ.</verse>
				<verse number="13">Абы дыкъыщежьэри, Ригие къалэм дынэсащ. Зы махуэ дэкӀауэ, ипщэрабгъу лъэныкъуэмкӀэ къикӀыу жьы къепщэу щӀидзати, Путеол къалэм дыщынэсар етӀуанэ махуэрщ.</verse>
				<verse number="14">Абы къуэш зыкъом къыщыдгъуэтщ, абыхэм я деж махуиблкӀэ дыщыӀэну къыдэлъэӀури драгъэблэгъащ. Абы и ужькӀэ Рим къалэшхуэм дыкӀуэну гъуэгум дытехьэжащ.</verse>
				<verse number="15">Рим дэс къуэшхэм дызэрыкӀуэр зэхахати, къытпежьэри, «Аппий ЗэхуэсыпӀэ» зи цӀэ къалэмрэ «ХьэщӀэщищ» зи цӀэ къалэмрэ нэс къэкӀуащ. Ахэр щилъагъум, Паул Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, къэгушхуэжащ.</verse>
				<verse number="16">Рим дыщынэсым, абы тепщэныгъэ щызиӀэхэм Паулрэ абы и хъумакӀуэ зауэлӀымрэ я закъуэ а къалэм дэсыну хуит ящӀащ.</verse>
				<verse number="17">Махуищ дэкӀа нэужь, Паул журтхэм я пашэхэр къригъэшащ. Ахэр къыщызэхуэсым, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, сэ ди лъэпкъым мыхъун зыри езмыщӀауэ, ди адэжьхэм я хабзэхэм сытемыкӀауэ щыт пэтми, Ерусалим сыщаубыдри, рим цӀыхухэм сыӀэщӀалъхьащ.</verse>
				<verse number="18">Ахэр си Ӏуэхум хэплъа нэужь, укӀ къыщӀыстралъхьэн ямыгъуэту щхьэхуит сащӀыжыну хуеящ.</verse>
				<verse number="19">Ауэ рим цӀыхухэм сызэраутӀыпщыжынур журтхэм щамыдэм, кесарым си Ӏуэхум хьэкум трищӀыхьыну сылъэӀуэн хуей хъуащ. Си лъэпкъым седэуэн мурадкӀэкъым апхуэдэу щӀэсщӀар.</verse>
				<verse number="20">Ӏуэхухэр апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэщ фыслъагъуну икӀи сынывэпсэлъэну фыкъыщӀезгъэшар. Израил лъэпкъым гугъапӀэфӀу иӀэм щхьэкӀэщ си Ӏэм Ӏэхъулъэхъу щӀралъхьар.</verse>
				<verse number="21">– Уи хъыбарыр зэрыт тхылъ гуэри Иудей хэкум къикӀыу къытхуэкӀуакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – Абы къикӀыу мыбы къэкӀуа къуэшхэми уэ птеухуауэ Ӏей лъэпкъ къыдагъэщӀакъым икӀи къыджаӀакъым.</verse>
				<verse number="22">Уэ уи гурылъхэр къыджыпӀэурэ, дебгъэдэӀуэну дыхуейщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ диным и гъуэгум тет а гупым цӀыхухэр дэнэкӀи къызэрыщыпэувым дыщыгъуазэщ.</verse>
				<verse number="23">Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.</verse>
				<verse number="24">Паул жиӀар зыкъомым я фӀэщ хъуащ, зыкъомми ядакъым.</verse>
				<verse number="25">А журтхэр зэгурымыӀуэу, зэбгрыкӀыжыну щыхуежьэм, Паул мы псалъэхэр жиӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи адэжьхэм ятеухуауэ щыпкъагъэр Ешайа бегъымбарым жригъэӀащ:</verse>
				<verse number="26">«Мы лъэпкъым деж кӀуэи, мыпхуэдэу яжеӀэ: Фэ зэхэфх зэпыту фыщытынущ, ауэ къывгурыӀуэнукъым; фэ флъагъу зэпыту фыщытынущ, ауэ гу лъыфтэнукъым.</verse>
				<verse number="27">Сыту жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытатэмэ, я нэхэмкӀэ ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зыхащӀыкӀынт, си деж къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».*</verse>
				<verse number="28">Аращи, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм Тхьэм къазэрылъигъэӀэсар фэ зэвгъащӀэ. Ахэри а хъыбарым едэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="29">Паул а псалъэхэр щыжиӀэм, хуабжьу зэныкъуэкъуурэ, журтхэр унэм щӀэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="30">И деж къакӀуэ цӀыху псори щригъэблагъэу, пщӀэкӀэ къищта унэм илъэситӀкӀэ щыпсэуащ Паул.</verse>
				<verse number="31">Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="45">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ.</verse>
				<verse number="2">А хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и бегъымбархэм я жьэкӀэ цӀыхухэр игъэгугъащ, и псалъэ тха лъапӀэхэм зэрыхэтым хуэдэу.</verse>
				<verse number="3">А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.</verse>
				<verse number="6">Фэри абыхэм фащыщщ, Хьисэ Мэссихь и бынхэм ящыщ фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ.</verse>
				<verse number="7">Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="8">Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,</verse>
				<verse number="9">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм жиӀэмэ, фи деж икӀэм-икӀэжым сынэкӀуэну къызэхъулӀэнкӀэ солъэӀу.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ.</verse>
				<verse number="12">А зы фӀэщхъуныгъэу диӀэмкӀэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсӀэр.</verse>
				<verse number="13">Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="14">Алыджхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми, зэхэщӀыкӀ зиӀэхэми зимыӀэхэми си фӀагъ езгъэкӀыну си пщэм дэлъщ.</verse>
				<verse number="15">Аращ фэ, Рим къалэм дэсхэми, хъыбарыфӀыр ныфхуэсӀуэтэну куэду сыщӀыхуеяр.</verse>
				<verse number="16">Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм теухуауэ цӀыхухэм ящӀэфынур абыхэмкӀэ нахуэщ, Тхьэм ар къахуигъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщӀахэмкӀэ цӀыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокӀ. Езым и хьэл-щэн ямылъагъуфу жыхуэсӀэр и лъэкӀыныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынур аращ, езыр Тхьэуэ зэрыщытри аращ. Аращи, цӀыхухэм зызэрагъэхеин зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="21">Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.</verse>
				<verse number="22">АкъылыфӀагъэ яӀэ къафӀэщӀыжурэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу къыщӀэкӀащ.</verse>
				<verse number="23">ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэуэ мыкӀуэдыжынур ямыгъэлъапӀэу щытащ. Тхьэм хуагъадэу, езыхэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀхэр Тхьэм и пӀэкӀэ ягъэлъэпӀащ цӀыхухэм. А тхьэ нэпцӀхэр къуалэбзухэм, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэхэм, ныбэгукӀэ къэзыпщхьхэм яхуэдэу щытащ.</verse>
				<verse number="24">Аращи, абыхэм ягухэр Ӏуэху мыхъунхэм ящӀэхъуэпсу, япкъхэмкӀэ мыхъун зращӀэжыну, фӀеигъэм хэту Тхьэм ахэр къигъэнащ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм и щыпкъагъэм и пӀэ пцӀыр ирагъэуващ. ЩыӀэ псори къэзыгъэщӀа Тхьэр ямыгъэлъапӀэу икӀи абы хуэмылажьэу, Тхьэм къигъэщӀахэр ягъэлъэпӀащ икӀи абыхэм яхуэлэжьащ. Езы Тхьэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="26">Аращи, ягухэр зыщӀэхъуэпс мыхъун Ӏуэхухэм яхэтыну Тхьэм ахэр къигъэнащ. Я цӀыхубзхэри хабзэм текӀри, зым адрейм мыхъун ирищӀащ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыхухъухэри хабзэм текӀри, я фызхэм екӀуэлӀэныр щагъэтри, зы лӀыр адрей лӀым щӀэхъуэпс хъуащ. Апхуэдэу цӀыхухъухэми мыхъун зэращӀэжри, япкъхэмкӀэ Ӏуэху фейм хуэфащэр ягъуэтыжащ.</verse>
				<verse number="28">Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.</verse>
				<verse number="29">Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.</verse>
				<verse number="30">Ахэр бзэгузехьэщ, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятопсэлъыхь, Тхьэр жагъуэу ялъагъу, цӀыхухэм ягу зрагъабгъэ, зыщотхъуж, загъэпагэ, бзаджагъэхэр къагупсыс икӀи я адэ-анэхэм яхуэӀурыщӀэркъым.</verse>
				<verse number="31">ЗэхэщӀыкӀ яӀэкъым, я псалъэхэр ягъэзащӀэркъым, гухуабагъи яӀэкъым, зэкӀужыныгъэри гущӀэгъуныгъэри зищӀысри ящӀэркъым.</verse>
				<verse number="32">А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.</verse>
				<verse number="2">Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ?</verse>
				<verse number="4">Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?</verse>
				<verse number="5">Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм хэти и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иритынущ.</verse>
				<verse number="7">ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэ дэтхэнэми гузэвэгъуэрэ гухэщӀрэ къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым.</verse>
				<verse number="10">Ауэ Тхьэм фӀы зыщӀэ дэтхэнэми щӀыхьи, лъытэныгъи, гузэгъэгъуи къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым.</verse>
				<verse number="11">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ.</verse>
				<verse number="12">Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэ зимыӀэу, гуэныхь зыщӀа цӀыху псоми, Торэт хабзэр ямыӀауэ щыт пэтми, кӀуэдыжынущ ахэр. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэту, гуэныхь зыщӀа цӀыху псори Торэт хабзэм тету Тхьэм игъэкъуэншэнущ.</verse>
				<verse number="13">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэхэзыххэр аракъым Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр, Торэт хабзэр зыгъэзащӀэхэращ.</verse>
				<verse number="14">Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Торэт хабзэр зимыӀэхэм гурыӀуэныгъэу яхэлъымкӀэ Торэт хабзэр щагъэзащӀэкӀэ, Торэт хабзэр яхэмылъ пэтми, хабзэр зыхуэдэр зэращӀэр къагъэлъагъуэ,</verse>
				<verse number="15">Торэт хабзэм и унафэхэр я гум итхауэ зэрилъыр а цӀыхухэм наӀуэ ящӀри. Апхуэдэу зэрыщытым ягухэр щыхьэт хуохъу, а цӀыхухэм я гупсысэхэмкӀи зэ загъэкъуаншэ, зэ загъэхей.</verse>
				<verse number="16">А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.</verse>
				<verse number="17">«Сэ сыжуртщ», жыбоӀэ. Торэт хабзэм ущогугъ, икӀи «Тхьэр сощӀэ», жыпӀэурэ узыщотхъуж.</verse>
				<verse number="18">Торэт хабзэм итхэр зэрыуагъэщӀам щхьэкӀэ Тхьэр зыхуейр уощӀэ, фӀыр зыхуэдэри зэхэпщӀыкӀын плъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="19">ЩӀэныгъэ псори щыпкъагъэ псори зэрыт Торэт хабзэр уи Ӏэм ӀэщӀэлъу, нэфхэм урагъуазэу, кӀыфӀыгъэм хэтхэми уранэхуу зыболъытэж.</verse>
				<verse number="20">ЩӀэныгъэ зимыӀэхэр зыгъэӀущынур уэрауэ, ныбжьыщӀэми Ӏуэхухэр езыгъэщӀэнур уэрауэ уигугъэжщ.</verse>
				<verse number="21">НэгъуэщӀ цӀыхухэм Ӏуэхухэр ябогъащӀэ, ауэ уэ уи щхьэм ебгъэщӀэжрэ?</verse>
				<verse number="22">ЦӀыхухэм мыдыгъуэну яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ удыгъуэрэ? «Зинэ умыщӀэ», цӀыхухэм яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ зинэ пщӀэрэ? Тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зупэсыркъым, ауэ тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зыщӀэт унэхэр уэ уи щхьэкӀэ пхъунщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="23">Торэт хабзэр зэрыуиӀэм щхьэкӀэ узыщотхъуж, ауэ Торэт хабзэм итхэм узэрытекӀымкӀэ Тхьэр бгъэпудрэ?</verse>
				<verse number="24">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Фэ фи лажьэкӀэ хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и цӀэр ягъэулъий».</verse>
				<verse number="25">Сунэт уащӀауэ ущытыным пщӀэ иӀэщ, Торэт хабзэм итхэр щыбгъэзащӀэкӀэ. Ауэ Торэт хабзэм итхэм уатекӀмэ, сунэт уащӀа пэтми, сунэт ямыщӀам ухуэдэщ.</verse>
				<verse number="26">Сунэт ямыщӀа цӀыхум Торэт хабзэм и унафэхэр игъэзащӀэмэ, сунэт ямыщӀа пэтми, Тхьэм ар сунэт ящӀа цӀыхум хуэдэу ибжынукъэ?</verse>
				<verse number="27">Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри.</verse>
				<verse number="28">И теплъэкӀэ журтым хуэдэракъым журт пэжу щытыр, сунэту пкъым къыхэщу ящӀри аракъым сунэт пэжу щытыр.</verse>
				<verse number="29">Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Журту ущытыныр сыткӀэ зэрынэхъыфӀыр? Е сунэт уащӀыным сыт фӀагъыу къыхэкӀыр?</verse>
				<verse number="2">Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.</verse>
				<verse number="3">Абыхэм ящыщ зыкъом мыщыпкъэу къыщӀэкӀамэ, абыхэм я мыщыпкъагъэм Тхьэм и щыпкъагъэр игъэкӀуэдыжыфыну?</verse>
				<verse number="4">Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».</verse>
				<verse number="5">Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ.</verse>
				<verse number="6">Хьэуэ, ар хъуххэнукъым. Тхьэр захуэщ. Тхьэр мызахуэмэ, дунейм и цӀыхухэм дауэ хьэкум ятрищӀыхьыфыну?</verse>
				<verse number="7">Зыгуэрым мыпхуэдэу жиӀэнкӀэ хъунущ: «Сэ си мыщыпкъагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къыхигъэщу, Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм нэхъыфӀу къаригъэлъагъумэ, гуэныхь зыщӀэм хуэдэу Тхьэм сыт сыщӀигъэкъуэншэнур?»</verse>
				<verse number="8">ИкӀи фӀы къыхэкӀын щхьэкӀэ, бзаджэ тщӀэн хуей? А псалъэ дыдэхэр ди жьэм къыжьэдэкӀауэ жаӀэурэ, цӀыху гуэрхэр ӀейкӀэ къыттопсэлъыхь. Тхьэм апхуэдэ цӀыхухэм яхуэфащэр яригъэпшыныжынущ.</verse>
				<verse number="9">ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="11">ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="12">Псори Тхьэм и гъуэгу текӀащ; псоми пщӀэ ямыӀэж хъуащ. ФӀы ищӀэуи зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="13">Я джийхэр щхьэ зытемылъ кхъэлэгъунэ фӀейхэм яхуэдэщ. Я бзэхэмкӀэ цӀыхухэр къагъапцӀэ. Блэм и щхъухьыр я бзэгупэм телъщ.</verse>
				<verse number="14">Я жьэхэми хъуэнэным и дыджыр яжьэдэзщ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыхум и лъыр ягъэжэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэр зэхэзожэ.</verse>
				<verse number="16">Дэнэ кӀуэми, цӀыхухэр щагъэкӀуэд икӀи гугъуехь щрагъэшэч.</verse>
				<verse number="17">ЗэкӀужыныгъэм и гъуэгур ящӀэркъым.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум илъкъым».</verse>
				<verse number="19">Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,</verse>
				<verse number="20">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.</verse>
				<verse number="21">Торэт хабзэм и Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къигъэнэхуащ иджы. Торэт хабзэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ а гъуэгум щыхьэт хуохъу.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэм и гъуэгуращ Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щыпкъагъэ яӀэу елъытэ Тхьэм. ЦӀыхур зэхэгъэж ищӀынукъым абы,</verse>
				<verse number="23">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.</verse>
				<verse number="24">Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ.</verse>
				<verse number="25">ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым.</verse>
				<verse number="26">Абы нэмыщӀу, Тхьэм Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар иджырей зэманым езыр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэн щхьэкӀэщ: Езым щыпкъагъэ зэриӀэри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэри Тхьэм апхуэдэу къегъэлъагъуэ.</verse>
				<verse number="27">Абы щыгъуэ дызэрызыщытхъужыр къэна? Хьэуэ, къэнакъым. Дэтхэнэ хабзэра ар жызыӀэр? Дэ тщӀэн хуей Ӏуэхухэр жызыӀэ хабзэра? Хьэуэ, фӀэщхъуныгъэм и хабзэрщ.</verse>
				<verse number="28">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэр ди фӀэщ мэхъу. Торэт хабзэм и Ӏуэху абы хэлъкъым.</verse>
				<verse number="29">Тхьэр журтхэм я закъуэ зи Тхьэр, е нэгъуэщӀ лъэпкъхэми я Тхьэуи щыт? НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я Тхьэуи щытщ.</verse>
				<verse number="30">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ.</verse>
				<verse number="31">Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар?</verse>
				<verse number="2">Ибрэхьим илэжьа Ӏуэхухэм щхьэкӀэ абы щыпкъагъэ иӀэу Тхьэм илъытатэмэ, Ибрэхьим зэрызыщытхъужын гуэр иӀэнт, ауэ Тхьэм дежкӀэ апхуэдэу щыткъым.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт хэтыр? Мыпхуэдэу хэтщ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ».</verse>
				<verse number="4">ЦӀыху гуэрым Ӏуэху щищӀэкӀэ, лэжьапщӀэр тыгъэу къратыркъым, атӀэ къилэжьащи, кърат.</verse>
				<verse number="5">ФӀыщӀагъэхэм ящымыгугъ цӀыхуу ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и Ӏуэхур зытетыр мыращ: Гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэн зылъэкӀ ТхьэмкӀэ а цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ.</verse>
				<verse number="6">Аращ фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиӀэу илъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теувауэ Даут пащтыхьым щӀыжиӀар:</verse>
				<verse number="7">«Зи щӀэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ, зи гуэныхьхэр зыхуигъэкӀуэда цӀыхухэр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="8">Зиусхьэным зи гуэныхьхэр зыхуимылъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теуващ».</verse>
				<verse number="9">Гъуэгу махуэ теувахэр сунэт ящӀахэм я закъуэ, е сунэт ямыщӀахэри яхэт абыхэм? Сунэт ямыщӀахэри яхэтщ, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащи.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм Ибрэхьим щыпкъагъэ иӀэу щилъытар Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ е и ужь? И ужькъым, и пэщ.</verse>
				<verse number="11">Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр къызылъысынухэр Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр аратэмэ, абы щыгъуэ фӀэщхъуныгъэр пщӀэншэ хъунут, Тхьэм къызэригъэгугъами уасэ иӀэнутэкъым.</verse>
				<verse number="15">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="16">Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,</verse>
				<verse number="17">Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.</verse>
				<verse number="18">ГугъапӀэ щыщымыӀэжым, Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фӀэщхъуныгъэ иӀащ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм и вагъуэхэм хуэдизу бэгъуэнущ», жиӀэу Тхьэм абы къызэрыжриӀэгъам хуэдабзэу, Ибрэхьим лъэпкъ куэдым адэ яхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="19">И фӀэщхъуныгъэм зыри хэмыщӀауэ, езыр лӀэн гъунэгъу зэрыхъуами еплъакъым, илъэсищэм нэблэгъат, Сарэ бын зэримыӀэфынуми еплъакъым.</verse>
				<verse number="20">ФӀэщхъуныгъэ иӀэти, Тхьэм къызэригъэгугъамкӀэ шэч ищӀакъым. И фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъури, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм къызэригъэгугъар игъэзэщӀэн зэрылъэкӀынум зэи шэч къытрихьакъым.</verse>
				<verse number="22">ТхьэмкӀэ апхуэдизу фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.</verse>
				<verse number="23">«Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ» жыхуаӀэ псалъэхэр зытеухуар Ибрэхьим и закъуэкъым,</verse>
				<verse number="24">дэри къыттеухуащ. Тхьэм дэри щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ – дэри, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ.</verse>
				<verse number="25">Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.</verse>
				<verse number="2">Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.</verse>
				<verse number="3">Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.</verse>
				<verse number="4">Теубыдагъэм Тхьэм и гум ирихь Ӏэдэбыгъэр къыхокӀ. Ӏэдэбыгъэм Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр къыхокӀ.</verse>
				<verse number="5">Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.</verse>
				<verse number="7">Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхум и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэну фӀэщщӀыгъуейщ. ЦӀыхуфӀым и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэнкӀи хъунщ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэр Тхьэм мыпхуэдэу къигъэлъэгъуащ: Дэ иджыри дыгуэныхьыщӀэми, Мэссихь дэр щхьэкӀэ лӀащ.</verse>
				<verse number="9">Мэссихь жорым лъыуэ щыщӀэкӀам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыхъуам щхьэкӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу Мэссихь Тхьэм и губжьым дыкъыӀэщӀихыжынущ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ Тхьэм дрибийуэ дыщыта пэтми, и Къуэм и лӀэныгъэмкӀэ Тхьэм езым дызригъэкӀужащ. Иджы дызэрызригъэкӀужам папщӀэ, абы нэхъри нэхъыбэжу и Къуэм и гъащӀэмкӀэ дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ Тхьэм.</verse>
				<verse number="11">ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.</verse>
				<verse number="12">Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.</verse>
				<verse number="13">Торэт хабзэр къэкӀуэн и пэкӀэ гуэныхьыр дунейм тетт. Ауэ хабзэ унафэхэр щыщымыӀэм, Тхьэм цӀыхухэм гуэныхьхэр яхуилъытэркъым.</verse>
				<verse number="14">АрщхьэкӀэ Ӏэдэм зи цӀэм и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и махуэхэм нэсыху лӀэныгъэм цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэу щытащ. Абыхэм ящӀа гуэныхьхэр Ӏэдэм зи цӀэр Тхьэм и унафэм щытекӀым абы ищӀа гуэныхьым хуэмыдэу щыта пэтми, итӀани ахэри лӀэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. Ӏэдэмрэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеямрэ зэдвгъэгъапщэ иджы.</verse>
				<verse number="15">Ӏэдэм ищӀа гуэныхьхэр Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къыдит тыгъэшхуэм хуэдэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ цӀыху куэд лӀащ. Ауэ а гуэныхьу ищӀам нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр куэдкӀэ нэхъ инщ икӀи зы цӀыхуу Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ цӀыхубэм ярит тыгъэшхуэр куэдкӀэ нэхъ инщ.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэуи Тхьэм и тыгъэшхуэм къыхэкӀыр а цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀам хуэдэкъым. А цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀар Тхьэм ар къуаншэу зэрилъытар арщ. ЦӀыхухэм гуэныхь куэд ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ ярит тыгъэшхуэр.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэныгъэм дунейм и цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэ хъуащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ цӀыху закъуэм, Хьисэ Мэссихь Ӏуэхуу ищӀам щхьэкӀэ цӀыхухэм тепщэныгъэ яӀэнущ. Сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм ину ящыхуэурэ, пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэм папщӀэ гъащӀэ щыпкъэр ягъуэтынурэ, тепщэныгъэ яӀэнущ.</verse>
				<verse number="18">Аращи, зы гуэныхь закъуэм къыхэкӀар Тхьэм цӀыху псори къуаншэу зэрилъытар арщ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэм ищӀа щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхум къыхэкӀыр Тхьэм цӀыху псоми гъащӀэ яритурэ, щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ.</verse>
				<verse number="19">Зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд гуэныхьыщӀэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэредэӀуам щхьэкӀи, Тхьэм цӀыху куэдми щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ.</verse>
				<verse number="20">Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.</verse>
				<verse number="21">Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ къытлъигъэсын щхьэкӀэ, гуэныхь тщӀэ зэпыту дыщытыну?</verse>
				<verse number="2">Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?</verse>
				<verse number="3">Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщ хъуну дэ псори дыщаумэхъым, абы и лӀэныгъэм ди Ӏыхьэ хэлъыну дызэраумэхъар фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="4">Дыщаумэхъым, Мэссихь дригъусэу дылӀэри, езым дригъусэу дыщӀалъхьэжащ. Апхуэдэу щӀэхъуар дэри гъащӀэщӀэ диӀэу дыпсэун щхьэкӀэщ, Адэ лъапӀэм и лъэкӀыныгъэу щӀыхьышхуэ зиӀэмкӀэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь гъусэ дыхуэхъури, ар зэрылӀам хуэдэу, дэри дызэрылӀам щхьэкӀэ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, дэри абы дыщӀыгъуу лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="6">Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.</verse>
				<verse number="7">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхур лӀамэ, гуэныхь щӀэным и ӀэмыщӀэ икӀыжащ.</verse>
				<verse number="8">Мэссихь дыщӀыгъуу дызэрылӀам щхьэкӀэ, дыщӀыгъуу дызэрыпсэунури ди фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжауэ, Мэссихь зэрымылӀэжынур дощӀэ. ЛӀэныгъэм тепщэныгъэ къыхуиӀэжкъым абы.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь лӀащ, гуэныхь Ӏуэхум кӀэ ириту. Иджы гъащӀэ иӀэу, Тхьэм хуопсэу.</verse>
				<verse number="11">Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж.</verse>
				<verse number="12">Аращи, гуэныхь щӀэным уахътэ зиӀэ фипкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм фахуэӀурыщӀэну иремыхъу.</verse>
				<verse number="13">Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ.</verse>
				<verse number="14">Гуэныхь щӀэным тепщэныгъэ къыфхуиӀэнукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъаракъым фызыщӀэтыр, атӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэр арщ.</verse>
				<verse number="15">Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.</verse>
				<verse number="16">Фэ фщӀэркъэ зыгуэрым и пщылӀхэм хуэдэу федэӀуэну и ӀэмыщӀэ зифлъхьэмэ, а цӀыхум пэжу фрипщылӀ зэрыхъур? Гуэныхь щӀэным фрипщылӀмэ, лӀэныгъэм и гъуэгу фрокӀуэ, ауэ Тхьэм федаӀуэмэ, щыпкъагъэ фиӀэу филъытэнущ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, щыпкъагъэм и пщылӀи фыхъуащ иджы.</verse>
				<verse number="19">Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.</verse>
				<verse number="20">Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщыщытам, щыпкъагъэр фэзыгъэгъэзэщӀэн Ӏуэху зыри щыӀакъым.</verse>
				<verse number="21">Абы щыгъуэ сыт фэ фи фӀагъыу къэкӀуар? Фи фӀагъыу зыри къэкӀуакъым. Иджы фызытеукӀытыхьыж апхуэдэ Ӏуэхухэм къахэкӀыр лӀэныгъэр арщ.</verse>
				<verse number="22">Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.</verse>
				<verse number="23">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, хабзэм иритхахэр зыщӀэ цӀыхуу фыслъытэу сынывопсалъэ: ЦӀыхур псэуху, хабзэм тепщэныгъэ зэрыхуиӀэр фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="2">Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, и лӀыр псэууэ, фызыр нэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэпсэумэ, зинэ ищӀауэ арщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, а унафэм фызым тепщэныгъэ хуиӀэжкъым. НэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэкӀуэжмэ, зинэ ищӀауэ къикӀыркъым.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.</verse>
				<verse number="5">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу.</verse>
				<verse number="6">Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.</verse>
				<verse number="7">Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым.</verse>
				<verse number="8">Ауэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, а унафэмкӀэ сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэри си гум кърилъхьащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэр щымыӀэмэ, гуэныхьри лӀам хуэдэщ.</verse>
				<verse number="9">Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури,</verse>
				<verse number="10">сэри лӀам хуэдэ сыхъуащ. Апхуэдэу, цӀыхухэм гъащӀэ ягъуэтын щхьэкӀэ, Тхьэм къытхуищӀа унафэм сигъэлӀащ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ.</verse>
				<verse number="13">Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ.</verse>
				<verse number="14">Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ.</verse>
				<verse number="15">Сэ сщӀэ Ӏуэхур къызгурыӀуэркъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сщӀэну сызыхуей Ӏуэхур злэжьыркъым, ауэ слъагъу мыхъу Ӏуэхур солэжь.</verse>
				<verse number="16">Злэжыну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, Торэт хабзэр фӀыуэ зэрыщытыр зэрыздэращ абы къикӀыр.</verse>
				<verse number="17">Аращи, гуэныхь зыщӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыращ.</verse>
				<verse number="18">Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="19">ФӀыуэ сщӀэну сызыхуейр згъэзащӀэркъым, ауэ бзаджагъэу сщӀэну сызыхуэмейр согъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="20">СщӀэну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, ар зыгъэзащӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыр арщ.</verse>
				<verse number="21">Апхуэдэу щыхъукӀэ, мыпхуэдэ хабзэ мы Ӏуэхум хэлъу солъагъу: ФӀы сщӀэну сыхуейми, бзаджагъэр сяпэм къохутэ.</verse>
				<verse number="22">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,</verse>
				<verse number="23">ауэ си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщӀ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфӀым пэщӀоувэ. А хабзэжьым си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылӀ.</verse>
				<verse number="24">Сыту сыцӀыху тхьэмыщкӀэ! Си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур?</verse>
				<verse number="25">Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур. Тхьэм и хабзэм срипщылӀщ си акъылкӀэ, ауэ си гуэныхьыщӀэ щэныжьымкӀэ гуэныхьым и хабзэм срипщылӀщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.</verse>
				<verse number="3">Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу.</verse>
				<verse number="5">Зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр я щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм зэпымыууэ йогупсыс, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэращ зэгупсысыр.</verse>
				<verse number="6">Фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм фегупсысыным Ӏейуэ къыхэкӀыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэм фегупсысыным фӀыуэ къыхэкӀыр гъащӀэрэ гузэгъэгъуэрэщ,</verse>
				<verse number="7">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="8">Пэжщ, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр Тхьэм и гум ирихьыркъым.</verse>
				<verse number="9">АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь фи псэм щыщмэ, фи гуэныхьхэм къыхэкӀкӀэ фипкъхэр лӀэжынуми, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу фызэрилъытэм щхьэкӀэ фигурэ фи псэкӀэ псэууэ фыщытщ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, ди къуэшхэ, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэну ди пщэ дэлъкъым.</verse>
				<verse number="13">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэӀурыщӀэ цӀыху псори Тхьэм и бынщ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.</verse>
				<verse number="18">Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.</verse>
				<verse number="20">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым къигъэщӀа псоми я мурадыр къаримыгъэхъулӀэну Тхьэм иухащ. Апхуэдэу щӀэхъуар езыхэр хуейуэ аракъым, абыхэм я мурадыр къемыхъулӀэну зыуха Тхьэр апхуэдэу хуеяти, арщ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм къигъэщӀа псори Ӏуэхуу зыщыгугъыу зыпэплъэр мыращ: Тхьэм ахэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀыпӀэм къришыжу, щхьэхуит ищӀыжу, Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щӀыхьышхуэрэ абыхэми яӀэ хъунырщ.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм къигъэщӀа псори иджыри къэс щэӀуу, сабий къызыхуэхъуну цӀыхубзым гугъуехь зэришэчым хуэдэу, гугъуехь зэрашэчыр дощӀэ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.</verse>
				<verse number="24">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэхугъуэхэм дыщыгугъыу дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъригъэлащ. Ауэ Ӏуэхуу дызыщыгугъыу дызыпэплъэхэр къэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ абыхэм дапэплъэу дыщыткъым. И нэкӀэ илъагъум хэт щыгугъыр?</verse>
				<verse number="25">Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри.</verse>
				<verse number="28">Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="30">Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="31">А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="32">Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?</verse>
				<verse number="33">Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.</verse>
				<verse number="34">Хэт дызыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур? Мэссихь Хьисэ лӀэри, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Иджы Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсщ икӀи Тхьэм дэ тхуолъэӀу.</verse>
				<verse number="35">Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм хэт дыбгъэдэзыгъэкӀын зылъэкӀынур? Гузэвэгъуэ дыхэтми, гухэщӀыгъуэ диӀэми, гугъуехь дагъэшэчми, дымэжэщӀалӀэми, щыттӀэгъэн димыӀэми, шынагъуэ дыхэтми, джатэкӀэ дагъэшынэми – мы къыжытӀа псоми Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдагъэкӀын ялъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="36">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ махуэ къэс шынагъуэщ. Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ».</verse>
				<verse number="37">Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ.</verse>
				<verse number="38">Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкӀынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин пашэхэми, лъэкӀыныгъэ зиӀэ жинхэми, иджы щыӀэ Ӏуэхугъуэхэми, къэкӀуэну зэманым щыӀэну Ӏуэхугъуэхэми,</verse>
				<verse number="39">уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу.</verse>
				<verse number="2">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.</verse>
				<verse number="3">Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.</verse>
				<verse number="4">А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ.</verse>
				<verse number="5">Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псори аракъым Ибрэхьим и бын пэжу щытхэр. (Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀащ:) «Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэращ уэ уи бын пэжу щытынур».</verse>
				<verse number="8">Абы къикӀыр Ибрэхьим къытехъукӀа бын псори Тхьэм и бын пэжу щыткъым. Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету, абы къытехъукӀа бынхэр арщ Тхьэм Ибрэхьим и щӀэблэ пэжу илъытэр.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъар мыращ: «Гъэува зэманым сыкъыщыкӀуэжкӀэ, Сарэ къуэ къыхуэхъунущ».</verse>
				<verse number="10">Абы нэмыщӀу, Ревеккэ Исхьэкъ къуитӀ къыхуилъхуну лъэщыджэ щыхъум, Ӏуэхур зытетар апхуэдэт.</verse>
				<verse number="11">ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,</verse>
				<verse number="12"></verse>
				<verse number="13">и псалъэ тхахэм Тхьэм зэрыщыжиӀэм хуэдэу: «Екъуб фӀыуэ слъэгъуащ, ауэ Эсау сымылъагъу хъуащ».</verse>
				<verse number="14">Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэр мызахуэу пӀэрэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.</verse>
				<verse number="15">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Мусэ бегъымбарым къыжриӀащ: «ЦӀыху гуэрым си гур щӀэзгъэгъуну сыхуеймэ, сигу щӀэзгъэгъунущ. Зыгуэрым гущӀэгъу хуэсщӀыну сыхуейми, гущӀэгъу хуэсщӀынущ».</verse>
				<verse number="16">Аращи, Тхьэм цӀыху гуэр къызэрыхихыр зэпхар цӀыхур зыхуейр е абы ищӀэ Ӏуэхухэр аркъым, атӀэ езы Тхьэм и гущӀэгъуныгъэшхуэр арщ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Тхьэм Мысырым и пащтыхь Фирхьэуным къызэрыжриӀар: «Пащтыхьу ущӀэзгъэувар цӀыхухэм си цӀэр дуней псом щагъэӀун, си лъэкӀыныгъэшхуэр къэбгъэнэхуэну сщӀын щхьэкӀэщ».</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу Тхьэм цӀыху гуэрым гущӀэгъу къыхуищӀыну хуеймэ, гущӀэгъу къыхуещӀ, цӀыху гуэр ерыщ ищӀыну хуеймэ, ерыщ ещӀ.</verse>
				<verse number="19">Уэ къызжепӀэнкӀэ хъунущ абы щыгъуэ: «Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм цӀыхухэр сыт щӀигъэкъуаншэр? Тхьэм жиӀам пэувын хэт зылъэкӀынур?»</verse>
				<verse number="20">Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?»</verse>
				<verse number="21">Я нэхъ хьэкъущыкъуфӀри хьэкъущыкъу къызэрыгуэкӀри кхъуэщыныщӀэм а зы ятӀагъуэм къыхищӀыкӀыну хуиткъэ?</verse>
				<verse number="22">Аращ-тӀэ, Тхьэм и губжьыр къигъэнэхуэну икӀи и лъэкӀыныгъэшхуэр цӀыхухэм яригъэщӀэну хуеяти, зыхуэгубжь цӀыхухэу игъэкӀуэдыну щытахэм шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ящысхьащ.</verse>
				<verse number="23">Тхьэр абыхэм щӀащысхьар гущӀэгъу зыхуищӀ цӀыхухэу щӀыхьышхуэ зиӀэ хъуну игъэпсахэм езым и щӀыхьышхуэм и инагъыр яригъэщӀэну арщ.</verse>
				<verse number="24">И бын хъуну Тхьэм къыхуриджар дэращ – дэ, журтхэм ди мызакъуэу, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми ящыщхэр.</verse>
				<verse number="25">Хьошеа бегъымбарым и тхылъым иту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «Си лъэпкъым щымыща цӀыхухэм „си лъэпкъкӀэ“ седжэнущ; фӀыуэ сымылъэгъуа лъэпкъым „фӀыуэ слъагъу лъэпкъкӀэ“ седжэнущ.</verse>
				<verse number="26">ИкӀи „Фэ си лъэпкъыу фыщыткъым“, жиӀэу Тхьэм щыжиӀа щӀыпӀэм „ГъащӀэ къэзыт Тхьэм и бынкӀэ“ щеджэнущ».</verse>
				<verse number="27">Ешайа бегъымбарым израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Израил лъэпкъым и бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизми, абыхэм ящыщу мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынур мащӀэ дыдэщ.</verse>
				<verse number="28">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным мы дунейм и цӀыху псоми, эыри къэмынэу, хьэкум епӀэщӀэкӀыу ятрищӀыхьынущ».</verse>
				<verse number="29">Ешайа бегъымбарым къызэрыжиӀам хуэдэу: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным бынхэр къытхуимыгъэнауэ щытамэ, дэ Содом, Ӏаморэ къалэхэм дахуэдэу дыщытынт».</verse>
				<verse number="30">Сыт-тӀэ жытӀэнур? Хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ яӀэу Тхьэм зэрилъытэнум и ужь иту щымытами, фӀэщхъуныгъэ яӀэу зэрыщытам щхьэкӀэ Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытащ.</verse>
				<verse number="31">Ауэ израил лъэпкъыу Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэ зыщӀын хабзэм и ужь итахэм а хабзэр ягъуэтакъым.</verse>
				<verse number="32">Сыт щӀамыгъуэтар? ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур ямыдэу, ялэжьа Ӏуэхухэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту щытащи, аращ. ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэну мывэм елъэпэуащ.</verse>
				<verse number="33">И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.</verse>
				<verse number="2">Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхум Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу итхащ: «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм Торэт хабзэмкӀэ гъащӀэ иӀэнущ».</verse>
				<verse number="6">Ауэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Хэт уафэм дэкӀуеинур жыпӀэу уигукӀэ жумыӀэ». (Уафэм дэкӀуеину хэтщ жыхуиӀэщ, Мэссихьу цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур къришэхын щхьэкӀэ).</verse>
				<verse number="7">Е «Хэт щӀыкъатиблкӀэ ехынур?» жумыӀэ, (Мэссихь лӀахэм къахишу, дунейм къыдришеижыну хэтщ жыхуиӀэщ).</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт яхэтыр? «Тхьэм и псалъэхэр уи благъэщ, уэ уи жьэми жьэдэлъщ, уигуми илъщ». А псалъэу фӀэщхъуныгъэм теухуаращ фэдгъащӀэр.</verse>
				<verse number="9">Уи жьэкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжыпӀэмэ, Тхьэм ар лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ гурэ псэкӀэ уиӀэмэ, умыкӀуэду Тхьэм укъригъэлынущ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».</verse>
				<verse number="12">Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ.</verse>
				<verse number="13">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Хэт къыдэӀэпыкъуну елъэӀуми, мыкӀуэду Зиусхьэным къригъэлынущ».</verse>
				<verse number="14">Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур?</verse>
				<verse number="15">Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбарыфӀым едэӀуэн цӀыху куэдым ядакъым. Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэн, хъыбарыфӀу цӀыхухэм яхуэтӀуатэр хэт зи фӀэщ хъуар?»</verse>
				<verse number="17">Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах.</verse>
				<verse number="18">Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».</verse>
				<verse number="19">Сэ сыщӀоупщӀэ аргуэру: израил цӀыхухэм хъыбарыфӀыр къагурымыӀуауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ къагурыӀуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и цӀэкӀэ Мусэ бегъымбарым псом япэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Зы лъэпкъ гуэрым щымыщхэм фезгъэфыгъуэнущ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ лъэпкъми фыхуэзгъэгубжьынущ».</verse>
				<verse number="20">Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ итӀанэ: «Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ, къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ».</verse>
				<verse number="21">Ауэ израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу жеӀэ: «КъызэмыдаӀуэ лъэпкъ ерыщыр къызэкӀужын щхьэкӀэ, си Ӏэхэр яхуэсший зэпытащ махуэ къэс».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:</verse>
				<verse number="3">«Зиусхьэн, уи бегъымбархэр яукӀащ, уи къурмэнщӀыпӀэхэри зэхакъутащ. Сэ си закъуэу сыкъэнащ, си псэми къощэ».</verse>
				<verse number="4">Тхьэм Иляс сыт къыжриӀэжар? «Тхьэ нэпцӀ Ваал и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щымытӀысауэ цӀыху минибл къызыхуэзгъэнащ».</verse>
				<verse number="5">Иджыпстуи апхуэдэщ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ езым къыхихауэ, цӀыху мащӀэ тӀэкӀу къэнауэ щыӀэщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм ахэр къыщӀыхихар и нэфӀ абыхэм къызэращыхуар арщ. Абыхэм ялэжьа ӀуэхуфӀхэм я дэлъ абы хэлъкъым. Апхуэдэу щымытмэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэфӀ щыхуэныгъэ хъунтэкъым.</verse>
				<verse number="7">Сыт-тӀэ? Израил лъэпкъым къалъыхъуар ягъуэтакъым, ауэ Тхьэм къыхиха цӀыху гупым ягъуэтащ. Къэнахэри ерыщ екӀуащ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ. Я нэхэми ямылъагъуу, я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ, нобэрей махуэм къэсыху».</verse>
				<verse number="9">Даут пащтыхьым жиӀащ: «Абыхэм я ефэ-ешхэшхуэр лъахъи, хъыи, ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мыви яхурехъу. Яхуэфащэр Тхьэм ярырегъэпшыныж.</verse>
				<verse number="10">Абыхэм ямылъагъуфыну я нэхэр Тхьэм ирегъэункӀыфӀ, тхышэ ирещӀ игъащӀэкӀэ».</verse>
				<verse number="11">Аращи, сыщӀоупщӀэ: журтхэр щылъэпэрапэм джэлэпа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэр мыкӀуэду къелыну Тхьэм гъуэгу яритащ, журтхэр абыхэм яригъэфыгъуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэм фӀыгъуэ куэд къаӀэрыхьэщ икӀи журтхэм я Ӏуэхур къазэремыхъулӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм фӀыгъуэ куэд яӀэ хъуащ. Аращи, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну журтхэм я бжыгъэр щрикъукӀэ, сыту фӀыгъуэшхуэ къыхэкӀыну абы!</verse>
				<verse number="13">Иджы фэ, хамэ лъэпкъхэм, вжызоӀэ: Фэ, хамэ лъэпкъхэм, фи апостол сызэрыхъуам щхьэкӀэ си Ӏуэхур согъэлъапӀэ.</verse>
				<verse number="14">Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ.</verse>
				<verse number="15">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм журтхэр имыдэ щыхъум, дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ. Тхьэм журтхэр аргуэру щызришэлӀэжкӀэ, дауэ зэрыхъунур? Ар лӀахэр къызэрытэджыжынум хуэдэнущ.</verse>
				<verse number="16">ХупцӀынэм и япэ Ӏыхьэр Тхьэм иратмэ, хупцӀынэ псори Тхьэм ейщ. Жыгым и лъабжьэр Тхьэм еймэ, жыг къудамэхэри Тхьэм ейщ.</verse>
				<verse number="17">Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ.</verse>
				<verse number="18">Аращи, Тхьэм а жыгым къыпищӀыкӀа къудамэхэм я пащхьэм деж ущызыщымытхъуж. Узыщытхъужмэ, мыр зыщыумыгъэгъупщэ: Уэ уи фӀагъ лъабжьэм ебгъэкӀыркъым, атӀэ лъабжьэм и фӀагъ уэ къыуегъэкӀ.</verse>
				<verse number="19">Уэ къызжепӀэнкӀи хъунщ: «Жыгым сэ сыдигъэкӀэну а къудамэхэр Тхьэм жыгым къыпищӀыкӀащ».</verse>
				<verse number="20">Пэжщ, абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм ахэр жыгым къыпищӀыкӀащ, ауэ уэ фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ уи пӀэм укъонэ. Аращи, зумыгъэпагэ, шынагъи зигъэӀэ.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хадэм ит жыгым и къудамэхэм Тхьэр щащымысхькӀэ, уэ къыпщысхьыну?</verse>
				<verse number="22">Мыращ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ и пхъашагъэмрэ: и гъуэгу текӀахэм яхуэпхъашэщ, ауэ уэ Тхьэм и фӀыгъуэм зыхыумыгъэнмэ, и фӀыгъуэр къыплъигъэсынущ. Апхуэдэу мыхъумэ, уэри а жыгым укъыпищӀыкӀынущ.</verse>
				<verse number="23">Журтхэми я фӀэщмыхъуныгъэр зыханэжмэ, Тхьэм ахэри жыгым дигъэкӀэжынущ, Тхьэм ахэр жыгым дигъэкӀэжын лъэкӀынущи.</verse>
				<verse number="24">Фэ (хамэ лъэпкъхэр) губгъуэм ит зейтун жыгым Тхьэм фыкъыпищӀыкӀри, хадэм ит зейтун жыгым фыдигъэкӀащ. Абы щыгъуэ хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэр (журтхэр аращ), езыхэм я жыгым дигъэкӀэжыныр Тхьэм дежкӀэ нэхъ гугъу?</verse>
				<verse number="25">Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ израил лъэпкъ псори мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур Сион къалэм къыдэкӀынущ. Ар къыщыкӀуэжкӀэ, Бзаджагъэр Екъуб и лъэпкъым хигъэкӀуэдыкӀыжынущ».</verse>
				<verse number="27">(ИтӀанэ Тхьэм жиӀащ:) «Мы зэгурыӀуэныгъэращ сэрэ абыхэмрэ дяку дэслъхьэнур, я гуэныхьхэр щащхьэхысхыжкӀэ».</verse>
				<verse number="28">Журтхэм хъыбарыфӀыр* зэрамыдам щхьэкӀэ фэ фи фӀагъ а Ӏуэхум къыхэкӀыу, Тхьэм и бий хъуащ ахэр. Ауэ Тхьэм журтхэр къызэрыхихам щхьэкӀэ фӀыуэ елъагъу, я адэшхуэхэм я хьэтыркӀэ.</verse>
				<verse number="29">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхухэм тыгъэхэр щариткӀэ, и бын хъунуи къыщыхуриджэкӀэ, апхуэдэу зэрищӀам хущӀегъуэжыркъым.</verse>
				<verse number="30">Фэ (хамэ лъэпкъхэр) Тхьэм федаӀуэу щытакъым, ауэ израил лъэпкъыр Тхьэм зэремыдэӀуам щхьэкӀэ Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀащ иджы.</verse>
				<verse number="31">Журтхэр иджыри Тхьэм едаӀуэркъым, фэ къыфхуищӀа гущӀэгъум хуэдэ Тхьэм абыхэми къахуищӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="32">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыху псори емыдаӀуэу къигъэнащ, абыхэм псоми гущӀэгъу къахуищӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="33">Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="34">«Хэт Зиусхьэным и гум илъыр зыщӀэр? Хэт абы чэнджэщэгъу хуэхъуар?</verse>
				<verse number="35">Хэт Тхьэм зыгуэркӀэ етар, Тхьэм абы тыгъэ къритыжыну?»</verse>
				<verse number="36">Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ. И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.</verse>
				<verse number="2">Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр куэдщ, ауэ а псоми ялэжь Ӏуэхухэр зыкъым.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу, дэри куэд дыхъуми, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и нэфӀыр хэти къызэрыщыхуам тещӀыхьауэ лъэкӀыныгъэ зэхуэмыдэхэр диӀэщ. Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым и гум кърилъхьэурэ, ахэр къыжиӀэну лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум фӀэщхъуныгъэу иӀэм тещӀыхьауэ Тхьэм и псалъэхэр къыжреӀэ.</verse>
				<verse number="7">И фӀагъ цӀыхухэм яригъэкӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум и фӀагъ абыхэм ярырегъэкӀ. ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, а цӀыхум абыхэм ярырегъащӀэ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухэр игъэгушхуэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, ирегъэгушхуэ. ИӀэр цӀыхухэм ядигуэшыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, и гуапэу ядрегуэш. УнафэщӀу лэжьэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, унафэщӀу ирелажьэ жану. ЦӀыхухэм гущӀэгъу яхуищӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, псэ хьэлэлкӀэ гущӀэгъу яхурещӀ.</verse>
				<verse number="9">Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.</verse>
				<verse number="10">Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.</verse>
				<verse number="11">Жыджэрагъышхуэ зыхэвгъэлъ зэпыт, Зиусхьэным фыхуэлэжьэным гурэ псэкӀэ зефт.</verse>
				<verse number="12">Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.</verse>
				<verse number="14">Гугъуехь фэзыгъэшэчхэм Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу. Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу, ахъумэ фемыбг.</verse>
				<verse number="15">ГуфӀэхэм фадэгуфӀэ, гъыхэми фадэгъ.</verse>
				<verse number="16">Фи акъыл зэтрехуэ. Фымыпагэ, цӀыху цӀыкӀухэми ныбжьэгъу захуэфщӀ. ЗыкъыффӀэмыщӀыж.</verse>
				<verse number="17">Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпэмыувыж. ЦӀыху псоми фӀыуэ ялъытэр зэрыфщӀэным и ужь фит.</verse>
				<verse number="18">Ӏэмал иӀэмэ, фи Ӏэм къикӀым хуэдизкӀэ цӀыху псоми фазэрыгурыӀуэным фыхущӀэкъу.</verse>
				<verse number="19">ФӀыуэ слъагъухэ, зыгуэрым бзаджагъэ къывищӀэмэ, бзаджагъэ евмыщӀэж, ауэ Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным жиӀар и псалъэ тхахэм яхэтщ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ».</verse>
				<verse number="20">Аращи, «Уи бийр мэжалӀэмэ, гъашхэ, псы хуэлӀэмэ, псы егъафэ; апхуэдэу пщӀымэ, фӀамыщӀ плъахэр бийм и щхьэм теплъхьэнущ».</verse>
				<verse number="21">Бзаджагъэр зытумыгъакӀуэу, фӀы щӀэнымкӀэ бзаджагъэм текӀуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Тепщэныгъэ зиӀэхэм яхуэӀурыщӀэу щрет хэти. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм имыухамэ, зыми тепщэныгъэ иӀэ хъунукъым. Тепщэныгъэ зиӀэу щыӀэхэр зыгъэувар Тхьэрщ.</verse>
				<verse number="2">Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм япэув цӀыхур Тхьэм игъэува цӀыхухэращ зыпэувыр. Апхуэдэу зыщӀэхэм къуаншагъэ зылъагъэсыж.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ зыщӀэхэр тепщэныгъэ зиӀэхэм ящышынэнкъым, бзаджагъэ зыщӀэхэрщ абыхэм ящышынэн хуейр. Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащымышынэну ухуей? ФӀыгъуэ лэжь, ахэр къыпщытхъужынущ.</verse>
				<verse number="4">И фӀагъ къыуигъэкӀыну, тепщэныгъэ зиӀэр Тхьэм и лӀыщӀэщ. Ауэ бзаджагъэ пщӀэмэ, абы ущышынэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэм джатэр пщӀэншэу иӀыгъкъым. БзаджащӀэхэм яхуэфащэ гугъуехьыр ятрилъхьэну, ар Тхьэм хуолажьэ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ.</verse>
				<verse number="6">Аращ хьэкътын ахъшэр абыхэм щӀефтыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тепщэныгъэ зиӀэхэм а Ӏуэхур щагъэзащӀэкӀэ, Тхьэм хуолажьэ.</verse>
				<verse number="7">Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.</verse>
				<verse number="8">ФӀыуэ фызэрылъагъуным и щӀыхуэм нэмыщӀ, зым и щӀыхуи зытевмыгъэлъ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум Торэт хабзэр егъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="9">«Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».</verse>
				<verse number="10">Зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум и ягъэ иригъэкӀыркъым. Аращи, фӀылъагъуныгъэ уиӀэмэ, Торэт хабзэр бгъэзащӀэу арщ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, апхуэдэу фыпсэу. Зэманыр здынэсар фощӀэ, фыкъыщыушын хуей сыхьэтыр къэблэгъащ. ФӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъуа махуэм нэхърэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщригъэлыну махуэр иджы нэхъ ди гъунэгъу хъуащ.</verse>
				<verse number="12">Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ.</verse>
				<verse number="13">Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.</verse>
				<verse number="14">Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэр гъусэ фщӀы, и Ӏуэху еплъыкӀэкӀэ фемыныкъуэкъуу.</verse>
				<verse number="2">Зы цӀыхум сыт ищӀысри ишхыну зэрыхуитымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ, ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэм хадэхэкӀхэм фӀэкӀа ишхыркъым.</verse>
				<verse number="3">Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи.</verse>
				<verse number="4">Уэ хэт ухъуну, нэгъуэщӀ цӀыхум хуэлажьэр бгъэкъуэншэну? Ар гъуэгу пэжым тетми темытми, езым и Зиусхьэным и Ӏуэхукъэ? Ари гъуэгу пэжым тетынущ, Зиусхьэным тригъэтын лъэкӀынущи.</verse>
				<verse number="5">Зы цӀыхум махуэ гуэр нэхъ егъэлъапӀэ, адрей цӀыхум махуэ псори и зэхуэдэщ. Хэти и гум зэрыжиӀэм тету псэун хуейщ.</verse>
				<verse number="6">Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.</verse>
				<verse number="7">Зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ псэуркъым. Абы ещхьуи, зы цӀыхуи езым и щхьэ закъуэм щхьэкӀэ лӀэркъым.</verse>
				<verse number="8">Дыпсэуми, Зиусхьэным дыхуопсэу, дылӀэми, Зиусхьэным дыхуолӀэ. Аращи, дыпсэуми дылӀэми, Зиусхьэным дрейщ.</verse>
				<verse number="9">Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.</verse>
				<verse number="10">Уи къуэшыр сыт щӀэбгъэкъуаншэр? Уэ уи къуэшыр сыт щӀызумыпэсыр? Дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэн хуейщ, хьэкум къыттрищӀыхьыну.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Сэ сыпсэущ, жеӀэ Зиусхьэным, си пащхьэм цӀыху псори лъэгуажьэмыщхьэу къиувэнущ. Дэтхэнэ зы бзэми сэ сызэры-Тхьэр къыжиӀэнущ».</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу, дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэнущ, щхьэж езым щхьэкӀэ жэуап иритыну.</verse>
				<verse number="13">Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ.</verse>
				<verse number="14">Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу.</verse>
				<verse number="15">Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд.</verse>
				<verse number="16">Фэ фӀыуэ флъытэр цӀыхухэм Ӏейуэ ялъытэну иремыхъу.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.</verse>
				<verse number="18">Ахэр игу илъмэ, Мэссихь хуэлажьэ цӀыхур Тхьэм и гум ирохь, цӀыхухэми я гуапэщ ар.</verse>
				<verse number="19">Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт.</verse>
				<verse number="20">Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу.</verse>
				<verse number="21">Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ.</verse>
				<verse number="22">Мы Ӏуэхухэм теухуауэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэр Тхьэмрэ уэрэ фяку дэлъ ирехъу. Шхын ишхым щхьэкӀэ зызымыгъэкъуэншэжыр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ шхын ишхыр зэрыхьэлэлымкӀэ гурыщхъуэ ищӀу шхэм фӀэщхъуныгъэ имыӀэу зэрышхэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхур егъэкъуаншэ, фӀэщхъуныгъэ димыӀэу сыт ищӀыс тщӀэми, гуэныхь мэхъури.</verse>
				<verse number="24">Си хъыбарыфӀу, Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀу, цӀыхур зэзгъэдаӀуэм теухуауэ, хъыбару мыухыжын лъэхъэнэхэм щыщӀэдзауэ Тхьэм щэхуу къигъэнауэ, ауэ иджы къигъэнэхуам тету Тхьэм фигухэр игъэбыдэн лъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэуэ мыкӀуэдыжынум и унафэкӀэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм а хъыбарыр къагъэнэхуэурэ, ирагъэщӀащ иджы, лъэпкъ псоми ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъууэ езым едэӀуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="26">АкъылыфӀагъэ зиӀэ Тхьэ закъуэм Хьисэ Мэссихь илэжьам щхьэкӀэ мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ.</verse>
				<verse number="3">Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ».</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ.</verse>
				<verse number="5">Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу.</verse>
				<verse number="6">Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ.</verse>
				<verse number="7">Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="9">Абы нэмыщӀуи, Хьисэ и фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар хамэ лъэпкъхэм Тхьэм и гущӀэгъум папщӀэ щӀыхь хуаригъэщӀын щхьэкӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Абы щхьэкӀэ, уэ, си Зиусхьэн, хамэ лъэпкъхэм сахэту уи щӀыхьыр сӀэтынущ, щӀыхь уэрэдхэри уи цӀэкӀэ къыжысӀэнущ».</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ: «Фэ, хамэ лъэпкъхэр, Тхьэм и лъэпкъым фригъусэу фыгуфӀэ».</verse>
				<verse number="11">Мыпхуэдэуи Тхьэм и псалъэхэм яхэтщ: «Фэ, хамэ лъэпкъ псоми, Зиусхьэным и щӀыхьыр фӀэт, фэ, лъэпкъ псоми, и щӀыхьыр фӀэт».</verse>
				<verse number="12">Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Иессе къытехъукӀыну бын лъапӀэр къэкӀуэнурэ, хамэ лъэпкъхэм Ӏэтащхьэ яхуэхъунущ. Хамэ лъэпкъхэр абы щыгугъыурэ пэплъэнущ».</verse>
				<verse number="13">ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэу щытми, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжыну щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ сытегушхуауэ ныфхузотх, хэчыхьауэ. Сытегушхуауэ щӀэстхыр хамэ лъэпкъхэм я деж Хьисэ Мэссихь сыщыхуэлэжьэну Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ сыкъызэригъэувар арщ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.</verse>
				<verse number="17">Хьисэ Мэссихь си псэм щыщу, Тхьэм хуэсщӀа Ӏуэхум сыщогуфӀыкӀ.</verse>
				<verse number="18">Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.</verse>
				<verse number="19"></verse>
				<verse number="20">НэгъуэщӀ цӀыху гуэрым игъэтӀылъа лъабжьэм си Ӏуэхур тезмыщӀыхьу, Мэссихь и цӀэр щызэхамыха щӀыпӀэхэм хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щалъэзгъэӀэсыну сыт щыгъуи и ужь ситщ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Езым и хъыбар зи деж нэмысахэм езыр ялъагъунущ, и хъыбар зэхэзымыхахэми зэхащӀыкӀынущ».</verse>
				<verse number="22">Аращ, фи деж сынэкӀуэну и ужь куэдрэ сита пэтми, къыщӀызэмыхъулӀар.</verse>
				<verse number="23">Ауэ иджы мы лъэныкъуэм сэркӀэ Ӏуэху щымыӀэжу, илъэс куэд хъуауэ фи деж сынэкӀуэну сызэрыхуеям къыхэкӀкӀэ,</verse>
				<verse number="24">Испание къэралым сыщыкӀуэкӀэ, фи деж сыныдыхьэнущ. Гъуэгу сынытехьэмэ, сыныфхыхьэу фыслъагъуну икӀи фи ныбжьэгъугъэм си гур игъэзагъэу гъуэгупщӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыфщогугъ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэр яхуэсхьу Ерусалим сыкӀуэну сигу илъщ.</verse>
				<verse number="26">Македоние, Ахаие хэкухэм щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ.</verse>
				<verse number="27">ДэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну я гуапэу мурад ящӀащ, ядэӀэпыкъунуи я пщэм дэлъщ. Тхьэм журтхэр зэригъэгугъа ӀыхьэфӀым щыщ хамэ лъэпкъхэми яӀэ хъуащ. Аращи, хамэ лъэпкъхэми мы дунейм и мылъку ӀыхьэфӀу яӀэмкӀэ я фӀагъ журтхэм ирагъэкӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="28">А Ӏуэхур згъэзащӀэу, ахъшэ зэхадзар Ерусалим дэсхэм яӀэщӀэслъхьа нэужь, фи деж сыныдыхьэнурэ, итӀанэ Испанием сыкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="29">Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.</verse>
				<verse number="30">Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.</verse>
				<verse number="31">Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="32">Абы щыгъуэ, Тхьэм жиӀэмэ, фи деж гуфӀэгъуэкӀэ сынэкӀуэнщи, сывигъусэу зызгъэпсэхужынщ.</verse>
				<verse number="33">Гузэгъэгъуэр къыдэзыт Тхьэр фрегъусэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Ди шыпхъуу Фэбэ зи цӀэу, Кенхрей къалэм и члисэ зэхуэсым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъум, фи пащхьэм сыщыщытхъуну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="2">Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.</verse>
				<verse number="3">Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="4">Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="5">ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.</verse>
				<verse number="6">Мэриему куэд тхуэзылэжьам фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="7">Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="8">Мэссихь зи псэм щыщу, фӀыуэ слъагъу Амплий фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="9">Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь зи псэм щыщу, зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа Апеллэс фӀэхъус схуефхыж. Аристобул и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="11">Си унэкъуэщ Иродион фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэныр зи псэм щыщу, Наркисс и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="12">Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="13">Зиусхьэным къыхиха Руфэрэ абы и анэу си анэм хуэдэу хъуамрэ фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="14">Асинкрит, Флегон, Ерм, Патров, Ермий, сыми абыхэм я гъусэу адрей къуэшхэми фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="15">Филолог, цӀыхубзу Юлие, Нирей, абы и шыпхъу Олимпан сыми, абыхэм я гъусэу Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="16">ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфххэ. Мэссихь и члисэ зэхуэс псоми фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="17">Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.</verse>
				<verse number="19">ХъыбарыфӀым фызэредаӀуэм и гугъу цӀыху псоми зэхахащ. Сэ сыфщогуфӀыкӀ, ауэ фӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀынуи, бзаджагъэ лъэпкъ фи щхьэм къимыхьэнуи сыхуейщ.</verse>
				<verse number="20">Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="21">Си лэжьэгъу Тимофей, си унэкъуэщу Луций, Иасон, Сосипатер сымэ фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="22">Тертийуэ Паул мы тхылъыр зригъэтхыр сэращ. Зиусхьэныр си псэм щыщу фӀэхъус фызох.</verse>
				<verse number="23">Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="24">Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="46">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуну сыкъыхуриджащ. Ди къуэш Сосфенес си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="4">Мэссихь фи псэм щыщу Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сыт и лъэныкъуэкӀи Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуащ. Сыт и лъэныкъуэкӀи зэхэфщӀыкӀынуи фыпсэлъэнуи лъэкӀыныгъэ къывитащ,</verse>
				<verse number="6">Мэссихь хуэтщӀа щыхьэтыгъэр фи гум лъабжьэ хуищӀащи.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="8">Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.</verse>
				<verse number="10">Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="11">Си къуэшхэ, фызэрызэгурымыӀуэр цӀыхубз Хлой и унагъуэм щыщхэм сагъэщӀащ.</verse>
				<verse number="12">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Фщыщ гуэрым жеӀэ: «Сэ Паул и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Кифэ и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Мэссихь и гупым сыщыщщ».</verse>
				<verse number="13">Мэссихь гуэша хъуа? Паул фэр щхьэкӀэ жорым ираӀулӀа? Е сэ, Паул, си цӀэкӀэ фаумэхъа?</verse>
				<verse number="14">Криспрэ Гайрэ фӀэкӀа фэ фщыщ зыри зэрызмыумэхъамкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="15">Сэ си цӀэкӀэ яумэхъауэ зыми жиӀэн лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="16">Пэжщ, Стефан и унагъуэм щыщхэри сыумэхъащ. Абыхэм нэмыщӀу зыгуэр сыумэхъауэ сщӀэркъым.</verse>
				<verse number="17">Мэссихь сыкъыщӀигъэкӀуар цӀыхухэр сыумэхъыну аракъым, атӀэ хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну арщ, цӀыхухэм акъылыфӀагъэ жыхуаӀэр зыхэлъ псалъэхэмкӀэ хъыбарыфӀыр ахуэсӀуэтэну аракъым. Апхуэдэу щымытмэ, Мэссихь жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым къарууэ хэлъыр кӀуэдыжынт.</verse>
				<verse number="18">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр згъэкӀуэдынущ, губзыгъагъэ зиӀэхэми я губзыгъагъэу жыхуаӀэр сымыдэу лъэныкъуэ езгъэзынущ».</verse>
				<verse number="20">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ акъыл зиӀэ цӀыхур дэнэ щыӀэ? Торэт егъэджакӀуэ пашэр дэнэ щыӀэ? Мы зэманым щыщ цӀыхуу псалъэхэмкӀэ дэуэным хуэӀэзэр дэнэ щыӀэ? Тхьэм мы дунейм и акъылыфӀагъэр делагъэу къыщӀигъэщащ.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.</verse>
				<verse number="22">Журтхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм хуейщ. Алыджхэри акъылыфӀагъэм мэлъыхъуэ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ Мэссихьу жорым ираӀулӀам и хъыбару цӀыхухэм едгъащӀэр журтхэмкӀэ гурымыхьу щытщ, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм делагъэу ялъытэ.</verse>
				<verse number="24">Ауэ дэркӀэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэмкӀэ, журтми алыджми, Мэссихьщ Тхьэм и къарури и акъылыфӀагъэри.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм и делагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм нэхърэ нэхъ акъылыфӀагъэщ, Тхьэм и къарууншагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я къарум нэхърэ нэхъ лъэщщ.</verse>
				<verse number="26">Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым.</verse>
				<verse number="27">Ауэ акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэр игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм акъылыншэу жыхуаӀэ цӀыхухэр Тхьэм къыхихащ. Къару зиӀэхэри игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм къару щызимыӀэхэри Тхьэм къыхихащ.</verse>
				<verse number="28">Мы дунейм и цӀыхухэм тхьэмыщкӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэри, зэрамыпэс цӀыхухэри Тхьэм къыхихащ. Апхуэдэу пщӀэ зимыӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэрщ Тхьэм къыхихар, пщӀэ зиӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэр игъэцӀыкӀун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар езым и пащхьэм зыри зыщыщымытхъужын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="30">Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.</verse>
				<verse number="31">Аращи, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зыр зым щытхъужын хъумэ, Зиусхьэным щретхъу».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар.</verse>
				<verse number="2">Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ.</verse>
				<verse number="3">Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ.</verse>
				<verse number="4">КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу щӀэхъуар фи фӀэщхъуныгъэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм темыщӀыхьауэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэм тещӀыхьауэ щытын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="6">Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым.</verse>
				<verse number="7">Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="8">Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр жорым ираӀулӀынтэкъым.</verse>
				<verse number="9">Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».</verse>
				<verse number="10">А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым.</verse>
				<verse number="12">Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхур зэхедгъэщӀыкӀыурэ, Тхьэм къыдита тыгъэхэм ятеухуауэ допсалъэ, ауэ жытӀэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм дигъэщӀа псалъэхэр аркъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дигъэщӀа псалъэхэр арщ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="16">«Зиусхьэным и гум илъыр хэт къэзыщӀар, ар зыгуэр хуигъэӀущыну?» Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу, сынывэпсэлъэн слъэкӀыртэкъым, ауэ мы дунейм и цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу сынывэпсалъэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и ӀуэхугъуэхэмкӀэ сабий цӀыкӀухэм фахуэдэт.</verse>
				<verse number="2">Сэ шхын фэзгъэшхтэкъым, ауэ шэ фезгъафэрт. Шхын фшхын флъэкӀыртэкъым, иджыри флъэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?</verse>
				<verse number="4">Фщыщ гуэрым «Сэ Паул и гупым сыщыщщ», нэгъуэщӀ гуэрми «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ», щыжиӀэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ?</verse>
				<verse number="5">Паул хэт щыщ? Аполлос хэт щыщ? ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ зыщӀа, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу дыщыта къудейщ, Зиусхьэным дэ тщыщ дэтхэнэми и пщэм къызэрыдилъхьа Ӏуэхум хуэдэу.</verse>
				<verse number="6">Сэ жылэхэр хэссащ, Аполлос псы щӀигъэлъэдащ, ауэ Тхьэращ къэзыгъэкӀар.</verse>
				<verse number="7">Аращи, жылэхэр хэзысэми псыр щӀэзыгъэлъадэми пщӀэ яӀэкъым, щӀыхьышхуэ зиӀэр къэзыгъэкӀа Тхьэ закъуэрщ.</verse>
				<verse number="8">Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам тету, акъылыфӀагъэ зиӀэ ухуакӀуэм хуэдэу, а унэм лъабжьэ хуэзгъэуващ. НэгъуэщӀ гуэрым а лъабжьэм унэ трещӀыхь. Ауэ дэтхэнэ зыри а лъабжьэм унэ зэрытрищӀыхь щӀыкӀэм фӀыуэ иреплъ.</verse>
				<verse number="11">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъэува лъабжьэр Хьисэ Мэссихьщ. Абы фӀэкӀа нэгъуэщӀ лъабжьэ зыми игъэувын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="12">А лъабжьэм унэ тезыщӀыхьым къигъэсэбэпыр дыщэрами, дыжьынырами, мывэ лъапӀэхэрами, пхъэрами, удзыр е хьауазэрами,</verse>
				<verse number="13">хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.</verse>
				<verse number="14">А лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар къелымэ, абы хуэфащэ ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.</verse>
				<verse number="15">Ауэ а лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар мафӀэм исмэ, абы и Ӏыхьэри дэкӀуэдынущ. Езыр мыкӀуэду къелынущ, ауэ къызэрелынур мафӀэм къыхэкӀыж цӀыхур къызэрелынум хуэдэущ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и унэшхуэр зыгуэрым зэхикъутэмэ, Тхьэм а цӀыхур игъэкӀуэдынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и унэшхуэр лъапӀэщи. А унэшхуэр фэращ.</verse>
				<verse number="18">Зыми и щхьэ къремыгъэпцӀэж. Фэ фщыщ гуэрым мы лъэхъэнэм акъылыфӀагъэ иӀэу зилъытэжмэ, акъылыфӀагъэ имыӀэу ирехъу, акъылыфӀагъэ пэж иӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="19">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ».</verse>
				<verse number="20">Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи яхэтщ: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я гум илъхэм пщӀэ зэрамыӀэр Зиусхьэным ещӀэ».</verse>
				<verse number="21">Аращи, хэти цӀыху гуэрым щремытхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори фыфейщи.</verse>
				<verse number="22">Паули, Аполлоси, Кифэ, дунейри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, иджы щыӀэри щыӀэнури фыфейщ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ фэ Мэссихь фрейщ, Мэссихьи Тхьэм ейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Ӏуэху гуэр зи пщэм дэплъхьэр узыщыгугъ хъуну цӀыхуу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="3">Фэри, нэгъуэщӀ цӀыхухэми сыкъызэрыфщыхъум сэркӀэ мыхьэнэ иӀэкъым. Сэри хьэкум зытесщӀыхьыжыркъым.</verse>
				<verse number="4">МыхъумыщӀэ лъэпкъ сигукӀэ зыдэсщӀэжыркъым сэ, ауэ абы къикӀыркъым сэ лажьэ гуэри симыӀэу; си Ӏуэхум хьэкум тезыщӀыхьыр Зиусхьэныращ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="6">Си къуэшхэ, фэркӀэ фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, вжесӀар Аполлосрэ си щхьэмрэ сытепсэлъыхьурэ вжесӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм фатемыкӀыну фэдгъэщӀэн щхьэкӀэ. Зы цӀыхум нэмыплъ иритурэ, нэгъуэщӀ цӀыхум ирипагэ зыри къыфхэтынукъым абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="7">Адрей цӀыхухэм нэхърэ унэхъ ину хэт узылъытэр? Тхьэм къыуимытауэ сыт уиӀэр? Уэ уиӀэр къозытар Тхьэращи, сыт узыщӀыщытхъужыр, Тхьэм ар къыуимыта хуэдэ?</verse>
				<verse number="8">Фэ зывгъэнщӀащ, бей фыхъуащ. Дэ дывимыгъусэу пащтыхь фыхъуащ. Пащтыхь фыхъугъащэрэт ипэжыпӀэкӀэ, дэри дывигъусэу пащтыхь дыхъунт итӀанэ!</verse>
				<verse number="9">Дэ апостолхэм ди Ӏуэхум сызэреплъыр мыращ: укӀ зытралъхьа цӀыхухэм дахуэдэу, Тхьэм щӀыпӀэ икӀэ дыдэм дэ, апостолхэр, дызэрыригъэувам хуэдэщ. Дуней псори, мелыӀычхэри, цӀыхухэри ӀейкӀэ къыдэплъыну псоми я пащхьэм дызэрырагъэувам хуэдэщ.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь и гъуэгум дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ акъыл зимыӀэ цӀыхухэм дахуэдэщ, ауэ фэ Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху Ӏущхэу зыволъытэж. Дэ лъэкӀыныгъэ диӀэкъым, ауэ фэ фиӀэщ. ЦӀыхухэм фэ щӀыхь къыфхуащӀ, дэ нэмыплъ къыдат.</verse>
				<verse number="11">Нобэр къыздэсым дымэжэщӀалӀэщ, псыи дыхуэныкъуэщ. ЗыщыттӀэгъэн щыгъыни диӀэкъым, цӀыхухэм дызэрахуэ, уни диӀэкъым.</verse>
				<verse number="12">Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къыщыттепсэлъыхькӀи, абыхэм дахуэу дахущытщ. Дунейм и пхъэнкӀийуэ, щӀым и фӀейм хуэдэу дыкъэнащ.</verse>
				<verse number="14">ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэкъым мыр ныщӀэстхыр, си бын лъапӀэхэм фахуэдэу къывгурызгъэӀуэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="15">Мэссихь и гъуэгум теухуа Ӏуэхугъуэхэр фэзыгъэщӀэн цӀыху мин фиӀэми, адэ куэд фиӀэкъым. ХъыбарыфӀыр щыфхуэсӀуатэм, Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ адэм хуэдэ сыфхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="17">Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="18">Фи деж сынэмыкӀуэн я гугъэу, фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм закъыфӀощӀыж.</verse>
				<verse number="19">Ауэ, Зиусхьэным жиӀэмэ, куэд мыщӀэу фи деж сынэкӀуэнущ. А зыкъызыфӀэщӀыжхэм я псалъэхэм я мызакъуэу, я лъэкӀыныгъэри згъэунэхунущ абы щыгъуэ,</verse>
				<verse number="20">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхур зэпхар псэлъэныр аркъым, атӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр арщ.</verse>
				<verse number="21">Сыт нэхъ фызыхуейр? Баш сӀыгъыу фи деж сынэкӀуэну ара, е фӀылъагъуныгъэрэ гущабагъэкӀэ сынэкӀуэн?</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Фэ фщыщ гуэр зинэ щӀэным зэрыхэтыр цӀыхухэм яӀуэтэж; и анэ нэпӀэсыр зезышэж фхэтщ. Апхуэдэ хабзэ хамэ лъэпкъхэми яхэлъкъым.</verse>
				<verse number="2">Абы фытет пэтрэ, фэ зыкъыффӀощӀыж! ЗыкъыффӀэщӀыжын и пӀэкӀэ ар фи гу щӀыхьэу, апхуэдэ зылэжьа лӀыр зыхэфхун хуейт.</verse>
				<verse number="3">Си щхьэрэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ сэ, фи дежи сызэрыщыӀэм хуэдэу, ар зыщӀар згъэкъуэншакӀэщ.</verse>
				<verse number="4">Ди Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ фызэӀущӀэу, сэри сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэу щыхъукӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ</verse>
				<verse number="5">а лӀыр шейтӀаным ефт, и пкъыр кӀуэдми, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм абы и псэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Фызэрызыщытхъужыр фӀыкъым. Пщагъэ тӀэкӀум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфӀэӀур фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="7">Аращи, гуэныхьым и пщагъэжьыр зыхэфх, тхьэвыщӀэ къабзэм хуэдэ фыхъун щхьэкӀэ – иджы тхьэв мытэджа къабзэу фызэрыщытым хуэдэу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь къурмэныпхъэ къытхуэхъуащ. Ар ӀутӀыж махуэшхуэм Тхьэм къурмэныпхъэ хуащӀ щынэм хуэдэщ.</verse>
				<verse number="8">Аращи, махуэшхуэр дывгъэгъэлъапӀэ, ауэ зэрыдгъэлъэпӀэнур бзаджагъэмрэ икӀагъэмрэ я пщагъэжьымкӀэкъым, атӀэ гукъабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ я щӀакхъуэ мыфӀэӀу къабзэмкӀэщ.</verse>
				<verse number="9">Зинэ зыщӀэхэм гъусэ фахуэмыхъуну ныфхуэстхащ.</verse>
				<verse number="10">Сэ зи гугъу сщӀыр мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу зинэ зыщӀэхэр, нэпсейхэр, хъунщӀакӀуэхэр, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэр аракъым. Апхуэдэу щытамэ, дунейм фытекӀыжын хуейт.</verse>
				<verse number="11">Ныфхуэстхар мыращ: Фи къуэшу зыгуэрым зилъытэжми, абы зинэ ищӀэмэ, е нэпсеймэ, е тхьэ нэпцӀхэр игъэлъапӀэмэ, е нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьмэ, е ефакӀуэу щытмэ, е хъунщӀакӀуэу щытмэ, апхуэдэ цӀыхум гъусэ фыхуэмыхъу. Апхуэдэ цӀыхум икӀи фыдэмышхэ.</verse>
				<verse number="12">Члисэ зэхуэсым щымыщхэм хьэкум ятесщӀыхьыну си Ӏуэху хэлъ? Члисэ зэхуэсым щыщхэр аракъэ хьэкум фэ зытефщӀыхьын хуейр?</verse>
				<verse number="13">Члисэ зэхуэсым щымыщхэм Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ. Аращи, «ЦӀыху бзаджэр зыхэвгъэкӀ».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Фэ фщыщ гуэрым, нэгъуэщӀ гуэрым щӀедэуэн Ӏуэху хуиӀэмэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я пащхьэм иримышэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ хеящӀэхэм я пащхьэм иришэну дауэ зэрытегушхуэр?</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дунейм и цӀыхухэм хьэкум зэрытращӀыхьынур фщӀэркъэ? Дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятефщӀыхьын хъумэ, дауэ Ӏуэху цӀыкӀухэмкӀэ хьэкум фщӀэну къыфтехуэркъэ?</verse>
				<verse number="3">МелыӀычхэми дэ хьэкум зэратетщӀыхьынур фщӀэркъэ? Ауэ щыхъукӀэ мы дунейм и ӀуэхугъуэхэмкӀи хьэкум тщӀыфынкъэ?</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэ дауэ Ӏуэху фиӀэ щыхъукӀэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм зэрамыпэс цӀыхухэм хьэкум тревмыгъэщӀыхь а Ӏуэхум.</verse>
				<verse number="5">ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, ар вжызоӀэ. Къуэшхэм я зэдауэ ӀуэхумкӀэ хьэкум зыщӀэн зылъэкӀын, акъылыфӀагъэ зиӀэ гуэр къыфхэткъэ?</verse>
				<verse number="6">Ауэ иджы зэрыхъумкӀэ, зы къуэшым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм ирешэ – фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я пащхьэрщ апхуэдэу щищӀри.</verse>
				<verse number="7">Пэжым фыхуеймэ, фэ фщыщ гуэрым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм зэрыришэр фэркӀэ емыкӀущ. Апхуэдэу фщӀэ нэхърэ, адрейхэм я ягъэ къывэкӀыну икӀи фыкъагъэпцӀэну хуит фщӀымэ, нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ фэ фи щхьэкӀэ фи къуэш дыдэхэми фи ягъэ явогъэкӀ икӀи къывогъапцӀэ.</verse>
				<verse number="9">Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми,</verse>
				<verse number="10">дыгъуакӀуэхэми, нэпсейхэми, ефакӀуэхэми, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьхэми, хъунщӀакӀуэхэми Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.</verse>
				<verse number="11">Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.</verse>
				<verse number="12">«Сэ сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ», жаӀэ языныкъуэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэхугъуэ псоми я фӀагъ къыдэкӀынукъым. Сыт ищӀысри сщӀэну сыхуитщ, ауэ Ӏуэху гуэрым тепщэныгъэ къысхуиӀэ хъунукъым.</verse>
				<verse number="13">«Шхыныр ныбэм щхьэкӀэ щыӀэщ, ныбэри шхыным щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр», жаӀэ цӀыхухэм. Ари пэжщ, ауэ Тхьэм тӀури игъэкӀуэдынущ. Пкъыр зинэ щӀэным щхьэкӀэ щыӀэкъым, атӀэ Зиусхьэным щхьэкӀэщ. Зиусхьэнри пкъым щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм Зиусхьэныр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэри лӀахэм дакъыхигъэтэджыкӀыжынущ и лъэкӀыныгъэкӀэ.</verse>
				<verse number="15">Фэ фипкъхэр Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм зэрахуэдэр фщӀэркъэ? Абы щыгъуэ Мэссихь и Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр псэжьым и пкъым щыщ пкъыгъуэ сщӀын? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.</verse>
				<verse number="16">Псэжьым зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, а тӀур зыпкъ зэрыхъур фщӀэркъэ? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «А тӀур зыпкъ хъунущ».</verse>
				<verse number="17">Ауэ Зиусхьэным зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, зыгурэ зы псэрэ абы дэхъунущ.</verse>
				<verse number="18">Зинэ щӀэным пэӀэщэ зыфщӀ! НэгъуэщӀ сыт хуэдэ гуэныхьуи цӀыхум ищӀэр и пкъым епхакъым, ауэ зинэ зыщӀэм езым и пкъым гуэныхь ирещӀэж.</verse>
				<verse number="19">Фэ фи пкъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым зэриунэ лъапӀэр, фипкъхэри фыфейуэ зэрыщымытыр фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="20">Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, фипкъкӀи фи псэкӀи Тхьэр вгъэлъапӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Фэ сэ къысхуэфтха Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ мыр вжызоӀэ: ЛӀым фыз къимышэныр фӀыщ.</verse>
				<verse number="2">Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ.</verse>
				<verse number="3">ЛӀым фызым хуищӀэн хуейр хурещӀэ, фызми лӀым хуищӀэн хуейр хурещӀэ.</verse>
				<verse number="4">Фызыр езым и пкъыми тепщэкъым, абы и тепщэр лӀыращ. Апхуэдабзэуи, лӀыри и пкъым и тепщэкъым, абы и тепщэр фызыращ.</verse>
				<verse number="5">ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, атӀэ апхуэдэу влэжьыну хуит фысщӀу арщ.</verse>
				<verse number="7">Сэ схуэдэу цӀыху псори щытыну сыхуейт. Ауэ Тхьэм хэти езым и лъэкӀыныгъэ къритащ – зым зы лъэкӀыныгъэ, адрейми нэгъуэщӀ лъэкӀыныгъэ.</verse>
				<verse number="8">Къэзымыша-дэмыкӀуахэми, фызабэхэми мыр яжызоӀэ: Сэ схуэдэу фызкъэмышэу фыкъанэмэ, фӀыщ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ зашыӀэн ялъэмыкӀмэ, нэчыхькӀэ зэрырегъуэт. Хъуэпсэныгъэм мафӀэм хуэдэу гур исыным нэхърэ нэчыхьыр нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="10">Нэчыхь зиӀэхэм мыпхуэдэу унафэ яхузощӀ. Унафэ яхуэзыщӀыр сэракъым, Зиусхьэныр арщ: Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="11">Фызыр и лӀым бгъэдэкӀыжмэ, дэкӀуэжын хуейкъым е и лӀым екӀужын хуейщ. Апхуэдабзэщи, лӀыми и фызыр иригъэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="12">Адрей цӀыхухэм сэ яжызоӀэ, Зиусхьэныракъым яжезыӀэр: Къуэш гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фыз иӀэмэ, фызри абы дэпсэуну хуеймэ, ар лӀым иригъэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="13">Апхуэдабзэщи, фыз гуэрым фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀы иӀэмэ, лӀыри абы дэпсэуну хуеймэ, фызым и лӀыр зыбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀыр фызым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фызри лӀым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ.</verse>
				<verse number="15">ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэр и щхьэгъусэм бгъэдэкӀыжыну хуеймэ, бгъэдрекӀыж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ къуэшыр е шыпхъур и щхьэгъусэм епхауэ щыткъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэзэгъыу дызэдэпсэуну дыкъыхуриджащ Тхьэм.</verse>
				<verse number="16">Уэ, фыз, дэнэ щыпщӀэн, уи лӀыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Уэ, лӀыми, дэнэ щыпщӀэн, уи фызыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ.</verse>
				<verse number="17">Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм цӀыху гуэр и бын хъуну къыщыхуриджэм, сунэт ящӀамэ, абы трырет. Тхьэм цӀыху гуэр къыщриджэм, сунэт ямыщӀамэ, ари абы трырет.</verse>
				<verse number="19">Сунэт дащӀами дамыщӀами, аракъым Ӏуэхур здэщыӀэр. Ӏуэхур здэщыӀэр Тхьэм и унафэхэр дгъэзэщӀэныр арщ.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу щрет хэти.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и бынхэм ящыщ ухъуну уэ укъыщыхуриджэм пщылӀу ущытамэ, абы уримыгумэщӀ. Ауэ щхьэхуит ухъуну Ӏэмал уиӀэмэ, и пӀалъэр блумыгъэкӀ.</verse>
				<verse number="22">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным къыщриджэм пщылӀу щытар щхьэхуит хъуащ, Зиусхьэныр абы и псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Апхуэдабзэуи Зиусхьэным къыщриджэм щхьэхуиту щытар Мэссихь хуэлажьэхэм ящыщ хъуащ.</verse>
				<verse number="23">Тхьэм лъы уасэкӀэ фищэхужащ. Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм пщылӀ фахуэмыхъу.</verse>
				<verse number="24">Аращи, си къуэшхэ, Тхьэм къыщриджэм зэрыщытам хуэдэу, Тхьэм и пащхьэм ирет хэти.</verse>
				<verse number="25">Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ.</verse>
				<verse number="26">Иджырей гузэвэгъуэ дызыхэтым къыхэкӀкӀэ фызэрыщытым хуэдэу фыщытыныр нэхъыфӀу солъытэ.</verse>
				<verse number="27">Фыз гуэрым нэчыхькӀэ уепхамэ, ибгъэкӀыжыным и ужь уимыт. Фыз уимыӀэмэ, фыз умылъыхъуэ.</verse>
				<verse number="28">Ауэ къапшэмэ, абыкӀэ гуэныхь пщӀауэ хъуркъым; хъыджэбз гуэри дэкӀуэмэ, абыкӀэ гуэныхь ищӀауэ хъуркъым. Къэзышэ-дэкӀуэхэри мы дуней хьэзабым хэтынущ, ар фэ къыфщыщӀынуи сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="29">Си къуэшхэ, зи гугъу фхуэсщӀыр мыращ: Къэнэжа зэманыр мащӀэщ. Зэманыр мащӀэщи, иджы щыщӀэдзауэ, фыз зиӀэхэр фыз зимыӀэхэм хуэдэ ирехъу;</verse>
				<verse number="30">гъыхэри мыгъым хуэдэ ирехъу; гуфӀэхэри мыгуфӀэм хуэдэ ирехъу; зыгуэр къэзыщэхур зыри къызыӀэщӀэмыхьэм хуэдэ ирехъу;</verse>
				<verse number="31">мы дунейм и хуэӀуэхущӀэхэр а Ӏуэхухэм хэмытыщэм хуэдэ ирехъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и щытыкӀэм зызэблихъуурэ и кӀэм нос.</verse>
				<verse number="32">Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу.</verse>
				<verse number="33">Къэзышам дунейм и Ӏуэхугъуэщ зэрихуэр – фызым игу зэрырихьыным и ужь итщ. Фызымрэ хъыджэбзымрэ я Ӏуэхур зытетыр апхуэдэкъым.</verse>
				<verse number="34">Хъыджэбздэсым Зиусхьэным и Ӏуэхущ зэрихуэр, и пкъымрэ и гумкӀэ зэрыкъэбзэным хущӀокъу. ДэкӀуам зэрихуэр дуней Ӏуэхугъуэщ – и лӀым игу зэрырихьыным и ужь итщ.</verse>
				<verse number="35">Мы Ӏуэхухэр щӀыжысӀэр Ӏэпхлъэпх фысщӀыну аркъым, атӀэ си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, зэпымыууэ икӀи зыми фызэтримыгъэувыӀэфу хабзэм тету Зиусхьэным фыхуэлэжьэну арщ.</verse>
				<verse number="36">ЛӀы гуэрым къишэну къыхиха хъыджэбз зи ныбжь ирикъуар къимышэныр емыкӀуу илъытэмэ, кърешэ, ар гуэныхь хъунукъым. Апхуэдэхэм нэчыхь ирагъуэт.</verse>
				<verse number="37">Ауэ лӀы гуэрым къимышэну игукӀэ мурад быдэ ищӀамэ, зыми химыгъэзыхьауэ щытынкӀэ мэхъу. Зыхуейр и ӀэмыщӀэ илъщ, къыхиха хъыджэбзри къимышэну триубыдакӀэщ. А лӀым хъыджэбзыр къимышэмэ, тэмэму ещӀэ.</verse>
				<verse number="38">Аращи, къыхиха хъыджэбзыр къэзышэм тэмэму ещӀэ, ауэ къэзымышэм нэхъ тэмэмыж ещӀэ.</verse>
				<verse number="39">И лӀыр псэуху, фызыр абы епхащ. ЛӀыр лӀэмэ, фызыр хэт хуейми дэкӀуэжыну хуитщ, ауэ зыдэкӀуэж лӀым и псэм Зиусхьэныр хэлъын хуейщ.</verse>
				<verse number="40">Сэ сызэреплъымкӀэ, дэмыкӀуэжмэ, нэхъ сыхьэт махуэ ежьащ – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр сэ си гум илъущ апхуэдэу сызэреплъыр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: Дэ псоми щӀэныгъэ зэрыдиӀэр дощӀэ. ЩӀэныгъэм цӀыхухэм закъыфӀегъэщӀыж, фӀылъагъуныгъэм цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыху гуэрым щӀэныгъэ иӀэу къыфӀэщӀми, зэрищӀэн хуейм хуэдизу, иджыри ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="3">Ауэ Тхьэр фӀыуэ зылъагъум Тхьэм къыбгъэдэкӀ щӀэныгъэ егъуэт.</verse>
				<verse number="4">Аращи, тхьэ нэпцӀхэм къурмэныпхъэ хуащӀам и лым теухуауэ мыр къыжызоӀэ: А тхьэ нэпцӀхэр дунейм зэрытемытри, зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ тхьэ зэрыщымыӀэри дощӀэ.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэр уафэми щӀылъэми щыӀэми, (цӀыхухэм тхьэуэ ялъытэхэмрэ зиусхьэну ялъытэхэмрэ куэду зэрыщыӀэм хуэдэу),</verse>
				<verse number="6">дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.</verse>
				<verse number="7">Ауэ псоми апхуэдэ щӀэныгъэр яӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэр тхьэ нэпцӀхэм есащи, апхуэдэ лыр щашхкӀэ, а лыр тхьэ нэпцӀ гуэрым къурмэныпхъэ пэжу хуэхъуа хуэдэу, а лыр яшх. Аращи, а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу, ягукӀэ шэч ящӀурэ, а лыр щашхкӀэ, ягухэр ягъэуфӀей.</verse>
				<verse number="8">Ерыскъым Тхьэм нэхъ гъунэгъу дыхуищӀыркъым. Тшхыми, и фӀагъ къыдэкӀыркъым, дымышхми, и ягъэ къыдэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="9">Ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я гъуэгум фи щхьэхуитыныгъэр ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ щахуэмыхъуным фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ имыщӀэу игукӀэ шэч зыщӀым уэ щӀэныгъэ зиӀэм тхьэ нэпцӀым и унэшхуэм апхуэдэ лы щыпшхыу илъагъумэ, а лыр абыи ебгъэшхынкъэ?</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэ къуэшу Мэссихь и псэр зыщӀитар уэ уи щӀэныгъэмкӀэ уогъэкӀуэд.</verse>
				<verse number="12">А лыр хьэлэлрэ хьэрэмрэ ямыщӀэу шэч зыщӀ къуэшхэм гуэныхь ефщӀэу, абыхэм ягукӀэ зевгъэгъэкъуаншэмэ, Мэссихьщ гуэныхь зэфщӀа хъур.</verse>
				<verse number="13">Аращи, шхыну сшхымкӀэ си къуэшым гуэныхь езгъащӀэмэ, игъащӀэкӀэ лы сшхынукъым, си къуэшым гуэныхь къезмыгъэхьын щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Сэ сыапостолкъэ? Сэ сыщхьэхуиткъэ? Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь слъэгъуакъэ? Зиусхьэным хуэсщӀа Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуар фэракъэ?</verse>
				<verse number="2">НэгъуэщӀ цӀыхухэм я дежкӀэ апостолу сыщымытми, фэркӀэ сыапостолщ. Зиусхьэныр фи псэм щыщ зэрыхъуам къыхэкӀкӀэ, сызэрыапостолыр зыгъэпэж мыхъурыр фэращ.</verse>
				<verse number="3">Сызыгъэкъуаншэхэм яжесӀэр мыращ:</verse>
				<verse number="4">Дэри дышхэну икӀи дефэну дыхуимыту ара?</verse>
				<verse number="5">Кифэ, адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ?</verse>
				<verse number="6">Я щхьэ япӀыжын папщӀэ, езыхэм я ӀэкӀэ лэжьэн хуей закъуэр сэрэ Варнавэрэ?</verse>
				<verse number="7">ЗауэлӀыр езым и ахъшэкӀэ зауэрэ? Хэт жызум хадэ зыщӀэу, жызум зымышхыр? Шэ емыфэу Ӏэхъушэр хэт зыгъэхъур?</verse>
				<verse number="8">ЦӀыху акъылкӀэ къыжысӀэрэ мы Ӏуэхугъуэхэр? Апхуэдэукъэ Торэт хабзэм зэрыжиӀэр?</verse>
				<verse number="9">Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм мыпхуэдэу итщ: «Вым гуэдз щиӀуэкӀэ, и жьэр зэтумыпхэ». Апхуэдэу щыжиӀэкӀэ, выхэра Тхьэр зыхуэгузавэр?</verse>
				<verse number="10">Тхьэм жыхуиӀэр дэркъэ шэчыншэу? Аращ, дэр щхьэкӀэщ ар щӀатхар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ вакӀуэлӀри гъавэ зыӀуэ лӀыри я Ӏыхьэ а гъавэм къыхэкӀыну гугъэ ямыӀэу лажьэ хъунукъым.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и жылэфӀыр фи гум итлъхьащи, фэ, ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуэр зыгъуэтхэм, мы дунеймкӀэ дызыхуэныкъуэр къыдэфтмэ, егъэлея хъурэ?</verse>
				<verse number="12">НэгъуэщӀ цӀыхухэм зыхуэныкъуэхэр зэрефтынум щыгугъыну хуитыныгъэ яӀэмэ, абыхэм нэхърэ дэ куэдкӀэ нэхъ хуитыныгъэ диӀэкъэ? Ауэ а хуитыныгъэм и фӀагъ къэдгъэсэбэпакъым. Абы и пӀэкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым зэран дыхуэмыхъун щхьэкӀэ, псори дигу тыдогъахуэ.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ псапэу ятым щыщ абы щылажьэхэм я шхын Ӏыхьэ къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ? Къурмэн щӀыпӀэм щылажьэхэми я Ӏыхьэ абы телъ къурмэныпхъэм къызэрыхэкӀыр фщӀэркъэ?</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм зэрыпсэун Ӏыхьэр хъыбарыфӀымкӀэ зэрагъуэтын хуейр Зиусхьэным и унафэщ.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэ хуитыныгъэр сэ къэзгъэсэбэпакъым, а хуитыныгъэри згъуэтын щхьэкӀэкъым мыр щӀэстхыр. Сызэрыпагэ Ӏуэхур зыгуэрым игъэкӀуэдыным нэхърэ, лӀэныгъэр нэхъ къызощтэ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуатэм щхьэкӀэ сызыщытхъужын слъэкӀынукъым, Тхьэм и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэу хъунукъыми. ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэмэ, гъуэгу мыгъуэ сытеуващ.</verse>
				<verse number="17">Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.</verse>
				<verse number="18">Абы щыгъуэ сыт си ӀыхьэфӀыр? Си ӀыхьэфӀыр мыращ: ХъыбарыфӀым сыхуэлажьэурэ, уаси къыпэмыкӀуэу цӀыхухэм ар зэрахуэсӀуатэр арщ, си хуитыныгъэр къэзмыгъэсэбэпу.</verse>
				<verse number="19">Зыми тепщэныгъэ къысхуимыӀэу, сыщхьэхуиту щытми, цӀыху куэд Мэссихь и гъуэгум тезгъэхьэн щхьэкӀэ, псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ сахуэхъуащ.</verse>
				<verse number="20">Журтхэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, абыхэм хуэдэу зысщӀащ. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту щытми, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэр Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ.</verse>
				<verse number="21">Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.</verse>
				<verse number="22">ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="23">ХъыбарыфӀым си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псори сощӀэ, хъыбарыфӀым фӀыгъуэу къыпэкӀуэм щыщ си Ӏыхьэр згъуэтын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="24">Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ.</verse>
				<verse number="25">Жэр, сыт ищӀыскӀи зыхуосакъыж. КӀуэдыжыну саугъэтыр къахьын щхьэкӀэ, мажэ ахэр, дэ мыкӀуэдыжын саугъэтым и ужь дитщ.</verse>
				<verse number="26">Аращи, сыщыжэкӀэ, сыздэжэ щӀыпӀэр сымыщӀэу аракъым. Жьым ӀэштӀымкӀэ хэуэм сыхуэдэкъым.</verse>
				<verse number="27">Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, ди адэжьхэр Мусэ бегъымбарым и гъусэу, уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, а уафэпшэм и щӀагъым щызекӀуэу зэрыщытар икӀи псори хым къызэрызэпрыкӀыжар фымыщӀэу фыщытыну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="2">Уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, хым къызэпрыкӀыжа цӀыху псори Мусэ и гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ яумэхъахэм хуэдэу щытт.</verse>
				<verse number="3">А псоми Тхьэм деж къикӀа шхыныр яшхырт.</verse>
				<verse number="4">А псори Тхьэм къарит псыми ефэрт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр зэфэу щыта псыр къадэщӀыгъу мывэшхуэм къыхэкӀырт. А мывэшхуэр Мэссихьщ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ абыхэм я нэхъыбэр Тхьэм игу ирихьыртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, губгъуэ нэщӀым икӀуэдащ.</verse>
				<verse number="6">Ахэр Ӏуэху бзаджэхэм щӀэхъуэпсу зэрыщытам хуэдэу дыщӀэмыхъуэпсын щхьэкӀэ, абыхэм къащыщӀар дэркӀэ дерсщ.</verse>
				<verse number="7">Абыхэм ящыщ гуэрхэм хуэдэу, тхьэ нэпцӀхэр фымыгъэлъапӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыхухэр шхэну икӀи ефэну тӀысащ. ИтӀанэ джэгуну тэджащ».</verse>
				<verse number="8">Абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀэу щытам хуэдэу, зинэ дывмыгъащӀэ. Апхуэдэу, цӀыху мин тӀощӀрэ щырэ зы махуэ закъуэм кӀуэдащ.</verse>
				<verse number="9">Зиусхьэнри дывмыгъэгъэунэху, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр блэхэм яукӀащ.</verse>
				<verse number="10">Фымытхьэусыхэ, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр ажал къэзыхь мелыӀычым игъэкӀуэдащ.</verse>
				<verse number="11">Мы Ӏуэхухэр абыхэм къащыщӀащ, цӀыхухэм дерс яхуэхъун щхьэкӀэ. Дэ, лӀэщӀыгъуэхэм я кӀэухым нэблэгъа цӀыхухэм, къыдгурагъэӀуэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхухэр ятхащ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкӀэ щыт зи гугъэ цӀыхур зэрымыджэлэным хуресакъ.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.</verse>
				<verse number="14">Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ.</verse>
				<verse number="15">Фэ, зэхэщӀыӀкӀ зиӀэхэм, ар нывжызоӀэ. Сэ къыжысӀэм фи щхьэкӀэ фегупсыс.</verse>
				<verse number="16">Ди Зиусхьэну Хьисэ и лӀэныгъэр ди гум къэдгъэкӀыжу, дызэгъусэу дыщышхэкӀэ, санэ фалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Санэм дыщефэкӀэ, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ езым гъусэ дыхуэхъуркъэ? ЩӀакхъуэр щызэгуэтщӀыкӀкӀэ, Мэссихь и пкъым гъусэ дыхуэхъуркъэ?</verse>
				<verse number="17">ЩӀакхъуэр зы закъуэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дэ дыкуэду щытми, дызщ; а щӀакхъуэ закъуэм дэ ди Ӏыхьи хэлъщи.</verse>
				<verse number="18">Израил лъэпкъым феплъ. Къурмэныпхъэм и лыр зышххэр Тхьэуэ къурмэн зыхуащӀым гъусэ хуэхъуркъэ?</verse>
				<verse number="19">Сэ жыхуэсӀэр сыт? Къурмэныпхъэм и лыр зыгуэру щыту, е тхьэ нэпцӀыр зыгуэру щыту жысӀэрэ?</verse>
				<verse number="20">Хьэуэ, ар жысӀэркъым. Ауэ хамэ лъэпкъхэм къурмэн щащӀкӀэ, жин бзаджэхэрщ къурмэн зыхуащӀыр, Тхьэр аркъым. Фэ жин бзаджэхэм гъусэ фахуэхъуну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="21">Зиусхьэным и фалъэмкӀи жин бзаджэхэм я фалъэмкӀи фызэдефэ хъунукъым. Зиусхьэным и Ӏэнэми жин бзаджэхэм я Ӏэнэми фыпэрыс хъунукъым.</verse>
				<verse number="22">Хьэмэрэ Зиусхьэныр дгъэгубжьыну ара дызыхэтыр? Езым нэхърэ дынэхъ лъэщ?</verse>
				<verse number="23">«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="24">Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.</verse>
				<verse number="25">Гурыщхъуэ фымыщӀэу бэзэрым щащэ псори фшхы.</verse>
				<verse number="26">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэри щӀылъэм тет псори Зиусхьэным ейщ».</verse>
				<verse number="27">ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гуэрым фигъэшхэну фригъэблэгъамэ икӀи фыкӀуэну фыхуеймэ, гурыщхъуэ фымыщӀу Ӏэнэм къытралъхьэр фшхы.</verse>
				<verse number="28">Ауэ цӀыху гуэрым, «Мыр тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм илщ», къывжиӀэмэ, къывжезыӀам щхьэкӀи гум илъым щхьэкӀи ар фымышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэмрэ щӀылъэм тет псомрэ Зиусхьэным ейщ».</verse>
				<verse number="29">Гум илъу жыхуэсӀэр фи гум илъыр аркъым, къывжезыӀам и гум илъыр арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэгъуэщӀ цӀыху гуэрым и гурыщхъуэм си хуитыныгъэр сыт щӀигъэкъуэншэнур?</verse>
				<verse number="30">Тхьэм фӀыщӀэ хуэсщӀу зыгуэр сшхымэ, зэрысшхымкӀэ цӀыхухэм сыт сыщӀагъэкъуэншэн хуейр?</verse>
				<verse number="31">Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.</verse>
				<verse number="32">Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.</verse>
				<verse number="33">Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="2">ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.</verse>
				<verse number="3">Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ.</verse>
				<verse number="4">Дэтхэнэ цӀыхухъуу зи щхьэм ӀэлъэщӀ тезыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу, дэтхэнэ цӀыхубзу Тхьэм щхьэпцӀэу елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзым и щхьэр упсам хуэдэщи.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхубз гуэрым и щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэну хуэмеймэ, и щхьэцыр преупщӀыж. Ауэ и щхьэц пиупщӀыныр е и щхьэр иупсыныр цӀыхубзымкӀэ емыкӀуу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухъум щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэн хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухъур Тхьэм и теплъэм хуэдэщ икӀи Тхьэм и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ. Фызым и лӀым и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухъур цӀыхубзым къыхэкӀакъым, атӀэ цӀыхубзыр цӀыхухъум къыхэкӀащ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм цӀыхухъур цӀыхубзым къыхуигъэщӀакъым, атӀэ цӀыхубзырщ лӀым къыхуигъэщӀар.</verse>
				<verse number="10">Аращи, лӀым и тепщэныгъэм фызыр зэрыщӀэтым и нэщэнэу икӀи мелыӀычхэм щхьэкӀэ и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу щыт пэтми, дэркӀэ, Зиусхьэныр зи гум илъ цӀыхухэмкӀэ, цӀыхубзыр цӀыхухъум епхауэ щытщ, цӀыхухъури цӀыхубзым епхауэ щытщ.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхубзыр цӀыхухъум къызэрыхэкӀам хуэдэу, цӀыхухъури цӀыхубзым къыхокӀ, ауэ Ӏуэху псори къызыбгъэдэкӀыр Тхьэращ.</verse>
				<verse number="13">Фэри фегупсыс: ЦӀыхубзым и щхьэм ӀэлъэщӀ тримыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуныр емыкӀукъэ?</verse>
				<verse number="14">ЦӀыхум игукӀэ ищӀэркъэ цӀыхухъум и щхьэц кӀыхьмэ, зэремыкӀур,</verse>
				<verse number="15">ауэ цӀыхубзым и щхьэцыр кӀыхьмэ, къызэрекӀур? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхубзым щхьэц кӀыхь къритащ, щхьэтепхъуэ папщӀэу</verse>
				<verse number="16">Мы ӀуэхумкӀэ зыгуэр къыдэныкъуэкъуну хуеймэ, дэри Тхьэм и члисэ зэхуэсхэми нэгъуэщӀ хабзэ зэрыдимыӀэр ирырещӀэ.</verse>
				<verse number="17">Мы унафэхэр щыфхуэсщӀкӀэ, сыфщытхъун слъэкӀынукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фызэрызэхуэсым фӀы къыхэкӀыркъым, атӀэ къыхэкӀыр Ӏейщ.</verse>
				<verse number="18">Япэрауэ, члисэм фыщызэхуэсмэ, гуп-гупрэ фызэрызэхэкӀыр зэхызох. Зы лъэныкъуэкӀи ар си фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="19">Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Абы нэмыщӀ, фышхэну фыщызэхуэскӀэ, Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэракъым фшхыр.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фышхэ щыхъукӀэ, зыр адрейм пэмыплъэу, шхэн щӀыводзэ. Апхуэдэу, зыр ныбэнэщӀу къонэ, адрейр чэф мэхъури мэудафэ.</verse>
				<verse number="22">Фыщышхэн икӀи фыщефэн унэхэр фиӀэкъэ? Е Тхьэм и члисэ зэхуэсыр зэвмыпэсу, зыри зимыӀэр вгъэукӀытэну ара? Сыт нывжесӀэнур? Сыфщытхъун? Хьэуэ, сыфщытхъунукъым.</verse>
				<verse number="23">Мы къыфхуэзгъэнэхуа Ӏуэхухэр езы Зиусхьэным къысхуигъэнэхуащ. Зиусхьэныр тепщэныгъэ зиӀэхэм щаӀэщӀыхьа жэщым щӀакхъуэр къищтэщ,</verse>
				<verse number="24">Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀу, зэгуищӀыкӀри къыжиӀащ: «Мы щӀакхъуэр, фӀагъ къыфхудэкӀуэн щхьэкӀэ, сипкъ зэгуэщӀыкӀынуращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мы щӀакхъуэр фшхы».</verse>
				<verse number="25">Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Зиусхьэным фалъэр къищтэри, жиӀащ: «Мы фалъэм ит санэр Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэ зэгурыӀуэныгъэщӀэращ. А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ жорым щысщӀэкӀыну лъыращ. Мы санэм фефэн хъумэ, фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, фефэ».</verse>
				<verse number="26">Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, мы щӀакхъуэр фшхын хъуми, мы фалъэм итым фефэн хъуми, Зиусхьэныр зэрылӀам и хъыбарыр абыкӀэ фӀуатэу арщ.</verse>
				<verse number="27">Аращи, хэт хуэмыфащэу Зиусхьэным и щӀакхъуэр ишхми, е абы и фалъэм итым ефэми, Зиусхьэным и пкъымрэ и лъымрэ дежкӀэ гуэныхь ищӀауэ къуаншэ мэхъу.</verse>
				<verse number="28">Хэти езым игу илъыр ирегъэунэхуж, итӀанэ щӀакхъуэр ирешхи, фалъэм итми ирефэ.</verse>
				<verse number="29">ЩӀакхъуэр Зиусхьэным зэрипкъыр зэхимыщӀыкӀыу, хуэмыфащэу ар зышхыу икӀи санэм ефэм зэришхымкӀи зэрефэмкӀи къуаншэ мэхъу.</verse>
				<verse number="30">Абы щхьэкӀэ къару зимыӀэу икӀи сымаджэу цӀыху куэд къыфхэтщ, лӀахэри мащӀэкъым.</verse>
				<verse number="31">Дэ зыдгъэунэхужауэ щытамэ, Тхьэм апхуэдэу дигъэпшынэнутэкъым.</verse>
				<verse number="32">Ауэ мы зэманым Зиусхьэным хьэкум къыщыттрищӀыхькӀэ, дызрегъэдаӀуэ, дунейм и цӀыхухэм дащӀыгъуу дэри къуаншэ дымыхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="33">Аращи, си къуэшхэ, фышхэн щхьэкӀэ фызэхуэсмэ, зыр зым преплъэ.</verse>
				<verse number="34">Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зыхуэдэр фымыщӀэу фыкъэзгъэнэну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="2">Мэссихь щывмыщӀэм щыгъуэ, тхьэ нэпцӀ бзагуэхэм фыкъызэрырашэкӀам хуэдэу, а тхьэ нэпцӀхэм я деж фыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхухэм къарит лъэкӀыныгъэхэр зэхуэмыдэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыщ.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхухэм Зиусхьэным хуащӀэ Ӏуэхухэр зэхуэмыдэщ, ауэ а цӀыху псори а зы Зиусхьэным хуолажьэ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм цӀыхухэм Ӏуэху ящӀэну лъэкӀыныгъэ зэраритыр зэхуэмыдэщ, ауэ а Ӏуэху псори цӀыху псоми ящӀэну лъэкӀыныгъэ езыт Тхьэр зыщ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дэтхэнэ зыми зэхуэмыдэу закърегъэлъагъу, и фӀагъ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми яригъэкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, акъылыфӀагъэ зыхэлъ псалъэхэр жиӀэну зы цӀыхум лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм тету, щӀэныгъэ зиӀэ псалъэхэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет;</verse>
				<verse number="9">нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фӀэщхъуныгъэ иӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэ дыдэм къыбгъэдэкӀыу, сымаджэхэр игъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр кърет;</verse>
				<verse number="10">нэгъуэщӀ цӀыхуми Ӏуэху телъыджэхэр илэжьыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхум и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху гуэр къыбгъэдэкӀрэ къыбгъэдэмыкӀрэ зэхищӀыкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми имыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми а бзэхэр зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет.</verse>
				<verse number="11">А Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм ахэр ящӀэну лъэкӀыныгъэ къезытыр. Щхьэхуэ-щхьэхуэу, зэрыхуейм тету Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр лъэкӀыныгъэ псоми къарет.</verse>
				<verse number="12">Пкъым и пкъыгъуэхэр куэд хъуми, пкъыр зыщ. А пкъыгъуэхэр куэд хъуми, псори а зы пкъым щыщщ. Мэссихь и Ӏуэхури апхуэдэщ.</verse>
				<verse number="13">Дэ псори дыжуртми, дыалыджми, дыпщылӀми, дыщхьэхуитми, а зы Псэ ЛъапӀэр ди гум илъын щхьэкӀэ дыщаумэхъым, Мэссихь и пкъым щыщ дыхъуащ псори. Мэссихьи а зы Псэ ЛъапӀэм ди Ӏыхьэ хэлъ ищӀащ.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пкъым и пкъыгъуэхэр зыкъым, атӀэ куэд мэхъу.</verse>
				<verse number="15">Лъакъуэм, «Ӏэуэ сызэрыщымытым щхьэкӀэ, пкъым сыщыщкъым», жиӀэмэ, абы щхьэкӀэ пкъым щымыщ хъурэ?</verse>
				<verse number="16">ТхьэкӀумэми, «Нэуэ сызэрыщымытым щхьэкӀэ, пкъым сыщыщкъым», жиӀэмэ, абы щхьэкӀэ пкъым щымыщ хъурэ?</verse>
				<verse number="17">Пкъыр зэрыщыту нэуэ щытатэмэ, дэӀуэным и Ӏуэху дауэ хъунт? Апхуэдэуи, пкъыр зэрыщыту тхьэкӀумэу щытатэмэ, мэ къыпщӀихьэным и Ӏуэху дауэ хъунт?</verse>
				<verse number="18">Тхьэм пкъым и пкъыгъуэ псори зэхилъхьащ, дэтхэнэ зыри езыр зэрыхуейм тету.</verse>
				<verse number="19">Пкъым зы пкъыгъуэ закъуэ фӀэкӀ хэмылъатэмэ, ар дауэ хъунт?</verse>
				<verse number="20">ДыкъызэригъэщӀащи, пкъым и пкъыгъуэхэр куэд мэхъу, итӀани пкъыр зыуэ щытщ.</verse>
				<verse number="21">Нэм, «Уэ сыпхуэныкъуэкъым», жиӀэу, Ӏэм жриӀэфынукъым. Щхьэми, «Сэ сыфхуэныкъуэкъым», жиӀэу, лъакъуэхэм яжриӀэфынукъым.</verse>
				<verse number="22">Пкъым щыщ пкъыгъуэу нэхъ мыхьэнэншэу тлъытэхэм нэхъ дахуэныкъуэщ.</verse>
				<verse number="23">Пкъым щыщ пкъыгъуэу пщӀэ зыхуэмыфащэу тлъытэхэм нэхъ дахуосакъ.</verse>
				<verse number="24">Пкъым щыщ пкъыгъуэу ди укӀытапӀэхэр нэхъ дыхуэсакъыу догъэпщкӀу. Пкъым щыщ пкъыгъуэу ди мыукӀытапӀэхэр дгъэпщкӀун хуейкъым. Пкъым щыщ пкъыгъуэу пщӀэ зимыӀэхэм адрейхэм нэхърэ нэхъ пщӀэ яхуищӀу, Тхьэм пкъыр зэхилъхьащ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, езым и пкъым щыщхэр, дызэпэмыуву, зэхуэдэу дызыхуэсакъыжыну арщ.</verse>
				<verse number="26">Аращи, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэр гугъу ехьмэ, ар пкъым щыщ пкъыгъуэ псоми дашэч. Апхуэдэу, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщӀэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфӀэ.</verse>
				<verse number="27">Фэ Мэссихь фрипкъщ, фэ фщыщ дэтхэнэ зыри а пкъым щыщщ.</verse>
				<verse number="28">Япэрауэ члисэ зэхуэсым хуэлэжьэну Тхьэм цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ. ЕтӀуанэрауэ, цӀыху гуэрхэри бегъымбару игъэуващ. Ещанэрауэ, цӀыху гуэрхэми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъэщӀэну игъэуващ. Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэну цӀыху гуэрхэри игъэуващ. Сымаджэхэр ягъэхъужын щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэхэр яӀэну цӀыху гуэрхэр игъэуващ итӀанэ. НэгъуэщӀхэри адрей цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, нэгъуэщӀхэри унафэщӀу лэжьэну, нэгъуэщӀхэри езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну игъэуващ.</verse>
				<verse number="29">ЦӀыху псори апостолу щыткъым, пэжкъэ? ЦӀыху псори бегъымбару щыткъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъащӀэркъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми Ӏуэху телъыджэхэр ялэжыркъым, пэжкъэ?</verse>
				<verse number="30">ЦӀыху псоми сымаджэхэр ягъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр яӀэкъым, пэжкъэ? Езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ цӀыху псори псалъэркъым, пэжкъэ? ЦӀыху псоми апхуэдэ бзэхэр зэрадзэкӀыркъым, пэжкъэ?</verse>
				<verse number="31">ЛъэкӀыныгъэу я нэхъ инхэм я ужь фит. Иджы гъуэгу нэхъыфӀыр сэ фэзгъэлъагъунщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.</verse>
				<verse number="3">СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="4">ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым.</verse>
				<verse number="5">ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым.</verse>
				<verse number="6">ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр.</verse>
				<verse number="7">ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.</verse>
				<verse number="8">ФӀылъагъуныгъэр зэи кӀуэдыжынукъым. Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр яӀуэтэн пачынущ. ЦӀыхухэм ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэн щагъэтыжынущ. ЩӀэныгъэри кӀуэдыжынущ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу щӀэхъунур ди щӀэныгъэр нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ, Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр зэраӀуэтэжри нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ.</verse>
				<verse number="10">Нэгъэса Ӏуэхур къыщыкӀуэкӀэ, нэмыгъэса Ӏуэхур кӀуэдыжынущ.</verse>
				<verse number="11">Сабийуэ сыщыщытам, сабийм хуэдэу сыпсалъэрт, сабийм хуэдэуи сыгупсысэрт икӀи сабийм и зэхэщӀыкӀэм хуэдэт си зэхэщӀыкӀыр. Ауэ балигъ сыщыхъум, а сабиигъэр къызэзнэкӀащ.</verse>
				<verse number="12">Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="13">Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">Фигухэм фӀылъагъуныгъэ зэрилъыным фи фӀэщу фыхущӀэкъу. Тхьэм лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитыным фыхущӀэкъу, Тхьэм езым и псалъэхэр фигухэм кърилъхьэурэ, псом хуэмыдэжу ахэр къыжыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитыным и ужь фит.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ имыщӀэ бзэмкӀэ псалъэр цӀыхухэм епсалъэркъым, атӀэ Тхьэм йопсалъэ, къыжиӀэ псалъэхэр зыми къыгурыӀуэркъыми. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щэхухэр къыжеӀэ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр цӀыхухэм йопсалъэ, гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт, ягурегъаӀуэ икӀи егъэгушхуэ.</verse>
				<verse number="4">Езым имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зрегъэгъуэтыж, ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэм члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт.</verse>
				<verse number="5">Фэ псори фымыщӀэ бзэхэмкӀэ фыпсэлъэну сыхуейщ, ауэ абы нэхърэ Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр къызэрыжыфӀэным и лъэкӀыныгъэ фиӀэну нэхъ сыхуейщ. Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм нэхърэ нэхъ инщ, а бзэр зыгуэрым зэримыдзэкӀмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Иджы, си къуэшхэ, фи деж сынакӀуэу, сымыщӀэ бзэкӀэ сыкъэпсалъэмэ, сыт си фӀагъыу къывэкӀынур? Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхухэр вжезмыӀэу, е щӀэныгъэ фэзмыту, е Тхьэм езым и псалъэу си гум кърилъхьэхэр жызмыӀэмэ, е Ӏуэху гуэрхэр фэзмыгъащӀэмэ, си фӀагъыу зыри къывэкӀынукъым, пэжкъэ?</verse>
				<verse number="7">Абы ещхьу, шыкӀэ пшынэм, къамылым, е нэгъуэщӀ гуэрхэу макъ къызыпыӀукӀхэм макъ зэхуэмыдэхэр ямыӀэмэ, я макъамэр дауэ зэхэпщӀыкӀыну?</verse>
				<verse number="8">Бжьамиишхуэм и макъыр мыӀупщӀмэ, хэт зауэм зыхуэзыгъэхьэзырынур?</verse>
				<verse number="9">Фи Ӏуэхури зытетыр апхуэдэщ. ЗэхамыщӀыкӀын псалъэхэр фи бзэкӀэ къыжыфӀэмэ, жыфӀэр дауэ зэхащӀыкӀыну? Жьыбгъэм фыхэпсалъэ къудейщ.</verse>
				<verse number="10">Дунейм бзэ зэхуэмыдэ куэд тетщ, псоми зыгуэр къокӀ.</verse>
				<verse number="11">Ауэ бзэм къикӀыр сэ зэхэзмыщӀыкӀмэ, къэпсалъэм дежкӀэ сыхамэ цӀыхущ, езыри сэркӀэ хамэ цӀыхущ.</verse>
				<verse number="12">Фэри Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитынум фыхущӀокъури, члисэ зэхуэсым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтын щхьэкӀэ, апхуэдэ лъэкӀыныгъэхэр нэгъэсауэ фиӀэ зэрыхъуным фыхущӀэкъу.</verse>
				<verse number="13">Аращи, имыщӀэ бзэкӀэ къэпсалъэм а бзэри зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ къритынкӀэ Тхьэм ирелъэӀу.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сымыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм селъэӀумэ, си псэкӀэ солъэӀу, ауэ си акъылыр лажьэркъым.</verse>
				<verse number="15">Абы щыгъуэ сыт сщӀэнур? Си псэкӀи си акъылкӀи Тхьэм селъэӀунущ. Си псэкӀи си акъылкӀи тхьэщӀыхь уэрэдхэр жысӀэнущ.</verse>
				<verse number="16">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуэпщӀмэ, мы Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыхухэм ящыщ гуэрым уи тхьэщӀыхьым «Ӏэмин» хужиӀэн дауэ зэрылъэкӀынур? ЖыпӀэр къыгурыӀуэнукъым, пэжкъэ?</verse>
				<verse number="17">Уэ Тхьэм фӀыщӀэ хубощӀ, ауэ абы и фӀагъ адрейм екӀыркъым.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ сымыщӀэ бзэкӀэ фэ псоми нэхърэ нэхъыбэу сызэрыпсалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="19">Ауэ члисэ зэхуэсым сыщыӀэу, сымыщӀэ бзэкӀэ псалъэ мин къыжысӀэным нэхърэ, цӀыхухэм Ӏуэху гуэрхэр езгъэщӀэн щхьэкӀэ, си акъылкӀэ псалъитху къыжысӀэныр нэхъ къызощтэ.</verse>
				<verse number="20">Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.</verse>
				<verse number="21">Зиусхьэным мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр Торэт хабзэм итщ: «ХамэбзэхэмкӀи хамэхэм я жьэкӀи мы лъэпкъым сепсэлъэнущ. Сепсалъэ пэтми, къызэдэӀуэнукъым».</verse>
				<verse number="22">Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ цӀыху гуэр имыщӀэ бзэхэмкӀэ псалъэмэ, ар нэщэнэ зыхуэхъур фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр аркъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэрщ. Ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьа цӀыхум ахэр къыщыжиӀэкӀэ, ар нэщэнэ зыхуэхъур фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр аркъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэрщ.</verse>
				<verse number="23">Члисэ зэхуэсым щыщ псори фызэӀущӀауэ, фымыщӀэ бзэхэмкӀэ псори фыпсалъэу, а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ е фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэрхэр а зэхуэсым къыхыхьэмэ, «Фэ фыделэщ», жаӀэнкъэ?</verse>
				<verse number="24">Тхьэм езым и псалъэу фигухэм кърилъхьэр фэ псоми къыжыфӀэ щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэр е а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыху гуэр фи зэхуэсым къыхыхьэмэ, фэ псоми къыжыфӀэ псалъэхэм зэхрагъэщӀыкӀынущ гуэныхьыщӀэ цӀыхуу зэрыщытыр, и гум илъри ягъэунэхунущ.</verse>
				<verse number="25">А цӀыхум и гум илъ щэхухэр нахуэ къохъу апхуэдэу. И бгъэгукӀэ щӀым зытридзэурэ, абы Тхьэр игъэлъэпӀэнущ икӀи «ИпэжыпӀэкӀэ Тхьэр фи гъусэщ», жиӀэнущ.</verse>
				<verse number="26">Сыт итӀанэ, си къуэшхэ? ФыщызэхуэскӀэ, зым тхьэщӀыхь уэрэд жреӀэ, адрейм Ӏуэху гуэр фрегъащӀэ, нэгъуэщӀми Тхьэм къыхуигъэнэхуа Ӏуэху гуэр къреӀуатэ, зыр имыщӀэ бзэкӀэ ирепсалъэ, адрейм ар зэрыредзэкӀ. Мы Ӏуэху псоми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фагъэгъуэтыну ирехъу.</verse>
				<verse number="27">Езыхэм ямыщӀэ бзэкӀэ цӀыху гуэрхэр псэлъэн хъумэ, цӀыхуитӀ е цӀыхуищ, нэхъыбэ иремыхъу, зыр зым кӀэлъыкӀуэу ирепсалъэ. Абыхэм къыжаӀэр нэгъуэщӀым зэрыредзэкӀ.</verse>
				<verse number="28">Ауэ зэзыдзэкӀыфын цӀыху щымыӀэмэ, имыщӀэ бзэкӀэ псалъэм члисэ зэхуэсым щремыпсалъэ. И щхьэмрэ Тхьэмрэ ирепсалъэ.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэ зрит цӀыхухэм ящыщ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ фи зэхуэсым къыщрепсалъэ, къыжаӀэри адрейхэм ирагъэунэху.</verse>
				<verse number="30">Тхьэм зэхуэсым хэтхэм ящыщ гуэрым Ӏуэху гуэр къыхуигъэнахуэмэ, япэу къэпсэлъар иреувыӀэж.</verse>
				<verse number="31">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ псоми Тхьэм езым и псалъэу фи гум кърилъхьэр зыр зым и ужь иту жыфӀэн флъэкӀынущ, адрей цӀыху псоми зыгуэр зрагъэщӀэн, псори гушхуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="32">Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэну лъэкӀыныгъэр зрит цӀыхухэм я ӀэмыщӀэ а лъэкӀыныгъэр илъщ,</verse>
				<verse number="33">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гузэгъэгъуэм и Тхьэуэ щытщ, Ӏуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я члисэ зэхуэс псоми я Ӏуэху зытетыр апхуэдэщ.</verse>
				<verse number="34">ЦӀыхубзхэр члисэ зэхуэсым щрещым. Ахэр псэлъэну хуиткъым, атӀэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, я щхьэгъусэхэм яхуэӀурыщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="35">Ӏуэху гуэр зрагъэщӀэну хуеймэ, я щхьэгъусэхэм унэм щреупщӀ; члисэ зэхуэсым цӀыхубзыр щыпсэлъэныр екӀуркъым.</verse>
				<verse number="36">Тхьэм и псалъэхэр фэра къызыбгъэдэкӀар, жызоӀэ? Е а псалъэхэр зылъэӀэсар фи закъуэ?</verse>
				<verse number="37">ЦӀыху гуэрым и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ иӀэу къыфӀэщӀмэ, е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум илъу и гугъэмэ, мы ныфхуэстхыр Зиусхьэным зэриунафэр къыгурыреӀуэ.</verse>
				<verse number="38">Ар къызыгурымыӀуэ цӀыхум къыгурыремыӀуэ.</verse>
				<verse number="39">Аращи, си къуэшхэ, Тхьэм езым и псалъэхэр фи гум кърилъхьэурэ, ахэр жыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитынум фыхущӀэкъу, ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэнумэ, цӀыхухэм ар япэвымыубыд.</verse>
				<verse number="40">Ӏуэху псори екӀурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">ФэзгъэщӀа хъыбарыфӀыр фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ. А хъыбарыфӀыр вдауэ, фи фӀэщу абы фытетщ.</verse>
				<verse number="2">ФымыкӀуэду а хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм фыкърегъэл, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытетмэ. Апхуэдэу щымытмэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэнщ хъуащ.</verse>
				<verse number="3">Ӏуэху псоми япэу хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихь къысӀэщӀилъхьар къыфхуэзгъэнащ: Тхьэм и псалъэ тхахэм тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, лӀащ Мэссихь.</verse>
				<verse number="4">Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь Кифэ зыкъригъэлъэгъуащ итӀанэ. И гъуэгу ирикӀуэ лӀы пщыкӀутӀым закъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ.</verse>
				<verse number="6">Къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм закъригъэлъэгъуащ итӀанэ. Абыхэм ящыщу нэхъыбэр псэущ, ящыщ гуэрхэри дунейм ехыжащ.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ Екъуби зыкъригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ, итӀанэ апостол псоми закъригъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="8">Псом я ужькӀэ сэ, сабий мылъхуэсым хуэдэм, зыкъызигъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ.</verse>
				<verse number="10">Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.</verse>
				<verse number="11">ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзыгъэӀэсыр сэрауэ щытми, адрей апостолхэрауэ щытми, а хъыбарыфӀырщ ялъэдгъэӀэсыр. Фэри фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ а хъыбарыфӀымкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэтӀуатэ пэтми, фэ фщыщу цӀыху гуэрхэм, «ЛӀахэр къызэрытэджыжынур пэжкъым», жаӀэу, дауэ жаӀэн ялъэкӀрэ?</verse>
				<verse number="13">ЛӀахэр къэмытэджыжынумэ, абы щыгъуэ Тхьэм Мэссихьи лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжынтэкъым.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фэ фэдгъащӀэ хъыбарыфӀым пщӀэ иӀэнутэкъым, ди фӀэщхъуныгъэми пщӀэ иӀэнутэкъым.</verse>
				<verse number="15">Абы нэмыщӀу, Тхьэм щыхьэт нэпцӀ дыхуэхъуауэ къыщӀидзынт, Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжам щыхьэт дыхуэхъуащ, ауэ «Тхьэм лӀахэр къигъэтэджыжынукъым», жаӀэу, а цӀыхухэм зэрыжаӀэм тету щытамэ, Тхьэм Мэссихьи къигъэтэджыжынтэкъым.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, Мэссихьи къигъэтэджыжынтэкъым.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фи фӀэщхъуныгъэр пщӀэншэ хъунт, фи гуэныхьхэри иджыри фтелъынут.</verse>
				<verse number="18">МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр кӀуэдауэ хъунт абы щыгъуэм.</verse>
				<verse number="19">Мэссихь дызэрыщыгугъыр дуней гъащӀэ закъуэр арамэ, цӀыху псоми нэхърэ нэхъ гъуэгу мыгъуэ теувахэр дэращ.</verse>
				<verse number="20">Ауэ зэрыщыӀэщи, Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм адрей лӀахэр къызэригъэтэджыжынумкӀэ Мэссихь сакъылэт къытхуэхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэныгъэр къызыпкърыкӀар зы цӀыху закъуэщ, апхуэдэуи лӀахэм я къэтэджыжыныр къызыпкъырыкӀынур зы цӀыхущ.</verse>
				<verse number="22">ЦӀыху псори Ӏэдэм къызэрытехъукӀахэм щхьэкӀэ, зэрылӀэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ.</verse>
				<verse number="23">Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="24">Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ. Ар къыщыскӀэ, Мэссихь Ӏэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиӀэ псори, лъэкӀыныгъэ зиӀэ псори игъэкӀуэда нэужь, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм тепщэныгъэшхуэр абы къритынущ.</verse>
				<verse number="25">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.</verse>
				<verse number="26">Иужьрей бийуэ Тхьэм игъэкӀуэдынур лӀэныгъэр арщ;</verse>
				<verse number="27">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм псори Мэссихь и лъэгу щӀагъым щӀигъэуващ». Тхьэм псори Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувауэ жиӀэу, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщи, Мэссихь и тепщэныгъэм псори щӀэзыгъэува Тхьэр зэрахэмытыр нахуэщ.</verse>
				<verse number="28">Тхьэм псори езым и Къуэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэува нэужь, и Къуэри Тхьэуэ псори зи щӀагъ щӀэзыгъэувам и тепщэныгъэм щӀэувэнущ. Апхуэдэу, Тхьэр цӀыху псом я дежкӀи сыти мэхъу.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, лӀахэм я пӀэкӀэ зезыгъэумэхъ цӀыхухэм сыт я гум илъыр? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжынумэ, лӀахэм я пӀэкӀэ сыт зыщӀрагъэумэхъыр?</verse>
				<verse number="30">Дэри сыхьэт къэс шынагъуэм сыт зыщӀыхэдгъахуэр?</verse>
				<verse number="31">Си къуэшхэ, Мэссихь Хьисэ ди Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщымкӀэ сызэрыпагэр зэрыщыпкъэм хуэдэу, лӀэныгъэм махуэ къэси сызэрыпэгъунэгъури пэжщ.</verse>
				<verse number="32">ЦӀыхухэм я гупсысэкӀэм тету сегупсысу щытатэмэ, Ефес къалэм сыщыӀэу, хьэкӀэкхъуэкӀэ хуэдэ цӀыхухэм сащебэным, сыт абы и фӀагъыу къыхэкӀыну щытар? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжыну щытмэ, «Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпӀэмэ пщэдей дылӀэнущ».</verse>
				<verse number="33">Аращи, цӀыхухэм зыкъевмыгъэгъапцӀэ: Ныбжьэгъу Ӏейхэм цӀыху щэныфӀэр ягъэкӀуэд.</verse>
				<verse number="34">ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.</verse>
				<verse number="35">Зыгуэрым жиӀэнкӀэ мэхъу: «ЛӀахэр дауэ къызэрытэджыжынур? Я пкъыр сытым хуэдэну?»</verse>
				<verse number="36">Уэ, цӀыху зэхэщӀыкӀыншэ! ЩӀым хэпсэр мылӀэмэ, къэпсэужыфынукъым.</verse>
				<verse number="37">ЩӀым жылэ щыхэпсэкӀэ, къэкӀынум и пкъыракъым хэпсэр, атӀэ жылэ къудейщ, гуэдзым и жылэщ е нэгъуэщӀым и жылэщ.</verse>
				<verse number="38">Тхьэр зэрыхуейм тету пкъы кърет, дэтхэнэ зы жылэ лъэпкъми езым и пкъыр кърет.</verse>
				<verse number="39">Пкъы псори зэхуэдэкъым. ЦӀыхум и пкъыр зыщ, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я пкъыр щхьэхуэщ, къуалэбзухэм я пкъыр нэгъуэщӀщ, бдзэжьейхэри аращ.</verse>
				<verse number="40">Уафэм и пкъыхэри щыӀэщ. ЩӀылъэм тет пкъыхэри щыӀэщ. Уафэм щыӀэ пкъыхэм я дахагъэр щхьэхуэщ, щӀылъэм тет пкъыхэми я дахагъэр нэгъуэщӀщ.</verse>
				<verse number="41">Дыгъэм езым и дахагъэр иӀэжщ, мазэми нэгъуэщӀ дахагъэ иӀэщ, вагъуэхэри аращ. Вагъуэхэм я дахагъэкӀэ зэщхьэщокӀ.</verse>
				<verse number="42">ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и Ӏуэхури апхуэдэщ зэрыщытынур. ЩӀым хасэ жылэм хуэдэу, щӀым щӀалъхьэ пкъыр кӀуэдынущ, ауэ къэтэджыжыну пкъыр мыкӀуэду къелынущ.</verse>
				<verse number="43">Зэрамыпэсу щӀым щӀалъхьэ, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэтэджыжынущ. Къару имыӀэжу щӀалъхьэ, ауэ къару иӀэу къэтэджыжынущ.</verse>
				<verse number="44">ЩӀалъхьэр лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыращ, къэтэджыжынур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыр арщ. Лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыр щыӀэмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыри щыӀэщ.</verse>
				<verse number="45">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.</verse>
				<verse number="46">Япэу къакӀуэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум кърит пкъыр аркъым, атӀэ лымрэ къупщхьэмрэ къахэщӀыкӀа пкъыр арщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм цӀыхум къритыну пкъыр къыщыкӀуэнур иужькӀэщ.</verse>
				<verse number="47">Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.</verse>
				<verse number="48">Мы дунейм тет цӀыхухэр Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум хуэдэщ. Уафэм щыпсэу цӀыхухэр уафэм щыщым хуэдэнущ.</verse>
				<verse number="49">Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум дызэрыхуэдэм ещхьу, уафэм щыщми дыхуэдэнущ.</verse>
				<verse number="50">Ауэ, си къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ: Лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхум Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысыфынукъым. КӀуэдыжын хуейм мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу иӀэ хъуфынукъым.</verse>
				<verse number="51">ФыкъэдаӀуэ, щэху гуэр нывжесӀэнущ: Дэ псори дылӀэнукъым,</verse>
				<verse number="52">ауэ занщӀэу, напӀэзыпӀэм, дунейм и кӀэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыӀукӀэ, Тхьэм дэ псори дызэрихъуэкӀынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бжьамиишхуэм и макъыр къэӀунущ, лӀахэри мыкӀуэдыжыну къэтэджыжынущ, Тхьэми дызэрихъуэкӀынущ.</verse>
				<verse number="53">Пкъы кӀуэдыжынум мыкӀуэдыжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ, лӀэжыну пкъыми мыкӀуэдыжын гъащӀэм и фащэр зыщитӀэгъэн хуейщ.</verse>
				<verse number="54">Пкъы кӀуэдыжынум мыкӀуэдыжыныгъэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, лӀэжыну пкъыми мыкӀуэдыжын гъащӀэм и фащэр зыщитӀэгъа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъунущ: «Тхьэм текӀуэныгъэр къихьри, лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ».</verse>
				<verse number="55">«Уэ, лӀэныгъэ, уи шэрэзым и къарур дэнэ щыӀэ? Уэ, жыхьэнмэ, уи текӀуэныгъэр дэнэ щыӀэ?»</verse>
				<verse number="56">ЛӀэныгъэм и шэрэзыр гуэныхьыращ. УнафэкӀи гуэныхьым тепщэныгъэ къытхуиӀэщ.</verse>
				<verse number="57">Ауэ Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Абы ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь текӀуэныгъэр къыдитэнэу ищӀащ.</verse>
				<verse number="58">Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуэфхьэс ахъшэм теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящӀэну зэражесӀам хуэдэу, фэри фщӀэ:</verse>
				<verse number="2">Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ.</verse>
				<verse number="3">Сэ сынакӀуэмэ, фэ къыхэфха къуэшхэм тхылъ естынущ, фи тыгъэр здезгъэхьынурэ, Ерусалим згъэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="4">Сэри сыкӀуэну къезэгъыу къэтлъытэмэ, ахэр си гъусэу нэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="5">Македоние хэкум сыкӀуэцӀрыкӀа нэужь, фи деж сынэкӀуэнущ, Македоние хэкум сыкӀуэцӀрыкӀыну сигу илъщи.</verse>
				<verse number="6">Фи деж тэлайкӀэ зыщысӀэжьэнкӀэ, е щӀымахуэр щизхынкӀэ хъунущ. Дэнэ сыкӀуэу щытми, си гъуэгумкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъунущ.</verse>
				<verse number="7">ИджыпстукӀэ кӀуэрыкӀуэм тету фыслъагъуу, фи къалэм сыблэкӀыну сыхуейкъым, ауэ Зиусхьэным жиӀэмэ, фи деж зыкъомрэ сыкъэнэн си гугъэщ.</verse>
				<verse number="8">Пэнтэкост махуэшхуэм нэсыху Ефес къалэм сыкъыдэнэнущ,</verse>
				<verse number="9">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.</verse>
				<verse number="10">Тимофей накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ.</verse>
				<verse number="11">Зыми нэмыплъ кърыремыт. Арэзыуэ си деж къэкӀуэжыну и гъуэгукӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу. Къуэшхэр си гъусэу сыпоплъэ.</verse>
				<verse number="12">Ди къуэш Аполлос теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Къуэшхэм я гъусэу фи деж нэкӀуэну куэду селъэӀуащ. Ауэ иджыпстукӀэ нэкӀуэну хуеякъым. И Ӏуэху щрихьэлӀэ, нэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="13">Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.</verse>
				<verse number="14">ФщӀэ псори фӀылъагъуныгъэкӀэ фщӀэ.</verse>
				<verse number="15">Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм.</verse>
				<verse number="16">СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ.</verse>
				<verse number="17">Стефан, Фортунат, Ахаик сымэ си деж къыщыкӀуам сыгуфӀащ. Мыбы фэ фызэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ фи пӀэ иуващ ахэр.</verse>
				<verse number="18">Абыхэм сэ сигури фэ фигури ягъэпсэхужащ. Апхуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ.</verse>
				<verse number="19">Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="20">Къуэш псоми фӀэхъус къывахыж. ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх.</verse>
				<verse number="21">Сэ, Паул, си ӀэкӀэ си фӀэхъусыр фызох.</verse>
				<verse number="22">Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.</verse>
				<verse number="23">Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀ къыфщрехуэ.</verse>
				<verse number="24">Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сэ фэ псори фӀыуэ фызолъагъу. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="47">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ. ГущӀэгъуныгъэшхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкӀ Тхьэр арщ.</verse>
				<verse number="4">Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм ди гу зэрегъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цӀыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкӀынущ дэри.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.</verse>
				<verse number="6">Дэ гузэвэгъуэ дыщӀыхэтыр Тхьэм фэ фигу игъэзэгъэн икӀи фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэщ. Тхьэм дигу къыщӀигъэзагъэр дэ тшэч гугъуехьхэм хуэдэхэр теубыдагъэкӀэ фшэчын флъигъэкӀыурэ, фигу игъэзэгъэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="7">Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.</verse>
				<verse number="8">Асие хэкум дызыщыхэта гузэвэгъуэм и хъыбарыр фэдгъэщӀэн хуейуэ долъытэ. Псэууэ дыкъелыну дымыгугъэжу, тшэчыфынум и лейуэ гузэвэгъуэшхуэ дыдэм дыхэтащ.</verse>
				<verse number="9">Пэжу, укӀкӀэ хьэкум дигукӀэ зытетщӀыхьыжат. Ар щӀэхъуар ди щхьэм дыщымыгугъыжу, лӀахэр къэзыгъэтэджыж Тхьэм дыщыгугъын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="10">Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.</verse>
				<verse number="12">Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.</verse>
				<verse number="13">Фызэджэфынум икӀи къывгурыӀуэфынум фӀэкӀа нэгъуэщӀ ныфхуэттхакъым. Нэгъэсауэ къывгурымыӀуари нэгъэсауэ къызэрывгурыӀуэным сыщогугъ. Ди Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм дэ фэркӀэ дызэрыпэгэнум хуэдэу, фэри дэркӀэ фыпэгэнущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="14"></verse>
				<verse number="15">Абы сыщыгугъти, фи деж япэ сынэкӀуэну сыхуеящ, си фӀагъ тӀэунейкӀэ къывэкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="16">Македоние хэкум сыщыкӀуэкӀэ, фи дежкӀэ сыкӀуэцӀрыкӀын си мурадащ; Македонием сыкъыщикӀыжкӀи, фи дежкӀэ сынакӀуэу, адэкӀэ Иудей хэкум сыкӀуэнымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыхуейт.</verse>
				<verse number="17">Апхуэдэ мурад сиӀэ щыхъум, си гурылъыр сымыщӀэжу сыщытауэ ара? Е мы дунейм и цӀыхухэм мурад зэращӀым хуэдэу, сэри сщӀырэ? Зэм «Аращ», зэм «Хьэуэ, аракъым», жысӀэу си хабзэ?</verse>
				<verse number="18">Псалъэу нывжетӀар зэм арауэ, зэм армырауэ зэрыщымытыр Тхьэм и щыпкъагъэмкӀэ къыжызоӀэ.</verse>
				<verse number="19">Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэху псоми «Аращ», икӀи «Ӏэмин» яхуэхъуурэ, ахэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр Мэссихьщ, дэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэращ фэри дэри Мэссихь и гъуэгу быдэу дытезыгъэтри, ди Ӏуэхур тщӀэну дызыгъэувари.</verse>
				<verse number="22">Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.</verse>
				<verse number="23">Пэжыр жызмыӀэмэ, срекӀуэд. Сыфщысхьын щхьэкӀэщ Коринф къалэм иджыри къэс сыныщӀэмыкӀуар. АбыкӀэ щыхьэт къысхуэхъуну Тхьэм зыхузогъазэ.</verse>
				<verse number="24">Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Аращи, фи гур хэзгъэщӀыурэ фи деж аргуэру сынэмыкӀуэжыным тезубыдащ.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фи гур хэзгъэщӀмэ, фэ зи гур хэзгъэщӀа фэр фӀэкӀа сызыгъэгуфӀэну хэт къэнэжыр?</verse>
				<verse number="3">Фэ сызыгъэгуфӀэн хуейхэм сыныщыкӀуэкӀэ си гур хэвмыгъэщӀын щхьэкӀэщ мыр нызэрыстхам хуэдэу ныщӀыфхуэстхар. Сэ сызыгъэгуфӀэ Ӏуэхум фэ псори фызэригъэгуфӀэр си фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэрэ гухэщӀыгъэшхуэрэ сиӀэу, сыгъыурэ ныфхуэстхащ. Фи гур хэзгъэщӀын щхьэкӀэкъым аракъым ныщӀэстхар, атӀэ фэ фхузиӀэ фӀылъагъуныгъэр зэрыиныр фэзгъэщӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Зыгуэрым нэгъуэщӀым игу хигъэщӀамэ, зигу хигъэщӀар си закъуэкъым, езмыгъэлейуэ жысӀэмэ, фэ псоми гухэщӀыныгъэр Ӏыхьэ фхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="6">Фэ фщыщу нэхъыбэм апхуэдэ цӀыхум тефлъхьа гугъуехьыр ирикъунущ.</verse>
				<verse number="7">Аращи, гухэщӀыныгъэм а цӀыхур имыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, абы хуэвгъэгъун икӀи вгъэгушхуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="8">Абы къыхэкӀкӀэ апхуэдэ цӀыхум фӀылъагъуныгъэ хувиӀэну сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="9">НыщӀыфхуэстхар фи щыпкъагъэр здынэсыр згъэунэхуну, сыт ищӀысымкӀи фыкъысхуэӀурыщӀэмэ зэзгъэщӀэну аращ.</verse>
				<verse number="10">Фэ зыхуэвгъэгъу цӀыхум сэри хузогъэгъу. Сэ згъэгъуа Ӏуэхур, згъэгъун Ӏуэху щыӀауэ щытмэ, си фӀагъ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, Мэссихь и пащхьэм щызгъэгъуащ,</verse>
				<verse number="11">шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.</verse>
				<verse number="12">Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,</verse>
				<verse number="13">гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.</verse>
				<verse number="14">ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ.</verse>
				<verse number="15">МыкӀуэду Тхьэм къригъэл цӀыхухэми, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэми дежкӀэ, дэ дызыхуэдэр Мэссихь и мэ гуакӀуэ къызыпих пэрымэу Тхьэм къыщӀихьэр арщ.</verse>
				<verse number="16">Ажал къызыхэкӀ мэ Ӏейм дыхуэдэщ цӀыху гуэрхэм ядежкӀэ, гъащӀэ къызыхэкӀ мэ гуакӀуэм дыхуэдэщ нэгъуэщӀ гуэрхэми ядежкӀэ. Апхуэдэ Ӏуэху илэжьыну хэт зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Дызыщытхъужыну къэдублэрэ аргуэру? Е зыгуэрым къыфхуитхауэ е фэ фтхауэ къытщытхъу тхылъ гуэр дыхуэныкъуэ, цӀыху гуэрхэр зэрыхуэныкъуэм хуэдэу?</verse>
				<verse number="2">Фэ дэ къытщытхъу тхылъым фыхуэдэщ. Ар дигухэм итхауэ илъщ. ЦӀыху псоми а тхылъыр ящӀэн икӀи абы еджэн ялъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="3">Ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуауэ, Мэссихь итха тхылъым хуэдэу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ. А тхылъыр шакъэкӀэ тхакъым, атӀэ гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ тхащ. Мывэ пхъэбгъухэм ятетхакъым, атӀэ цӀыхухэм ягухэм итхауэ илъщ.</verse>
				<verse number="4">Мэссихь Тхьэм дызэрыщигъэгугъым щхьэкӀэ апхуэдэу жыдоӀэ.</verse>
				<verse number="5">Дэр-дэру ди лъэкӀыныгъэкӀэ зыгуэр къэдгупсысыфу жытӀэркъым, лъэкӀыныгъэ къыдэзытыр Тхьэращ.</verse>
				<verse number="6">Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.</verse>
				<verse number="7">ХьэрфхэмкӀэ мывэхэм тетха Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум ажалыр цӀыхухэм къахуихьын хуейуэ щытми, щӀыхьышхуэ иӀэу ар къэкӀуащ. Апхуэдэу, Мусэ бегъымбарым и нэгум щӀэт нэхушхуэр кӀуэдыжу щыта пэтми, израил цӀыхухэм абы и нэгум иплъэн ялъэкӀтэкъым.</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейкъэ?</verse>
				<verse number="9">ЦӀыхухэр зыгъэкъуаншэ Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум щӀыхьышхуэ иӀамэ, цӀыхухэм Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэу зыщӀ и Псэ ЛъапӀэм илэжьа Ӏуэхум абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыхьышхуэ зиӀэу щыта Торэт хабзэм щӀыхь лъэпкъ иӀэжкъым, иужькӀэ къэкӀуа, нэхъ щӀыхьышхуэ зиӀэ хъыбарыфӀым хуэбгъадэмэ.</verse>
				<verse number="11">ИкӀи кӀуэдыжын хуея Торэт хабзэм щӀыхьышхуэ иӀамэ, зэи мыкӀуэдыжыну хъыбарыфӀым абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ щӀыхьышхуэ иӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, апхуэдэ гугъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ гушхуэныгъэ тхэлъу допсалъэ.</verse>
				<verse number="13">Мусэ бегъымбарым зэрищӀам хуэдэу тщӀыркъым. Израил цӀыхухэм абы и нэгум щӀэт нэхушхуэр зэрыкӀуэдыр ямылъагъун щхьэкӀэ, и нэгур ӀэлъэщӀкӀэ щӀиуфащ.</verse>
				<verse number="14">Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр.</verse>
				<verse number="15">Израил цӀыхухэр Мусэ и Торэт хабзэм ноби щеджэкӀэ, я гум тепхъуэ тепхъуащ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ зыгуэрым Зиусхьэным зэрызыхуигъазэу, а тепхъуэр теха мэхъу.</verse>
				<verse number="17">Зиусхьэныр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ, ар здэщыӀэми щхьэхуитыныгъэри щыӀэщ.</verse>
				<verse number="18">Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.</verse>
				<verse number="2">ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.</verse>
				<verse number="3">ЦӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀыр мыӀупщӀмэ, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэрщ зыхуэмыӀупщӀыр.</verse>
				<verse number="4">ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="5">ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.</verse>
				<verse number="6">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.</verse>
				<verse number="7">Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="8">Лъэныкъуэ псомкӀи щӀыпӀэ зэв ираубыдам дыхуэдэщ, ауэ дыдэкъузауэ щыткъым. ТщӀэнур тщӀэркъым, ауэ ди гур дгъэкӀуэдыркъым.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыхухэм гугъуехь дагъэшэч, ауэ Тхьэм ди закъуэ дыкъигъанэркъым. ЩӀыми дытрадзэ, ауэ дыкӀуэдыркъым.</verse>
				<verse number="10">Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ, Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, ажалыр къытщхьэщыт зэпыту допсэу, Хьисэ и гъащӀэр дипкъ лӀэжынумкӀэ нахуэ къэхъун папщӀэ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу, дэ къытхэлъу ажалым Ӏуэху ещӀэ, ауэ фэ къыфхэлъу гъащӀэм Ӏуэху ещӀэ.</verse>
				<verse number="13">«ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, абы щхьэкӀэ сыкъэпсэлъащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщи, дыкъопсалъэ,</verse>
				<verse number="14">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэн Хьисэр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм дэри Хьисэ ди псэм щыщу дыкъигъэтэджыжу, фэ дывигъусэу езым и пащхьэм дызэрыригъэувэнур дощӀэ.</verse>
				<verse number="15">Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.</verse>
				<verse number="2">Абы нэсыху, уафэм щыӀэ унэм дыщыпсэуну дыщӀэхъуэпсу догумэщӀ.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу дыхуэпамэ пцӀанэ дыхъужынукъым.</verse>
				<verse number="4">Мы ди пкъыу тэхъуанэм хуэдэм дыщыпсэуху, догумэщӀ икӀи гузэвэгъуэм дыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀэн хуей пкъыр къызэднэкӀыну дыхуейкъым, итӀанэ уафэм щыщ пкъыр къызэрытхалъхьэным дыщӀокъу. Апхуэдэу, лӀэн хуейм и пӀэр гъащӀэм иубыдынущ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэращ мы Ӏуэхум щхьэкӀэ дыкъэзыгъэщӀар, и Псэ ЛъапӀэри сакъылэтым хуэдэу ди гум къизылъхьар.</verse>
				<verse number="6">Аращи, сыт щыгъуи догушхуэ икӀи пкъым дыщыпсэуху, Зиусхьэным дызэрыпэжыжьэр дощӀэ.</verse>
				<verse number="7">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым.</verse>
				<verse number="8">Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ.</verse>
				<verse number="9">Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псоми Мэссихь хьэкум къыттрищӀыхьын щхьэкӀэ абы и тахътэм и пащхьэ диувэн хуейщ, мы дунейм хэти щилэжьам хуэфащэр, фӀыми Ӏейми, игъуэтыжын папщӀэ.</verse>
				<verse number="11">Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ ди гум илъыныр зыхуэдэр дощӀэри, цӀыхухэр абы и гъуэгум тедгъэхьэну дыхэтщ. Ди гум илъыр ТхьэмкӀэ нахуэщ, фэри фигукӀэ ди гум илъыр фщӀэуэ сыфщогугъ.</verse>
				<verse number="12">Фи пащхьэм аргуэру дыщызыщытхъужыркъым, ауэ цӀыхуу зи гум илъым емыплъу, зи фэм ирипагэу зыщытхъужхэм зыгуэр яжывэдгъэӀэн щхьэкӀэ, дэр щхьэкӀэ фыпэгэну Ӏэмал къыфхудогъуэт.</verse>
				<verse number="13">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди щхьэр зэкӀуэкӀамэ, ар Тхьэм и щӀыхь къэкӀуэн папщӀэкӀэщ. Ди щхьэр зэмыкӀуэкӀамэ, абы и фӀагъ фэ къывокӀ.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.</verse>
				<verse number="15">Псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкӀэ лӀэуэ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжам хуэпсэун папщӀэ, цӀыху псоми я пӀэкӀэ Мэссихь лӀащ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.</verse>
				<verse number="17">Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.</verse>
				<verse number="18">А псори Тхьэм деж къокӀ. Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм дэ езым дызригъэкӀужащ, цӀыхухэр езым едгъэкӀужын Ӏуэхури дэ ди пщэм къыдилъхьащ.</verse>
				<verse number="19">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.</verse>
				<verse number="20">Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «Игъуэу щыслъыта махуэм узэхэсхащ, цӀыхухэр мыкӀуэду къыщезгъэл махуэми дэӀэпыкъуэгъу сыпхуэхъуащ». Мис иджыщ Тхьэм игъуэу илъытэ зэманри цӀыхухэр мыкӀуэду абы къыщригъэлыну махуэри.</verse>
				<verse number="3">ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкӀи догъэлъагъуэ: шыӀэныгъэшхуэ зэрыдиӀэмкӀи, гузэвэгъуэм дыхэтми, гугъуехь тшэчми, гухэщӀ диӀэми,</verse>
				<verse number="5">даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми;</verse>
				<verse number="6">гукъабзагъэкӀи, щӀэныгъэкӀи, шыӀэныгъэкӀи, фӀыгъуэкӀи; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди псэм зэрыщыщымкӀи, пцӀы зыхэмылъ фӀылъагъуныгъэкӀи Тхьэм дызэрыхуэлажьэр догъэлъагъуэ;</verse>
				<verse number="7">щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи;</verse>
				<verse number="8">цӀыхухэм щӀыхь къытхуащӀми, къытхуамыщӀми, ӀейкӀэ къыттепсэлъыхьми, къытщытхъуми, Тхьэм дызэрэхуэлажьэр догъэлъагъуэ; цӀыхухэр дгъэгъуащэу далъытэ, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу дыщытщ;</verse>
				<verse number="9">цӀыхухэм дацӀыхун тхуэмыфащэу далъытэ, ауэ цӀыху псоми дыкъацӀыхуж; лӀахэм яхуэдэу далъытэ, ауэ дыпсэущ; гугъуехь дагъэшэч, ауэ даукӀыркъым;</verse>
				<verse number="10">дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.</verse>
				<verse number="11">Фэ, Коринф цӀыхухэ, ӀупщӀу дынывэпсэлъащ, дигури къыфхузэӀутхащ.</verse>
				<verse number="12">Дигухэр фхуэдгъэбыдакъым, ауэ фэ фигухэр къытхуэвгъэбыдащ.</verse>
				<verse number="13">Абы папщӀэ фэри фигухэр къытхузэӀуфх, сабийхэм сызэрепсалъэм хуэдэу, сынывопсалъэ.</verse>
				<verse number="14">ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха?</verse>
				<verse number="15">Мэссихьрэ Велиаррэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ФӀэщхъуныгъэ зиӀэмрэ зимыӀэмрэ я Ӏыхьэ дауэ зэрызэхэлъынур?</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.</verse>
				<verse number="17">Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="18">Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.</verse>
				<verse number="2">Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым.</verse>
				<verse number="3">Фэ фызгъэкъуэншэну аракъым ар сэ щӀыжысӀэр; нэхъапэми къызэрыжысӀам хуэдэу, дызэгъусэуи дыпсэуну, дызэгъусэуи дылӀэну ди гум фыхэлъщ.</verse>
				<verse number="4">КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македонием дыщыкӀуа щыгъуэ, дипкъкӀэ гузэгъэгъуэ дгъуэтакъым, сыд хуэдэ лъэныкъуи гузэвэгъуэм дыхэтащ – зэныкъуэкъуныгъэхэми дыхэхуэрт, шынагъуэри ди гум илът.</verse>
				<verse number="6">Ауэ зигу кӀуэдахэм ягу зыгъэзагъэ Тхьэм Тит къызэрыкӀуамкӀэ дигу къигъэзэгъащ.</verse>
				<verse number="7">ИкӀи ар къызэрыкӀуам и закъуэкъым дигу къыщӀигъэзэгъар – Тит игу къызэрывгъэзэгъам и хъыбарми и фӀыгъэщ ар. Сыфлъагъуну куэду зэрыффӀэфӀари, фызэрыгъари, фыкъызэрысхуэгузэвари къытхуиӀуэтэжащ абы. Япэм нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэж сиӀэ хъуащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.</verse>
				<verse number="8">Ныфхуэстха тхылъымкӀэ фи гур хэзгъэщӀами, абы сыхущӀегъуэжыркъым. СыщӀегъуэж пэтащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а тхылъым фи гур зэрыхигъэщӀар солъагъу, ауэ фи гур хигъэщӀауэ зэрыщытар зы зэман кӀэщӀ къудейкӀэщ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ иджы согуфӀэ. СызыгъэгуфӀэр фи гур зэрыхэщӀар аркъым, атӀэ фи гухэщӀыныгъэм фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжыну зэрищӀар арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зэрыхуейм тету фи гур хэдгъэщӀащ. Аращи, ди ягъэ зыри фэдгъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="10">ГухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фӀыуэ къыпэкӀуэр ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыныр арщ. Ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыным фӀыуэ къыхэкӀыр дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлырщ. Апхуэдэ гухэщӀыныгъэм ухущӀегъуэжынукъым, ауэ мы дунейм и гухэщӀыныгъэм Ӏейуэ къыпэкӀуэр лӀэныгъэрщ.</verse>
				<verse number="11">Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, сыныфхуэтхами, мыхъумыщӀагъэр зыщӀар е мыхъумыщӀагъэ зрищӀар аркъым нэхъыбэу сызэгупсысар, ауэ дызэрыфхуэгузавэр Тхьэм и пащхьэм ныщыфхуэзгъэнэхуэну сыхуеящ.</verse>
				<verse number="13">А Ӏуэху псоми гузэгъэгъуэ къыдатащ. Ди гупсэхугъуэм къыхэхъуэурэ, фэ псоми Тит и гур зэрывгъэзэгъам щхьэкӀэ, ар зэрыгуфӀар щытлъагъум, дэри нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ диӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="14">Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ.</verse>
				<verse number="15">Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.</verse>
				<verse number="16">Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи сыфщыгугъ зэрыхъунур си гуапэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Иджы, си къуэшхэ, Македоние хэкум щыщ члисэ зэхуэсхэм Тхьэм и нэфӀ къазэрыщыхуар фэдгъэщӀэну дыхуейщ.</verse>
				<verse number="2">Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.</verse>
				<verse number="3">ЯлъэкӀынум хуэдиз, уеблэмэ нэхъыбэ, езыхэр арэзыуэ зэратамкӀэ сращыхьэтщ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ди гъусэу ядэӀэпыкъункӀэ хуит тщӀыну я фӀэщу къыдэлъэӀуащ.</verse>
				<verse number="5">Дазэрыщыгугъа къудейкъым къатар, атӀэ япэщӀыкӀэ Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зралъхьэри, итӀанэ Тхьэр зэрыхуейм тету ди ӀэмыщӀэ зыкъралъхьэжащ.</verse>
				<verse number="6">Аращи, Тит ахъшэ зэхуэфхьэсын Ӏуэхур иублэгъащи, мы ӀуэхуфӀыр и кӀэм нигъэсыну делъэӀуащ.</verse>
				<verse number="7">ФӀэщхъуныгъэмкӀи, псэлъэнымкӀи, щӀэныгъэмкӀи, егугъуныгъэшхуэ псомкӀи, фӀылъагъуныгъэу къытхувиӀэмкӀи – а псоми фызэрыхуэкъулейм хуэдэу, ахъшэ зэхуэхьэсынымкӀи, фи мылъкум фыщымысхьу, а ӀуэхуфӀыр ипэкӀэ вгъэкӀуатэ.</verse>
				<verse number="8">Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="10">Ахъшэ зэхуэхьэсын Ӏуэхум сызэреплъыр нывжызоӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и фӀагъ къывэкӀынущ. Нэгъабэ къыщыщӀэдзауэ мы Ӏуэхур зэревгъэжьам и мызакъуэу, мы Ӏуэхур ищӀэну япэ дыдэ зи гум къэкӀар фэращ.</verse>
				<verse number="11">Иджы мы Ӏуэхури фыух, фщӀэну фи фӀэщу фызыщӀэкъуар, фи мылъкум теухуауэ гъэзэщӀа хъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.</verse>
				<verse number="13">НэгъуэщӀ цӀыхухэм псынщӀагъуэ яхуэхъуу, фэ гузэвэгъуэм фыхэхуэн хуейуэ аракъым жыхуэсӀэр, атӀэ фэ тӀури фызэхуэдэу фызэдэӀэпыкъун хуейщ.</verse>
				<verse number="14">Иджырей зэманым фэ къывдэхуэ мылъкум щыщу ахэр зыхуэныкъуэр ефтын хуейщ. ИтӀанэ фэ хуэныкъуэ фыхъумэ, абыхэм къадэхуэ мылъкум щыщу фэ фызыхуэныкъуэр къыватынущ. Фэ тӀури фызэхуэдэнущ абыкӀэ,</verse>
				<verse number="15">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд зэхуэзыхьэсам къыдэхуакъым, мащӀэ зэхуэзыхьэсари хуэныкъуакъым».</verse>
				<verse number="16">Тит апхуэдизу къыфхуэгумащӀэ зыщӀа Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="17">Тит дызэрелъэӀуамкӀэ арэзы хъуа къудейкъым, атӀэ езым и гуапэ дыдэу фи деж нокӀуэ.</verse>
				<verse number="18">ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэралъигъэӀэсымкӀэ члисэ зэхуэс псори зыщытхъу къуэшыр абы и гъусэу ныдогъакӀуэ.</verse>
				<verse number="19">Абы нэмыщӀу, Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀын икӀи дызэрыфтегузэвыхьыр зэхывэдгъэщӀыкӀын щхьэкӀэ, фӀы къыздэкӀуэ мы Ӏуэхур длэжь щыхъум, члисэ зэхуэсхэм а къуэшыр къыхахащ ныддэкӀуэну.</verse>
				<verse number="20">Мы тыгъэшхуэр зэрызетхьэ щӀыкӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм дызэрамыгъэкъуэншэным дыщӀэкъун хуейщ.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным дежкӀи цӀыхухэм дежкӀи фӀыгъуэ длэжьыным дыхущӀокъу.</verse>
				<verse number="22">Абы нэмыщӀу, ди къуэшу зи егугъуныгъэшхуэр куэдрэ икӀи лъэныкъуэ ӀэджэкӀи зыгъэщыпкъар адрейхэм я гъусэу ныфхудогъакӀуэ. Иджы куэду къызэрыфщыгугъым щхьэкӀэ нэхъри нэхъ егугъу хъуащ.</verse>
				<verse number="23">ТиткӀэ фыкъызэупщӀмэ, ар си гъусэу фхуолажьэ. Мы къуэшхэмкӀэ фыкъызэупщӀмэ, ахэр члисэ зэхуэсхэм я лӀыкӀуэу Мэссихь щӀыхь хуэзыщӀхэрщ.</verse>
				<verse number="24">Аращи, члисэ зэхуэсхэм я пащхьэм фи фӀылъагъуныгъэри фхуэфащэу дызэрыфщытхъури мы къуэшхэм евгъэлъагъу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуедгъэхь дэӀэпыкъуэныгъэм теухуауэ нэзмытхми, хъунут,</verse>
				<verse number="2">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщу фызэрегугъур сощӀэ. Фэ, Ахаие хэкум исхэр, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуну нэгъабэ лъандэрэ фызэрыхьэзырыр Македоние хэкум щыщхэм яжесӀэри, сыфщытхъуащ. Фэ фызэрегугъум къыхэкӀкӀэ абыхэм я нэхъыбэри дэӀэпыкъуэгъу хъуну тегушхуащ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ мы ӀуэхумкӀэ сызэрыфщытхъуар пщӀэншэ мыхъун, зэрыжысӀам хуэдэуи абы фыхуэхьэзырын щхьэкӀэ, къуэшхэр фи деж нызогъакӀуэ.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македоние хэкум щыщхэр си гъусэу накӀуэу, фыхуэмыхьэзыру къыщӀэкӀмэ, дызэрыфщыгугъам щхьэкӀэ дыукӀытэжынущ – фэ фызэрукӀытэжынур къыжытӀэнури хьэкъщ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, къуэшхэр сэ сяпэ фи деж накӀуэу, дыкъызэрывгъэгугъа тыгъэр и пӀалъэм къызэрывгъэхьэзырыным кӀэлъыплъыну селъэӀун хуейуэ къэслъытащ. Хэгъэзыхь тыгъэу щымыту, фи гум къыбгъэдэкӀ тыгъэ хъунщ ар итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: МащӀэ тезысэм мащӀэщ къихыжынур. Куэд тезысэм куэд къихыжынущ.</verse>
				<verse number="7">Хэти и гум пыкӀым хуэдизкӀэ иретэ, и гум къыщӀимытхъыу, зыми химыгъэзыхьауэ иретэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и гуапэу тэрщ Тхьэм фӀыуэ илъагъур.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм гъунэ имыӀэу и нэфӀ ину къыфщыхуэн лъэкӀынущ. Апхуэдэу сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи сыт ищӀыскӀи фэ фызыхуэныкъуэр дапщэщи фиӀэнущ, сыт хуэдэ Ӏуэху дэгъуэм щхьэкӀи вгуэшынум нэхърэ нэхъыбэ фиӀэнущ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд яхуигуэшащ тхьэмыщкӀэхэм. И щыпкъагъэр игъащӀэкӀэ щыӀэнущ».</verse>
				<verse number="10">Жыласэм жылэ езыту, ишхын щӀакхъуи езыт Тхьэм фэри жылэ къывитынурэ фхуигъэбэгъуэнущ. Фи щыпкъагъэм фӀыуэ къыпэкӀуэри игъэбэгъуэнущ.</verse>
				<verse number="11">Фи мылъкум хэфтыкӀым дапщэщи фемыблэжын щхьэкӀэ Тхьэм сыт и лъэныкъуэкӀи бей фищӀынущ. Фи мылъкум хэфтыкӀынӀауэ фызэрыщымысхьым щхьэкӀэ, а тыгъэр къуэшхэм щаӀэщӀэдгъэхьэкӀэ, цӀыху куэдым Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀынущ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъум и мызакъуэу, цӀыху куэдми Тхьэм фӀыщӀэшхуэ ину яхувогъэщӀ.</verse>
				<verse number="13">Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и нэфӀ ину къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ гухуабагъэ къыфхуаӀэу Тхьэм фхуелъэӀунущ ахэр.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="2">Мы дунейм и цӀыхухэм яхуэдэу фыщыт, жаӀэурэ дызыгъэкъуаншэ цӀыхухэм фи деж сыныщыкӀуэкӀэ гушхуэныгъэ схэлъу садэгъуэгурыкӀуэну си гум зэрилъым хуэдэу, фэри гушхуэныгъэ хэлъу сыщӀывдэгъуэгурыкӀуэн щыщӀагъэ щывмыгъэӀэну сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм дытет пэтми, мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъыр ди гум илъу дызауэркъым.</verse>
				<verse number="4">Ӏэщэу дызэрызауэр мы дунейм и Ӏэщэкъым, бзаджагъэм и быдапӀэхэр зэхакъутэну Тхьэм къыбгъэдэкӀ къару яхэлъщ а Ӏэщэхэм. Гупсысэ пхэнжхэри,</verse>
				<verse number="5">цӀыхухэм Тхьэр зэращӀэным пэувыну зыкъэзыӀэт пагэныгъэ псори догъэкӀуэд, сыт хуэдэ гуращэри Мэссихь хуэӀурыщӀэну доубыд.</verse>
				<verse number="6">Фэ фи дэӀуэныгъэр нэсауэ зэрыхъуу, хэт мыдаӀуэми, хуэфащэр едгъэпшыныжыну дыхьэзырщ.</verse>
				<verse number="7">Фи нэм иубыдыращ флъагъу къудейр. Фэ фщыщ гуэрым и псэм Мэссихь щыщу и фӀэщ хъумэ, апхуэдабзэу дэри ди псэм Мэссихь зэрыщыщым ирегупсыс.</verse>
				<verse number="8">ФызмыгъэкӀуэдыну, ауэ гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фэзгъэгъуэтыну Зиусхьэным къызита тепщэныгъэм теухуауэ куэдыщэкӀэ сызыщытхъужу щӀэздзами, сукӀытэжыркъым.</verse>
				<verse number="9">Си тхылъхэмкӀэ фызэрызгъэшынэным сыхэт хуэдэу къыфщыхъуну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрым мыпхуэдэу къыжеӀэ: «И тхылъхэмкӀэ пхъашэщ икӀи лъэщщ, ауэ езыр лъэкӀыныгъэ зимыӀэщ, къыжиӀэхэми пщӀэ хуащӀыркъым».</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу къыжызыӀэм мыр ирещӀэ: Фи деж дыщымыӀэу ди тхылъхэмкӀэ къыжытӀэр фи деж дыщыщыӀэкӀэ дгъэзэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="12">Зи щхьэм щытхъужхэм запытщӀыжыну е захуэдгъэдэну дытегушхуэркъым. Зым адрейм зригъэпщэнри, зыхуигъэдэнри губзыгъагъэкъым.</verse>
				<verse number="13">Гъунэ имыӀэу дызыщытхъужыну дыхуейкъым, Тхьэм къытхуигъэува Ӏуэхум и гъунапкъэхэми дыфӀэкӀынукъым. А Ӏуэхум и гъунапкъэхэм фэ фитщ.</verse>
				<verse number="14">Дэ диӀэ гъунапкъэхэм дыфӀэкӀыркъым, фи деж дынэмыкӀуэгъами ярейуэ. Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр къыфлъэзыгъэӀэсыну фи деж япэу нэкӀуар дэращ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм къытхуигъэува Ӏуэхум и гъунапкъэхэм я щӀыбкӀэ адрей цӀыхухэм ялэжьа ӀуэхумкӀэ дызыщытхъужыркъым, ауэ фи фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъууэ, фи деж щыдлэжьа Ӏуэхум зызэриубгъуным дыщогугъ, Тхьэм къытхуигъэува гъунапкъэхэм елъытауэ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхум иӀэ гъунапкъэхэм щилэжьа ӀуэхумкӀэ дызыщымытхъужу, фи щӀыбкӀэ щыӀэ хэкухэми хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щалъэдгъэӀэсынущ.</verse>
				<verse number="17">Ауэ зым зыр щытхъужмэ, Зиусхьэнымрэ абы илэжьамрэ щретхъу.</verse>
				<verse number="18">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэм щытхъужыракъым Зиусхьэным ищтэр, атӀэ езы Зиусхьэныр зыщытхъуращ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">Сэ си делагъэр фигу тевгъэхуэну сыхуейт, тевгъэхуэнкӀи сыфщогугъ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм къыбгъэдэкӀ ефыгъулӀэныгъэкӀэ сэ сынывофыгъулӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ хъыджэбз къабзэм хуэдэу лӀы закъуэу Мэссихь и пащхьэм физгъэхьэу, абы фыдэкӀуэну фыкъыхезгъэшащ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.</verse>
				<verse number="4">Зыгуэр фи деж къакӀуэу, Хьисэ теухуауэ хъыбару дэ фэдгъэщӀам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хъыбар фигъащӀэмэ, фи гуапэу ар фигу тывогъахуэ. Е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъ дгъэхъуам нэмыщӀ псэ гуэр фи гум илъ игъэхъумэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ. Е фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуиӀэр зыгуэрым фигъащӀэмэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ а апостол ину жыхуэфӀэхэм нэхърэ зыкӀи нэхъ цӀыкӀуу зыслъытэжыркъым.</verse>
				<verse number="6">ПсэлъэнкӀэ сымыӀэзэми, щӀэныгъэкӀэ сыӀэзэщ. ЩӀэныгъэкӀэ сызэрыӀэзэр сыт и лъэныкъуэкӀи сыт щыгъуи къыфхуэзгъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="7">И пщӀэр къыфӀызмыхыу, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэсӀуатэурэ, фызгъэинын щхьэкӀэ, зызэрызгъэлъахъшэмкӀэ емыкӀу сщӀа?</verse>
				<verse number="8">Фэ сыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ члисэ зэхуэсхэм пщӀэ къеӀысхыурэ, абыхэм ахъшэ езгъэгъэкӀуэдащ. Фи деж сыщыщыӀам, сыхуэныкъуами, хьэлъэ зыми сытехъуакъым.</verse>
				<verse number="9">Македонием къикӀыу къэкӀуа къуэшхэм сызыхуэныкъуэр къысхуащӀащ. Хьэлъэ сызэрыфтемыхъуэным сыт и лъэныкъуэкӀи сыхэтащ икӀи сыхэтынущ.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь и щыпкъагъэу си гум илъымкӀэ жызоӀэ, Ахаие хэку псом исхэм ящыщу зыми си щытхъур сӀихын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="11">Сыт апхуэдэу щӀэсщӀыр? ФӀыуэ фызмылъагъуу ара? Хьэуэ, фӀыуэ фызэрыслъагъур Тхьэм ещӀэ.</verse>
				<verse number="12">Ауэ зэрысщӀам хуэдэу сыт щыгъуи сщӀынущ. «Паул зэрылажьэм хуэдабзэу, дэри долажьэ», жызыӀэу зыщытхъужхэр зыщытхъужыну Ӏэмал естыну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="13">Апхуэдэ цӀыхухэр апостол нэпцӀхэщ, лэжьакӀуэ гъэпцӀакӀуэхэщ. Мэссихь и апостол хуэдэу, загъэӀу къудейщ.</verse>
				<verse number="14">Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.</verse>
				<verse number="15">Аращи, шейтӀаным хуэлажьэхэм, щыпкъагъэм хуэлажьэ хуэдэу, загъэӀумэ, ар шынагъуэкъым. Ялэжьа Ӏуэхухэм хуэфащэ кӀэух ягъуэтынущ абыхэм.</verse>
				<verse number="16">Аргуэру жызоӀэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм сыхуэдэу зыми иремылъытэ. Ауэ апхуэдэу сыфлъытэмэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм фызэрыхущытым хуэдэу, фыкъысхущыт, тӀэкӀу сызыщытхъужын слъэкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="17">Иджы жысӀэр Зиусхьэныракъым жызэзыгъыӀэр. Сытегушхуэрэ сызыщытхъужмэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ.</verse>
				<verse number="18">Мы дунейм и цӀыхухэм я хабзэм хуэдэу, цӀыху куэдыр зэрызыщытхъужым щхьэкӀэ сэри сызыщытхъужынущ.</verse>
				<verse number="19">Фэ фызэрыӀущым щхьэкӀэ зэхэщӀыкӀ зимыӀэхэр фи гуапэу фигу тывогъахуэ.</verse>
				<verse number="20">Зыгуэрым фигъэпщылӀми, е вгъэшхэну фыхигъэзыхьми, е фихъунщӀэми, е фи пащхьэм зыщигъэпагэми, е фи нэкӀум къеуэми, ари фигу тывогъахуэ.</verse>
				<verse number="21">Си напэр сыуэ къыжысӀэн хуейщ: апхуэдэ Ӏуэхухэр тщӀэну лъэкӀыныгъэ диӀакъым. ЦӀыху гуэр Ӏуэху гуэркӀэ зыщытхъужыну тегушхуэмэ, сэри а ӀуэхумкӀэ сызыщытхъужыну сытогушхуэ – зэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ.</verse>
				<verse number="22">Ахэр журтхэ? Сэри сыжуртщ. Ахэр израил цӀыхухэ? Сэри сыизраил цӀыхущ. Ахэр Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ? Сэри сащыщщ.</verse>
				<verse number="23">Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.</verse>
				<verse number="24">ЩӀопщ уэгъуэ плӀыщӀым зы щыщӀэу журтхэр пӀалъэ-пӀалъэкӀэ тхуэ къызэуащ.</verse>
				<verse number="25">Тепщэныгъэ зиӀэ римхэр башкӀэ щэ къызэуащ. ЦӀыхухэм саукӀын щхьэкӀэ, мывэкӀэ зэ къызэуащ, сызэрытӀысхьа кхъухьхэм ящыщу щыр псым щӀилъэфащ, толъкъуным зы жэщрэ зы махуэрэ сыхэлъащ.</verse>
				<verse number="26">Гъуэгум куэдрэ сытетащ. Псыхэм сащызэпрыкӀым, шынагъуэм сыхэтащ, хъунщӀакӀуэхэми сахуэзэу, си лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, хамэ лъэпкъ щыщхэми сащӀыгъуу, шынагъуэм сыхэтащ; къалэхэми сыдэсу, губгъуэ нэщӀхэми ситу, хыми сытету шынагъуэм сыхэхуащ; къуэш нэпцӀхэми сахэту, шынагъуэм сыхуэхуащ.</verse>
				<verse number="27">Куэду сызэрылэжьам сригъэшащ, сымыжейуэ жэщ куэд згъэкӀуащ; сымэжэлӀащ, псыи сыхуэлӀащ, шхын щызмыгъуэт куэдрэ къысхуихуащ; дунейр щыщӀыӀэми, ирикъуну зыщыстӀэгъэн симыӀэу сыщытащ.</verse>
				<verse number="28">Ӏуэху псоми нэмыщӀу, члисэ зэхуэс псоми сахуэгузэващ, махуэ къэси согузавэ.</verse>
				<verse number="29">Хэт гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ имыӀэми, сэ абы сригъусэщ. Хэт гуэныхьым зыӀэпишэми, сэ си гур мафӀэм ис къысщохъу абы щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="30">Сызыщытхъужын хъумэ, лъэкӀыныгъэ и лъэныкъуэкӀэ сызэрыгуащӀэмащӀэрщ сызэрызыщытхъужынур.</verse>
				<verse number="31">Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэу мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейм пцӀы зэрызмыупсыр ещӀэ.</verse>
				<verse number="32">Арет пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм и цӀыхухэм саубыдын щхьэкӀэ, Дамаск къалэм и куэбжэхэр яригъэхъумащ.</verse>
				<verse number="33">Ауэ къалэ блыным хэт щхьэгъубжэкӀэ матэм сису си ныбжьэгъухэм сыкърагъэлэлэхри, Ӏэтащхьэм сыкъыӀэщӀэкӀыжащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Сызыщытхъужыным фӀагъ къыхэкӀыркъым. Зиусхьэным сигъэлъэгъуа икӀи къысхуигъэнэхуа Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэхэм сатепсэлъыхьынущ.</verse>
				<verse number="2">Мэссихь зи псэм щыщ лӀы гуэр соцӀыху. Илъэс пщыкӀуплӀ и пэкӀэ Тхьэм ар ещанэ уафэм нэс дрихьеящ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм а лӀыр уафэм дрихьейуэ, жэнэтым зэрыригъэхьар сощӀэ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ. Абы пхуэмыӀуэтэжын псалъэу цӀыхум къиӀуэтэжыну зыхуимытхэр зэхихащ.</verse>
				<verse number="4"></verse>
				<verse number="5">А лӀым сыщытхъуну сыхуейщ; си щхьэкӀэ лъэкӀыныгъэ сэ зэрызимыӀэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ сызыщытхъужыну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="6">Сызыщытхъужыну сыхуеятэми, зэхэщӀкӀ зимыӀэм хуэдэу сыщытынтэкъым, пэжыгъэр жысӀэнути. Ауэ зызошыӀэ, цӀыху гуэрым сэ сщӀэ Ӏуэхухэр щилъагъукӀэ, е сэ къыжысӀэ псалъэхэр щызэхихкӀэ, сызэрыщытым нэхърэ нэгъуэщӀ гуэру сыкъащымыхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхушхуэхэм папщӀэ зыхэзмыӀэтыкӀыщэн шъхьэкӀэ, уз гуэр, банэм хуэдэу къысхэуэу, си пкъым хэлъ хъуащ. Ар шейтӀаным и ӀуэхутхьэбзащӀэм хуэдэщ. ЗыхэзмыӀэтыкӀыщэн щхьэкӀэ, а банэм къыстохьэлъэ.</verse>
				<verse number="8">А банэр схихыжыну Зиусхьэным щэнейрэ селъэӀуащ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ Зиусхьэным къызжиӀащ: «Сэ си нэфӀ нызэрыпщыхуэр уэркӀэ ирикъунущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ лъэкӀыныгъэ уимыӀэ щыхъукӀэ, си лъэкӀыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Мэссихь и лъэкӀыныгъэ схэлъ хъун щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ зэрызимыӀэмкӀэ нэхъ си гуапэу сызыщытхъужынущ.</verse>
				<verse number="10">Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.</verse>
				<verse number="11">ЗэхэщӀыкӀ зимыӀэм хуэдэу сывэпсэлъащ, апхуэдэу сыпсэлъэну фэращ сезыхулӀар. Фэрат къысщытхъун хуеяр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ пщӀэ симыӀэми, а апостол ину жыхуэфӀэхэм нэхърэ зыкӀи сынэхъ цӀыкӀукъым.</verse>
				<verse number="12">Апостолу сызэрыщытыр къэзыгъэпэж Ӏуэхуу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри, Ӏуэху телъыджэхэри, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ Ӏуэхушхуэхэри фи деж шыӀэныгъэшхуэкӀэ сэ щызлэжьащ.</verse>
				<verse number="13">Сэ хьэлъэ сызэрыфтемыхъуам нэмыщӀу, адрей члисэ зэхуэсхэм сазэрыдэгъуэгурыкӀуам нэхърэ нэхъ Ӏейуэ сывдэгъуэгурыкӀуа? Хьэлъэ сызэрыфтемыхъуар къысхуэвгъэгъу.</verse>
				<verse number="14">Иджы фи деж ещанэу сынэкӀуэну сыхьэзырщ, ауэ хьэлъэ сыфтехъуэнукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сызыхуейр фи мылъкуракъым, фэращ. Бынхэм я адэ-анэхэм папщӀэ мылъку зэхуахьэсыну я пщэм дэлъкъым, адэ-анэхэращ я бынхэм папщӀэ мылъку зэхуэзыхьэсын хуейр.</verse>
				<verse number="15">Фэ фӀы дыдэу фыслъагъуу, фэ нэхъ мащӀэу фӀыуэ сыкъэфлъагъужу щыт пэтми, фи псэхэм щхьэкӀэ сиӀэу хъуар згъэкӀуэдыну икӀи си щхьэкӀэ зызгъэкӀуэдыжыну си гуапэщ.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу ирехъу, хьэлъэ сыфтехъуакъым. ИтӀани хьилагъэ хэлъу сывдэгъуэгурыкӀуэу, фызыӀэщӀэзубыдауэ жывоӀэ.</verse>
				<verse number="17">Фи деж нэзгъэкӀуа лӀыхэм ящыщ гуэркӀэ сэ фи фӀагъ зэзгъэкӀа?</verse>
				<verse number="18">Тит фи деж нэкӀуэну селъэӀуащ, къуэшхэм ящыщуи зы гъусэ хуэсщӀащ. Тити фи фӀагъ зригъэкӀакъым, аракъэ? Дызэнэзэпсэу а зы гъуэгум дытетакъэ?</verse>
				<verse number="19">Мыпхуэдизу мыбы дыщӀыхэтыр фи пащхьэм зыщыдгъэхеиныр арауэ фи гугъэрэ? Ауэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и пащхьэм дыщыпсэлъащ, икӀи, фӀыуэ слъагъухэ, мы Ӏуэху псори щӀэтщӀэр гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фэдгъэгъуэтын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="20">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.</verse>
				<verse number="21">Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ.</verse>
				<verse number="2">ЕтӀуанэрейуэ фи деж сыщыщыӀам, мыр фэзухылӀащ. Иджы фи деж сыщымыӀэми, аргуэру фызоухылӀэ: нэхъапэ гуэныхь зыщӀахэмрэ адрей цӀыхухэмрэ сыщыкӀуэкӀэ сащысхьынукъым,</verse>
				<verse number="3">къыжысӀэр къыжызэзыгъыӀэр зэры-Мэссихьыр згъэпэжыну фыхуейщи. ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу аракъым Мэссихь къызэрывдэгъуэгурыкӀуэр. Абы и лъэкӀыныгъэшхуэр фи деж къыщегъэлъагъуэ.</verse>
				<verse number="4">ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Фи фӀэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ, зывгъэунэхуж. Хьисэ Мэссихь фи псэм зэрыщыщыр фи щхьэкӀэ фщӀэркъэ? Апхуэдэу мыхъумэ, фызэрыщытын хуейм хуэдэу фыщымыту арщ.</verse>
				<verse number="6">Дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дызэрыщытыр фщӀэуэ си гугъэщ.</verse>
				<verse number="7">МыхъумыщӀагъэ гуэр фымыщӀэну Тхьэм долъэӀу. ДыщӀелъэӀур дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщыту къыщӀэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ дэ дызэрыщытын хуейм хуэдэу дыщымыту къыщӀэкӀми, фэ фӀыр влэжыну арщ.</verse>
				<verse number="8">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм дыпэувмэ, зыри тщӀэн тлъэкӀынукъым, ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ зыгуэр тщӀэн тлъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="9">ЛъэкӀыныгъэ димыӀэми, фэ лъэкӀыныгъэ фиӀэ щыхъукӀэ, догуфӀэ. Фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фищӀыну, Тхьэм долъэӀу.</verse>
				<verse number="10">Фи деж сыщымыӀэу мы Ӏуэхухэр ныщӀыфхуэстхыр, фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Зиусхьэным къызита лъэкӀыныгъэкӀэ пхъашэу сыфхущытын хуей мыхъун щхьэкӀэщ. Фызгъэунэхъуну аракъым, гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ фэзгъэгъуэтыну арщ Зиусхьэным а къарур къыщӀызитар.</verse>
				<verse number="11">ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="12">ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх. Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="13">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэр, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гъусэ ирехъу псоми. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="48">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.</verse>
				<verse number="2">Сэри сэ си гъусэ къуэш псоми Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус фыдох.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.</verse>
				<verse number="5">МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр абы ейщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="6">Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Тхьэуэ зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджам и гъуэгу фытекӀыу, апхуэдэу псынщӀэу нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэм и гъуэгу фызэрытехьар ину согъэщӀагъуэ.</verse>
				<verse number="7">НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.</verse>
				<verse number="8">ХъыбарыфӀу дэ фхуэтӀуэтам фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм, дэрами уафэм щыщ мелыӀычырами, Тхьэм и ней къыщрехуэ.</verse>
				<verse number="9">ИпэкӀэ къыжытӀэгъар аргуэру къыжызоӀэж: фэ къабыл фщӀа хъыбарыфӀым фӀэкӀа нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэр къыфхуэзыӀуатэм Тхьэм и ней къыщрехуэ.</verse>
				<verse number="10">Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.</verse>
				<verse number="11">Си къуэшхэ, сэ фхуэсӀуэта хъыбарыфӀыр цӀыхум къызэрыбгъэдэмыкӀар фщӀэну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="12">Зы цӀыху гуэрым а хъыбарыфӀыр къеӀысхакъым, зыми ар сигъэщӀакъым, езы Хьисэ Мэссихь къысхуигъэнэхуащ а хъыбарыфӀыр.</verse>
				<verse number="13">Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.</verse>
				<verse number="14">Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.</verse>
				<verse number="15">Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым.</verse>
				<verse number="16"></verse>
				<verse number="17">Сэ сяпэ апостол хъуа цӀыхуу Ерусалим дэсахэм я деж сыкӀуакъым, ауэ Аравие къэралым сыкӀуэри, Дамаск къалэм згъэзэжащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="18">Илъэсищ щыдэкӀым, дызэрыщӀэн щхьэкӀэ Петр деж Ерусалим сыкӀуащ, абы деж махуэ пщыкӀутху сыщыӀащ.</verse>
				<verse number="19">Зиусхьэным и къуэш Екъуб нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым.</verse>
				<verse number="20">Ныфхуэстхар зэрымыпцӀымкӀэ Тхьэ соӀуэ.</verse>
				<verse number="21">Абы и ужькӀэ Сирие, Киликие хэкухэм сыкӀуащ.</verse>
				<verse number="22">Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.</verse>
				<verse number="23">Абыхэм цӀыхухэм мыпхуэдэу къызэрыжаӀэр зэхахыу щыта къудейщ: «Нэхъапэм гугъуехь дэзыгъэшэча лӀыуэ ди фӀэщхъуныгъэр зыгъэкӀуэдыну и ужь иту щытам а фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыфӀыр иджы цӀыхухэм яхуеӀуатэ».</verse>
				<verse number="24">Арати, сэр щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀырт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">ИтӀанэ, илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь, Ерусалим сыкӀуащ Варнавэ си гъусэу. Тити здэсшащ.</verse>
				<verse number="2">Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="3">Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.</verse>
				<verse number="5">Ауэ хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр мыкӀуэду къыфхуэдгъэнэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэм дахуикӀуэтакъым икӀи дахуэӀурыщӀакъым.</verse>
				<verse number="6">Къуэшхэм пашэу ялъытэу щытахэр, пашэу щытахэми щымытахэми, си зэхуэдэщ; Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ – а пашэхэм сэ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀым зыри хагъэхъуакъым.</verse>
				<verse number="7">Ауэ сунэт ящӀахэм хъыбарыфӀыр ялъигъэӀэсыну Тхьэм Петр и пщэм къызэрыдилъхьам хуэдэу, сунэт ямыщӀахэм хъыбарыфӀыр ялъэзгъэӀэсыну Тхьэм си пщэм къызэрыдилъхьар ягурыӀуащ.</verse>
				<verse number="8">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Петр сунэт ящӀахэм апостолу Ӏуэху яхуищӀащ, сэри сунэт ямыщӀахэм сыапостолу Ӏуэху яхуэсщӀащ, а зы Тхьэр Петри сэри къыддэлэжьащ.</verse>
				<verse number="9">Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.</verse>
				<verse number="10">«Ди тхьэмыщкӀэхэм фадэӀэпыкъуну зыщывмыгъэгъупщэ», жаӀэу, а зы закъуэрщ къызэрыдэлъэӀуар. А Ӏуэхум си фӀэщу сыхэтащ.</verse>
				<verse number="11">Кифэ Антиохие къалэм къыщыкӀуам, Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ къуаншэ хъуати, и пащхьэм сихьэри, сыпэуващ.</verse>
				<verse number="12">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Екъуб деж лӀы гуэрхэр къикӀын и пэкӀэ, Петр мыжуртхэм ядэшхэу щытащ. Ауэ а лӀыхэр къыщыкӀуэм, Петр къикӀуэтыжри, и щӀыбагъыр мыжуртхэм яхуигъэзащ, сунэт ящӀахэм ящышынати.</verse>
				<verse number="13">Адрей журтхэми Петр и фитӀнагъэ Ӏуэхум зыдрагъэшэхащ. Уеблэмэ Варнави абыхэм я фитӀнагъэм зыӀэпишащ.</verse>
				<verse number="14">ХъыбарыфӀым и щыпкъагъэм зэрытемытыр щыслъагъум, псоми я пащхьэм Петр щыжесӀащ: «Уэ ужурт пэтми, журт хабзэхэм утемыту, хамэ лъэпкъхэм я хабзэхэм утету уопсэу. АтӀэ сыт журт хабзэкӀэ мыжуртхэр бгъэпсэуну ущӀыхэтыр?»</verse>
				<verse number="15">Дэ журту дыкъалъхуащ. Гуэныхь зыщӀэ хамэхэм дащыщкъым.</verse>
				<verse number="16">Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.</verse>
				<verse number="17">Ауэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщыгугъыурэ, гуэныхь зытелъ цӀыхуу дыкъыщӀэкӀамэ, Мэссихь гуэныхь дигъэщӀауэ хъунутэкъэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.</verse>
				<verse number="18">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ зэхэскъутар зэхэзгъэувэжмэ, абы щыгъуэ Тхьэм и унафэхэм сызэрытекӀар хьэкъщ.</verse>
				<verse number="19">Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ.</verse>
				<verse number="20">Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?</verse>
				<verse number="2">Мы зы закъуэр сывгъэщӀэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъ зэрыхъуар Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀэным и гъуэгукӀэ, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и гъуэгукӀэ?</verse>
				<verse number="3">Апхуэдизу фыакъылыншэхэ? Къыщывублам щыгъуэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыщыгугъащ, иджы цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фи лъэкӀыныгъэкӀэ фыхунэсыну фыхуей?</verse>
				<verse number="4">Апхуэдиз гугъуехь куэд пщӀэншэу фшэча? Хьэуэ, ар пщӀэншэу щытакъым, пэжкъэ?</verse>
				<verse number="5">Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фигухэм кърелъхьэ, Ӏуэху телъыджэхэри фи деж щелэжь. Апхуэдэу щӀищӀэр Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀауэ ара, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуар ара?</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ».</verse>
				<verse number="7">Аращи, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Ибрэхьим и бын пэжу зэрыщытыр зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.</verse>
				<verse number="9">Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ.</verse>
				<verse number="10">Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».</verse>
				<verse number="11">Торэт хабзэм итхэр зэрагъэзащӀэ гъуэгукӀэ Тхьэм дежкӀэ зыми щыпкъагъэ зэримыгъуэтыр нахуэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».</verse>
				<verse number="12">Торэт хабзэм итхэр бгъэзэщӀэным и Ӏуэхур фӀэщхъуныгъэ уиӀэным и Ӏуэхум епхауэ щыткъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр абыкӀэ псэунущ».</verse>
				<verse number="13">Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».</verse>
				<verse number="14">Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.</verse>
				<verse number="15">Си къуэшхэ, мы дунейм и Ӏуэхухэр щапхъэ ирехъу: ЦӀыхухэм зэдащта зэгурыӀуэныгъэр ягъэпэжа нэужь, ар игъэкӀуэдын зыми лъэкӀынукъым, абы хигъэхъуэни зыми лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым.</verse>
				<verse number="17">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ дилъхьэу илъэс щиплӀрэ щэщӀрэ дэкӀауэ къежьа Торэт хабзэм а зэгурыӀуэныгъэр игъэкӀуэдын лъэкӀынукъым. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀри къимыгъэхъун лъэкӀынукъым Торэт хабзэм.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм цӀыхухэм ӀыхьэфӀыр къалъигъэсыныр Торэт хабзэм итхэм я гъэзэщӀэным епхауэ щытмэ, абы щыгъуэ Тхьэм ахэр къызэригъэгугъам ӀыхьэфӀыр епхакъым. Ауэ, ипэжыпӀэкӀэ, Тхьэм къызэригъэгугъам щхьэкӀэщи, аращ и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ а ӀыхьэфӀыр Ибрахьим щӀылъигъэсар.</verse>
				<verse number="19">Торэт хабзэр щӀыщыӀэр сыт абы щыгъуэ? Хабзэм текӀыныр зыхуэдэр цӀыхухэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, Тхьэм Торэт хабзэр къаритащ. Ибрэхьим къытехъукӀыну быну Тхьэм къызэригъэгугъар къэкӀуэху, Торэт хабзэм тепщэныгъэ иӀэн хуеящ. Тхьэм Торэт хабзэр мелыӀычхэм яӀэщӀилъхьэри, абыхэми ар лӀыкӀуэ гуэрым ӀэщӀалъхьэжащ.</verse>
				<verse number="20">Зы фӀэкӀа нэгъуэщӀ щымыӀэмэ, лӀыкӀуэ хуэныкъуэкъым, атӀэ Тхьэр закъуэщ.</verse>
				<verse number="21">Торэт хабзэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэм япэуврэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ зыщӀыфын хабзэ щыӀатэмэ, а хабзэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэ хъунт.</verse>
				<verse number="22">Дунейм и цӀыху псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэм зэрилъыр Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ а цӀыхухэм ягъуэтыжын папщӀэщ.</verse>
				<verse number="23">ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэмылъэгъуауэ, Торэт хабзэм дызэкӀуэцӀипхауэ, Ӏэпхлъэпх дищӀауэ гъэру диӀыгъащ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэлъэгъуэху.</verse>
				<verse number="24">Апхуэдэу фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм папщӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм Хьисэ Мэссихь деж дишэну, пашэ къытхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="25">Ауэ иджы, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгур къэлъэгъуа нэужь, Торэт хабзэм тепщэныгъэ къытхуиӀэжкъым.</verse>
				<verse number="26">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.</verse>
				<verse number="27">Фэ псоми, Мэссихь зи псэм хэлъыну яумэхъахэм, Мэссихь и щэныр фащэ фшӀащ.</verse>
				<verse number="28">Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.</verse>
				<verse number="29">Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Адэм и мылъкур къызыхуэнэну къуэр цӀыкӀуху, мылъку псори абы лъысынуми, ар унэӀутым хуэдабзэщ.</verse>
				<verse number="2">Абы зи нэӀэ тет цӀыхухэмрэ и мылъкур зезыхьэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн хуейщ, и адэм игъэува махуэм нэсыху.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ.</verse>
				<verse number="4">Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм ар къыщӀигъэкӀуар абы Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтхэр къыщӀишыжу, я щхьэхэр ищэхужын папщӀэщ, Тхьэм дэ псори и бын хуэдэу дилъытэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.</verse>
				<verse number="7">Аращи, уэ уунэӀутыжкъым, атӀэ къуэ ухъуащ. Къуэ узэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъигъэсыр уэри къыплъигъэсынущ.</verse>
				<verse number="8">БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей?</verse>
				<verse number="10">Хэха махуэри, мазэри, зэманри, илъэсри вгъэлъапӀэ.</verse>
				<verse number="11">Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?</verse>
				<verse number="12">СыныволъэӀу, си къуэшхэ, сэ схуэдэ фыхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри фэ хуэдэ сыхъуащ. Фэ мыхъумыщӀагъэ къызэфщӀакъым.</verse>
				<verse number="13">ЗэрыфщӀэщи, Тхьэм и хъыбарыфӀыр япэ дыдэ къыщӀыфхуэсӀуэтар сызэрысымэджар арщ.</verse>
				<verse number="14">Си сыщысымаджэм гугъу фыкъыздехьами, нэмыплъ къызэфтакъым икӀи Ӏумпэми сыфщӀакъым, Тхьэм сримелыӀыч хуэдэ, е сы-Мэссихь Хьисэ хуэдэ фыкъысхущытащ.</verse>
				<verse number="15">Куэду фыкъысщыгуфӀыкӀащ. ФлъэкӀыну щытатэмэ, фи нэхэр къифтхъыу къызэфтыным хуэдэт – абы щыхьэт сытохъуэ.</verse>
				<verse number="16">НтӀэ, щыпкъагъэр зэрывжесӀам щхьэкӀэ, сэ фи бий сыхъуа сэ?</verse>
				<verse number="17">А цӀыхухэр фэ къывогугъу, ауэ абыхэм я мурадыр фӀыкъым. Ахэр дэ фыдбгъэдашыным хущӀокъу, фэ езыхэм фызрагъэгугъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="18">Мурадыр фӀымэ, зыр зым егугъуныр сыт щыгъуи фӀыщ, сэ фи деж сыщыщыӀэ къудейм и мызакъуэу.</verse>
				<verse number="19">Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху.</verse>
				<verse number="20">Фи деж иджы сыщыӀатэмэ, си макъыр макъ щабэкӀэ сщӀыну сыхуейт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэр щхьэкӀэ жысӀэнур сщӀэркъым.</verse>
				<verse number="21">КъызжефӀэ, фэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтыну хуейхэм, Торэт хабзэм итхэр зэхэфщӀыкӀыркъэ?</verse>
				<verse number="22">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Ибрэхьим къуитӀ зэриӀар, зыр и унэӀут цӀыхубзым, адрейр щхьэгъусэ щхьэхуитым къилъхуауэ.</verse>
				<verse number="23">УнэӀут цӀыхубзым и къуэр сабий къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэу къалъхуащ, ауэ и щхьэгъусэм и къуэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ къалъхуащ.</verse>
				<verse number="24">А Ӏуэхум мыхьэнэ щэху хэлъщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзитӀыр зэгурыӀуэныгъитӀым хуэбгъэдэн плъэкӀынущи. УнэӀут цӀыхубзу Хьэджэр зи цӀэр Тхьэм езымрэ Мусэ бегъымбарымрэ яку Синай бгым щыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэм хуэдэщ. А цӀыхубзым къыщӀэхъуахэр пщылӀт.</verse>
				<verse number="25">Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ.</verse>
				<verse number="26">Ауэ уафэм щыӀэ Ерусалим щхьэхуитщ. Ар дэ псоми анэ къытхуохъу.</verse>
				<verse number="27">Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ, сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз. Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар, Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ, лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ».</verse>
				<verse number="28">Ди къуэшхэ, Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ, Исхьэкъ Ибрэхьим и бын зэрыхъуам хуэдабзэу, дэри Тхьэм и бын дыхъуащ.</verse>
				<verse number="29">Хьэджэр зи цӀэ унэӀут цӀыхубзымкӀэ Ибрэхьим къыщӀэхъуа къуэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету абы къыхуалъхуа къуэм а зэманым гугъуехь иригъэшэчащ. Иджыри апхуэдэщ.</verse>
				<verse number="30">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтыр сыт? «Мы унэӀут цӀыхубзымрэ абы и къуэмрэ зыбгъэдэгъэкӀыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэгъусэ щхьэхуитым и къуэм къыхуэнэж мылъкумкӀэ унэӀут цӀыхубзым и къуэм Ӏыхьэ лъысынукъым».</verse>
				<verse number="31">Аращи, си къуэшхэ, унэӀут цӀыхубзым дрибынкъым, атӀэ щхьэгъусэ щхьэхуитым дрибынщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.</verse>
				<verse number="2">Сэ, Паул, нывжесӀэм федаӀуэ, цӀыхухэм сунэт зевгъэщӀмэ, Мэссихь и фӀагъ къывэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="3">Иджыри щыхьэт сохъу, сунэт зезыгъэщӀ дэтхэнэми Торэт хабзэм ит псори игъэзэщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="4">Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым.</verse>
				<verse number="5">Дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщогугъэ. Апхуэдэу зэрыхъунум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми дыщегъэгугъ.</verse>
				<verse number="6">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.</verse>
				<verse number="7">Гъуэгу захуэм хъарзынэу фрикӀуэрт. Щыпкъагъэм фримыгъэдаӀуэу, хэт фэ къыфпэрыуар?</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу фэзыгъэщӀар зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр аркъым.</verse>
				<verse number="9">«Пщагъэ мащӀэми тхьэв псор егъэтэдж».</verse>
				<verse number="10">Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Ӏуэхухэр сэ зэрызэхэсщӀыкӀым хуэдэу, фэри зэхэфщӀыкӀынкӀэ сыфщогугъ. Хэтуи щрет, фызыгъэгулэзым и къуаншагъэм пэкӀур игъуэтыжынущ.</verse>
				<verse number="11">Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.</verse>
				<verse number="12">Фызыгъэгулэзхэр лъэныкъуэ ирагъэзакӀэщэрэт!</verse>
				<verse number="13">Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм ит псори мы зы унафэ закъуэм къеубыд: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».</verse>
				<verse number="15">Ауэ зэпымыууэ фызэдзэгъуу икӀи фызэрышхыу щытмэ, зыр зым зэримыгъэкӀуэдыным фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, нывжызоӀэ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэриущийм тету фыпсэу. Фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсым фыдишэхынукъым абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейм поув. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейри цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейм поув. Фызыхуейр фымыщӀэфыну ахэр зэпоув.</verse>
				<verse number="18">Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фызэриущийм тету фыпсэумэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм фыщӀэтыжынукъым.</verse>
				<verse number="19">ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр;</verse>
				<verse number="20">тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр,</verse>
				<verse number="21">зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.</verse>
				<verse number="22">Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,</verse>
				<verse number="23">гущабагъэр, зышыӀэныгъэр. Мы Ӏуэхухэм къапэув хабзэ щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="24">Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ гъащӀэ къыдэзытар, абы дызэриущийм тету дыпсэун хуейщ.</verse>
				<verse number="26">ДыкъызыфӀэщӀыжу, дызэрыгъэгубжьу икӀи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="2">Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ.</verse>
				<verse number="3">Зыгуэрым, цӀыкӀу пэтрэ, ину зилъытэжмэ, езым и щхьэрщ къигъэпцӀэжыр.</verse>
				<verse number="4">Езым и Ӏуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Ӏуэхур фӀымэ, нэгъуэщӀ цӀыхум и Ӏуэхум емыплъу, езым и Ӏуэхур зытетым ирипэгэн лъэкӀынущ,</verse>
				<verse number="5">хэти и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщи.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.</verse>
				<verse number="7">ЗыкъэвмыгъэпцӀэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцӀэнукъым. ЦӀыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ.</verse>
				<verse number="8">И гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цӀыхум кӀуэдыныгъэр игъуэтыжынущ. Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хьэсэм тезысэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ игъуэтынущ.</verse>
				<verse number="9">ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.</verse>
				<verse number="10">Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.</verse>
				<verse number="11">Флъагъурэ сэ си ӀэкӀэ ныфхуэстха къомыр!</verse>
				<verse number="12">Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ.</verse>
				<verse number="13">Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.</verse>
				<verse number="15">Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.</verse>
				<verse number="16">Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.</verse>
				<verse number="17">ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ.</verse>
				<verse number="18">Ди къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фигухэм къащрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="49">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Фэ, Ефес къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, абы хуэпэжхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.</verse>
				<verse number="6">Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.</verse>
				<verse number="7">Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.</verse>
				<verse number="8">АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.</verse>
				<verse number="11">Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="13">Фэ фи псэми Мэссихь щыщ хъуащ. Мэссихь фи псэм щыщ щыхъуар щыпкъагъэм теухуа хъыбару, фымыкӀуэду фыкъезыгъэл хъыбарыфӀыр щызэхэфхам щыгъуэщ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурым хуэдэу фи гум кърилъхьащ.</verse>
				<verse number="14">Дэ, Тхьэм и цӀыхухэм, ди щхьэхэр ищэхужыху, ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди сакъылэтщ, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="15">Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,</verse>
				<verse number="16">Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, фи гугъу сощӀ икӀи фэр щхьэкӀэ зэпымыууэ абы щӀыхь хузощӀ.</verse>
				<verse number="17">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.</verse>
				<verse number="18">Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.</verse>
				<verse number="19">Абы нэмыщӀу сыщӀелъэӀур, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, ди псэм хэлъу, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэри фщӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="20">А лъэкӀыныгъэшхуэр зыхуэдэр Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжу, уафэм дришеижауэ ижьырабгъумкӀэ зэрызыбгъэдигъэтӀысхьа лъэкӀыныгъэшхуэр арщ.</verse>
				<verse number="21">Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.</verse>
				<verse number="22">ЩыӀэ псори Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэри, псоми я щхьэу икӀи члисэ зэхуэсым и щхьэу щытыну Тхьэм ар игъэуващ.</verse>
				<verse number="23">Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъым хуэдэщ. ДэнэкӀи щыӀэ псори нэгъэса зыщӀ Мэссихь члисэ зэхуэсым нэгъэсауэ хэлъщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.</verse>
				<verse number="2">А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.</verse>
				<verse number="3">Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.</verse>
				<verse number="4">Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.</verse>
				<verse number="5"></verse>
				<verse number="6">Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар Мэссихь Хьисэ къытхуригъэщӀа фӀыгъуэмкӀэ езым и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэр къэкӀуэну лъэхъэнэхэм я цӀыхухэми яригъэлъагъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.</verse>
				<verse number="9">Дэ фӀы зэрытщӀаракъым дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщӀригъэлыр. Ар зы цӀыхум и напщӀэ тримылъхьэн щхьэкӀэ, Тхьэм а Ӏуэхур апхуэдэу игъэпсащ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ:</verse>
				<verse number="12">Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.</verse>
				<verse number="13">Ауэ иджы, Мэссихь фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фэ, зэгуэрым Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэр, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ Тхьэм гъунэгъу фыхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Мэссихьщ дызэзыгъэкӀужар. Езыращ а тӀур зы зыщӀари, абыхэм яку дэлъа зэбииныгъэм и блыныр ипкъкӀэ къэзыгъэуари.</verse>
				<verse number="15">Унафэхэмрэ хабзэхэмрэ зэрыт Торэт хабзэр лъэныкъуэ иригъэзащ абы. Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар, цӀыхухэр зэригъэкӀужкӀэрэ, а лъэпкъитӀыр зы лъэпкъыщӀэ игъэхъун папщӀэщ.</verse>
				<verse number="16">Зэбииныри жорым щигъэкӀуэду, а тӀур зыпкъ хъуауэ, жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, ахэр Тхьэм иригъэкӀужын папщӀэщ Мэссихь апхуэдэу щӀищӀар.</verse>
				<verse number="17">Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.</verse>
				<verse number="18">Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ, а зы Псэ ЛъапӀэр ди псэм хэлъурэ, тӀури Адэ лъапӀэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ дэ.</verse>
				<verse number="19">Аращи, хамэу икӀи хэхэсу фыщытыжкъым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм фыхилъытащ, Тхьэм и унагъуэм щыщи фыхъуащ.</verse>
				<verse number="20">Апостолхэмрэ бегъымбархэмрэ ягъэува лъабжьэм фытетщ. Езы Мэссихь Хьисэращ унэр зэтезыӀыгъ лъабжьэ мывэ нэхъыщхьэр.</verse>
				<verse number="21">Зиусхьэн Хьисэщ унэ псори зэтезыгъэувэр, езыр а унэм зэрисым щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэ лъапӀэ хъуну зеӀэт.</verse>
				<verse number="22">Фэ Мэссихь фи псэм щыщщи, мывэхэм фахуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зэрыс унэм Мэссихь фэри фыхегъэувэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри, Ӏуэху фхуэсщӀэну си пщэм къызэрыдилъхьам и хъыбарыр зэхэфхауэ щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и мурад щэхур къысхуигъэнахуэри сигъэщӀащ, кӀэщӀу нызэрыфхуэстхам хуэдэу.</verse>
				<verse number="4">Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ.</verse>
				<verse number="5">А щэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм апостол лъапӀэхэмрэ бегъымбар лъапӀэхэмрэ мы зэманым зэрахуигъэнэхуам хуэдэу, цӀыхухэм я япэрей щӀэблэхэм Тхьэм яригъэщӀэгъакъым.</verse>
				<verse number="6">А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм къысхилъхьа лъэкӀыныгъэм тету, мы Ӏуэхур згъэзэщӀэну абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ саугъэту къызэрызитри, мы хъыбарыфӀым сыхуэлэжьэну сигъэуващ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и мурад щэхур цӀыху псоми наӀуэ яхуэсщӀынуи арщ. БлэкӀа лъэхъэнэхэм къыщыщӀэдзауэ, а мурад щэхур Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀам цӀыхухэм яригъэщӀауэ щытакъым.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм а Ӏуэхур игъэзэщӀащ, Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэным иригъэгъэзэщӀа зэи мыкӀуэдыжын мурадым тету.</verse>
				<verse number="12">Мэссихь ди псэм щыщу, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дыгушхуэурэ икӀи езым дыщыгугъыурэ, Тхьэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="13">Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.</verse>
				<verse number="14">Аращи, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу соувэ.</verse>
				<verse number="15">Езыращ Адэ лъапӀэу уафэми щӀылъэми щыӀэ унагъуэ псоми я цӀэр къызытекӀыр.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,</verse>
				<verse number="17">ар фи фӀэщ зэрыхъуамкӀэ Мэссихь фи псэм щыщын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="18">Фи лъабжьэхэр фӀылъагъуныгъэм тещӀыхьауэ икӀи фэ абы фытету, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фрагъусэу, Мэссихь и фӀылъагъуныгъэм и бгъуагъри, и кӀыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри къывгурыӀуэн флъэкӀыну Тхьэм солъэӀу.</verse>
				<verse number="19">А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Тхьэм къытхилъхьа лъэкӀыныгъэмкӀэ Ӏуэхуу дызэрелъэӀуфынухэмрэ дызэгупсысыфынухэмрэ нэхърэ егъэлеяуэ нэхъыбэж ищӀыфынущ абы.</verse>
				<verse number="21">Дэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм хэлъу, члисэ зэхуэсым щыщхэм, мыкӀуэдыжын лъэхъэнэу къэкӀуэнухэмкӀи щӀэблэ къэхъунухэмкӀи Тхьэм щӀыхьышхуэр хуэдвгъэщӀ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.</verse>
				<verse number="2">Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэакъылыгъу фищӀащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыӀуэныгъэмкӀэ фыхущӀэкъу.</verse>
				<verse number="4">Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ.</verse>
				<verse number="5">Зиусхьэныр зыщ, фӀэщхъуныгъэри зыщ, дыщӀаумэхъри зыщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэуэ цӀыху псоми я Адэ лъапӀэри зыщ. Абы цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэщ, къэхъугъэ псоми Ӏуэху зыхурегъэлэжь, ар псоми ди псэм щыщщ.</verse>
				<verse number="7">Дэ тщыщ дэтхэнэми Мэссихь и нэфӀ къыщыхуащ, хэти тыгъэ къритыну зэрыхуигъэфэщам теухуауэ.</verse>
				<verse number="8">Аращ Тхьэм и псалъэ тхахэм щӀахэтыр: «ИщхьэмкӀэ щыдэкӀуеижым, Ӏэхъулъэхъу зэрылъхэр здыдришеящ, цӀыхухэми тыгъэхэр яритащ».</verse>
				<verse number="9">(«ИщхьэкӀэ дэкӀуеижащ» жыхуиӀэ псалъэхэм къикӀыр езыр нэхъапэм щӀылъэм и лъахъшапӀэ дыдэм нэс къызэрехаращ.</verse>
				<verse number="10">А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.)</verse>
				<verse number="11">Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.</verse>
				<verse number="12">Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.</verse>
				<verse number="13">Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.</verse>
				<verse number="14">Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.</verse>
				<verse number="15">ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.</verse>
				<verse number="16">Езы Мэссихьыращ пкъым къару езыгъэгъуэтри, пкъыр зэзыпхыурэ пкъы псори зэхэзыгъэувэри, зэщӀэзыубыдэри. Апхуэдэу пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкӀэ, пкъым хохъуэ, фӀылъагъуныгъэкӀи къару нэхъ егъуэт.</verse>
				<verse number="17">Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.</verse>
				<verse number="18">Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.</verse>
				<verse number="19">Гулъытэ ямыӀэу, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратащ абыхэм, загъэнщӀыни ялъэмыкӀыу, сыт хуэдэ мыкъабзэныгъэми хэтщ.</verse>
				<verse number="20">Ауэ Мэссихь и хъыбарыр фэзыгъэщӀа цӀыхухэм а хъыбарыр щӀывагъэщӀар аракъым.</verse>
				<verse number="21">Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.</verse>
				<verse number="22">Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.</verse>
				<verse number="23">Фи гум илъри фи гупсысэкӀэри Тхьэм зэревгъэхъуэкӀын зэрыхуейр фагъэщӀащ.</verse>
				<verse number="24">Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиӀэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщӀэфӀыр фащэу зэфшэкӀын зэрыхуейри фагъэщӀащ.</verse>
				<verse number="25">Аращи, пцӀы упсыныр зыхэвни, хэти езым и гъунэгъум щыпкъагъэр щытрырет, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ псори зыпкъ закъуэм дыщыщщ.</verse>
				<verse number="26">Фыгубжьми, гуэныхь зыхэлъ фымыщӀэ. Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ.</verse>
				<verse number="27">ШейтӀаным гъуэгу евмыт.</verse>
				<verse number="28">ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="29">ЕмыкӀу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкӀ, адрей цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфӀхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкӀ, а псалъэхэр зэхэзых цӀыхухэм фи фӀагъ евгъэкӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="30">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.</verse>
				<verse number="31">Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.</verse>
				<verse number="32">Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="2">Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.</verse>
				<verse number="4">ХъуанэцӀанэр, зыри къызэрымыкӀ гушыӀэ мышыур фэ фхуэфащэкъым, фхуэфащэр Тхьэм щӀыхь хуэфщӀынырщ.</verse>
				<verse number="5">Мы Ӏуэхур зэвгъащӀэ: Зинэ зыщӀэ цӀыхум, е зи гур мыкъабзэм, е нэпсейм – апхуэдэ цӀыхум тхьэ нэпцӀ егъэлъапӀэ, – апхуэдэм Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысынукъым.</verse>
				<verse number="6">Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.</verse>
				<verse number="7">Аращи, апхуэдэ цӀыхухэм гъусэ фахуэмыхъу.</verse>
				<verse number="8">Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,</verse>
				<verse number="9">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ псори, захуагъэ псори, щыпкъагъэ псори нэхум къыпокӀуэ.</verse>
				<verse number="10">Зиусхьэным игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр вгъэунэху икӀи зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="11">ПщӀэ зимыӀэ кӀыфӀым и Ӏуэхухэм фи Ӏуэхур хэвмылъхьэ, атӀэ а Ӏуэхухэр зыхуэдэр къыщӀэвгъэщ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ.</verse>
				<verse number="13">Ауэ нэхум Ӏуэху псори ӀупщӀ щищӀкӀэ, ахэр къолъагъуэ, къэлъагъуэ псори нэху мэхъури.</verse>
				<verse number="14">Аращ мыпхуэдэу щӀыжаӀэр: «Уэ, жейр, къэушыж, лӀахэм къахэтэджыкӀыжи, Мэссихь нэхур къыптригъэпсэнущ».</verse>
				<verse number="15">Аращи, фи псэукӀэмкӀэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфӀагъэ зимыӀэхэм фахуэмыдэу, акъылыфӀагъэ зиӀэхэм фахуэдэу фыпсэу.</verse>
				<verse number="16">Игъуэр блэвмыгъэкӀ, мы махуэхэр махуаещи.</verse>
				<verse number="17">Аращи, фымыгупсысэу фымыпсэу, Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаӀуэ.</verse>
				<verse number="18">Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.</verse>
				<verse number="19">УэрэдхэмкӀи, тхьэщӀыхь уэрэдхэмкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэмкӀи фызэдежьу. Фигу псомкӀи Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀурэ, абы уэрэд хужыфӀэ.</verse>
				<verse number="20">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ.</verse>
				<verse number="21">Мэссихь и фӀэлӀыкӀ фи гум илъурэ, фызэхуэӀурыщӀэ.</verse>
				<verse number="22">Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, филӀхэми фахуэӀурыщӀэ.</verse>
				<verse number="23">Мэссихь члисэ зэхуэсым и щхьэу зэрыщытым хуэдэу, лӀыри и фызым и щхьэу щытщ. Члисэ зэхуэсыр Мэссихь и пкъыу щытщ, езыращ а пкъыр мыкӀуэду къезыгъэлыр.</verse>
				<verse number="24">Члисэ зэхуэсыр Мэссихь зэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, фызри и лӀым сыт ищӀысымкӀи хуэӀурыщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="25">Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу.</verse>
				<verse number="26">Мэссихь и псэр щӀитар псымкӀи и псалъэхэмкӀи члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкъэбзэжу, гукъабзагъэ абыхэм яӀэ хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="27">Абы нэмыщӀу, Мэссихь и псэр щӀитар члисэ зэхуэсым дахагъэ иӀэу, е бжьыгъэ, е зэлъагъэ, е апхуэдэ щыщӀагъэ лъэпкъ имыӀэу, атӀэ гукъабзэу, къуаншагъэ зыри бгъэдэмылъу, езым и пащхьэм иригъэувэн папщӀэщ.</verse>
				<verse number="28">Апхуэдэу, лӀым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ. Зи фызыр фӀыуэ зылъагъум и щхьэри фӀыуэ елъагъуж.</verse>
				<verse number="29">Зыми езым и пкъыр илъагъу мыхъуу зэи щытакъым, атӀэ пкъыр зыхуэныкъуэр ирегъэгъуэт икӀи йогугъу, Зиусхьэныр члисэ зэхуэсым зэрегугъум хуэдэу;</verse>
				<verse number="30">Мэссихь и пкъым дыщыщщ, и лым дыщыщщ, и къупщхьэми дыщыщщ.</verse>
				<verse number="31">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр и адэ-анэхэм яхэкӀынурэ, и фызым гъусэ хуэхъунурэ, а тӀур зыпкъ хъунущ».</verse>
				<verse number="32">А псалъэхэм яхэлъ щэхур щэхушхуэщ: Сэ къызэрызгурыӀуэмкӀэ, а псалъэхэр зытеухуар Мэссихьрэ члисэ зэхуэсымрэщ.</verse>
				<verse number="33">Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Фэ, бынхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фи адэмрэ фи анэмрэ федаӀуэ. Абы фытетмэ, фӀыщ, фызахуэщ.</verse>
				<verse number="2">«Уи адэмрэ уи анэмрэ щӀыхь яхуэщӀ», жиӀэри аращ япэ унафэу Тхьэм мыбыкӀэ дыкъигъэгугъэурэ:</verse>
				<verse number="3">«ФӀыгъуэ къохъулӀэн икӀи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкӀэ», жиӀэурэ.</verse>
				<verse number="4">Фэ, адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, атӀэ Зиусхьэным зэрыфӀэигъуэм тету фпӀы икӀи вгъасэ.</verse>
				<verse number="5">Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.</verse>
				<verse number="6">Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухэм фазэрыхуэлажьэм хуэмыдэу, Зиусхьэным фызэрыхуэлажьэм хуэдэу, фи тепщэхэм фи гуапэу фахуэлажьэ,</verse>
				<verse number="8">сыт хуэдэ цӀыхуми, ар унэӀутми щхьэхуитми, фӀыгъуэ илэжьмэ, и ӀыхьэфӀыр Зиусхьэным абы къызэрылъигъэсынур фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="9">Фэ, тепщэхэ, фэри фи унэӀутхэм апхуэдэу фадэгъуэгурыкӀуэ, пхъашагъэкӀэ фадэмыгъуэгурыкӀуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэныкъуитӀми а зы Зиусхьэныр уафэм зэрыщывиӀэр фощӀэ. Ар цӀыхухэм я фэм еплъыркъым, атӀэ цӀыху псори абыкӀэ зэхуэдэщ.</verse>
				<verse number="10">ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.</verse>
				<verse number="13">Аращи, Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр къафщтэ, махуаер къыщыскӀэ, гъуэгум фыкъыщимыкӀуэтыжын икӀи псоми фатекӀуэу фи лъэ быдэкӀэ абы фытетын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэӀэ; Тхьэм дежкӀэ диӀэ щыпкъагъэри афэ джанэм хуэдэ зыщыфтӀагъэ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм езым дызэрызригъэкӀужам и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэфӀуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыфтӀагъэ.</verse>
				<verse number="16">Абыхэм нэмыщӀу, фӀэщхъуныгъэр мэӀуху хуэдэ къафщтэ. ШейтӀаным и шабзэ плъахэр абыкӀэ вгъэункӀыфӀын флъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="17">ФымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыр тажым хуэдэ къафщтэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къывит джатэр къафщтэ. А джатэр Тхьэм и псалъэхэр арщ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.</verse>
				<verse number="19">Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу.</verse>
				<verse number="20">Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.</verse>
				<verse number="21">Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ.</verse>
				<verse number="22">Ди Ӏуэхухэр зытетыр фигъэщӀэн, фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ ар фи деж ныщӀэзгъакӀуэр.</verse>
				<verse number="23">Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес.</verse>
				<verse number="24">МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="50">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">Си гум фыкъэкӀыжыху къэс, си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.</verse>
				<verse number="4">Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу,</verse>
				<verse number="5">япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм сызэрелъэӀур щӀэныгъэрэ зэхэщӀыкӀ псомрэ ящӀыгъуу, фӀылъагъуныгъэ нэхъ куэд зэпымыууэ фиӀэну арщ.</verse>
				<verse number="10">Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="12">Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.</verse>
				<verse number="13">Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.</verse>
				<verse number="15">Пэжщ, фыгъуэнырэ зэщыхьэнырэ я гум илъу, Мэссихь теухуа хъыбарыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри щыӀэщ, ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм, я гум фӀы зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ.</verse>
				<verse number="16">Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ.</verse>
				<verse number="17">Адрейхэм, я гум фӀылъагъуныгъэ зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ. Мэссихь и хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап естыжыну Тхьэм сызэригъэувар ящӀэ.</verse>
				<verse number="18">Ар Ӏуэхукъым. Мыпхуэдэуи, апхуэдэуи, мурад бзаджэмкӀи, мурадыфӀымкӀи Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ хъумэ, согуфӀэ. ИкӀи зэпымыууэ сыгуфӀэнущ,</verse>
				<verse number="19">Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри.</verse>
				<verse number="20">СыщӀэукӀытэжын лъэпкъ щымыӀэу, иджыри, сыт щыгъуи, сыпсэуми, сылӀэми, сипкъкӀэ сыгушхуэу Мэссихь зэпымыууэ зэрызгъэлъэпӀэным сыщӀохъуэпс икӀи сыщогугъ.</verse>
				<verse number="21">ГъащӀэ пэж жыхуэсӀэр Мэссихь сыхуэлэжьэнырщ, сылӀэми, и фӀагъ къызэкӀынущ.</verse>
				<verse number="22">Ауэ си пкъым сыщыпсэуну щытмэ, фӀыгъуэ къызыпэкӀуэн Ӏуэху сщӀэн слъэкӀынущ. А ӀуэхуитӀым къыхэсхынур сщӀэркъым.</verse>
				<verse number="23">А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.</verse>
				<verse number="24">Ауэ си пкъым сыкъыхэнэныр фэркӀэ нэхъ сэбэпщ.</verse>
				<verse number="25">Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ.</verse>
				<verse number="26">Абы щыгъуэ фи деж сыныщыкӀуэжкӀэ, Мэссихь Хьисэ къысхуищӀам ину фыщыгуфӀыкӀын флъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="27">Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,</verse>
				<verse number="28">къыфпэувхэм зыкӀи фазэрыщымышынэри сщӀэнущ. Ахэр зэрыкӀуэдынури, фэ фымыкӀуэду фыкъызэрелынури фи псэукӀэм нахуэу яригъэлъагъунущ. ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Тхьэращ.</verse>
				<verse number="29">МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.</verse>
				<verse number="30">ХъыбырыфӀым сызэрыхущӀэкъур зэрыфлъэгъуам хуэдэу, фэри иджы фыхущӀокъу. А щӀэкъуныгъэм иджыри сызэрыхэтыр зэхэфхащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фӀылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущӀэгъуныгъэрэ зэхувиӀэкъэ?</verse>
				<verse number="2">Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт.</verse>
				<verse number="3">Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.</verse>
				<verse number="4">Езым и щхьэм и Ӏуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхуми ирыреплъ.</verse>
				<verse number="5">Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу:</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ хэлъа пэтми, Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым.</verse>
				<verse number="7">Ауэ езым зигъэцӀыкӀури, ӀуэхутхьэбзащӀэм и щытыкӀэ иӀэ хъуащ. ЦӀыхум хуэдэ хъуащ, и теплъэри цӀыхухэм я теплъэм хуэдэу щытащ.</verse>
				<verse number="8">Езым зигъэлъахъшэри, щылӀэнум нэсыху, Тхьэм хуэӀурыщӀащ, жорым щыкӀэрылӀыхьам нэсыху.</verse>
				<verse number="9">Аращи, Тхьэм ар игъэинри, цӀэ псоми нэхърэ нэхъ цӀэшхуэр къритащ.</verse>
				<verse number="10">Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ, уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми щыӀэхэр аращ,</verse>
				<verse number="11">бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,</verse>
				<verse number="13">езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.</verse>
				<verse number="14">Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ,</verse>
				<verse number="15">къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.</verse>
				<verse number="16">ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.</verse>
				<verse number="17">Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ.</verse>
				<verse number="18">Аращи, фэри фызигъусэу фыгуфӀэн хуейщ фи гуапэу.</verse>
				<verse number="19">Тимофей куэд мыщӀэу ныфхуэзгъэкӀуэфынкӀэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ, фи хъыбархэр зэхэсхыу си гур псэхужын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым.</verse>
				<verse number="21">ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.</verse>
				<verse number="22">Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.</verse>
				<verse number="23">Си Ӏуэхухэр зэрыхъунур къызэрысщӀэу, ар ныфхуэзгъэкӀуэнкӀэ согугъэ.</verse>
				<verse number="24">Сэри куэд мышӀэу фи деж нытезгъэзэнкӀэ Зиусхьэным сыщогугъ.</verse>
				<verse number="25">Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.</verse>
				<verse number="26">Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.</verse>
				<verse number="27">Пэжщ, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ сымэджащ. Ауэ Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀащ, абы и мызакъуэу, сэри гущӀэгъу къысхуищӀащ, си гум къемыуэн даӀимауэ щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="28">НыфхуэзгъэкӀуэжыну сыщӀыхуэпӀащӀэр ар фэ къыфхыхьэжмэ, фызэрыгуфӀэнур, сэ си гузэвэгъуэри нэхъ мащӀэ зэрыхъунур сощӀэри аращ.</verse>
				<verse number="29">Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ,</verse>
				<verse number="30">Мэссихь и Ӏуэхум щхьэкӀэ ар лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ щытащ. Фэ къысхуэфщӀэн флъэмыкӀа Ӏуэхур къысхуищӀэн щхьэкӀэ, и псэм щымысхьу, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуащ ар.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.</verse>
				<verse number="2">Хьэхэм хуэдэ цӀыхуу бзаджагъэ зылэжьу адрей цӀыхухэр сунэт зыщӀхэм защыфхъумэ.</verse>
				<verse number="3">Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу щытми, сэри апхуэдэ Ӏуэхухэм сащыгугъын слъэкӀынт. ЦӀыху гуэр пкъым епха Ӏуэхухэм ящыгугъ хъуну къыфӀэщӀмэ, сэ а цӀыхум нэхърэ а Ӏуэхухэм нэхъ сащыгугъ хъунущ.</verse>
				<verse number="5">Махуий си ныбжьу сунэт сащӀащ сэ, израил лъэпкъым сыщыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ, журтхэм сакъыхэкӀащ, Торэт хабзэм сытету фарисей гупым сыщыщащ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.</verse>
				<verse number="7">Ауэ сэ си фӀагъ къызыхэкӀыу щыта Ӏуэхухэм, Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, пщӀэ ямыӀэжу солъытэ иджы.</verse>
				<verse number="8">Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун</verse>
				<verse number="9">икӀи ар си псэм щыщын щхьэкӀэ. Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сызэрилъытэм сэ злэжьа ӀуэхуфӀхэм я Ӏуэху хэлъкъым. Сэ жыхуэсӀэр – Тхьэм щыпкъагъэ сиӀэу сыщӀилъытэр МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрызиӀэм щхьэкӀэщ. Торэт хабзэм итхэр згъэзащӀэурэ, абы и Ӏуэху абы хэлъкъым. А щыпкъагъэу сиӀэр Тхьэм деж къокӀ, фӀэщхъуныгъэми тетщ.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу, Тхьэм лӀахэм сакъыхигъэтэджыкӀыжыным сыщогугъ.</verse>
				<verse number="12">А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.</verse>
				<verse number="13">Си къуэшхэ, сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ слъытэркъым, ауэ зы Ӏуэху закъуэ сощӀэ: блэкӀа Ӏуэхухэр сщыгъупщэжурэ, сяпэкӀэ ит Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсынум и ужь ситщ.</verse>
				<verse number="14">Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.</verse>
				<verse number="15">Мэссихь и Ӏуэхухэм теухуауэ щыщӀагъэ зимыӀэ цӀыху нэгъэса хъуауэ дэ тщыщу дэтхэнэри апхуэдэу гупсысэн хуейщ. Ӏуэху гуэрым теухуауэ нэгъуэщӀ гупсысэкӀэ фиӀэмэ, Тхьэм ари нахуэ къыфхуищӀынущ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.</verse>
				<verse number="17">Си къуэшхэ, си лъэужьым фыкърикӀуэ. Фызэрыпсэун хуейм и щапхъэу фэдгъэлъэгъуам тету псэухэм фадэплъей.</verse>
				<verse number="18">Куэдрэ зэрывжесӀам хуэдэу, иджыри си нэпсхэр къехуэхыурэ, нывжызоӀэ: ЦӀыху куэд Мэссихь и жорым бий хуэхъуащ.</verse>
				<verse number="19">А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.</verse>
				<verse number="20">Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ.</verse>
				<verse number="21">Езым и лъэкӀыныгъэшхуэ зэрылажьэмкӀэ, Ӏуэху псори и тепщэныгъэм зэрыщӀигъэувэмкӀэ дипкъ тхьэмыщкӀэхэр зэрихъуэкӀынурэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ езым и пкъым хуэдэ ищӀынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу.</verse>
				<verse number="3">Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.</verse>
				<verse number="4">Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.</verse>
				<verse number="5">Фи гущабагъэр цӀыху псоми нахуэ яхурехъу. Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="6">Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм къыбгъэдэкӀ гузэгъэгъуэу цӀыхухэм къагурыӀуэфынум нэхърэ куэдкӀэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, къихъумэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="8">ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.</verse>
				<verse number="9">Ӏуэхуу сэ фэзгъэщӀахэри, къыфхуэзгъэнахэри, сэ къыжысӀэу зэхэфхахэри, сэ сщӀэуэ флъэгъуахэри вгъэзащӀэ. Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи фи гъусэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="10">Сэ аргуэру фыкъызэрызэгугъуар Зиусхьэныр си псэм щыщу, куэду си гуапэ хъуащ. Нэхъапэми фыкъызэгугъурт, ауэ фыкъыздэӀэпыкъуну Ӏэмал вгъуэтакъым.</verse>
				<verse number="11">Сызыхуэныкъуэ гуэр щыӀэу аракъым ар щӀыжысӀэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыт къысщыщӀми, сигу сыарызыуэ зезгъэсащ.</verse>
				<verse number="12">ТхьэмыщкӀагъэм сыхэтынри, беягъэм сыхэтынри зыхуэдэр сощӀэ. ЗызгъэнщӀами, сымэжалӀэми, сыбейми, сытхьэмыщкӀэми, сыт къысщыщӀми, дапщэщи сыарэзыуэ зезгъэсащ.</verse>
				<verse number="13">ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу щыт пэтми, сызыхэт гузэвэгъуэмкӀэ гъусэ фыкъызэрысхуэхъуар фӀыуэ фщӀащ.</verse>
				<verse number="15">Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым.</verse>
				<verse number="16">Фессалоникэ къалэм сыщыщыӀам, сызыхуэныкъуэр зыкъомрэ фи лӀыкӀуэхэм къысхуевгъэхьащ.</verse>
				<verse number="17">Ар щӀыжысӀэр фи тыгъэм сыщӀэхъуэпсу аракъым, фи тыгъэм къыпэкӀуэу фӀы зэрывгъуэтынур арщ.</verse>
				<verse number="18">Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ.</verse>
				<verse number="19">Мэссихь Хьисэ фи гум хэлъщи, щӀыхьышхуэ зиӀэ и къулеигъэшхуэм хуэфащэу си Тхьэм фызыхуэныкъуэ псори къывитынущ.</verse>
				<verse number="20">МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэрщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм фӀэхъус схуефхыж. Си гъусэ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж, псом хуэмыдэу кесарым и унэшхуэм щыщхэм.</verse>
				<verse number="23">Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фи гум къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="51">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу,</verse>
				<verse number="2">фэ, Колоссэ къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь зи псэм щыщу, абы хуэпэж къуэшхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм дыфхуелъэӀуху къэс, Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм фӀыщӀэ худощӀ,</verse>
				<verse number="4">Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.</verse>
				<verse number="6">Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.</verse>
				<verse number="7">ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фи фӀылъагъуныгъэм и хъыбари къытхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="9">Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.</verse>
				<verse number="10">Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.</verse>
				<verse number="11">Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фыхуэгуфӀэурэ фӀыщӀэ хуэфщӀ. Нэхур здэщыӀэ щӀыпӀэм деж Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀымкӀэ фэри Ӏыхьэ къыфлъысыну къыфхуигъэфэщащ.</verse>
				<verse number="13">КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.</verse>
				<verse number="14">Езым и Къуэращ лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр къэзыщэхужар, ди гуэныхьхэри къытхуэзыгъэгъуар.</verse>
				<verse number="15">Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм Мэссихь псори къригъэгъэщӀащ – уафэми щӀылъэми щыӀэ псори, цӀыхухэм ялъагъу Ӏуэхухэри ямылъагъу Ӏуэхухэри, пащтыхь тахътэхэм исхэри, пашэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри. Тхьэм езым и Къуэм псори къригъэгъэщӀащ, абы и Къуэм и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ щыӀэщ ахэр.</verse>
				<verse number="17">А псори щыщымыӀам, Къуэ лъапӀэр щыӀащ. Аращ псори зэщӀэзубыдэр.</verse>
				<verse number="18">Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.</verse>
				<verse number="19">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъуэу илъытати, и щытыкӀэ псори и Къуэм хэлъ хъуащ.</verse>
				<verse number="20">И Къуэм жорым лъыуэ щыщӀэкӀамкӀэ, Тхьэм езым дызригъэкӀужурэ, и Къуэм къыпкъырыкӀыу щӀылъэми уафэми щыӀэ псори езым зригъэкӀужащ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм икъукӀэ фыпэмыжыжьэу фыщытащ пасэм, фигукӀэ фрибийуэ бзаджагъэхэр фщӀэуэ.</verse>
				<verse number="22">Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="23">Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.</verse>
				<verse number="24">Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум тету, Тхьэм и хъыбарыфӀыр нэсауэ фэзгъэщӀэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсхэм сахуолажьэ.</verse>
				<verse number="26">А хъыбарыфӀыр блэкӀа лъэхъэнэхэмрэ щӀэблэхэмрэ къащыщӀэдзауэ Тхьэм цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щыта щэхущ. Тхьэм а щэхур и цӀыху лъапӀэхэм яхуигъэнэхуащ иджы.</verse>
				<verse number="27">Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.</verse>
				<verse number="28">Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыр доӀуатэ. Дэтхэнэ зы цӀыхум МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и пащхьэм цӀыху нэгъэсауэ идгъэувэн щхьэкӀэ, акъылыфӀагъэ псомкӀи гурыдогъаӀуэ икӀи идогъащӀэ.</verse>
				<verse number="29">Ар згъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Мэссихь къысхилъхьа лъэкӀыныгъэ инымкӀэ хуабжьу солажьэ икӀи сыщӀокъу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="2">Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="3">Уасэшхуэ зиӀэ акъылыфӀагъэ псори щӀэныгъэшхуэ псори Мэссихь хэлъщ.</verse>
				<verse number="4">Ар щӀыжысӀэр гъэпцӀагъэ зыхэлъ псалъэхэмкӀэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Сэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ. ГъэпсыкӀэфӀу фиӀэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэм и быдагъэри щыслъагъукӀэ согуфӀэ.</verse>
				<verse number="6">Мэссихь Хьисэ Зиусхьэну фщтащи, ар фи псэм щыщурэ фыпсэу.</verse>
				<verse number="7">Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.</verse>
				<verse number="8">Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и щытыкӀэ псори Мэссихь и пкъым хэлъщ.</verse>
				<verse number="10">Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.</verse>
				<verse number="11">Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.</verse>
				<verse number="12">Фыщаумэхъым, Мэссихь фригъусэу фыщӀалъхьэжащ. Фыщаумэхъым деж Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ.</verse>
				<verse number="13">Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.</verse>
				<verse number="14">Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.</verse>
				<verse number="15">Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.</verse>
				<verse number="17">Мы Ӏуэху псори къэкӀуэну щыта Ӏуэхухэм я ныбжь къудейщ, ауэ а ныбжьыр зейр Мэссихьщ.</verse>
				<verse number="18">Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.</verse>
				<verse number="19">Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.</verse>
				<verse number="20">Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:</verse>
				<verse number="21">«Мы шхыныр къыумыщтэ!» «Мыр умышх!» «Мыбы уемыӀусэ!»?</verse>
				<verse number="22">Апхуэдэ унафэхэр зытеухуар цӀыхухэм къазэрыӀэщӀыхьэу кӀуэдыж шхынырщ. ЦӀыхухэм къагупсысауэ, а унафэхэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ирагъащӀэ.</verse>
				<verse number="23">Гугъуехь яшэчурэ, Тхьэр ягъэлъэпӀэну, егъэлеяуэ загъэцӀыкӀуну, япкъхэми гугъуехь ирагъэшэчыну а унафэхэм цӀыхухэр зэрыхагъэзыхьым щхьэкӀэ, губзыгъагъэу къыпщыхъуми, пщӀэ яӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм япэувынымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун ялъэкӀыркъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит.</verse>
				<verse number="2">Мы дунейм и Ӏуэхухэм фемыгупсысу, уафэм и Ӏуэхухэм фегупсыс.</verse>
				<verse number="3">Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.</verse>
				<verse number="4">Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм емыдаӀуэхэм абы и губжьыр къатехуэнущ апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="7">А цӀыхухэм фыщрагъусэм, апхуэдэ Ӏуэхухэм фэри фахэтащ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ иджы мыпхуэдэ Ӏуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщӀэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, емыкӀу псэлъэкӀэр.</verse>
				<verse number="9">ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри,</verse>
				<verse number="10">щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.</verse>
				<verse number="12">Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.</verse>
				<verse number="13">Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.</verse>
				<verse number="14">Псом япэрауэ, фӀылъагъуныгъэр фи гум ивгъэлъ. ФӀылъагъуныгъэращ зыуэ фыщытыну икӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъуну фэ псори фызэзыпхыр.</verse>
				<verse number="15">Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ.</verse>
				<verse number="16">Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.</verse>
				<verse number="17">Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.</verse>
				<verse number="18">Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="19">ЛӀыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым.</verse>
				<verse number="20">Бынхэ, фи адэ-анэхэм сыт и лъэныкъэукӀи федаӀуэ, Зиусхьэным ар игъуэу елъытэри.</verse>
				<verse number="21">Адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, я гур мыкӀуэдын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="22">УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ.</verse>
				<verse number="23">Сыт фщӀэми, цӀыхухэм зэрахуэфщӀэм хуэдэ иремыхъу, ауэ Зиусхьэным зэрыхуэфщӀэм хуэдэу, фигурэ фи псэкӀэ фщӀэ,</verse>
				<verse number="24">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и цӀыхухэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр фэри влэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ къызэрыфлъысынур фощӀэри. Зиусхьэн Мэссихьщ фызыхуэлажьэр.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэм и бзаджагъэм хуэфащэр иригъэпшыныжынущ; Зиусхьэныр цӀыхухэм я фэм емыплъу, абы цӀыху псори и зэхуэдэщи.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм зэпымыуэ фелъэӀу. Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, фымыжейуэ фысакъ, Тхьэм и фӀыщӀи фщӀы.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.</verse>
				<verse number="4">А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуэтэн хуейм тету, нахуэу яхуэсӀуэтэну Тхьэм фысхуелъэӀу.</verse>
				<verse number="5">Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.</verse>
				<verse number="6">Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащӀэ.</verse>
				<verse number="7">ФӀыуэ тлъагъу ди къуэш Тихик си хъыбар псори фигъэщӀэнущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхумкӀэ пэжыгъэкӀэ дэ къыддоӀэпыкъу икӀи къыддолажьэ.</verse>
				<verse number="8">Мы Ӏуэху дыдэр арщ, ди Ӏуэхухэр зытетыр фигъэщӀэну, фигъэгушхуэну, Тихик фи деж ныщӀэзгъакӀуэр.</verse>
				<verse number="9">Абы и гъусэу узыщыгугъ хъуну икӀи фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Онисим нызогъакӀуэ. Ар фи цӀыхухэм ящыщщ. А тӀум мыбы щекӀуэкӀ Ӏуэху псори фагъэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="10">Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.</verse>
				<verse number="11">ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.</verse>
				<verse number="12">Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.</verse>
				<verse number="13">Епафрас куэду фэ къызэрыфхуэлажьэмкӀи, ди къуэшу Лаодикие, Иерапол къалэхэм* дэсхэм куэду зэрахуэлажьэмкӀи сыщыхьэтщ.</verse>
				<verse number="14">Дэ фӀыуэ тлъагъу ди дохутыр Лукарэ Димасрэ фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="15">Лаодикие къалэм дэс къуэшхэми, Нимфани, абы и унэ щызэхыхьэ члисэ зэхуэсми фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="16">Мы тхылъым феджа нэужь, Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэри мы тхылъым иреджэ. Фэри Лаодикие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ныфхурагъэхьыну си тхылъым феджэ.</verse>
				<verse number="17">«Зиусхьэным уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур гъэзащӀэ», жыфӀи, Архипп схужефӀэж.</verse>
				<verse number="18">Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="52">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу, фэ, Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="2">Фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ худощӀ, Тхьэм дыщелъэӀукӀи, фи гугъу дощӀ.</verse>
				<verse number="3">Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.</verse>
				<verse number="4">Фэ, Тхьэм фӀыуэ илъагъу ди къуэшхэ, абы и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхихар дощӀэ,</verse>
				<verse number="5">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.</verse>
				<verse number="6">Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.</verse>
				<verse number="7">Македоние, Ахаие хэкухэм исхэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щапхъэ фахуэхъуащ.</verse>
				<verse number="8">Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,</verse>
				<verse number="9">екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Фи деж дынызэрыкӀуар пщӀэншэ зэрымыхъуар фощӀэ.</verse>
				<verse number="2">Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.</verse>
				<verse number="3">ХъыбарыфӀыр фи фӀэщ хъуну дыныщӀывэлъэӀур Тхьэм ар цӀыхухэм яхуэтӀуэтэну дэ ди пщэм къызэрыдилъхьар арщ. Дыгъуэщауэ дыщыткъым, дигури мыкъабзэу щыткъым, фыдгъэпцӀэнуи дыхэткъым.</verse>
				<verse number="4">Ауэ Тхьэм а Ӏуэхур дгъэзэщӀэну къытхуигъэфащэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм едгъэщӀэну ди пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ а хъыбарыфӀыр доӀуэтэж. ЦӀыхухэм ягу зредгъэхьыну дыхэткъым, Тхьэуэ ди гум и щыпкъагъэр зыгъэунэхум игу зредгъэхьыну арщ дызыхэтыр.</verse>
				<verse number="5">ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.</verse>
				<verse number="6">Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.</verse>
				<verse number="7">Мэссихь дриапостолщ, тепщэныгъэу фхудиӀэмкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуэн тлъэкӀыну щытами, итӀани анэр и сабийхэм фӀыкӀэ зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, дэри фӀыкӀэ дывдэгъуэгурыкӀуащ.</verse>
				<verse number="8">АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атӀэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="9">Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.</verse>
				<verse number="10">Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.</verse>
				<verse number="11">Адэр и бынхэм зэрадэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу, фэ фщыщ дэтхэнэми дывдэгъуэгурыкӀуэу зэрыщытар фощӀэ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.</verse>
				<verse number="14">Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.</verse>
				<verse number="15">Зиусхьэну Хьисэрэ бегъымбархэмрэ журтхэм яукӀащ, дэри гугъуехь дагъэшэчащ. Ахэр Тхьэм и гум дэмыхьэ цӀыхущ, цӀыху псоми я бийщ.</verse>
				<verse number="16">Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.</verse>
				<verse number="17">Дигурэ ди псэкӀэ фи деж дыщыӀэми, дипкъкӀэ зыкъомрэ дыкъыщывбгъэдэкӀыжым, ди къуэшхэ, дыфщӀэхъуэпсу, фызэдгъэлъагъуным куэду дыхэтащ.</verse>
				<verse number="18">Фи деж дынэкӀуэну дыхуеящ. Сэ, Паулыр, зыбжанэрэ сынэкӀуэну сыхэтащ, ауэ шейтӀаным ар къыдигъэхъулӀакъым.</verse>
				<verse number="19">ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?</verse>
				<verse number="20">Пэжщ ар, ди щӀыхьышхуэри ди гуфӀэгъуэри къызыбгъэдэкӀыр фэращ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">АфӀэкӀа тхуэмыхьыжу, Афинэ къалэм ди закъуэ дыкъыдэнэну тедубыдащ.</verse>
				<verse number="2">Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="3"></verse>
				<verse number="4">Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.</verse>
				<verse number="6">Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.</verse>
				<verse number="7">Ди къуэшхэ, гугъуехь псоми гузэвэгъуэ псоми дахэт пэтми, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбаркӀэ ди гур вгъэзэгъащ.</verse>
				<verse number="8">Зиусхьэным и гъуэгум быдэу фызэрытетым щхьэкӀэ пэжыгъэкӀэ допсэу иджы.</verse>
				<verse number="9">Фэр щхьэкӀэ Тхьэм и пащхьэм щыдиӀэ гуфӀэгъуэ псоми хуэфащэу, фэр щхьэкӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ Тхьэм хуэтщӀын ирикъуну?</verse>
				<verse number="10">Фытлъагъужынуи фи фӀэщхъуныгъэм и щыщӀагъэхэр иридгъэкъужынуи жэщи махуи дигурэ ди псэкӀэ Тхьэм долъэӀу.</verse>
				<verse number="11">Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.</verse>
				<verse number="12">Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.</verse>
				<verse number="13">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.</verse>
				<verse number="2">Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ унафэу ныфхуэтщӀахэм фыщыгъуазэщ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.</verse>
				<verse number="4">Абы нэмыщӀуи, Тхьэр зыхуейр езыр зымыщӀэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цӀыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхухэм щӀэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкӀэ, щӀыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиӀэну арщ.</verse>
				<verse number="5"></verse>
				<verse number="6">Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.</verse>
				<verse number="7">Ди гур мыкъабзэу дыпсэуну аракъым Тхьэм дыкъызыхуриджар, атӀэ ди гур къабзэу дыпсэуну арщ.</verse>
				<verse number="8">Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.</verse>
				<verse number="9">Зэшхэм хуэдэу фӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр ныфхуэстхыну лейщ. ФӀыуэ фызэрылъагъун зэрыхуейр Тхьэм фигъэщӀащ.</verse>
				<verse number="10">Македоние хэкум дэнэкӀи ис къуэш псори фӀыуэ фолъагъу. Ахэр нэхъыфӀыжу дапщэщи флъагъуну сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="11">Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.</verse>
				<verse number="13">Ди къуэшхэ, лӀахэм я Ӏуэхур зытетыр фымыщӀэу фыкъэдгъэнэну дыхуейкъым, гугъэ зимыӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гум къызэреуэм хуэдэу, фи гум къемыуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщ. Аращи, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр абы щӀыгъуу Тхьэм езым и деж зэришэнур ди фӀэщ мэхъу.</verse>
				<verse number="15">Зиусхьэным и псалъэхэм ятету мыр нывжыдоӀэ: Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, дэ, псэууэ къэнахэр, лӀахэм япэ дищынукъым.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="17">ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.</verse>
				<verse number="18">Аращи, мы псалъэхэмкӀэ зым адрейр ирегъэгушхуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Ди къуэшхэ, а Ӏуэхухэр къыщыхъун зэманми сыхьэтхэми ятеухуауэ ныфхуэттхыну лейщ,</verse>
				<verse number="2">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэу, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм деж фымыщӀэххэу къызэрыкӀуэжынум фыщыгъуазэщ.</verse>
				<verse number="3">«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.</verse>
				<verse number="4">Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым.</verse>
				<verse number="5">Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.</verse>
				<verse number="6">Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм яхуэдэу дыжей хъунукъым, атӀэ дымыжейуэ дысакъын, зышыӀэныгъи тхэлъын хуейщ.</verse>
				<verse number="7">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр.</verse>
				<verse number="8">Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу.</verse>
				<verse number="12">Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="13">Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ.</verse>
				<verse number="14">Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.</verse>
				<verse number="15">Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.</verse>
				<verse number="16">Сыт щыгъуи фыгуфӀэ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм зэпымыууэ фелъэӀу.</verse>
				<verse number="18">Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и мафӀэр фымыгъэункӀыфӀ.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм цӀыхухэм ягу кърилъхьэ псалъэхэр зэрыжаӀэм нэмыплъ евмыт.</verse>
				<verse number="21">Ӏуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фӀым фытет.</verse>
				<verse number="22">Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.</verse>
				<verse number="23">Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="24">И бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр щыпкъэщ, абы а Ӏуэхур игъэзэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="25">Ди къуэшхэ, Тхьэм фытхуелъэӀу.</verse>
				<verse number="26">ГукъабзагъэкӀэ къуэш псоми ӀэплӀэ ефшэкӀыурэ, фӀэхъус схуефхыж.</verse>
				<verse number="27">Къуэш псоми мы тхылъым факъыхуеджэну Зиусхьэным и цӀэкӀэ унафэ ныфхузощӀ.</verse>
				<verse number="28">Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="53">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Фэ, Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, Силуанрэ Тимофейрэ си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.</verse>
				<verse number="4">Аращи, цӀыхухэм сыт хуэдиз гугъуехь фагъэшэчми, сыт хуэдиз гузэвэгъуэ фыхэтми, теубыдагъэрэ фӀэщхъуныгъэрэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и члисэ зэущӀэхэм и пащхьэм дыщыфщотхъу.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм хьэкум захуэ зэрищӀыр а Ӏуэху псоми къагъэнахуэ, теубыдагъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ гугъуехь зыхуэфщэч Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну къыфхуигъэфэщэнущи.</verse>
				<verse number="6">Фэ гузэвэгъуэ фыхэзыдзэ цӀыхухэр гузэвэгъуэм хидзэжыну Тхьэм захуагъэу елъытэ.</verse>
				<verse number="7">Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.</verse>
				<verse number="9">А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.</verse>
				<verse number="10">Ар къыщыхъунур Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэрщ. А махуэм Зиусхьэным и цӀыху лъапӀэхэм абы щӀыхьышхуэ хуащӀынущ, абыкӀи фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа псоми ар яфӀэтелъыджэнущ. Фэри а цӀыхухэм фахэтынущ, ди щыхьэтыгъэр фи фӀэщ хъуащи.</verse>
				<verse number="11">Аращ фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ дыщӀелъэӀур. Тхьэм фыкъызэрыхуриджам тету, и быну фыщытыну къыфхуигъэфэщэну долъэӀу. Фи гухэлъыфӀ псори, фи фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ ӀуэхуфӀ псори и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ и кӀэм зэрынигъэсыным Тхьэм долъэӀу.</verse>
				<verse number="12">Ди Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм цӀыхухэм щӀыхьышхуэ хуевгъэщӀынущ абыкӀэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀи фэри щӀыхь фиӀэ хъунущ. Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ я нэфӀ къызэрыфщыхуэм тету апхуэдэу хъунущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:</verse>
				<verse number="2">Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсауэ жиӀэу, цӀыху гуэрым Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езым и гум кърилъхьа хуэдэу пцӀыкӀэ жиӀэми, е цӀыхухэм а махуэр къэсауэ жаӀэми, е дэ тхылъкӀэ апхуэдэу ттхауэ цӀыхухэм жаӀэми, а Ӏуэхум щӀэхыу фытемыгузэвыхь икӀи фытемышыныхь.</verse>
				<verse number="3">Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.</verse>
				<verse number="4">А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.</verse>
				<verse number="5">Фи деж сыщыщыӀэм, а Ӏуэхухэр зэрывжесӀар фигу къэкӀыжыркъэ?</verse>
				<verse number="6">Бзаджагъэм и цӀыхум иджы гъуэгу езымытыр фэ фощӀэ. Ауэ игъуэр къыщыскӀэ, бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ.</verse>
				<verse number="7">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэм и лъэкӀыныгъэ щэхум Ӏуэху ещӀэ иджы. Ауэ бзаджагъэм и цӀыхум иджыри къэс гъуэгу езымытар япэщӀыкӀэ Ӏуахыжьын хуейщ.</verse>
				<verse number="8">Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.</verse>
				<verse number="9">Бзаджагъэм и цӀыхур къыщыкӀуэкӀэ, шейтӀаным и лъэкӀыныгъэ иӀэу къэкӀуэнущ. ЛъэкӀыныгъэ Ӏуэхушхуэ нэпцӀ псори, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ нэпцӀхэри, Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри цӀыхухэм яригъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="10">КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, пцӀыр я фӀэщ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм я гупсысэкӀэр зэрегъэкӀуэкӀ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ.</verse>
				<verse number="13">Ауэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу фи къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымычу фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ фымыкӀуэду фыкъригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм фыкъыхихащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гур зыгъэкъабзэм и лъэкӀыныгъэкӀи, щыпкъагъэр фи фӀэщ зэрыхъуамкӀи фымыкӀуэду фыкърегъэл.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ.</verse>
				<verse number="15">Аращи, ди къуэшхэ, фыкъимыкӀуэту, жьэкӀи тхылъкӀи фэдгъэщӀа Ӏуэхухэм быдэу фытету гъуэгу захуэм фрикӀуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэу фӀыуэ дызылъэгъуауэ, зи нэфӀ щыхуэныгъэмкӀэ сыт щыгъуи дызыгъэгушхуэм фӀыгъуэм дыщегъэгугъ. Абырэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ, сыт хуэдэ фӀыгъуэри вгъэзэщӀэн икӀи къыжыфӀэн щхьэкӀэ, фрырагъэгушхуэ, фигури ирырагъэбыдэ.</verse>
				<verse number="17"></verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="2">Дэ цӀыху бзаджэ Ӏейхэм дащихъумэну Тхьэм фелъэӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэу щыткъым.</verse>
				<verse number="3">Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.</verse>
				<verse number="4">Ди унафэхэр зэрывгъэзащӀэмкӀэ икӀи зэрывгъэзэщӀэнумкӀэ Зиусхьэным дыфщегъэгугъ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и фӀылъагъуныгъэми Мэссихь и теубыдагъэми фи гур Зиусхьэным хуреунэтӀ.</verse>
				<verse number="6">Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.</verse>
				<verse number="7">Фэр-фэру фощӀэ ди лъэужьым фызэрырикӀуэн хуейр. Фи деж дыщыщыӀам, дымылажьэу дыщысакъым.</verse>
				<verse number="8">ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.</verse>
				<verse number="9">ЗывэдгъэгъэхьэщӀэну хуитыныгъэ димыӀауэ аракъым дыщӀэлэжьар, атӀэ ди лъэужьым фрикӀуэну щапхъэ дыфхуэхъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="10">Фи деж дыщыщыӀам, мы унафэр фхуэтщӀащ: Лэжьэну хуэмейр иремышхэ.</verse>
				<verse number="11">Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэ цӀыхухэр Ӏэсэу лажьэурэ, езыхэм я щӀакхъуэ бзыгъэ яшхыжын щхьэкӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ яхудощӀ икӀи долъэӀу.</verse>
				<verse number="13">Фэ, ди къуэшхэ, мыр вжыдоӀэ: фӀы щӀэным зевт, фемыщу.</verse>
				<verse number="14">Мы тхылъымкӀэ нывжетӀэм цӀыху гуэр емыдаӀуэмэ, а цӀыхум гу лъыфтэ, вгъэукӀытэн щхьэкӀи гъусэ фыхуэмыхъу абы.</verse>
				<verse number="15">Фи бийм хуэдэ фемыплъ, атӀэ фи къуэшым хуэдэ гурывгъаӀуэ абы.</verse>
				<verse number="16">Гузэгъэгъуэ псори къыдэзыт Зиусхьэным сыт и лъэныкъуэкӀи гузэгъэгъуэ къыврет сыт щыгъуи. Зиусхьэныр фэ псоми гъусэ фхурехъу.</verse>
				<verse number="17">Сэ, Паул, си ӀэкӀэ мы фӀэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр:</verse>
				<verse number="18">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="54">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу дызыщыгугъымрэ я унафэкӀэ Мэссихь и апостол сыхъуащ.</verse>
				<verse number="2">Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.</verse>
				<verse number="3">Сэ Македоние хэкум сыщыкӀуам, уэ сынызэролъэӀуам хуэдэу, цӀыхухэм Ӏуэху пхэнжхэр ирамыгъэщӀэну, шыпсэхэми, гъунэ зимыӀэ унагъуэ лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэми япымылъыну цӀыху гуэрхэм унафэ яхуэпщӀын щхьэкӀэ, Ефес къалэм къыдэнэ. Апхуэдэ Ӏуэхухэм узыхуашэр зэныкъуэкъуныгъэщ. Тхьэм и мурадым техуэркъым а Ӏуэхухэр. Тхьэм и мурадыр зэщӀа зэрыхъунур фӀэщхъуныгъэм и гъугукӀэщ.</verse>
				<verse number="4"></verse>
				<verse number="5">Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыху гуэрхэр абыхэм текӀри, пщӀэ зимыӀэ зэныкъуэкъуныгъэхэм хыхьащ.</verse>
				<verse number="7">Торэт егъэджакӀуэ пашэу залъытэ пэтми, жаӀэри гушхуауэ зытепсэлъыхь Ӏуэхухэри къагурыӀуэжыркъым.</verse>
				<verse number="8">Хабзэр зэрыфӀыр дощӀэ, цӀыхур хабзэм зэрыхущытын хуейм хуэдэу хущытмэ.</verse>
				<verse number="9">Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,</verse>
				<verse number="10">зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.</verse>
				<verse number="11"></verse>
				<verse number="12">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="13">Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.</verse>
				<verse number="14">Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.</verse>
				<verse number="15">Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ Хьисэ Мэссихь псоми япэ сэ гущӀэгъу къыщӀысхуищӀар ар къызэрысхущытымкӀэ и шыӀэныгъэшхуэр здынэсыр къигъэлъэгъуэн икӀи езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъун цӀыхуу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм щапхъэ сахуэхъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="17">ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="18">Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,</verse>
				<verse number="19">фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.</verse>
				<verse number="20">Именейрэ Александррэ апхуэдэ цӀыхухэм ящыщщ. Ахэр шейтӀаным хуэзгъэзащ сэ, Тхьэр ямыгъэпцӀу зрагъэсэн щхьэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Псом япэу сыныволъэӀу, цӀыху псоми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, фӀыгъуэ яригъэгъуэтыну фелъэӀу. Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу.</verse>
				<verse number="3">Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.</verse>
				<verse number="5">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэзыгъэкӀужыр закъуэщ, ар цӀыхуу Мэссихь Хьисэщ.</verse>
				<verse number="6">Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ.</verse>
				<verse number="7">Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.</verse>
				<verse number="9">Абы нэмыщӀу, цӀыхубзхэми укӀытэ яхэлъу, хабзэфӀым тету, екӀуу захуэпэну сыхуейщ. Щхьэц ухуэнакӀи, дыщэкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи, щыгъын лъапӀэхэмкӀи замыгъэщӀэращӀэу,</verse>
				<verse number="10">атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="11">Зыри жимыӀэу икӀи куэду ӀурыщӀэу Тхьэм и Ӏуэхухэр зригъэщӀэн хуейщ цӀыхубзым.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхубзым Тхьэм и Ӏуэхухэр цӀыхухэм яригъэщӀэну икӀи лӀы гуэрым тепщэныгъэ хуиӀэну здэркъым. Зыри жиӀэн хуейкъым.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм япэ дыдэ къигъэщӀар Ӏэдэм зи цӀэр арщ, итӀанэ Хьэуащ.</verse>
				<verse number="14">Блэм зыкъезыгъэгъэпцӀар Ӏэдэмкъым, атӀэ цӀыхубзырщ. ЦӀыхубзыр Тхьэм и гъуэгу текӀащ апхуэдэу.</verse>
				<verse number="15">Ауэ фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ, къабзагъэ и гум зэпымыууэ илъу, хабзэфӀым тету щытмэ, сабий къызэрыхуэхъумкӀэ мыкӀуэду къелынущ цӀыхубзыр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Мы псалъэхэр пэжщ: Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ӀуэхуфӀщ.</verse>
				<verse number="2">Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.</verse>
				<verse number="3">Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="4">И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="5">Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур?</verse>
				<verse number="6">Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.</verse>
				<verse number="8">Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="9">Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.</verse>
				<verse number="10">Ауэ я щыпкъагъэр вгъэунэхун хуейщ япэщӀыкӀэ. Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ ябгъэдэмылъмэ, дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщ ирехъу.</verse>
				<verse number="11">А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.</verse>
				<verse number="12">ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="13">Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="14">Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх.</verse>
				<verse number="15">Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.</verse>
				<verse number="16">Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="2">Жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр къызыпкърыкӀыр напитӀ зиӀэ пцӀыупсхэр арщ. ФӀыри ери зэхадзын ялъэмыкӀыжыну, гъущӀ дамыгъэтедзэ плъамкӀэ хагъэсыкӀам хуэдэу, апхуэдэ цӀыхухэм ягухэр щытынущ.</verse>
				<verse number="3">Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,</verse>
				<verse number="4">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и псалъэхэмкӀи Тхьэм узэрелъэӀумкӀи ар къабзэ мэхъу.</verse>
				<verse number="6">Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.</verse>
				<verse number="8">Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.</verse>
				<verse number="9">А псалъэхэр пэжщ, ахэр къабыл ящӀыну цӀыху псоми яхуэфащэщ.</verse>
				<verse number="10">Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхухэм унафэ яхуэщӀ мы ӀуэхугъуэхэмкӀи икӀи ахэр егъащӀэ.</verse>
				<verse number="12">Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.</verse>
				<verse number="13">Сэ сынэкӀуэху, Тхьэм и псалъэ тхахэм цӀыхухэм я пащхьэм уакъызэрыщыхуеджэнми, цӀыхухэм зэрагурыбгъэӀуэнми, зэребгъэщӀэнми хэт.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.</verse>
				<verse number="15">Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.</verse>
				<verse number="16">Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">ЛӀыжьым ухуэмыгубжь, атӀэ уи адэм еплъытэу гурыгъаӀуэ; щӀалэхэми къуэшхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ,</verse>
				<verse number="2">цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ.</verse>
				<verse number="3">Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ.</verse>
				<verse number="4">Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.</verse>
				<verse number="5">Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.</verse>
				<verse number="6">Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ.</verse>
				<verse number="7">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псомкӀи унафэ яхуэщӀ.</verse>
				<verse number="8">И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ.</verse>
				<verse number="9">Фызабэхэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэр иратхэн хуейр зи ныбжь илъэс хыщӀым нэсауэ, зэ фӀэкӀ дэмыкӀуауэ,</verse>
				<verse number="10">зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.</verse>
				<verse number="11">Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.</verse>
				<verse number="12">Мэссихь ирата псалъэ быдэр зэрамыгъэзэщӀэжам щхьэкӀэ ахэр къуаншэ мэхъу.</verse>
				<verse number="13">Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.</verse>
				<verse number="14">Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="15">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщ гуэрхэр гъуэгу захуэм текӀри, шейтӀаным и гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="16">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="17">Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Гуэдз щыпӀуэкӀэ, вым и жьэр зэтумыпхэ», икӀи «ЛэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщ».</verse>
				<verse number="19">ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ.</verse>
				<verse number="20">Псоми я пащхьэм гуэныхь зыщӀэхэм щагурыгъаӀуэ, адрейхэри шынэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="22">Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.</verse>
				<verse number="23">Уи шхалъэ узым, куэдрэ къыпхуэкӀуэ узыгъуэхэм сэбэп хуэхъун щхьэкӀэ, псы къудей уемыфэу санэ тӀэкӀуи ефэ дяпэкӀэ.</verse>
				<verse number="24">Языныкъуэ цӀыхухэм я гуэныхьхэр нэрылъагъущ, Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьыну абы и тахътэм нэмыс щӀыкӀэ а цӀыхухэр къуаншэ мэхъу. Ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гуэныхьхэр я ужь иту, иужькӀэщ нэрылъагъу щыхъур.</verse>
				<verse number="25">Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">УнэӀутыгъэм и бжьыр зытелъ псоми я тепщэхэм щӀыхь псори яхуэфащэу ялъытэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм и цӀэмрэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэмрэ ямыгъэулъиин щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="2">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ тепщэхэр зиӀэ унэӀутхэм, зэкъуэшу зэрыщытым щхьэкӀэ, абыхэм нэмыплъ иратын хуейкъым, атӀэ нэхъри нэхъыфӀыжу яхуэлэжьэн хуейщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ялэжь Ӏуэхум зи фӀагъ къекӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ ялъагъур арщ. Мы Ӏуэхухэр унэӀутхэм егъащӀэ икӀи яхуэгъэбыдэ.</verse>
				<verse number="3">Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ,</verse>
				<verse number="4">а цӀыхум и щхьэм куэд трелъхьэ икӀи зыри зэхищӀыкӀыжыркъым. Ар зэныкъуэкъунымрэ зэдэуэнымрэщ зыщӀэхъуэпсыр. А Ӏуэхухэм кърикӀуэр фыгъуэщ, зэгурымыӀуэнырщ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынырщ, зым адрейм гурыщхъуэ хуищӀынырщ,</verse>
				<verse number="5">зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.</verse>
				<verse number="6">Пэжыр жызоӀэ, цӀыху гуэр иӀэмкӀэ арэзымэ икӀи Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъмэ, абы фӀагъыу хэлъыр инщ.</verse>
				<verse number="7">Дунейм дыкъыщытехьэм, зыри къыздэтхьакъым, дунейм дыщытекӀыжкӀи зыгуэр тетхын тлъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="8">Тшхынрэ щыгъынрэ диӀэмэ, абыкӀэ арэзы дыхъун хуейщ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.</verse>
				<verse number="11">Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.</verse>
				<verse number="12">ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:</verse>
				<verse number="14">Зыри уи мылажьэу, зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, ди унафэр гъэзащӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху.</verse>
				<verse number="15">Игъуэр къыщыскӀэ, Тхьэм а махуэр къигъэлъэгъуэнущ, – щӀыхьышхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ зиӀэ Тхьэ закъуэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжщ, зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжщ.</verse>
				<verse number="16">Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="17">Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.</verse>
				<verse number="18">ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.</verse>
				<verse number="19">Апхуэдэу ящӀэмэ, мылъкушхуэ зэхуахьэса мэхъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зрагъэгъуэтын щхьэкӀэ, а мылъкушхуэр къэкӀуэну дунейм лъабжьэ щахуэхъунущ.</verse>
				<verse number="20">Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.</verse>
				<verse number="21">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="55">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.</verse>
				<verse number="2">Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.</verse>
				<verse number="3">Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.</verse>
				<verse number="4">Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="5">Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.</verse>
				<verse number="6">Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.</verse>
				<verse number="8">Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.</verse>
				<verse number="9">Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,</verse>
				<verse number="10">ауэ иджы дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь къызэрылъэгъуамкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нахуэ къэхъуащ. Хьисэ Мэссихь лӀэныгъэр игъэкӀуэдащ, хъыбарыфӀымкӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ къытхуигъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="11">А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну, абы и апостол сыхъуну, хамэ лъэпкъхэм ар езгъэщӀэну Тхьэм сыкъигъэуващ.</verse>
				<verse number="12">Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.</verse>
				<verse number="13">Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.</verse>
				<verse number="14">Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу ди гум илъымкӀэ хъумэ.</verse>
				<verse number="15">Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.</verse>
				<verse number="16">Онесифор и унагъуэм гущӀэгъу къыхурещӀ Зиусхьэным, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы си гур куэдрэ игъэзэгъащ, Ӏэпхлъэпх сыщащӀами и щӀыб кэысхуигъэзэжакъым.</verse>
				<verse number="17">Ар Рим къалэшхуэм къыщыкӀуам, сыкъигъуэтыху, емышу сыкъилъыхъуащ.</verse>
				<verse number="18">Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.</verse>
				<verse number="2">Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ Мэссихь и зауэлӀыфӀым хуэдэу гугъуехь къыздэшэч.</verse>
				<verse number="4">Дзэм емыпха Ӏуэхугъуэхэм зауэлӀым зыдригъэхьэхыркъым – дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ.</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу зэрызэдэжэ хабзэм тету къэмыжэм текӀуэныгъэм и таж къратыркъым.</verse>
				<verse number="6">Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ.</verse>
				<verse number="7">Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу,</verse>
				<verse number="9">гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="10">Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="11">Мы псалъэхэр пэжщ: Мэссихь дригъусэу дылӀамэ, дригъусэуи дыщыӀэнущ.</verse>
				<verse number="12">ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.</verse>
				<verse number="13">Дэ дигум щыпкъагъэ имылъми, абы и гум щыпкъагъэ сыт щыгъуи илъынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым зыкъигъэпцӀэжын лъэкӀынукъыми.</verse>
				<verse number="14">А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.</verse>
				<verse number="15">Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цӀыхуу, илэжьа Ӏуэхум щӀытеукӀытыхьыжын лъэпкъ щымыӀэу, щыпкъагъэм и псалъэхэр цӀыхухэм пэжу езыгъащӀэ цӀыхуу Тхьэм дежкӀэ узэрыщытыным и ужь ит.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэм пэӀэщӀэ зыщӀ, апхуэдэхэм яхэтхэр Тхьэм нэхъ пэжыжьэ хъу зэпытщи.</verse>
				<verse number="17">Лышх узым хуэдэу, абыхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр цӀыху куэдым ялъэӀэсынущ. Именейрэ Филитрэ а цӀыхухэм ящыщщ.</verse>
				<verse number="18">А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд.</verse>
				<verse number="19">Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».</verse>
				<verse number="20">Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ.</verse>
				<verse number="21">Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.</verse>
				<verse number="22">Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит.</verse>
				<verse number="23">ПщӀэ зимыӀэ икӀи щӀэныгъэ зыхэмылъ зэдэуэныгъэхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Абыхэм цӀыхухэр зэрызэщагъыхьэр уощӀэ.</verse>
				<verse number="24">Зиусхьэным хуэлажьэ цӀыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтӀэ цӀыху псоми яхуэфӀу, абыхэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀыу, зызымыгъэгусэ цӀыхуу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="25">Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къызэрыкӀуэнур пщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;</verse>
				<verse number="3">зэкӀужыныгъэр зыхуэдэр ящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым;</verse>
				<verse number="4">уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.</verse>
				<verse number="6">А цӀыхухэм ящыщхэр унэхэм яфӀыщӀопщхьэ, зи гуэныхьхэм текӀуадэ цӀыхубзу хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм зыкърезыгъэшэкӀхэр дахьэх.</verse>
				<verse number="7">А цӀыхубзхэм Ӏуэхухэр сыт щыгъуи зрагъащӀэми, щыпкъагъэр къащӀэн ялъэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="8">Ианнийрэ Иамврийрэ Мусэ бегъымбарым зэрыпэувам хуэдэу, мы цӀыхухэри щыпкъагъэм поув. Ахэр зи акъыл ныкъуэ цӀыхущ, фӀагъ къызыпымыкӀ фӀэщхъуныгъэщ яӀэр.</verse>
				<verse number="9">Ауэ абыхэм я Ӏуэхур куэдрэ къадэхъунукъым; Ианнийрэ Иамврийрэ я делагъэр цӀыху псомкӀи нэрылъагъу зэрыхъуам хуэдэу, апхуэдэхэм я делагъэри цӀыху псомкӀи нэрылъагъу хъунущ.</verse>
				<verse number="10">Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.</verse>
				<verse number="11">Антиохие, Иконие, Листрэ къалэхэм цӀыхухэм щызагъэшэча гугъуехьри, гугъуехь куэд зэрыщысшэчари уощӀэ. Гугъуехьышхуэхэр сагъэшэчащ, ауэ Зиусхьэным а псоми сакъыхихыжащ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.</verse>
				<verse number="14">Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри.</verse>
				<verse number="15">Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀащ. ЦӀыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщӀэнкӀи, уегиинкӀи, бгъэдэӀуэнкӀи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукӀэр ебгъэщӀэнкӀи щхьэпэщ а псалъэхэр.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.</verse>
				<verse number="4">Щыпкъагъэр зэхахыну ямыдэу, гъуэщауэ, шыпсэ гъэщӀэгъуэнхэм едэӀуэнущ.</verse>
				<verse number="5">Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="6">Сэ къурмэныпхъэ сыхъуу, дунейм сехыжыну си зэманыр къэсащ.</verse>
				<verse number="7">ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.</verse>
				<verse number="8">Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.</verse>
				<verse number="9">Си деж щӀэхыу укъызэрыкӀуэным хущӀэкъу.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.</verse>
				<verse number="11">Марк къыздэши, къакӀуэ, абы и дэӀэпыкъуэныгъэ си ӀуэхумкӀэ сыхуейщи.</verse>
				<verse number="12">Тихик Ефес къалэм згъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="13">Троадэ къалэм Карп деж къэзгъэна цейри тхылъхэри, псом хуэмыдэу фэм къыхэщӀыкӀа тхылъхэр, укъыщыкӀуэкӀэ къыздэхьыж.</verse>
				<verse number="14">ГъуаплъащӀэ Александр леишхуэ къызихащ. Зиусхьэным абы и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иригъэпшыныжынщ.</verse>
				<verse number="15">Уэри абы ухуэсакъын хуейщ, ди псалъэхэм лъэщу ар япэувыжащи.</verse>
				<verse number="16">ХеящӀэм и пащхьэм зыщызгъэхеину япэ дыдэ сыщыхэтам, зыри дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуакъым, псоми сыхыфӀадзэжащ. КъызащӀар Зиусхьэным ярыремыгъэпшыныж.</verse>
				<verse number="17">Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.</verse>
				<verse number="18">Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="19">Прискиллэ, Акилэ, Онесифор и унагъуэм фӀэхъус схуехыж.</verse>
				<verse number="20">Ераст Коринф къалэм къыдэнащ. Трофим Милит къалэм сымаджэу къыщызгъэнащ.</verse>
				<verse number="21">ЩӀымахуэр къимыхьэ щӀыкӀэ укъызэрыкӀуэным хущӀэкъу. Еввул, Пуд, Лин, цӀыхубз Клавдие сымэ икӀи къуэш псоми фӀэхъус къуахыж.</verse>
				<verse number="22">Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="56">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="2">МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.</verse>
				<verse number="3">Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.</verse>
				<verse number="4">Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.</verse>
				<verse number="5">Крит хытӀыгум укъыщӀытезнар Ӏуэху ныкъуэщӀэхэр нэбгъэсын икӀи, сэ унафэ зэрыпхуэсщӀам тету, дэтхэнэ къалэми нэхъыжьхэр члисэ зэхуэсхэм яхуэбгъэувын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="6">Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.</verse>
				<verse number="8">ХьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэ, фӀыр фӀыуэ зылъагъу, гулъытэ зиӀэ, захуагъэ, гу къабзагъэ, шыӀэ зыхэлъ лӀыуэ щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="9">Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх.</verse>
				<verse number="11">Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.</verse>
				<verse number="12">Абыхэм ящыщ тхакӀуэ гуэрым жиӀащ: «Крит хытӀыгум щыщхэм зэпымыууэ пцӀы яупс, хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэхэм хуэдэщ, хуэмыхущ икӀи ныбаблэщ».</verse>
				<verse number="13">А тхакӀуэм жиӀэр пэжщ. Аращи, ткӀийуэ ягурыгъаӀуэ фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун</verse>
				<verse number="14">икӀи журтхэм я шыпсэхэми, щыпкъагъэм зи щӀыбагъыр хуэзыгъэзахэм я унафэхэми емыдэӀуэн зэрыхуейр.</verse>
				<verse number="15">Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.</verse>
				<verse number="16">Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэм утету цӀыхухэр бгъэӀущын хуейщ.</verse>
				<verse number="2">ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.</verse>
				<verse number="3">Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.</verse>
				<verse number="4">ИтӀанэ, Тхьэм и псалъэхэм Ӏей лъэпкъ хужамыӀэн щхьэкӀэ, а фызыжьхэм цӀыхубз ныбжьыщӀэхэм гурагъэӀуэн хуейщ ялӀхэмрэ я бынхэмрэ фӀыуэ ялъагъуну, гулъытэ яӀэну, гукъабзагъэкӀэ псэуну, я унагъуэхэм фӀыуэ якӀэлъыплъыну, фӀыуэ щытыну икӀи ялӀхэм яхуэӀурыщӀэну.</verse>
				<verse number="5"></verse>
				<verse number="6">ЩӀалэхэми ягурыгъаӀуэ гулъытэ яӀэн зэрыхуейр.</verse>
				<verse number="7">ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.</verse>
				<verse number="8">Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="9">УнэӀутхэри я тепщэхэм псомкӀи яхуэӀурыщӀэну, ягу зрагъэхьыным хущӀэкъуну икӀи япэмыпсэлъэжыну ущий.</verse>
				<verse number="10">Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэр мыхэращ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псэукӀэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми ди щӀыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диӀэу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр.</verse>
				<verse number="13">Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.</verse>
				<verse number="14">Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="15">А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.</verse>
				<verse number="2">Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.</verse>
				<verse number="3">ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.</verse>
				<verse number="4">Ауэ дикъегъэлакӀуэ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ абы цӀыхухэм яхуиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ къыщытхуигъэнахуэм,</verse>
				<verse number="5">дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ.</verse>
				<verse number="6">ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь Тхьэм и унафэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уэру къытхуригъэхащ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="8">А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.</verse>
				<verse number="9">ПщӀэ зимыӀэ зэдэуэным, лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэм, Торэт хабзэм теухуа зэгурымыӀуэными зэщыхьэными защыхъумэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм фӀагъ лъэпкъ къадэкӀуэркъым, пщӀэи яӀэкъыми.</verse>
				<verse number="10">ФызэгурызымыгъаӀуэ цӀыхум зэрэ тӀэурэ еущие, къомыдаӀуэмэ, пэӀэщӀэ зыщӀ.</verse>
				<verse number="11">А цӀыхум и акъыл зэрыныкъуэр, ар зэрыгуэныхьыщӀэр уощӀэ. Езым и щхьэкӀэ зигъэкъуэншэжащ апхуэдэм.</verse>
				<verse number="12">Артемрэ Тихикрэ уи деж ныщызгъакӀуэкӀэ, си деж Никопол къалэм псынщӀэу укъызэрыкӀуэным хущӀэкъу. ЩӀымахуэр абы щизгъэкӀыну си гум илъщ.</verse>
				<verse number="13">Хабзэхъумэ Зинэрэ Аполлосрэ я гъуэгу щытехьэжкӀэ, зыхуэмыныкъуэнӀауэ гъуэгумкӀэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъу.</verse>
				<verse number="14">Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.</verse>
				<verse number="15">Си гъусэ псоми фӀэхъус къуахыж. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ дызылъагъухэм фӀэхъус схуехыж. Тхьэм и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="57">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм,</verse>
				<verse number="2">ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей си гъусэу.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.</verse>
				<verse number="5">Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.</verse>
				<verse number="6">Дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ гъусэ укъытхуэхъуащ. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм фӀыуэ къытхуищӀэ псори уэрэ дэрэ зэхудиӀэ благъагъэм нэхъыфӀу къыдгуригъэӀуэну солъэӀу.</verse>
				<verse number="7">Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.</verse>
				<verse number="8">Аращи, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, блэжын хуеймкӀэ унафэ пхуэсщӀыну сытегушхуэ пэтми,</verse>
				<verse number="9">итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр,</verse>
				<verse number="10">си къуэ Онисим щхьэкӀэ сынолъэӀу, лъэхъуэщым сыздыщӀэсым ар си къуэм хуэдэ хъуащи.</verse>
				<verse number="11">Япэм Онисим уэркӀэ сэбэпу щытакъым, ауэ ар иджы уэркӀи сэркӀи сэбэпщ.</verse>
				<verse number="12">Си псэм хуэдэу фӀыуэ слъагъу хъуа а цӀыхур иджы ныпхузогъэкӀуэж.</verse>
				<verse number="13">ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀэсыху, ар уи пӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щхьэкӀэ, си деж щызгъэӀэну сыхуейт,</verse>
				<verse number="14">ауэ уэ хуит сумыщӀауэ ар сщӀэну сыхуеякъым, уэ уи фӀыщӀагъэм хэгъэзыхь хэмылъу, ар уи гуапэу пщӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм Онисим пӀалъэкӀэ ппэӀэщӀэ щӀищӀар</verse>
				<verse number="16">унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.</verse>
				<verse number="17">Сэ сыбдэлажьэу сыплъытэмэ, сэ уэ укъызэрыспегъуэкӀынум хуэдэу, абыи пегъуэкӀ.</verse>
				<verse number="18">ЗыгуэркӀэ и ягъэ къокӀауэ щытмэ, е уи щӀыхуэ телъмэ, сэ си деж щылъагъу.</verse>
				<verse number="19">Сэ сы-Паулщ, щӀыхуэр сэ уэстыжынщ, си ӀэкӀэ сотх, ауэ Мэссихь уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си щӀыхуэ уэ зэрыптелъыр ныбжесӀэн хуейкъым.</verse>
				<verse number="20">Аращ, си къуэш, Зиусхьэным щхьэкӀэ уи фӀагъ къызэгъэкӀ. Зиусхьэныр уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си гур гъэзагъэ.</verse>
				<verse number="21">УкъызэрызэдэӀуэнум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу ныпхузотх. СынызэролъэӀум нэхърэ нэхъыбэ зэрыпщӀэнури сощӀэ.</verse>
				<verse number="22">НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.</verse>
				<verse number="23">Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас фӀэхъус къуехыж.</verse>
				<verse number="24">Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.</verse>
				<verse number="25">Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="58">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкӀэ куэдрэ икӀи зэмылӀэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ.</verse>
				<verse number="2">Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм «си Къуэ» жиӀэу, абы къызэреджэ цӀэр мелыӀычхэм я цӀэм нэхърэ зэрынэхъ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и Къуэр мелыӀычхэм я щхьэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="5">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мелыӀычхэм ящыщ гуэрым, «Уэращ си Къуэр, нобэ Адэ сыпхуэхъуащ», жриӀа? Тхьэм мелыӀыч гуэрми теухуауэ «Сэ Адэ сыхуэхъунущ, езыри си Къуэ хъунущ», жиӀа?</verse>
				<verse number="6">Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».</verse>
				<verse number="7">МелыӀычхэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀычхэр жьым хуэдэ ещӀ, а ӀуэхутхьэбзащӀэхэри мафӀэ бзийхэм хуэдэ ещӀ».</verse>
				<verse number="8">И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм игъащӀэкӀэ утесынущ. Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.</verse>
				<verse number="9">Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».</verse>
				<verse number="10">Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ: «Уэ, Зиусхьэн, щӀэдзапӀэм деж щӀылъэм и лъабжьэхэр хэбгъэуващ, уафэхэри уи ӀэщӀыгъэщ.</verse>
				<verse number="11">Ахэр кӀуэдыжынущ, ауэ уэ умыкӀуэду укъелынущ. Щыгъыным хуэдэу ахэр жьы хъунущ.</verse>
				<verse number="12">Щыгъыным хуэдэу, зэкӀуэцӀыпшыхьынущ, икӀи зэхъуэкӀа хъунущ; ауэ уэ узэрыщытым утету укъэнэжынущ, уи илъэсхэми кӀэух яӀэнукъым».</verse>
				<verse number="13">ИкӀи Тхьэм мелыӀычхэм ящыщу гуэрым, «Уэ уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ», жриӀа?</verse>
				<verse number="14">МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мелыӀычхэм къаӀуэта псалъэхэм уащыгугъ хъуну къыщӀэкӀащ икӀи, хэту щытми, а псалъэхэм текӀам, е емыдэӀуам хуэфащэр Тхьэм иригъэпшыныжащ.</verse>
				<verse number="3">Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.</verse>
				<verse number="4">Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.</verse>
				<verse number="5">КъэкӀуэну дунейуэ зи гугъу тщӀыр Тхьэм зи ӀэмыщӀэм кърилъхьар мелыӀычхэракъым.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту, зы щӀыпӀэ деж мыпхуэдэу щыхьэт техъуащ зыгуэр: «Уэ, Тхьэ, цӀыхур зищӀысыр сыт, уэ абы уегупсысыну, цӀыху лъэпкъым и къуэр зищӀысыр сыт, уэ абы укӀэлъыплъыну?</verse>
				<verse number="7">Ар мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу зытэлайкӀэ пщӀащ. ЩӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ хуэбгъэфэщащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="8">ЩыӀэ псори абы и лъэгу щӀэбгъэуващ». ЩыӀэ псори Тхьэм цӀыхум и лъэгу щыщӀигъэувэм, абы и лъэгу щӀимыгъэувэу зыри къигъэнакъым. Ауэ иджы псори цӀыхум и лъэгу щӀэту тлъагъуркъым.</verse>
				<verse number="9">Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыху куэд езым и бын хъун икӀи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысын щхьэкӀэ, Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀауэ, псори зыхущыӀэм Хьисэ гугъуехьу ишэчам хуэфащэ тепщэныгъэр абы иӀэ зэригъэхъуар къезэгъыу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэл гъуэгум тезыгъыхьэу, пашэ яхуэхъур Хьисэщ.</verse>
				<verse number="11">ЦӀыхухэм ягухэр зыгъэкъэбзэж Хьисэрэ зи гур къабзэ хъу цӀыхухэмрэ а зы Адэ лъапӀэм и бынхэщ. Аращ Хьисэ емыкӀу имылъытэу абыхэм къуэшкӀэ щӀеджэр.</verse>
				<verse number="12">Абы Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Си къуэшхэм уи хъыбар езгъэщӀэнущ. Уи цӀыхухэм я зэхуэсыми сыхэту щӀыхьышхуэ пхуэсщӀынущ».</verse>
				<verse number="13">Мыпхуэдэуи жиӀащ: «Тхьэм сыщыгугъынущ». ИтӀани жиӀащ: «Мис сэрэ Тхьэм къызита бынхэмрэ».</verse>
				<verse number="14">А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,</verse>
				<verse number="15">икӀи лӀэныгъэм зэрыщышынам папщӀэ, псэухукӀэ шейтӀаным и пщылӀу щытахэр щхьэхуит ищӀын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ зыдэӀэпыкъур мелыӀычхэракъым, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэр арщ.</verse>
				<verse number="17">Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="18">ШейтӀаным Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэну щыхэтым, Хьисэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ, шейтӀаным гуэныхь зригъэщӀэну зыхэт цӀыхухэм ядэӀэпыкъун лъэкӀынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и унагъуэм щыщ цӀыху псоми Мусэ бегъымбарым щыпкъагъэ зэрахуиӀам хуэдэу, Хьисэи езыр зыгъэува Тхьэм щыпкъагъэ хуиӀащ.</verse>
				<verse number="3">Унэм нэхърэ унэ зыщӀым нэхъ щӀыхь зэриӀэм хуэдэу, Мусэ нэхърэ Хьисэ нэхъ щӀыхь хуэфащэщ.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыху гуэрым имыщӀа унэ щыӀэкъым, ауэ псори зыщӀар Тхьэращ.</verse>
				<verse number="5">Мусэ Тхьэм хуэлажьэурэ, Тхьэм и унэ псоми Ӏуэху щищӀэу зэрыщытамкӀэ Мусэ и гум щыпкъагъэ илъащ икӀи Тхьэм къыжиӀэну псалъэм щыхьэт техъуащ.</verse>
				<verse number="6">Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.</verse>
				<verse number="7">Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу: «Нобэ Тхьэм и макъыр зэхэфхмэ,</verse>
				<verse number="8">фи гур ерыщу щывмыгъэт, фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу. Абыхэм Тхьэм едэӀуэн ядакъым, Тхьэм и шыӀэныгъэр здынэсыр ягъэунэхуну хэтащ».</verse>
				<verse number="9">(Тхьэм мыпхуэдэуи жеӀэ:) «Губгъуэ нэщӀым фи адэжьхэм си шыӀэныгъэр здынэсри си Ӏуэхухэр зыхуэдэри щагъэунэхуну хэтащ. Си Ӏуэхухэри ялъагъуу щытащ илъэс плӀыщӀкӀэ.</verse>
				<verse number="10">Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.</verse>
				<verse number="11">Аращи, сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри, псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ».</verse>
				<verse number="12">Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="13">Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ, фи гур ерыщу щывмыгъэт, фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу».</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и макъыр зэхэзыхауэ, едэӀуэн зымыдахэр хэт? Мусэ бегъымбарым Мысырым къришыжыгъа цӀыху псори аракъэ?</verse>
				<verse number="17">Тхьэр илъэс плӀыщӀкӀэ зыхуэгубжьауэ щытар хэт? Гуэныхь зыщӀауэ, зипкъхэр губгъуэ нэщӀым къинэжахэракъэ?</verse>
				<verse number="18">ИтӀанэ «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым», жиӀэу, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ ар игъэпэжурэ, зыжриӀар хэт? ЕдэӀуэн зымыдахэракъэ?</verse>
				<verse number="19">Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Тхьэм и гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэнумкӀэ дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхур зэримыхъуэкӀауэ зэрыщытым иджыри тетщи, фэ фщыщ гуэр абы щӀэмыхьауэ къызэрымынэным фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="2">А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми.</verse>
				<verse number="3">Аращи, дэращ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэращ, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнухэр, Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу: «Сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ». Дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и Ӏуэхухэр иухауэ щыта пэтми, итӀани апхуэдэу жиӀащ.</verse>
				<verse number="4">Ебланэ махуэм теухуауэ Тхьэм зэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэту щӀыпӀэ гуэрым деж итщ: «Тхьэм и Ӏуэху псори иухри, ебланэ махуэм зигъэпсэхужащ».</verse>
				<verse number="5">А щӀыпӀэм деж Тхьэм къызэрыжиӀэр итщ: «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым».</verse>
				<verse number="6">Аращи, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэну цӀыху гуэрхэр иджыри щыӀэщ. Ауэ пасэ зэманым а гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр зылъэӀэса цӀыхухэр, Тхьэм едэӀуэн зэрамыдам щхьэкӀэ, абы и гупсэхужыпӀэм щӀыхьакъым.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, абы и ужькӀэ куэд дэкӀауэ, Тхьэм мы псалъэхэр Даут бегъымбарым и гум кърилъхьэу къыщыжригъэӀам, «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэ къигъэуващ, нэхъапэм зэрыжытӀам хуэдэу, «Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ, фи гур ерыщу щывмыгъэт».</verse>
				<verse number="8">Нун и къуэ Ехьошуа Тхьэм и гупсэхужыпӀэм а цӀыхухэр щӀигъэхьатэмэ, Тхьэм «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэм и гугъу ищӀынтэкъым.</verse>
				<verse number="9">Аращи, Тхьэм ебланэ махуэм гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу, Тхьэм и цӀыхухэри езым и гупсэхужыпӀэм иджыри щӀыхьэнущ,</verse>
				<verse number="10">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, хэту щытми, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэм и Ӏуэхур иухауэ зегъэпсэхуж, Тхьэм и Ӏуэхухэр иухыу, гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу.</verse>
				<verse number="11">Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.</verse>
				<verse number="12">Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.</verse>
				<verse number="14">Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.</verse>
				<verse number="15">Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.</verse>
				<verse number="16">Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">ЦӀыхухэм я пӀэкӀэ езым хуэлэжьэну, тыгъэхэри езым хуихьыну, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, тыхь хуищӀыну, Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэри цӀыхухэм къахех.</verse>
				<verse number="2">Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.</verse>
				<verse number="3">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дин пашэшхуэм езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм я гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэ, Тхьэм къурмэн хуищӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="4">Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьыр зыми зыхуигъэфэщэжьыфынукъым. ЦӀыхур дин пашэшхуэ хъуну Тхьэм къыхуриджэн хуейщ, абы Хьэрун къызэрыриджам хуэдэу.</verse>
				<verse number="5">Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьышхуэр Мэссихь езым зыхуигъэфэщакъым, ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ».</verse>
				<verse number="6">Тхьэм ар къызэрыжиӀар и псалъэ тхахэм хэту, зыщӀыпӀэ деж итщ: «Мелхиседек хуэдэу, уэри дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».</verse>
				<verse number="7">Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.</verse>
				<verse number="8">Езыр Тхьэм и Къуэми, ишэча гугъуехьхэмкӀэ Тхьэр зэрыхуейм тету едаӀуэу щытащ.</verse>
				<verse number="9">И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,</verse>
				<verse number="10">Тхьэми ар дин пашэшхуэу, Мелхиседек хуэдэу, игъэуващ.</verse>
				<verse number="11">Мы Ӏуэхум теухуауэ къыжытӀэн хуеяр куэд мэхъу. Ауэ фитхьэкӀумэ жьажьэщи, а Ӏуэхухэр зэхывэзгъэщӀыкӀыныр гугъущ.</verse>
				<verse number="12">БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.</verse>
				<verse number="13">Шэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ емыфэр ар сабий къудейщ. Абы щыпкъагъэм и Ӏуэхур зэхищӀыкӀыркъым.</verse>
				<verse number="14">Шхыныгъуэр – зи ныбжь нэсахэм щхьэкӀэщ. Абыхэм фӀымрэ емрэ ягукӀэ зэхагъэкӀыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;</verse>
				<verse number="2">цӀыхухэр яумэхъыным теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм жиӀэмэ, а Ӏуэхухэм даблэкӀынущ.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэгуэрым Тхьэм и нэхум хэтауэ, иужькӀэ зи щӀыб Тхьэм хуэзыгъэзэжа цӀыхухэм я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым. Абыхэм уафэм щыӀэ Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэр ящӀэу щытащ; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри я гум илъащ;</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и псалъэхэм я фӀыгъуэри къэкӀуэну дунейм и къарухэри ящӀащ.</verse>
				<verse number="6">Апхуэдэу щыт пэтми, я щӀыб Тхьэм хуагъэзэжащ. Ахэр я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэр жорым аргуэру ираӀулӀым хуэдэщ, абы и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытрахым хуэдэщ.</verse>
				<verse number="7">Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ гъурцрэ пыжь банэрэ къызыщыкӀ щӀым зы пщӀи иӀэкъым. А щӀым Тхьэм и ней къыщыхуэнущ куэд мыщӀэу. ИкӀэм-икӀэжым ар мафӀэкӀэ ягъэсыжынущ.</verse>
				<verse number="9">ФӀыуэ слъагъухэ, апхуэдэу жытӀэ пэтми, фи Ӏуэхур нэхъыфӀу зэрыщытми фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыну гъуэгум фызэрытетми дыщогугъ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.</verse>
				<verse number="11">Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ.</verse>
				<verse number="12">Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и псалъэр Ибрэхьим къыщритым, езым нэхърэ нэхъ ин зэрыщымыӀэм щхьэкӀэ, и псалъэр игъэпэжурэ, езым и цӀэкӀэ, псалъэ быдэкӀэ мыпхуэдэу къыжиӀащ:</verse>
				<verse number="14">«ИпэжыпӀэкӀэ си нэфӀ къыпщыхуэнущ, бын куэди къыптезгъэхъукӀынущ».</verse>
				<verse number="15">Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="16">ЦӀыхухэм езыхэм нэхърэ нэхъ ин гуэркӀэ тхьэрыӀуэ ящӀ я хабзэщ. ТхьэрыӀуэм абыхэм я псалъэхэр егъэпэж, зэдэуэныгъэ Ӏуэхуми кӀэ ирет.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.</verse>
				<verse number="18">Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.</verse>
				<verse number="19">Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ а я нэхъ пэш лъапӀэм дяпэ иту щӀыхьащ дэр щхьэкӀэ. Ар, Мелхиседек хуэдэу, дин пашэшхуэ хъуащ игъащӀэкӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Мелхиседек Салим къалэм и пащтыхьу икӀи Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм хуэлажьэ дин пашэу щытащ. Ибрэхьим пащтыхь куэдым ятекӀуауэ къыщигъэзэжым, Мелхиседек абы пежьэри, Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ.</verse>
				<verse number="2">Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек иритащ абы щыгъуэ. Мелхиседек и цӀэм къикӀыращи, япэщӀыкӀэ «щыпкъагъэ зигу илъ пащтыхьщ», итӀанэ Салим къалэм и пащтыхьщ, абы къикӀыр «цӀыхухэр зэзыгъэкӀуж пащтыхьыщ».</verse>
				<verse number="3">Ади ани, лъэпкъ зытепщӀыкӀ имыӀэу, и махуэхэм ублапӀэ ямыӀэу, и гъащӀэми ухыпӀэ имыӀэу, Тхьэм и Къуэм хуэдэу, Мелхиседеки игъащӀэкӀэ дин пашэщ.</verse>
				<verse number="4">Мелхиседек зэрыиным феплъ: Ди адэшхуэ Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр абы иритащ.</verse>
				<verse number="5">Левий къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу дин пашэ хъуахэм израил цӀыхухэм къалэжьам и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀахыну Торэт хабзэм унафэу итщ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а Ӏыхьэ пщӀанэр къызыӀахыр я къуэш Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэрщ.</verse>
				<verse number="6">Мелхиседек, Левий къытехъукӀа цӀыхухэм ящымыщами, Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀихащ. Абы нэмыщӀ, Мелхиседек Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ къигъэгугъэгъа Ибрахьим Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ.</verse>
				<verse number="7">Шэч хэмылъу, нэгъуэщӀ цӀыхум Тхьэм и нэфӀ къыщызыгъахуэ цӀыхур нэфӀ зыщигъахуэм нэхърэ нэхъ инщ.</verse>
				<verse number="8">ЦӀыхухэм Ӏыхьэ пщӀанэр къеӀызых дин пашэхэм я Ӏуэхум уеплъмэ, ахэр уахъты зиӀэ цӀыхущ. Ауэ Ибрэхьим Ӏыхьэ пщӀанэр къеӀызыха Мелхиседек и Ӏуэхум уеплъмэ, ар зэрыуахътыншэм Тхьэм и псалъэ тхахэр щыхьэт тохъу.</verse>
				<verse number="9">Левий къытехъукӀа цӀыхухэм Ӏыхьэ пщӀанэр адрей цӀыхухэм мы зэманым къыӀах пэтми, Ибрэхьим Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек щритым, Левий Ӏыхьэ пщӀанэр Мелхиседек иритауэ жыпӀэ хъунущ,</verse>
				<verse number="10">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мелхиседек Ибрэхьим щыхуэзам, Левий къалъхуауэ щымытами, и адэшхуэ Ибрэхьим и пкъым хэлъу щытауэ плъытэ хъунущ.</verse>
				<verse number="11">Аращи, Левий и унагъуэ лъэпкъым щыщ дин пашэхэм ялэжьа ӀуэхумкӀэ Тхьэм и мурадыр нэса хъууэ щытамэ, (сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мусэ и Торэт хабзэр Левий и унагъуэ лъэпкъым щыщ дин пашэхэм ялэжьа Ӏуэхум епхащи), Хьарун хуэмыдэу, Мелхиседек хуэдэ нэгъуэщӀ дин пашэ къыщӀэкӀуэн щыӀэнтэкъым.</verse>
				<verse number="12">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дин пашэ лъэпкъыр щызэблихъукӀэ, хабзэри зэблэхъуа хъун хуейщ.</verse>
				<verse number="13">Абы нэмыщӀу, мы Ӏуэхухэр зытеуха ди Зиусхьэн Хьисэ нэгъуэщӀ унагъуэ лъэпкъым щыщащ. Езым и унагъуэ лъэпкъым щыщ зыми къурмэн щӀыпӀэм дин пашэу Ӏуэху щищӀакъым.</verse>
				<verse number="14">Ди Зиусхьэныр Иудэ зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым зэрыщыщыр ӀупщӀщ. Мусэ бегъымбарыр дин пашэхэм къащытепсэлъыхьым, а унагъуэ лъэпкъым и гугъу ищӀакъым.</verse>
				<verse number="15">Мелхиседек хуэдэу, нэгъуэщӀ дин пашэ иджы къызэрылъэгъуам а жыхуэсӀэ Ӏуэхур нэхъ ӀупщӀэу ещӀ.</verse>
				<verse number="16">Мелхиседек и унагъуэ лъэпкъ къытепщӀыкӀым теухуа хабзэхэмрэ цӀыху унафэхэмрэкъым ар дин пашэ зыщӀар, атӀэ зыми имыгъэкӀуэдыфын гъащӀэм и лъэкӀыныгъэращ дин пашэ зыщӀар.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Мелхиседек хуэдэу, уэри дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».</verse>
				<verse number="18">Пасэрей хабзэм лъэкӀыныгъи пщӀэи зэримыӀам щхьэкӀэ Тхьэм ар лъэныкъуэ иригъэзащ.</verse>
				<verse number="19">Торэт хабзэм Ӏуэху гуэри нэса игъэхъун лъэкӀакъым. Тхьэм иджы дызыщигъэгугъ Ӏуэхур нэхъыфӀщ, а Ӏуэхум Тхьэм нэхъ пэгъунэгъу дыхуэхъун тлъегъэкӀ.</verse>
				<verse number="20">Абы нэмыщӀ, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ жиӀащ Хьисэ дин пашэ зэрыхъунур.</verse>
				<verse number="21">НэгъуэщӀ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэ быдэ хэмылъу дин пашэ хъуащ, ауэ Хьисэ дин пашэ щыхъум, Тхьэм къыжиӀар псалъэ быдэкӀэ игъэпэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ: «Сэ, Зиусхьэныр, жысӀар псалъэ быдэкӀэ згъэпэжурэ, абы сыхущӀегъуэжынукъым: Уэ дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».</verse>
				<verse number="22">Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зэрынэхъыфӀым дыщызыгъэгугъыр Хьисэщ.</verse>
				<verse number="23">Абы нэмыщӀу, адрей дин пашэхэр куэд хъуащ, Тхьэм дин пашэу сыт щыгъуи хуэлэжьэну лӀэныгъэм ахэр хуит ищӀакъыми.</verse>
				<verse number="24">Ауэ игъащӀэкӀэ зэрыпсэунум щхьэкӀэ Хьисэ и дин пашэ Ӏуэхур нэгъуэщӀ гуэрым къыхуигъэнэжынукъым.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.</verse>
				<verse number="26">Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.</verse>
				<verse number="27">Адрей дин пашэшхуэхэм, япэщӀыкӀэ езыхэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкӀэ, итӀанэ адрей цӀыхухэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкӀэ, махуэ къэс къурмэн ящӀын хуейуэ зэрыщытам хуэдэу, Хьисэ ищӀын хуейуэ щыткъым; езым къурмэныпхъэ зыщищӀам, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ аргуэру мыхъужыну, а зэмкӀэ зэфӀигъэкӀащ.</verse>
				<verse number="28">Зигурэ зи псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхухэр дин пашэшхуэ хъуну Торэт хабзэм и унафэм егъэув; ауэ Торэт хабзэр ува нэужь, Тхьэм жиӀар псалъэ быдэкӀэ къыщигъэпэжым, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэсауэ щыт и Къуэр дин пашэшхуэ хъуну къигъэуващ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэр здэщыӀэ шэтыр пэжым дин пашэшхуэу Ӏуэху щелэжь абы. А шэтырыр зыгъэувар цӀыхухэракъым, атӀэ Зиусхьэныращ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэми тыгъэхэри езым хуихьыну, къурмэнхэри хуищӀыну егъэув. Ди дин пашэшхуэми Тхьэм къурмэныпхъэ гуэр хуищӀын хуейщ.</verse>
				<verse number="4">Хьисэ дунейм тетамэ, дин пашэу щытынтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм тету, Тхьэм тыгъэхэр хуэзыхь дин пашэхэр щыӀэщи.</verse>
				<verse number="5">Дин пашэу абыхэм Ӏуэху зыщащӀэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм и сурэтым ещхь е и ныбжь къудейщ. Мусэ шэтырыр игъэувын щыщӀидзэм, Тхьэм абы унафэ къыхуищӀащ: «Бгым утету, псори зэрыозгъэлъэгъуам хуэдэу, зэрыпщӀыным хэт».</verse>
				<verse number="6">Хьисэ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъын хуейуэ ищӀа зэгурыӀуэныгъэр япэрей зэгурыӀуэныгъэм нэхърэ зэрынэхъ иным хуэдэу, Хьисэ дин пашэшхуэ Ӏуэхуу илэжьыр адрей дин пашэшхуэхэм я Ӏуэхум нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэщ, иужьрей зэгурыӀуэныгъэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр нэхъыфӀщи.</verse>
				<verse number="7">Ауэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм* щыщӀагъэ зыри имыӀатэмэ, нэгъуэщӀ зэгурыӀуэныгъэ абы и пӀэм щӀиувэн щыӀэнтэкъым.</verse>
				<verse number="8">Бегъымбарым, цӀыхухэр игъэкъуаншэу, жиӀащ: «Зиусхьэным мыпхуэдэу жеӀэ: Сэрэ израил унагъуэ лъэпкъымрэ Иудэ унагъуэ лъэпкъымрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ щыдэслъхьэну махуэхэр къэсынущ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ мы зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытынур я адэжьхэр Мысырым къыщисшыжым, сэрэ абыхэмрэ дяку дэслъхьа зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытам хуэдэукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ дяку дэслъхьа зэгурыӀуэныгъэм и гъуэгу ахэр ирикӀуакъым. Аращи, абыхэм нэмыплъ есту щытащ, жеӀэ Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="10">А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.</verse>
				<verse number="11">Апхуэдэу щыхъукӀэ, „Зиусхьэныр зыхуэдэр зэгъащӀэ“, жаӀэурэ зэгъунэгъухэми зэшхэми зэжраӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыкӀухэм къыщыщӀэдзауэ инхэр къыхиубыдэу, цӀыху псоми сэ сащӀэнущ.</verse>
				<verse number="12">БзаджащӀэхэми гущӀэгъу яхуэсщӀынущ. Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари си гум изгъэлъыжынукъым».</verse>
				<verse number="13">Тхьэм «зэгурыӀуэныгъэщӀэ» жиӀэу къызэрыжиӀамкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэр жьы зэрыхъуар къигъэлъэгъуащ. Сыт ищӀысри жьы хъуауэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэр куэд мыщӀэу кӀуэдыжынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Япэрей зэгурыӀуэныгъэм тету цӀыхухэм Тхьэр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэм теухуа унафэхэр щыӀащ. ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀауэ, Тхьэр щагъэлъэпӀэн щӀыпӀи щыӀащ.</verse>
				<verse number="2">ПэшитӀ зиӀэ шэтыр гуэр ягъэуващ. Япэрей пэшу Пэш ЛъапӀэкӀэ зэджэм и кӀуэцӀым уэздыгъэ тегъэувапӀэр, Ӏэнэр, Тхьэм и пащхьэм ягъэтӀылъа щӀакхъуэр щӀэлъащ.</verse>
				<verse number="3">Ӏупхъуэ гуэрым и щӀыбкӀэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэр щыӀащ.</verse>
				<verse number="4">Мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэм я гъэсыпӀэу дыщэм къыхэщӀыкӀар а пэшым щӀэтащ. Абы нэмыщӀ, дэнэкӀи дыщэпс зытегъэлъэда пхъуантэу Тхьэм езымрэ цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэу жыхуаӀэр а пэшым щӀэтащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа фалъэу мэнн зи цӀэ шхыныгъуэр зэрылъыр, Хьарун и башу тхьэмпэхэр къызыпыкӀар, Тхьэм и унафэхэр зэрыт мывэ пхъэбгъуитӀыр а пхъуантэм дэлъащ.</verse>
				<verse number="5">А пхъуантэм ищхьэмкӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэ къэзыгъэлъагъуэ Херувим жыхуаӀэ мелыӀычхэр щытащ. Абыхэм я дамэхэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр къащыхуигъэгъу щӀыпӀэр яхъумэу щытащ. Ауэ щхьэхуэу а Ӏуэхухэм иджы дащӀытепсэлъыхьын щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="6">Апхуэдэ гъэпсыкӀэм тету я Ӏуэхур ящӀэну дин пашэхэр зэпымыууэ япэрей пэшым щӀыхьэу щытащ.</verse>
				<verse number="7">Ауэ етӀуанэрей пэшым дин пашэшхуэм фӀэкӀа зыри щӀыхьакъым, ари илъэсым зэ нэхъыбэ щӀыхьэу щытакъым. Абы щыгъуэми къурмэныпхъэми лъыр здимыхьу щӀыхьэртэкъым, езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм ямыщӀэххэу ялэжьа гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэщ а къурмэныр щӀищӀар.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а гъэпсыкӀэмкӀэ къегъэнахуэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу уафэм щыӀэм деж кӀуэ гъуэгур зэрыӀумыхар, а шэтырыжьыр щыӀэху.</verse>
				<verse number="9">А Ӏуэху псоми иджырей зэманым Ӏуэхур зытетыр къагъэлъагъуэ: ЦӀыхухэм тыгъэу Тхьэм хуахьымрэ къурмэну хуащӀымрэ я гум я къабзагъэр нэгъэса ящӀын ялъэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="10">А тыгъэхэри а къурмэнхэри зэпха Ӏуэху къудейхэр шхэнми ефэнми я Ӏуэхумрэ диным теухуауэ зэхуэмыдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм зызэрагъэкъэбзэжын Ӏуэхумрэщ. Ахэр цӀыхухэм япкъхэм епха унафэщ; Тхьэм Ӏуэху псори зэрихъуэкӀыжыхущ, а унафэхэр щыӀэн зэрыхуейр.</verse>
				<verse number="11">Ауэ иджы щыӀэ ӀуэхуфӀхэр къыздихьри, Мэссихь дин пашэшхуэу къэкӀуащ. Мы дунейм тет шэтырым нэхърэ нэхъ шэтырышхуэу икӀи нэхъ нэгъэсауэ щытым и кӀуэцӀым дин пашэшхуэу Ӏуэху щещӀэ абы. А шэтырыр цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа шэтыру щыткъым, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а шэтырыр Тхьэм къигъэщӀа мы дунейм щыщкъым.</verse>
				<verse number="12">Бжэнымрэ танэмрэ я къурмэныпхъэ лъыр здимыхьу, езым илъ жорым щыщӀэкӀауэ, уафэм щыӀэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэм Мэссихь, афӀэкӀ щӀэмыхьэжыну, зэ закъуэ щӀыхьащ. Езым и лъымкӀэ мыкӀуэдыжын щхьэхуитыныгъэ дигъэгъуэтурэ, ди щхьэр къищэхужащ.</verse>
				<verse number="13">Дин пашэхэм бжэнхэмрэ выхэмрэ я къурмэныпхъэ лъыри жэмым и сахуэри Тхьэм дежкӀэ мыкъабзэу щыт цӀыхухэм траутхэу щытащ, ахэр къабзэ хъужын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="14">Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.</verse>
				<verse number="15">Абы къыхэкӀкӀи, Мэссихьщ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ дэлъ зыщӀыр. Апхуэдэу щӀищӀыр и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджа цӀыхухэм мыкӀуэдыжыну щыт ӀыхьэфӀу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъар къалъысын щхьэкӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэту гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм я щхьэр и лӀэныгъэмкӀэ Мэссихь къищэхужащ.</verse>
				<verse number="16">Уэсят щыӀэмэ, уэсят къэзыщӀар зэрылӀам щыхьэт техъуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэсятыр щыбгъэзащӀэ хъунур ар зыщӀар лӀа нэужь къудейщ. Ар зыщӀар псэумэ, уэсятыр бгъэзащӀэ хъунукъым.</verse>
				<verse number="18">Абы щхьэкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэри гъэзэщӀа хъун зэгурыӀуэныгъэ зыщӀа закъуэр лъыращ.</verse>
				<verse number="19">Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэм и унафэ псори цӀыху псоми яригъэщӀа нэужь, цы плъыжь-фӀыцӀафэр иссоп зи цӀэ чыцэм и къудамэхэм япищӀэщ, танэхэмрэ бжэнхэмрэ я лъыр псы щӀыгъуу къищтэри, а къудамэхэмкӀэ тхылъымрэ цӀыху псомрэ ятриутхащ.</verse>
				<verse number="20">Мусэ къыжиӀащ итӀанэ: «Мы лъыр арщ зэгурыӀуэныгъэу, Тхьэм унафэ къызэрыфхуищӀам хуэдэу, фызэредэӀуэн хуейр зыгъэпэжыр».</verse>
				<verse number="21">Апхуэдэуи шэтырымрэ Тхьэр зэрагъэлъапӀэ хьэкъущыкъу псомрэ лъы ятриутхащ.</verse>
				<verse number="22">Пэжщ, Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, сыт ищӀысри, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, лъыкӀэ ягъэкъэбзэж икӀи къурмэнылъ хэмыту гуэныхь гъэгъуныгъэ щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="23">Апхуэдэу сызытепсэлъыхь Ӏуэхуу, уафэм щыӀэ Ӏуэху пэжхэм я сурэту щытхэр, мы къурмэнхэмкӀэ ягъэкъэбзэжын хуеящ. Ауэ уафэм щыӀэ Ӏуэхухэм а къурмэнхэм нэхърэ нэхъ къурмэныфӀхэр яхуэфащэщ.</verse>
				<verse number="24">ЦӀыхухэм ящӀа шэтыру, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ пэжым и сурэту щытыракъым Мэссихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ зыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэм дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну.</verse>
				<verse number="25">Дин пашэшхуэр я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэм илъэс къэс езым и лъыр мыхъуу, къурмэныпхъэм и лъыр здихьыурэ щӀыхьэу щытащ. Ауэ Мэссихь уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэм щӀыщӀыхьар, къурмэныпхъэ куэдрэ зищӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ аргуэру къурмэныпхъэ зимыщӀыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зищӀын щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="26">Апхуэдэу щымытатэмэ, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь куэдрэ гугъуехь ишэчын хуей хъунут. Ауэ езым къурмэныпхъэ зэрызищӀамкӀэ гуэныхьыр игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, иджы, лъэхъэнэхэм я кӀэух дыдэм деж, аргуэру къэмылъэгъуэжыну, зэ закъуэ къэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="27">ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.</verse>
				<verse number="28">Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">Торэт хабзэр къэкӀуэну ӀуэхуфӀхэм я ныбжь къудейуэ щытащ, а ӀуэхуфӀхэр зэрыщытыну дыдэр абы къигъэлъэгъуэн лъэкӀыу щытакъым. Аращи, а къурмэн дыдэу илъэс къэси зэпымыууэ ящӀу щытахэмкӀэ Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуея цӀыхухэр я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ищӀын лъэкӀыу щытакъым Торэт хабзэм.</verse>
				<verse number="2">Ар лъэкӀыну щытатэмэ, цӀыхухэм къурмэн щӀыныр зыханыжынт. Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуейхэр а къурмэнхэмкӀэ къабзэ хъуну щытамэ, я гуэныхьхэр ягукӀэ зыдащӀэжынтэкъым.</verse>
				<verse number="3">Я гуэныхьхэр я гум илъэс къэси къагъэкӀыжу щытащ а къурмэныпхъэхэм,</verse>
				<verse number="4">выхэмрэ бжэнхэмрэ я лъым цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын лъэкӀынутэкъыми.</verse>
				<verse number="5">Аращи, Мэссихь мы дунейм къыщытехьэнум щыгъуэ Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Къурмэнхэми тыгъэхэми уахуеякъым, ауэ пкъы къысхуэбгъэхьэзыращ.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэри, я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ, ящӀ къурмэнхэри игъуэу плъытакъым.</verse>
				<verse number="7">ИтӀанэ сэ жысӀащ: „Уэ, Тхьэ, мис, уэ узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ, уи тхылъым си хъыбар зэритым хуэдэу“».</verse>
				<verse number="8">Мэссихь апхуэдэу къыщыжиӀэм, япэщӀыкӀэ жиӀар мыращ: «Къурмэнхэми, тыгъэхэми, цӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэми, я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ, ящӀ къурмэнхэми уахуеякъым икӀи игъуэу плъытакъым». ЦӀыхухэм а къурмэнхэр Торэт хабзэм и унафэм тету ящӀауэ щыта пэтми, апхуэдэу жиӀащ.</verse>
				<verse number="9">ИтӀанэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Уэ, Тхьэ, мис узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ». Апхуэдэу Мэссихь япэрей Ӏуэхухэр лъэныкъуэ иригъэзащ, абыхэм я пӀэм етӀуанэ Ӏуэхур иригъэувын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="10">Хьисэ Мэссихь Тхьэр зыхуеяр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ, езым и пкъыр аргуэру къурмэныпхъэ имыщӀыжыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зэрищӀамкӀэ ди гур игъэкъэбзэжащ.</verse>
				<verse number="11">Дэтхэнэ дин пашэми и дин пашэ Ӏуэхур махуэ къэс егъэзащӀэ. А къурмэн дыдэу цӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщызыхын зылъэмыкӀхэр зэпымыууэ ещӀ.</verse>
				<verse number="12">Мэссихь цӀыхухэм я гуэныхьхэр игъащӀэкӀэ ипшыныжыпэн щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ зэзакъуэ зищӀа нэужь, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысыну бгъэдэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="13">А зэманым къыщыщӀэдзауэ Мэссихь поплъэ и бийхэр Тхьэм абы лъэгущӀэтын щыхуищӀыну махуэм.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу зэзакъуэ къурмэныпхъэ зэрызищӀам щхьэкӀэ, зигу къабзэ хъухэр, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэса ищӀащ Мэссихь.</verse>
				<verse number="15">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мы ӀуэхумкӀэ щыхьэт къытхуохъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэщӀыкӀэ мыпхуэдэу къыжеӀэ:</verse>
				<verse number="16">«Зиусхьэным къыжеӀэ: А махуэхэм я ужькӀэ зэгурыӀуэныгъэу сэрэ абыхэмрэ яку дэслъхьэнур мыращ: Си унафэхэр абыхэм я гум ислъхьэнущ, я щхьэми истхэнущ».</verse>
				<verse number="17">ИтӀани жеӀэ: «Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари си гум изгъэлъыжынукъым».</verse>
				<verse number="18">Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъуам щхьэкӀэ, ахэр япшыныжын папщӀэ, къурмэн щӀащӀыни щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="19">Аращи, ди къуэшхэ, Хьисэ и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам щхьэкӀэ, щӀыпӀэ лъапӀэу Тхьэр здэщыӀэм гушхуэныгъэкӀэ дихьэн тлъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="20">Хьисэ и пкъыр къурмэныпхъэ зэрищӀам щхьэкӀэ, цӀыхухэм гъащӀэ къыдэзыт гъуэгущӀэу Ӏупхъуэм блэкӀыр къытхуӀуихащ.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэм илъ дин пашэшхуэ диӀэщ.</verse>
				<verse number="22">Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.</verse>
				<verse number="23">Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи.</verse>
				<verse number="24">Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.</verse>
				<verse number="25">ЦӀыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэӀущӀэныр зыхэдывмыгъанэ, атӀэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкӀэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="26">Щыпкъагъэр зэдгъэщӀауэ, итӀани дэ тфӀэфӀу гуэныхь щӀэным дыхэтмэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщызыхыфын къурмэныпхъэ щыӀэжкъым,</verse>
				<verse number="27">ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ.</verse>
				<verse number="28">Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм едэӀуэну зымыдэм щыхьэтитӀ е щыхьэтищ къыщытехъуэкӀэ, гущӀэгъу хуамыщӀу, укӀ тралъхьэу щытащ.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.</verse>
				<verse number="30">Мыпхуэдэу жызыӀа Зиусхьэныр дощӀэ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ; абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ». ИтӀани жиӀащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ».</verse>
				<verse number="31">Къуаншагъэ зэрыпщӀам щхьэкӀэ гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и ӀэмыщӀэ уихуэныр куэду шынагъуэшхуэщ!</verse>
				<verse number="32">Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ.</verse>
				<verse number="33">Зэм цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ фӀейхэр къыщывапэсырт, гузэвэгъуэми фыщыхадзэрт, зэми апхуэдэу зыхущыта адрей цӀыхухэм защӀэвгъакъуэрт.</verse>
				<verse number="34">Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.</verse>
				<verse number="35">Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи.</verse>
				<verse number="36">Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="37">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд дыдэ дэмыкӀыу, къэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ.</verse>
				<verse number="38">ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, си дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ. Ауэ а цӀыхур къикӀуэтыжмэ, сигу ирихьынукъым».</verse>
				<verse number="39">Дэ зызыгъэкӀуэду гъуэгум къыщикӀуэтыжхэм дащыщкъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дрокӀуэ, апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкърегъэл.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">ФӀэщхъуныгъэр зищӀысыр – дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Ӏуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщӀэныр арщ икӀи Ӏуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ.</verse>
				<verse number="2">Пасэ зэманым дунейм щыпсэууэ щыта цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ Тхьэр щыхьэтыфӀ яхуэхъуащ.</verse>
				<verse number="3">ФӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэкӀэ дунейр къызэригъэщӀар зэхыдощӀыкӀ. Аращи, цӀыхум и нэкӀэ илъагъур и нэкӀэ имылъагъум къыхэкӀащ.</verse>
				<verse number="4">Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.</verse>
				<verse number="5">Ханох фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы лӀэныгъэр иримыгъэлъагъуу уафэм дрихьеящ. Тхьэм ар уафэм зэрыдрихьеям щхьэкӀэ, цӀыхухэм ар ягъуэтыжын ялъэкӀакъым. Тхьэм ар уафэм дрихьеин и пэкӀэ, Ханох Тхьэм и гум зэрырихьамкӀэ Тхьэм и псалъэ тхахэр щыхьэт абы хуохъу.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.</verse>
				<verse number="7">ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.</verse>
				<verse number="8">Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.</verse>
				<verse number="9">ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм къритыну къызэригъэгугъа къэралым хамэм хуэдэу щыпсэууэ щытащ ар. А къэралым Ибрэхьим шэтырхэм щӀэсу щыпсэууэ щытащ. Исхьэкъри Екъубри шэтырхэм щӀэсащ. Ибрэхьим Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр абы и гъусэу абыхэми къалъысыну щытащ.</verse>
				<verse number="10">Ибрэхьими шэтырхэм щӀэсащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къалэшхуэу Тхьэм игъэпсауэ, игъэувауэ, мыкӀуэдыжын лъабжьэхэр зиӀэм пэплъэу щытащ.</verse>
				<verse number="11">Сарэ сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи.</verse>
				<verse number="12">ЛӀэн гъунэгъу хъуа пэтми, а лӀы закъуэм быну къытехъукӀар уафэм ит вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу куэд хъуащ, хы Ӏуфэм Ӏулъ умыбжыфыну пшахъуэми хуэдизу бэгъуащ.</verse>
				<verse number="13">Мы цӀыху псори фӀэщхъуныгъэ яӀэу лӀащ. Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ягъуэтакъым, ауэ жыжьэу ахэр ялъагъури щыгуфӀыкӀащ. «Мы дунейм хамэу икӀи хэхэсу дытетщ», жаӀащ абыхэм.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу жызыӀэхэм я къэрал пэжым зэрылъыхъуэр къагъэнахуэ.</verse>
				<verse number="15">Я гум илъу щытар къэралу зэрыкӀыжар аратэмэ, ягъэзэжыну Ӏэмал яӀэнт.</verse>
				<verse number="16">Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм Ибрэхьим и щыпкъагъэр щигъэунэхум, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьащ.</verse>
				<verse number="18">«Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэр арщ уэ уи бын пэжкӀэ зэджэнухэр», жиӀэу Тхьэм Ибрэхьим къигъэгугъа пэтми, Ибрэхьим и къуэ закъуэр къурмэныпхъэ ищӀыну хьэзыру щытащ.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм Исхьэкъ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжын зэрылъэкӀынум Ибрэхьим щыгугъыу щытащ, Исхьэкъ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ Ибрэхьим зэригъуэтыжари жыпӀэ хъунущ.</verse>
				<verse number="20">Исхьэкъ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ къэкӀуэну зэманым Екъубрэ Эсаурэ къазэрыщыхуэнур яжриӀащ.</verse>
				<verse number="21">Екъуби фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, лӀэн щыхъум, Исуф и къуэхэм ящыщ дэтхэнэми Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуэнур жриӀащ икӀи и башым зытригъащӀэурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.</verse>
				<verse number="22">Исуф фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, и лӀэгъуэр къыщысым, израил цӀыхухэр Мысырым къызэрикӀыжынум и гугъу ищӀащ икӀи и хьэдэ къупщхьэхэр здыщӀалъхьэжын хуеймкӀэ усят къищӀащ.</verse>
				<verse number="23">Мусэ бегъымбарым и адэ-анэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Мусэ къыщалъхум, мазищкӀэ ягъэпщкӀуащ, сабийр зэрыдахэр ялъэгъуат, пащтыхьым и унафэми щышынатэкъыми.</verse>
				<verse number="24">Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, ин щыхъум, Фирхьэуным и пхъурылъхукӀэ къеджэу идэртэкъым.</verse>
				<verse number="25">Гуэныхь щӀэнымкӀэ зы зэман кӀэщӀкӀэ зигъэтхъэжыным нэхърэ, Тхьэм и цӀыхухэм гугъуехь ядишэчыныр нэхъ къищтащ.</verse>
				<verse number="26">Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.</verse>
				<verse number="27">ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикӀыжащ. ЦӀыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ.</verse>
				<verse number="28">Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, израил цӀыхухэм ӀутӀыж махуэшхуэр япэ дыдэ яригъэгъэлъэпӀащ, я бжэхэми лъы траутхэну унафэ яхуищӀащ, я щыпэлъхухэр зыгъэкӀуэд мелыӀычым имыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="29">Израил цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, щӀы гъущэм зэрыщызекӀуам хуэдэу, Хы Плъыжьым зэпрыкӀащ, ауэ мысыр цӀыхухэр хым зэпрыкӀыну щыхуежьэм, псори итхьэлащ.</verse>
				<verse number="30">Израил цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Ерихон къалэр махуиблкӀэ хъурейуэ къакӀухьа нэужь, къалэм и блыныр къызэтещэщащ.</verse>
				<verse number="31">Рахав псэжьым фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм ядэкӀуэдакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бий тӀасхъэщӀэххэр и гуапэу иригъэблэгъащ (икӀи нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ къалэм ахэр дишыжащ).</verse>
				<verse number="32">Иджыри сыт жысӀэнур? Гидеон, Барак, Шимшон, Ифтэх, Даут, Самуел сымэ, адрей бегъымбархэми я хъыбарыр къыжысӀэну зэманыр срикъунукъым.</verse>
				<verse number="33">Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ,</verse>
				<verse number="34">мафӀэшхуэхэри ягъэункӀыфӀащ, джатэхэм къаӀэщӀэкӀыжащ. ГуащӀэмащӀэу щытами, къару яӀэ хъуащ. ЗэуэнкӀэ лъэкӀыныгъэ яӀэ хъуащ, хамэхэм я дзэхэр ирахужащ.</verse>
				<verse number="35">Фызхэм я лӀахэр къэхъужауэ ягъуэтыжащ. Тхьэм къыщигъэтэджыжкӀэ, нэхъ гъащӀэфӀ ягъуэтын щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэр (Тхьэр ягъэпцӀыну зэрамыдам щхьэкӀэ) я бийхэм щхьэхуиту къаутӀыпщыжакъым. Абыхэм гугъуехь ирагъэшэчурэ, ягъэлӀащ.</verse>
				<verse number="36">ЦӀыхухэм абыхэм ящыщхэр ягъэикӀэурэ икӀи щӀопщкӀэ еуэурэ, гугъуехь ирагъэшэчащ, итӀанэ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, лъэхъуэщым щӀадзащ.</verse>
				<verse number="37">ЦӀыхухэм нэгъуэщӀ гуэрхэри мывэкӀэ еуэурэ яукӀащ, зыгуэрхэри пхъэм хуэдэу зэпахащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри джатэкӀэ яукӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэм мэлыфэрэ бжэныфэрэ ящыгъыу къакӀухьу, щыщӀагъэ яӀэу, гузэвэгъуэ хэту, цӀыхухэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэу щытащ.</verse>
				<verse number="38">Абыхэм я фӀыгъуэр дунейм хуэфащэу щытакъым. Губгъуэ нэщӀхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ къыщакӀухьу, бгъуэнщӀагъхэмрэ аузхэмрэ щыпсэууэ щытащ.</verse>
				<verse number="39">Ауэ абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Тхьэр щыхьэтыфӀ а псоми къахуэхъуа пэтми, Тхьэм и цӀыхухэр къызэригъэгугъауэ щыта Ӏуэхухэр иджыри ягъуэтакъым.</verse>
				<verse number="40">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и гум илъу щытар дэркӀэ нэхъыфӀщ – ахэр дэ ди мыгъусэмэ, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, езым дежкӀэ цӀыху нэгъэса зэрымыхъунуращ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.</verse>
				<verse number="2">Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.</verse>
				<verse number="3">Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!</verse>
				<verse number="4">Гуэныхьым фебэну, лъы къыфщӀэкӀыху, иджыри къэс фыпэувакъым абы.</verse>
				<verse number="5">И бынкӀэ къывэджэурэ, Тхьэм фигу зэригъэзагъэр фщыгъупщащ: «Си бын, Зиусхьэным ӀурыщӀэ ущищӀкӀэ, нэмыплъ епту ущымыт, езыр къыщогийкӀи, уи гур умыгъэныкъуэ,</verse>
				<verse number="6">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу цӀыхур ӀурыщӀэ ещӀ, и быным хуэдэу ищтэ дэтхэнэми гугъуехь ирегъэшэч».</verse>
				<verse number="7">Аращи, Тхьэм ӀурыщӀэ фыщищӀкӀэ, теубыдагъэ зивгъэӀэ. Тхьэр апхуэдэу къывдогъуэгурыкӀуэ, и быну фызэрыщытым щхьэкӀэ. Адэм ӀурыщӀэ имыщӀ бын щыӀэ?</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и бын псори ӀурыщӀэ зэрищӀым хуэдэу ӀурыщӀэ фимыщӀмэ, и бынхэм фащыщкъым, атӀэ хабзэкӀэ къамылъхуахэм фахуэдэщ.</verse>
				<verse number="9">Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.</verse>
				<verse number="10">Ди адэхэм зэман кӀэщӀкӀэ игъуэу зэралъытам хуэдэу, ӀурыщӀэ дащӀырт. Ауэ Тхьэм, и лъапӀагъэмкӀэ Ӏыхьэ диӀэн щхьэкӀэ, и фӀагъ къыдигъэкӀыну ӀурыщӀэ дещӀ.</verse>
				<verse number="11">Зыгуэрым ӀурыщӀэ дыщищӀкӀэ, ди гуапэ хъуркъым, атӀэ ди гуауэ мэхъу. Ауэ Тхьэм ӀурыщӀэ ищӀурэ игъэса цӀыхухэм иужькӀэ фӀыуэ абы къахухэкӀыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, фэ фи Ӏэблэу гуэхуахэмрэ къару зыхэмылъыж лъэгуажьэхэмрэ къару яхэвгъэлъ.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыху лъашэр нэхъ Ӏей фымыгъэхъуу, ар хъужын щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="14">ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.</verse>
				<verse number="15">Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.</verse>
				<verse number="16">Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.</verse>
				<verse number="17">ИтӀанэ, зэрыфщӀэщи, Тхьэм и нэфӀ зыщигъэхуэн щхьэкӀэ, Эсау и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ, ауэ и адэм хуидакъым. Эсау гъыурэ и адэм елъэӀуа пэтми, ар и псалъэм тригъэкӀыфакъым.</verse>
				<verse number="18">ФызэӀусэн флъэкӀыну мафӀэм ис бгым деж фыкъэкӀуакъым. КӀыфӀыгъэм, мазэхэм, жьышхуэм,</verse>
				<verse number="19">бжьамиишхуэм и макъым, псалъэхэр къыжызыӀэ макъым я деж фыкъэкӀуакъым. Ар зэхэзыхахэр а макъыр аргуэру къемыпсэлъэжыну елъэӀуащ,</verse>
				<verse number="20">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а макъым къыжиӀа унафэр яшэчын ялъэкӀакъым: «ХьэкӀэкхъуэкӀэр бгым еӀусэмэ, мывэхэмкӀэ е шабзэмкӀэ вгъэлӀэн хуейщ».</verse>
				<verse number="21">Къахуэлъэгъуар шынагъуэшхуэти, Мусэ бегъымбарми, «Сошынэ икӀи сокӀэзыз» жиӀащ.</verse>
				<verse number="22">Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.</verse>
				<verse number="23">Тхьэм и япэрей быну уафэм щыӀэ тхылъым зи цӀэ итхэм я махуэшхуэ зэхуэсми фыкъэкӀуащ. Тхьэуэ цӀыху псоми хьэкум ятезыщӀыхьым деж фыкъэкӀуащ, зи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм цӀыху нэгъэса ищӀахэм я псэхэм я дежи фыкъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="24">ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъ зыщӀа Хьисэрэ абы лъыуэ къыщӀэкӀамрэ я деж фыкъэкӀуащ. Хэбэл и лъым нэхърэ Хьисэ и лъым Ӏуэху нэхъыфӀым нэхъ дыщегъэгугъ.</verse>
				<verse number="25">Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?</verse>
				<verse number="26">Тхьэм и макъым щӀылъэр игъэхъеящ абы щыгъуэ, ауэ иджы Тхьэм псалъэ быдэ итащ: «ЩӀылъэм и мызакъуэу, уафэри згъэхъеинущ аргуэру».</verse>
				<verse number="27">«Аргуэру» жыхуиӀэ псалъэм къегъэнахуэ Тхьэм игъэхъей псори – Тхьэм къигъэщӀа псори – я пӀэм зэрырихыжынур. Тхьэм имыгъэхъея Ӏуэхухэращ къызэтенэнур.</verse>
				<verse number="28">Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ,</verse>
				<verse number="29">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Тхьэр псори зыс мафӀэщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет.</verse>
				<verse number="2">ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.</verse>
				<verse number="3">Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.</verse>
				<verse number="4">Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.</verse>
				<verse number="5">Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».</verse>
				<verse number="6">Аращи, гушхуэныгъэкӀэ жыдоӀэ: «Зиусхьэныр си дэӀэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦӀыхухэм сыт къызащӀэфынур?»</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и псалъэхэр къывжезыӀа фи унафэщӀ къушхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Дунейм зэрехыжами феплъи, я фӀэщхъуныгъэм и лъэужьым фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.</verse>
				<verse number="9">Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.</verse>
				<verse number="10">Дэ ди къурмэнщӀыпӀэ диӀэщ. Шэтырым щылажьэу щытахэм а щӀыпӀэм щащӀ къурмэныпхъэм щыщ яшхыну хуитакъым.</verse>
				<verse number="11">Дин пашэшхуэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, былымхэм я лъыр здихьыурэ, я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэм щӀыхьэу щытащ, ауэ былымхэм япкъхэр къалэм и щӀыбым мафӀэкӀэ щагъэсу щытащ.</verse>
				<verse number="12">И лъымкӀэ цӀыхухэм я гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, куэбжэ щӀыбым гугъуехь щишэчащ Хьисэи.</verse>
				<verse number="13">КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.</verse>
				<verse number="14">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыбдежым мыкӀуэдыжын къалэ щыдиӀэкъым, ауэ къэунэхуну къалэм дыпоплъэ.</verse>
				<verse number="15">Аращи, Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ зэпымыууэ хуэдвгъэщӀ – а щӀыхьышхуэр арщ дэ ди къурмэныпхъэр – езым и цӀэр зыгъэлъапӀэ жьэм къажьэдэкӀыр арщ дэ ди къурмэныпхъэр.</verse>
				<verse number="16">ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.</verse>
				<verse number="17">Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм фытхуелъэӀу. МыхъумыщӀэ дигу илъу зыдэтщӀэжыркъым, Ӏуэху псомкӀи щыпкъагъэ дигу илъу, дыпсэуну дыхуейщи.</verse>
				<verse number="19">Псом хуэмыдэжу сыщӀывэлъэӀур фи деж Тхьэм щӀэх нызигъэгъэзэжыну фелъэӀунырщ.</verse>
				<verse number="20">Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу мэлыхъуэ лэгъупэжьыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Хьисэ и лъыр арщ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьар мыхъурым хуэдэу зыгъэпэжар.</verse>
				<verse number="21">Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="22">Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.</verse>
				<verse number="23">Ди къуэш Тимофей щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="24">Фи унафэщӀ къуэш псоми Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж. Италием щыщ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.</verse>
				<verse number="25">Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ фэ псоми.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="59">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.</verse>
				<verse number="2">Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,</verse>
				<verse number="3">мы гугъуехьхэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр ягъэунэхуа нэужь, гугъу фехьурэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъунур фощӀэри.</verse>
				<verse number="4">Теубыдагъэм и Ӏуэхур и кӀэм нэвгъэс, сыт и лъэныкъуэкӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.</verse>
				<verse number="6">Ауэ шэч химылъхьэу фӀэщхъуныгъэкӀэ ирелъэӀу, Тхьэм шэч хуэзыщӀыр хы толъкъуным адэкӀи мыдэкӀи зэридзу ихьым хуэдэщи.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэ цӀыхур иремыгугъэ Тхьэм зыгуэр къритыну.</verse>
				<verse number="8">Ар гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэ цӀыхущ, сыт хуэдэ Ӏуэхуми быдагъэ щиӀэкъым.</verse>
				<verse number="9">Къуэш тхьэмыщкӀэр Тхьэм зэриӀэтамкӀэ ирегуфӀэ.</verse>
				<verse number="10">Ауэ къулейр Тхьэм зэригъэцӀыкӀуамкӀэ ирегуфӀэ, удз гъэгъам хуэдэу кӀуэдыжынущи.</verse>
				<verse number="11">Дыгъэр къыщӀокӀ, къыдокӀуэтей, хуабэ дыдэ мэхъу. Хуабэм удзыр егъэгъу. Удз гъэгъар полъэлъыжри, и дахагъэр мэкӀуэдыж. Апхуэдэ дыдэу къулейри, и Ӏуэхухэм ятхьэкъуауэ, кӀуэдыжынущ.</verse>
				<verse number="12">И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.</verse>
				<verse number="13">ЦӀыху гуэр и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьым щыхуэзэкӀэ, «Тхьэр арщ сызыгъэунэхуу сыдезыгъэхьэхыр», жремыӀэ. Бзаджагъэм Тхьэр зыӀэпишэнукъым. Тхьэми зыри бзаджагъэ ищӀэну дишэхынукъым.</verse>
				<verse number="14">Езым и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэрщ, зыӀэпашэу икӀи зэщӀаубыдэу, а цӀыхур дэзыхьэхыр.</verse>
				<verse number="15">Хъуэпсэныгъэ Ӏейр уэндэгъу хъумэ, гуэныхь щӀэныр къелъху; гуэныхь щӀэнри нэгъэса щыхъукӀэ, ажалыр къелъху.</verse>
				<verse number="16">Си къуэш лъапӀэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ.</verse>
				<verse number="17">Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.</verse>
				<verse number="18">Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="19">Си къуэш лъапӀэхэ, мыр зэвгъащӀэ. ДэӀуэнкӀэ хэти щӀэхыу ирехьэзыр, ауэ щӀэх иремыпсалъэ, щӀэхи иремыгубжь.</verse>
				<verse number="20">ЦӀыхур губжьмэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ илэжьыркъым.</verse>
				<verse number="21">Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм и псалъэхэм федаӀуэ къудейкӀэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщӀэн хуейщ. Армырамэ, фи щхьэр къывогъэпцӀэж.</verse>
				<verse number="23">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а псалъэхэм едаӀуэу зымыгъэзащӀэр гъуджэкӀэ зэплъыж цӀыхум хуэдэщ.</verse>
				<verse number="24">Ар зоплъыжри, ӀуокӀыж икӀи и теплъэр зыхуэдэр асыхьэту щогъупщэж.</verse>
				<verse number="25">ИщӀэ псомкӀэ гъуэгу махуэ теува цӀыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фӀыуэ хэплъэ зэпыту икӀи зэдэӀуа Ӏуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащӀэрщ. Тхьэм и унафэр щыщӀагъэншэу икӀи нэгъэсауэ щытщи, цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет.</verse>
				<verse number="26">Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.</verse>
				<verse number="27">Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу щӀыхьышхуэ зыбгъэдэлъымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, цӀыхухэм я фэм фемыплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щытын хуейщ.</verse>
				<verse number="2">Дыщэ Ӏэлъын Ӏэрылъу, щыгъын лъапӀэхэр щыгъыу лӀы къулей гуэр фи зэхуэсым къыхыхьауэ, фаджэу хуэпауэ лӀы тхьэмыщкӀэ гуэри къыфхыхьауэ жытӀэнщ.</verse>
				<verse number="3">Щыгъын лъапӀэхэр зыщыгъ лӀым феплъурэ, «Моуэ къеблагъэ, къэтӀыс», жефӀэу, ауэ тхьэмыщкӀэм, «Модэ щыт», жефӀэу, е «Моуэ си лъакъуэхэм я деж къэтӀыс», жефӀэмэ,</verse>
				<verse number="4">абы щыгъуэ цӀыху зэхэгъэж фщӀауэ аркъэ? Гупсысэ Ӏей зиӀэ хеящӀэхэм яхуэдэ фыхъуакъэ?</verse>
				<verse number="5">Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?</verse>
				<verse number="7">Ахэракъэ зи гъуэгу фырикӀуэ Хьисэ Мэссихь и цӀэ лъапӀэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьхэр?</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ цӀыхухэм я фэм феплъу, цӀыху псори фи зэхуэдэу щымытмэ, гуэныхь фощӀэ, Тхьэм и унафэхэми фытекӀауэ къуаншагъэ влэжьауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="10">Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="11">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Зинэ умыщӀэ» жызыӀам «ЦӀыху умыукӀ», жиӀащ. Аращи, зинэ умыщӀами, цӀыху гуэр букӀмэ, Тхьэм и унафэм утекӀауэ къокӀ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, Тхьэм и унафэу цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ езытын зылъэкӀхэм тету Тхьэм хьэкум зытрищӀыхьыну цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу фыпсалъэ икӀи фыпсэу.</verse>
				<verse number="13">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.</verse>
				<verse number="14">Си къуэшхэ, зыгуэрым фӀы имыщӀэу, «ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ», жиӀэмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр? Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэм а цӀыхур мыкӀуэду къригъэлын лъэкӀын?</verse>
				<verse number="15">Фи зы къуэш гуэрым е фи зы шыпхъу гуэрым щыгъыни махуэм ишхыни имыӀэу жытӀэнщ.</verse>
				<verse number="16">«Гъуэгу махуэ, фигу ирезагъэ. Зывгъэхуабэ икӀи шхынкӀэ зывгъэнщӀ», жиӀэу фщыщ гуэрым абыхэм яжриӀэу, ауэ зыхуэныкъуэр яримытмэ, сыт абы сэбэпу хэлъыр?</verse>
				<verse number="17">ФӀэщхъуныгъэм и Ӏуэхури апхуэдэщ. ФӀы зымыщӀэм и фӀэщхъуныгъэм псэ хэткъым.</verse>
				<verse number="18">Зыгуэрым къыжиӀэнкӀэ хъунщ: – Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэщ, сэ фӀыщӀагъэхэр сиӀэщ. Апхуэдэ цӀыхум сэ жесӀэнщ: – ФӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу уи фӀэщхъуныгъэр сыгъэлъагъу, сэ фӀыуэ злэжьымкӀэ си фӀэщхъуныгъэр уэзгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="19">Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.</verse>
				<verse number="20">Уэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ цӀыху, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэм сэбэп къызэрыпымыкӀынур къыбгурызгъэӀуэну ухуей?</verse>
				<verse number="21">Ди адэшхуэ Ибрэхьим и къуэ Исхьэкъ тыхь щӀыпӀэм щытрилъхьэм, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ?</verse>
				<verse number="22">Аращи, Ибрэхьим и фӀэщхъуныгъэмрэ и фӀыщӀагъэхэмрэ зэрызэщӀыгъур уолъагъу. Ибрэхьим и фӀыщӀагъэхэращ и фӀэщхъуныгъэр нэгъэсауэ зыщӀар.</verse>
				<verse number="23">Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт мы псалъэхэр пэж хъуащ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ». Тхьэм и ныбжьэгъукӀэ еджэ хъуащ абы.</verse>
				<verse number="24">Аращи, флъагъуркъэ, цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм и мызакъуэу, фӀыи зэрилэжьыращ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр.</verse>
				<verse number="25">Апхуэдэу, Рахав зи цӀэ псэжьым журт лӀыкӀуэхэр иригъэблагъэри, нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ щыщӀигъэпхъуэжым, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытакъэ?</verse>
				<verse number="26">Аращи, псэ зыхэмытыж пкъыр зэрыузджынтам хуэдэу, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэми псэ хэткъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.</verse>
				<verse number="2">Дэ псоми Ӏуэхугъуэ куэдкӀэ гуэныхь дощӀэ. Езым и псалъэхэмкӀэ гуэныхь зымыщӀэ цӀыхур цӀыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэӀурыщӀэн лъокӀ.</verse>
				<verse number="3">Шыхэм шхуэӀур я жьэхэм жьэдэдолъхьэ, дгъэӀурыщӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ абыхэм япкъ псори догъэжыӀэщӀэ.</verse>
				<verse number="4">Кхъухьхэми феплъ. Ахэр инщ, жьышхуэхэми яху. Апхуэдэу щыт пэтми, кхъухьзехуэм къухьыр хьэнцэ цӀыкӀукӀэ здыхуеймкӀэ еунэтӀ.</verse>
				<verse number="5">Бзэгури пкъым щыщу Ӏыхьэ цӀыкӀущ, ауэ Ӏуэхугъуэ куэд егъэзащӀэ. Феплъ мафӀэ хъуаскӀэ цӀыкӀум мэзышхуэм мафӀэ зэрыщӀидзэм.</verse>
				<verse number="6">Взэгури апхуэдэ мафӀэм хуэдэщ. Мы дунейм и бзаджагъэхэр абы тезщ. Ди пкъым щыщу бзэгуращ пкъы псор мыкъабзэ зыщӀыр икӀи гъащӀэм и шэрхъым мафӀэр щӀэзыгъанэр. Жыхьэнмэм и мафӀэр бзэгуращ зэщӀэзыгъэнар.</verse>
				<verse number="7">Сыт хуэдэ хьэкӀэкхъуэкӀэри, къуалэбзури, хьэпщхупщхэри, псым хэс псэущхьэри цӀыхухэм ягъэӀэсэ икӀи ягъэӀэсащ,</verse>
				<verse number="8">ауэ бзэгур зыми игъэӀэсэн лъэкӀынукъым. Ар, бгъэувыӀэн плъэмыкӀыну, бзаджэ гуэрщ, ажал къызыхэкӀ щхъухьи хэзщ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэуэ Адэ лъапӀэм бзэгукӀэ щӀыхьышхуэ худощӀ, Тхьэм езым хуэдэу щытыну къигъэхъуа цӀыхухэм бзэгукӀи дахущӀоджэ.</verse>
				<verse number="10">Жьэм щӀыхьышхуэри мыхъумыщӀэри къыжьэдокӀ. Ар апхуэдэу щытын хуейкъым, си къуэшхэ.</verse>
				<verse number="11">Зы псынащхьэ псы ӀэфӀи псы дыджи къыщӀэкӀынкӀэ хъуну?</verse>
				<verse number="12">Си къуэшхэ, ахъуо жыгым зейтун къыпыкӀэн лъэкӀын? Е жызумейм ахъуо къыпыкӀэн лъэкӀын? Апхуэдэ дыдэу, псынэ шыугъэм псы ӀэфӀ къыхэкӀын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="13">Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ.</verse>
				<verse number="14">Ауэ фыгъуэ дыджымрэ зэщыхьэныгъэмрэ фигухэм илъмэ, фызыщымытхъуж, щыпкъагъэри фымыгъэпцӀ.</verse>
				<verse number="15">Апхуэдэ акъылыфӀагъэ уафэм къехыркъым, ар мы дунейм щыщщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри апхуэдэ акъылыфӀагъэм хэлъкъым, абы хэлъыр жин бзаджэхэрщ.</verse>
				<verse number="16">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэрэ зэщыхьэныгъэрэ здэщыӀэм Ӏуэхухэр щызэӀохьэ, дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэри щобагъуэ.</verse>
				<verse number="17">Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.</verse>
				<verse number="18">ЗэкӀужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкӀ жылапхъэр гузэгъэгъуэкӀэ цӀыхухэм я гум изылъхьэр.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?</verse>
				<verse number="2">Зыгуэр фиӀэну фыхуейщ, ауэ фиӀэкъым. ЦӀыху фоукӀ икӀи фохъуапсэ, ауэ фызыхуейр къыфӀэщӀыхьэркъым. Фызэщохьэ икӀи фызэбийщ. Тхьэм фелъэӀуркъыми, фызыхущӀэкъур къывэхъулӀэркъым.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм фелъэӀуми, зыри къывитыркъым, Ӏеягъ фигу илъу, фи гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэм ятевгъэкӀуэдэныр арщ Тхьэм фыщӀелъэӀури.</verse>
				<verse number="4">Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.</verse>
				<verse number="5">Е Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтыр пщӀэншэу фи гугъэ: «Дэ тхэт псэр хуабжьу мэфыгъуэ»?</verse>
				<verse number="6">Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».</verse>
				<verse number="7">Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм.</verse>
				<verse number="9">Фынэщхъей, фыгъ икӀи фыпыхьэ. Фи дыхьэшхыныр гъынкӀэ, фи гуфӀэгъуэми нэщхъеягъуэкӀэ зрехъуэж.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.</verse>
				<verse number="11">Си къуэшхэ, ӀейкӀэ фызэхуэмыпсалъэ. Зи къуэш ӀейкӀэ тепсэлъыхьурэ зыгъэкъуаншэр Тхьэм и унафэхэм ӀейкӀэ топсэлъыхь икӀи мызахуэу елъытэ. Ауэ Тхьэм и унафэхэр пфӀэмызахуэмэ, ахэр умыгъэзэщӀауэ, хьэкум ятепщӀыхьауэ мэхъу.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыхухэм унафэхэр яхуэзыщӀу, хьэкум ятезыщӀыхьыр зы къудейщ, ахэр мыкӀуэду къезыгъэлыну е зыгъэкӀуэдыну лъэкӀыныгъэ ЗиӀэр аращ. Ауэ щыхъукӀэ, уэ ухэт, уи гъунэгъур бгъэкъуэншэну?</verse>
				<verse number="13">ФыкъэдаӀуэ фэ, мыпхуэдэу жызыӀэхэр: «Е нобэ, е пщэдей мо къалэм е адрей къалэм дыкӀуэнурэ, зы илъэс дыкъэтынущ, дыщэхуэурэ икӀи тщэурэ ахъшэ къэдлэжьэнущ».</verse>
				<verse number="14">Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ.</verse>
				<verse number="15">Аращи, апхуэдэу жывмыӀэу, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Зиусхьэныр хуеймэ, дыпсэунущ, мыр е мор тщӀэнущ».</verse>
				<verse number="16">Ауэ иджы зыкъыффӀощӀыж икӀи фызыщотхъуж. Апхуэдэ зыщытхъужыныгъэ псори Ӏейщ.</verse>
				<verse number="17">Аращи, фӀыуэ илэжьын хуейр къыгурыӀуэ пэтми, зымылэжьым гуэныхь ещӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Фэ, цӀыху бейхэр, фыкъэдаӀуэ. Насыпыншагъэу къыфлъысынум щхьэкӀэ фыгъ икӀи фыпыхьэ.</verse>
				<verse number="2">Фэ фи мылъкур фащ, фи щыгъынхэри хъуным яшхащ.</verse>
				<verse number="3">Фи дыщэри фи дыжьынри улъиящ. Ахэр зэрыулъияр щыхьатщ фэ фызэрыкъуаншэмкӀэ, абы фи пкъыр текӀуэдэжынущ, мафӀэм зэригъэкӀуэдынум хуэдэу. Мы дунейм иужьырей махуэхэм мылъку зэщыхуэфлъэсащ.</verse>
				<verse number="4">ЛэжьапщӀэ зэвмыту фи хьэсэхэр зезыхьа фи лӀыщӀэхэм фагъэкъуаншэурэ къыфкӀэлъоджэ. Гъавэр къэзыхыжхэм я гуо макъыр ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори ЗиӀэ Зиусхьэным и тхьэкӀумэхэм нэсащ.</verse>
				<verse number="5">Ахъшэ куэд зытевгъэкӀуадэурэ зывгъэтхъэжу мы дунейм фыщыпсэуащ. Былым гъашхэм хуэдэу, фэ фыщыфӀагъэжыну махуэм щхьэкӀэ гуэныхь щӀэнкӀэ зывгъэнщӀащ.</verse>
				<verse number="6">Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур вгъэкъуаншэри фукӀащ. Ар фэ къыфпэувакъым.</verse>
				<verse number="7">Аращи, си къуэшхэ, Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, шыӀэныгъэ зивгъэӀэ. МэкъумэшыщӀэм щӀым хиса жылэ лъапӀэр къэкӀыу гъавэ хъуху зэрыпэплъэм феплъ. Ипэрей уэшхри иужьрей уэшхри къешхыху, шыӀэныгъэ иӀэу поплъэ ар.</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу, фэри шыӀэныгъэ зивгъэӀэ, фигу вгъэбыдэ Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащи.</verse>
				<verse number="9">Си къуэшхэ, зыр зым щхьэкӀэ фымытхьэусыхэ, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн папщӀэ. ХеящӀэр бжэӀупэм Ӏутщ.</verse>
				<verse number="10">Си къуэшхэ, Зиусхьэным и цӀэкӀэ къэпсэлъа бегъымбархэм щапхъэ ятефх. Гугъуехь яшэч щыхъум, шыӀэныгъэ зрагъэӀащ.</verse>
				<verse number="11">Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.</verse>
				<verse number="12">Си къуэшхэ, псоми япэу, тхьэ фымыӀуэ. УафэмкӀи, щӀылъэмкӀи, сыт ищӀыскӀи тхьэ фымыӀуэ. «Аращ», жыфӀэу щытмэ, ар вгъэпэж. «Хьэуэ, аракъым», жыфӀэу щытмэ, ари вгъэпэж, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="13">Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ.</verse>
				<verse number="14">Фщыщ гуэр сымаджэмэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр кърыреджэ. Абыхэм Зиусхьэным и цӀэкӀэ сымаджэм дагъэ щрехуи, хурелъаӀуэ,</verse>
				<verse number="15">фӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм зэрелъэӀум щхьэкӀэ сымаджэр хъужынущ. Зиусхьэным ар къызэфӀигъэувэжынущ. Гуэныхь ищӀами, къыхуигъэгъунущ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, Тхьэм фигъэхъужын щхьэкӀэ, фи гуэныхьхэмкӀэ зым адрейм и пащхьэм зыщывумысыжри, зыр адрейм папщӀэ Тхьэм фелъэӀу. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀум лъэкӀыныгъэ иӀэщ икӀи куэд лъокӀ.</verse>
				<verse number="17">Иляс бегъымбарыр дэ дэщхь цӀыхуу щытащ. Уэшх къемышхын щхьэкӀэ, и фӀэщу Тхьэм елъэӀури, илъэсищрэ мазихкӀэ щӀым уэшх къытешхакъым.</verse>
				<verse number="18">Абы и ужькӀэ Тхьэм аргуэру елъэӀури, Тхьэм уэшх къригъэшхащ, щӀым хэлъ жылэхэм къэкӀыу щӀадзэжащ.</verse>
				<verse number="19">Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэр щыпкъагъэм и гъуэгум текӀ хъумэ, ар гъуэгу занщӀэм тезыгъэхьэжым мыр ирырещӀэ:</verse>
				<verse number="20">Гъуэгу пхэнжым тет гуэныхьыщӀэ цӀыхур гъуэгу захуэм тезыгъэхьэж дэтхэнэми адрейр ажалым къыӀэщӀишыжынурэ, гуэныхь куэди къыхуэгъужынущ.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="60">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Петрщ, Хьисэ Мэссихь сриапостолщ. Фэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм, хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм, мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.</verse>
				<verse number="5">ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.</verse>
				<verse number="7">А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.</verse>
				<verse number="8">Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.</verse>
				<verse number="9">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэкӀэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлым икӀэм-икӀэжым фынос.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнум и хъыбарыр зыӀуэта бегъымбархэр цӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынум теухуа хъыбар псоми хэплъыху, ягъэунэхуу щытащ.</verse>
				<verse number="11">Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.</verse>
				<verse number="12">Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.</verse>
				<verse number="13">Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.</verse>
				<verse number="14">Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="15">Ауэ Тхьэуэ езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджар лъапӀэу зэрыщытым хуэдэу, фэри фи гур лъапӀэу икӀи къабзэу влэжь псори вгъэзащӀэ.</verse>
				<verse number="16">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ сызэрылъапӀэм хуэдэу фэри лъапӀэ фыхъун хуейщ».</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори зи зэхуэдэ Тхьэм, хэти илэжьам теухуауэ хьэкум щыпкъагъэкӀэ тезыщӀыхьым, фыщелъэӀукӀэ, «Уэ Адэ лъапӀэ», жывоӀэ. Аращи, мы дуней хьэхум щывгъакӀуэ зэманыр Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу вгъэкӀуэн хуейщ.</verse>
				<verse number="18">ЗэрыфщӀэщи, фи адэжьхэм къызэранэкӀа пщӀэ зимыӀэ псэукӀэм фыхишыжыну Мэссихь фи щхьэхэр ищэхужащ. Фи щхьэхэр зэрищэхужар кӀуэдыжыну дыжьыныр е дыщэр аракъым,</verse>
				<verse number="19">езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.</verse>
				<verse number="20">Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="21">ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.</verse>
				<verse number="22">Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,</verse>
				<verse number="23">щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.</verse>
				<verse number="24">Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.</verse>
				<verse number="25">Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкӀуэдыжу игъащӀэкӀэ къонэ». А псалъэхэращ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм къыфхуаӀуэтар.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн.</verse>
				<verse number="2">КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="3">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр зэрыфӀыр зыхэфщӀащи.</verse>
				<verse number="4">Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ, уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».</verse>
				<verse number="7">ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,</verse>
				<verse number="8">Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.</verse>
				<verse number="9">Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="10">Пасэм фэ Тхьэм и лъэпкъыу фыщытакъым, иджы абы фрилъэпкъщ. Пасэм Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀыртэкъым, иджы гущӀэгъу къыфхуещӀ.</verse>
				<verse number="11">ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.</verse>
				<verse number="12">Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.</verse>
				<verse number="13">Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,</verse>
				<verse number="14">бзаджащӀэхэм тезыр ятезылъхьэну, фӀы зыщӀэхэми ящытхъуну пащтыхьым къигъэкӀуа Ӏэтащхьэхэрами, абыхэми фахуэӀурыщӀэ.</verse>
				<verse number="15">Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.</verse>
				<verse number="16">Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.</verse>
				<verse number="18">Фэ, унэӀутхэ, лъытэныгъэ псомкӀи фи тепщэхэм фахуэӀурыщӀэ, тепщэ гущабэмрэ Ӏэдэбымрэ я мызакъуэу, тепщэ ткӀийми фыхуэжыӀэщӀэ.</verse>
				<verse number="19">Лажьэ имыӀэ пэтми, гугъуехь щрагъэшэчкӀэ, Тхьэр игу хэлъу шыӀэныгъэ зиӀэрщ Тхьэм игу ирихьыр.</verse>
				<verse number="20">Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.</verse>
				<verse number="21">Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.</verse>
				<verse number="22">«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым, узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм къыжьэдэкӀакъым».</verse>
				<verse number="23">КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ.</verse>
				<verse number="24">Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.</verse>
				<verse number="25">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,</verse>
				<verse number="2">фигу къабзэу, Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фызэрыпсэум гу лъатэмэ.</verse>
				<verse number="3">Дахэ фызыщӀыр фи теплъэрауэ щремыт, щхьэц ухуэнынри, дыщэкӀэ зывгъэдэхэнри, щыгъын дахэхэри арауэ иремыхъу,</verse>
				<verse number="4">атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Аращ пасэм цӀыхубз лъапӀэу Тхьэм щыгугъахэм зызэрагъэдахэу щыта щӀыкӀэр, ялӀхэми яхуэӀурыщӀэу.</verse>
				<verse number="6">Апхуэдэу Сарэ, тхьэмадэкӀэ еджэурэ, Ибрэхьим дэпсэуащ. ФӀы щыфщӀэкӀэ зыми фыщымышынэмэ, фэри Сарэ фрибынщ.</verse>
				<verse number="7">Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.</verse>
				<verse number="8">ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.</verse>
				<verse number="9">Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.</verse>
				<verse number="10">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «ГъащӀэр фӀыуэ зылъагъуу, махуэфӀхэр зылъагъуну хуей цӀыхум бзаджэ жыӀэным и бзэр щрехъумэ, и Ӏупэхэри хьилагъэм щрехъумэ.</verse>
				<verse number="11">Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зрырещӀ, фӀы ирелэжь. ЗэгурыӀуэныгъэм лъыхъуэу, и ужь ирырет.</verse>
				<verse number="12">Зиусхьэным и нэӀэр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм ятрегъэт. Ахэр щелъэӀукӀэ, ар къодаӀуэ. Ауэ бзаджащӀэхэм Зиусхьэным и щӀыбыр яхуегъазэ, (дунейм ахэр тригъэкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ)».</verse>
				<verse number="13">ФӀы щӀэным и ужь фи фӀэщу фитмэ, хэт зэран къыфхуэхъун зылъэкӀынур?</verse>
				<verse number="14">Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ.</verse>
				<verse number="15">Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт.</verse>
				<verse number="16">МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ.</verse>
				<verse number="18">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.</verse>
				<verse number="19">И псэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щӀыпӀэ кӀыфӀым хэс псэхэм я деж кӀуэри, Тхьэм и хъыбарыр яхуиӀуэтащ.</verse>
				<verse number="20">Ахэращ Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ.</verse>
				<verse number="21">Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.</verse>
				<verse number="22">Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.</verse>
				<verse number="2">Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.</verse>
				<verse number="3">Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.</verse>
				<verse number="4">Абыхэм я псэукӀэ мыхъумыщӀэу гъунэ зимыӀэмкӀэ иджы гъусэ фазэрыхуэмыхъум щхьэкӀэ ягъэщӀагъуэ икӀи къыфхущӀоджэ.</verse>
				<verse number="5">Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу.</verse>
				<verse number="6">Мэссихь лӀахэми хъыбарыфӀыр яхуиӀуэтащ. Ахэр мы дунейм щытетым, хьэкум ятрищӀыхьащ Тхьэм, цӀыху псоми зэратрищӀыхьым хуэдэу. Мэссихь хъыбарыфӀыр щӀахуиӀуэтар лӀахэм, Тхьэр зэрыпсэум хуэдэу, ахэри псэун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="7">Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.</verse>
				<verse number="8">Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.</verse>
				<verse number="9">Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщӀэ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.</verse>
				<verse number="11">Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="12">ФӀыуэ слъагъухэ, фи щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьышхуэу фшэчыр фымыгъэщӀагъуэ икӀи къывэуалӀэр гъэщӀэгъуэн къыфщремыхъу.</verse>
				<verse number="13">Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.</verse>
				<verse number="14">Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи.</verse>
				<verse number="15">Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.</verse>
				<verse number="16">Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?</verse>
				<verse number="18">«Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр ерагъкӀэ мыкӀуэду къелмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэми гуэныхь зыщӀэхэми я Ӏуэху дауэ зэрыхъунур»?</verse>
				<verse number="19">Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:</verse>
				<verse number="2">Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ.</verse>
				<verse number="3">Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.</verse>
				<verse number="4">ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.</verse>
				<verse number="5">Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».</verse>
				<verse number="6">Аращи, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъшэ, езым къигъэлъэгъуа зэманыр къыщыскӀэ фыкъиӀэтыжын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="7">Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.</verse>
				<verse number="8">ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="9">ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу фытету, шейтӀаным фыпэув, сыту жыпӀэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="10">НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.</verse>
				<verse number="11">МыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="12">Къуэш пэжу слъытэ Силуан къыздэӀэпыкъуурэ мы мащӀэр ныфхузотх. НыщӀэстхыр фи фӀэщ сщӀыну, къывгурызгъэӀуэну икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкӀ, Тхьэм и нэфӀым зыхэвмыгъэн.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм фыкъызэрыхихам хуэдэу, Бабилэн щыӀэ члисэ зэхуэсу Тхьэм къыхихам фӀэхъус къывехыж. Си къуэ Марки фӀэхъус къывехыж.</verse>
				<verse number="14">ФӀылъагъуныгъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ фӀэхъус зэфх. Фэ, Мэссихь зи псэм щыщ псоми фигу ирезагъэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="61">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.</verse>
				<verse number="2">Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.</verse>
				<verse number="4">Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">Аращи, фи фӀэщхъуныгъэр фӀыгъуэкӀэ къызэрывгъэбагъуэным и ужь фит; фӀыгъуэр щӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ;</verse>
				<verse number="6">щӀэныгъэр зышыӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зышыӀэныгъэр теубыдагъэкӀэ вгъэбагъуэ; теубыдагъэр Тхьэм и шынагъуэкӀэ вгъэбагъуэ;</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.</verse>
				<verse number="8">А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ.</verse>
				<verse number="9">Ауэ а Ӏуэхухэр зымылэжь цӀыхур нэфщ, и напӀэ зэтепӀащ. А цӀыхум и гуэныхьхэр и гум Тхьэм зэрыригъэкъэбзыкӀыжар щыгъупщэжащ.</verse>
				<verse number="10">Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,</verse>
				<verse number="11">апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.</verse>
				<verse number="12">Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="13">Си пкъым и шэтырым сыщӀэтыху, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжурэ фыкъэзгъэушыныр фӀыуэ солъытэ.</verse>
				<verse number="14">Куэд дэмыкӀыу си псэр си пкъым зэрыхэкӀыжынур сощӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къызэрызгуригъэӀуам хуэдэу.</verse>
				<verse number="15">Мы дунейм сехыжа нэужьи, мы Ӏуэхухэр сыт щыгъуи фи гум къызэрывгъэкӀыжыфынум иджы сыхэтынущ.</verse>
				<verse number="16">Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр», жиӀэу, щӀыхьышхуэ зиӀэу Тхьэуэ Лъагэм и макъыр Хьисэ щызэхригъэхым, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм лъытэныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ абы хуигъэфэщащ.</verse>
				<verse number="18">Уафэм къиӀукӀа а макъыр ди тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэтхащ, абы дригъусэу Ӏуащхьэ лъапӀэм дытетащи.</verse>
				<verse number="19">Абы нэмыщӀу, бегъымбархэм къыжаӀауэ, иджыри нэхъ дзыхь зыхуэпщӀ хъунухэр щыӀэщ. Нэху щыуэ, нэхущ вагъуэр фи гум къыщыкъуэкӀыху, абыхэм къыжаӀа псалъэу щӀыпӀэ кӀыфӀ гуэрым къыщынэху уэздыгъэм ещхьхэм фахуэсакъыурэ федаӀуэмэ, фӀы фощӀэ.</verse>
				<verse number="20">Псом япэу мыр фщӀэн хуейщ: Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту бегъымбархэм къыжаӀахэр езыр-езыру зэхихун зыми лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="21">Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.</verse>
				<verse number="2">Абыхэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм и гъуэгум цӀыху куэд техьэнущ, щыпкъагъэм и гъуэгуми цӀыху куэд хуагъэхъущӀэнущ.</verse>
				<verse number="3">Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.</verse>
				<verse number="4">Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.</verse>
				<verse number="5">Ижь зэманми Тхьэр дунейм къыщысхьауэ щытакъым, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм я дунейм псыдзэшхуэр къыщыщӀигъауэм. Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иӀуатэу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыхуибл и гъусэу Тхьэм ар мыкӀуэду къригъэлащ.</verse>
				<verse number="6">Содом, Ӏаморэ къалэхэр кӀуэдыну Тхьэм игъэкъуаншэри, сахуэ фӀэкӀ къэмынэу мафӀэкӀэ игъэсащ. Абыхэм къащыщӀамкӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм къащыщӀынур апхуэдэу къигъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="7">Щыпкъагъэ зигу илъ ЛутӀу Тхьэм и унафэхэм текӀа цӀыхухэм я мыхъумыщӀэ псэукӀэм къыхэкӀкӀэ ешар абыхэм ядэмыкӀуэду Тхьэм къригъэлащ,</verse>
				<verse number="8">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы лӀы щыпкъэм цӀыхухэм хабзэ зыхэмылъ Ӏуэхугъуэу ящӀэу щытар щилъагъукӀэ икӀи щызэхихкӀэ и гу щыпкъэм махуэ къэси къеуэрти.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,</verse>
				<verse number="10">псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.</verse>
				<verse number="11">МелыӀычхэм а цӀыхухэм нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъи нэхъ тепщэныгъи яӀэ пэтми, Тхьэм и пащхьэм абыхэм щахуэшхыдэркъым икӀи щагъэкъуаншэркъым.</verse>
				<verse number="12">Мы цӀыхухэр зыхуэдэр акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэу я хьэл Ӏейуэ къыдалъхуам кърихуэкӀхэращ. А цӀыхухэр яубыдын икӀи ягъэкӀуэдын щхьэкӀэ, къалъхуащ. Зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхухэм яхуошхыдэ. НэгъуэщӀ цӀыхухэр зэрагъэунэхъумкӀэ езыхэм загъэунэхъуж.</verse>
				<verse number="13">Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.</verse>
				<verse number="14">Зинэ щӀэным я нэ къыхуокӀ, гуэныхь щӀэнымкӀэ загъэнщӀын ялъэкӀыркъым. Тхьэм и гъуэгум быдэу темытхэр дашэх. Ягухэр нэпсеягъэм етащ. Абыхэм Тхьэм и ней къащыхуащ.</verse>
				<verse number="15">Гъуэгу захуэм текӀри, гъуэщащ ахэр. Босор и къуэу Билеам зи цӀэм и гъуэгум техьащ. Ахъшэ къыхэхъуэн щхьэкӀэ, бзаджагъэ ищӀэну зыфӀэфӀар аращ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ бзаджагъэу ищӀам щхьэкӀэ, шыд гуэр къегиящ. Шыду бзэ зимыӀар цӀыху макъкӀэ къэпсалъэри, бегъымбарым и делагъэм пэуващ.</verse>
				<verse number="17">А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.</verse>
				<verse number="18">Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.</verse>
				<verse number="19">Щхьэхуитыныгъэу жыхуаӀэмкӀэ ягъэгугъэ, ауэ езыхэр кӀуэдыныгъэм и пщылӀщ, сыт хуэдэу щытми, тепщэныгъэ къыпхузиӀэм и пщылӀ ухъуащи.</verse>
				<verse number="20">А цӀыхухэм ди Зиусхьэну икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь зэрацӀыхуамкӀэ дунейм и бзаджагъэ фӀейм пэӀэщэ защӀауэ, ауэ итӀанэ бзаджагъэм зрагъэубыдыжмэ, ар зытрагъэкӀуэжурэ, икӀэм-икӀэжым абыхэм я Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.</verse>
				<verse number="21">Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт.</verse>
				<verse number="22">Псалъэжь пэжым тету абыхэм къащыщӀащ: «Хьэр и къэжьахуэм деж мэкӀуэж» икӀи «ягъэкъэбзэжа кхъуэр фӀейм зыхигъэукӀуриену егъэзэж».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Мыр етӀуанэ тхылъу ныфхузотх, фӀыуэ слъагъухэ. А тхылъитӀымкӀи мы Ӏуэхугъуэхэр фигу къэзгъэкӀыжурэ щыпкъагъэр къывгурызгъэӀуэну сыхэтщ.</verse>
				<verse number="2">Бегъымбар лъапӀэхэм къыжаӀа псалъэхэри ди Зиусхьэну КъегъэлакӀуэм фи апостолхэм къажригъэӀа унафэри фигу къэвгъэкӀыжыну сыхуейщ.</verse>
				<verse number="3">Псом япэрауэ мыр фщӀэн хуейщ: Мы дунейм и иужьрей махуэхэм укӀытэ зимыӀэ щӀэнэкӀакӀуэхэр къэхутэнущ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм зэрашэу,</verse>
				<verse number="4">мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Хьисэ къигъэзэжыну дыкъигъэгугъащ. АтӀэ дэнэ щыӀэ? Ди адэжьхэр дунейм ехыжащ, ауэ Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ псори зэрыщытам тетщ».</verse>
				<verse number="5">Апхуэдэу егупсысхэм Тхьэм и псалъэкӀэ уафэхэмрэ щӀылъэмрэ псым къыхищӀыкӀыу, псыкӀэ куэд щӀауэ къызэригъэщӀар ящӀэркъым.</verse>
				<verse number="6">Псыр Тхьэм пасэрей дунейм къыщӀигъауэри, игъэкӀуэдыгъащ.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ.</verse>
				<verse number="8">Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.</verse>
				<verse number="10">Зиусхьэныр къыщыкӀуэжыну махуэр уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэм хуэдэу къэсынущ. А махуэм макъышхуэ ящӀу уафэхэр кӀуэдыжынущ, мы дунейр къызыхэщӀыкӀа псори мафӀэм исынурэ кӀуэдыжынущ. ЩӀылъэри абы тет псори мафӀэм исыжынущ.</verse>
				<verse number="11">Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ.</verse>
				<verse number="12"></verse>
				<verse number="13">Ауэ Тхьэм дыкъызэригъэгугъам тету, щыпкъагъэ здэщыӀэ уафэщӀэхэри щӀылъэщӀэри къызэрыунэхужынум дыпоплъэ.</verse>
				<verse number="14">Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.</verse>
				<verse number="15">ФымыкӀуэду фыкъригъэлыну Ӏэмал къывитын щхьэкӀэщ Зиусхьэным шыӀэныгъэ щӀиӀэр, ар зыгурывгъаӀуэ, дэ фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Паул Тхьэм кърита акъылкӀэ къызэрыфхуитхам хуэдэу.</verse>
				<verse number="16">Мы Ӏуэхугъуэхэм ар щытопсэлъыхь и тхылъ псоми. ГурыӀуэгъуейхэм фыщрихьэлӀэнущ а тхылъхэм. Теубыдагъэ зимыӀэ цӀыху акъылыншэхэм Паул и тхылъхэр зэӀагъэхьэ, адрей тхылъ лъапӀэхэр зэрызэӀагъэхьэм хуэдэу. Апхуэдэу зэращӀымкӀэ хоукъуэ, лей зрахыж.</verse>
				<verse number="17">Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ.</verse>
				<verse number="18">Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="62">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр.</verse>
				<verse number="2">А гъащӀэр къэлъэгъуащ. Ар тлъэгъуащ, абы щыхьэти дыхуэхъуащ. А мыкӀуэдыжын гъащӀэу Адэ лъапӀэм деж щыӀам икӀи къытхуэлъэгъуам и хъыбар фхудоӀуатэ.</verse>
				<verse number="3">Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.</verse>
				<verse number="4">Мыр щӀэттхыр фи гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и Къуэм къыджиӀа хъыбару фэ къыфхуэтӀуатэр мыращ: Тхьэр нэхущ, абы кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэлъкъым.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм дригъусэу жытӀэрэ, кӀыфӀыгъэм дыхэту дызекӀуэмэ, пцӀы доупс, щыпкъагъи длэжьыркъым.</verse>
				<verse number="7">Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.</verse>
				<verse number="8">Гуэныхь зыри димыӀэу жытӀэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцӀэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым.</verse>
				<verse number="9">Ауэ ди гуэныхьхэмкӀэ зыдумысыжмэ, ар щыпкъэу икӀи захуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ икӀи къуаншагъэ псори ди гум иригъэкъэбзыкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="10">Дэ гуэныхь дымыщӀауэ жытӀэмэ, Тхьэр пцӀыупсу жытӀауэ мэхъу, абы и псалъэхэри ди гум илъкъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщӀэн щхьэкӀэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищӀэмэ, Адэ лъапӀэм дэ тхуелъэӀуну зыгуэр щыӀэщ – ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ.</verse>
				<verse number="2">Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.</verse>
				<verse number="3">Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыху гуэрым, «Тхьэр сощӀэ», жиӀэ пэтми, Тхьэм и унафэхэр имыгъэзащӀэмэ, ар пцӀыупсщ, абы щыпкъагъи хэлъкъым.</verse>
				<verse number="5">Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым игъэзащӀэмэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ а цӀыхум игу илъ хъуащ. Тхьэр ди псэм зэрыщыщыр дэзыгъащӀэр мыращ:</verse>
				<verse number="6">«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.</verse>
				<verse number="7">ФӀыуэ слъагъухэ, унафэщӀэ гуэру аракъым ныфхуэстхыр, япэм къыщыщӀэдзауэ фиӀа унафэжьыращ. А унафэжьыр хъыбару зэхэфхарщ.</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу щыт пэтми, унафэу ныфхуэстхыр унафэщӀэщ; а унафэм и пэжыгъэр Мэссихь къыфхуигъэлъэгъуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀыфӀыгъэр мэкӀуэдыжри, нэху пэжыр къолъагъуэ.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыху гуэрым «Сэ нэхум сыхэтщ» жиӀэ пэтми, и къуэшыр илъагъу мыхъумэ, ар кӀыфӀыгъэм хэтщ иджыри.</verse>
				<verse number="10">Зи къуэшыр фӀыуэ зылъагъур нэхум хэтщ икӀи абы гуэныхь ищӀэну зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыӀэкъым.</verse>
				<verse number="11">Ауэ зи къуэшыр жагъуэу зылъагъур кӀыфӀыгъэм хэтщ икӀи кӀыфӀыгъэм хэту зокӀуэ, здэкӀуэри ищӀэркъым, и нэхэр кӀыфӀыгъэм къыщипхъуащи.</verse>
				<verse number="12">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхьу фщӀахэр Мэссихь и цӀэкӀэ къызэрыфхуэгъуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ.</verse>
				<verse number="13">Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, шейтӀаным фызэрытекӀуам щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, сабийхэ, Адэ лъапӀэр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ.</verse>
				<verse number="14">Фэ, адэхэ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ ЩыӀэр* зэрыфщӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Фэ, щӀалэхэ, лъэкӀыныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ сыныфхуотхэ. Тхьэм и псалъэхэр фи гум илъщ фэ икӀи шейтӀаным фытекӀуащ.</verse>
				<verse number="15">Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым.</verse>
				<verse number="16">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэр – цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэри, цӀыхухэр зэрыпагэ Ӏуэхугъуэхэри – Адэ лъапӀэм деж къикӀыркъым, мы дунейращ ахэр къыздикӀыр.</verse>
				<verse number="17">Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэу цӀыхухэр зыщӀэхъуэпсхэри мэкӀуэдыж, ауэ Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэ цӀыхур игъащӀэкӀэ щыӀэнущ.</verse>
				<verse number="18">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.</verse>
				<verse number="19">А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.</verse>
				<verse number="20">Мэссихьу езым и Псэ ЛъапӀэр къыфхуригъэхащ фэ икӀи псоми щыпкъагъэр фощӀэ.</verse>
				<verse number="21">Щыпкъагъэр фымыщӀэу жысӀэу аракъым ныщӀыфхуэстхыр, атӀэ ар зэрыфщӀэрщ. Щыпкъагъэм пцӀы зыри къызэрыхэмыкӀынури фощӀэ.</verse>
				<verse number="22">Хэт атӀэ пцӀы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ. Апхуэдэ цӀыхуращ Антихристыр – Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри зымыдэрщ.</verse>
				<verse number="23">Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.</verse>
				<verse number="24">Аращи, япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи ивгъэлъ. Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфхар фи гум сыт щыгъуи илъмэ, Къуэ лъапӀэри Адэ лъапӀэри фи псэм сыт щыгъуи хэлъынущ.</verse>
				<verse number="25">Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.</verse>
				<verse number="26">Тхьэм и гъуэгум фытезыгъэкӀыну и ужь итхэм ятеухуауэ мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="27">Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.</verse>
				<verse number="28">Аращи, фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Мэссихь мы дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэсу, езыр къыщылъагъуэкӀэ, абы и пащхьэм гушхуэныгъэ щыдиӀэурэ, дыщымыукӀытэжын щхьэкӀэ, ар фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.</verse>
				<verse number="29">Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.</verse>
				<verse number="2">ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.</verse>
				<verse number="3">Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.</verse>
				<verse number="4">Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри Тхьэм и унафэм йобэкъуэ, гуныхь пщӀэмэ, абы и унафэм уебэкъуауэ арщи.</verse>
				<verse number="5">Мэссихь дэ гуэныхьу тщӀахэр тщхьэщихыну къызэрыкӀуар фэ фощӀэ. Абы езым гуэныхь лъэпкъ бгъэдэлъкъым.</verse>
				<verse number="6">Мэссихь зи псэм хэлъыр гуэныхь щӀэным пыкӀащ. Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэми Тхьэр фӀэщхъуныгъэкӀэ илъэгъуакъым икӀи ищӀакъым.</verse>
				<verse number="7">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ. Щыпкъагъэр зылэжьым и гум щыпкъагъэр илъщ, Мэссихь и гум щыпкъагъэр зэрилъым хуэдэу.</verse>
				<verse number="8">Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.</verse>
				<verse number="9">Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.</verse>
				<verse number="11">Япэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха хъыбарыр мыращ: ФӀыуэ фызэрылъагъу.</verse>
				<verse number="12">ШейтӀаным и бынхэм ящыщу Каин зи цӀэу зи къуэш зыукӀыжам хуэдэ фымыхъу. Сыт абы и къуэшыр щӀиукӀыжар? Езым илэжьа Ӏуэхугъуэхэр бзаджагъэу, и къуэшым илэжьахэр захуагъэу щытти, аращ.</verse>
				<verse number="13">Си къуэшхэ, мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъумэ, фымыгъэщӀагъуэ.</verse>
				<verse number="14">Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.</verse>
				<verse number="15">Зи къуэшыр жагъуэу зылъагъу дэтхэнэри цӀыхуукӀщ. ЦӀыхуукӀым и гум мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэримылъыр фэ фощӀэ.</verse>
				<verse number="16">ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.</verse>
				<verse number="17">Зыгуэрым дуней мылъкур иӀэ пэтми, езым и къуэшым щыщӀагъэ иӀэу щилъагъукӀэ, ар фӀэгуэныхь мыхъумэ, абы и гум Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр илъын?</verse>
				<verse number="18">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъукӀэ ирикъунукъым. ФӀы щӀэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.</verse>
				<verse number="19">ФӀыуэ дызэрылъагъуныращ щыпкъагъэм дызэрытетыр дэзыгъащӀэр,</verse>
				<verse number="20">икӀи дигухэм дагъэкъуаншэ щыхъукӀэ, Тхьэм и пащхьэм гузэгъэгъуэ къыщыдэзытыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икӀи псори ещӀэ.</verse>
				<verse number="21">Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, дигухэм дамыгъэкъуаншэмэ, гушхуэныгъэкӀэ Тхьэм и гъунэгъу дохъу.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.</verse>
				<verse number="23">Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.</verse>
				<verse number="24">Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр цӀыху гуэрым и гум илъмэ, ар къывэзыгъэщӀэнур мыращ: Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезымыхьэ дэтхэнэми игу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъщ.</verse>
				<verse number="3">Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезыхьэ дэтхэнэми и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъкъым. А цӀыхум и гум илъыр Антихрист и псэр арщ. Ар къызэрыкӀуэнур зэхэфхащ. Ар дунейм къытехьакӀэщ иджы.</verse>
				<verse number="4">Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.</verse>
				<verse number="5">А бегъымбар нэпцӀхэр мы дуней хьэхум и бынхэщ. Аращи, ахэр мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэм топсэлъыхь икӀи мы дуней хьэхум и цӀыхухэр абыхэм я псалъэхэм йодаӀуэ.</verse>
				<verse number="6">Ауэ дэ Тхьэм дрибынщ. Тхьэр зыщӀэ цӀыхур дэ къыдодаӀуэ, ауэ Тхьэм и быну щымытыр дэ къыдэдаӀуэркъым. Аращ щыпкъагъэм и Псэр зи гум илъри гъэпцӀагъэм и псэр зи гум илъри къыдэзыгъащӀэр.</verse>
				<verse number="7">ФӀыуэ слъагъухэ, фӀыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокӀ. ФӀылъагъуныгъэ зи гум илъ дэтхэнэри Тхьэм и бынщ икӀи абы Тхьэр зыхуэдэр ещӀэ.</verse>
				<verse number="8">ФӀылъагъуныгъэ зи гум имылъым Тхьэр зыхуэдэр ищӀэркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр езыр фӀылъагъуныгъэщ.</verse>
				<verse number="9">Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="10">ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.</verse>
				<verse number="11">ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм апхуэдизу фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэри фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.</verse>
				<verse number="12">Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и псэм дызэрыщыщри езыри ди псэм зэрыхэлъри къыдэзыгъащӀэр Тхьэм ди гум кърилъхьа и Псэ ЛъапӀэр арщ.</verse>
				<verse number="14">Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.</verse>
				<verse number="15">Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зыщтэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ.</verse>
				<verse number="16">Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.</verse>
				<verse number="17">Къемэтмахуэм гушхуэныгъэ диӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ, Мэссихь зэрыщытым хуэдэу, дэри мы дунейм дыщыщытщи.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр зи гум илъыр шынэркъым, шынагъуэр фӀылъагъуныгъэ нэгъэсам щхьэщехри. Шынагъуэр къемэтмахуэм и гугъуехь шэчыным епхащ. Шынэ цӀыхум и гум фӀылъагъуныгъэ нэгъэсар илъкъым.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ.</verse>
				<verse number="20">Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым.</verse>
				<verse number="21">Тхьэм мы унафэр къытхуищӀащ: Тхьэр фӀыуэ зылъагъум и къуэшри фӀыуэ илъагъун хуейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и бынхэр фӀыуэ зэрытлъагъур дэзыгъащӀэр Тхьэр фӀыуэ зэрытлъагъумрэ и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэмрэщ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и быну щыт дэтхэнэри дуней гуэныхьхэм токӀуэ. Мы дуней гуэныхьхэм дазэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэр арщ.</verse>
				<verse number="5">Хэт дунейм текӀуэр? Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зи фӀэщ хъур ар къудейрщ.</verse>
				<verse number="6">Хьисэ Мэссихьыращ псыкӀи лъыкӀи къэкӀуар. Псы къудейкӀэ къэкӀуакъым, атӀэ псырэ лъырэкӀэщ.* Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыхьэт хуэхъур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыпкъагъэр.</verse>
				<verse number="7">Уафэм щыхьэт щыхъухэр щы мэхъу: Адэ лъапӀэр, Тхьэм и псалъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр. А щыри зыщ.</verse>
				<verse number="8">ЩӀылъэм щыхьэт щыхъухэри щы мэхъу: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, псыр, лъыр; а щыми къыжаӀэр зэтохуэ.</verse>
				<verse number="9">ЦӀыхухэм я щыхьэтыгъэр додэ, ауэ Тхьэм и щыхьэтыгъэр нэхъ лъапӀэщ, а щыхьэтыгъэр езы Тхьэм и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэщи.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум и гум щыхьэтыгъэр илъщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхум Тхьэр пцӀыупсу жеӀэ, Тхьэм езым и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэр и фӀэщ хъуакъыми.</verse>
				<verse number="11">Щыхьэтыгъэр мыращ: Тхьэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къыдитащ икӀи а мыкӀуэдыжын гъащӀэр Тхьэм езым и Къуэм къыдитыну ищӀащ.</verse>
				<verse number="12">Къуэ лъапӀэр зи псэм хэлъ цӀыхум апхуэдэ гъащӀэр иӀэщ. Къуэ лъапӀэр зи псэм хэмылъым а гъащӀэр иӀэкъым.</verse>
				<verse number="13">Фэ, Тхьэм и Къуэм и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрывиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="14">Тхьэр зэрыхуейм тету Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ делъэӀумэ, дызэрызэхихынур дощӀэри, езым гушхуэныгъэкӀэ гъунэгъу дыхуохъу.</verse>
				<verse number="15">СыткӀэ делъэӀуми, дызэрызэхихынур дощӀэри, дызэрелъэӀуар диӀэ зэрыхъуар дощӀэ.</verse>
				<verse number="16">И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.</verse>
				<verse number="17">Къуаншагъэ псори гуэныхьщ, ауэ ажал къызыхэмыкӀ гуэныхьи щыӀэщ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм и бын хъуам гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зэрызищӀар дощӀэ; Тхьэм и быныр зыхуосакъыж, шейтӀанри абы еӀусэнукъым.</verse>
				<verse number="19">Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.</verse>
				<verse number="20">Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.</verse>
				<verse number="21">Фэ, си бын хуэдэхэ, тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="63">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.</verse>
				<verse number="2">Щыпкъагъэр ди гум зэрилъым, игъащӀэкӀи зэрилъынум къыхэкӀкӀэ фэ фӀыуэ фыдолъагъу.</verse>
				<verse number="3">Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Адэ лъапӀэм и Къуэу Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэшхуэ, гузэгъэгъуэ дэ, щыпкъагъэр зыщӀэхэм икӀи фӀыуэ зэрылъагъухэм, къытлърес.</verse>
				<verse number="4">Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.</verse>
				<verse number="5">Иджы, гуащэ лъапӀэ, сынолъэӀу: ФӀыуэ дызэрывгъэлъагъу. Ар унафэщӀэм хуэдэу ныпхуэстхыркъым, ар япэм къыщыщӀэдзауэ диӀа унафэу щытщ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и унафэхэм тету дыпсэунырщ фӀылъагъуныгъэкӀэ сызэджэр. Ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха унафэр фӀылъагъуныгъэм фытету фызэрыпсэур арщ.</verse>
				<verse number="7">Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ.</verse>
				<verse number="8">Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж.</verse>
				<verse number="9">Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ.</verse>
				<verse number="10">Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.</verse>
				<verse number="11">Абы фӀэхъус езыхым а цӀыхум илэжь Ӏуэху щӀэпхъаджэхэмкӀэ и Ӏыхьэгъу хуохъу.</verse>
				<verse number="12">Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэм фӀэхъус къыуахыж. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="64">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.</verse>
				<verse number="2">Си тӀасэ, уи псэуныгъэ фӀыуэ, утхъэжу упсэуну Тхьэм солъэӀу, уигурэ уи псэрэ зэрыпсэхум хуэдэу.</verse>
				<verse number="3">Къуэш гуэрхэр къакӀуэу, уи щыпкъагъэм тепсэлъыхьу, щыпкъагъэм утету узэрыпсэум щыхьэт зэрытехъуам куэду сригуфӀащ.</verse>
				<verse number="4">Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкӀэ, абы нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ сиӀэкъым.</verse>
				<verse number="5">Си тӀасэ, къуэшхэми хамэхэми фӀыуэ яхуэблэжымкӀэ щыпкъагъэ уи гум илъу уощӀ.</verse>
				<verse number="6">Ахэр члисэ зэхуэсым и пащхьэм уи фӀылъагъуныгъэм щыхьэт щытехъуащ. Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу, я гъуэгумкӀэ абыхэм дэӀэпыкъуэгъу уахуэхъумэ, фӀы пщӀауэ арщ.</verse>
				<verse number="7">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къуэшхэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм дэӀэпыкъуныгъэ щымыгугъыу, Мэссихь и цӀэм щхьэкӀэ гъуэгум техьащ.</verse>
				<verse number="8">Аращи, апхуэдэ цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ, пэжыгъэм хуащӀэ ӀуэхумкӀэ гъусэ дахуэхъун щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="9">Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.</verse>
				<verse number="10">Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.</verse>
				<verse number="11">Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.</verse>
				<verse number="13">Ныпхуэстхыныр куэд мэхъу, ауэ къалэмрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым.</verse>
				<verse number="14">ЩӀэхыу услъагъуу, итӀанэ дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэну сыщогугъ.</verse>
				<verse number="15">Уигу ирезагъэ. МыбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм фӀэхъус къыуахыж. АбыкӀэ щыӀэ ныбжьэгъухэм зырызу фӀэхъус схуехыжи, я Ӏэхэри схуэубыдыж. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="65">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм къыбгъэдэкӀыу гущӀэгъушхуэ, гузэгъэгъуэшхуэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="3">ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.</verse>
				<verse number="4">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.</verse>
				<verse number="5">Мыр фщӀэми, фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ: Зиусхьэным езым и лъэпкъыр Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми, абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр иужькӀэ игъэкӀуэдащ.*</verse>
				<verse number="6">Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт.</verse>
				<verse number="7">Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.</verse>
				<verse number="8">Апхуэдэу, я нэкъыфӀэщӀхэм щхьэкӀэ мы цӀыхухэм япкъхэр ягъэуфӀей; тепщэныгъэ зиӀэхэр ядэркъым, уафэм щӀыхьышхуэ щызиӀэхэми хуошхыдэ.</verse>
				<verse number="9">Япэ мелыӀычу Михаилрэ шейтӀанымрэ Мусэ бегъымбарым и хьэдэр щызэпаубыдам щыгъуэ Михаил шейтӀаныр псалъэ ткӀыбжькӀэ игъэкъуэншэну тегушхуакъым, «Зиусхьэным къыпхуремыдэ!» жриӀа къудейщ.</verse>
				<verse number="10">А цӀыхухэр зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэми хущӀоджэ; ауэ акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм езыхэм къыдалъхуауэ я хьэлкӀэ Ӏуэхугъуэхэр зэрызыхащӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэм зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэр арщ ахэр зытеунахъуэр.</verse>
				<verse number="11">Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.</verse>
				<verse number="12">ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.</verse>
				<verse number="13">Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.</verse>
				<verse number="14">Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ.</verse>
				<verse number="15">КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ».</verse>
				<verse number="16">Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.</verse>
				<verse number="17">Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и апостолхэм къэхъуну къыжаӀа Ӏуэхугъуэхэр фи гум къэвгъэкӀыж.</verse>
				<verse number="18">КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ.</verse>
				<verse number="19">Мыпхуэдэ цӀыхухэращ фызэгурызымыгъаӀуэр. Абыхэм къыдалъхуауэ я хьэлым къызэрыришэкӀым тету псэухэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъкъым.</verse>
				<verse number="20">Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.</verse>
				<verse number="21">Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь гущӀэгъу къыфхуищӀу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ къызэрывитынум фыпэплъэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.</verse>
				<verse number="22">ЗэхэщӀыкӀ зивгъэӀи, ди фӀэщхъуныгъэмкӀэ шэч зиӀэ цӀыхухэм гущӀэгъу яхуэфщӀ.</verse>
				<verse number="23">НэгъуэщӀхэри мафӀэм къыхэфшыжи, мыкӀуэду къевгъэл. ИтӀанэ нэгъуэщӀ цӀыхухэми фахуэсакъыурэ, гущӀэгъу яхуэфщӀ. Япкъхэм ягъэуфӀея щыгъынхэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.</verse>
				<verse number="24">И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.</verse>
				<verse number="25">Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
		<book number="66">
			<chapter number="1">
				<verse number="1">Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.</verse>
				<verse number="2">Иуан илъэгъуа псори иӀуэтэжурэ, щыхьэт ятохъуэ Тхьэм и псалъэхэми Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэми.</verse>
				<verse number="3">Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.</verse>
				<verse number="4">Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.</verse>
				<verse number="5">Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.</verse>
				<verse number="6">Абы и гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, Тхьэуэ езым и Адэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну дигъэуващ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зейр аращ! Ӏэмин.</verse>
				<verse number="7">ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.</verse>
				<verse number="8">ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».</verse>
				<verse number="9">Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.</verse>
				<verse number="10">Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.</verse>
				<verse number="11">Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».</verse>
				<verse number="12">Къызэпсалъэ макъыр зи макъыр зэзгъэлъагъуну зыхуезгъэзэкӀащ. ЗыщыхуезгъэзэкӀым, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ уэздыгъэ тегъэувапӀибл слъэгъуащ</verse>
				<verse number="13">икӀи уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ещхьу зыгуэр слъэгъуащ. И лъапэм нэсу джанэ кӀыхь щыгът абы, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпхи щӀэпхат.</verse>
				<verse number="14">И щхьэцыр цы хужьым е уэсым хуэдэу хужьыбзэт. И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт.</verse>
				<verse number="15">И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="16">И Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл иӀыгът, зи дзитӀри жан джатэри и жьэм къыжьэдэкӀырт. И нэкӀури дыгъэ жьэражьэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="17">Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ.</verse>
				<verse number="18">ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.</verse>
				<verse number="19">Аращи, Ӏуэхугъуэу плъэгъуахэри, иджыпсту щыӀэхэри, къэхъунухэри тхы.</verse>
				<verse number="20">Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="2">
				<verse number="1">Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл зыӀыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту къэзыкӀухьым мы псалъэхэр жеӀэ:</verse>
				<verse number="2">фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, куэду фызэрылэжьари, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэуари сощӀэ. ЦӀыху бзаджэхэр зэрывмышэчыфри сощӀэ. АпостолкӀэ зэджэж апостол нэпцӀхэр вгъэунэхуащ икӀи пцӀы зэраупсыр флъэгъуащ.</verse>
				<verse number="3">Гугъуехь куэд фшэчащ, теубыдагъэ фиӀэуи фопсэу, си цӀэм щхьэкӀэ куэду фылэжьащ икӀи фешакъым.</verse>
				<verse number="4">Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: нэхъапэм къысхувиӀа фӀылъагъуныгъэр зыхэвнэжащ.</verse>
				<verse number="5">Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.</verse>
				<verse number="6">Ауэ ӀуэхугъуэфӀ гуэр фэ вдызолъагъу: Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупым ялэжь Ӏуэху бзаджэхэр уи жагъуэщ, сэ абыхэм я Ӏуэхухэр зэрызижагъуэм хуэдэу.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.</verse>
				<verse number="8">Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:</verse>
				<verse number="9">Гузэвэгъуэу фызыхэтымрэ фи тхьэмыщкӀагъэмрэ сощӀэ, апхуэдэу щытми фыбейщ. ЖурткӀэ зэджэж мыжуртхэр ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьыр сощӀэ. Ахэр журткъым, атӀэ шейтӀаным и зэхуэсым щыщщ.</verse>
				<verse number="10">Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.</verse>
				<verse number="11">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ иригъэкӀынукъым текӀуэныгъэр къэзыхьым.</verse>
				<verse number="12">Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи дзитӀри жан джатэр зиӀэм мы псалъэхэр жеӀэ:</verse>
				<verse number="13">Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.</verse>
				<verse number="14">Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ.</verse>
				<verse number="15">Николай и гъуэгуу сэ слъагъу мыхъум тет цӀыхухэр къыфхэтщ.</verse>
				<verse number="16">Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. ФахущӀемыгъуэжмэ, фи деж мыгувэу сынэкӀуэнурэ, си жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ абыхэм сезэуэнущ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.</verse>
				<verse number="18">Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и Къуэу зи нэхэр мафӀэ бзийм хуэдэу, зи лъакъуэхэр гъуаплъэ плъам хуэдэу лыдым мы псалъэхэр жеӀэ:</verse>
				<verse number="19">Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, фи фӀылъагъуныгъэри, фи фӀэщхъуныгъэри, дэӀэпыкъуэгъу фызэрызэхуэхъужри, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэури сощӀэ. Япэм нэхърэ иджы фӀы нэхъыбэ зэрыфщӀэри сощӀэ.</verse>
				<verse number="20">Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы.</verse>
				<verse number="21">ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.</verse>
				<verse number="22">Абы щхьэкӀэ гугъуехь ишэчу пӀэм хэзгъэлъынущ. А цӀыхубзым зинэ дэзыщӀахэри ящӀам хущӀемыгъуэжмэ, гузэвэгъуэшхуэ хэзгъэхуэнущ.</verse>
				<verse number="23">Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.</verse>
				<verse number="24">Фэ фщыщу Фиатирэ къалэм къыдэна цӀыхуу, Езавел и гъуэгум темыту, шейтӀаным и щэхушхуэхэр зэзымыгъащӀэхэм нэгъуэщӀ хьэлъэ зэрыфтезмылъхьэнур нывжызоӀэ.</verse>
				<verse number="25">Сэ сыкъэкӀуэжыху, фӀэщхъуныгъэу фиӀэм фытемыкӀ.</verse>
				<verse number="26">ТекӀуэныгъэр къэзыхьу, и кӀэм нэсыху си Ӏуэхухэр зыгъэзащӀэхэр лъэпкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэ сщӀынущ, си Адэм тепщэныгъэ сиӀэ сызэрищӀам хуэдэу.</verse>
				<verse number="27">«Абы гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэу, зэхикъутэнущ».</verse>
				<verse number="28">Нэхущ вагъуэри естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым.</verse>
				<verse number="29">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="3">
				<verse number="1">Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.</verse>
				<verse number="2">Фысакъ, фымыжейуэ, къыфхуэнэжа гъащӀэу и кӀэм нэсам къару евгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ влэжь Ӏуэхухэр Тхьэм дежкӀэ нэсауэ слъытэркъым.</verse>
				<verse number="3">Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.</verse>
				<verse number="4">Ауэ зи щыгъынхэр зымыуфӀея цӀыху гуэрхэр Сардис къалэм щыфщӀыгъущ. Щыгъын хужьхэр ящыгъыу къыздэкӀуэнущ ахэр, абыхэм апхуэдэ щӀыхь яхуэфащэщи.</verse>
				<verse number="5">Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.</verse>
				<verse number="7">Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.</verse>
				<verse number="8">Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Мис, зыми имыгъэбыдэжыфыну бжэр фи пащхьэм щызэӀусхащ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ фиӀэкъым, ауэ си псалъэхэр вгъэзэщӀащ, си гъуэгу фызэрырикӀуэри цӀыхухэм я пащхьэм щывущэхуакъым.</verse>
				<verse number="9">ФыкъэдаӀуэ, шейтӀаным и зэхуэсым щыщу, пцӀы зыупсу, журткӀэ зэджэж мыжуртхэр – ахэр сэ къэзгъэкӀуэнурэ, фи пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щызгъэтӀысынущ, фӀыуэ фызэрыслъагъури ящӀэнущ.</verse>
				<verse number="10">«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.</verse>
				<verse number="11">ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.</verse>
				<verse number="12">ТекӀуэныгъэр къэзыхьыр си Тхьэм и унэшхуэм пкъоууэ щӀэзгъэувэнущ, а унэшхуэми зэи щӀэкӀыжынукъым. Си Тхьэм и цӀэрэ си Тхьэм и къалэшхуэу ЕрусалимыщӀэм и цӀэрэ а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ. А къалэр си Тхьэуэ уафэм щыӀэм деж къикӀыу къехынущ. Сэ цӀэщӀэу сиӀэри а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ.</verse>
				<verse number="13">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.</verse>
				<verse number="14">Лаодикие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ӀэминкӀэ зэджэ щыхьэт пэжу икӀи узыщыгугъ хъун щыхьэту Тхьэм къигъэщӀа псори зи ӀэмыщӀэм къикӀам мы псалъэхэр жеӀэ:</verse>
				<verse number="15">Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фигухэр икӀи хуабэкъым, икӀи щӀыӀэкъым. Фигухэр хуабэу щытыгъащэрэт е щӀыӀэу щытыгъащэрэт.</verse>
				<verse number="16">Мыхуабэ-мыщӀыӀэу фызэрыщытым щхьэкӀэ си жьэм фыкъыжьэдэздзынущ.</verse>
				<verse number="17">Фэ мыпхуэдэу жывоӀэ: «Дыбейщ, куэд диӀэ хъуащ, щыщӀагъэ зыри диӀэкъым». Гъуэгу мыгъуэ фытеувауэ, фытхьэмыщкӀэу, гущӀэгъу фхуэфащэу, фынэфу икӀи фыпцӀанэу фызэрыщытыр фщӀэркъым.</verse>
				<verse number="18">Аращи, бей фыхъун щхьэкӀэ, мафӀэкӀэ гъэкъэбзэжа дыщэ си деж щыфщэхуну чэнджэщ фызот. ФызэрыпцӀанэщи, фымыукӀытэн щхьэкӀэ, щыгъын хужьхэри къэфщэху. Фи нэхэми ялъагъун щхьэкӀэ, ящыфхуэну дагъэри къэфщэху.</verse>
				<verse number="19">ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.</verse>
				<verse number="20">Мис, бжэм сыӀуту сынытоуӀуэ. Зыгуэрым си макъыр зэхихрэ, бжэр къызэӀуихмэ, сыщӀыхьэнурэ, сэ абы сыдэшхэнущ, езыри сэ къыздэшхэнущ.</verse>
				<verse number="21">Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="4">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, уафэм щыӀэ бжэ гуэр зэӀухауэ слъэгъуащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэу къызэпсалъэу зэхэсхыгъа макъым жиӀащ: «Мыбы къыдэкӀуей, дяпэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр уэзгъэлъагъунущ».</verse>
				<verse number="2">Абдеж дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ, икӀи сыщыплъэм, уафэм тахътэ гуэр щыслъэгъуащ, абы зыгуэр тест.</verse>
				<verse number="3">Абы тесым и теплъэр мывэ лъапӀэ хужьу яспискӀэ зэджэмрэ мывэ лъапӀэ плъыжьу сардискӀэ зэджэмрэ я теплъэм хуэдэт. Тахътэм ихъуреягъкӀэ лэгъупыкъу теплъэ зиӀэ мывэ лъапӀэ удзыфэу смарагдкӀэ зэджэм хуэдэр щыӀэт.</verse>
				<verse number="4">Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.</verse>
				<verse number="5">Тахътэм уафэхъуэпскӀхэри къилыдыкӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къыпыӀукӀащ. Тахътэм и пащхьэм уэздыгъибл къыщыблэрт – ахэр Тхьэм и псиблыр арщ.</verse>
				<verse number="6">А тахътэм и пащхьэм, абджым къыхэщӀыкӀауэ, кристаллым хуэдэу нэхуу икӀи къабзэу, хым хуэдэу зыгуэр щыслъэгъуащ. Утыкум тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ, псэущхьиплӀ итт. Я гупэкӀи я щӀыбкӀи абыхэм нэхэр яхэзт.</verse>
				<verse number="7">Япэрей псэущхьэр аслъэным хуэдэт, етӀуанэр шкӀэм хуэдэт, ещанэм и нэгур цӀыхум и нэгум хуэдэт, еплӀанэр бгъэжь лъатэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="8">ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур, лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ».</verse>
				<verse number="9">ЩӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, фӀыщӀэшхуэри тахътэм тесу, сыт щыгъуи щыӀэнум псэущхьэхэм</verse>
				<verse number="10">хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:</verse>
				<verse number="11">«Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар уэращ, уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащӀэ яӀэ хъуащ».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="5">
				<verse number="1">Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.</verse>
				<verse number="2">ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ мелыӀыч гуэри слъэгъуащ, макъышхуэкӀэ жиӀэу: «Мыхъурыр тезычыну, тхылъыр зэгуэзыхыну хэт зыхуэфащэр?»</verse>
				<verse number="3">А тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зылъэкӀ цӀыху зыри уафэми, щӀылъэми, щӀылъэм и щӀагъми щыӀакъым.</verse>
				<verse number="4">Тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зыхуэфащэ цӀыху къызэрамыгъуэтам щхьэкӀэ, куэдрэ сыгъащ.</verse>
				<verse number="5">Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».</verse>
				<verse number="6">Щынэ гуэр фӀагъэжам хуэдэу, тахътэм и гупсэм иту, псэущхьиплӀымрэ тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ а Щынэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ слъэгъуащ итӀанэ. Бжьакъуибл тетт абы, нибли иӀэт. Ниблыр Тхьэм дунейм дэнэкӀи игъэкӀуа псиблыр аращ.</verse>
				<verse number="7">А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ.</verse>
				<verse number="8">Ар къыщыӀихым, псэущхьиплӀымрэ цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ хъу тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ Щынэм и пащхьэм зыщрадзыхащ. ШыкӀэ пшынэм хуэдэ пшынэ лӀэужьыгъуэ гуэр иӀыгът хэти икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, мэ ӀэфӀ зыпих удзхэр зэрыт фалъэхэр яӀыгът. А удзхэм япих мэ ӀэфӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэр арщ.</verse>
				<verse number="9">УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.</verse>
				<verse number="10">Уэ уи гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, ди Тхьэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну уэ дыбгъэуващ; дунейми тепщэныгъэ щыдиӀэнущ».</verse>
				<verse number="11">ИтӀанэ сыщыплъэм, тахътэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм яхъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ; ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ хъурт.</verse>
				<verse number="12">Абыхэм макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэр, къулеигъэшхуэр, акъылыфӀагъэр, къаруушхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, фӀыщӀэшхуэр Щынэ фӀагъэжам хуэфащэщ».</verse>
				<verse number="13">Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».</verse>
				<verse number="14">ПсэущхьиплӀми «Ӏэмин» жаӀащ. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым зрадзыхри, сыт щыгъуи ЩыӀэнур ягъэлъэпӀащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="6">
				<verse number="1">Щынэм мыхъуриблым ящыщу япэрейр зэрытричыр слъэгъуащ итӀанэ. ПсэущхьиплӀым ящыщу зым уафэгъуагъуэм и макъым хуэдэ макъкӀэ «КъакӀуэ!» жиӀэу зэхэсхащ абдежым.</verse>
				<verse number="2">Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Шым тесым шабзэ иӀыгът, мелыӀыч гуэрми абы таж иритащ. ТекӀуэныгъэр къэзыхьым хуэдэу, текӀуэныгъэр къихьыну ежьащ.</verse>
				<verse number="3">ЕтӀуанэ мыхъурыр щынэм щытричым, етӀуанэ псэущхьэми «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ.</verse>
				<verse number="4">НэгъуэщӀ шы гуэр, шы пцӀэгъуэплъ гуэр, къэхутащ абдежым. Абы тесым дунейм мамырыгъэр трихыну икӀи цӀыхухэр зэригъэукӀыну Тхьэм хуитыныгъэ къритащ. МелыӀыч гуэрми джатэшхуэ ӀэщӀилъхьащ абы.</verse>
				<verse number="5">Ещанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, ещанэ псэущхьэми, «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ. Сыщыплъэм, шы къарэ къэслъэгъуащ. Абы тесым тэрэзэ иӀыгът.</verse>
				<verse number="6">ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».</verse>
				<verse number="7">Абы и ужькӀэ, еплӀанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, еплӀанэ псэущхьэм и макъым «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ.</verse>
				<verse number="8">Сыщыплъэм, шыгъуэ къэслъэгъуащ. Абы тесым и цӀэр ЛӀэныгъэт. Хьэдрыхэ абы кӀэлъыкӀуэрт. Абыхэм джатэмкӀи, гъаблэмкӀи, уз зэрыцӀалэхэмкӀи, щӀылъэм и хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я дэӀэпыкъуныгъэкӀи цӀыхухэр ягъэлӀэну щӀылъэм и плӀанэм тепщэныгъэ хуаӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Абы и ужькӀэ, етхуанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, цӀыхуу адрей цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм зэрыригъэдэӀуамрэ а псалъэхэм щыхьэтыгъэ зэрахуэхъуахэмрэ щхьэкӀэ яукӀахэм я псэхэр къурмэнщӀыпӀэм и щӀагъым щыслъэгъуащ.</verse>
				<verse number="10">Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»</verse>
				<verse number="11">МелыӀыч гуэрым абыхэм ящыщ дэтхэнэми джанэ кӀыхь къритри, зытэлай загъэпсэхуну яжриӀащ, дунейм и цӀыхухэм ахэр зэраукӀам хуэдэу, абыхэм я гъусэу яукӀыну цӀыхуу Тхьэм хуэлажьэхэмрэ адрей къуэш яукӀынухэмрэ я бжыгъэр ирикъуху.</verse>
				<verse number="12">ИтӀанэ Щынэм еханэ мыхъурыр зэрытричыр слъэгъуащ. ЩӀылъэр хуабжьу хъеящ абы щыгъуэ, дыгъэри бжэныцым къыхэщӀыкӀа щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэ кӀыфӀ хъуащ, мазэри лъым хуэдэ плъыжь хъуащ.</verse>
				<verse number="13">Уафэм ис вагъуэхэри щӀылъэм къехуэхащ, жьышхуэ къыщепщэкӀэ, ахъуо жыгым пытхэр зэрыпылъэлъым хуэдэу.</verse>
				<verse number="14">ТхылъымпӀэ шыхьам хуэдэу уафэм зишыхьри, бзэхащ; бгы псори хытӀыгу псори я пӀэм икӀащ.</verse>
				<verse number="15">Дунейм и пащтыхьхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми, дзэпщхэми, бейхэми, къаруушхуэ зиӀэхэми, пщылӀхэми, щхьэхуитхэми бгъуэнщӀагъхэмрэ къурш ауз куухэмрэ зыщагъэпщкӀуащ.</verse>
				<verse number="16">Абыхэм бгыхэмрэ къыр дзакӀэхэмрэ жраӀащ: «ЗыкъыттефӀуби, тахътэм тесым девмыгъэлъагъу, Щынэм и губжьми дыщыфхъумэ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжь махуэшхуэр къэсащ икӀи абыхэм япэувын хэт зылъэкӀынур?»</verse>
			</chapter>
			<chapter number="7">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ щӀылъэм и къуапиплӀым мелыӀычиплӀ тету слъэгъуащ. Жьыр щӀыми хыми къыщемыпщэн, жыгми къемыуэн щхьэкӀэ, щӀылъэм и къуапиплӀым къикӀ жьыбгъэхэм пэувырт ахэр.</verse>
				<verse number="2">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр, гъащӀэ къыздикӀ Тхьэм и мыхъурыр иӀыгъыу, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Я ягъэ щӀымрэ хымрэ ирагъэкӀыну хуитыныгъэ зиӀэ мелыӀычиплӀым макъышхуэкӀэ яжриӀащ:</verse>
				<verse number="3">«Ди Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм я натӀэм мыхъурыр тедмыгъэуауэ, щӀыми, хыми, жыгхэми фи ягъэ евмыгъэкӀ!»</verse>
				<verse number="4">МелыӀычхэм мыхъурыр зытрагъэуа цӀыхухэм я бжыгъэр зэхэсхащ итӀанэ: израил и унагъуэ лъэпкъ псоми ящыщу мелыӀычхэм мыхъурыр зытрагъэуа цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт.</verse>
				<verse number="5">Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Реувен унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Гад унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;</verse>
				<verse number="6">Ашер унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Нафталый унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Менашэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;</verse>
				<verse number="7">Симеон унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Иссашкар унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;</verse>
				<verse number="8">Зевулон унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Исуф унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Биниамин унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ.</verse>
				<verse number="9">Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.</verse>
				<verse number="10">МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».</verse>
				<verse number="11">Тахътэм, тхьэмадэ нэхъыжьхэм, псэущхьиплӀым къеувэкӀауэ щытт мелыӀыч псори. Тахътэм и пащхьэм нэкӀукӀэ зыщрадзыхри, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, абыхэм жаӀащ:</verse>
				<verse number="12">«Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»</verse>
				<verse number="13">Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэр къызэупщӀащ итӀанэ: – Мы джанэ хужь кӀыхьхэр зыщыгъхэр хэт икӀи дэнэ къикӀа?</verse>
				<verse number="14">– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.</verse>
				<verse number="15">Абы щхьэкӀэ Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ икӀи жэщи махуи Тхьэм и унэшхуэм щӀэту Тхьэр ягъэлъапӀэ. Тахътэм тесри ядэпсэунущ.</verse>
				<verse number="16">ИгъащӀэкӀэ мэжэлӀэжынукъым, псыи хуэлӀэжынукъым. Дыгъэри хуабагъэшхуэри абыхэм къегуэуэжынукъым.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="8">
				<verse number="1">Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ.</verse>
				<verse number="2">Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.</verse>
				<verse number="3">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм щхьэкӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэ иӀыгъыу къакӀуэри, къурмэнщӀыпӀэм и пащхьэм къиуващ. НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэрым мэ ӀэфӀ зыпих удз куэд а мелыӀычым къритащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀуу тахътэм и пащхьэм щыт къурмэнщӀыпӀэм телъхэм яхигъэхъуэн щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="4">Мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм я Ӏугъуэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэм щӀыгъуу, мелыӀычым и Ӏэм къикӀри, Тхьэм деж дэкӀуеящ.</verse>
				<verse number="5">Абы и ужькӀэ мелыӀычым удз гъэсылъэр къищтэщ, къурмэнщӀыпӀэм и мафӀэм щыщ из ищӀри, щӀылъэм къридзыхащ. Уафэгъуагъуэ макъышхуэхэр къэӀуащ, уафэри къэхъуэпскӀащ, щӀылъэри къэхъеящ абы щыгъуэ.</verse>
				<verse number="6">Бжьамиишхуиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым абыхэм епщэну загъэхьэзыращ итӀанэ.</verse>
				<verse number="7">Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.</verse>
				<verse number="8">ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Хым хэс псэущхьэхэм я Ӏыхьэ щанэр лӀащ, кхъухьхэм я Ӏыхьэ щанэри хым щӀилъэфащ.</verse>
				<verse number="10">Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту.</verse>
				<verse number="11">Вагъуэшхуэм и цӀэр Удз Дыджщ. Псыхэм я Ӏыхьэ щанэр дыдж хъуащ, а псы дыджым ефа цӀыху куэди лӀащ.</verse>
				<verse number="12">ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.</verse>
				<verse number="13">Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="9">
				<verse number="1">Етхуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм къикӀыу, щӀылъэм къехыгъа вагъуэр слъэгъуащ асыхьэту. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и щӀыхьэпӀэм и ӀункӀыбзэр мелыӀыч гуэрым а вагъуэм иритащ.</verse>
				<verse number="2">Вагъуэм щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и щӀыхьэпӀэр Ӏуихащ. Ар щыӀуихым, хьэкушхуэм и Ӏугъуэм хуэдэ Ӏугъуэ кърихуащ. А щӀыхьэпӀэм къыщӀэуа Ӏугъуэм дыгъэри уафэри игъэункӀыфӀащ.</verse>
				<verse number="3">МацӀэхэр Ӏугъуэм къыхэкӀри, щӀылъэм къытехьащ итӀанэ. ЩӀылъэм и акърэбхэм я къарум хуэдэ къару яӀэну мелыӀыч гуэрым а мацӀэхэм яритащ.</verse>
				<verse number="4">ЩӀылъэм и удзхэми, и жыгхэми, и къэкӀыгъэхэми ягъэ ирамыгъэкӀыну Тхьэм яжриӀащ. Тхьэм и мыхъурыр зи натӀэ темыгъэуа цӀыхухэм я закъуэщ я ягъэ зрагъэкӀын хуеяр.</verse>
				<verse number="5">МацӀэхэм а цӀыхухэр ягъэлӀэну хуитакъым, мазитхукӀэ гугъуехь ирагъэшэчыну хуита къудейщ. А гугъуехьу ирагъэшэчар акърэбыр цӀыхум щеуэкӀэ гугъуехьу иригъэшэчым хуэдэщ.</verse>
				<verse number="6">А махуэхэм цӀыхухэр лӀэныгъэм лъыхъуэнущ, ауэ ягъуэтынукъым. ЛӀэну хуеинущ, ауэ лӀэныгъэр яӀэщӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="7">МацӀэхэм я теплъэр зауэм хуагъэхьэзыра шыхэм я теплъэм хуэдэт. Дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэм хуэдэхэр ящхьэрыгът, я нэкӀухэри цӀыхухэм я нэкӀухэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="8">Я щхьэцхэр цӀыхубз щхьэцхэм хуэдэт, я дзэхэри аслъэным и дзэхэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="9">Я афэ джанэхэр гъущӀым къыхэщӀыкӀа афэ джанэхэм хуэдэт. Я дамэхэм япыӀукӀ макъыр зауэм ежьэ гужэ куэдымрэ шуудзэмрэ япыӀукӀ макъышхуэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="10">Акърэбхэм кӀэ зэраӀэм хуэдэу, кӀэхэри яӀэт. КӀэхэми шэрэзхэр япытт. А мацӀэхэм лъэкӀыныгъэ яӀащ мазитхукӀэ цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчыну.</verse>
				<verse number="11">Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.</verse>
				<verse number="12">Апхуэдэу, япэрей гъуэгу мыгъуэр блэкӀащ. Гъуэгу мыгъуитӀ къэхъунущ иджыри.</verse>
				<verse number="13">Еханэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм къепщащ итӀанэ. Тхьэм и пащхьэм ит къурмэнщӀыпӀэу дыщэм къыхэщӀыкӀам и къуапиплӀым къикӀыу макъ гуэр зэхэсхащ асыхьэту.</verse>
				<verse number="14">А макъым бжьамиишхуэр зыӀыгъ еханэ мелыӀычым жриӀащ: «Евфрат псышхуэм деж щрапха мелыӀычиплӀыр хуит щӀыж, утӀыпщыж».</verse>
				<verse number="15">Игъэува сыхьэтымрэ махуэмрэ, мазэмрэ илъэсымрэ цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀэну Тхьэм хьэзыру щигъэта мелыӀычиплӀыр яутӀыпщыжащ.</verse>
				<verse number="16">А шуудзэм хэтахэм я бжыгъэр мелуан щитӀ хъурт. Я бжыгъэр зыхуэдизыр зэхэсхащ.</verse>
				<verse number="17">Шыхэри шууейхэри мыпхуэдэу къысхуэлъэгъуащ: Афэ джанэхэр мафӀэм хуэдэу плъыжьу, щхъуантӀэу икӀи гъуэжьу ящыгът. Яшхэм я щхьэхэр аслъэныщхьэм хуэдэт. Шыхэм я жьэхэм мафӀэри, Ӏугъуэри, тхъуэбзащхъуэри къажьэдэкӀырт.</verse>
				<verse number="18">МафӀэ, Ӏугъуэ, тхъуэбзащхъуэ гугъуехьышхуищу а шыхэм я жьэхэм къажьэдэкӀыу щытам цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀащ.</verse>
				<verse number="19">Шыхэм я къарур я жьэм жьэдэлът, я кӀэм хэлът; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я кӀэхэр блэхэм хуэдэт; я кӀэхэм щхьэхэр япыту, абыхэмкӀэ я ягъэ цӀыхухэм ирагъэкӀырт.</verse>
				<verse number="20">Ауэ а гугъуехьышхуэхэм хэмыкӀуэда цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэм я щӀыб хуагъэзэжыну ядакъым. Жин бзаджэхэр ягъэлъэпӀэныр къагъэнакъым икӀи дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, мывэм, пхъэм къыхащӀыкӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэу зылъагъуни, зэхэзыхыни, зекӀуэни зылъэмыкӀхэр ягъэлъэпӀэныр щагъэтакъым.</verse>
				<verse number="21">Арати, зи ужь ит Ӏуэхуу цӀыху укӀыным, удыгъэм, зинэ щӀэным, дыгъуэным хущӀегъуэжакъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="10">
				<verse number="1">ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ, нэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ итӀанэ; уафапшэр фащэу щыгът, лэгъупыкъури щхьэщытт, и нэкӀури дыгъэм хуэдэт, и лъакъуэхэри мафӀэ пкъохэм хуэдэт.</verse>
				<verse number="2">Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт.</verse>
				<verse number="3">Аслъэнхэр зэрыгъуахъуэм хуэдэу, макъышхуэкӀэ къэгуоуащ. Ар къыщыгуом, уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуащ.</verse>
				<verse number="4">Уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуа нэужь, жаӀар стхыну сыхуеящ, ауэ уафэм къикӀыу макъ гуэрым жиӀэу зэхэсхащ: – Уафэгъуагъуиблым жаӀар умытхыу, ущэху.</verse>
				<verse number="5">Зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэувауэ слъэгъуа мелыӀычым и Ӏэ ижьыр уафэм дриӀэтеящ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэуэ сыт щыгъуи щыӀэ, уафэхэмрэ уафэхэм щыӀэ псомрэ, щӀымрэ щӀым тет псомрэ, хымрэ хым хэс псомрэ къэзыгъэщӀам и цӀэкӀэ а мелыӀычым тхьэрыӀуэ ищӀри, мыпхуэдэу жиӀащ: – Зэман куэд къэнэжакъым.</verse>
				<verse number="7">Ауэ ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм къыщепщэну махуэхэм Тхьэм, езым хуэлажьэ бегъымбархэм къазэрыжригъэӀам хуэдэу, и мурад щэхур игъэзэщӀэнущ.</verse>
				<verse number="8">Уафэм къиӀукӀыу зэхэсха макъым, аргуэру къэпсалъэурэ, къызжиӀащ: КӀуэи, зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэува мелыӀычым иӀыгъ тхылъ цӀыкӀу зэӀухар къеӀых.</verse>
				<verse number="9">Арати, мелыӀычым деж сыкӀуэри жесӀащ: – А тхылъ цӀыкӀур къызэт. – Мэ, узот, шхы, – къызжиӀащ абы. – Уи лъатэкӀэ дыджынущ, ауэ уи жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀ хъунущ.</verse>
				<verse number="10">Тхылъ цӀыкӀур мелыӀычым къеӀысхри сшхащ. Си жьэмкӀэ фом хуэдэу ӀэфӀу щытащ, ауэ сшха нэужь, си лъатэм дыдж къыщыхъуащ.</verse>
				<verse number="11">Мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Къэрал Ӏэджэми, лъэпкъ Ӏэджэми, бзэ Ӏэджэми, пащтыхь Ӏэджэми ятеухуауэ Тхьэм уи гум кърилъхьа хъыбару къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэр цӀыхухэм яхуэпӀуэтэн хуейщ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="11">
				<verse number="1">МелыӀыч гуэрым къамыл баш, пщалъэм хуэдэу, къызитащ итӀанэ. «КӀуэ, Тхьэм и унэшхуэмрэ къурмэнщӀыпӀэмрэ къэпщ икӀи абы Тхьэр щызыгъэлъапӀэхэр зыхуэдизыр къызэгъащӀэ», къызжиӀащ.</verse>
				<verse number="2">«Ауэ Тхьэм и унэшхуэм и щӀыбкӀэ щыӀэ пщӀантӀэр къыупщыну упымылъ, Тхьэм а пщӀантӀэр хамэ лъэпкъхэм къахуигъэнащи. Къалэ лъапӀэр мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ къалэ лъапӀэр лъэгукӀэ яубэнущ абыхэм.</verse>
				<verse number="3">Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».</verse>
				<verse number="4">Мы щыхьэтитӀыр щӀылъэм и Зиусхьэным и пащхьэм ит зейтун жыгитӀымрэ уэздыгъэ тегъэувапӀитӀымрэщ.</verse>
				<verse number="5">Зыгуэрым и ягъэ а щыхьэтитӀым яригъэкӀыну хуеймэ, абыхэм я жьэм мафӀэ къыжьэдэкӀыурэ, я бийхэр егъэкӀуэд. Абыхэм зи ягъэ езыгъэкӀыну хэтыр аращ зэрылӀэн хуейр.</verse>
				<verse number="6">А щыхьэтитӀым уафэр ягъэбыдэжыну тепщэныгъэ яӀэщ, Тхьэм абыхэм я гум кърилъхьа псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэ махуэхэм уэшх къемышхын щхьэкӀэ; псыр лъы ягъэхъун щхьэкӀэ псыхэми тепщэныгъэ хуаӀэщ икӀи щӀылъэм сыт хуэдэ гугъуехь ирагъэшэчыну дапщэщ хуейми яхузэфӀэкӀынущ.</verse>
				<verse number="7">Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.</verse>
				<verse number="8">Абыхэм я хьэдэхэр къалэшхуэу цӀыхухэм ди Зиусхьэныр жорым щраӀулӀам и уэрамым дэлъынущ. А къалэшхуэм щхьэкӀэ Содом е Мысыр жаӀэ, нэгъуэщӀ мыхьэнэ кърагъэкӀыурэ.</verse>
				<verse number="9">Къэрал псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми икӀи лъэпкъ псоми ящыщ цӀыху куэд махуищрэ ныкъуэкӀэ а хьэдэхэм еплъынущ, ауэ щӀалъхьэжын ядэнукъым.</verse>
				<verse number="10">А тӀур зэрылӀам щхьэкӀэ гуфӀэнущ икӀи тхъэжынущ дунейм тетхэр. Тыгъэхэри зэхурагъэхьынущ, а бегъымбаритӀым щӀылъэм тет цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчу щытащи.</verse>
				<verse number="11">Махуищрэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь, Тхьэм абыхэм гъащӀэм и псэр къахилъхьэжри, тӀури я лъэкӀэ къэувыжащ. Ахэр зылъэгъуа псори шынагъуэшхуэм хэхуащ.</verse>
				<verse number="12">А бегъымбаритӀым уафэм къиӀукӀ макъ гуэрым къажриӀэу зэхахащ итӀанэ: «Моуэ фыкъыдэкӀуей». Я бийхэр еплъурэ, ахэр уафэм дэкӀуеящ пщэм хэту.</verse>
				<verse number="13">ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.</verse>
				<verse number="14">Апхуэдэу блэкӀащ етӀуанэ гъуэгу мыгъуэри. Ещанэ гъуэгу мыгъуэри къэкӀуэным куэд иӀэжкъым.</verse>
				<verse number="15">Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».</verse>
				<verse number="16">Тхьэм и пащхьэм ит тахътэхэм тес тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым нэкӀукӀэ зрадзыхыурэ, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:</verse>
				<verse number="17">«Уэ, лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, иджыри щыӀэм, щӀыхьышхуэр пхудощӀ, сыту жыпӀэмэ уи лъэкӀыныгъэшхуэр къэпщтауэ, тепщэныгъэшхуэр узэриӀэр къэбгъэлъэгъуащ.</verse>
				<verse number="18">Хамэ лъэпкъхэр губжьащ, уэ уи губжьри къэлъэгъуащ. ЛӀахэм хьэкум щатепщӀыхьыну зэманыр къэсащ иджы. Уэ къыпхуэлажьэ бегъымбархэми, уи цӀыху лъапӀэхэми, уи фӀэлӀыкӀ зи гум илъ цӀыхухэм, – цӀыкӀуми, инми, – яхуэфащэ ӀыхьэфӀыр щебгъэгъуэтыну зэманри къэсащ. ЩӀылъэр зыгъэкӀуэд цӀыхухэр уэ щыбгъэкӀуэдыжыну зэманри къэсащ».</verse>
				<verse number="19">Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэр зэӀуха хъуащ абы и ужькӀэ, икӀи Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ пхъуантэри къэнэхуащ. Уафэр къэхъуэпскӀащ итӀанэ, макъышхуэхэри уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри хъеящ, уэшхуэхэри къехащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="12">
				<verse number="1">Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: ЦӀыхубз гуэр, дыгъэр фащэу щыгъыу, и лъакъуэхэр мазэм тету, и щхьэрыгъ тажым вагъуэ пщыкӀутӀыр тету, къэхутащ.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыхубзыр лъэщыджэт икӀи лъхугъэр къытелъэдауэ гугъуехьышхуэ ишэчти, кӀийрт.</verse>
				<verse number="3">НэгъуэщӀ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: Благъуэжь абрагъуэ плъыжьу, щхьибл фӀэту, бжьакъуипщӀ тету къэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зы щхьэми зы таж щхьэрыгът.</verse>
				<verse number="4">Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="5">ЩӀалэ цӀыкӀу къилъхуащ. Абы щӀылъэм тет лъэпкъ псори гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ. А сабийр Тхьэмрэ Тхьэм и тахътэмрэ я деж драхьеящ.</verse>
				<verse number="6">ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым.</verse>
				<verse number="7">Уафэм зауэ къыщыхъеящ. Михаилрэ абы и мелыӀычхэмрэ благъуэжьым езэуащ, благъуэжьри абы и мелыӀычхэри абыхэм къапэуващ.</verse>
				<verse number="8">Благъуэжьыр Михаил къыпэлъэщакъым, благъуэжьымрэ абы и мелыӀычхэмрэ уафэм щӀыпӀэ къащыхуэнэжакъым.</verse>
				<verse number="9">Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.</verse>
				<verse number="10">Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.</verse>
				<verse number="11">Щынэм лъыуэ щӀэкӀамкӀи, Тхьэм и псалъэхэм щыхьэт зэрахуэхъуамкӀи ди къушхэр шейтӀаным текӀуащ. ЛӀэныгъэм и гъунэгъу хъуами, езыхэм я псэхэм щысхьакъым.</verse>
				<verse number="12">Аращи, фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфӀэ! Ауэ фэ, щӀыри хыри, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иблисыр къыфхуехащ. Зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащӀэр ещӀэри, и гум губжьышхуэ илъщ».</verse>
				<verse number="13">Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ.</verse>
				<verse number="14">МелыӀыч гуэрым бгъэ иным и дамитӀыр цӀыхубзым къритащ, блэжьым и пащхьэм икӀыу, Тхьэм губгъуэ нэщӀым абы щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм лъэтэн щхьэкӀэ. Абдежым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ щагъэшхэнущ.</verse>
				<verse number="15">ЦӀыхубзыр псым иригъэхьын щхьэкӀэ, псыдзэм хуэдэу, блэжьым и жьэм псыр къыжьэдиутхыкӀащ.</verse>
				<verse number="16">Ауэ щӀыр цӀыхубзым дэӀэпыкъущ, и жьэр зэӀуихри, благъуэжьым и жьэм къыжьэдиутхыкӀа псышхуэр ирифащ.</verse>
				<verse number="17">ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="13">
				<verse number="1">Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът.</verse>
				<verse number="2">Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ.</verse>
				<verse number="3">Хьэщхьэвылъэм и щхьэхэм ящыщ зым езыр зыгъэлӀэн уӀэгъэм хуэдэ телът, ауэ а уӀэгъэр хъужыгъащ. ЩӀылъэм тет цӀыху псоми а хьэщхьэвылъэр ягъэщӀагъуэу, кӀэлъыкӀуэрт. ЦӀыхухэм благъуэжьыр ягъэлъэпӀащ абы хьэщхьэвылъэм тепщэныгъэ зэрыритам щхьэкӀэ.</verse>
				<verse number="4">Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»</verse>
				<verse number="5">Хьэщхьэвылъэм псалъэ пагэхэр жиӀэну, Тхьэм хущӀэджэу, мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ тепщэныгъэ иӀэну хуит хъуащ.</verse>
				<verse number="6">Тхьэми, Тхьэм и цӀэми, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэми, уафэм щыӀэ псоми хущӀэбжэну и жьэр иутӀыпщащ.</verse>
				<verse number="7">Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.</verse>
				<verse number="9">ТхьэкӀумэ зиӀэм зэхрех.</verse>
				<verse number="10">ЦӀыхухэр лъэхъуэщым щӀэзыдзэр езыр лъэхъуэщым щӀадзэнущ. ДжатэкӀэ зыукӀыр Езыр джатэкӀэ яукӀыжынущ. Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм теубыдагъэрэ щыпкъагъэрэ ярыреӀэ.</verse>
				<verse number="11">НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт.</verse>
				<verse number="12">Мы етӀуанэ хьэщхьэвылъэм япэрей хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэ псори иӀэу, абы и пащхьэм Ӏуэху щищӀащ икӀи щӀылъэми щӀылъэм тет цӀыху псоми япэрей хьэщхьэвылъэу зи уӀэгъэр хъужар яригъэгъэлъэпӀащ.</verse>
				<verse number="13">ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуащ. ЦӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу мафӀэ щӀылъэм къыщригъэхащ.</verse>
				<verse number="14">Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.</verse>
				<verse number="15">Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ.</verse>
				<verse number="16">ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм цӀыху псоми – цӀыкӀуми инми – бейми тхьэмыщкӀэми, щхьэхуитми пщылӀми – я Ӏэ ижьхэм е я натӀэхэм дамыгъэ ятрыригъэдзащ.</verse>
				<verse number="17">А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт.</verse>
				<verse number="18">ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. ЗэхэщӀыкӀ зиӀэм хьэщхьэвылъэм и бжыгъэр иребж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и бжыгъэр аращ. А бжыгъэр щихрэ хыщӀрэ хырэ мэхъу.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="14">
				<verse number="1">Сыщыплъэм, Сион Ӏуащхьэм Щынэр тету слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и цӀэмрэ абы и Адэм и цӀэмрэ зи натӀэм тет цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ и гъусэт.</verse>
				<verse number="2">Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт.</verse>
				<verse number="3">ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар.</verse>
				<verse number="4">Мыхэрщ цӀыхубзхэмкӀэ зызымыгъэуфӀеяр, ахэр къэзымыша-дэмыкӀуахэм яхуэдэщи. Щынэр дэнэ кӀуэми, абы кӀэлъокӀуэ. Мыхэращ Щынэм цӀыхухэм къахишу, зи щхьэхэр къищэхужу, Тхьэмрэ езымрэ щхьэкӀэ япэ игъэувар.</verse>
				<verse number="5">Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.</verse>
				<verse number="6">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.</verse>
				<verse number="7">МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.</verse>
				<verse number="8">А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч кӀэлъыкӀуэри жриӀащ: – Къалэшхуэр зэхакъутащ. Бабилэн къалэшхуэр зэхакъутащ. А къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ зинэ щӀэнымрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ.</verse>
				<verse number="9">Ещанэ мелыӀыч гуэр а мелыӀычитӀым кӀэлъыкӀуэри, макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: – ЦӀыху гуэрым хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ игъэлъапӀэу, хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тедзауэ щытмэ,</verse>
				<verse number="10">ари Тхьэм и губжьым и фадэ дыджым ефэнущ. А фадэу псы зыхэмытыр Тхьэм и губжьым и фалъэм хьэзыру итщ. МелыӀыч лъапӀэхэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ щахэту, а цӀыхум гугъуехьышхуэ ишэчынущ.</verse>
				<verse number="11">Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.</verse>
				<verse number="12">Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу абы и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьисэми щыпкъагъэ хузиӀэхэм теубыдагъэ ярыреӀэ.</verse>
				<verse number="13">Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.</verse>
				<verse number="14">Сыщыплъэм, пшэ хужь гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уафэпшэм хэту «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм» и плъыфэ зиӀэ гуэри къэслъэгъуащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа таж щхьэрыгът, гъубжэ жан иӀыгът.</verse>
				<verse number="15">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀри, пшэм хэтым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «Гъубжэр щтэи, хэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀылъэм и гъавэр хъуащ, хэгъуэр къэсащ».</verse>
				<verse number="16">Пшэм хэтыр гъубжэкӀэ щӀылъэм щыхэри, щӀылъэм и гъавэ псори къихащ.</verse>
				<verse number="17">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм къыщӀэкӀащ. Абыи гъубжэ жан иӀыгът.</verse>
				<verse number="18">ИтӀанэ нэгъуэщӀ мелыӀычу мафӀэм тепщэныгъэ хузиӀэр къурмэн щӀыпӀэм къыӀукӀри, гъубжэ жаныр зыӀыгъым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «ЩӀылъэм и санэ къуэпсхэм япыт жызумхэр хъуащи, уи гъубжэр щтэи, къыпыупщӀ».</verse>
				<verse number="19">ЩӀылъэм щыӀэ жызумыр мелыӀычым и гъубжэмкӀэ къыпиупщӀри, Тхьэм и губжьым и санэ зэрапӀытӀ чеишхуэм ирикӀутащ.</verse>
				<verse number="20">Къалэшхуэм и щӀыб щыӀэу жызум зэрапӀытӀ чейм жызумхэр щапӀытӀащ. Шыхэм я шхуэхэм щӀэуэу куууэ, стадие минрэ щихкӀэ зиубгъуу, жызум зэрапӀытӀ чейм лъы къикӀащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="15">
				<verse number="1">Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ.</verse>
				<verse number="2">ЗэхэткӀухьа мафӀэмрэ абджымрэ къыхэщӀыкӀауэ, хым и плъыфэ иӀэу зыгуэр слъэгъуащ итӀанэ. Хьэщхьэвылъэм, абы и сурэтым, абы и цӀэм и бжыгъэм ятекӀуэгъа цӀыхухэр абджым къыхэщӀыкӀа хым и Ӏуфэм Ӏутт. Тхьэм ярита шыкӀэ пшынэхэр яӀыгъыу,</verse>
				<verse number="3">Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.</verse>
				<verse number="4">Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».</verse>
				<verse number="5">Сыщыплъэм, Тхьэм и унэшхуэу щыхьэтыгъэм и шэтырыр Ӏухауэ уафэм щыслъэгъуащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="6">Гугъуехьышхуиблыр къэзыхь мелыӀычиблыр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀащ. Щыгъын хужьыбзэ лыду ящыгът, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпххэри я бгым щӀэпхат.</verse>
				<verse number="7">ИгъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъиблу дыщэм къыхэщӀыкӀар псэущхьиплӀым я зым мелыӀычиблым яритащ.</verse>
				<verse number="8">Тхьэм и щӀыхьышхуэмрэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ я Ӏугъуэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэз хъуащ. МелыӀычиблым къахь гугъуехьышхуиблыр яухыху, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэн зыми лъэкӀакъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="16">
				<verse number="1">Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ».</verse>
				<verse number="2">Япэрей мелыӀычыр кӀуэри, и фалъэм итыр щӀылъэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр зи натӀэ тедза цӀыхуу, абы и сурэт зыгъэлъапӀэхэм шын гущыкӀыгъуэ зэрыт уӀэгъэхэр я фэм телъ хъуащ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="3">ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.</verse>
				<verse number="4">Ещанэ мелыӀычым и фалъэм итыр псышхуэхэмрэ псынэхэмрэ хикӀащ. Ахэри лъы хъуащ.</verse>
				<verse number="5">Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,</verse>
				<verse number="6">сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».</verse>
				<verse number="7">КъурмэнщӀыпӀэм къиӀукӀыу макъ гуэрым жиӀэу сэ зэхэсхащ итӀанэ: «Аращ, уэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, цӀыхухэм хьэкум зэратепщӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ».</verse>
				<verse number="8">ЕплӀанэ мелыӀычым и фалъэм итыр дыгъэм трикӀащ. ЦӀыхухэр мафӀэкӀэ игъэсыну дыгъэр хуит хъуащ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.</verse>
				<verse number="10">Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.</verse>
				<verse number="11">Гугъуехьу яшэчымрэ уӀэгъэу ятелъымрэ щхьэкӀэ, уафэм щыӀэ Тхьэм хуэхъущӀэрт, я щыуагъэхэми хущӀегъуэжатэкъым.</verse>
				<verse number="12">Еханэ мелыӀычым и фалъэм итыр Евфрат псышхуэм хикӀащ. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ пащтыхьхэм гъуэгу яритын щхьэкӀэ псышхуэр жэщӀащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="13">Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ.</verse>
				<verse number="14">Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс.</verse>
				<verse number="15">(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="16">ЖуртыбзэкӀэ Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэм а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ итӀанэ.</verse>
				<verse number="17">Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ».</verse>
				<verse number="18">Уафэри хъуэпскӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри ину хъеящ. ЦӀыхухэр дунейм къыщытехьам къыщыщӀэдзауэ щӀыр апхуэдизу хъеякъым зэи.</verse>
				<verse number="19">Арати, къалэшхуэр Ӏыхьищу зэгуэкӀащ, хамэ лъэпкъхэм я къалэхэри зэхэкъутащ. Бабилэн къалэшхуэм и цӀыхухэр и гум иримыгъэкӀыжу, Тхьэм езым и фалъэм ит фадэм иригъэфащ – Тхьэм и губжьышхуэм и фадэ дыджыращ зригъэфар.</verse>
				<verse number="20">ХытӀыгу псори бзэхащ, бгыхэри ягъуэтыжакъым.</verse>
				<verse number="21">Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="17">
				<verse number="1">Фалъиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Моуэ къакӀуэ, псы куэдым я Ӏуфэм Ӏус псэжьышхуэм Тхьэм трилъхьэну тезырыр уэзгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="2">Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.</verse>
				<verse number="3">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым губгъуэ нэщӀым сишащ абы и ужькӀэ. Абы щыслъэгъуащ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фӀыцӀафэм тес цӀыхубз гуэр. А хьэщхьэвылъэм Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр тезу тетт, щхьибли пытт, бжьакъуипщӀи тетт.</verse>
				<verse number="4">ЦӀыхубзыр зэрыхуэпар щыгъын плъыжьыбзэрэ плъыжь фӀыцӀафэрэт. ДыщэкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи гъэщӀэрэщӀат ар. Дыщэм къыхэщӀыкӀауэ фалъи иӀыгът гущыкӀыгъуэмрэ и зинэм и фӀеймрэ ярызу.</verse>
				<verse number="5">И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».</verse>
				<verse number="6">А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.</verse>
				<verse number="7">МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ.</verse>
				<verse number="8">Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.</verse>
				<verse number="9">– ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. А щхьиблым къикӀыр цӀыхубзыр зытес бгиблыр арщ.</verse>
				<verse number="10">Абы нэмыщӀ, а щхьиблым къикӀыр пащтыхьиблыр арщ. А пащтыхьхэм ящыщу тхур къехуэхащ, зыр щыӀэщ, зыр иджыри къэкӀуакъым. Ар къэкӀуа нэужь, тепщэныгъэ куэдрэ иӀэнукъым.</verse>
				<verse number="11">Хьэщхьэвылъэу щыӀауэ иджы щымыӀэжым къикӀыр еянэ пащтыхьыр арщ. Ар пащтыхьиблым ящыщщ икӀи и кӀуэдыпӀэм мэкӀуэж.</verse>
				<verse number="12">– БжьакъуипщӀу плъэгъуам къикӀыр тепщэныгъэ зэкӀэ зымыгъуэта пащтыхьипщӀыращ. Ауэ абыхэм, хьэщхьэвылъэм и гъусэу, зы сыхьэт закъуэкӀэ пащтыхь тепщэныгъэ ягъуэтынущ.</verse>
				<verse number="13">Абыхэм я мурадыр зыщ, я лъэкӀыныгъэри я тепщэныгъэри хьэщхьэвылъэм иратынущ.</verse>
				<verse number="14">Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.</verse>
				<verse number="15">МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Псэжьыр здэщыӀэ псы куэду плъэгъуам къикӀыр цӀыху гупышхуэхэри, къэралхэри, лъэпкъхэри, бзэхэри арщ.</verse>
				<verse number="16">УзыӀуплъа хьэщхьэвылъэмрэ бжьакъуипщӀымрэ псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ. Абы иӀэ псори трахынурэ, пцӀанэу къагъэнэнущ. И пкъри яшхынущ, къэнари мафӀэкӀэ ягъэсынущ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и мурадыр ягъэзэщӀэну абыхэм я гум кърилъхьащ: Тхьэм и псалъэхэр къэхъуу пэжу къыщӀэкӀыху, я мурадыр зыуэ зэдащӀэу, я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну.</verse>
				<verse number="18">ЦӀыхубзу плъэгъуам къикӀыр къалэшхуэу дунейм и пащтыхьхэм тепщэныгъэ яхузиӀэр аращ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="18">
				<verse number="1">НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀащ, къыпкърыкӀ нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="2">Мыпхуэдэу къыжиӀащ лъэкӀыныгъэ зиӀэ макъкӀэ: «Къалэшхуэр зэхакъутащ! Бабилэн зи цӀэ къалэшхуэр зэхакъутащ! Жинхэм я унэ хъуащ, сыт ищӀыс жин бзаджэ Ӏейхэми къуалэбзу гущыкӀыгъуэ фӀейхэми я псэупӀэ хъуащ,</verse>
				<verse number="3">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм зинэ дащӀащ. А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».</verse>
				<verse number="4">Уафэм къиӀукӀыу, нэгъуэщӀ макъ гуэрым мыр жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Си цӀыхухэ, а къалэшхуэм и гуэныхьхэмкӀэ Ӏыхьэгъу фымыхъун, икӀи абы гугъуехьышхуэу ишэчынур фымышэчын щхьэкӀэ, а къалэм фыкъыдэкӀ,</verse>
				<verse number="5">сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэм и гуэныхьхэр зэтелъу уафэм нэсащ, щӀэпхъаджагъэу ищӀар Тхьэм и гум икӀыжынукъым.</verse>
				<verse number="6">А къалэр фэ къызэрыфкӀэлъызекӀуам хуэдэу фэ фыкӀэлъызекӀуэж. Абы Ӏуэху бзаджэу ищӀам хуэдитӀ ефщӀэж. Фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм и дыджыгъэм хуэдитӀ фадэ дыдж и фалъэм хуивгъэхъуэж.</verse>
				<verse number="7">ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.</verse>
				<verse number="8">Абы щхьэкӀэ гугъуехьышхуэхэр зы махуэкӀэ къылъысынущ: лӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъаблэри. МафӀэм исынущ, Зиусхьэн Тхьэуэ а къалэм и хьэкумыр къытезыщӀыхьым лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщи».</verse>
				<verse number="9">Дунейм и пащтыхьу абы зинэ дэзыщӀауэ, абы и мылъкум хэпсэукӀауэ пащтыхьхэр, а къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, гузэсэнущ икӀи пыхьэнущ.</verse>
				<verse number="10">А къалэшхуэм ишэч гугъуехьышхуэм щхьэкӀэ а пащтыхьхэр шынагъуэм хэхуэнущ, мыпхуэдэу жаӀэнущ жыжьэу щыту: «Уэ, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Бабилэн къалэшхуэ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пхуэфащэр зы сыхьэт закъуэкӀэ уагъэпшыныжащ».</verse>
				<verse number="11">А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр гъынущ икӀи щыгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящэр зыми ищэхужыркъым.</verse>
				<verse number="12">Я дыщэр, я дыжьыныр, я мывэ лъапӀэхэр, я налкъутналмэсхэр зыми ищэхужыркъым; чэсей пӀащӀэхэр, щэкӀ плъыжьыбзэхэр, щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэхэр, данэхэр зыми ищэхужыркъым; мэ ӀэфӀ зыпих пхъэхэри, пыл къупщхьэм, пхъэ лъапӀэм, гъуаплъэм, гъущӀым, скъарым къахэщӀыкӀа хьэпшыпхэри зыми ищэхужыркъым;</verse>
				<verse number="13">мэ ӀэфӀ къызыпих удзу синнамон, смирнэ, ладан зи цӀэхэр, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэр, фадэр, зейтун дагъэр, хьэжыгъэ дэгъуэр, гуэдзыр зыми ищэхужыркъым; былымхэр, мэлхэр, шыхэр, гухэр зыми ищэхужыркъым; пщылӀхэри зыми ищэхужыркъым.</verse>
				<verse number="14">СатуущӀэхэм а къалэшхуэм мыпхуэдэу жраӀэнущ итӀанэ: «УзыщӀэхъуэпса пхъэщхьэмыщхьэр пфӀэкӀуэдащ. Уи мылъкушхуэ псори, уи щӀыхьышхуэ псори пфӀэкӀуэдащ икӀи зэи бгъуэтыжынукъым».</verse>
				<verse number="15">Ахэр къалэшхуэм щащэурэ, бей хъуа сатуущӀэхэр, къалэшхуэм ишэч хьэзабым щхьэкӀэ шынагъуэм хэхуауэ, жыжьэу къыщытынущ. Гъыурэ, щыгъуэурэ, мыпхуэдэу жаӀэнущ:</verse>
				<verse number="16">«Уэ, къалэшхуэ, цӀыхубзым хуэдэу, чэсей пӀащӀэри, щэкӀ плъыжьыбзэри, щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэри пщыгъыу, дыщэмкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи зыбгъэщӀэрэщӀащ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ.</verse>
				<verse number="17">Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а мылъкушхуэ псори а къалэм сыхьэт закъуэм фӀэкӀуэдащ». Кхъухьхэм я пашэ псори, кхъухьымкӀэ зекӀуэ псори, кхъухьхэм щылажьэ псори жыжьэу къыщытынущ.</verse>
				<verse number="18">А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, жаӀэнущ: «А къалэшхуэм хуэдэ къалэшхуэ зыри щыӀакъым».</verse>
				<verse number="19">Гъыурэ, щыгъуэурэ, я гукъеуэм щхьэкӀэ я щхьэхэм мафӀэ сахуэр тракӀутэнущ икӀи гуоунущ: «Уэ, къалэшхуэ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ! Хым кхъухь щызиӀэ псори уи мылъкумкӀэ бей хъуащ. Псори пфӀэкӀуэдащ сыхьэт закъуэм.</verse>
				<verse number="20">А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».</verse>
				<verse number="21">ИтӀанэ мелыӀыч лъэщ гуэрым щхьэл мывэм хуэдэ мывэшхуэ гуэр къиӀэтщ, хым хидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ итӀанэ: «Бабилэн къалэшхуэр апхуэдэ къаруушхуэкӀэ ирадзыхынущ, ар зэи ягъуэтыжынукъым.</verse>
				<verse number="22">ШыкӀэ пшынэм, къамылым, бжьамийм я макъхэри, уэрэд макъхэри а къалэшхуэм щызэхахыжынукъым. Сыт хуэдэ ӀэщӀагъэ зиӀэри а къалэшхуэм щылэжьэжынукъым. Щхьэл мывэ макъри абы щызэхахыжынукъым.</verse>
				<verse number="23">Уэздыгъэ нэхуи а къалэшхуэм щыблэжынукъым. Щауэмрэ нысащӀэмрэ я макъхэри абы щызэхахыжынукъым. А къалэшхуэм и сатуущӀэхэр мы дунейм и цӀыху инхэм ящыщащ. И удыгъэмкӀэ а къалэшхуэм лъэпкъ псори щигъауэрт.</verse>
				<verse number="24">Бегъымбархэм ялъри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ялъри, щӀылъэм щаукӀа псоми ялъри а къалэшхуэм къыщагъуэтащ».</verse>
			</chapter>
			<chapter number="19">
				<verse number="1">Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.</verse>
				<verse number="2">ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».</verse>
				<verse number="3">Аргуэру а гупышхуэр къэджащ: «Аллилуя! А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ пихуурэ уафэм дэкӀуеинущ».</verse>
				<verse number="4">Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»</verse>
				<verse number="5">Тахътэм къиӀукӀа макъ гуэрым къыжиӀащ абдежым: «Тхьэм хуэлажьэ цӀыху псоми, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэми, цӀыкӀуми инми, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!»</verse>
				<verse number="6">ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу, ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр зэриӀэр къигъэнэхуащ.</verse>
				<verse number="7">ДывгъэгуфӀэ икӀи дывгъэтхъэж, щӀыхьышхуэри хуэдвгъэщӀ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Щынэм и къэшэгъуэр къэсащ, нысащӀэ хъунум зегъэхьэзыр.</verse>
				<verse number="8">Чэсей пӀащӀэ лыд икӀи къабзэ зыщитӀэгъэну мелыӀыч гуэрым Щынэм и нысащӀэ хъунум иритащ». Чэсей пӀащӀэм къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я щыпкъагъэр арщ.</verse>
				<verse number="9">МелыӀычым къызжиӀащ итӀанэ: – Мыр тхы: «Щынэм и нысашэм къригъэблэгъахэр гъуэгу махуэ теуващ». ИтӀани къызжиӀащ: – Мыхэр Тхьэм и псалъэ пэжщ.</verse>
				<verse number="10">Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.</verse>
				<verse number="11">Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.</verse>
				<verse number="12">И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт. Пащтыхь таж куэд щхьэрыгът. Езым фӀэкӀа зыми имыцӀыхуу и натӀэм цӀэ гуэр тетхат.</verse>
				<verse number="13">Лъым ириӀа джанэ кӀыхь щыгът. Абы и цӀэр Тхьэм и Псалъэщ.</verse>
				<verse number="14">Шы пщӀэгъуалэхэм тесу, чэсей пӀащӀэ хужь къабзэхэмкӀэ хуэпауэ, уафэм и дзэхэр абы и ужь итт.</verse>
				<verse number="15">И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ.</verse>
				<verse number="16">Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.</verse>
				<verse number="17">Дыгъэм хэту зы мелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уэфэгум щызелъатэ бзу псоми макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу яжриӀащ абы: «Тхьэм и гухэхъуэ Ӏэнэм фыкъеблагъэ,</verse>
				<verse number="18">пащтыхьхэм ялри, дзэпщхэм ялри, лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыхухэм ялри, шыхэм ялри, абыхэм тесхэм ялри, щхьэхуитми, пщылӀми, цӀыкӀуми, инми, цӀыху псоми ялри фшхын щхьэкӀэ».</verse>
				<verse number="19">Хьэщхьэвылъэр, дунейм и пащтыхьхэмрэ абыхэм я дзэхэмрэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Ахэр шым тесымрэ абы и дзэмрэ езэуэну зэхуэсащ.</verse>
				<verse number="20">Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.</verse>
				<verse number="21">Шым тесым и жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ иукӀащ къэнахэри. Абыхэм ялкӀэ загъэнщӀащ къуалэбзу псоми.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="20">
				<verse number="1">МелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ уафэм къехыу. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и ӀункӀыбзи лэрыпсышхуэ гуэри иӀыгът абы.</verse>
				<verse number="2">Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.</verse>
				<verse number="3">ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм щӀидзэщ, игъэбыдэжри, мыхъур тридзащ, илъэс миныр иухыху, лъэпкъхэр къимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. А илъэс миным и ужькӀэ зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжын хуейщ.</verse>
				<verse number="4">Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.</verse>
				<verse number="5">А илъэс миныр дэкӀыху, лӀауэ къэна адрейхэр къэхъужакъым. Мыхэращ лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар.</verse>
				<verse number="6">ЛӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжхэр лъапӀэщ икӀи гъуэгу махуэ теуващ. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ абыхэм яригъэкӀыну лъэкӀыныгъэ иӀэкъым. Тхьэмрэ Мэссихьрэ хуэлажьэ дин пашэу щытынущ ахэр. Илъэс минкӀи тепщэныгъэ яӀэнущ Мэссихь и гъусэу.</verse>
				<verse number="7">А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ.</verse>
				<verse number="8">Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу, щӀылъэм и гъунэр здынэсыр яубыдурэ кӀуэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я увыпӀэу Тхьэм фӀыуэ илъагъу къалэшхуэр къаувыхьащ. Ауэ уафэм мафӀэ къехри, ахэр исащ.</verse>
				<verse number="10">Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.</verse>
				<verse number="11">Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.</verse>
				<verse number="12">ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.</verse>
				<verse number="13">Хым итхьэла цӀыхухэр къитыжащ. ЛӀэныгъэми лӀахэм я дунейми цӀыху лӀауэ яӀэхэр къатыжащ икӀи тахътэм тесым дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэ хьэкум трищӀыхьащ.</verse>
				<verse number="14">МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.</verse>
				<verse number="15">МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="21">
				<verse number="1">УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ слъэгъуащ итӀанэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей уафэри япэрей щӀылъэри щыӀэжкъым, хыри щыӀэжкъым.</verse>
				<verse number="2">Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.</verse>
				<verse number="3">Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ.</verse>
				<verse number="4">Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.</verse>
				<verse number="5">Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ: – Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь. – Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.</verse>
				<verse number="6">– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.</verse>
				<verse number="7">ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.</verse>
				<verse number="8">Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.</verse>
				<verse number="9">Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.</verse>
				<verse number="10">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.</verse>
				<verse number="11">А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар.</verse>
				<verse number="12">Къалэм куэбжэ пщыкӀутӀ зыхэт блын лъагэшхуэ иӀэт. Куэбжэхэм мелыӀыч пщыкӀутӀ Ӏутт. Куэбжэхэм израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.</verse>
				<verse number="13">Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи куэбжищ, дыгъэ къухьэпӀэмкӀи куэбжищ, ипщэкӀи куэбжищ, ищхъэрэкӀи куэбжищ хэлът.</verse>
				<verse number="14">А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.</verse>
				<verse number="15">Сэ къызэпсэлъа мелыӀычым къалэр, къалэм и куэбжэхэр, и блыныр къипщын щхьэкӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ къызэрапщ баш иӀыгът.</verse>
				<verse number="16">Къалэм и кӀыхьагъри и бгъуагъри зэхуэдизт. МелыӀычым и пщалъэ башымкӀэ къалэр къипщащ. Къалэм и кӀыхьагъыр стадие мин пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт. И бгъуагъри и лъагагъри и кӀыхьагъым хуэдизт.</verse>
				<verse number="17">МелыӀычым блыныр къипщащ. ЦӀыхухэм къызэрапщым хуэдэу, мелыӀычым къыщипщым, блыным и бгъуагъыр ӀэфракӀищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт.</verse>
				<verse number="18">Блыныр яспис зи цӀэ мывэ хужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат. Къалэр абджым и къабзагъэм хуэдэ къабзагъэ зиӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀат.</verse>
				<verse number="19">Къалэм и блын лъабжьэхэри мывэ лъапӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ягъэщӀэрэщӀат. Япэрей лъабжьэр яспис зи цӀэ мывэ жужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат; етӀуанэрейр сапфир мывэ щхъуантӀэм къыхэщӀыкӀат; ещанэрейр халкидон мывэ къуэлэным къыхэщӀыкӀат; еплӀанэрейр смарагд мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат;</verse>
				<verse number="20">етхуанэрейр сардоникс мывэ къуэлэн лыдым къыхэщӀыкӀат; еханэрейр сардолик плъыжь-морафэм къыхэщӀыкӀат; ебланэрейр хризолиф мывэ гъуэжьым къыхэщӀыкӀат; еянэрейр вирил мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат; ебгъуанэрейр топаз мывэ гъуэжьыбзэм къыхэщӀыкӀат; епщӀанэрейр хрисопрас мывэ удзыфэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀузанэрейр гиацинт мывэ щхъуантӀэ-фыцӀафэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀутӀанэрейр аметист мывэ плъыжь-фӀыцӀафэм къыхэщӀыкӀат.</verse>
				<verse number="21">Куэбжэ пщыкӀутӀыр налкъутналмэс пщыкӀутӀт: дэтхэнэ куэбжэри зы налкъутналмэсым къыхэщӀыкӀат. Къалэм и уэрамыр дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀат, абджыпсым хуэдэу узэпхрыплъу.</verse>
				<verse number="22">Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапӀэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэм щхьэкӀэ, а къалэр Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым.</verse>
				<verse number="23">А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.</verse>
				<verse number="24">Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.</verse>
				<verse number="25">Абы и куэбжэхэр ягъэбыдэнукъым махуэм, жэщым жыпӀэнущи, абы жэщ щыхъунукъым.</verse>
				<verse number="26">Лъэпкъхэм я щӀыхьышхуэрэ я лъытэныгъэшхуэрэ а къалэм къыдахьэнущ.</verse>
				<verse number="27">Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.</verse>
			</chapter>
			<chapter number="22">
				<verse number="1">ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,</verse>
				<verse number="2">а къалэм и уэрамым и кум ирожэ ар. А псышхуэм и бгъуитӀми гъащӀэ къэзыт жыг Ӏутщ, илъэсым пщыкӀутӀрэ, мазэ къэс зэ къыпыкӀэу. А жыгым и тхьэмпэхэм лъэпкъхэм я узыфэхэр ягъэхъуж.</verse>
				<verse number="3">А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ.</verse>
				<verse number="4">Тхьэм и нэгур ялъагъунущ абыхэм, и цӀэри я натӀэхэм тетхауэ щытынущ.</verse>
				<verse number="5">Жэщ хъужыныкъым. Уэздыгъэм и нэхуи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым ахэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм нэху яритынущ. Тепщэныгъэ яӀэнущ игъащӀэкӀэ.</verse>
				<verse number="6">МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ пэжщ. Бегъымбар лъапӀэхэм я Зиусхьэну Тхьэм, куэд мыщӀэу къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр езым хуэӀурыщӀэ цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ, и мелыӀычыр къигъэкӀуащ.</verse>
				<verse number="7">– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм едаӀуэр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="8">Сэ сы-Иуанщ, мы Ӏуэхухэр зэхэзыхар икӀи зылъэгъуар сэращ. Мы Ӏуэхухэр зэхэсхыу, си нэгу щӀэкӀа нэужь, ахэр сэзыгъэлъагъуа мелыӀычыр згъэлъэпӀэну и лъакъуэхэм деж зыщездзыхащ.</verse>
				<verse number="9">Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.</verse>
				<verse number="10">– Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуам мыхъур ятумыдзэ, – къыпищащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пӀалъэр къэблэгъащ.</verse>
				<verse number="11">Бзаджагъэ зылэжьыр бзаджагъэ илэжьыным хрет дяпэкӀи. ФӀеигъэм хэтри хрет иджыри. Щыпкъагъэр зылэжьыри щыпкъагъэр илэжьыным хрет. Зи гур къабзэ цӀыхум и гур къабзэ зэпыт ирехъу.</verse>
				<verse number="12">– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Дэтхэнэми хуэфащэ Ӏыхьэр ныздызохь, дэтхэнэми илэжьам хуэфащэри естыжынущ.</verse>
				<verse number="13">Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри, ублапӀэри кӀэухри сэращ.</verse>
				<verse number="14">– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.</verse>
				<verse number="15">Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.</verse>
				<verse number="16">– Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.</verse>
				<verse number="17">Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.</verse>
				<verse number="18">Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуар зэхэзых дэтхэнэри зыхуэсакъыжыну жызоӀэ. Мы тхылъым ит псалъэхэм цӀыху гуэрым зыгуэр хилъхьэмэ, мы тхылъым зи хъыбар ит гугъуехьышхуэхэр Тхьэм абы трилъхьэнущ.</verse>
				<verse number="19">Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.</verse>
				<verse number="20">Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!</verse>
				<verse number="21">Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.</verse>
			</chapter>
		</book>
	</testament>
</bible>